ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Декабрь н. 31—н. 32, абз. 3
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Мыбы ещхь материал
  • ГъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну Иеговэ къыддоІэпыкъу
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • Гугъуехь дыщиІэм деж гуфІэгъуэ дауэ зэрызыфІэдмыгъэкІуэдынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Иеговэ и лэжьакІуэхэм и нэІэ ятригъэтщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Насыпыншагъэ гуэр къыщыхъум деж
    Уи унагъуэр насыпыфІэ пхуэщІынущ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Декабрь н. 31—н. 32, абз. 3

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

1 Коринф 10:13 итщ: «Тхьэм... флъэкІынум нэхърэ нэхъыбэ, гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху фыхуэзэну хуит ищІынукъым». Паул жиІа мы псалъэхэм къикІыу жыпІэ хъуну Иеговэ дызыпэлъэщыну гъэунэхуапІэхэм хищІыкІыу икІи абы къыхэкІкІэ дызыпэщІэхуэнухэм теухуауэ унафэ ищІу?

Ар пэжу щытамэ, сытыт абы дэр щхьэкІэ къикІынур? Ди зы къуэш гуэрым и къуэм зиукІыжат. А къуэшым мыпхуэдэ упщІэ итащ: «Ар къыщІэхъуар, зэрытхуэшэчынур Иеговэ ищІэу арауэ пІэрэт?» Мы дунейм дэ гугъуехь куэдым дыпэщІэхуэнущ. Абы къыхэкІкІэ Иеговэ дызыпэщІэхуэну гъэунэхуапІэхэм теухуауэ унафэ ищІу дегупсысыну щхьэусыгъуэ диІэ?

1 Коринф 10:13 ит Паул и псалъэхэр фІыуэ зэпкърытхыу щытмэ, дэ къыдгурыІуэнущ: Библием жиІэкъым Иеговэ дызыпэлъэщыну гъэунэхуапІэхэм хищІыкІыу икІи абы къыхэкІкІэ дызыпэщІэхуэнухэм теухуауэ унафэ ищІу. Апхуэдэу жыпІэ щІэхъуным и щхьэусыгъуиплІ зэпкърытхынщ.

Япэрауэ, Иеговэ цІыхухэм хуитыныгъэ яритащ. Ар хуейщ ди гъащІэм дызрикІуэну гъуэгур дэ езым къыхэтхыжыну (Втор. 30:19, 20; Иис. Н. 24:15). Унафэ пэж къатщтэмэ, дэ дыщыгугъ хъунущ Иеговэ ди лъэр иунэтІыну (Прит. 16:9, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ Іущагъ зыхэмылъ унафэ къатщтэмэ, абы кърикІуэну Іейм дыхуэзэжынущ (Гал. 6:7). Иеговэ дызыпэщІэхуэну гъэунэхуапІэхэр къыхихыу щытамэ, хуитыныгъэ къыдитауэ жыпІэ хъунут?

ЕтІуанэрауэ, дэтхэнэ зыри имызэману дэ дэмылъыта Іуэхугъуэ гуэрхэм дыпэщІэхуэфынущ, Иеговэ абыхэм дыщихъумэкъым (Эккл. 9:11). Насыпыншагъэ Іуэхугъуэ дэри къытлъэІэсынкІэ хъунущ, ар къыщыхъуа зэманымрэ щІыпІэмрэ дызэрырихьэлІам щхьэкІэ. Чэщанэр къауэу цІыху 18 зэрыхэкІуэдам Хьисэ и гугъу щищІам щыгъуэ, къыдгуригъэІуащ а Іуэхугъуэр Алыхьым къызэримыгъэхъуар (Лк. 13:1—5). Насыпыншагъэ Іуэхугъуэ къэхъун ипэ Иеговэ абы хэт хэкІуэдэнуми, хэт къелынуми унафэ ищІу уегупсысыным Іущагъ хэлъу пІэрэ?

Ещанэрауэ, ШейтІаным къиІэта упщІэр цІыху псоми лъоІэс. ШейтІаным жеІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр гугъуехьхэм пэщІэхуа иужь Алыхьым хуэпэжу къэмынэну (Иов 1:9—11; 2:4; Апок. 12:10). Иеговэ языныкъуэ гъэунэхуапІэхэм дыщихъумэу щытамэ, ШейтІаным жиІар пэжу къыщІэкІынутэкъэ?

ЕплІанэрауэ, Иеговэ къэхъунур къищІэну лъэкІыныгъэ иІэр сыт щыгъуи къигъэсэбэпкъым. Алыхьым дызыпэщІэхуэну гугъуехьхэм теухуауэ унафэ ищІын щхьэкІэ, ди къэкІуэным теухауэ псори ищІэн хуейт. Ауэ а гупсысэр Библием жиІэм техуэкъым. ДауикІ, Алыхьым, хуейуэ щытмэ, къэхъунур илъэгъуфынущ (Ис. 46:10). Ауэ Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ а лъэкІыныгъэр сыт щыгъуи къигъэсэбэпкъым (ЩІэдз. 18:20, 21; 22:12). Иеговэ лъагъуныгъэрэ зэхуагъэрэ хэлъщи, ар дэ езым унафэ тщІыну хуитыныгъэ диІэм къыхэІэбэкъым (Втор. 32:4; 2 Кор. 3:17).

Дауэ-тІэ къызэрыбгурыІуэнур Паул жиІа псалъэхэр: «Тхьэм... флъэкІынум нэхърэ нэхъыбэ, гуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху фыхуэзэну хуит ищІынукъым»? Мы едзыгъуэм Паул зи гугъу ищІыр Алыхьым гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэхуэн ипэкІэ ищІэракъым, атІэ дыщыпэщІэхуам деж ищІэращa. Мы псалъэхэм гугъэ къыдат, сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, къызэрыддэІэпыкъунумкІэ (Пс. 55:22). Паул апхуэдэу щІыжиІам и щхьэусыгъуитІ зэпкърытхынщ.

Япэ щхьэусыгъуэр: гъэунэхуапІэ дызыпэщІэхуэхэр — «адрей цІыхухэр зыхуэзэхэм» хуэдэщ. Мы дунейм дыщыпсэухукІэ дэ гуауэрэ гугъуехьрэ дыІущІэнущ. Ауэ дэ абыхэм дыпэщІэтыфынущ Алыхьым дыщыгугъыу щытмэ (1 Пет. 5:8, 9). 1 Коринф 10:6—11 Паул щытопсэлъыхьыж израил лъэпкъыр губгъуэ нэщІым щитам гугъуехь зыІущІахэм. Иеговэ хуэпэжу щытахэр а гугъуехьхэм пэщІэтыфащ. Ауэ языныкъуэ израил цІыхухэр Алыхьым жиІэм едэІуакъым. Ахэр Иеговэ хуэпэжу къэнакъым, абы щыгугъатэкъыми.

ЕтІуанэ щхьэусыгъуэр: «Тхьэр пэжщ». Сыт абы къикІыр? Алыхьыр и лъэпкъым зэрыбгъэдэтам къегъэлъагъуэ, «ар фІыуэ зылъагъухэм икІи и хабзэхэм тетхэм» пэжагъ хэлъу зэрыхущытыр (Втор. 7:9). Иджыри дэ къыдощІэ Иеговэ хуэлажьэхэр къызэригъэгугъар сыт щыгъуи зэригъэзэщІэжыр (Иис. Н. 23:14). Шэч къытевмыхьэ: 1) Иеговэ гъэунэхуапІэр дыпэмылъэщыфын хуэдэу хьэлъэ игъэхъунукъым; 2) абы «гъуэгу къыдитынущ» е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, хэкІыпІэ къыдитынущ.

[Сурэтхэр, 32-нэ напэкІуэцІ]

Иеговэ «сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми... дигу егъэзагъэ»

Иеговэ щыгугъхэм дауэ хэкІыпІэ яритрэ? ДауикІ, абы гугъуехьхэр тщхьэщихыфынущ. Ауэ Паул итхар фигу къэвгъэкІыж: «Абы [гъэунэхуапІэм] фыпэувыфыну Тхьэм гъуэгу къывитынущ». Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и нэхъыбэм деж гугъуехь дыпэщІэхуа иужь абы дыпэлъэщыфын щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ псор къызэрыдитыр. Апхуэдэ щІыкІэкІэ Иеговэ хэкІыпІэ къыдет. АдэкІэ Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ къигъэсэбэп Іэмал зыбжанэ зэпкърытхынщ.

  • «Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ» (2 Кор. 1:3, 4). ДызыгъэпІейтей гуэр ди акъылым къыщихьэм е ди гур щыгузавэкІэ Иеговэ гупсэхугъуэ къыдет. Абы щхьэкІэ абы къегъэсэбэп и Псалъэр, къару лъапІэр икІи унэІут пэжым къыбгъэдэкІ тхыгъэхэр (Мт. 24:45; Ин. 14:16; Рим 15:4).

  • И къару лъапІэр къигъэсэбэпурэ деунэтІ (Ин. 14:26). ГъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэкІэ Алыхьыр и къару лъапІэмкІэ къыддоІэпыкъу — Библием ит пычыгъуэхэмрэ принципхэмрэ дигу къегъэкІыж, Іущагъ зыхэлъ мурадхэр тщІын щхьэкІэ.

  • Иеговэ и мелыІычхэр къигъэсэбэпыфынущ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ (Евр. 1:14).

  • Ди къуэш, ди шыпхъухэр Иеговэ хуигъэушыфынущ псалъэкІэ икІи ІуэхукІэ къыддэІэпыкъуну (Кол. 4:11).

Аращи, 1 Коринф 10:13 ит Паул итхыжа псалъэхэм къикІкъым Иеговэ унафэ ищІу сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэхуэнуми, сыт хуэдэхэм дыпэщІэмыхуэнуми. Ауэ гъэунэхуапІэ дихуа иужь дэ шэч къытетхьэн хуейкъым: Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, гъэунэхуапІэр дыпэмылъэщыфын хуэдэу хьэлъэ игъэхъунукъым икІи, Іэмал имыІэу, абы дыпэлъэщыфын щхьэкІэ хэкІыпІэ къыдитынущ. ДауикІ, дэ абы гупсэхугъуэ къыдет!

a «ГуэныхьщІэным фыдезыгъэхьэхын Іуэху» жаІэу зэрадзэкІа Алыджыбзэ псалъэм иджыри къикІыфынущ «гъэунэхуапІэ».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын