38 СТАТЬЯР
Иеговэ и унагъуэшхуэм нэхъ гъунэгъу зыхуэфщІ
«Сэ си Адэу, фэри фи Адэм... деж сыдэкІуеижынущ» (ИН. 20:17).
3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэрэ цІыхухэмрэ я зэхуаку сыт хуэдэ зэхущытыкІэ дэлъыфынур?
ИЕГОВЭ унагъуэшхуэ иІэщ. Абы хохьэ псом япэу «къигъэщІа» Хьисэ, абы нэмыщІ куэдыкІей хъу мелыІычхэр (Кол. 1:15; Пс. 103:20). Хьисэ щІылъэм щыщыІам щыгъуэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым хуэпэж цІыхухэри Иеговэ «ди Адэ» жаІэу еджэ зэрыхъунур. Абы щыхьэт тохъуэ Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІа псалъэхэр: «Сэ си Адэу, фэри фи Адэм... деж сыдэкІуеижынущ» (Ин. 20:17). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ ди гъащІэр и ІэмыщІэ итлъхьэу псым зыщыщІэдгъауэм деж лъагъуныгъэ зыхэлъ икІи къуэш, шыпхъу куэд зыхэт унагъуэшхуэм щыщ дохъу (Мк. 10:29, 30).
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Языныкъуэхэм я дежкІэ гугъущ Иеговэ Адэм хуэдэу хущытыну. НэгъуэщІхэм я дежкІэ гугъущ къуэш, шыпхъухэм хуаІэ лъагъуныгъэр ирагъэлъэгъуну. Мы статьям къыдгуригъэІуэнущ, сабиймрэ адэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм хуэдэ, Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку зэрыдэлъыфынур. Ар къыдгурыІуэну дэ къыддэІэпыкъунущ Хьисэрэ Иеговэрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ Иеговэ ди къуэш, ди шыпхъухэм зэрахущытым дауэ щапхъэ тетх хъунуми.
ИЕГОВЭ ХУЕЙЩ ДЭ АБЫ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭТЩІЫНУ
3. Алыхьым зэрелъэІун хуейм теухуауэ Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІа псалъэхэм дапхуэдэу Иеговэ гъунэгъу дызэрыхуащІыр?
3 Иеговэ зи унафэм сыт щыгъуи ущІэтын хуей унафэщІ ткІийм хуэдэу щыткъым — ар фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэщ. Иеговэ сыт щыгъуи къыдэдэІуэну икІи къыддэІэпыкъуну хьэзырщ. Хьисэ хуейщ лъагъуныгъэ зыхэлъ адэ-анэм дазэрыхущытым хуэдэу Иегови дыхущытыну. Алыхьым зэрелъэІун хуей щІыкІэм теухуауэ Хьисэ и гъэсэнхэм щажриІэм щыгъуэ «Уэ ди Адэ» жиІэу къызэрыщІидза псалъэхэм ар къыхощ (Мт. 6:9). Тхыгъэ лъапІэм Иеговэ мыпхуэдэ титулхэр иІэу итщ: «Псори ЗыхузэфІэкІ», «КъэгъэщІакІуэ», «Зэманым и Пащтыхь» (ЩІэдз. 49:25; Ис. 45:18; 1 Тим. 1:17, ДЩІ). Мы титулхэм ящыщ зы къэдгъэсэбэпыну Хьисэ жиІэфынут, ауэ абы дигъэсащ щабагъ зыхэлъ «Ди Адэ» псалъэхэмкІэ Иеговэ зыхуэдгъэзэну.
4. Иеговэ хуейуэ пІэрэ дэ абы гъунэгъу дыхуэхъуну? КъыдгурывгъаІуэ.
4 Лъагъуныгъэ зыхэлъ Адэм хуэдэу Иеговэ ухущытыну уи дежкІэ тынш? Дэ тщыщ гуэрхэм ар къогугъуэкІ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, абыхэм я сабиигъуэм щыгъуэ адэм и лъагъуныгъэр зищІысыр ямыщІэу къэхъуащ. Ауэ ди гурыщІэхэм лъабжьэ хуэхъуар Иеговэ къыгуроІуэ. Сыту гупсэхугъуэ ар пщІэну! Ар хуейщ дэ абы гъунэгъу дыхуэхъуну, аращ Библием мыпхуэдэ псалъэхэр щІитыр: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8). Иеговэ дэ фІыуэ дыкъелъагъу икІи адэу щыІэм нэхърэ нэхъ адэфІ къытхуэхъуну ар хуейщ.
5. Лука 10:22 зэритымкІэ, Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну Хьисэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
5 Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъуну дэ Хьисэ къыддоІэпыкъу. Абы Иеговэ фІыуэ ецІыху и хьэл-щэнхэми щапхъэ трех. Аращ абы мыпхуэдэ псалъэхэр щІыжиІар: «Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапІэри илъэгъуащ» (Ин. 14:9). Къуэш нэхъыжьым хуэдэу, Хьисэ уафэм щыІэ ди Адэм пщІэ хуэтщІыну икІи хуэжыІэдаІуэу дыщытыну дегъасэ. Абы нэмыщІ Хьисэ къыддоІэпыкъу Иеговэ дгъэгуфІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми икІи и жагъуэ дымыщІын щхьэкІэ сытым пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейми къыдгурегъаІуэ. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ абы и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм Иеговэ и щабагъэмрэ и лъагъуныгъэмрэ теухуауэ куэд къыдагъащІэ. (Къеджэ Лука 10:22.) А Іуэхугъуэхэм нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.
Лъагъуныгъэ зыхэлъ Адэм хуэдэу, Иеговэ и Къуэм мелыІыч хуигъакІуэри ар игъэбыдащ (6-нэ абзацым феплъ.)c
6. Иеговэ Хьисэ и тхьэлъэІухэм едаІуэу зэрыщытар дэнэ дэ щытщІэр? Щапхъэ къэфхь.
6 Иеговэ и бынхэм я лъэІухэм йодаІуэ. Ар и къуэ щыпэлъхум и лъэІухэм зэредаІуэу щытам гу лъыттэнщ. Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ щІэх-щІэхыурэ и Адэм зыхуигъазэт икІи Иеговэ абы и лъэІухэм сыт щыгъуи едаІуэт (Лк. 5:16). Иеговэ и Къуэм едаІуэт мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэхэр къищтэн ипэ ар абы къыдэІэпыкъуну щелъэІум деж, псалъэм папщІэ, апостол 12-р къыщыхихыным щыгъуэ (Лк. 6:12, 13). Абы нэмыщІ Хьисэ гугъуехьышхуэ иІэу и гурыщІэхэр Иеговэ щыхуиІуатэми ар абы едаІуэт. Хьисэ щаубыдыну жэщым гъэунэхуапІэхэм пэщІэтын щхьэкІэ и Адэм къару къритыну лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъэзащ. Иеговэ и Къуэм и лъэІум едаІуэ къудейуэ къигъэнакъым, атІэ ар игъэбыдэн щхьэкІэ мелыІыч къыхуигъэкІуащ (Лк. 22:41—44).
7. Иеговэ фи тхьэлъэІухэм зэредаІуэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къывитрэ?
7 Ди зэманми Иеговэ и лэжьакІуэхэм я тхьэлъэІухэм йодаІуэ, зэрынэхъыфІым хуэдэу икІи игъуэм абыхэм жэуап ярет (Пс. 116:1, 2). Апхуэдэу зэрыщытыр Индием щыщ ди зы шыпхъум зыхищІащ. Ар егъэлеяуэ зэрыгузавэм пэлъэщыфтэкъым, абы щхьэкІэ Иеговэ къыдэІэпыкъуну лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъазэт. Ди шыпхъум етх: «2019-нэ гъэм накъыгъэм къыдэкІа JW Broadcasting® программэр зытеухуар егъэлеяуэ гузэвэным узэрыпэлъэщынырат. Ар сэр щхьэкІэ къыдагъэкІам хуэдэт. Си тхьэлъэІум ар и жэуапт».
8. Иеговэ Хьисэ хуиІэ лъагъуныгъэр дапхуэдэут зэригъэлъагъуэр?
8 Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу абы хущытащ. Дэри ар апхуэдэ дыдэу къытхущытщ (Ин. 5:20). Иеговэ Хьисэ зыхуэныкъуэ щІэныгъэр иритт, и гурыщІэхэм гулъытэ хуищІт икІи и Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэм щигъащІэтэкъым. Абы и къуэр фІыуэ зэрилъагъур сыт щыгъуи жиІэт икІи щытхъут (Мт. 3:16, 17). Хьисэ лъагъуныгъэ зыхэлъ уафэм щыІэ и Адэм сыт щыгъуи щыгугъти закъуэныгъэ зэи зыхищІакъым (Ин. 8:16).
9. Иеговэ уэ фІыуэ укъызэрилъагъур сыт уи фІэщ зыщІыр?
9 Хьисэ хуэдэу дэри Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъур зыхыдощІэ. Фегупсысыт Иеговэ дэр щхьэкІэ ищІэ псом. Дэ абы дызэришэлІащ икІи лъагъуныгъэ зыхэлъ къуэш, шыпхъухэр къыдитащ. Ахэр къыттехьэлъэ гурыщІэхэм дыпэщІэтыну къыддоІэпыкъу икІи гуауэми гуфІэгъуэми ди гъусэщ (Ин. 6:44). Ди фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ дэ Иеговэ гъунэгъу дыхуэзыщІ шхыныгъуэхэр пэрыхьэту къыдет (Мт. 6:31, 32). Иеговэ лъагъуныгъэ къытхуиІэм нэхъыбэу дегупсысыху ар нэхъыфІыжу тлъагъуу дохъу.
ИЕГОВЭ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ЗЭРАХУЩЫТЫМ ХУЭДЭУ ФЭРИ ФАХУЩЫТ
10. Иеговэ ди къуэш, ди шыпхъухэм зэрахущытым дэ сытым дыхуигъасэрэ?
10 Иеговэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ елъагъу. Ауэ дэ ахэр фІыуэ тлъагъуну е фІыуэ зэрытлъагъур яжетІэну щымытынш къохъу. Ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ дыкъыщыхъуамрэ дызыщІапІыкІамрэ зытехуэкъым. Абы нэмыщІ, дэ псори дызэрыщыуэм къыхэкІкІэ, зым адрейм и жагъуэ ищІу и гум еуэфынущ. Дапхуэдэу мыхъуами, дэ тхузэфІэкІынущ ди унагъуэшхуэм лъагъуныгъэ зэрилъынум дыхущІэкъуну. Абы щхьэкІэ уафэм щыІэ ди Адэр ди къуэш, ди шыпхъухэм зэрахущытым хуэдэу дэри дахущытын хуейщ (Еф. 5:1, 2; 1 Ин. 4:19). АбыкІэ Иеговэ дапхуэдэу щапхъэ тетх хъунуми адэкІэ деплъынщ.
11. Хьисэ Иеговэ щапхъэ трихыу цІыхухэм дауэт гущІэгъу зэрахуищІыр?
11 Иеговэ и «гущІэгъур инщ» (Лк. 1:78). ГущІэгъу зыхэлъ цІыхум нэгъуэщІым гугъуехь иІэу щилъагъум деж ар абы блэмыкІыу дэІэпыкъунущ икІи гупсэхугъуэ иритынущ. Иеговэ цІыхухэм апхуэдэ дыдэущ зэрахущытыр икІи Хьисэ абы щапхъэ трихт (Ин. 5:19). «Мэлыхъуэ зыбгъэдэмыт мэл хъушэм хуэдэу ешауэ, захъумэжын ялъэмыкІыу цІыхухэр щилъагъум» щыгъуэ Хьисэ и гур абыхэм ящІэгъут (Мт. 9:36). Хьисэ цІыхухэм игу ящІэгъу закъуэтэкъым, атІэ абы сымаджэхэр игъэхъужт икІи «ешаелІа» цІыхухэм зэрадэІэпыкъуным хущІэкъут (Мт. 11:28—30; 14:14).
Иеговэ хуэдэу, хьэлэлагърэ гущІэгъурэ фхэлъу къуэш, шыпхъухэм фахущыт (12—14-нэ абзацхэм феплъ.)d
12. Ди къуэш, ди шыпхъухэм дапхуэдэу гущІэгъу зэрахуэтщІ хъунур?
12 Дэ къуэш, шыпхъухэм гущІэгъу яхуэтщІын щхьэкІэ ахэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дегупсысын хуейщ. Псалъэм папщІэ, шыпхъум узыфэ хьэлъэ иІэщ. Абы и гугъуехьхэм теухуауэ зыри жимыІэми, зыгуэр къыдэІэпыкъумэ и гуапэ хъуну къыщІэкІынщ. Ар и унагъуэ Іуэхухэм пэлъэщу пІэрэ? Абы и унэр зэлъыІуихын е шхын игъэхьэзырын щхьэкІэ дэІэпыкъуэгъу хуэмейуэ пІэрэ? Е къуэшым и лэжьапІэр фІэкІуэдауэ жытІэнщ. Абы ахъшэ тІэкІу ептмэ (ар хэт къритми къомыгъащІэми хъунущ), нэгъуэщІ лэжьапІэ лъыхъуэху и Іуэхур нэхъ тынш хъунущ.
13, 14. Иеговэ и хьэлэлагъым дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур?
13 Иеговэ хьэлэлагъ хэлъщ (Мт. 5:45). Къуэш, шыпхъухэм уадэІэпыкъун щхьэкІэ ахэр къолъэІуху уежьэн хуейкъым. Дэ, Иеговэ щапхъэ тетхыу, япэ лъэбакъуэ тчы хъунущ. Девгъэгупсысыт: дэ Иеговэ делъэІун хуейкъым дыгъэр пщэдджыжь къэс къыщІигъэкІын щхьэкІэ. Дыгъэм щхьэкІэ фІыщІэ зыщІхэми зымыщІхэми Иеговэ ар къахурегъэпс, абыхэм гъащІэ яІэн папщІэ. Иеговэ дызыхуэныкъуэр апхуэдэу къызэрыдитым къегъэлъагъуэ абы фІыщэу дызэрилъагъур. Дэ Иеговэ фІыуэ долъагъу ар гуапэу икІи хьэлэлу зэрыщытым щхьэкІэ!
14 Уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм хуэдэу, ди къуэш, ди шыпхъу куэдым яфІэфІу хьэлэлагъ ягъэлъагъуэ. Псалъэм папщІэ, 2013-нэ гъэм Филиппи́ны къэралым «Хайян» зыфІаща тайфунышхуэр къыщыхъуащ. Абы щыгъуэ ди къуэш, ди шыпхъу куэдым я унэхэмрэ я мылъкумрэ яфІэкІуэдащ. Ауэ Иеговэ и унагъуэшхуэм щыщ къуэш, шыпхъухэр занщІэу абыхэм зэрадэІэпыкъунум иужь ихьащ. Куэдым ахъшэ арэзыуэ ятащ икІи унэ зэтекъутахэри ящІыжащ. Илъэсым и кІуэцІкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм пщІэншэу 750-м нэс зэтекъута унэхэр яухуэжащ! COVID-19 пандемие зэманми Иеговэ и Щыхьэтхэр псэемыблэжу зыр зым доІэпыкъу. Ди унагъуэшхуэм щыщ гуэрым гугъуехь щыпэщІэхуэм деж дэ абы занщІэу дызэрыдэІэпыкъуным иужь дитщ. Апхуэдэу дэ къыдогъэлъагъуэ къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъур.
15, 16. Лука 6:36 зэритымкІэ, Иеговэ сыткІэ щапхъэ тетхын хуей?
15 Иеговэ гущІэгъу хэлъщ икІи ди щыуагъэхэр къытхуигъэгъуну хьэзырщ. (Къеджэ Лука 6:36.) Уафэм щыІэ ди Адэм дэтхэнэ зыми махуэ къэс къытхуегъэгъу (Пс. 103:10—14). Хьиси и гъэсэнхэм, я щыуагъэхэм емылъытауэ, гущІэгъу хэлъу яхущытт. Уеблэмэ, абы и гъащІэр итыну хьэзырт и лъэужь ирикІуэ псоми я гуэныхьхэр ипшыныжын щхьэкІэ (1 Ин. 2:1, 2). Иеговэрэ Хьисэрэ гущІэгъу яхэлъу ди щыуагъэхэр къызэрытхуагъэгъум щхьэкІэ дэ абыхэм нэхъ гъунэгъу дахуохъу.
16 Ди унагъуэшхуэр нэхъ зэкъуэт тщІын щхьэкІэ дэ ди гум къыбгъэдэкІыу зым адрейм худогъэгъу (Еф. 4:32). ДауикІ, нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэр бгъэгъуну щымытынш къохъу, аращи, абы къару етхьэлІэн хуейщ. Ди зы шыпхъум а Іуэхум теухуауэ хуабжьу къыдэІэпыкъуащ «Великодушно прощайте друг друга»b жыхуиІэ статьяр. Абы мыпхуэдэу жиІащ: «А статьяр сэбэп къысхуэхъуащ нэгъуэщІхэм хуэгъэгъун зэрыхуейм теухуауэ си еплъыкІэр схъуэжыну икІи абы къыпэкІуэ фІыгъуэхэр слъэгъуну. Абы мыпхуэдэ псалъэхэр итт: „НэгъуэщІхэм яхуэбгъэгъуну узэрыхьэзырым къикІкъым абыхэм ящІэ Іуэху мыхъумыщІэхэм арэзы утехъуэн хуейуэ е абы къыпэкІуэ зэраным мыхьэнэ ептын хуэмейуэ. АтІэ абы къокІ гужьгъэжьыр уи гум йомыгъэлъыну икІи мамырыгъэр зыфІомыгъэкІуэдыну“». Дэ ди гум къыбгъэдэкІыу къуэш, шыпхъухэм яхуэдгъэгъумэ, ахэр фІыуэ зэрытлъагъур къыдогъэлъагъуэ икІи ди Адэ Иеговэ абыкІэ щапхъэ тыдох.
ИЕГОВЭ И УНАГЪУЭШХУЭМ ФЫЗЭРЫЩЫЩЫР ЛЪАПІЭУ ФЛЪЫТЭ
Сабийхэри балигъхэри къуэш, шыпхъухэм я гум къыбгъэдэкІыу доІэпыкъу (17-нэ абзацым феплъ.)e
17. Маттэ 5:16 зэритымкІэ, уафэм щыІэ ди Адэм и цІэр дауэ дгъэлъэпІэфыну?
17 Дэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ лъагъуныгъэ зыхэлъ унагъуэшхуэм дыхэтыну Іэмал дызэриІэм щхьэкІэ! Апхуэдэ гуфІэгъуэр цІыху нэхъыбэм зыхащІэну дэ хуабжьу дыхуейщ. Аращи, дэ фІыуэ дызыкІэлъыплъыжын хуейщ уафэм щыІэ ди Адэм и цІэр дымыгъэулъиин икІи и лъэпкъым и напэр тедмыхын щхьэкІэ. Дэ сытым дежи ди дуней тетыкІэмкІэ цІыхухэм щапхъэфІ едгъэлъэгъуну дыхущІокъу, ахэр Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну хуэдгъэушын щхьэкІэ. (Къеджэ Маттэ 5:16.)
18. ЛІыгъэ тхэлъу хъыбарыфІыр дгъэІуну сыт къыддэІэпыкъунур?
18 Иныкъуэхэм деж Иеговэ хуэжыІэдаІуэу дызэрыщытым къыхэкІкІэ цІыхухэр къытщыдыхьэшхыфынущ, уеблэмэ, дыкърахуэкІыфынущ. ДауикІ, апхуэдэм деж хъыбарыфІыр бгъэІуну тыншкъым. Сыт-тІэ лІыгъэ къытхэзылъхьэфынур? Дэ сыт щыгъуи дыщыгугъ хъунущ Иеговэрэ Хьисэрэ къызэрыддэІэпыкъуным. Хьисэ и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІат: «„Сыт жытІэну?“ е „Дауэ жытІэну?“ жыфІэу фымыгузавэ; жыфІэн хуейр Тхьэм и Псэ ЛъапІэм абдеж дыдэм фи гум къыщрилъхьэнущи. Къэпсэлъэнур фэракъым, атІэ фи Адэ лъапІэм и Псэ ЛъапІэу фи гум илъыращ» (Мт. 10:19, 20).
19. ЛІыгъэ тхэлъу Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэну абы и къару лъапІэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? Щапхъэ къэфхь.
19 ЮАР къэралым щыпсэу ди къуэш Роберт и щапхъэм деплъынщ. Абы Библиер иджын щІидза къудейуэ армэм кІуэн зэримыдэм щхьэкІэ, ар хеящІэм и пащхьэм иувэн хуей хъуащ. Роберт лІыгъэ хэлъу жиІащ и къуэш, и шыпхъухэр фІыуэ зэрилъагъум къыхэкІкІэ Іэщэ къызэримыщтэнур. Иеговэ и унагъуэшхуэм зэрыщыщыр абы сыту лъапІэу илъытэрэт! ХеящІэм ди къуэшым мыпхуэдэ упщІэ иритащ: «Хэт уэ уи къуэшхэр?» Роберт апхуэдэ упщІэ къратыну хуэхьэзыртэкъым, ауэ а махуэм хухэха едзыгъуэр абы занщІэу игу къэкІыжащ: «Си Адэу уафэм щыІэр зыхуейр зыгъэзащІэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри» (Мт. 12:50). Ди къуэшым Библиер иджын зэрыщІидзэрэ куэд мыщІами, Алыхьым и къару лъапІэр абы къыдэІэпыкъуащ а упщІэми зыхуэмыхьэзыр нэгъуэщІ упщІэхэми жэуап иритыну. Шэч хэмылъу, ди къуэш Роберт Иеговэ игъэгушхуащ! Дэри гугъуехь диІэхэм емылъытауэ, Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ лІыгъэ къытхилъхьэну дыщелъэІум деж, ар догъэгуфІэ.
20. Ди акъылыр сытым тедухуэн хуей? (Иуан 17:11, 15).
20 Алыхьым и унагъуэшхуэм дыхэтыну диІэ Іэмалым нэхърэ нэхъ лъапІэ зыри щыІэкъым! Дэ Адэ нэхъыфІ дыдэрэ фІыуэ дыкъэзылъагъу къуэш, шыпхъу куэдрэ диІэщ. А псор дызэриІэм щхьэкІэ ди гум сыт щыгъуи фІыщІэ илъын хуейщ. ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэ зыІыгъхэмрэ лъэкІ къагъанэкъым Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэн икІи ди зэкъуэтыныгъэр зэтракъутэн щхьэкІэ. Хьисэ ар къыгурыІуэти, и Адэм елъэІут ШейтІаным дыщихъумэну икІи ди унагъуэшхуэм и зэкъуэтыныгъэм зыри зэран къыхуэмыхъуну. (Къеджэ Иуан 17:11, 15.) Иеговэ а лъэІум нобэр къыздэсым жэуап ирет. Хьисэ хуэдэу, дэри зэи шэч къытетхьэнкъым уафэм щыІэ ди Адэм фІыуэ дыкъызэрилъагъумрэ къызэрыддэІэпыкъунумрэ. Аращи, адэкІи Иеговэрэ абы къыдита унагъуэшхуэмрэ нэхъ гъунэгъу дызэрыхуэхъунум дыхущІэвгъэкъу!
99-НЭ УЭРЭДЫР Къуэшхэр куэдыкІейщ
a Иеговэ и унагъуэшхуэм дызэрыхэтым хуабжьу дегъэгуфІэ! Дэ псори дыхуейщ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэж хъуну. Дауэ ар зэрытщІ хъунур? Япэрауэ, уафэм щыІэ ди Адэр къызэрытхущытым хуэдэу дэри нэгъуэщІхэм дахущытын хуейщ. Абы нэмыщІ Хьисэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ щапхъэ ятетх хъунущ.
c СУРЭТЫР. Хьисэ Гефсимание жыг хадэм Алыхьым лъэІукІэ зыщыхуигъэзам щыгъуэ ар игъэбыдэн щхьэкІэ Иеговэ мелыІыч хуигъэкІуащ.
d СУРЭТЫР. COVID-19 пандемие зэманым Иеговэ и Щыхьэт куэдым къуэш, шыпхъухэм зыхуэныкъуэ ерыскъы къыхуахьт.
e СУРЭТЫР. Тутнакъым ис къуэшыр ягъэгушхуэн щхьэкІэ хъыджэбз цІыкІумрэ абы и анэмрэ сурэт хуащІ.