ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Декабрь н. 14
  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Мыбы ещхь материал
  • Псым зыщІэгъэуэныр — Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым ярита унафэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Псым зыщІэгъэуэныр зищІысыр сыт икІи сыт абы мыхьэнэ щІиІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ!
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Декабрь н. 14

Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр

1 Коринф 15:29 ит апостол Паул и псалъэхэм къикІрэ а зэманым псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лІахэм я пІэкІэ псым зыщІагъауэу щытауэ?

Хьэуэ. Абы щыхьэт техъуэ гуэр Библиеми иткъым тхыдэми къыщыхьакъым.

Библием ит мы едзыгъуэр куэдым зэрызэрадзэкІам языныкъуэ цІыхухэр ирегъэгупсыс Паул щыпсэуа зэманым Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм лІахэм я пІэкІэ псым зыщІагъауэу щытауэ. Псалъэм папщІэ, зэрадзэкІа зы Библие гуэрым мы едзыгъуэр мыпхуэдэу итщ: «Тхьэм лІахэр къимыгъэтэджыжынумэ, лІахэм я пІэкІэ зезыгъэумэхъ цІыхухэм сыт я гум илъыр?» (ЩІэдзапІэмрэ ХъыбарыфІымрэ, 2011 гъ.).

Библиер зыдж щІэныгъэлІ цІыхуитІым жаІам деплъынщ. Теолог Гре́гори Ло́квуд зэрыжиІамкІэ, «цІыху лІам и пІэкІэ зыгуэрым псым зэрызыщІигъэуам щыхьэт техъуэ гуэр Библием иткъым тхыдэми къыщыхьакъым». Библиер зыдж щІэныгъэлІ Го́рдон Фи апхуэдэ дыдэу итхащ: «Апхуэдэу зыгуэрым псым зыщІигъэуауэ Библием иткъым тхыдэми къыщыхьакъым. Абы теухуауэ АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм зыри иткъым; япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми апостолхэр лІа иужь къэунэхуа зэхуэсхэми апхуэдэ ящІауэ зыщІыпІи иткъым».

Библием зэритымкІэ, Хьисэ и гъэсэнхэм лъэпкъ псоми щыщ цІыхухэр Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ ягъэхьэзырын икІи псым щІагъэуэн хуейт. Абы нэмыщІ унафэу яжриІа псори ягъэзэщІэну ядэІэпыкъун хуейт (Мт. 28:19, 20). Ауэ цІыхум псым зыщІигъауэу, Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ Иеговэрэ абы и Къуэмрэ теухуауэ щІэныгъэ зригъэгъуэтын, ахэр и фІэщ хъун икІи абыхэм жаІэм едэІуэн хуейт. Мы Іуэхугъуэхэр цІыху лІам ищІэфынутэкъым икІи а зэманым псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящыщу лІам и пІэкІэ ар зыми хуэщІэнутэкъым (Эккл. 9:5, 10; Ин. 4:1; 1 Кор. 1:14—16).

Сыт-тІэ Паул зи гугъу ищІар?

ЛІахэр къызэрытэджыжынур Коринф къалэм дэс языныкъуэхэм я фІэщ хъутэкъым (1 Кор. 15:12). Паул апхуэдэ еплъыкІэр зэрыпцІыр жиІэт. Абы итхащ: «ЛІэныгъэм махуэ къэси сызэрыпэгъунэгъури пэжщ». Ауэ сыт хуэдэ гугъуехь пэщІэмыхуами, Паул шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым лІа иужь уафэм кІуэн щхьэкІэ къызэрытэджыжынум, Хьисэ хуэдэу (1 Кор. 15:30—32, 42—44).

Коринф дэсхэм къагурыІуэн хуейт уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм ящыщ хъуа иужь махуэ къэс гугъуехьхэм зэрыпэщІэхуэнур икІи икІэм-икІэжым я тыгъэр къаІэрыхьэн ипэ зэрылІэнур. Хьисэ Мэссихь абыхэм я «псэм щыщ хъун» щхьэкІэ псым зыщыщІагъауэм деж абы и лІэныгъэм я Іыхьэ хэлъын щхьэкІэ псым зыщІагъауэу аращ (Рим 6:3). Абы къикІыр Хьисэ хуэдэу ахэри гугъу зэрехьынурат икІи уафэм дэкІуеижын щхьэкІэ зэрылІэнурат.

Хьисэ псым зыщІигъауэу, илъэситІ нэхърэ нэхъыбэ дэкІа иужь и апостолитІым мыпхуэдэу жриІат: «Псым сызэрыщІагъэуэнум хуэдэу, фэри фыщІагъэуэнущ» (Мк. 10:38, 39, Хъыб., 1993). Хьисэ псым зэрызыщІигъэуаратэкъым зытепсэлъыхьыр, абы зи гугъу ищІар щІылъэм Алыхьым хуэпэжу хуэлэжьа иужь зэрылІэнурат. Паул уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм яхуитхат: «Мэссихь дыщІыгъуу дэри гугъуехь тшэчмэ, Мэссихь дыщІыгъуу дэри Тхьэм щІыхьышхуэ диІэ ищІынущ» (Рим 8:16, 17; 2 Кор. 4:17). Абы къыхэкІкІэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр лІэн хуейщ, иужькІэ лІахэм къахэтэджыкІыжу уафэм кІуэн щхьэкІэ.

Аращи, Паул и псалъэхэр мыпхуэдэущ зэрызэбдзэкІын хуейр: «Апхуэдэу щымытмэ, лІэн щхьэкІэ псым зыщІэзыгъауэхэм сыт ящІэнур? ЛІахэр къэмытэджыжмэ, сыт абыхэм псым зыщІыщІагъауэр, апхуэдэу хъун щхьэкІэ?»

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын