ДИ ГЪАЩІЭР
ГъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну Иеговэ къыддоІэпыкъу
Мы иужьрей махуэхэм ди гугъуехьхэр апхуэдизкІэ куэд хъуащи, дэ зэман-зэманкІэрэ къытщыхъункІэ хъунущ адэкІэ тхуэмыхьыжыну. Ауэ Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуэтщІыным дыхэтмэ, гъэунэхуапІэ нэхъ гугъу дыдэми дыпэлъэщынущ (Иса 43:2, 4). Зэман гугъухэм Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр дапхуэдэу нэхъ быдэ зэрытщІ хъунур?
ТхьэлъэІур. Ди гурыщІэхэр Иеговэ хуэтІуатэмэ, абы гупсэхугъуэрэ дызыхуэныкъуэ къарурэ къыдитынущ (Фп 4:6, 7; 1Фс 5:17).
Ди зэІущІэхэр. Алыхьым къыбгъэдэкІ шхыныгъуэмрэ ди зэІущІэхэм щыдгъуэт гушхуэныгъэмрэ псом хуэмыдэу иджыпсту дэ дыхуэныкъуэщ (Евр 10:24, 25). ЗэІущІэхэм зыщыхуэдгъэхьэзырым, абыхэм дыщекІуалІэм, жэуап тыным дыщыхэтым деж Иеговэ и къару лъапІэр нэгъэсауэ къытІэрохьэ (Апок 2:29).
ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІур. ХъыбарыфІ гъэІуным жыджэру дыхэтмэ, ди акъылыр фІым тедухуэну нэхъ тынш хъунущ. Абы нэмыщІ Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъунущ, ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэри нэхъ быдэ хъунущ (1Кр 3:5—10).
«ИЕГОВА ПРИМЕТ ТЕБЯ» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
Зэман гугъухэм Малу Иеговэ пэІэщІэ зыхуимыщІыну сыт къыдэІэпыкъуар?
Псалом 34:18 ит псалъэхэм Малу дапхуэдэу и гур къызэрыщІиубыдар икІи дэри а псалъэхэм дапхуэдэу дызэрагъэгушхуэфыныр?
Малу теухуа хъыбарым дапхуэдэу къызэригъэлъагъуэр гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщын къару Иеговэ къызэрыдитыр? (2Кр 4:7).