ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Июнь н. 25
  • ПщІэуэ пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ПщІэуэ пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Июнь н. 25
Иисус держит в руке динарий.

ПщІэуэ пІэрэ?

Хьисэ щыпсэуа зэманым цІыхухэм сыт хуэдэ хьэкътын ахъшэхэр ятын хуейт?

ПАСЭРЕЙ зэманым Иеговэ и лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ израил цІыхухэм дежкІэ ахъшэ ятыну тэмэмт. Ауэ Хьисэ щІылъэм щытета зэманым ирихьэлІэу хьэкътын ахъшэр журтхэм ятыну къехьэлъэкІыу икІи абы теухуа унафэхэр зэхэзэрыхьауэ хъуащ.

Шэтыр лъапІэм икІи иужькІэ Алыхьым и Унэшхуэм щекІуэкІ лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ журт лъэпкъым щыщ дэтхэнэ зы цІыхухъуми илъэс къэс хьэкътын ахъшэу сикль ныкъуэ (драхмэу тІу) итын хуейт. Япэ лІэщІыгъуэм къурмэн къахьын икІи Ирод зэфІигъэувэжа Унэшхуэм кІэлъыплъын щхьэкІэ а ахъшэхэр текІуадэт. Зэгуэр журтхэр Петр къеупщІауэ щытащ а хьэкътын ахъшэм теухуауэ Хьисэ сыт хуэдэ еплъыкІэ иІэми. Хьисэ и жэуапым къыхэщащ ар тын хуейуэ къызэрилъытэр. Абы нэмыщІ Хьисэ Петр жриІауэ щытащ хьэкътыныр итын щхьэкІэ зыхуэныкъуэ ахъшэр дэнэ къыщигъуэтыфынуми (Мт. 17:24—27).

Абы нэмыщІ Алыхьым и лъэпкъым щыщхэм къалэжьам е гъавэ кърахьэлІэжам и Іыхьэ пщІанэр ятын хуейт (Лев. 27:30—32; Чис. 18:26—28). Дин пашэхэм лъэпкъыр хагъэзыхьт дэтхэнэ зы къэкІыгъэми и Іыхьэ пщІанэр ятыну, псалъэм папщІэ, «хадэхэкІ нэхъ пудхэм» щыщхэми. Хьисэ Іыхьэ пщІанэр тын хуэмейуэ жиІэтэкъым, ауэ абы бзитІщхьитІу щыта торэт егъэджакІуэ пашэхэмрэ фарисейхэмрэ игъэкъуаншэу мыпхуэдэу яжриІэт: «Нэхъ вгъэзэщІапхъэу Торэт хабзэм зи гугъу ищІ захуагъэм, гущІэгъу пхэлъыным, Тхьэм хуэщыпкъэным фыбгъэдокІ» (Мт. 23:23).

Хьисэ и зэманым псэуа журтхэм Римым къахуигъэува хьэкътын ахъшэ зэмылІэужьыгъуэхэр иджыри ятын хуейт. Псалъэм папщІэ, щІым телажьэхэм кърахьэлІэжа гъавэм и процент 20—25 е абы хуэкІуэ ахъшэ ятын хуейт. Абы нэмыщІ Римым и унафэм щІэт дэтхэнэ зы журтми и щхьэм щхьэкІэ хьэкътын ахъшэ итын хуейт. А унафэм тету ахъшэ ятын хуейрэ хуэмейрэ фарисейхэр Хьисэ къыщеупщІам щыгъуэ, абы мыпхуэдэ жэуап яритащ: «Кесарым ейр кесарым ефтыж, Тхьэм ейри Тхьэм ефтыж» (Мт. 22:15—22). Ди зэманми Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хьэкътын ахъшэм теухуауэ а принципым тетщ.

Абы нэмыщІ цІыхум зы щІыпІэм хьэпшып гуэр иришмэ е къришэмэ хьэкътын ахъшэ итын хуейт. Апхуэдэ ахъшэхэр щыхахт кхъухь тедзапІэхэм, лъэмыжхэм, гъуэгу зэхэкІыпІэхэм, къалэ дыхьэпІэхэм, бэзэрхэм.

Римыр тепщэу щыщыта зэманым хьэкътын ахъшэр ятыну цІыхухэм Іейуэ къегугъуэкІт. Римым и тхыдэм елэжьу щыта Тацит зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ и зэманым императору тета Тиберий щыгъуэ «Сириемрэ Иудей хэкумрэ щыпсэу цІыхухэм хьэкътын ахъшэр яхуэттэкъыми, нэхъ мащІэ хуащІыну лъэІуащ».

ЦІыхухэм хьэкътын ахъшэр ятыну къащІегугъуэкІыу щытар абыхэм къраІыхын хуейм нэхърэ нэхъыбэ къыщраІых къэхъути аращ. Ахъшэр къыхэпхыну хуитыныгъэ уиІэн щхьэкІэ, ар аукционым къыщыпщэхун хуейт. Апхуэдэ хуитыныгъэр къызыІэрыхьэр ахъшэ нэхъыбэ езытырат. Аукционыр къэзыхьам цІыхухэр къищтэт, абыхэм хьэкътын ахъшэр хригъэхын щхьэкІэ. Ахъшэ хэхыным пыщІахэм и нэхъыбэм цІыхухэр къагъапцІэурэ ахъшэ щІигъуу къраІыхти, ар я жып иралъхьэжт. Закхей апхуэдэу ахъшэ хригъэхыу цІыху иІауэ къыщІэкІынут (Лк. 19:1, 2). Зи гугъу тщІа Іуэхугъуэхэм къыдгурагъаІуэ а псор цІыхухэм ягу иримыхьу икІи хьэкътын ахъшэ хэзыххэр Іумпэм ящІу щІыщытар.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын