50 СТАТЬЯР
«ЛІахэр дауэ къызэрытэджыжынур?»
«Уэ, лІэныгъэ, уи шэрэзым и къарур дэнэ щыІэ? Уэ, жыхьэнмэ [«лІэныгъэ», ДЩІ], уи текІуэныгъэр дэнэ щыІэ?» (1 КОР. 15:55).
141-НЭ УЭРЭДЫР ГъащІэр — тыгъэ лъапІэщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр къызэрытэджыжыну щІыкІэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэ псоми яфІэгъэщІэгъуэну щІыщытын хуейр сыт?
НОБЭ Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщу я нэхъыбэм гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ яІэщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэр Алыхьым и къару лъапІэмкІэ къыхихащ — абыхэм уафэм щыпсэуну гугъэ яІэщ. Абыхэм, дауикІ, яфІэгъэщІэгъуэнщ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь сыт хуэдэ гъащІэ яІэнуми. Ауэ щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм сыт ар щІафІэгъэщІэгъуэныр? Мы статьям къызэрыщытщІэнущи, уафэм кІуэнухэр къызэрытэджыжынум щІылъэм щыпсэунухэм фІыгъуэ куэд къахуихьынущ. Абы къыхэкІкІэ гугъэ диІэм емылъытауэ ар дэ тфІэгъэщІэгъуэну щытын хуейщ.
2 Япэ лІэщІыгъуэм Алыхьым и къару лъапІэмкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм яригъэтхауэ щытащ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм теухуауэ. Абыхэм ящыщт мы псалъэхэр зытха апостол Иуан: «Иджы Тхьэм дрибынщ, ауэ дызыхуэдэ хъунур зэкІэ нахуэ хъуакъым. Ар [Хьисэ Мэссихь] нахуэ хъуа нэужь, езым хуэдэу дызэрыхъунур дощІэ, ар зыхуэдэр тлъагъунущи» (1 Ин. 3:2). НэгъуэщІу жыпІэмэ, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм нэрымылъагъу пкъы яІэу уафэм дэкІуеижа иужь, ахэр дапхуэдэу щытынуми ящІэкъым. Ауэ абыхэм я тыгъэр къалъыса иужь я нэкІэ Иеговэ ялъэгъунущ. Библием уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм теухуауэ псори иткъым, ауэ апостол Паул и псалъэхэм абыхэм теухуауэ дэ зыгуэр къыдагъащІэ. Хьисэ «Іэтащхьэ псори, тепщэныгъэ зиІэ псори, лъэкІыныгъэ зиІэ псори», абы нэмыщІ «иужьрей бийри» — лІэныгъэри — щигъэкІуэдкІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр игъусэнущ. ИкІэм-икІэжым Хьисэрэ абы и тепщэныгъэр дэзыІыгъхэмрэ Иеговэ и тепщэныгъэм щІэувэнущ икІи псори абы и тепщэныгъэм щІагъэувэнущ (1 Кор. 15:24—28). Абы гуфІэгъуэшхуэ псоми къахуихьынущ!b
3. 1 Коринф 15:30—32 зэритымкІэ, Паул лІахэр къызэрытэджыжыныр и фІэщ зэрыхъур дапхуэдэут къызэрыдэІэпыкъур?
3 Паул лІахэр къызэрытэджыжыныр и фІэщ зэрыхъур гугъуехь куэдым пэлъэщыну къыдэІэпыкъуащ. (Къеджэ 1 Коринф 15:30—32.) Паул Коринф дэсхэм яхуитхат: «ЛІэныгъэм махуэ къэси сызэрыпэгъунэгъури пэжщ». Абы иджыри щІигъуащ: «Ефес къалэм сыщыІэу, хьэкІэкхъуэкІэ хуэдэ цІыхухэм» себэнащ. ХьэкІэкхъуэкІэхэр щыжиІам абы зи гугъу ищІар иудейхэмрэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ къызэрыпэщІэувэрауэ къыщІэкІынущ (Апост. 19:26—34; 1 Кор. 16:9). Паул и псалъэхэр иджыри мыпхуэдэу зэбдзэкІыфынущ: «Ефес къалэм сыщыІэу, хьэкІэкхъуэкІэхэм себэнащ». Мы псалъэхэм тепщІыхьмэ, Паул Ефес къалэм щыІэу аренэм хьэкІэкхъуэкІэхэм щезэуауэ къыщІэкІынущ (2 Кор. 1:8; 4:10; 11:23). Дапхуэдэу щымытами, Паул гугъуехь куэдым пэщІэхуэт, ауэ абыхэм емылъытауэ, гугъэ быдэ иІэу къэкІуэну зэманым ар пэплъэт (2 Кор. 4:16—18).
Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым щыпсэу унагъуэр адэкІи Иеговэ хуолажьэ. Алыхьым хуэпэж а унагъуэм шэч лъэпкъ къытрихьэкъым Иеговэ фІыгъуэ куэд къызэрыхуищІэжынум. (4-нэ абзацым феплъ.)
4. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ гугъэ яІэм дапхуэдэу къару къазэрыхилъхьэр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
4 Дэ зэман шынагъуэм дыщопсэу. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм щІэпхъаджагъэ зыщІэхэм я зэран йокІ. Языныкъуэхэри зауэ къыщекІуэкІ щІыпІэхэм щопсэу. НэгъуэщІ ди къуэш, шыпхъухэри хъыбарыфІыр ягъэІуну зэран къащыхуэхъу е ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралхэм щопсэу икІи я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ ягъэтІысынкІэ хъунущ, уеблэмэ, я гъащІэр къытрахынкІэ хъунущ. Дапхуэдэу щымытами, а къуэш, шыпхъухэм теубыдагъэ яхэлъу адэкІи Иеговэ хуолажьэ икІи дэри щапхъэфІ дагъэлъагъу. Абыхэм шэч лъэпкъ къытрахьэкъым мы дунейм я гъащІэр щафІэкІуэдми, дунеищІэ дахэм Иеговэ абыхэм гъащІэ къазэрыритыжынум.
5. ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр сыт махэ зыщІынкІэ хъунур?
5 Паул къуэшхэм яхуитхащ мыпхуэдэ еплъыкІэм шынагъэ зэрыпылъыр: «Тхьэм лІахэр къимыгъэтэджыжыну щытмэ, „Дывгъашхэ, девгъафэ, сыту жыпІэмэ пщэдей дылІэнущ“». Апхуэдэ еплъыкІэр щІэуэ щыттэкъым. Паул мы псалъэхэр къуэшхэм щахуитхам Исаия 22:13 итыр итхауэ къыщІэкІынущ, мы едзыгъуэр топсэлъыхь а зэманым израил лъэпкъым щытыкІэ иІам. Абыхэм Алыхьымрэ езыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр ІуагъэкІуэтат икІи ахэр зыхущІэкъур зыт — загъэтхъэжу псэунырат. Къапщтэмэ, израил лъэпкъым «Зэщ дызэрыпсэур» жыхуиІэ еплъыкІэр иІэт, ноби апхуэдэ еплъыкІэр куэдым яІэщ. Ауэ Библием зэритымкІэ, апхуэдэ гупсысэкІэм израил лъэпкъыр гугъуехь куэдым хуишащ (2 Лет. 36:15—20).
6. ЛІахэр къызэрытэджыжынур ди фІэщ зэрыхъум къыхэкІкІэ сыт хуэдэ цІыхухэра ныбжьэгъу дымыщІынур?
6 Иеговэ лІахэр къызэригъэтэджыжынур ди фІэщ мэхъу икІи абы елъытащ дэ сыт хуэдэ ныбжьэгъухэр къыхэтхынуми. ЛІахэр къызэрытэджыжынур зи фІэщ мыхъухэр икІи нобэрей махуэкІэ псэухэр Коринф дэс къуэшхэм ягъэныбжьэгъун хуейтэкъым. Абы къыдгурегъаІуэ къэкІуэну зэманым емыгупсысу загъэтхъэжу псэуну хущІэкъухэр дэри дгъэныбжьэгъу зэрымыхъунур. Апхуэдэ цІыхухэр дгъэныбжьэгъумэ, ахэр ди гупсысэкІэм зэран хуэхъуфынущ икІи хьэл-щэн Іейхэр зыхыдагъэлъхьэнкІэ хъунущ, уеблэмэ, Алыхьым илъагъу мыхъу гуэр тщІэну дыхуагъэушынкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Паул къыхуриджэт: «ЗыкъэфщІэж. Гуэныхь лэжьыным и ужь фикІ» (1 Кор. 15:33, 34).
СЫТ ХУЭДЭ ІЭПКЪЛЪЭПКЪ ЯІЭУ АХЭР КЪЭТЭДЖЫЖЫНУ
7. 1 Коринф 15:35—38 зэритымкІэ, лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ языныкъуэ цІыхухэм сыт хуэдэ упщІэхэр яІэт?
7 Къеджэ 1 Коринф 15:35—38. Хьисэ и лъэужь ирикІуэм лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ шэч къытрихьэу щІидзэн щхьэкІэ зыгуэр абы мыпхуэдэу еупщІынкІэ хъунут: «ЛІахэр дауэ къызэрытэджыжынур? Я пкъыр сытым хуэдэну?» А упщІэхэм Паул жэуап зэрыритам дегупсысыным ди дежкІэ сэбэпынагъышхуэ иІэщ. ЦІыхур лІа иужь сыт къыщыщІми куэдым я нэгу къызэрыщІагъэхьэр зэтехуэкъым. Ауэ сыт Библием зыхуригъаджэр?
Гуэдз хьэдзэмрэ къэкІыгъэмрэ теухуа щапхъэмкІэ Паул къыдгуригъэІуащ лІар къыщытэджыжкІэ псэун щхьэкІэ зыхуэныкъуэ Іэпкълъэпкъ Алыхьым абы зэрыритыфынур. (8-нэ абзацым феплъ.)
8. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр лІа иужь къызэрытэджыжыну щІыкІэр къыдгурыІуэну сыт хуэдэ щапхъэр къыддэІэпыкъурэ?
8 ЦІыхур лІа иужь абы и Іэпкълъэпкъыр щІым хокІуэдэж. Ауэ мы Дунеишхуэр къэзыгъэщІа Иеговэ ар лІахэм къахигъэтэджыкІыжыфынущ (ЩІэдз. 1:1; 2:7). Паул уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр къызэрытэджыжыну щІыкІэм щытепсэлъыхьым гуэдз хьэдзэр щапхъэу къихьащ. А щапхъэм къыдгурегъаІуэ Алыхьым цІыхур къыщигъэтэджыжым деж абы щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ иІа Іэпкълъэпкъым хуэдэ дыдэ иІэу къигъэтэджыжын зэрыхуэмейр. Гуэдз хьэдзэ цІыкІур щІым хэхуа иужь къокІри езым емыщхь къэкІыгъэ мэхъу. Мы щапхъэмкІэ Паул къыдгуригъэІуащ дыкъэзыгъэщІа Алыхьыр езыр зыхуей пкъым хуэдэ цІыхум зэрыритыфынур.
9. 1 Коринф 15:39—41 сыт зытепсэлъыхьыр?
9 Къеджэ 1 Коринф 15:39—41. Паул гу лъыдегъатэ Иеговэ къигъэщІа мы дунейр гъэщІэгъуэну зэрызэхэлъым икІи зыр зым емыщхьу зэрыщытым. Псалъэм папщІэ, псэущхьэхэм, бзухэм икІи бдзэжьейхэм я Іэпкълъэпкъыр зэхуэдэкъым. Паул иджыри жиІащ Мазэр Дыгъэм зэремыщхьыр икІи «вагъуэхэр я дахагъэкІэ» зэрызэщхьэщыкІыр. ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, вагъуэхэр я теплъэкІэ зэщхьэщокІ — егъэлеяуэ инхэри, цІыкІуу ялъытэхэри щыІэщ, абы нэмыщІ вагъуэ гъуэжьхэри щыІэщ, псалъэм папщІэ ди Дыгъэм хуэдэхэр. Ауэ иныкъуэхэм деж ахэр зэрызэщхьэщыкІыр цІыхум и нэмкІэ къыхуэлъэгъунукъым. Паул иджыри итхащ: «Уафэм и пкъыхэри щыІэщ. ЩІылъэм тет пкъыхэри щыІэщ». Сыт абы зи гугъу ищІар? ЩІылъэм щыпсэухэм я пкъыр «лымрэ лъымрэ» къыхэщІыкІащ, ауэ уафэм щыпсэухэм мелыІычхэм яІэ нэрымылъагъу Іэпкълъэпкъым хуэдэ яІэщ.
10. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр лІэуэ къэтэджыжа иужь сыт хуэдэ Іэпкълъэпкъ яІэнур?
10 Гу лъыфтэ Паул адэкІэ итхым: «ЩІым хасэ жылэм хуэдэу, щІым щІалъхьэ пкъыр кІуэдынущ, ауэ къэтэджыжыну пкъыр мыкІуэду» къэнэнущ. ДауикІ, цІыхур лІа иужь и Іэпкълъэпкъыр щІым хокІуэдэжри сабэ мэхъуж (ЩІэдз. 3:19). НтІэ, мыкІуэдыжын Іэпкълъэпкъ иІэу цІыху лІар дапхуэдэу къызэрытэджыжынур? Мыбдеж Паул зи гугъу ищІыр Иляс, Елисей, Хьисэ сымэ къагъэтэджыжа цІыхухэракъым, ахэр къэтэджыжа иужь щІылъэм щыпсэуащ. НтІэ, абы зи гугъу ищІар Алыхьым уафэм щыпсэун щхьэкІэ къигъэтэджыжу мелыІычхэм яІэ нэрымылъагъу Іэпкълъэпкъым хуэдэ зритхэращ (1 Кор. 15:42—44).
11, 12. Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь дапхуэдэу зэрызихъуэжар икІи уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр лІахэм къащыхэтэджыкІыжкІэ дапхуэдэу зэрызахъуэжыр?
11 Хьисэ щІылъэм щыпсэуам щыгъуэ абы цІыху Іэпкълъэпкъ иІащ. Ауэ ар лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь «гъащІэ къыдэзыт псэ [дух]» хъури уафэм дэкІуеижащ. Апхуэдэу, уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр къэтэджыжа иужь, ахэр уафэм щыпсэуфын щхьэкІэ мелыІычхэм яІэ Іэпкълъэпкъым хуэдэ къратын хуейт. Паул къыдгуригъэІуащ: «Тхьэм ятІэм къыхигъэхъукІа цІыхум дызэрыхуэдэм ещхьу, уафэм щыщми дыхуэдэнущ» (1 Кор. 15:45—49).
12 Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь абы цІыху Іэпкълъэпкъ зэримыІар. Хьисэ цІыху Іэпкълъэпкъ иІэу къыщІэмытэджыжыфынум теухуауэ Паул и псалъэхэм и кІэм мыпхуэдэу етх: «Лымрэ лъымрэ къахэхъукІа цІыхум Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкІэ Іыхьэ къылъысыфынукъым» (1 Кор. 15:50). Абы къыхэкІкІэ апостолхэми Хьисэ и лъэужь ирикІуэ нэгъуэщІхэми уафэм кІуа иужь «лымрэ лъымрэ» къыхэщІыкІа, щІым хэкІуэдэжын Іэпкълъэпкъ яІэфынутэкъым. Ахэр дапщэщт къыщытэджыжын хуейр? Паул къыхигъэщащ ахэр лІа иужь занщІэу къэмытэджыжу, къэкІуэну зэманым къызэрытэджыжынур. Паул Коринф дэсхэм япэ письмор щахуитхам Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэр «дунейм ехыжат», псалъэм папщІэ апостол Екъуб (1 Кор. 15:6; Апост. 12:1, 2). Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ нэгъуэщІ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лІэну къапэщылът.
ЛІЭНЫГЪЭМ ДЫТОКІУЭ
13. Библием зэритымкІэ, Хьисэ Пащтыхьыгъуэм теува иужь сыт къэхъун хуейр?
13 Хьисэрэ Паулрэ жаІащ мыхьэнэшхуэ зиІэ зэман зэрыщыІэнур — Хьисэ Пащтыхьыгъуэм теува иужь екІуэкІыну зэманыр. А зэманыр екІуэкІыху дуней псом гузэвэгъуэшхуэхэр щыІэнущ: зауэхэр екІуэкІынущ, щІыр хъеинущ, узыфэ шынагъуэхэм заубгъунущ икІи нэгъуэщІ гузэвэгъуэхэри щыІэнущ. Дэ зэрытщІэщи, а псалъэхэм къэхъун щыщІадзар 1914-нэ гъэращ. Абы нэмыщІ Хьисэ Пащтыхьыгъуэм теува иужь къэхъуну зы Іуэхугъуэм и гугъу ищІащ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІым щІылъэ псом тет цІыхухэр ирагъэдэІуэн хуейуэ щытщ, цІыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкІэ. Дунейм и кІэухыр къэсынущ абы и ужькІэ» (Мт. 24:3, 7—14). Паул итхащ Хьисэ Пащтыхьыгъуэм теува иужь уафэм кІуэну гугъэ зиІэу дунейм ехыжахэр Алыхьым къызэригъэтэджыжынур (1 Фес. 4:14—16; 1 Кор. 15:23).
14. Хьисэ Пащтыхьыгъуэм зэрытеувэ лъандэрэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм лІа иужь сыт къащыщІыр?
14 Нобэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр дунейм ехыжа иужь занщІэу лІахэм къахотэджыкІыж уафэм щыпсэун щхьэкІэ. 1 Коринф 15:51, 52 ит Паул и псалъэхэр абы щыхьэт тохъуэ: «Дэ псори дылІэнукъым, ауэ занщІэу, напІэзыпІэм, дунейм и кІэухым деж бжьамиишхуэм и макъыр къыщыІукІэ, Тхьэм дэ псори дызэрихъуэкІынущ». Паул итхар иджыпсту ди зэманым къохъу! Къэтэджыжа иужь Хьисэ и къуэшхэм гуфІэгъуэшхуэ зыхащІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр Зиусхьэным сыт щыгъуи и гъусэнущ (1 Фес. 4:17).
«НапІэзыпІэм» зызыхъуэжынухэм Хьисэ и лъабжьэ щІэту щІылъэм тет цІыху бзаджэхэр трагъэкъэбзыкІынущ. (15-нэ абзацым феплъ.)
15. Уафэм кІуэнухэм сыт хуэдэ къалэн къапэщылъыр?
15 Уафэм кІуэнухэм сыт хуэдэ къалэн къапэщылъыр? Хьисэ абыхэм яжриІащ: «ТекІуэныгъэр къэзыхьу, и кІэм нэсыху си Іуэхухэр зыгъэзащІэхэр лъэпкъхэм тепщэныгъэ яхуиІэ сщІынущ, си Адэм тепщэныгъэ сиІэ сызэрищІам хуэдэу. „Абы гъущІ башкІэ игъэІурыщІэнущ, ятІагъуэм къыхэщІыкІа хьэкъущыкъухэм хуэдэу, зэхикъутэнущ“» (Апок. 2:26, 27). Уафэм дэкІуеижахэм Хьисэ и лъабжьэм щІэту «гъущІ башкІэ» лъэпкъхэр ягъэІурыщІэнущ (Апок. 19:11—15).
16. Дауэ цІыху куэдыр лІэныгъэм зэрытекІуэнур?
16 Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр лІэныгъэм текІуэнущ (1 Кор. 15:54—57). ЛІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам и фІыгъэкІэ абыхэм Іэмал яІэнущ Армагеддон зауэр щекІуэкІкІэ щІылъэм Іейр трагъэкъэбзыкІыну. Мелуан бжыгъэ хъу Алыхьым и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэр «гузэвэгъуэшхуэм» пхырыкІынущ; ахэр дунеищІэм щыпсэунущ икІи миллиард бжыгъэ хъу цІыхухэр лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжымкІэ лІэныгъэм зэрытекІуэр я нэкІэ ялъэгъунущ (Апок. 7:14). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт а текІуэныгъэм къихьыну гуфІэгъуэшхуэр! (Апост. 24:15). Иеговэ икІэм нэс хуэпэжу къанэхэр Іэдэм и ягъэкІэ я Іыхьэ хъуа лІэныгъэм текІуэнущ. Абыхэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуфынущ.
17. 1 Коринф 15:58 зэритымкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
17 ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ гупсэхугъуэ къыдэзыт Паул итха псалъэхэр дэтхэнэ зы Алыхьым и лэжьакІуэми фІыщІэ ищІын хуейщ. Паул дыкъызыхуриджэм дытетыну щхьэусыгъуэ куэд диІэщ: «Фи псэм фемыблэжу Зиусхьэным и Іуэхум зэпымыууэ и ужь фит». (Къеджэ 1 Коринф 15:58.) Мы псалъэхэм дытету дыпсэумэ, дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ гъащІэ дахэ къызэрытпэщылъым. Дэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэу дызыщІэхъуэпсым нэхърэ ар куэдкІэ нэхъыфІу щытынущ икІи «зиусхьэным хуэфщІэ Іуэхур пщІэншэ зэрымыхъунур фощІэ» жыхуиІэ псалъэхэм ар щыхьэт техъуэнущ.
140-НЭ УЭРЭДЫР ГъащІэ мыухыжыр къэсащ!
a Паул Коринф дэсхэм япэу яхуитха письмом, 15-нэ псалъащхьэм и етІуанэ Іыхьэр лІахэр къызэрытэджыжынум топсэлъыхь. Паул и псалъэхэр япэ дыдэу зыхуэгъэзар уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэращ, ауэ а псалъэхэр щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми яфІэгъэщІэгъуэнщ. Дэ мы статьям къыщытщІэнущ лІахэр къэтэджыжыну гугъэ диІэр ди гъащІэм зэрепхар икІи къэкІуэну зэманым гугъэ диІэу дыпэплъэну ар къызэрыддэІэпыкъунур.
b 1 Коринф 15:29 ит Паул и псалъэхэр щызэпкърыхащ мы журналым ит «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм.