ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Март н. 31
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Мыбы ещхь материал
  • ФщІэжу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Фи гупым щыщ къуэш, шыпхъухэм фадэлажьэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Хьисэ Мэссихь и унафэм дыщІэту долажьэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Март н. 31

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Алыхьым и лэжьакІуэхэр набдзэгубдзаплъэу щІыщытын хуейр сыт мессенджерхэр къыщагъэсэбэпым деж?

Языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм иджыпсту щыІэ технологиехэр къагъэсэбэп я унагъуэм щыщхэмрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ зызыпащІэн щхьэкІэ. ДауикІ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхум Іущагъ зыхэлъ Библием ит мы псалъэхэр и гум иригъэлъынущ: «ЩилъагъукІэ цІыху губзыгъэм къыпэщылъ шынагъуэр — зыхуещІ пэІэщІэ, жыІэзыфІэщым и гъуэгу и занщІэщ — къекІынщ и лажьэ бзаджэр» (Прит. 27:12, Гъэсэпэтхыдэхэр).

Дэ къыдгуроІуэ Иеговэ дыкъихъумэну зэрыхуейр, абы къыхэкІкІэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдэзылъхьэхэм, зэхуэсым хагъэкІахэм икІи Библием ит пэжыр зэблэзышхэм депсалъэкъым (Рим 16:17; 1 Кор. 5:11; 2 Ин. 10, 11). Уеблэмэ, щытыкІэфІ зимыІэ цІыхухэри зэхуэсым хэтынкІэ хъунущ (2 Тим. 2:20, 21). Дэ ар зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым ныбжьэгъу къыщыхэтхым деж. Ауэ цІыхур ныбжьэгъуфІ къытхуэхъунрэ къытхуэмыхъунрэ дэ къыдгурыІуэнукъым мессенджерхэмкІэ фІэкІа абы демыпсалъэмэ.

Ар зыщумыгъэгъупщэным мыхьэнэшхуэ иІэщ цІыху куэд зис чатым уащыхыхьэм деж. Алыхьым и лэжьакІуэ языныкъуэхэр апхуэдэ чатхэм зэрисам къыхэкІкІэ гугъуехьхэм пэщІэхуащ. Къуэшыр е шыпхъур набдзэгубдзаплъэу щытыфыну пІэрэ цІыху щэ бжыгъэ е мин бжыгъэ зэрыс чатым щыхыхьэм деж? Апхуэдэм деж а цІыхухэр хэт хъунуми икІи абыхэм Алыхьым и еплъыкІэ яІэми ямыІэми къыпхуэщІэнукъым. Псалом 26:4 итщ: «Сэ пцІыупсхэм сабгъэдэсакъым икІи зэрыщытыр щІэзыхъумэхэм саригъусакъым». Мы псалъэхэм къимыкІыу пІэрэ фІыуэ тцІыхухэм фІэкІа мессенджерхэмкІэ нэгъуэщІхэм демыпсалъэмэ зэрынэхъыфІыр?

Гупым хэтхэр куэд мыхъуми, Алыхьым и лэжьакІуэр кІэлъыплъын хуейщ абы къыщаІэт темэхэмрэ тригъэкІуадэ зэманымрэ. Гупым къатхыу хъуам, ар зытеухуам икІи зэману ихьым емылъытауэ, псоми Іэмал имыІэу жэуап ептын хуейуэ уемыгупсыс. Паул Тимофей жриІауэ щытащ зи мыІуэху зезыхуэ икІи нэгъуэщІхэм тепсэлъыхь цІыхухэр зэрыщыІэнум теухуауэ (1 Тим. 5:13). Ди зэманми мессенджерхэр къагъэсэбэпу апхуэдэу щыт цІыхухэр щыІэщ.

Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ и лэжьакІуэр зэи къуэш, шыпхъухэм ІейкІэ ятепсэлъыхьынукъым икІи я щэхухэр нэгъуэщІхэм яхуиІуэтэнукъым. Ар апхуэдэ сообщениехэми еджэнукъым (Пс. 15:3; Прит. 20:19, Гъэс.). Абы нэмыщІ ар нэгъуэщІхэм яфІэтелъыджэ е узыгъэгузавэ хъыбархэм едэІуэнукъым икІи зи пэжыпІэр имыщІэ хъыбархэр нэгъуэщІхэм яхуригъэхьынукъым (Еф. 4:25). jw.org сайтым икІи мазэ къэс къыдэкІ JW Broadcasting® программэхэм Алыхьым берычэту къыбгъэдэкІ щІэныгъэхэмрэ дзыхь зыхуэпщІ хъуну хъыбарыщІэхэмрэ къыщыбгъуэтыфынущ.

Иеговэ и Щыхьэт языныкъуэхэм зыгуэр ящэн, къащэхун, рекламэ ящІын икІи лэжьыгъэ цІыхухэм иратын щхьэкІэ мессенджерхэр къагъэсэбэп. Ар ахъшэ-бохъшэм пыщІа Іуэхущ икІи Иеговэ дызэрыхуэлажьэм ар епхауэ щытын хуейкъым. Абы къыхэкІкІэ ахъшэм лъагъуныгъэ хуэзыщІыну хуэмей Алыхьым и лэжьакІуэм къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпынукъым и мылъкур игъэбэгъуэн щхьэкІэ (Евр. 13:5).

Ауэ ахъшэкІэ гугъуехь зиІэ е гузэвэгъуэ къыщыхъуа щІыпІэхэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъуну дыхуеймэ-щэ? Абы щыгъуэ ахъшэ зэхуэтхьэсын щхьэкІэ мессенджерхэр къэдгъэсэбэп хъуну пІэрэ? Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр фІыуэ долъагъу икІи ахэр зыхуей хуэзэну дыхуейщ, абы къыхэкІкІэ дэ щІэх-щІэхыурэ дызэдоІэпыкъуж (Екъуб 2:15, 16). Дэ мессенджерхэм группэшхуэхэр къыщыдгъэсэбэпу ахъшэ зэхуэтхьэсу щытмэ, филиалым е зэхуэсым и нэхъыжьхэм гугъуехь зиІэ къуэш, шыпхъухэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ зэригъэпэща лэжьыгъэм зэран дыхуэхъункІэ хъунущ (1 Тим. 5:3, 4, 9, 10, 16). ИкІи дэ дыхуейкъым Алыхьым и хъушэм дыкІэлъыплъын щхьэкІэ къалэн хэха гуэр диІэ хуэдэу нэгъуэщІхэм къащыдгъэхъуну.

Дэ тщІэуэ хъуам Алыхьым щІыхь къыхуихьыну дыхуейщ (1 Кор. 10:31). Аращи, мессенджерхэр къыщывгъэсэбэпкІэ абы шынагъэ пылъхэм фегупсыс икІи фысакъ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын