ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Март н. 26—30
  • Дапхуэдэу Иеговэ фэ фыкъызэрихъумэр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дапхуэдэу Иеговэ фэ фыкъызэрихъумэр?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • «ТХЬЭМ И ІЭЩЭ-ФАЩЭХЭР»
  • ДЭ ДИ ЗАКЪУЭУ ЗАУЭМ ДЫХЭТКЪЫМ
  • ИЕГОВЭ АДЭКІИ ДЫКЪИХЪУМЭНУЩ
  • ЩІалэгъуалэ, ШейтІаным фыпэщІэт!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Мы дунейм щыщ дымыхъун щхьэкІэ, дауэ зытхъумэну?
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • Фи фІэщхъуныгъэм и мэІухум фыкІэлъыплъу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • «Тхьэм и Іэщэ-фащэ псори» зыщыфтІагъэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Март н. 26—30

13 СТАТЬЯР

Дапхуэдэу Иеговэ фэ фыкъызэрихъумэр?

«Ауэ Зиусхьэныр щыпкъэщ. Абы фи гур игъэбыдэнущ, шейтІанми фыщихъумэнущ» (2 ФЕС. 3:3).

124-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. И гъэсэнхэр къихъумэну сыт Хьисэ Иеговэ щІелъэІуар?

ХЬИСЭ яукІын ипэ къихуэ жэщым и гъэсэнхэр зыпэщІэхуэну гугъуехьхэм егупсыст. Абы и ныбжьэгъухэр фІыуэ илъагъути, и Адэм елъэІуащ ахэр ШейтІаным щихъумэну (Ин. 17:14, 15). Хьисэ ищІэт куэд дэмыкІыу уафэм зэрыдэкІуеижынур икІи ШейтІан Иблисыр Иеговэ хуэлэжьэну хуей цІыхухэм адэкІи зэрыпэщІэтынур. Абы къыхэкІкІэ ахэр Алыхьым и дэІэпыкъуэгъум хуэныкъуэт.

2. Иеговэ ди тхьэлъэІухэм жэуап зэрыритынум шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сыт?

2 Иеговэ Хьисэ фІыуэ зэрилъагъум къыхэкІкІэ абы и лъэІум жэуап иритащ. Алыхьыр дгъэгуфІэн щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэуэ щытмэ, абы дэ фІыуэ дыкъилъагъунущ, дыщелъэІукІи Іэмал имыІэу къыддэІэпыкъунущ икІи дыкъихъумэнущ. Иеговэ — фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэщ. Абы къыхэкІкІэ абы и бынхэр сыт щыгъуи зыхуей хуигъэзэнущ, армыхъумэ абы и цІэ лъапІэр улъия хъунут.

3. Иеговэ дыкъихъумэну сыт дыщІыхуэныкъуэр?

3 Иеговэ дыкъихъумэну псом хуэмыдэу нобэ дыхуэныкъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаныр уафэм кърадзыхащ икІи абы «и гум губжьышхуэ илъщ» (Апок. 12:12). Дэ гугъу дезыгъэхь языныкъуэ цІыхухэм ШейтІаным я фІэщ ищІащ ахэр «Тхьэм абыкІэ хуэлажьэу» (Ин. 16:2). Абы нэмыщІ дэ мы дунейм и Іыхьэу дызэрыщымытым къыхэкІкІэ, Алыхьыр зи фІэщ мыхъухэми дыкърахуэкІ. ДыкъыщІрахуэкІым и щхьэусыгъуэр дапхуэдэу щымытами, дэ дышынэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «Ауэ Зиусхьэныр щыпкъэщ. Абы фи гур игъэбыдэнущ, шейтІанми фыщихъумэнущ» (2 Фес. 3:3). Дапхуэдэу Иеговэ дэ дыкъызэрихъумэр? ІэмалитІ зэпкърытхынщ.

«ТХЬЭМ И ІЭЩЭ-ФАЩЭХЭР»

4. Ефес 6:13—17 зэритымкІэ, дыкъихъумэн щхьэкІэ сыт Иеговэ къыдитар?

4 Иеговэ ШейтІаным дыщызыхъумэн Іэщэ-фащэхэр къыдитащ. (Къеджэ Ефес 6:13—17.) А Іэщэ-фащэхэр быдэщ икІи абыхэм дыкъахъумэнущ. Ауэ абыхэм дыкъыщахъумэнур ахэр псори зыщыттІагъэмэ икІи зыщыдмыхмэщ. Абыхэм нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынщ.

«Тхьэм и Іэщэ-фащэхэр». Сыт абыхэм хыхьэр?

В центре — изображение римского воина, вокруг него — отдельные части духовных доспехов, изображения которых повторяются в абзацах 5—11.

5—11-нэ абзацхэм феплъ

5. Пэжым и бгырыпхыр сыт зищІысыр икІи ар тщІэлъын щІыхуейр сыт?

5 Пэжым и бгырыпхыр — ар Алыхьым и Псалъэ Библием ит пэжхэращ. А бгырыпхыр щІытщІэлъын хуейр сыт? Абы и щхьэусыгъуэр — ШейтІаным пцІыр къыбгъэдокІри аращ (Ин. 8:44). Илъэс мин бжыгъэ хъуауэ абы пцІы еупс икІи «щІылъэм тет цІыху псори дэзышэхыр аращ» (Апок. 12:9). Ауэ абы дыкъимыгъэпцІэн щхьэкІэ Библием ит пэжхэр дэ къыддоІэпыкъу. Иеговэ теухуа пэжыр къыщытщІэм, ар зэрыхуейм хуэдэу дыщыхуэлажьэм икІи сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи пцІым пэІэщІэ зыщыхуэтщІым деж, а бгырыпхыр тщІэлъу жыпІэ хъунущ (Ин. 4:24; Еф. 4:25; Евр. 13:18).

Бгырыпх. Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэр

6. Афэ джанэр сыт зищІысыр икІи ар тщыгъын щІыхуейр сыт?

6 Афэ джанэр — ар Иеговэ къыдита и хабзэхэращ. Сыт ар тщыгъын щІыхуейр? Афэ джанэм зауэлІым и гур ихъумэу зэрыщытам хуэдэу, Иеговэ къыдит афэ джанэми ди гур къехъумэ, мы дунейм щыщ цІыхухэм ещхь дымыхъун щхьэкІэ (Прит. 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иеговэ хуейщ дэ ар фІыуэ тлъагъуну икІи ди гум къыбгъэдэкІыу абы дыхуэлэжьэну (Мт. 22:36, 37). Ауэ ШейтІаныр хущІокъу Алыхьым дыбгъэдишын щхьэкІэ, ди гур тІууэ игуэшу, Иеговэ илъагъу мыхъу мы дунейм щыщ Іуэхугъуэхэр фІыуэ тлъагъуу дищІыну (Екъуб 4:4; 1 Ин. 2:15, 16). Ар абы щыхузэфІэмыкІым деж дигъэшынэу Иеговэ и хабзэхэм дригъэбэкъуэну хэтщ.

Афэ джанэ. Иеговэ и хабзэхэр

7. Афэ джанэр зыщыбгъэгъыным къикІыр сыт?

7 Дэ афэ джанэр зетхьэу жыпІэ хъунущ фІымрэ Іеймрэ теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр дыщиІэм икІи абы дыщытетым деж (Пс. 97:10). Языныкъуэ цІыхухэм Иеговэ и хабзэхэм утетыну гугъуу къащохъу. Ауэ а хабзэхэм дытекІыу щытмэ, дэ дебгъэщхь хъунущ зауэм и гуащІэгъуэм, хьэлъэу къызэрыщыхъум къыхэкІкІэ, афэ джанэр щызыха зауэлІым. ДауикІ, абы Іущагъ зэрыхэмылъым арэзы фытехъуэну къыщІэкІынщ! Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм я дежкІэ абы «и унафэхэр гугъукъым», сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм гъащІэр кърагъэл (1 Ин. 5:3).

8. «ХъыбарыфІыр цІыхухэм яхуэфІуэтэным хуэхьэзырыныр вакъэхэм хуэдэ зылъыфтІагъэ» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр?

8 Абы нэмыщІ Паул дыхуегъэуш хъыбарыфІыр цІыхухэм яхуэтІуэтэным хуэхьэзырыныр вакъэхэм хуэдэ зылъыттІагъэну. НэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр сыт щыгъуи цІыхухэм зэрахуэтІуэтэным хуэхьэзыру дыщытын хуейщ. Библием ит пэжхэмкІэ цІыхухэм дащыдэгуашэм деж, дэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. Дуней псом тет Иеговэ и лэжьакІуэхэм хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ дэтхэнэ зы Іэмалри къызэрагъэсэбэпыр плъагъуну сыту гухэхъуэ! Алыхьым и лэжьакІуэхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну хущІокъу: лэжьапІэми, школми, унэ-унэкІи, цІыхухэр нэхъыбэу здэщыІэ е щылажьэ щІыпІэхэми, щыщахуэкІи, Иеговэ хуэмылажьэ я благъэхэм деж щыкІуэкІи, я цІыхугъэхэм щыхуэзэкІи, уеблэмэ, я унэхэм щІэкІыну Іэмал щамыІэм дежи. Дэ шынэм зедгъэубыду хъыбарыфІыр дгъэІун щыдгъэту щытмэ, зауэм и гуащІэгъуэм деж зи вакъэр щызых зауэлІым дебгъэщхь хъунущ. Апхуэдэ зауэлІым псынщІэу и лъакъуэхэр иуІэфынущ, адэкІэ зауэм хэтыфынукъым икІи дзэ пашэм и унафэхэр хуэгъэзэщІэфынукъым.

Вакъэ. ХъыбарыфІыр дгъэІуну дызэрыхьэзырыр

9. ФІэщхъуныгъэм и мэІухум дыщІыхуэныкъуэр сыт?

9 ФІэщхъуныгъэм и мэІухур — ар Иеговэ ди фІэщ зэрыхъуращ. Дэ ди фІэщ мэхъу Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псори зэригъэзэщІэжынур. А фІэщхъуныгъэр дэ къыддоІэпыкъу «ШейтІаным и шабзэ плъахэр... дгъэункІыфІыну». ФІэщхъуныгъэм и мэІухум сыт дэ дыщІыхуэныкъуэр? Абы и фІыгъэкІэ дэ Алыхьым епцІыжахэм дыщагъэуэнукъым икІи псалъэ Іей къыщытхужаІэм деж Іэнкун дыхъунукъым. ФІэщхъуныгъэ димыІамэ, нэгъуэщІхэм къыщыттракъузэм деж Иеговэ и хабзэхэм дытетыну къару диІэнутэкъым. Ар дэ махуэ къэс къыддоІэпыкъу школми лэжьапІэми ди фІэщ хъум теухуауэ нэгъуэщІхэм жэуап еттыжыну (1 Пет. 3:15). Абы нэмыщІ ахъшэ нэхъыбэ къыщыдлэжьыфын, ауэ Иеговэ дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъун лэжьапІэ дымыувыну фІэщхъуныгъэр къыддоІэпыкъу (Евр. 13:5, 6). НэгъуэщІхэр къыщытпэщІэувэм дежи, адэкІэ Иеговэ дыхуэлэжьэну фІэщхъуныгъэм къару къытхелъхьэ (1 Фес. 2:2).

МэІуху. Иеговэрэ абы къыдит гугъэмрэ ди фІэщ зэрыхъур

10. Дыкъезыгъэл тажыр зищІысыр сыт икІи ар зыщхьэрыттІэгъэн щІыхуейр сыт?

10 Дыкъезыгъэл тажыр — ар Иеговэ къыдит гугъэ дахэращ. Дэ шэч къытетхьэкъым Иеговэ и мурадыр зыгъэзащІэ дэтхэнэ зыми абы и нэфІ зэрыщыхуэнум икІи ди гъащІэр тфІэкІуэд хъуми лІахэм дыкъызэрыхигъэтэджыкІыжынум (1 Фес. 5:8; 1 Тим. 4:10; Тит 1:1, 2). Тажым зауэлІым и щхьэр ихъумэу зэрыщытам хуэдэу, дыкъезыгъэл тажым ди акъылыр къехъумэ. Дапхуэдэу? Иеговэ къыдит гугъэр дэ къыддоІэпыкъу абы дыкъызэригъэгугъэхэр тщымыгъупщэжыну икІи гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэну. А тажыр зыщхьэрыттІэгъауэ жыпІэ хъунущ Иеговэ и еплъыкІэр зэдгъэгъуэтыну дыщыхущІэкъум деж. Псалъэм папщІэ, дэ мылъку нэпцІым дыщымыгугъыу, Иеговэ дыщогугъ (Пс. 26:2; 104:34; 1 Тим. 6:17).

Таж. ГъащІэ мыухыжым теухуауэ диІэ гугъэр

11. Тхьэм къыдит джатэр сыт зищІысыр икІи ар къэдгъэсэбэпын щІыхуейр сыт?

11 Тхьэм къыдит джатэр — ар Алыхьым и Псалъэ Библиеращ. А джатэм пцІымрэ пэжымрэ зэхегъэкІыф. Абы и фІыгъэкІэ цІыхум дин нэпцІыр къегъанэ икІи и хьэл мыхъумыщІэхэр зыхенэ (2 Кор. 10:4, 5; 2 Тим. 3:16, 17; Евр. 4:12). Библиер куууэ зэрыдджымрэ Алыхьым и организацэм къыдит гъэсэныгъэмрэ къыддоІэпыкъу а джатэр тэмэму къэдгъэсэбэпыну (2 Тим. 2:15). Иджыпсту зи гугъу тщІа Іэщэ-фащэхэм нэмыщІ Иеговэ дэ нэгъуэщІ ІэмалкІи дыкъехъумэ. Ар сыт хуэдэ Іэмал?

Джатэ. Алыхьым и Псалъэ Библиер

ДЭ ДИ ЗАКЪУЭУ ЗАУЭМ ДЫХЭТКЪЫМ

12. Сыт дэ иджыри дызыхуэныкъуэр икІи сыт щхьэкІэ?

12 Зауэхэм мызэ-мытІэу хэта зауэлІым бийм и дзэм и закъуэу зэрыпэмылъэщыфынур къыгуроІуэ — абы текІуэныгъэр къихьын щхьэкІэ нэгъуэщІ зауэлІхэр зыдигъэІэпыкъун хуейщ. Абы ещхьу, дэри ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ дапэщІэтыфынукъым ди къуэш, ди шыпхъухэр къыддэмыІэпыкъуу щытмэ. Иеговэ и фІыгъэкІэ дэ дуней псом тет унагъуэшхуэм дыщыщщ икІи ар къыддэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ (1 Пет. 2:17).

13. Еврейхэм 10:24, 25 зэритымкІэ, ди зэІущІэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

13 Псалъэм папщІэ, апхуэдэ дэІэпыкъуэгъур дэ ди зэІущІэхэм къыщыдогъуэт. (Къеджэ Еврейхэм 10:24, 25.) Зэман-зэманкІэрэ дэтхэнэ зыми ди лъэр щыщІэху къохъу, апхуэдэм деж ди зэІущІэхэм къару къытхалъхьэфынущ. Ди къуэш, ди шыпхъухэм я гум къыбгъэдэкІыу ят жэуапхэр зэрызэхэтхымрэ абыхэм депсэлъэну Іэмал дызэриІэмрэ дэ гушхуэныгъэ къытхалъхьэ (1 Фес. 5:14). Псалъэ гъэхьэзырахэмрэ зэІущІэм и нэгъуэщІ Іыхьэхэмрэ Иеговэ адэкІи дыхуэлэжьэну дыхуагъэуш. Абы нэмыщІ ди зэІущІэхэм нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну Іэмал къыдат, абыи гуфІэгъуэ къытхуехь (Апост. 20:35; Рим 1:11, 12). Ди зэІущІэхэр нэгъуэщІ лъэныкъуэкІи дэІэпыкъуэгъу къытхуохъу. Абыхэм я фІыгъэкІэ дэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумрэ цІыхухэр зэредгъаджэмрэ идогъэфІакІуэ. Псалъэм папщІэ, хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэр нэхъ ІэкІуэлъакІуэу къэдгъэсэбэпу зыдогъасэ. Аращи, зэІущІэхэм фІыуэ зыхуэдвгъэгъэхьэзыр, программэр щекІуэкІкІэ фІыуэ девгъэдаІуэ, къатщІэхэри ди гъащІэм къыщыдвгъэгъэсэбэп. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ тщыщ дэтхэнэ зыри «Хьисэ Мэссихь и зауэлІыфІым хуэдэ» дыхъунущ (2 Тим. 2:3).

14. Иеговэ дапхуэдэу иджыри къызэрыддэІэпыкъур?

14 Дэ иджыри мелуан куэд хъу мелыІычхэр къыддоІэпыкъу. Зы мелыІыч закъуэм сыт хуэдэ къару бгъэдэлъми фегупсысыт (Ис. 37:36). НтІэ, иджы дзэшхуэ хъу мелыІычхэм сыт яхузыфІэкІынуми фи нэгу къыщІэвгъэхьэт! Иеговэ и дзэшхуэм зыри пэлъэщыфынукъым — ар цІыхуи ирехъу, жин бзаджи ирехъу. Алыхьым нэхърэ нэхъ къарууфІэ зыри щыІэкъым. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ ди гъусэу щытмэ, къытпэщІэувэ ди бийхэр сыт хуэдиз мыхъуами, дэ ахэр къыттекІуэнукъым (Суд. 6:16). Иеговэ хуэмылажьэ фи благъэхэм, къывдэлажьэхэм е къывдеджэхэм къыщыфтракъузэм деж мы гупсысэр фигу ивгъэлъ. Зыщывмыгъэгъупщэ: фэ фи закъуэкъым! Фэ Иеговэ фызэредаІуэм къыхэкІкІэ, абы фи лъэныкъуэр иІыгъщ.

ИЕГОВЭ АДЭКІИ ДЫКЪИХЪУМЭНУЩ

15. Исаия 54:15, 17 зэритымкІэ, хъыбарыфІ гъэІуныр къигъэувыІэну зыми щІыхузэфІэмыкІынур сыт?

15 ШейтІаным и ІэмыщІэм илъ дунейм дыкъилъагъу хъукъым икІи абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иІэщ. Дэ политикэми зауэхэми дыхэткъым. Дэ Алыхьым и цІэр догъэІу, абы и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа зыми щІылъэм мамырыгъэ къызэрыхуимыхьыфынур цІыхухэм яжыдоІэ икІи абы и хабзэхэм дытетщ. Мы дунейм и тепщэр цІыхуукІыу икІи пцІыупсу зэрыщытыр дэ дымыбзыщІу жыдоІэ (Ин. 8:44). Дэ догъэІу ШейтІаным и дунейм куэд мыщІэу кІэ къызэрыхуэкІуэнур. ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ а хъыбарыр жыдамыгъэІэну яхузэфІэкІынукъым. Дэ Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ зы Іэмалри къэдгъэсэбэпынущ! ШейтІаным лъэкІыныгъэшхуэ иІэми, абы хузэфІэкІынукъым Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыху псоми ялъэдгъэІэсыну зэран къытхуэхъуну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэ дыкъуехъумэ. (Къеджэ Исаия 54:15, 17.)

16. Гузэвэгъуэшхуэм деж Иеговэ и лъэпкъыр дауэ къызэрыригъэлынур?

16 КъэкІуэну зэманым сыт къытхуихьынур? Гузэвэгъуэшхуэр щІидза иужь Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр къригъэлынущ. Япэу ар къыщыхъунур, Бабилэн къалэшхуэм — дин нэпцІу дуней псом тетым я империем, щІылъэм тет пащтыхьхэр теуэну Алыхьым щыхуигъэушыну зэманыращ (Апок. 17:16—18; 18:2, 4). ЕтІуанэу ар къыщыхъунур, Иеговэ Армагеддон зауэшхуэм ШейтІаным и дунейр щигъэкІуэдынум дежщ (Апок. 7:9, 10; 16:14, 16).

17. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

17 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъмэ, абы хуэмыгъэзэкІуэжын зэран ШейтІаным къыдищІэфынукъым. Ауэ езы ШейтІаныр игъащІэкІэ ягъэкІуэдынущ (Рим 16:20). Абы къыхэкІкІэ «Тхьэм и Іэщэ-фащэхэр» псори зэщыфтІагъэ — икІи ахэр зыщывмых! ШейтІанымрэ абы и дунеймрэ фи закъуэу фыпэщІэтыну фыхэмыт. Къуэш, шыпхъухэм щІэгъэкъуэн фахуэхъу. Иеговэ и унафэхэм фытет. Апхуэдэу фщІэмэ, уафэм щыІэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм къару къызэрывитынум икІи фыкъызэрихъумэнум шэч лъэпкъ къытевмыхьэми хъунущ (Ис. 41:10).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • «Тхьэм и Іэщэ-фащэхэм» сыт хыхьэр? («„Тхьэм и Іэщэ-фащэхэр“. Сыт абыхэм хыхьэр?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

  • «Тхьэм и Іэщэ-фащэхэр» зэрызетхьэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъагъуэр?

  • Иеговэ дапхуэдэу иджыри дыкъызэрихъумэр?

149-НЭ УЭРЭДЫР ТекІуэныгъэм и уэрэд

a Иеговэ къыддэІэпыкъуну икІи дыкъихъумэну Библием ит псалъэхэм дыкъагъэгугъэ. Мы статьям дэ упщІищым я жэуапхэр щызэпкърытхынущ: сыт Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум дыщІыхуэныкъуэр, дапхуэдэу абы дыкъызэрихъумэр икІи Иеговэ и дэІэпыкъуэгъур диІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын