52 СТАТЬЯР
Уи лъэр зэрыщІэхуам дапхуэдэу узэрыпэлъэщынур?
«Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьи, уэ ар къыбдэІэпыкъунущ» (ПС. 55:22).
33-НЭ УЭРЭДЫР Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Ди лъэр щІэхуамэ, ар дауэ зэран къызэрытхуэхъуфынур?
МАХУЭ къэс дэ гугъуехь гуэрхэм дыпэщІэтын хуей мэхъу. Ауэ ди лъэр щІэхуамэ, ар тщІэну куэдкІэ нэхъ гугъущ. Абы къыхэкІкІэ ди лъэр зэрыщІэхуам ди тегушхуэныгъэр, лІыгъэр икІи гуфІэгъуэр зыдыгъуну хуей дыгъуэгъуакІуэм хуэдэу дыхущытын хуейщ. Притчи 24:10 Гъэсэпэтхыдэхэм, мыпхуэдэу итщ: «Укъэдзыхамэ гузэвэгъуэ махуэм, и уасэкъым лъэщагъэу пкъуэлъым щай». Пэжщ, ди лъэр зэрыщІэхуам гугъуехьхэм дызэрыпэлъэщыну къарур тщІихыфынущ.
2. Сыт ди лъэр щІэзыхыфынур? Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
2 Дэ ди лъэр щІэзыгъэхун куэд щыІэщ. Языныкъуэхэм я щыуагъэхэм, зыгуэрхэр зэрахузэфІэмыкІым е я узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр зэраІэм къыхэкІкІэ я гур иудауэ щытщ. Адрейхэр куэд щІауэ поплъэ зэхуэсым къалэнхэр къыщратынум икІи ахэр къазэрылъымысым щхьэкІэ гуфІэгъуэр яфІокІуэд. НэгъуэщІхэм я лъэр щІоху хъыбарыфІ дгъэІум цІыху куэдыр къызэремыдаІуэм щхьэкІэ. Ди лъэр щІэхуауэ щытмэ, абы дыпэлъэщыну къыддэІэпыкъуну чэнджэщхэр мы статьям щызэпкърытхынущ.
ДИ ЩЫУАГЪЭХЭМРЭ ЗЫГУЭРХЭР ЗЭРЫТХУЗЭФІЭМЫКІЫМРЭ
3. Ди щыуагъэхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэну сыт къыддэІэпыкъунур?
3 Ди щыуагъэхэм икІи зыгуэрхэр зэрытхузэфІэмыкІым къыхэкІкІэ ди щхьэм пщІэ хуэдмыщІыжу дыхъункІэ хъунущ икІи дунеищІэм дыщыпсэуну тхуэмыфащэу Иеговэ ибжу дегупсысынкІэ хъунущ. Апхуэдэ гупсысэхэр шынагъуэщ. НтІэ, дауэ ди щыуагъэхэм дазэрыхущытын хуейр? Библием зэритымкІэ, Хьисэ Мэссихь нэмыщІ «цІыху псоми гуэныхь ящІащ» (Рим 3:23). Ауэ Иеговэ ди щыуагъэхэр къилъыхъуэркъым икІи зэи дыщымыуэну къытщыгугъкъым. Ар — фІыуэ дыкъэзылъагъу, къытхуэсакъ икІи къыддэІэпыкъуну хуей ди Адэщ. Абы нэмыщІ Иеговэ шыІэныгъэ хэлъщ. Ди щыуагъэхэм икІи ди щхьэм пщІэ зэрыхуэдмыщІыжым дебэнын щхьэкІэ къарууэ етхьэлІэр Иеговэ елъагъу икІи ар хьэзырщ дэ къыддэІэпыкъуну (Рим 7:18, 19).
Япэм тщІа ІуэхуфІхэми иджыпсту тщІэ ІуэхуфІхэми теухуауэ Иеговэ ещІэ. (5-нэ абзацым феплъ.)d
4, 5. 1 Иуан 3:19, 20 ит сыт хуэдэ пэж Деборэрэ Мариерэ къагурыІуар икІи дауэ ар абыхэм къазэрыдэІэпыкъуар?
4 Ди шыпхъуитІым я щапхъэр зэпкърытхынщ — Де́борэрэ Мариерэb. Деборэ и сабиийгъуэм щыгъуэ и унагъуэм лъагъуныгъэ щызыхищІакъым, абы къыхэкІкІэ и щхьэм пщІэ хуимыщІыжу хъуащ. Абы зыгуэр къыщыщытхъур зэзэмызэххэт, абы къыхэкІкІэ зыри хузэфІэмыкІыну егупсысу хъуащ. Уеблэмэ, Деборэ щыуагъэ цІыкІу ищІамэ, бэлыхьышхуэ къэхъуауэ илъытэт. Марии апхуэдэ гугъуехь иІащ. И Іыхьлыхэм нэмыплъ къызэрыратым къыхэкІкІэ, абы зыри иримыщІысу зыкъыщыхъужу хъуащ. Иеговэ и лэжьакІуэ хъуа иужьи, Марие Алыхьым и цІэр зэрихьэну хуэмыфащэу илъытэт.
5 Дапхуэдэу мыхъуами, а шыпхъухэм Иеговэ хуэлэжьэн щагъэтакъым. Сыт абыхэм къадэІэпыкъуар? Абыхэм лъэІу гуащІэкІэ Алыхьым зыхуагъазэт икІи я гурыщІэхэр абы хуаІуатэт (Пс. 55:22). Абыхэм къагурыІуащ: ди гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэмрэ ди щхьэм пщІэ зэрыхуэдмыщІыжымрэ зэран къызэрытхуэхъур Иеговэ ещІэ. Абы нэмыщІ ди гум илъ фІыр — дэ езым дымылъэгъуж хьэл-щэныфІхэр — Иеговэ елъагъу. (Къеджэ 1 Иуан 3:19, 20.)
6. Хьэл мыхъумыщІэм ебэн цІыхум сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІэнкІэ хъуну?
6 Хьэл мыхъумыщІэм куэд щІауэ ебэн цІыхум а хьэлыр къытекІуэрэ щыуагъэ ищІэмэ, абы и лъэр щІигъэхункІэ хъунущ. Пэжщ, гуэныхь пщІа иужь зэрызыбгъэкъуэншэжыр тэмэмщ (2 Кор. 7:10). Ауэ щыуагъэ тщІам щхьэкІэ егъэлеяуэ зыдгъэкъуэншэжу, мыпхуэдэу дегупсыс хъунукъым: «Сэ зыри сырищІыскъым. Иеговэ зэи къысхуигъэгъунукъым». ЦІыхур апхуэдэу зыхущытыжу щытмэ, Иеговэ хуэлэжьэн щигъэтынкІэ хъунущ. Зыщывмыгъэгъупщэ: ди лъэр щІэхумэ, къарууншэ дыхъунущ (Прит. 24:10, Гъэс.). Абы къыхэкІкІэ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтедгъэувэжын хуейщ: абы лъэІукІэ зыхуэдгъэзэн икІи гущІэгъу къытхуищІыну делъэІун хуейщ (Ис. 1:18). Ди гум къыбгъэдэкІыу дызэрыхущІегъуэжар Иеговэ илъагъумэ, абы къытхуигъэгъунущ. Абы нэмыщІ мыхьэнэшхуэ иІэщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэным. Абыхэм шыІэныгъэ яхэлъу къыддэІэпыкъунущ Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтедгъэувэжыну (Екъуб 5:14, 15).
7. Пэжым дытетыну къыдэхьэлъэкІмэ, сыт ди Іэр етхьэхын щІыхуэмейр?
7 Францием щыщ зэхуэсым и нэхъыжь Жан-Люк мыпхуэдэу жеІэ: «Иеговэ и дежкІэ цІыху пэжыр зэи щымыуэ цІыхуракъым, атІэ и щыуагъэр къыгурыІуэжу абы и гум къыбгъэдэкІыу сыт щыгъуи хущІегъуэж цІыхуращ» (Рим 7:21—25). Абы къыхэкІкІэ хьэл мыхъумыщІэ гуэрым фебэнмэ, зыри фримыщІысу фемыгупсыс. Дэ псори дыщоуэ икІи езым и къарукІэ зыри Иеговэ и пащхьэм цІыху пэж щыхъуфынукъым. Иеговэ цІыху пэжу дыкъыщІилъытэр Хьисэ и щхьэщэхужымрэ къэдмылэжьауэ Алыхьым и нэфІ къызэрытщыхуамрэ я фІыгъэщ (Еф. 1:7; 1 Ин. 4:10).
8. Ди лъэр щІэхуамэ, хэт и деж дэІэпыкъуэгъу къыщытлъыхъуэнур?
8 Къуэш, шыпхъухэр зыдэвгъэІэпыкъу! Абыхэм ди гукъеуэр яхуэтІуатэмэ, ахэр къыдэдэІуэнущ икІи псалъэ гуапэкІэ дагъэгушхуэнущ (Прит. 12:25; 1 Фес. 5:14). Нигерием щыщ ди шыпхъу Джой и лъэр щІэхуауэ щытти, абы пэлъэщын щхьэкІэ къару ирихьэлІэт. Абы жеІэ: «Къуэш, шыпхъухэр симыІамэ, сщІэтэкъым сызэрыхъунур! Ахэр къызэрыздэІэпыкъур щыхьэт тохъуэ Иеговэ си тхьэлъэІухэм жэуап къызэрыритым. Зэхуэсым и фІыгъэкІэ сэ зи лъэ щІэхуахэм садэІэпыкъуу зезгъэсащ». Ауэ дэ къыдгурыІуэн хуейщ дэІэпыкъуэгъу дызэрыхуэныкъуэр къуэш, шыпхъухэм сыт щыгъуи зэрамыщІэнур. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшыр е шыпхъур къыддэІэпыкъун щхьэкІэ дэ езыр абы делъэІун хуейщ.
УЗЫНШАГЪЭМ ПЫЩІА ГУГЪУЕХЬХЭР
9. Псалом 41:3, абы нэмыщІ 94:19 ит псалъэхэм дапхуэдэу къару къызэрытхалъхьэр?
9 Иеговэ зыдэвгъэІэпыкъу. Ущысымаджэм, псом хуэмыдэу уз хэтІэса ущиІэм деж, гупсысэкІэ тэмэм уиІэну гугъущ. Нобэ Иеговэ телъыджэ ІуэхукІэ димыгъэхъужми, абы гупсэхугъуэрэ ди гугъуехь псоми дызэрыпэлъэщын къарурэ къыдет. (Къеджэ Псалом 41:3; 94:19.) Апхуэдэу, абы къуэш, шыпхъухэр хуигъэушыфынущ унагъуэ ІуэхухэмкІэ къыддэІэпыкъуну, тыкуэным тхуэкІуэну е ди гъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъэзэну. Абы нэмыщІ Алыхьым дигу къигъэкІыжыфынущ и Псалъэм ит гупсэхугъуэ къыдэзыт гупсысэхэр, псалъэм папщІэ гугъуехьи узыфи здэщымыІэну дунеищІэм теухуа гугъэ дахэр (Рим 15:4).
10. Аварие нэужьым Исанг иІа гурыщІэ Іейхэм пэлъэщыну сыт къыдэІэпыкъуар?
10 Нигерием щыпсэу Иса́нг аварие хэхуа иужь дохутырым абы къыжриІащ афІэкІа зэи къимыкІухьыжыфыну. «Сэ дохутырым къызжиІар Іейуэ си гум щІыхьат икІи абы си лъэр щІигъэхуат»,— къыддогуашэ Исанг. Ауэ а гурыщІэ Іейхэм ар пэлъэщыфащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Исанг жеІэж: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэн икІи Библиер дджын зэи щыдгъэтакъым. Абы нэмыщІ дэ ди гур тедухуащ Иеговэ къыдит тыгъэ псори фІыщІэ тщІыну, дунеищІэм дыщыпсэуну диІэ гугъэри абы хэту».
Узыншагъэ зимыІэхэми хъыбарыфІыр зэрагъэІун Іэмал къагъуэтыфынущ икІи абы гуфІэгъуэ хахынущ. (11—13-нэ абзацхэм феплъ.)
11. Синди уз хьэлъэм зэребэным емылъытауэ, сытыт гуфІэгъуэ къезытыр?
11 Мексикэм щыпсэу ди шыпхъу Си́нди узэрылІыкІыфын уз хьэлъэ иІэу дохутырхэм къахутащ. А гугъуехьым пэлъэщыну сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы мурад ищІащ, сымаджэщым щІэлъыху, махуэ къэс хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм ядэгуэшэну. Синди етх: «Абы и фІыгъэкІэ сэ къыспэщылъ операцэм, узым икІи си гурыщІэ Іейхэм семыгупсысу нэгъуэщІ цІыхухэм сегупсыст. Сэ дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ хъыбарыфІымкІэ садэгуэшэн ипэ мыпхуэдэ упщІэкІэ захуэзгъазэт: „УнагъуэкІэ дауэ фыщытхэ?“ Абы иужькІэ сэ абыхэм апхуэдэ ІэщІагъэ гугъу къыщІыхахам и щхьэусыгъуэмкІэ сеупщІти, я жэуапым сэ къызгуригъаІуэт абыхэм сыт нэхъ яфІэгъэщІэгъуэн хъунуми. Абыхэм ящыщ куэдым зэрыжаІэмкІэ, „Дауэ ущыт?“ — жаІэу сымаджэ мащІэт къащІэупщІэр икІи апхуэдэу гулъытэ зэрахуэсщІыр фІыщІэ ящІт. Языныкъуэхэми я телефон номерымрэ я адресымрэ къызатащ. ДауикІ, сэ къызгурыІуэт а зэман гугъум сыпхырыкІыну Иеговэ къызэрыздэІэпыкъунур. Ауэ апхуэдиз гуфІэгъуэ сэ абы къызитыну си гум къэкІыххэтэкъым!» (Прит. 15:15, Гъэс.).
12, 13. Узыншагъэ зимыІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІыр дапхуэдэу зэрагъэІур икІи сыт хуэдэ ехъулІэныгъэ абыхэм яІэр?
12 Узыншагъэ зимыІэ къуэш, шыпхъухэр зэрыхуейм хуэдэу хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэмытыфым я лъэр щІигъэхункІэ хъунущ. Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу куэдым хъыбарыфІыр зэрагъэІун Іэмал къагъуэт. США-м щыщ ди шыпхъу Ло́рел и щапхъэм деплъынщ. Ар бэуэн щхьэкІэ «железные легкие» жыхуаІэ аппаратым дэлъын хуейт икІи ар илъэс 37-кІэ абы ирибэуащ! Лорел лышх къеузащ икІи мызэ-мытІэу операцэшхуэ ящІащ, абы нэмыщІ хэтІэса щІыфэ уз иІэт. Ауэ апхуэдэ гугъуехьхэр зэриІэм щхьэкІэ къэмынэу ар Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарымкІэ цІыхухэм ядэгуашэт. Лорел и унэм къакІуэ дохутырхэм хъыбарыфІыр яжриІэт. Абы и фІыгъэкІэ нэхъ мащІэ дыдэу цІыху 17 Иеговэ и Щыхьэт хъуащ!c
13 Францием щыпсэу зэхуэсым и нэхъыжь Риша́р унэм къыщІэмыкІыфхэм е сымаджэщым щІэлъхэм ядоІэпыкъу. Абы жеІэ: «Сэ абыхэм чэнджэщ язот ди тхылъхэмрэ ди журналхэмрэ щыщ зытІущ цІыхухэм ялъэгъун хуэдэу тралъхьэну. Апхуэдэу, ди публикациехэр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуахэм тыншу епсэлъэн щІадзэфынущ. Абы унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр зымыгъэІуф къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэнущ». Абы нэмыщІ а къуэш, шыпхъухэм письмокІэ е телефонкІэ хъыбарыфІыр ягъэІуну Іэмал яІэщ.
ПЩІЭ ЗЫПЫЛЪ КЪАЛЭН ЗЭХУЭСЫМ ЩЫДГЪЭЗЭЩІЭНУ КЪЫЩЫДАМЫТЫМ ДЕЖ
14. Даут сыт хуэдэ щапхъэ дигъэлъэгъуа?
14 Зэхуэсым е теократическэ районым пщІэ зыпылъ къалэн щыдгъэзэщІэну къыщІыдамытым щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ ди ныбжьыр зэрыхэкІуэтар, узыншагъэ дызэримыІэр е нэгъуэщІ зыгуэр. Апхуэдэу щытмэ, пащтыхь Даут и щапхъэр сэбэп дэ къытхуэхъунущ. Даут Иеговэ и Унэшхуэр ищІыну хуейт, ауэ Алыхьым ар хуит ищІакъым. Алыхьым абы къыжриІащ Унэшхуэр абы и къуэм зэрищІынур. Ауэ езы Даут хузэфІэкІыу хъуар ищІащ. Абы Алыхьым и Унэшхуэр щащІкІэ ирахьэлІэн дыщэ, дыжьын куэду тыгъэ ищІащ. Сыту щапхъэфІ къытхуигъэна Даут! (2 Сам. 7:12, 13; 1 Лет. 29:1, 3—5).
15. Анри и лъэр щІэхуауэ зэрыщытам дауэ зэрыпэлъэщар?
15 Францием щыщ ди къуэш Анри́ и узыншагъэм пыщІа гугъуехь зэриІэм къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьым игъэзащІэ къалэныр къигъэнэн хуей хъуащ. Уеблэмэ, япэм ищІэу щыта унагъуэ Іуэхухэри хуэмыщІэжу хъуащ. Анри етх: «ЯпэщІыкІэ сэ зыри сримыщІысу къысщыхъут икІи абы Іейуэ сигъэнэщхъейт. Зэман дэкІа иужь, сэ къызгурыІуащ зыгуэрхэр зэрысхузэфІэмыкІым сесэн зэрыхуейр. Абы иужькІэ сэ Иеговэ хуэсщІэфым гуфІэгъуэ хэсхыу щІэздзащ, ар мащІэу щытми. Сэ си Іэр езмыхьэхыну си мурадщ икІи Гедеонрэ абы и зауэлІ щищымрэ щапхъэ ятесхыну сыхуейщ. Ахэр зэрешам щхьэкІэ къэмынэу адэкІи къэмыувыІэу бийм езэуащ!» (Суд. 8:4).
16. МелыІычхэм я щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?
16 Алыхьым хуэпэж мелыІычхэми щапхъэфІ ягъэлъэгъуащ. Зэгуэр Иеговэ абыхэм захуигъазэри, бзаджащІэ пащтыхь Ахав хэт къигъэпцІэфынуми еупщІащ. МелыІыч зыбжанэм а Іуэхум теухуауэ жаІам Иеговэ едэІуащ. Ауэ Алыхьым зы мелыІычыращ къыхихар икІи абы ехъулІэныгъэ зэриІэнур жриІащ (1 Цар. 22:19—22). Алыхьым апхуэдэ унафэ зэрищІар адрейхэм я жагъуэ хъуауэ пІэрэ? Зыгуэрым игукІэ мыпхуэдэу жиІауэ пІэрэ: «Сыт сэ си зэманыр мыбы щІезгъэхьар?» ДауикІ, жиІакъым. МелыІычхэм нэгъэсауэ Іэдэбагъ яхэлъщ икІи фІыщІэ псор Иеговэ лъысыну ахэр хуейщ (Суд. 13:16—18; Апок. 19:10).
17. ПщІэ зыпылъ къалэн къызэрыдамытым ди лъэр щІигъэхумэ, абы дауэ дызэрыпэлъэщынур?
17 Зыщывмыгъэгъупщэ дэ Иеговэ щІыхьышхуэ къызэрытхуищІар — абы и Щыхьэту дыщытыну икІи и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр дгъэІуну. Нобэ дэ пщІэ зыпылъ къалэн дгъэзащІэми, пщэдей ар димыІэжынкІэ хъунущ. Дэ Иеговэ лъапІэу дыщІилъытэр къалэн дгъэзащІэхэм елъытакъым. Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэ зиІэр дэ ди зэфІэкІыр здынэсыр зэрытщІэжымрэ Іэдэбагъ зэрытхэлъымрэщ. ИкІи а хьэл-щэнхэращ Алыхьымрэ къуэш, шыпхъухэмрэ фІыуэ дыкъыщІалъагъур. Аращи, Иеговэ фелъэІу а хьэл-щэнхэр сытым дежи фхэлъын щхьэкІэ къывдэІэпыкъуну. А хьэл-щэнхэр зыгъэлъэгъуа Библием зи гугъу ищІ Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щапхъэхэм фегупсыс. Къуэш, шыпхъухэм Іэдэбагъ фхэлъу фадэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзыру фыщыт (Пс. 138:6; 1 Пет. 5:5).
ЦІЫХУХЭР ХЪЫБАРЫФІЫМ ЩЕМЫДАІУЭМ ДЕЖ
18, 19. ЦІыхухэр хъыбарыфІым зэремыдаІуэм щхьэкІэ къэмынэу, гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну сыт къыддэІэпыкъунур?
18 ЦІыхухэр хъыбарыфІым къызэремыдаІуэм е унэм щІэсу зэромыгъуэтым уи гуфІэгъуэр пІэщІихынкІэ хъунущ. ГуфІэгъуэр пфІэмыкІуэдыну сыт уэ къыбдэІэпыкъунур? Абы теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ мыпхуэдэ рамкэм къыщыбгъуэтынущ: «ХъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур?» Абы нэмыщІ хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм псоми худиІэн хуейщ. Сыт абы къикІыр?
19 Зыщывмыгъэгъупщэ, дэ дызыхущІэкъур Алыхьым и цІэмрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ теухуауэ цІыхухэм яжетІэныращ. Хьисэ гурыІуэгъуэу жиІащ «гъащІэм... ухуэзышэ гъуэгур» къэзыгъуэтыну цІыхухэр мащІэу зэрыщытынур (Мт. 7:13, 14). ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж дэ Иеговэ, Хьисэ икІи мелыІычхэм дадолажьэ (Мт. 28:19, 20; 1 Кор. 3:9; Апок. 14:6, 7). Иеговэ къелъыхъуэ абы хуэлэжьэну хуей цІыхухэр (Ин. 6:44). Нобэ цІыхур къыдэмыдаІуэми етІуанэу тедгъэзэжа иужь, абы хъыбарыфІыр фІэгъэщІэгъуэн хъункІэ хъунущ.
20. Ди лъэр щыщІэхуам деж, Иеремия 20:8, 9 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
20 Бегъымбар Иеремие и щапхъэм дэ куэдым дыхуигъэсэфынущ. Абы Алыхьым и хъыбарыр щигъэІу щІыпІэр егъэлеяуэ гугъут. Абы цІыхухэр къыщыдыхьэшхт икІи ар ягъэпудт. (Къеджэ Иеремия 20:8, 9.) Иеремие апхуэдизкІэ и лъэр щІэхуати, Алыхьым и псалъэр афІэкІа имыгъэІуну мурад ищІащ. Ауэ абы зыри жимыІэу хуэшэчакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Иеговэ и псалъэр» Иеремие хуэІыгъынкІэ Іэмал зимыІэ и кІуэцІым илъ мафІэм хуэдэт. Дэри Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр цІыхухэм яжедмыІэу тхуэшэчынукъым, абыкІэ ди гумрэ ди акъылымрэ дгъэнщІауэ щытмэ. Аращ Библиер махуэ къэс дджыным икІи дджам дегупсысыным мыхьэнэ щІиІэр. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ хэтхынущ икІи ехъулІэныгъэ диІэнущ (Иер. 15:16).
21. Ди лъэр зэрыщІэхуам дыпэлъэщыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?
21 «Ди лъэр щІэхумэ, ар ШейтІаным къигъэсэбэп Іэщэ шынагъуэ хъуфынущ»,— жеІэ ипэкІэ зи гугъу тщІа Деборэ. Ауэ ШейтІанымрэ абы и Іэщэхэмрэ нэхърэ Иеговэ куэдкІэ нэхъ къарущ. Абы къыхэкІкІэ фэ фи лъэр щІэхуауэ щытмэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Ар къывдэІэпыкъунущ фи щыуагъэхэмрэ зыгуэрхэр зэрыфхузэфІэмыкІымрэ еплъыкІэ тэмэм хувиІэну. Фэ фысымаджэу щытмэ, Алыхьыр къывдэІэпыкъунущ. Абы нэмыщІ ар къывдэІэпыкъунущ пщІэ зыпылъ къалэн къыщывамытым икІи цІыхухэр хъыбарыфІым къыщемыдаІуэм деж абы еплъыкІэ тэмэм хувиІэну. Фи гукъеуэхэр псори уафэм щыІэ ди Адэм бгъэдэфлъхьэ. Ар фи гъусэмэ, фэ фи лъэр зэрыщІэхуам фыпэлъэщынущ!
41-НЭ УЭРЭДЫР Си тхьэлъэІур зэхэх
a Дэ псоми ди лъэр щыщІэху къохъу. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ ди лъэр щыщІэхуам деж къыддэІэпыкъуну чэнджэщхэм икІи къэтщІэнущ Иеговэ ди гъусэу щытмэ, абы дызэрытекІуэфынур.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c 1993-нэ гъэм, щІышылэм и 22 къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым Лорел Низбет и гъащІэм теухуауэ итщ, англ.
d СУРЭТЫР. Зы зэман гуэркІэ ди шыпхъум и лъэр щІэхуауэ щытащ, ауэ абы игу къегъэкІыж япэм щыгъуэ ар Иеговэ и лэжьыгъэм зэрыхэту щытар икІи Иеговэ лъэІукІэ зыхуегъазэ. Ди шыпхъум илэжьа ІуэхуфІхэр Алыхьым зэрищІэжым шэч къытрихьэкъым.