49 СТАТЬЯР
ЛІахэр къызэрытэджыжынум дэ шэч къытетхьэкъым!
«Щыпкъагъэ зиІи зимыІи Тхьэм къызэригъэтэджыжынум... сыщогугъ» (АПОСТ. 24:15).
151-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжынущ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Иеговэ и лэжьакІуэхэм сыт хуэдэ гугъэ дахэ яІэр?
ДЭТХЭНЭ зы цІыхуми гугъэ иІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Хэти щогугъ и унагъуэр быдэу щытыну, хэти и бынхэр узыншэу къэхъуну, хэти и узыфэ хьэлъэм пэлъэщыну. ДауикІ, дэри апхуэдэ гуэрым дыщыгугъ хъунущ. Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм гугъэ яІэр нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ гуэрым пыщІащ: дэ гъащІэ мыухыж диІэу дыщыпсэуну зэманым икІи лІэныгъэм тІэщІиха фІыуэ тлъагъу цІыхухэм дащыхуэзэжыну зэманым дыпоплъэ.
2 Апостол Паул итхащ: «Щыпкъагъэ зиІи зимыІи Тхьэм къызэригъэтэджыжынум... сыщогугъ» (Апост. 24:15). ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ Паулкъым япэу жызыІар. Абы Іэиуб тепсэлъыхьауэ щытащ. Іэиуб быдэу и фІэщ хъут ар Алыхьым и гум къызэрыкІыжынур икІи гъащІэ къызэрыритыжынур (Иов 14:7—10, 12—15).
3. Паул Коринф дэсхэм япэу яхуитха письмом и 15-нэ псалъащхьэр дауэ къыддэІэпыкъуфыну?
3 ЛІахэр къызэрытэджыжынур — «Мэссихь теухуа, япэ дыдэ [д]агъэщІа Іуэхухэм» и зы Іыхьэщ, Алыхьым и лэжьакІуэхэм фІэщхъуныгъэ яІэм ар лъабжьэ хуохъу (Евр. 6:1, 2). Паул Коринф дэсхэм япэу яхуитха письмом и 15-нэ псалъащхьэм лІахэр къызэрытэджыжынум щытопсэлъыхь. Абы и псалъэхэм япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр игъэгушхуауэ къыщІэкІынущ. Дэри абыхэм дагъэгушхуэфынущ. Абы нэмыщІ а псалъэхэм гугъэ диІэр нэхъ быдэ ящІыфынущ, лІахэр къызэрытэджыжынур илъэс куэд щІауэ ди фІэщ хъууэ щытми.
4. ФІыуэ тлъагъу ди лІахэр къызэрытэджыжынум сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр?
4 Хьисэ лІахэм къахэмытэджыкІыжауэ щытамэ, фІыуэ тлъагъу ди лІахэр тлъэгъужыну гугъэ диІэнутэкъым. Хьисэ Мэссихь лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар — Паул Коринф дэсхэм яхуиІуэта «хъыбарыфІым» и зы Іыхьэщ (1 Кор. 15:1, 2). Абы зэритхамкІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэм Мэссихьыр къызэрытэджыжар и фІэщ мыхъумэ, абы и фІэщхъуныгъэм мыхьэнэ иІэкъым (1 Кор. 15:17). Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар дэ гугъэ диІэм лъабжьэ хуохъу.
5, 6. 1 Коринф 15:3, 4 ит пэжу къэхъуа Іуэхугъуищым ди дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэр?
5 ЛІахэр къызэрытэджыжынум Паул тепсэлъыхьын ипэ пэжу къэхъуа Іуэхугъуищым и гугъу ещІ: Мэссихь ди гуэныхьхэр тхуипшыныжын щхьэкІэ лІащ, ар щІалъхьэжащ икІи къэхъун хуейуэ Алыхьым и Псалъэм зэрыригъэтхам хуэдэу ещанэ махуэм лІахэм къахэтэджыкІыжащ. (Къеджэ 1 Коринф 15:3, 4.)
6 Паул зи гугъу ищІа Іуэхугъуищым ди дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ яІэр? Бегъымбар Ешайа жиІат Мэссихь зэраукІынур икІи «цІыху бзаджэхэм я гъусэу» зэрыщІалъхьэнур. Ешайа иджыри итхащ Мэссихь «цІыху куэдым я гуэныхьыр» зэрихьынур. Мы псалъэхэр къэхъуащ Хьисэ и гъащІэр щхьэщэхуж къурмэныпхъэу щитам щыгъуэ (Ис. 53:8, 9, 12; Мт. 20:28; Рим 5:8). Аращи, гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъызэрыІэщІэкІыжынум икІи лІэныгъэм тІэщІиха фІыуэ тлъагъу цІыхухэм дазэрыхуэзэжынум теухуауэ гугъэ диІэм лъабжьэ быдэ хуохъу Паул зи гугъу ищІа Іуэхугъуищыр.
КЪЭХЪУАР ЗЫЛЪЭГЪУАУЭ ЩЫХЬЭТ КУЭД ЩЫІЭЩ
7, 8. Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар Алыхьым и лэжьакІуэхэм я фІэщ хъуну сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэр къадэІэпыкъурэ?
7 Зэрытлъагъущи, лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ гугъэ диІэр Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам пыщІащ. Абы къыхэкІкІэ дэ шэч къытетхьэн хуейкъым Иеговэ Хьисэ лІахэм къазэрыхигъэтэджыкІыжам. Сыт абы щыхьэт техъуэр?
8 Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь ар цІыху куэдым ялъэгъуащ (1 Кор. 15:5—7). Абыхэм ящыщу япэ дыдэу Паул зи гугъу ищІар Кифэщ (апостол Петрщ). Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь ар Петр зэрилъэгъуам Хьисэ и лъэужь ирикІуэ нэгъуэщІхэри щыхьэт техъуащ (Лк. 24:33, 34). ИужькІэ Паул зэритхымкІэ, Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа нэужь и апостол «пщыкІутІым» псоми закъригъэлъэгъуащ. Паул зэрыжиІэмкІэ, абы иужь Хьисэ «къуэш щитху нэхърэ нэхъыбэм закъригъэлъэгъуащ». Мыбдеж Паул зи гугъу ищІыр Маттэ 28:16—20 зытепсэлъыхь Галилей хэкум щекІуэкІа зэІущІэрауэ къыщІэкІынущ. Абы нэмыщІ Хьисэ «Екъуби зыкъригъэлъэгъуащ». Мыбдеж Паул зи гугъу ищІыр Хьисэ и анэм къилъхуа и къуэшырауэ къыщІэкІынущ. Япэм Екъуб Хьисэ зэры-Мэссихьыр и фІэщ хъутэкъым, ауэ Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь абы шэч къытрихьэжакъым (Ин. 7:5). Гу лъытапхъэщ Паул и письмор хуэгъэфэщауэ ди эрэм и 55-нэ гъэм зэритхар. Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар зылъэгъуа куэд а зэманым иджыри псэут. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар зыгуэрым и фІэщ мыхъумэ, ар зылъэгъуахэм еупщІыфынут.
9. Апостолхэм 9:3—5 итым тепщІыхьмэ, Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам щыхьэт техъуэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ Паул иджыри къихьыфынут?
9 ИужькІэ Хьисэ езы Паули зыкъригъэлъэгъуащ (1 Кор. 15:8). Паул (абы щыгъуэ зэреджэр Щаулт) Дамаск кІуэуэ гъуэгум щытетым лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ и макъыр зэхихащ, уафэми щилъэгъуащ. (Къеджэ Апостолхэм 9:3—5.) Паул къыщыщІар Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэм ящыщ зыщ (Апост. 26:12—15).
10. Сыт Паул ищІар Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар и фІэщ хъуа иужь?
10 Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжауэ Паул зэрилъэгъуам мыхьэнэшхуэ иІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр япэм кърихуэкІыу щытат. Хьисэ къызэрытэджыжар Паул и фІэщ хъуа иужь адрейхэм ар я фІэщ ищІын щхьэкІэ абы къарууэ иІэр ирихьэлІэу щІидзащ. Алыхьым Хьисэ лІахэм къазэрыхигъэтэджыкІыжам теухуа хъыбарыр Паул цІыхухэм зэрахуиІуатэм къыхэкІкІэ удын тралъхьащ, лъэхъуэщым ирагъэсащ икІи зыбжанэрэ зэрыса кхъухьыр псым щІилъэфащ (1 Кор. 15:9—11; 2 Кор. 11:23—27). Паул Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар апхуэдизкІэ и фІэщ хъути, и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ зэрыщыІэм щхьэкІэ къэмынэу а хъыбарыр цІыхухэм яхуиІуатэт. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ялъэгъуа Іуэхугъуэхэм фи фІэщ ящІкъэ Алыхьым Хьисэ лІахэм къазэрыхигъэтэджыкІыжар? ИкІи лІахэр къызэрытэджыжынымкІэ фІэщхъуныгъэ фиІэр нэхъ быдэ ищІкъэ?
ЕПЛЪЫКІЭ НЭПЦІХЭР
11. Коринф дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ еплъыкІэ нэпцІхэр сытыт щІаІэр?
11 Алыдж къалэ Коринф дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ еплъыкІэ нэпцІхэр яІэт. Уеблэмэ, мыпхуэдэу жызыІи яхэтт: «ЛІахэр къызэрытэджыжынур пэжкъым» (1 Кор. 15:12). Сыт щхьэкІэ? Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм зэран хуэхъуауэ къыщІэкІынущ Афинэ къалэм щыщ философхэм я еплъыкІэр. А философхэм ауан ящІт Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар цІыхухэм я фІэщ зэрыхъур (Апост. 17:18, 31, 32). Хьисэ и лъэужь ирикІуэ нэгъуэщІхэм цІыхур лІахэм къахэтэджыкІыжыным къикІыр нэгъуэщІут къазэрыгурыІуэр: ахэр егупсысу къыщІэкІынт цІыхум гуэныхь зэрыхэлъым къыхэкІкІэ ар «лІауэ» плъытэ хъуну, ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ хъуа иужь «къэпсэужауэ». Абыхэм я еплъыкІэ нэпцІым сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ имыІами, Паул и псалъэхэм тепщІыхьмэ, абыхэм я фІэщхъуныгъэм мыхьэнэ иІэтэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Алыхьым Хьисэ лІахэм къахимыгъэтэджыкІыжауэ щытмэ, щхьэщэхужри итакъым икІи цІыхухэм я гуэныхьхэр зыми ипшыныжакъым. Абы къыхэкІкІэ, лІар къызэрытэджыжынур зи фІэщ мыхъу цІыхум гугъэ лъэпкъ имыІэу хъунут (1 Кор. 15:13—19; Евр. 9:12, 14).
12. 1 Петр 3:18, 22 зэритымкІэ, Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар абы ипэ къэтэджыжахэм сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?
12 Паул и нэкІэ илъэгъуат Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар. Япэм Алыхьым лІахэр къыщигъэтэджыжа къэхъуами, ахэр икІэм-икІэжым лІэжащ. Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар ахэр къызэрытэджыжам къыщхьэщыкІт. Паул итхащ: «ЛІахэм япэ къахэтэджыкІыжар Мэссихьщ». Хьисэ япэу къэтэджыжауэ сыт жыпІэ щІэхъунур? МелыІычхэм яІэ нэрымылъагъу Іэпкълъэпкъым хуэдэ иІэу япэ дыдэ къэтэджыжар икІи уафэм дэкІуеижар Хьисэщ (1 Кор. 15:20, 23; Апост. 26:23; къеджэ 1 Петр 3:18, 22).
АЛЫХЬЫМ ГЪАЩІЭ ЗЫРИТЫЖЫНУХЭР
13. Паул дапхуэдэу къыдгуригъэІуа Іэдэмрэ Хьисэрэ зэрызэщхьэщыкІыр?
13 Зы цІыхум и лІэныгъэм и фІыгъэкІэ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм гъащІэ дапхуэдэу зэрагъуэтыжыфынур? Паул мы упщІэм гурыІуэгъуэу жэуап иритащ. Паул ІупщІу къыдгуригъэІуащ Іэдэм ищІа щыуагъэм цІыхухэм къахуихьамрэ Хьисэ и фІыгъэкІэ цІыхухэм яІэ хъуа Іэмалымрэ зэрызэщхьэщыкІыр. Іэдэм и гугъу ищІу, Паул мыпхуэдэу итхат: «ЛІэныгъэр къызыпкърыкІар зы цІыху закъуэщ». Іэдэм ищІа гуэныхьым езыри и щІэблэри лІэныгъэм хуишащ. Абы и жыІэмыдаІуэныгъэм къыхэкІкІэ дэ иджыри къыздэсым гугъуехь дошэч. Ауэ Алыхьым и Къуэр къызэригъэтэджыжам и фІыгъэкІэ ди къэкІуэнум теухуауэ гугъэ дахэ диІэ хъуащ! Паул жиІащ: «ЛІахэм я къэтэджыжыныр къызыпкърыкІынур зы цІыхущ [Хьисэщ]. ЦІыху псори Іэдэм къызэрытехъукІам щхьэкІэ, зэрылІэжынум хуэдэу, Мэссихь зи псэм щыщ цІыху псори Тхьэм къигъэпсэужынущ» (1 Кор. 15:21, 22).
14. Алыхьым Іэдэм лІахэм къахигъэтэджыкІыжыну? КъыдгурывгъаІуэ.
14 Паул жиІат «цІыху псори Іэдэм къызэрытехъукІахэм щхьэкІэ» лІэжу. Сыт а псалъэхэм къикІыр? Паул зи гугъу ищІар гуэныхьыр я Іыхьэ зэрыхъуам щхьэкІэ Іэдэм къытехъукІа и щІэблэр зэрылІэжыращ (Рим 5:12). Езы Іэдэм къэтэджыжынухэм яхэтынукъым. Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм Іэдэм и гуэныхьыр къищэхужкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар цІыху дагъуэншэт икІи ищІэр къыгурыІуэу Алыхьым и жыІэм ебэкъуащ. Библиер бжэнкІэ зэджэ цІыхухэм «цІыху Лъэпкъым и Къуэм» хьэкум ятрищІыхьу, ахэр зэи къэмытэджыжыну игъэкІуэдынущ, абыхэм къащыщІынуращ Іэдэми къыщыщІар (Мт. 25:31—33, 46; Евр. 5:9).
Уафэм щыпсэуну япэ дыдэу къэтэджыжар Хьисэщ. (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)b
15. 1 Коринф 15:22 лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ сыт щыжыІар?
15 Гу лъыфтэ: Паул итхащ «Мэссихь зи псэм щыщ цІыху псори Тхьэм къигъэпсэужыну» (1 Кор. 15:22). Паул и письмор зыхуэгъэзар уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Коринф дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэрат. Паул жиІащ Хьисэ Мэссихь абыхэм я «псэм щыщу» икІи ахэр «цІыху лъапІэхэм ящыщу». Иджыри абы и гугъу ещІ «МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ зиІэу лІахэм» (1 Кор. 1:2; 15:18; 2 Кор. 5:17). Алыхьым и къару лъапІэмкІэ Паул иригъэтха нэгъуэщІ письмом мыпхуэдэу итщ: «Мэссихь гъусэ дыхуэхъури, ар зэрылІам хуэдэу, дэри дызэрылІам щхьэкІэ, ар лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам хуэдэу, дэри абы дыщІыгъуу лІахэм дакъыхэтэджыкІыжынущ» (Рим 6:3—5). Хьисэ мелыІычхэм нэрымылъагъуу яІэ Іэпкълъэпкъым хуэдэ иІэу къэтэджыжри уафэм дэкІуеижащ. Апхуэдэ дыдэу уафэм дэкІуеижынущ «Мэссихь зи псэм щыщ цІыху псори», нэгъуэщІу жыпІэмэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр.
16. «ЛІахэм япэ къахэтэджыкІыжар Мэссихьщ» щыжиІам щыгъуэ Паул сыт зи гугъу ищІар?
16 Паул итхащ: «ЛІахэм япэ къахэтэджыкІыжар Мэссихьщ». Гу лъытапхъэщ: Хьисэ ипэ къэтэджыжа цІыхухэр (псалъэм папщІэ, Лазар) къыщытэджыжам щІылъэм щыпсэун щхьэкІэщ къызэрытэджыжар. Ауэ Иеговэ мелыІычхэм яІэ нэрымылъагъу Іэпкълъэпкъым хуэдэ ириту гъащІэ мыухыж иІэу уафэм щыпсэуну япэ дыдэу къигъэтэджыжар Хьисэщ. Израил лъэпкъым япэ дыдэу кърихьэлІэж гъавэр Алыхьым къыхуихьт. А гъавэм Хьисэ ебгъэщхь хъунущ. Абы нэмыщІ Хьисэ щхьэкІэ «лІахэм япэ къахэтэджыкІыжа» щыжиІам щыгъуэ Паул къыдгуригъэІуащ Хьисэ нэмыщІ уафэм кІуэн щхьэкІэ нэгъуэщІхэри къызэрытэджыжынур. Апостолхэмрэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ адрей Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ и зэманым апхуэдэу къэтэджыжынут.
17. «Мэссихь зи псэм щыщ цІыхухэм» уафэм кІуэну тыгъэ яІэр дапщэщт къащылъысын хуейр?
17 Паул Коринф дэсхэм письмо щахуитхам щыгъуэ «Мэссихь зи псэм щыщ цІыхухэр» Алыхьым къигъэтэджыжын щІидзатэкъым. Паул жиІащ ар къэкІуэну зэманым къызэрыхъун хуейр: «А Іуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лІахэм япэ къахэтэджыкІыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкІэ [«Пащтыхьыгъуэм теува иужь», ДЩІ], и цІыхухэр къэтэджыжынущ» (1 Кор. 15:23; 1 Фес. 4:15, 16). «Пащтыхьыгъуэм теува иужь» жыхуиІэ зэманыр дэ дыщыпсэу зэманыращ. Абы къыхэкІкІэ апостолхэмрэ адрей Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ уафэм кІуэну гугъэ яІэр къаІэрыхьэу Хьисэ гъусэ хуэхъуфынутэкъым, ар Пащтыхьыгъуэм щытеувэну зэманыр къэмысауэ.
ДЭ ГУГЪЭ БЫДЭ ДИІЭЩ
18. 1) Уафэм кІуэнухэм нэмыщІ нэгъуэщІхэри къэтэджыжыну сыт жыпІэ щІэхъунур? 2) 1 Коринф 15:24—26 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур уафэм къыщыхъунур къыдгурыІуэну?
18 Библием щыжыІащ Паулрэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ адрей Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ «лІахэм япэ къахэтэджыкІыжын» хуейуэ зэрыщытыр (Апок. 20:6). Абы къегъэлъагъуэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм нэмыщІ, нэгъуэщІ цІыхухэри къэтэджыжын хуейуэ зэрыщытыр. Мы гупсысэр тохуэ и къэкІуэнум теухуауэ Іэиуб жиІауэ щытам (Иов 14:15). Хьисэ «Іэтащхьэ псори, тепщэныгъэ зиІэ псори, лъэкІыныгъэ зиІэ псори» щигъэкІуэдым деж уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр и гъусэнущ. Уеблэмэ, «иужьрей бийр» — лІэныгъэр — ягъэкІуэдынущ. НэгъуэщІу жыпІэмэ, уафэм кІуэн щхьэкІэ къэтэджыжынухэр афІэкІа лІэнукъым. Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм щыщу уафэм кІуэну гугъэ зимыІэхэр-щэ? (Къеджэ 1 Коринф 15:24—26.)
19. ЩІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр сыт зыпэплъэр?
19 ГъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэм Паул и псалъэхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ: «Щыпкъагъэ зиІи зимыІи Тхьэм къызэригъэтэджыжынум... сыщогугъ» (Апост. 24:15). ГурыІуэгъуэщ «щыпкъагъэ» зимыІэхэр уафэм зэрыщымыпсэунур, абы къыхэкІкІэ Паул жиІа псалъэхэр щІылъэм щыпсэун щхьэкІэ къэкІуэну зэманым къэтэджыжынухэращ зыхуэхьар.
ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ гугъэ диІэр къэкІуэну зэманым теубыдагъэ тхэлъу дыпэплъэну къыддоІэпыкъу. (20-нэ абзацым феплъ.)c
20. ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ фІэщхъуныгъэ фиІэр мы статьям дапхуэдэу нэхъ быдэ зэрищІар?
20 ЛІахэр къызэрытэджыжынум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым! ЩІылъэм щыпсэун щхьэкІэ Алыхьым къигъэтэджыжынухэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуну Іэмал яІэ хъунущ. ИкІи Алыхьым дыкъызэригъэгугъэм дзыхь хуэтщІ хъунущ. ЛІахэр къызэрытэджыжынумкІэ гугъэ диІэр къыддоІэпыкъу фІыуэ тлъагъу цІыхур лІэныгъэм зэрытІэщІихам къытхуихь гуауэм дыпэлъэщыну. Хьисэрэ абы и тепщэныгъэр дэзыІыгъынухэмрэ «илъэс минкІэ тепщэу» щыщытыну зэманым Алыхьым ахэр къигъэтэджыжынущ (Апок. 20:6). Абы нэмыщІ Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманыр къэмыс щІыкІэ ди гъащІэр тфІэкІуэдми, дыкъызэрытэджыжынум шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ. Апхуэдэ гугъэ дызэриІэм зэи дыхущІегъуэжынукъым (Рим 5:5). Абы къару къытхелъхьэ икІи гуфІэгъуэ диІэу Иеговэ дыхуэлэжьэну къыддоІэпыкъу. Паул Коринф дэсхэм япэу яхуитха письмом и 15-нэ псалъащхьэм иджыри мыхьэнэшхуэ зиІэ нэгъуэщІ гупсысэхэр итщ. А гупсысэхэр къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынущ.
147-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым гъащІэ мыухыжкІэ дыкъегъэгугъэ
a Паул Коринф дэсхэм япэу яхуитха письмом и 15-нэ псалъащхьэр лІахэр къызэрытэджыжынум топсэлъыхь. ЛІахэр къызэрытэджыжынум ди дежкІэ сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр икІи Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам сыт шэч къыщІытедмыхьэр? Мы упщІэхэмрэ, лІахэр къызэрытэджыжынум теухуа нэгъуэщІ упщІэхэмрэ зэпкърытхынщ.
b СУРЭТЫР. Япэ дыдэу уафэм дэкІуеижар Хьисэщ (Апост. 1:9). ИужькІэ абы и лъэужь ирикІуэхэри уафэм дэкІуэижын щхьэкІэ къэтэджыжынут, абыхэм яхэтщ Фомэ, Екъуб, Лидие, Иуан, Мэрием, Паул сымэ.
c СУРЭТЫР. Къуэшым фІыуэ илъагъу и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ, ахэр зэгъусэу илъэс куэдкІэ Иеговэ хуэлэжьащ. Къуэшыр адэкІи Иеговэ хуолажьэ и щхьэгъусэр Алыхьым къызэригъэтэджыжынум шэч лъэпкъ къытримыхьэу.