51 СТАТЬЯР
Иеговэ «зигу иудахэр... кърегъэл»
«Иеговэ зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ икІи зигу иудахэр абы кърегъэл» (ПС. 34:18).
30-НЭ УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
ЦІЫХУМ и гъащІэр зэрыкІэщІым икІи ар гугъуехь куэдкІэ зэрыгъэнщІам иныкъуэм деж дыщегупсыс къохъу (Иов 14:1). Абы къыхэкІкІэ гъэщІэгъуэнкъым иныкъуэхэм деж ди гур иудауэ зэрыщытыр. Пасэрей зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэ куэдым апхуэдэ гурыщІэхэр яІащ. Языныкъуэхэри лІэну хуейуэ щыщыта къэхъуащ (1 Цар. 19:2—4; Иов 3:1—3, 11; 7:15, 16). Ауэ абыхэм дзыхь зыхуащІ Алыхь Иеговэ сыт щыгъуи гупсэхугъуэ къаритт икІи игъэгушхуэт. Иеговэ абыхэм зэрыдэІэпыкъуу щытар Библием ирыригъэтхащ, гупсэхугъуэ къыдитын икІи мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэрым дыхуигъэсэн щхьэкІэ (Рим 15:4).
2 Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ зыпэщІэхуа гугъуехьхэм къыхэкІкІэ зи гур иудауэ щыта Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэм. Дэ дытепсэлъыхьынущ Екъуб и къуэ Исуф, фызабэ НэІумийрэ абы и нысэ Руфэрэ, 73-нэ Псаломыр зытха левитым икІи апостол Петр. Иеговэ абыхэм дапхуэдэу къару яхилъхьэжа? ИкІи абыхэм я щапхъэхэм дэ сытым дыхуагъасэрэ? Мы упщІэхэм я жэуапхэм мы псалъэхэр зэрыпэжыр ди фІэщ ящІынущ: «Иеговэ зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ икІи зигу иудахэр абы кърегъэл» (Пс. 34:18).
ИСУФ ГУЩІЭГЪУРЭ ЗАХУАГЪЭРЭ ХЭМЫЛЪУ КЪЫХУЩЫТАЩ
3, 4. Исуф щыныбжьыщІэм сыт къыщыщІар?
3 Илъэс 17 хуэдиз щыхъум Алыхьым Исуф пщІыхьэпІитІ иригъэлъэгъуащ. Абы щыгъуэ Исуф къыгурыІуащ увыпІэ лъагэ къызэрыІэрыхьэнур и Іыхьлыхэми пщІэ къыхуащІу зэрыщытынур (ЩІэдз. 37:5—10). Ауэ а пщІыхьэпІэхэр илъэгъуа иужь куэд дэмыкІыу, абы и гъащІэм зэрыщыту зихъуэжащ. Исуф и къуэшхэм апхуэдизкІэ нэмыплъ кърату къыхущытти, гъэру ящащ. Апхуэдэу, ар Мысырым яшащ икІи фирхьэуным хуэлажьэ Потифар и унэІут хъуащ (ЩІэдз. 37:21—28). Исуф фІыуэ къэзылъагъу и адэм и гъусэу псэуащ, ауэ иджы ар Мысырым щыІэщ икІи тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэ Потифар и пщылІщ (ЩІэдз. 39:1).
4 Ауэ Исуф и гугъуехьхэр абыкІэ иухакъым. Потифар и щхьэгъусэм Исуф пцІы къытрилъхьат, лей кърихыну хэтауэ жиІэри. Потифар къэхъуам и пэжыпІэр зэхимыгъэкІыу и унэІутыр лъэхъуэщым иридзащ икІи абы Іэхъулъэхъу иралъхьащ (ЩІэдз. 39:14—20; Пс. 105:17, 18). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт апхуэдэ щІэпхъаджагъэ ищІауэ пцІы зытралъхьа щІалэщІэм и гум щыщІар сытми. Фегупсысыт, а хъыбарыр зэхэзыхыжа цІыхухэм Исуф и Алыхь Иеговэ теухуауэ сыт жаІами. ДауикІ, а псор Исуф игу къеуэт.
5. Исуф и Іэр иримыхьэхыну сыт къыдэІэпыкъуар?
5 Исуф пщылІу щыщытам щыгъуи иужькІэ лъэхъуэщым щисам щыгъуи и Іуэхум зригъэхъуэжыфынутэкъым. Абы и Іэр иримыхьэхыну сыт къыдэІэпыкъуар? И Іуэхур зыІутым теухуауэ хузэфІэмыкІынум ар егупсыстэкъым, атІэ ар зэгупсысыр абы ищІэфынымрэ кърата лэжьыгъэр фІыуэ зэрищІэнымрэт. Ауэ Исуф и дежкІэ мыхьэнэшхуэ зиІэр и гъащІэм Иеговэ псом нэхъапэу щытынырат. Иегови абы сыт имыщІэми ехъулІэныгъэ къритт (ЩІэдз. 39:21—23).
6. Къэхъун хуейуэ Исуф илъэгъуа пщІыхьэпІэхэм дапхуэдэут гупсэхугъуэ къызэрыратыр?
6 Абы нэмыщІ Исуф къэхъун хуейуэ илъэгъуа пщІыхьэпІитІым къару къыхалъхьэу къыщІэкІынт. Абы щегупсысым деж Исуф къыгурыІуэу къыщІэкІынт и унагъуэм зэрыхуэзэжынур икІи и Іуэхум фІыкІэ зэрызихъуэжынур. Апхуэдэуи къэхъуащ. Исуф илъэс 37 хуэдиз щыхъум а пщІыхьэпІэхэр гъэщІэгъуэныщэу къэхъуу щІидзащ! (ЩІэдз. 37:7, 9, 10; 42:6, 9).
7. 1 Петр 5:10 зэритымкІэ, гугъуехь дыщыпэщІэхуэм деж теубыдагъэ тхэлъу дыщытыну сыт къыддэІэпыкъунур?
7 Дэ абы сытым дыхуигъасэрэ? Исуф и хъыбарым дигу къегъэкІыж дунейр гущІэгъуншэу зэрыщытыр икІи цІыхухэр захуагъэ хэмылъу къызэрытхущытынур. Уеблэмэ, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэми ди гур хагъэщІынкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ ди БыдапІэу икІи ди ХъумапІэу щытмэ, ди Іэр етхьэхынукъым икІи абы дыхуэлэжьэн щыдгъэтынукъым (Пс. 62:6, 7; къеджэ 1 Петр 5:10). Дигу къэдгъэкІыжынщ: къэхъун хуейуэ Иеговэ иригъэлъэгъуа пщІыхьэпІэхэр Исуф щилъэгъуам щыгъуэ илъэс 17 хуэдиз хъут. Шэч хэмылъу, Иеговэ къыхуэлажьэ щІалэгъуалэм дзыхь хуещІ. Ноби ныбжьыщІэ куэдым Исуф хуэдэу Иеговэ я фІэщ мэхъу. Абыхэм щыщ языныкъуэхэри тутнакъым исщ, Алыхьым хуэпэжу къызэрынэм щхьэкІэ (Пс. 110:3).
ГУАУЭ ЗИІА ЦІЫХУБЗИТІ
8. НэІумийрэ Руфэрэ я гъащІэм сыт къыщыхъуар?
8 Гъаблэ къызэрыхъуам къыхэкІкІэ НэІумий и унагъуэр и гъусэу Иудэ щыІэ и унэр къигъанэри МоІэбей Іэпхъуащ. Абы щыпсэууэ НэІумий и щхьэгъусэ Елимэлэх лІати, НэІумий и къуитІыр и гъусэу къэнащ, Мэхълэнрэ Къилиуэнрэ. Зэман дэкІри абы и къуитІым МоІэбей щІыналъэм щыщ цІыхубзитІ щхьэгъусэу къашащ, Руфэрэ Іурпэрэ. ИлъэсипщІ хуэдиз дэкІа иужь Мэхълэни Къилиуэни щІэблэ къащІэмынэу лІащ (Руфэ 1:1—5, Руфэ, 2009). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт а цІыхубзищым къалъэІэса гуауэр! Пэжщ, Руфэрэ Іурпэрэ иджыри дэкІуэжыфынут, ауэ итІанэ хэтыт зи ныбжьыр хэкІуэта НэІумий кІэлъыплъынур? НэІумий апхуэдизкІэ и гур иудауэ щытти, мыпхуэдэу жиІауэ щытащ: «АфІэкІа сэр щхьэкІэ НэІумий жывмыІэ, МарэкІэ фыкъызэджэ... Ар щІыжысІэр Псори ЗылъэкІым си гъащІэр дыдж Іей ищІащи аращ». Зи гур иуда НэІумий Бэтлэхьэм игъэзэжыну мурад ищІащ, Руфэ абы и гъусэу кІуащ (Руфэ 1:7, 18—20, Руфэ, 2009).
НэІумийрэ Руфэрэ я лъэр зэрыщІэхуам пэлъэщыну Алыхьыр ядэІэпыкъуащ. Фэри ар къывдэІэпыкъунущ! (8—13-нэ абзацхэм феплъ.)b
9. Руфэ 1:16, 17, 22 зэритымкІэ, Руфэ НэІумий дапхуэдэу зэрыкІэлъыплъар?
9 Сыт НэІумий къыдэІэпыкъуар? Руфэрэ Иеговэрэ лъагъуныгъэ пэж яІэу къызэрыхущытар. А лъагъуныгъэр Руфэ и гуащэр къызэримыгъэнам къыхэщащ. (Къеджэ Руфэ 1:16, 17, 22, Руфэ, 2009.) Руфэ егугъуу Бэтлэхьэм щылажьэт — губгъуэм хьэр щыІуахыжкІэ кІэрыхуа щхьэмыжхэр езымрэ НэІумийрэ щхьэкІэ къищыпт. ИкІэм-икІэжым а цІыхубзым и цІэр фІыкІэ къраІуэу пщІэ хуащІу хъуащ (Руфэ 3:11; 4:15, Руфэ, 2009).
10. Иеговэ къулейсыз хъуахэм и лъагъуныгъэр дапхуэдэу зарыригъэлъагъуу щытар, псалъэм папщІэ НэІумийрэ Руфэрэ?
10 Иеговэ къулейсызхэм гущІэгъу яхуэпщІын зэрыхуейр къэзыгъэлъагъуэ хабзэ и лъэпкъым иритат, псалъэм папщІэ НэІумийрэ Руфэрэ хуэдэхэм. Абы израил цІыхухэм унафэ яритат гъавэ щыІуахыжкІэ хьэсэм и бгъур Іуамыхыжу къагъэнэну — къулейсызхэм къэна щхьэмыжхэр къащыпыну Іэмал яІэ хъут (Лев. 19:9, 10). Абы къыхэкІкІэ НэІумийрэ Руфэрэ лъаІуэу дэтын хуей хъуакъым. Абыхэм я пщІэр еудыха мыхъуу яшхын кърахьэлІэфынут.
11, 12. БоІэз и фІыгъэкІэ НэІумийрэ Руфэрэ гуфІэгъуэ дапхуэдэу зэрагъуэтыжар?
11 Руфэ хьэр къыщищып хьэсэр зейр мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ БоІэзт. Руфэ НэІумий зэрыхущытыр икІи ар фІыуэ зэрилъагъур апхуэдизкІэ БоІэз игу ирихьати, абыхэм я унагъуэм ейуэ щыта псор къищэхужри Руфэ щхьэгъусэ ищІащ (Руфэ 4:9—13, Руфэ, 2009). Руфэрэ БоІэзрэ къуэ къалъхуащ — Даут и адэшхуэ Іубэд (Руфэ 4:17, Руфэ, 2009).
12 Уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ НэІумий сабий цІыкІу Іубэд къыщищтам щыгъуэ хуабжьу зэрыгуфІар икІи и гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ фІыщІэ зэрыхуищІар! Ауэ НэІумийрэ Руфэрэ гуфІэгъуэ нэхъыбэж къэкІуэну зэманым зыхащІэнущ. ЛІахэм къахэтэджыкІыжмэ, абыхэм къащІэнущ Іубэд и щІэблэм Хьисэ Мэссихь къызэрыхэкІар!
13. НэІумийрэ Руфэрэ я хъыбарым дэ сытым дыхуигъасэрэ?
13 Дэ абы сытым дыхуигъасэрэ? ГъэунэхуапІэ дыщихуэм деж ди гур иудауэ щытынкІэ хъунущ, уеблэмэ, ди Іэри етхьэхынкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ ди Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къытщыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэ Іуэхугъуэ дыщихуэм деж, мыхьэнэшхуэ иІэщ уафэм щыІэ ди Адэм дзыхь хуэтщІыным икІи къуэш, шыпхъухэм пэІэщІэ захуэдмыщІыным. ДауикІ, Иеговэ ди гугъуехьхэр сыт щыгъуи Іуихкъым. Псалъэм папщІэ, абы НэІумий и щхьэгъусэмрэ и къуэхэмрэ къритыжакъым. Ауэ ар иныкъуэм деж къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу къыддоІэпыкъу (Прит. 17:17, Гъэсэпэтхыдэхэр).
ЛЕВИТЫМ ИЕГОВЭ ХУЭЛЭЖЬЭНЫР КЪИГЪАНЭ ПЭТАЩ
73-нэ Псаломыр зытха левитым Алыхьым хуэмылажьэ цІыхухэм ехъулІэныгъэ яІэу къызэрыщыхъуам щхьэкІэ, Иеговэ хуэлэжьэн къигъанэ пэтащ. Дэри апхуэдэу къытщыщІыфынущ. (14—16-нэ абзацхэм феплъ.)
14. Левитым и лъэр сытыт щІыщІэхуар?
14 73-нэ Псаломыр левитхэм ящыщ зым итхащ. Иеговэ щыхуэлажьэ щІыпІэ хэхам щыхуэлэжьэну абы щІыхьышхуэ къыхуащІат. Ауэ абы емылъытауэ, абы и лъэр щыщІэхуа зэмани къэхъуащ. Сыт щхьэкІэ? Ар щхьэщытхъухэмрэ цІыху бзаджэхэмрэ ехъуапсэу щІидзат. Ауэ ар зэхъуапсэр абыхэм Іуэху Іей ящІэратэкъым, атІэ абыхэм ехъулІэныгъэ зэраІэрат (Пс. 73:2—9, 11—14). Абыхэм псори яІэу къыпщыхъут — мылъкур, гугъуехь лъэпкъ зыхэмыт гъащІэ дахэр. Ар щилъагъум Псаломыр зытхам апхуэдизкІэ и гур иудауэ щытти, мыпхуэдэу жиІащ: «Си гур зэрызгъэкъабзами си Іэр Іейм зэрыщысхъумами мыхьэнэ иІэкъым». ГурыІуэгъуэщ Псаломыр зытхам Иеговэ хуэлэжьэн щигъэтыну шынагъэ щыІэ зэрыхъуар.
15. Псалом 73:16—19, 22—25 зэритымкІэ, левитым сыт къыдэІэпыкъуар и лъэр щІэхуауэ зэрыщытым пэлъэщыну?
15 Къеджэ Псалом 73:16—19, 22—25. Левитыр «Алыхьым и унэшхуэм» щІыхьащ. Абы щІыхьа иужь Иеговэ и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэм яхэту гупсэхугъуэ абы зригъэгъуэтыжыфынут икІи зыхэт Іуэхум егупсысу Алыхьым лъэІукІэ и гукъеуэхэр хуиІуэтэфынут. ИкІэм-икІэжым абы къыгурыІуащ Іущагъ зыхэмылъ гупсысэхэр зэриІар икІи Иеговэ пэжыжьэ хуэзыщІыфыну гъуэгу шынагъуэм зэрытеувар. Абы нэмыщІ абы къыгурыІуащ цІыху мыхъумыщІэхэр «гъуэгу цІэнтхъуэрыгъуэм» зэрытетыр икІи икІэм-икІэжым абыхэм кІэ къазэрыхуэкІуэнур. Абыхэм ефыгъуэн щигъэтын икІи и лъэр щІэхуауэ зэрыщытым пэлъэщын щхьэкІэ левитым Иеговэ и нэкІэ псоми еплъу зригъэсэн хуейт. Апхуэдэу ищІа иужь, абы и гум мамырыгъэрэ гуфІэгъуэрэ илъ хъужащ. Абы Иеговэ жриІащ: «Уэр нэмыщІ щІылъэм гурыфІыгъуэ щызиІэкъым».
16. Левитым и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?
16 Дэ абы сытым дыхуигъасэрэ? МыхъумыщІагъэ зыщІэ цІыхухэм ехъулІэныгъэ яІэу къыпщыхъуми, абыхэм зэи уемыхъуапсэ. Абыхэм я насыпыр нэпцІщ икІи кІэщІщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм фІы лъэпкъ къапэщылъкъым (Эккл. 8:12, 13). Дэ абыхэм дефыгъуэу щІэддзэмэ, Іэмал имыІэу ди лъэр щІэхунущ икІи Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ. Аращи, мыхъумыщІагъэ зыщІэ цІыхухэм я «ехъулІэныгъэм» фыщІэхъуэпсу гу зылъыфтэжамэ, левитым щапхъэ тефх. Уафэм щыІэ ди Адэм и чэнджэщхэм федаІуэ икІи абы и мурадыр зыгъэзащІэхэм фаригъусэ. Фэ псом нэхърэ нэхъыфІу Иеговэ флъагъумэ, насыпыфІэ дыдэ фыхъунущ икІи «мыкІуэдыжын гъащІэм» фыхуэзышэ гъуэгум фытекІынукъым (1 Тим. 6:19).
АПОСТОЛ ПЕТР ЩЫУАГЪЭ ИЩІЭХЭМ И ГУР ХАГЪЭЩІТ
Петр и лъэр щІэхуауэ зэрыщытам пэлъэщу, Алыхьым адэкІи зэрыхуэлэжьам дызэрегупсысыр къыддэІэпыкъунущ Алыхьым дыхуэлэжьэну къару зэдгъэгъуэтыжыну. А щапхъэр къэдгъэсэбэпу дэ нэгъуэщІхэми дадэІэпыкъуфынущ. (17—19-нэ абзацхэм феплъ.)
17. Петр игу зэбгъэжыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иІа?
17 Апостол Петр цІыху псынщІэу щытащ. Иныкъуэхэм деж ар емыгупсысу зыгуэрхэр ищІэти, иужькІэ жиІахэм е ищІахэм хущІегъуэжт. Псалъэм папщІэ, Хьисэ гугъуехь куэд ишэчу зэраукІынур и апостолхэм щажриІам щыгъуэ, Петр абы пэрыуэу мыпхуэдэу жиІащ: «Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ [«зыщысхьыж», ДЩІ]. Ар къыпщыщІ хъунукъым» (Мт. 16:21—23). Абы щыгъуэ Хьисэ Петр игъэкъуэншащ. Хьисэ яубыдын щхьэкІэ цІыху гуп къыщыкІуам щыгъуэ, Петр мыгупсысэу джатэр кърихри дин пашэшхуэм и унэІутым еуэри и тхьэкІумэр пиупщІащ (Ин. 18:10, 11). Хьисэ аргуэру апостолыр игъэкъуэншащ. Абы нэмыщІ Петр зыщытхъужу Хьисэ мыпхуэдэу жриІауэ щытащ: «Утыкум псоми укъранэми, сэ зэикІ укъизнэнукъым» (Мт. 26:33). Сыту ар и щхьэм щыгугъыжрэт! ИужькІэ Петр цІыхухэм ящышынэри Хьисэ имыцІыхуу щэнейрэ жиІащ. Петр а Іуэхугъуэр апхуэдизкІэ и гум щІыхьати, «игу хэщІу гъащ» (Мт. 26:69—75). Абы упщІэ зыритыжу къыщІэкІынт: «Хьисэ зэгуэр къысхуигъэгъуфыну пІэрэ?»
18. Петр и лъэр зэрыщІэхуам пэлъэщыну Хьисэ дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
18 Ауэ Петр и лъэр зэрыщІэхуар зэран зыхуигъэхъуу, Иеговэ хуэлэжьэн щигъэтакъым. Пэжщ, ар щыуами Хьисэ и гъуэгу темыкІыу адрей апостолхэм я гъусэу адэкІи Алыхьым хуэлэжьащ (Ин. 21:1—3; Апост. 1:15, 16). Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Петр Хьисэ и псалъэхэр ищІэжт: «ФІэщхъуныгъэм и гъуэгу утемыкІыну сэ Тхьэм сыпхуелъэІуащ. Уэ си деж къыщыбгъэзэжкІэ, уи къуэшхэр гъэгушхуэ». Иеговэ и Къуэм и лъэІум жэуап иритащ. ИужькІэ лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ Петр зыкъригъэлъэгъуащ, ар игъэгушхуэн щхьэкІэ (Лк. 22:32; 24:33, 34; 1 Кор. 15:5). Абы иужь Хьисэ и апостол зыбжанэм закъригъэлъэгъуащ. Абы щыгъуэ ахэр нэщхъейт, жэщ псом бдзэжьей ещауэ зыри къызэрамыубыдыфам щхьэкІэ. Иджы Хьисэ Петр Іэмал иритащ абы ар фІыуэ къызэрилъагъур жриІэну. Хьисэ и ныбжьэгъу лъапІэм къыхуигъэгъуащ икІи лэжьыгъэ нэхъыбэж игъэзэщІэну къалэн хуищІащ (Ин. 21:15—17).
19. Псалом 103:13, 14 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур ди гуэныхьхэм Иеговэ и нэкІэ деплъыну?
19 Дэ абы сытым дыхуигъасэрэ? Хьисэ гущІэгъу хэлъу Петр хущытащ. Дэ дощІэ Хьисэ и Адэм хэлъ хьэл-щэнхэр нэгъэсауэ зэригъэлъэгъуар. Абы къыхэкІкІэ, щыуагъэ гуэр тщІауэ щытмэ, Иеговэ зэи къытхуимыгъэгъуну дегупсыс хъунукъым. Зыщыдгъэгъупщэнкъым: ШейтІаныр хуейщ апхуэдэ гупсысэхэр диІэну. Аращи, къарууэ диІэр едвгъэхьэлІэ ди щыуагъэхэмрэ нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэмрэ гущІэгъу зыхэлъ уафэм щыІэ ди Адэр зэреплъым хуэдэу деплъыну. (Къеджэ Псалом 103:13, 14.)
20. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт дэ щызэпкърытхынур?
20 Исуф, НэІумийрэ Руфэрэ, 73-нэ Псаломыр зытха левитым, абы нэмыщІ апостол Петр я щапхъэхэм ди фІэщ ящІ: «Иеговэ зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ» (Пс. 34:18). Алыхьым хуит ещІ ди лъэр щІэзых гугъуехьхэм дрихьэлІэну. Ауэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ а гугъуехьхэм дыщыпэлъэщым деж, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу (1 Пет. 1:6, 7). КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ нэгъуэщІ щапхъэхэри щызэпкърытхынущ. Дэ абы къыщытщІэнущ я щыуагъэхэм щхьэкІэ е нэгъуэщІ гугъуехьхэм щхьэкІэ зи лъэ щІэхуа и лэжьакІуэ пэжхэм Иеговэ зэрыдэІэпыкъур.
7-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэщ къару къыдэзытыр
a Исуф, НэІумийрэ Руфэрэ, 73-нэ Псаломыр зытха левитыр, абы нэмыщІ апостол Петр я лъэр щІэзых гугъуехьхэм пэщІэхуэу щытащ. Мы статьяр топсэлъыхь Иеговэ абыхэм къарурэ гупсэхугъуэрэ зэраритам. Дэ дегупсысынущ абыхэм я щапхъэмрэ Иеговэ абыхэм гущІэгъу хэлъу зэрахущытамрэ сытым дыхуигъасэми.
b СУРЭТЫР. НэІумий, Руфэ, Іурпэ сымэ я щхьэгъусэхэр зэрылІам гуауэшхуэ къахуихьащ. ИужькІэ Іубэд къызэралъхуам Руфэрэ НэІумийрэ БоІэз я гъусэу щыгуфІыкІащ.