ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Февраль н. 25
  • Псори зи фІыщІэр гуапагъэращ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Псори зи фІыщІэр гуапагъэращ!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Мыбы ещхь материал
  • Иеговэ и лэжьакІуэхэр я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмкІэ къыбоцІыху. Зэхуэсым и зэкъуэтыныгъэр хъумэ
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2018
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Февраль н. 25

Псори зи фІыщІэр гуапагъэращ!

Хелен стоит рядом с тележкой для литературы и улыбается. Мимо проходят две девушки.

ФИЛИППИ́НЫ щыІэ Ба́гио къалэм и уэрамым хъыджэбзитІ ирикІуэт. Абыхэм ди литературэхэр зыдэлъ стендыр ялъэгъуащ, ауэ абы бгъэдыхьакъым. Стендым деж щыта ди шыпхъу Хе́лен абыхэм гуапэу яхуэгуфІащ. Хъыджэбзхэр абы блэкІащ, ауэ Хелен зэрахуэгуфІар я гум гуапэу къинэжащ.

ИужькІэ хъыджэбзхэр автобускІэ унэм кІуэжу jw.org сайтым и логотипыр дыщызэхуэс Унэм и блыным фІэлъу ялъэгъуащ. Абыхэм ягу къэкІыжащ ди литературэхэр зыдэлъ стендым апхуэдэ логотип зэрытетар. Хъыджэбзхэр автобусым къикІри дыщызэхуэс унэм бгъэдыхьащ икІи зэІущІэхэр щекІуэкІ зэманым еплъащ.

Те же две девушки улыбаются, когда видят Хелен в Зале Царства.

Куэд дэмыкІыу а хъыджэбзитІыр ди зэІущІэхэм щыщ зым къэкІуащ. ИкІи дауэ феплърэ, хэт абыхэм дыщызэхуэс Унэм щалъэгъуар? Ди шыпхъу Хелен! Абыхэм къахуэгуфІауэ щыта цІыхубзыр занщІэу къацІыхужащ. «Ахэр си дежкІэ къакІуэу щыслъэгъуам,— игу къегъэкІыж Хелен,— сэ тІэкІу сыгузэващ икІи сегупсысащ: „Зыгуэр сщІауэ пІэрэ?“» Ауэ абыхэм ди шыпхъум псори къыгурагъэІуащ.

Хъыджэбзхэм езы зэІущІэри гуапэу къазэрыхущытари ягу ирихьащ. Абыхэм ягу ирихьащ къуэш, шыпхъухэм яхэтыну. Уеблэмэ, дыщызэхуэс Унэр зэлъыІуахыу щалъэгъуам щыгъуэ, ахэри ядэІэпыкъуну хэтащ. ИужькІэ зы хъыджэбзыр нэгъуэщІ къэралым Іэпхъуащ, ауэ етІуанэм зэІущІэхэм кІуэн икІи Библиер джын щІидзащ. ИкІи а псори зи фІыщІэр гуапагъэращ!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын