5-НЭ ПСАЛЪАЩХЬЭ
Мы дунейм щыщ дымыхъун щхьэкІэ, дауэ зытхъумэну?
«Фэ... мы дунейм фыщыщкъым» (ИУАН 15:19).
1. Хьисэ и гъащІэр итын ипэ иужьрей жэщым сытыт зыгъэгузавэр?
ХЬИСЭ и гъащІэр итын ипэ иужьрей жэщым и лъэужь ирикІуэхэм мы псалъэхэр яжриІащ: «Фэ... мы дунейм фыщыщкъым» (Иуан 15:19). Абы ищІэт куэд мыщІэу ахэр къызэригъэнэныр икІи абыхэм я къэкІуэным щхьэкІэ гузавэт. ИужькІэ Хьисэ абыхэм щхьэкІэ Иеговэ елъэІуащ, мыпхуэдэу жиІэу: «Сэ мы дунейм сызэрыщымыщым хуэдэу, ахэри мы дунейм щыщкъым» (Иуан 17:15, 16). Сыт Хьисэ зи гугъу ищІар?
2. Сыт хуэдэ «дуней» Хьисэ зи гугъу ищІар?
2 «Дуней» жыхуиІэ псалъэм къикІыр — ар Алыхьыр зымыцІыху икІи ШейтІаным и лъабжьэ щІэт цІыхухэращ (Иуан 14:30; Ефес 2:2; Екъуб 4:4; 1 Иуан 5:19). Мы «дунейм дыщымыщын» щхьэкІэ, сыт дэ тщІэ хъунур? Мы псалъащхьэм дэ щызэпкърытхынущ абыкІэ къыддэІэпыкъун Іэмал зыбжанэ: дэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм хуэпэжу дыщытщ икІи политикэм дыхэІэбэу зыми и лъэныкъуэр дыубыдкъым. Дэ мы дунейм и гупсысэкІэр зыхэтлъхьэкъым, екІуу зыдохуапэ икІи ахъшэм еплъыкІэ тэмэм худиІэщ. А псом нэмыщІ Алыхьым къыдит «Іэщэ-фащэхэр» къыдогъэсэбэп. (Приложение 16-нэм еплъ.)
АЛЫХЬЫМ И ПАЩТЫХЬЫГЪУЭМ ХУЭПЭЖУ ЩЫТ
3. Хьисэ политикэм дапхуэдэу хущыта?
3 Хьисэ щІылъэм щытетам илъагъут цІыхухэм я гъащІэр гуауэрэ гугъуехькІэ зэрыгъэнщІар. Ар абыхэм щхьэкІэ гузавэт икІи дэІэпыкъуну хуейт. Политикэр къигъэсэбэпу цІыхухэм дэІэпыкъуну ар иужь ихьауэ пІэрэ? Хьэуэ. Абы ищІэт цІыхухэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм, е нэгъуэщІу жыпІэмэ и правительствэм, зэрыхуэныкъуэр. Хьисэ а Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхь хъун хуейт икІи игъэІу хъыбарыр зытеухуар арат (Даниил 7:13, 14; Лука 4:43; 17:20, 21). Хьисэ политикэм хэтакъым икІи абы зэи хэІэбэтэкъым. Хьисэ рим Іэтащхьэ Понтий Пилат и пащхьэм къыщиувам жиІат: «Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым» (Иуан 18:36). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри абы и щапхъэм тетт. Зы тхылъ гуэрым итауэ щытащ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм «политикэм пыщІа къулыкъу зэрагъэгъуэту зэрыщымытар» («On the Road to Civilization»). Ноби Алыхьым и лэжьакІуэхэм апхуэдэ еплъыкІэ яІэщ. Дэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм хуэпэжу дыщытщ икІи мы дунейм и политикэ Іуэхухэм дыхэІэбэкъым (Маттэ 24:14).
Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэ зэрыпІыгъыр нэгъуэщІым къыгурыбгъэІуэфыну пІэрэ?
4. Хьисэ пэжу и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр зэраІыгъыр дауэ къызэрагъэлъагъуэр?
4 Зы къэралым икІыу нэгъуэщІ къэралым ягъэкІуа лІыкІуэхэр а къэралым и политикэ Іуэхухэм хэІэбэкъым. Хьисэ и гъусэу пащтыхьу щытыну гугъэ зиІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэми ар хужыпІэ хъунущ. Паул абыхэм щхьэкІэ жиІат: «Мэссихь дрилІыкІуэщ» (2 Коринф 5:20). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лІыкІуэу щытщ. Ахэр политикэми къэрал Іуэхухэми хэІэбэкъым (Филиппи 3:20). Абы и пІэкІэ ахэр цІыху мелуан куэдым доІэпыкъу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр къащІэну. ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэ «нэгъуэщІ мэлхэми» абыхэм а Іуэхур даІыгъщ. Ахэри политикэм хэІэбэкъым (Иуан 10:16; Маттэ 25:31—40). Зэрытлъагъущи, Хьисэ пэжу и лъэужь ирикІуэхэр зыри мы дунейм и политикэ Іуэхухэм хэткъым. (Къеджэ Исаия 2:2—4a.)
5. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зауэм щІыхэмытым и зы щхьэусыгъуэр сыт?
5 Хьисэ пэжу и лъэужь ирикІуэ псоми зы унагъуэм щыщу забжыж икІи абыхэм я зэкъуэтыныгъэр яхъумэ, сыт хуэдэ къэралым ахэр щымыпсэуами икІи сыт хуэдэ гъэсэныгъэ ябгъэдэмылъами (1 Коринф 1:10). Дэ зауэм дыкІуауэ щытамэ, ди унагъуэм щыщу дыбж — Хьисэ фІыуэ тлъагъуну къыджиІа ди диныр къыддэзыІыгъхэм — дезэуэн хуей хъунут (Иуан 13:34, 35; 1 Иуан 3:10—12). А псом нэмыщІ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я бийхэри фІыуэ ялъагъуну унафэ яхуищІащ (Маттэ 5:44; 26:52).
6. Иеговэ и лэжьакІуэхэр къэрал унафэщІхэм дауэ зэрыхущытыр?
6 Иеговэ и лэжьакІуэхэр политикэм хэмыІэбэми, абыхэм я къарум къызэрихькІэ щыпсэу къэралым и унафэщІхэм хуэжыІэдаІуэщ. Псалъэм папщІэ, дэ къэралым и унафэщІхэм пщІэ яхудощІ абыхэм къыдагъэкІ унафэхэм дыщедаІуэм икІи налогхэр щыттым деж. Ауэ дэ сыт щыгъуи дыхущІокъу «Тхьэм ейр Тхьэм еттыжыну» (Марк 12:17; Рим 13:1—7; 1 Коринф 6:19, 20). «Тхьэм ейм» хохьэ Алыхьым лъагъуныгъэ худиІэныр, жыІэдаІуэу дыхущытыныр икІи дыхуэлэжьэныр. Дэ Алыхьым и жыІэм демыбэкъуэн щхьэкІэ, ди гъащІэр ттыну дыхьэзырщ (Лука 4:8; 10:27; къеджэ Апостолхэм 5:29; Рим 14:8).
МЫ ДУНЕЙМ И ГУПСЫСЭКІЭМ ФЫПЭЩІЭТ
7, 8. Дунейм и гупсысэкІэр сыт зищІысыр икІи ар дауэ цІыхухэм зэран зэрыхуэхъур?
7 ШейтІаным и дунейм дыщымыщыным къокІ мы дунейм и гупсысэкІэм зыщытхъумэныр. Мы дунейм и гупсысэкІэр — ар ШейтІаным къыбгъэдэкІ гупсысэкІэмрэ дуней тетыкІэмрэщ икІи ахэр Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм къагъэлъагъуэ. Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм мы дунейм и гупсысэкІэр зыхалъхьэкъым, атІэ, Паул зэрыжиІам хуэдэу, Иеговэ и гупсысэкІэм щапхъэ трахыну хэтщ (1 Коринф 2:12, ДЩІ; Ефес 2:2, 3; Приложение 17-нэм еплъ).
8 Дунейм и гупсысэкІэм цІыхухэр щхьэхуещэ, пагэ, жыІэмыдаІуэ ещІ. Абы ахэр хуегъэуш Алыхьым едэІуэн хуэмейуэ егупсысыну. ШейтІаным цІыхухэр хуегъэуш зыхуейуэ хъуар ящІэну, абы кърикІуэным емыгупсысу. Ар хуейщ цІыхухэм я фІэщ ищІыну «я гуэныхьыщІэ щэныжьыр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэри, я нэхэр зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэри» зрагъэгъуэтыныр я гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щыту (1 Иуан 2:16; 1 Тимофей 6:9, 10). ШейтІаным псом хуэмыдэу къару куэд ирехьэлІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр къызэригъэпцІэным, езым иІэ гупсысэкІэм хуэдэ абыхэми яІэ хъун щхьэкІэ (Иуан 8:44; Апостолхэм 13:10; 1 Иуан 3:8).
9. Мы дунейм и гупсысэкІэр дауэ зэран къызэрытхуэхъуфынур?
9 Хьэуа дызэрыбауэм хуэдэу мы дунейм и гупсысэкІэр дэнкІи щыІэщ. Ди къарум къызэрихькІэ абы дыпэщІэмытмэ, дэ ар зэран къытхуэхъунущ. (Къеджэ Притчи 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Шынагъуэ лъэпкъ зыхэмылъу къытщыхъу ІуэхухэмкІэ ар щыщІидзэ къохъу. Псалъэм папщІэ, Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм я гупсысэкІэмрэ я еплъыкІэмрэ къэтщтэнкІэ хъунущ (Притчи 13:20, Гъэс.; 1 Коринф 15:33). Е порнографиер, Алыхьым епцІыжахэр, залымыгъэм ухуэзыгъэуш спорт лІэужьыгъуэхэр зэран къыпхуэхъункІэ хъунущ. (Приложение 18-нэм еплъ.)
10. Мы дунейм и гупсысэкІэм дауэ дызэрыпэщІэтыфынур?
10 Мы дунейм и гупсысэкІэр зыхэдмылъхьэн щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? Иеговэрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр тхъумэн икІи абы и Іущагъыр къэдгъэсэбэпын хуейщ. Дэ сыт щыгъуи Алыхьым и къару лъапІэр къыдитыну делъэІун икІи зэпымыууэ и лэжьыгъэм дыхэтын хуейщ. Иеговэ иІэ къарум хуэдиз зыми иІэкъым. Дэ шэч къытетхьэкъым мы дунейм и гупсысэкІэм дыпэщІэтыну ар къызэрыддэІэпыкъунум (1 Иуан 4:4).
УИ ЩЫГЪЫНЫМКІЭ АЛЫХЬЫР ГЪЭЛЪАПІЭ
11. Мы дунейм и гупсысэкІэр цІыхухэм зэрызахуапэм дауэ къызэригъэлъагъуэр?
11 Мы дунейм дызэрыщымыщыр ди зыхуэпэкІэми ди теплъэми къегъэлъагъуэ. Куэдым я зыхуэпэкІэм къегъэлъагъуэ гулъытэ лей зыхурагъэщІыну икІи нэгъуэщІхэм мыхъумыщІэ гупсысэхэр ягу къагъэкІыну зэрыхуейр. Абы нэмыщІ абыхэм зэрызахуапэ щІыкІэм зыми емыщхьу щытыну зэрыхуейр, ахъшэ яІэри къагъэлъэгъуэну зэрыхущІэкъур къыхощ. Ауэ зи теплъэр къызыфІэмыІуэхуххи щыІэщ. Апхуэдэ цІыхухэм емыкІуу захуапэ е къабзэлъабзэхэкъым. Дэ зэрызытхуапэм е ди теплъэм теухуауэ апхуэдэ еплъыкІэхэр зэран зыхуэдгъэхъу хъунукъым.
ЗэрызысхуапэмкІэ Иеговэ згъэлъапІэу пІэрэ?
12, 13. Сыт хуэдэ принципхэр къыддэІэпыкъуну щыттІэгъэныр къыщыхэтхым деж?
12 Дэ Иеговэ и лэжьакІуэу дыщытщи, сытым щыгъуи къабзэу, екІуу, дыздэкІуэм елъытауэ зытхуэпэну дыхущІокъу. Дэ «хабзэфІым тету, екІуу» зыдохуапэ, «Тхьэм и фІэлІыкІ ди гум зэрилъыр» наІуэ хъун щхьэкІэ (1 Тимофей 2:9, 10; Иудэ 21).
13 Дэ ди теплъэми епхащ нэгъуэщІ цІыхухэр Иеговэрэ абы и лъэпкъымрэ зэрыхущытыр. Дэ дыхуейщ сыт дымыщІэми «цІыхухэм Тхьэм фІыщІэ [«щІыхь», ДЩІ] хуедгъэщІын щхьэкІэ» тщІэну (1 Коринф 10:31). Дэ екІуу зытхуапэмэ, нэгъуэщІхэм я гурыщІэхэм, я еплъыкІэхэм пщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ. Аращ, дэ сыт щыгъуи нэгъуэщІхэм дыщІегупсысыр ди теплъэмрэ ди зыхуэпэкІэмрэ теухуауэ унафэ щытщІым деж (1 Коринф 4:9; 2 Коринф 6:3, 4; 7:1).
14. Иеговэ и Іуэхухэм дыщыхэтым деж щыгъын щыттІэгъэныр къыщыхэтхым сыт дызэгупсысын хуейр?
14 Дэ зэІущІэм е хъыбарыфІыр дгъэІуну дыщыкІуэм деж дапхуэдэу зэрызытхуапэр? Гулъытэ лей къытхуащІын хуэдэу зытхуапэрэ? Ди зыхуэпэкІэм зыри имыгъэукІытэу пІэрэ? Зэрызытхуапэм нэгъуэщІхэм я Іуэху хэмылъу дымылъытэу пІэрэ? (Филиппи 4:5; 1 Петр 5:6). Дэ дыхуейщ теплъэ дахэ диІэну, ауэ пэж дыдэу дэ дахэ дызыщІыр Иеговэ ифІэфІ хьэл-щэнхэращ. Иеговэ къыщыдэплъым деж а хьэл-щэнхэращ гу зылъитэр. Абыхэм къагъэлъагъуэ «ди гум илъыр» икІи «Тхьэм дежкІэ абы уасэшхуэ иІэщ» (1 Петр 3:3, 4).
15. Ди теплъэмрэ ди зыхуэпэкІэмрэ теухуауэ хабзэ пыухыкІа Иеговэ сыт къыщІыдимытыр?
15 Дэ щыттІэгъэным теухуауэ Иеговэ хабзэ пыухыкІа къыдитакъым. Абы и пІэкІэ дэ унафэ пэж тщІын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну принципхэр Тхыгъэ ЛъапІэм иту къыдитащ (Еврейхэм 5:14). Ар хуейщ дэ сыт хуэдэ унафэ къэдмыщтэми, Алыхьми нэгъуэщІ цІыхухэми худиІэ лъагъуныгъэм тегъэщІауэ ар щытыну. (Къеджэ Марк 12:30, 31.) Иеговэ и лэжьакІуэхэр щыпсэу щІыпІэм къыщекІуэкІ хабзэм, езыхэм ягу ирихьым елъытауэ захуапэ икІи апхуэдэ хуитыныгъэм гуфІэгъуэ къахуехь.
АХЪШЭМ ЕПЛЪЫКЭ ТЭМЭМ ХУДИІЭН ХУЕЙЩ
16. Мы дунейм щыщ цІыхухэр ахъшэм зэрыхущытымрэ Хьисэ абы дыхущытыну зэрыжиІамрэ дауэ зэрызэщхьэщыкІыр? СыткІэ дызэупщІыжын хуей?
16 ШейтІаныр хуейщ насыпыр ахъшэмрэ мылъкумрэ елъытауэ цІыхухэр егупсысыну. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм ар апхуэдэу зэрыщымытыр ящІэ. Дэ Хьисэ и псалъэхэм дзыхь худощІ: «ЦІыхум сыт хуэдиз мылъку иІэми, абы и гъащІэм къыпищэркъым» (Лука 12:15). Ахъшэм насыпыфІэ дищІыфынукъым. Абы ныбжьэгъу пэж, гупсэхугъуэ, мыухыж гъащІэ къыдитыфынукъым. ДауикІ, дэ ахъшэ гуэри дыхуэныкъуэщ икІи дэри дыхуейщ гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыну. Ауэ Хьисэ жиІэу щытащ насып пэжыр Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІым икІи абы и лэжьыгъэр ди гъащІэм япэ зэридгъэщым зэрелъытар (Маттэ 5:3; 6:22). ЗэупщІыж: «Мы дунейр ахъшэм зэрыхущытым сэ си еплъыкІэр имыхъуэжауэ пІэрэ? Сэ сызэгупсысымрэ сызытепсэлъыхьымрэ къамыгъэлъагъуэу пІэрэ ахъшэм мыхьэнэшхуэ зэрестыр?» (Лука 6:45; 21:34—36; 2 Иуан 6).
17. Мы дунейм ахъшэм теухуауэ иІэ еплъыкІэр зомыгъэІэмэ, уи гъащІэр дауэ нэхъыфІ зэрыхъунур?
17 Дэ Иеговэ и лэжьыгъэр япэ идгъэщмэ икІи мы дунейр ахъшэм зэрыхущытым хуэдэу дыхущымытмэ, ди гъащІэм мыхьэнэ иІэ хъунущ (Маттэ 11:29, 30). Дэ гузэгъэгъуэ зыхэтщІэнущ, ди гуми гупсэхугъуэ илъынущ (Маттэ 6:31, 32; Рим 15:13). Ди мылъкуми теухуауэ нэхъ мащІэу дыгузэвэнущ. (Къеджэ 1 Тимофей 6:9, 10.) Дэ нэгъуэщІым еттыным гуфІэгъуэ къызэрытхуихьыр зыхэтщІэнущ (Апостолхэм 20:35). Апхуэдэу дэ зэман диІэнущ фІыуэ тлъагъухэмрэ дэрэ нэхъыбэрэ дызэрылъагъуну. Ди жейри нэхъ ІэфІ хъунущ (Экклезиаст 5:12).
«ТХЬЭМ И ІЭЩЭ-ФАЩЭХЭР»
18. Сыт ШейтІаным ищІэну зыхуейр?
18 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр ШейтІаным зыІигъэхьэну хущІокъу. Аращи, ар тхъумэн щхьэкІэ, дэ тхузэфІэкІыр тщІэн хуейщ. Дэ «жин бзаджэхэм» дебэну жыпІэ хъунущ (Ефес 6:12). ШейтІанымрэ абы и жин бзаджэхэмрэ хуейкъым дэ насыпыфІэу гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуну (1 Петр 5:8). А бий бзаджэхэр къытпэщІэтми, Иеговэ ди гъусэу абыхэм датекІуэфынущ.
19. Дапхуэдэу Ефес 6:14—18 Алыхьым и лэжьакІуэхэм я «Іэщэ-фащэхэм» зэрытепсэлъыхьыр?
19 Пасэрей зэманым зауэлІхэр щызауэкІэ я гъащІэр хъума хъун щхьэкІэ, Іэщэ-фащэ зэрахьэу щытащ. Абы ещхьу дэри Иеговэ къыдит «Іэщэ-фащэхэр» зетхьэн хуейщ (Ефес 6:13). Абыхэм дэ дыкъахъумэнущ. А Іэщэ-фащэхэм теухуауэ Ефес 6:14—18 итщ: «Аращи, быдэу фыщыт; щыпкъагъэр фи бгырыпхым хуэдэ зивгъэІэ; Тхьэм дежкІэ диІэ щыпкъагъэри афэ джанэм хуэдэ зыщыфтІагъэ. Тхьэм езым дызэрызригъэкІужам и хъыбарыфІыр цІыхухэм яхуэфІуэтэным хуэхьэзырыныр вакъэхэм хуэдэ зылъыфтІагъэ. Абыхэм нэмыщІу, фІэщхъуныгъэр мэІуху хуэдэ къафщтэ. ШейтІаным и шабзэ плъахэр абыкІэ вгъэункІыфІын флъэкІынущ. ФымыкІуэду Тхьэм фыкъызэрыригъэлыр тажым хуэдэ къафщтэ. Тхьэм и Псэ ЛъапІэм къывит джатэр къафщтэ. А джатэр Тхьэм и псалъэхэр арщ. Тхьэм и Псэ ЛъапІэм и лъэкІыныгъэкІэ Тхьэр къывдэІэпыкъуну сыт щыгъуи фелъэІу, фызыхуэныкъуэхэмкІи Тхьэм фелъэІу».
20. Сыт дэ тщІэн хуейр, ди «Іэщэ-фащэхэм» дыкъахъумэн щхьэкІэ?
20 ЗауэлІым и Іэщэ-фащэхэм щыщ гуэр зыщитІэгъэну щыгъупщэмэ, абы и Іэпкълъэпкъ псори хъума хъунукъым икІи щІэмыхъума пкъыгъуэм бийр Іэмал имыІэу еуэнущ. Ди Іэщэ-фащэхэм дыкъахъумэну дыхуеймэ, абыхэм ящыщу зыри зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Ахэр Іэмал имыІэу сытым дежи зыщыдгъэгъын икІи фІыуэ дыкІэлъыплъын хуейщ. Дэ ШейтІанми жин бзаджэхэми дебэнынущ, езыхэри абыхэм я ІэмыщІэ илъ дунейри Иеговэ игъэкІуэдыжыху (Апокалипсис 12:17; 20:1—3). Аращи, хъуэпсэныгъэ Іейхэм е хьэл мыхъумыщІэхэм дебэну щытмэ, дыкъикІуэт хъунукъым! (1 Коринф 9:27).
21. Зауэ дызыхэтым дапхуэдэу текІуэныгъэ къызэрытхьыфынур?
21 ШейтІаныр дэ нэхърэ нэхъ къарущ. Ауэ Иеговэ и фІыщІэкІэ дэ абы дытекІуэфынущ! Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ, абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн, и Тхыгъэ ЛъапІэр дджын икІи ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ (Еврейхэм 10:24, 25). А псор къыддэІэпыкъунущ Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну икІи ди фІэщхъуныгъэм дытемыкІыу быдэу дытетыну.
УИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ УТЕМЫКІЫУ БЫДЭУ ТЕТ
22, 23. 1) Дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур ди фІэщхъуныгъэм дытетыну дыхуэхьэзыру дызэрыщытыр? 2) КъыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм сыт щызэпкърытхынур?
22 Дэ ди еплъыкІэхэр нэгъуэщІхэм къазэрыгурыдгъэІуэным сытым дежи дыхуэхьэзыру дыщытын хуейщ (Иуан 15:19). Иеговэ и Щыхьэтхэм я еплъыкІэ гуэрхэр цІыху куэдым я еплъыкІэхэм куэдкІэ къыщхьэщокІ. ЗэупщІыж: «Пэжу къызгурыІуэу пІэрэ апхуэдэ еплъыкІэм дыщІытетыр сытми? Библием итыр икІи зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутым и псалъэхэр зэрыпэжыр сэ быдэу си фІэщ хъууэ пІэрэ? Иеговэ и Щыхьэту сызэрыщытым срипагэу пІэрэ?» (Псалом 34:2; Маттэ 10:32, 33). «Си еплъыкІэхэр нэгъуэщІхэм къагурызгъэІуэфыну пІэрэ?» (Маттэ 24:45; Иуан 17:17; къеджэ 1 Петр 3:15).
23 И нэхъыбэм дэ къыдгуроІуэ мы дунейм дыщыщу дыщымытын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми. Ауэ тщІэн хуейр къыщыдгурымыІуи къохъу. ШейтІаным дыкъигъэпцІэн щхьэкІэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къегъэсэбэп. Абыхэм ящыщ зыр нэгу зегъэужьыныращ. Дауэ Іущагъ зэрыдгъэлъэгъуэфынур ди нэгу зэрызедгъэужьын щІыкІэр къыщыхэтхым деж? Ар къыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм щызэпкърытхынщ.
a Исаия 2:2—4: «Иужьрей махуэхэм Иеговэ и унэр зытет бгыр нэгъуэщІ бгыщхьэхэм нэхърэ нэхъ лъагэу игъэувынущ икІи Іуащхьэхэм нэхърэ нэхъ лъагэ хъунущ, абы лъэпкъ псори екІуэлІэнущ. Лъэпкъ куэдыр кІуэнурэ, жаІэнущ: „ФыкъакІуэ, Иеговэ и бгым, Екъуб и Алыхьым и унэм, дыдэкІуеинщ. Абы и гъуэгухэм дригъэсэнущ, икІи дэ абыхэм дытетынущ“. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Сионым Алыхьым и хабзэр къикІынущ и псалъэри Ерусалим къикІынущ. Абы цІыхухэм хьэкум ятрищІыхьынущ икІи лъэпкъ куэдым яфІ къикІын щхьэкІэ псори ихъуэжынущ. КъыхаІущІыкІыжынущ я джатэхэм пхъэІэщэ, я мыжурэхэм — гъубжэ. КъыхуиІэтыжынукъым зы лъэпкъым и джатэр адрей лъэпкъым, афІэкІаи зауэ́кІэ зрагъэсэжынукъым».