8 СТАТЬЯР
Гугъуехь дыщиІэм деж гуфІэгъуэ дауэ зэрызыфІэдмыгъэкІуэдынур?
«Си къуэшхэ, фи фІэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехь зэхуэмыдэхэм фыхуэзэмэ, ар гуфІэгъуэу флъытэ» (ЕКЪУБ 1:2).
111-НЭ УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Маттэ 5:11 зэритымкІэ, гугъуехьхэм дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр?
ХЬИСЭ и лъэужь ирикІуэхэр къигъэгугъащ ахэр нэгъэсауэ насыпыфІэу щытыну, ауэ абы иджыри жиІауэ щытащ абыхэм гугъуехьхэри зэраІэнур (Мт. 10:22, 23; Лк. 6:20—23). ДауикІ, дэ гуфІэгъуэшхуэ диІэщ Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэм щхьэкІэ. Ауэ сыт дэ зыхэтщІэр Иеговэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ ди Іыхьлыхэр къыщытпэщІэувэм деж, абы нэмыщІ тепщэныгъэ зиІэхэм дыкъыщрахуэкІым икІи къыддэлажьэхэмрэ къыддеджэхэмрэ мыхъумыщІагъэ дагъэщІэну щыхэтым деж? ДауикІ, апхуэдэ Іуэхугъуэ дыпэщІэхуа иужь дызэрыгузавэм зыри гъэщІэгъуэн хэлъкъым.
2 ЦІыхур гугъуехь щыпэщІэхуэм деж ар щІэгуфІэн щхьэусыгъуэу къилъытэкъым. Ауэ дэ гугъуехь дыщиІэхэм деж дыгуфІэн хуейуэ Алыхьым и Псалъэм жеІэ. Псалъэм папщІэ, Екъуб итхауэ щытащ гугъуехь дыщиІэм деж е гъэунэхуапІэ дыщихуэхэм деж абы щхьэкІэ дызэрыгуфІэн хуейр (Екъуб 1:2, 12). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытащ: «Гъуэгу махуэ фытеуващ сэ си гъуэгу фызэрырикІуэм щхьэкІэ цІыхухэр къыфхуэхъущІэмэ, гугъуехь фагъэшэчмэ». (Къеджэ Маттэ 5:11.) Дапхуэдэу-тІэ гъэунэхуапІэ дыщихуэхэм деж гуфІэгъуэ зэрызыфІэдмыгъэкІуэдынур? А упщІэм жэуап еттыну къыддэІэпыкъунущ Екъуб япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуитхауэ щыта письмом ит гупсысэхэр. Ауэ япэщІыкІэ ахэр зыпэщІэхуэу щыта гугъуехьхэм я гугъу тщІынщ.
ЯПЭ ЛІЭЩІЫГЪУЭМ ПСЭУА ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИРИКІУЭХЭР СЫТ ХУЭДЭ ГЪЭУНЭХУАПІЭХЭМ ПЭЩІЭХУЭУ ЩЫТА?
3. Екъуб Хьисэ и лъэужь зэриувэрэ куэд дэмыкІыу сыт къэхъуар?
3 Хьисэ и анэм къилъхуа и къуэш Екъуб абы и лъэужь зэриувэрэ куэд дэмыкІыу, Ерусалим дэс Алыхьым и лэжьакІуэхэр хуабжьу кърахуэкІыу щІадзащ (Апост. 1:14; 5:17, 18). Стефан яукІа иужь Хьисэ и лъэужь ирикІуэ куэдыр къалэм дэкІащ икІи «Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкІащ»; уеблэмэ, иныкъуэхэр Кипр хытІыгумрэ Антиохие къалэмрэ нэс кІуахэщ (Апост. 7:58—8:1; 11:19). Абыхэм егъэлеяуэ гугъуехьышхуэ яшэчащ. Ауэ абы емылъытауэ, абыхэм псэемыблэжу хъыбарыфІыр дэнэ мыкІуэми щагъэІут икІи абы и фІыгъэкІэ Рим империе псом зэхуэсхэр къыщыунэхуащ (1 Пет. 1:1). Ауэ а Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къэкІуэну зэманым гугъуехь нэхъыбэж къапэщылът.
4. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр иджыри сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэу щыта?
4 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэр яІэу щытащ. Апхуэдэу ди эрэм, хуэгъэфэщауэ и 50-нэ гъэм Римым и император «Клаудий... журт псоми Рим къалэшхуэр ябгынэну унафэ яхуищІат». Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ журтхэм я унэхэр къагъанэу Іэпхъуэн хуей хъуащ (Апост. 18:1—3). Ди эрэм, хуэгъэфэщауэ 61-нэ гъэм апостол Паул итхауэ щытащ япэ лІэщІыгъуэм псэуа ди къуэш, ди шыпхъухэр цІыху куэдым я пащхьэм щагъэпуду, тутнакъхэм ирадзэу икІи я мылъкур къытрахыу зэрыщытар (Евр. 10:32—34). Абы нэмыщІ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми адрей цІыхухэм хуэдэу тхьэмыщкІагъэмрэ узыфэхэмрэ пыщІа гугъуехьхэр яІэт (Рим 15:26; Флп. 2:25—27).
5. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
5 Екъуб и тхылъыр ди эрэм 62-нэ гъэм нэхърэ нэхъ мыгувэу итхащ икІи къуэш, шыпхъухэр зыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэр абы фІыуэ ищІэт. Иеговэ Екъуб мы тхылъыр итхыну хуигъэушащ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гъэунэхуапІэ щыпэщІэхуэм дежи я гуфІэгъуэр зыфІамыгъэкІуэдыну къадэІэпыкъуну чэнджэщхэр яритын щхьэкІэ. Иджыпсту Екъуб и тхылъым дытепсэлъыхьынщ икІи мыпхуэдэ упщІэхэм я жэуапыр еттынщ: сыт хуэдэ гуфІэгъуэ Екъуб зытепсэлъыхьар? Алыхьым и лэжьакІуэм гуфІэгъуэр фІэзыгъэкІуэдыфынур сыт? ГъэунэхуапІэ дызыпэщІэхуэхэм емылъытауэ, гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэдыну Іущагъыр, фІэщхъуныгъэр икІи лІыгъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
ГУФІЭГЪУЭ НЭГЪЭСАМ СЫТ ЛЪАБЖЬЭ ХУЭХЪУР?
Уэздыгъэм и мафІэр мыункІыфІу зэрыблэм хуэдэу, Алыхьым и лэжьакІуэм Иеговэ кърит гуфІэгъуэр мыужьыхыу и гум щоблэ. (6-нэ абзацым феплъ.)
6. Лука 6:22, 23 зэритымкІэ, Алыхьым и лэжьакІуэм гъэунэхуапІэ щиІэм дежи гуфІэгъуэ щІиІэфынур сыт?
6 Куэдыр зэрегупсысымкІэ, цІыхум узыншагъэ быдэрэ ахъшэрэ иІэмэ икІи и унагъуэм мамырыгъэ илъмэ, абы щыгъуэщ ар насыпыфІэу щыщытынур. Ауэ Екъуб зи гугъу ищІа гуфІэгъуэр — ар Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ гуфІэгъуэращ икІи ар дэ ди Іуэхур зыІутым елъытакъым (Гал. 5:22). Алыхьым и лэжьакІуэм гуфІэгъуэрэ гузэгъэгъуэрэ зыхещІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыгуроІуэ Иеговэ арэзы зэрищІыр икІи Хьисэ щапхъэ зэрытрихыр. (Къеджэ Лука 6:22, 23; Кол. 1:10, 11.) А гуфІэгъуэр Алыхьым и лэжьакІуэм и гум къыщоблэ, ар ебгъэщхь хъунущ уэздыгъэм и мафІэм. Уэздыгъэр мыункІыфІу блэн щхьэкІэ, уэшхыми жьыми щыхъумащ. Дэ ди узыншагъэм е нэгъуэщІ зыгуэрым пыщІа гугъуехьхэр диІэу щытми, ди гум мафІэм хуэдэу кърих гуфІэгъуэр зыми игъэужьыхыфынукъым. Ар игъэужьыхыфынукъым ауан дызэращІми ди унагъуэм щыщхэри нэгъуэщІ цІыхухэри къызэрытпэщІэтми. Ди бийхэм ар ягъэункІыфІыну иужь къихьэхукІэ дапхуэдизрэ иужь имыхьэми, а мафІэр ункІыфІкъым, атІэ нэхъ гуащІэу блэуэ мэхъу. Дэ ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм къагъэлъагъуэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжу дызэрыщытыр (Мт. 10:22; 24:9; Ин. 15:20). Аращ Екъуб мыпхуэдэу щІитхар: «Си къуэшхэ, фи фІэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехь зэхуэмыдэхэм фыхуэзэмэ, ар гуфІэгъуэу флъытэ» (Екъуб 1:2).
ГъущІыр быдэ зэращІым гъэунэхуапІэхэр ебгъэщхь щІэхъунур сыт? (7-нэ абзацым феплъ.)b
7, 8. ГъэунэхуапІэ дыщиІэм деж, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ щІэхъур сыт?
7 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гугъуехьышхуэхэм пэщІэтыну щІэхьэзырым иджыри и зы щхьэусыгъуэ Екъуб къехь. Абы етх: «Мы гугъуехьхэм фи фІэщхъуныгъэм и щыпкъагъэр ягъэунэхуа нэужь, гугъу фехьурэ теубыдагъэ фиІэ зэрыхъунур фощІэр» (Екъуб 1:3). ГъэунэхуапІэхэр гъукІэм и лэжьыгъэм ебгъэщхь хъунущ: абы гъущІыр егъэплъри, занщІэу псы щІыІэм хелъхьэри егъэупщІыІуж, апхуэдэу гъущІыр нэхъ быдэ мэхъу. Абы ещхьу дэ гъэунэхуапІэ дыщиІэхэм деж теубыдагъэ диІэу дыкъызэрынэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ. Аращ Екъуб мыпхуэдэу щІитхар: «Теубыдагъэм и Іуэхур и кІэм нэвгъэс, сыт и лъэныкъуэкІи фи щыпкъагъэм щыщІагъэ лъэпкъ хэмылъу, цІыху нэгъэса фыхъун щхьэкІэ» (Екъуб 1:4). Дэ гъэунэхуапІэ диІэхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэращІыр щытлъагъум деж ди гум гуфІэгъуэ илъу абыхэм дыпэщІэтщ.
8 Екъуб и тхылъым иджыри и гугъу щещІ ди гуфІэгъуэр тфІэзыгъэкІуэдыфыну гугъуехьхэм. Сыт хуэдэ гугъуехь ахэр икІи абыхэм дапхуэдэу дызэрыпэлъэщыфынур?
ДИ ГУФІЭГЪУЭР ТФІЭЗЫГЪЭКІУЭДЫФЫНУ ГУГЪУЕХЬХЭМ ДАУЭ ДЫЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫНУР?
9. Сыт дэ Іущагъ дыщІыхуэныкъуэр?
9 Гугъуехь: уэ пщІэнур пщІэкъым. Гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж дэ къыдгуроІуэ Иеговэ къыддэІэпыкъуну дызэрелъэІун хуейр. Псалъэм папщІэ, абы игу ирихьыну унафэ къэтщтэну, абы пэжу дыкъыхуэнэну икІи къуэш, шыпхъухэм я сэбэпынагъ зыпылъ унафэхэр къэтщтэну къыддэІэпыкъун щхьэкІэ Алыхьым делъэІун хуейщ (Иер. 10:23). Дэ сыт тщІэнуми икІи къытпэщІэувэхэм дапхуэдэу депсэлъэнуми къыдгурыІуэн щхьэкІэ Іущагъым дыхуэныкъуэщ. Ауэ дэ тщІэнур къыдгурымыІуэу щытмэ, ди Іуэхум хэкІыпІэ лъэпкъ имыІэу къытщыхъуу абы Іэнкун дищІынкІэ хъунущ икІи псынщІэу ди гуфІэгъуэр тфІигъэкІуэдынущ.
10. Екъуб 1:5 зэритымкІэ, Іущагъ диІэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
10 Гугъуехьым и хэкІыпІэ: Иеговэ Іущагъ къыуитыну елъэІу. ГъэунэхуапІэ дыщиІэхэм деж дэ гуфІэгъуэ диІэу абы дыпэщІэтыну дыхуеймэ, япэ дыдэу Иеговэ Іущагъ къыдитыну делъэІун хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Іущагъ димыІэмэ, унафэ пэж къытхуэщтэнукъым. (Къеджэ Екъуб 1:5.) Ауэ ди тхьэлъэІум Иеговэ жэуап къримытыжауэ къытщыхъумэ-щэ? Гу лъыфтэт, Екъуб и псалъэхэм къикІкъым Иеговэ зэ делъэІун хуейуэ, атІэ сыт щыгъуи делъэІун хуейщ. Иеговэ Іущагъ къыдитын щхьэкІэ куэдрэ делъэІуу щытми, ар иужэгъукъым икІи абы щхьэкІэ зэи дигъэкъуэншэнукъым. ГъэунэхуапІэ дыщиІэм деж абы дыпэщІэтын щхьэкІэ уафэм щыІэ ди Адэм Іущагъ къыдитыну дыщелъэІум деж, абы и гуапэу ар къыдет (Пс. 25:12, 13). Абы дызыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэр елъагъу, и гур къытщІогъу икІи къыддэІэпыкъуну хуейщ. ДауикІ, ар дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэщ! Ауэ Иеговэ дапхуэдэу Іущагъ къызэрыдитыр?
11. Іущагъ диІэн щхьэкІэ сыт иджыри тщІэн хуейр?
11 Иеговэ и Псалъэр къигъэсэбэпу Іущагъ къыдет (Прит. 2:6, Гъэсэпэтхыдэхэр). А Іущагъыр зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэмрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ джын хуейщ. Ауэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэт къудейкІэ зэфІэкІкъым, атІэ Алыхьым жиІэм дытету дыпсэуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Екъуб етх: «Тхьэм и псалъэхэм федаІуэ къудейкІэ хъунукъым, ахэр вгъэзэщІэн хуейщ» (Екъуб 1:22). Дэ Алыхьым и чэнджэщхэм дыщытетым деж мамырыгъэм нэхъ дыхущІокъу икІи акъылыфІагъэмрэ гущІэгъумрэ нэхъ тхуогъэлъагъуэ (Екъуб 3:17). А хьэл-щэнхэр къыддоІэпыкъу сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами гуфІэгъуэ зыфІэдмыгъэкІуэдыну.
12. Библиер фІыуэ пщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
12 Библиер гъуджэм ебгъэщхь хъунущ, ар къыдоІэпыкъу хьэл-щэн тхъуэжын хуейхэр къэтлъэгъуну икІи абыхэм делэжьыну (Екъуб 1:23—25). Псалъэм папщІэ, Библие щыбджкІэ, уэ къыбгуроІуэ зышыІэныгъэ зэрыпхуримыкъур. Иеговэ зыдэбгъэІэпыкъуурэ уэ зыгуэрым уи пІэм укъыщришым деж укъэмыгубжьу зыпшыІэну зыбогъасэ. Абы и фІыгъэкІэ уэ гугъуехь ущиІэм деж унафэ тэмэмхэр къыпхуощтэ икІи хэкІыпІэри къыбогъуэтыф (Екъуб 3:13). Библиер фІыуэ пщІэным сыту мыхьэнэшхуэ иІэ!
13. Библием ит щапхъэхэм дыщІегупсысын хуейр сыт?
13 Языныкъуэхэм деж дэ ди щыуагъэхэмкІэ зыдогъасэ, ауэ ар гъуэгу гугъущ. НэгъуэщІ цІыхухэм я щапхъэфІхэмрэ я щапхъэ Іейхэмрэ къэбгъэсэбэпу Іущагъ зыхэплъхьэну куэдкІэ нэхъ тыншщ. Аращ Екъуб дыщІыхуигъэушыр Ибрэхьим, Рахав, Іэиуб икІи Иляс сымэ я щапхъэхэм гу лъыттэну (Екъуб 2:21—26; 5:10, 11, 17, 18). Мы зи гугъу тщІа Алыхьым и лэжьакІуэхэм гуфІэгъуэр зыфІамыгъэкІуэду я гугъуехьхэм пэщІэтащ. Абыхэм я щапхъэм къыдгурегъаІуэ Иеговэ зыдэдгъэІэпыкъумэ, дэри ди гугъуехьхэм теубыдагъэ диІэу дызэрыпэщІэтыфынур.
14, 15. Зыгуэрым шэч къыщытетхьэм деж ар гулъытэншэу къэдгъэнэн щІыхуэмейр сыт?
14 Гугъуехь: зыгуэрым шэч къытыбохьэ. Иныкъуэхэм деж дэ Библием ит гупсысэ гуэрхэр къыдгурымыІуэнкІэ хъунущ е ди тхьэлъэІухэм дызэригугъам хуэдэу Иеговэ жэуап къримытынкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ зыгуэрхэм шэч къытетхьэу дыхъункІэ хъунущ. Ар гулъытэншэу къэдгъанэмэ, абыхэм ди фІэщхъуныгъэмрэ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэмрэ зэтракъутэфынущ (Екъуб 1:7, 8). Уеблэмэ, ди къэкІуэным теухуауэ диІэ гугъэри тфІэкІуэдынкІэ хъунущ.
15 Апостол Паул Алыхьым и лэжьакІуэм иІэ гугъэр хъурзэм (якорым) иригъэщхьащ (Евр. 6:19). Тенджызым борэнышхуэ къыщыхъуам деж кхъухьыр къуршхэм жьэхимыдзэн щхьэкІэ ипІэм иримыгъэкІыу хъурзэм щигъэтщ. Ауэ апхуэдэу щыщытынур хъурзэр кхъухьым зэрыкІэрыщІа цепыр быдэу, зэпымычу щыщытым дежщ. Цепыр щыулъиям деж махэ зэрыхъум хуэдэу дэри зыгуэрхэм шэч къытетхьэу щыщІэддзэм деж абы ди фІэщхъуныгъэр махэ ищІыфынущ. Зыгуэрхэм шэч къытезыхьэ цІыхур гъэунэхуапІэхэм пэщІэхуа иужь Иеговэ дыкъызэригъэгугъэхэр зэригъэзэщІэжынур и фІэщ мыхъужу хъуфынущ. Дэ ди фІэщхъуныгъэр тфІэкІуэдмэ, гугъэ диІэри тфІэкІуэдынущ. Екъуб зэрыжиІам хуэдэу: «Тхьэм шэч хуэзыщІыр хы толъкъуным адэкІи мыдэкІи зэридзу ихьым хуэдэщ» (Екъуб 1:6). Апхуэдэ цІыхум дауикІ гуфІэгъуэ зыхищІэнукъым!
16. Сыт дэ тщІэн хуейр зыгуэрым шэч къытетхьэу щыщІэддзэм деж?
16 Гугъуехьым и хэкІыпІэ: шэч къызытепхьэ Іуэхур зэхэгъэкІ, уи фІэщхъуныгъэр гъэбыдэ. А Іуэхур евмыгъэтІылъэкІ. Бегъымбар Иляс щыпсэуа зэманым щыгъуэ Иеговэ и лъэпкъым сыт и фІэщ хъунуми шэч къытрихьэу щІидзат. Иляс абы щыгъуэ израил лъэпкъым жриІащ: «Дапхуэдизрэ иджыри гуитІщхьитІу фыщыту лъакъуитІымкІи фызэрещІэкъуэуэнур? Алыхь пэжыр Иеговэмэ, абы фыхуэлажьэ, Ваалырауэ къэфлъытэмэ, Ваал фыхуэлажьэ» (1 Цар. 18:21). Фэ зыгуэрым шэч къытефхьэу щІэвдзауэ щытмэ, а Іуэхур псынщІэу зэхэвгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ — зэры-Алыхь пэжыр, Библиер — абы и Псалъэу зэрыщытыр, Иеговэ и Щыхьэтхэр — абы и лъэпкъыу зэрыщытыр зэхэвгъэкІ (1 Фес. 5:21). Шэч къызытефхьэ упщІэхэм я жэуапхэр зэхэвгъэкІмэ, фи фІэщхъуныгъэр быдэ хъунущ. ДэІэпыкъуэгъу фыхуэныкъуэмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэвгъазэ. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм къытхуихь гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ шэч къызытетхьэ упщІэхэм я жэуапхэр псынщІэу зэхэдгъэкІын хуейщ!
17. Ди лъэр щыщІэхуам деж сыт къытщыщІынкІэ хъунур?
17 Гугъуехь: уи лъэр щІэхуащ. Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «Гузэвэгъуэ махуэм уи лъэр щІэхуа? ЩІэхуамэ, абы къарууншэ дыдэ уищІынущ» (Прит. 24:10). «Уи лъэр щІэхуа» жаІэу мыбдеж щызэрадзэкІа журт псалъэм иджыри «лІыгъэр пфІэкІуэдын» жиІэу къикІыфынущ. ЛІыгъэр тфІэкІуэдмэ, дэ гуфІэгъуэри псынщІэу тфІэкІуэдынущ.
18. Теубыдагъэ бгъэлъэгъуэным къикІыр сыт?
18 Гугъуехьым и хэкІыпІэ: Иеговэ дзыхь хуэщІ, лІыгъэ къызэрыуитынум шэч къытумыхьэу. Дэ гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж теубыдагъэ дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ лІыгъэм дыхуэныкъуэщ (Екъуб 5:11). Екъуб и тхылъым «теубыдагъэ» жаІэу зэрадзэкІа псалъэм сыт къэмыхъуами ипІэм иту къанэ цІыхум дрегъэгупсыс. Дэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэ хъунущ лІыгъэ хэлъу, зы лъэбакъуэкІи къимыкІуэту бийм пэщІэт зауэлІыр. Бийхэр дапхуэдизу абы къытемыгуплІэми, ар ипІэм икІкъым.
19. Апостол Паул и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
19 ЛІыгъэрэ теубыдагъэрэ зэрыдгъэлъэгъуэным теухуауэ апостол Паул щапхъэфІ къытхуигъэнащ. Ар къарууншэу щыщытаи къэхъуащ. Ауэ зыхуэныкъуэ къарур къезыт Иеговэ зэрыщыгугъым и фІыгъэкІэ абы теубыдагъэ игъэлъэгъуащ (2 Кор. 12:8—10; Флп. 4:13). Дэри апхуэдэ къарурэ лІыгъэрэ зэдгъэгъуэтыфынущ Іэдэбагъ тхэлъу Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум дызэрыхуэныкъуэр къыщыдгурыІуэм деж (Екъуб 4:10).
АЛЫХЬЫМРЭ ФЭРЭ ФИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЗЭХУЩЫТЫКІЭР БЫДЭ ФЩІЫ ИКІИ ГУФІЭГЪУЭР ФХЪУМЭ
20, 21. Дэ сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?
20 Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: дызыпэщІэхуэ гъэунэхуапІэхэр — ахэр Иеговэ къыбгъэдэкІ тезыркъым. Екъуб етх: «ЦІыху гуэр и щыпкъагъэр зыгъэунэху гугъуехьым щыхуэзэкІэ, „Тхьэр арщ сызыгъэунэхуу сыдезыгъэхьэхыр“, жремыІэ. Бзаджагъэм Тхьэр зыІэпишэнукъым. Тхьэми зыри бзаджагъэ ищІэну дишэхынукъым» (Екъуб 1:13). Ар быдэу ди фІэщ хъумэ, уафэм щыІэ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэж хъунущ (Екъуб 4:8).
21 Иеговэ зихъуэжкъым (Екъуб 1:17). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гъэунэхуапІэхэм щыпэщІэхуам щыгъуэ Иеговэ абыхэм ядэІэпыкъуащ, ноби дэ тщыщ дэтхэнэ зыми ар къыддэІэпыкъунущ. Иеговэ фи фІэщхъуныгъэр быдэ ищІыну икІи Іущагърэ лІыгъэрэ къывитыну тхьэлъэІу гуащІэкІэ зыхуэвгъазэ. Абы Іэмал имыІэу фи лъэІум жэуап къритынущ. Абы щыгъуэ фэ шэч къытефхьэнукъым, сыт хуэдэ гугъуехь фыпэщІэмыхуами гуфІэгъуэр ффІэмыкІуэдыну ар къызэрывдэІэпыкъунум!
128-НЭ УЭРЭДЫР ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ
a Гугъуехь дыщиІэм деж сэбэп къытхуэхъун чэнджэщ куэд Екъуб и тхылъым итщ. Мы статьям щызэпкърытхынущ абыхэм ящыщ языныкъуэ чэнджэщхэр. Гугъуехь дыщиІэхэм деж а чэнджэщхэм дытетмэ, Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэнущ икІи гуфІэгъуэр зыфІэдгъэкІуэдынукъым.
b СУРЭТЫР. Полицэм щыщхэм ди къуэшыр и унагъуэм ялъагъуу и унэм щаубыд. Ар тутнакъым исыху къуэш, шыпхъухэр абы я унэм къокІуэ и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ я гъусэу Библиер яджын щхьэкІэ. Абы и щхьэгъусэмрэ и пхъумрэ щІэх-щІэхыу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэ, гугъуехьым зэрыпэщІэтын къару къаритын щхьэкІэ. Иеговэ абыхэм лІыгъэрэ гупсэхугъуэрэ къарет. Абы къыхэкІкІэ абыхэм я фІэщхъуныгъэр быдэ мэхъу икІи гуфІэгъуэр яфІэмыкІуэду гугъуехьым пэщІэтщ.