«Тхьэм сыщогугъ»
«Иужьрей Іэдэмыр арщ гъащІэ къыдэзыт псэр» (1 КОР. 15:45).
1—3. 1) Фи фІэщхъуныгъэм хиубыдэхэр къыжыфІэ. 2) ЛІахэр къызэрытэджыжынум мыхьэнэшхуэ иІэу къыщІэтлъытэр сыт? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
УИ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭМ теухуауэ зыгуэр къоупщІмэ сыт жыпІэ хъунур? Уэ, дауикІ, жыпІэну къыщІэкІынщ Иеговэ псори къызэригъэщІар, Хьисэ Мэссихь ди гуэныхьыр къищэхужыну и гъащІэр зэритар, икІи къэкІуэну зэманым Алыхьым и лэжьакІуэхэм жэнэт хъужыну щІылъэм гъащІэ мыухыж яІэу зэрыщыпсэунур. Ауэ лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ гугъэ диІэм и гугъу хуэфщІыну пІэрэт?
2 Мы дунейм и кІэ зэманым къэхъуну гузэвэгъуэшхуэм дыхэкІыу гъащІэ мыухыж диІэу щІылъэм дыщыпсэуну гугъэ диІэу щытми, лІахэр къызэрытэджыжынум дэ, дауикІ, гуфІэгъуэшхуэ къыдет. Апостол Паул жиІауэ щытащ лІахэр къызэрытэджыжынум мыхьэнэшхуэ щІиІэр. Абы итхащ: «ЛІахэр къэмытэджыжынумэ, абы щыгъуэ Тхьэм Мэссихьи лІахэм къахигъэтэджыкІыжынтэкъым». Уегупсысмэ, Хьисэ къэмытэджыжауэ щытамэ ар ди Пащтыхьу щытынутэкъым икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбар къетхьэкІым мыхьэнэ лъэпкъ иІэнутэкъым. (Къеджэ 1 Коринф 15:12—19.) Ауэ дэ шэч къытетхьэкъым Алыхьым лІахэм Хьисэ къызэрыхигъэтэджыкІыжам. Дэ абыкІэ лІахэр зэикІ къэмытэджыжыну жызыІэу щыта саддукейхэм дакъыщхьэщокІ. ЛІахэр къызэрытэджыжынур ди фІэщ тщІын зэикІ щыдгъэтынукъым, дэ абы щхьэкІэ цІыхухэр къытщыдыхьэшхыу щытми (Мк. 12:18; Апост. 4:2, 3; 17:32; 23:6—8).
3 Паул жиІащ «лІахэр къызэрытэджыжынур» хыхьэу «Мэссихь теухуа, япэ дыдэ [д]агъэщІа Іуэхухэм» (Евр. 6:1, 2). Абы и дежкІэ лІахэр къызэрытэджыжынум мыхьэнэшхуэ иІэт (Апост. 24:10, 15, 24, 25). ЛІахэр къызэрытэджыжынур «Тхьэм и псалъэхэм теухуа, япэ дыдэ зэвгъэщІа Іуэхухэм» хиубыдэми ар къыбгурыІуэну гугъункІэ хъунущ (Евр. 5:12). Сыт щхьэкІэ?
4. ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?
4 ЦІыхухэм Библиер джын щІадза иужь, абыхэм къащІэ Алыхьым япэм лІар къигъэтэджыжу зэрыщытар, псалъэм папщІэ Лазар къызэригъэтэджыжам хуэдэу. Абы нэмыщІ абыхэм къащІэ Ибрэхьим, Іэиуб, Даут сымэ быдэу я фІэщ хъууэ зэрыщытар къэкІуэну зэманым лІахэр къызэрытэджыжынур. ЛІар къэтэджыжыну зэрыжаІэрэ илъэс куэд дэкІауэ щытми, ар къызэрыхъунур уи фІэщ щІэхъум и щхьэусыгъуэмкІэ къоупщІамэ, сыт хуэдэ жэуапт ептынур? ЛІахэр дапщэщ къэхъужынуми Библием ит? Мы упщІэхэм я жэуапхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІынущ. Аращи, девгъэплъ абы теухуауэ Библием жиІэм.
ЛІЭЩІЫГЪУЭ ЗЫБЖАНЭ ИПЭ КЪЭТЭДЖЫЖЫНУ ЗИ ГУГЪУ ЯЩІАУЭ ЩЫТАР
5. Сыт хуэдэ упщІэхэм дэ иджыпсту жэуап еттыну?
5 Дэ ди дежкІэ гугъуу къыщІэкІынкъым куэд мыщІауэ лІа цІыхур къэтэджыжыну ди нэгу къыщІэдгъэхьэну (Ин. 11:11; Апост. 20:9, 10). Ауэ лІар илъэс куэд е лІэщІыгъуэ куэд дэкІмэ къэхъужыну зыгуэрым дыкъигъэгугъауэ щытмэ-щэ? Ар уи фІэщ пщІы хъуну, цІыхур иджы дыдэ лІамэ е зэрылІэрэ куэд щІауэ щытмэ? ГъэщІэгъуэнщ, лІэщІыгъуэ зыбжанэ ипэ къэтэджыжыну зи гугъу ящІауэ щытар къэтэджыжащ икІи ар фи фІэщ мэхъу. Сыт зи гугъу тщІыр икІи ар дауэ зэрепхар лІахэр къэтэджыжыну ди фІэщ зэрыхъум?
6. Хьисэ теухуа 118-нэ Псаломым ит псалъэхэр дауэ къызэрыхъуар?
6 118-нэ Псаломыр дигу къэдвгъэгъэкІыж. Ар Дауту къыщІэкІынщ зытхауэ щытар. Абы Алыхьым лъэІукІэ зыхуегъазэ: «СынолъэІу, Иеговэ, дыкъегъэл! [...] Иеговэ и цІэкІэ къакІуэр насыпыфІэщ». ЦІыхухэм Мэссихь теухуа мы псалъэхэр жаІэт, Хьисэ яукІыным куэд имыІэжу, нисаным и 9-м Ерусалим щыдыхьэм щыгъуэ (Пс. 118:25, 26; Мт. 21:7—9). Ауэ сыт мы Псаломым илъэс куэд дэкІмэ, къэкІуэну зэманым Хьисэ къызэрытэджыжынум теухуауэ жиІэр? АдэкІэ Псаломым итым девгъэплъ: «УхуакІуэхэм зрамыпэсу хыфІадзэжа мывэр унэр зыІыгъ мывэ нэхъыщхьэ хъуащ» (Пс. 118:22).
«УхуакІуэхэм» Мэссихьыр зрапэсакъым. (7-нэ абзацым феплъ.)
7. Журтхэм Хьисэ зэрызрамыпэсар сытым къигъэлъагъуэрэ?
7 Псаломым зи гугъу ищІ «ухуакІуэхэр» — журт лъэпкъым я дин пашэхэращ. Абыхэм ар зрамыпэсу Іумпэм ящІащ. ИкІи ар къызыхэщар Хьисэ жиІэм емыдаІуэу е ар Мэссихьу ямылъытэу зэрыщыта закъуэракъым. Журт куэдыр хуейт ар Пилат ирагъэукІыну (Лк. 23:18—23). Аращи, Хьисэ и лъыр абыхэми ятелъщ.
Хьисэ къэтэджыжри «мывэ нэхъыщхьэ» хъуащ. (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)
8. Хьисэ «мывэ нэхъыщхьэ» хъун щхьэкІэ сытыт къэхъун хуейр?
8 Дауэ Хьисэ «мывэ нэхъыщхьэ» зэрыхъунур, ар зрамыпэсу яукІамэ? А псалъэхэр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ ар лІахэм къахэтэджыкІыжын хуейт. Хьисэ жызум хадэм теухуауэ ущие хъыбар жиІар дигу къэдвгъэгъэкІыж. Жызум хадэр зейм жызумгъэкІ игъэувахэм я деж игъакІуэ унэІутхэр яубэрэжьт. Апхуэдэ дыдэу Израил цІыхухэр Алыхьым яхуигъакІуэ бегъымбархэм хущытт. ИкІэм-икІэжым абы жызум хадэр къызыхуэнэжыну и къуэ щІасэр игъэкІуащ, жызумгъэкІхэм абы щІыхь къыхуащІын и гугъэу. Ауэ абыхэм ар яукІащ. А хъыбарыр жиІэжа иужь Хьисэ Псалом 118:22 ит псалъэхэр жиІащ (Лк. 20:9—17). ИужькІэ апостол Петри а едзыгъуэр къигъэсэбэпащ «журт пашэхэми, нэхъыжьхэми, торэт егъэджакІуэ пашэхэми» щепсэлъам щыгъуэ. Ар зытепсэлъыхьар «Назарет щыщ Хьисэ Мэссихьщ». Петр абыхэм яжриІащ: «Хьисэ фэ жорым [пкъом, ДЩІ] ефІулІащ, ауэ Тхьэм ар лІахэм къахигъэтэджыкІыжащ» (Апост. 3:15; 4:5—10). ИкІи щІигъуащ: «Езыр аращ „ухуакІуэхэм зрамыпэсу хыфІадзэжа мывэу унэр зыІыгъ мывэ нэхъыщхьэ хъуар“» (Апост 4:11; 1 Пет. 2:5—7, ХъыбарыфІыр, 1993).
9. Сыт къэхъун хуейуэ Псалом 118:22 щыжыІауэ щытар?
9 Аращи, Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ илъэсищэ зыбжанэ иІэу Псалом 118:22 щыжыІауэ щытащ Мэссихьыр зэрызрамыпэсынур, зэраукІынур икІи иужькІэ къызэрытэджыжынур, «мывэ нэхъыщхьэ» хъун папщІэ. ЛІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ теухуауэ Библием итщ: «Абы и цІэм нэмыщІ, дымыкІуэду дыкъезыгъэлыфын Тхьэм уафэм и щІагъым щІэт цІыхухэм иритауэ зыри щыІэкъым» (Апост. 4:12; Еф. 1:20).
10. 1) Сыт Псалом 16:10 щыжыІауэ щытар? 2) Сыт жыпІэ щІэхъунур Псалом 16:10 Даут емыхьэлІауэ?
10 Деплъынщ иджыри Библием ит зы едзыгъуэ Псалом 16:10. ЛІар къэтэджыжыну зэрыжаІэрэ илъэс куэд дэкІауэ щытми, ар къызэрыхъуным теухуауэ а едзыгъуэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІынущ. Абы итыр къэхъуным илъэс мин иІэу а едзыгъуэр ятхауэ щытащ. Абы щыжыІащ: «Уэ сэ кхъэм сыкъыщІэбнэнукъым. Уэ пхуэпэж цІыхум кхъэ мащэр ебгъэлъэгъунукъым». Даут езыр зэи мылІэну икІи кхъэ мащэм мыкІуэну и псалъэхэм къригъэкІакъым. Библием итщ Даут жьы хъууэ зэрылІэжар (1 Цар. 2:1, 10). Хэт-тІэ Псалом 16:10 зытепсэлъыхьыр?
11. Дапщэщ Петр Псалом 16:10 итым къикІыр щыжиІар?
11 Илъэс миным щІигъу дэкІа иужь апостол Петр а едзыгъуэм къикІыр жиІауэ щытащ. Хьисэ къэтэджыжа иужь тхьэмахуэ зыбжанэ дэкІауэ Петр мин бжыгъэ хъу журтхэмрэ прозелитхэмрэ захуигъазэри псалъэ яжриІащ. (Къеджэ Апостолхэм 2:29—32.) Петр жиІащ Даут лІэуэ зэрыщІалъхьэжар, икІи абы къедаІуэхэм ар фІыдыдэу ящІэт. Петр абыхэм яжриІат Мэссихь лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжынур Даут Алыхьым къызэрыхузэІуихар. ИкІи Библием иткъым абы зыгуэр пэрыуауэ.
12. Псалом 16:10 итыр дауэ къызэрыхъуар икІи дауэ абы лІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыр?
12 Петр и псалъэхэм щыхьэт техъуэу иджыри Псалом 110:1 ит Даут и псалъэхэр къихьащ. (Къеджэ Апостолхэм 2:33—36.) Тхыгъэр къигъэсэбэпри, «Хьисэ Тхьэм Зиусхьэн икІи Мэссихь» зэрищІар Петр цІыху куэдым я фІэщ ищІащ икІи Хьисэ къыщытэджыжам Псалом 16:10 ит псалъэхэр къызэрыхъуар къагуригъэІуащ. ИужькІэ Паули а гупсысэхэр къихьауэ щытащ Писидие хэкум щыщ Антиохие къалэм дэсхэм щепсэлъам щыгъуэ. Паул и псалъэхэр абыхэм я гум нэсати, нэхъыбэ къащІэну хуигъэушащ. (Къеджэ Апостолхэм 13:32—37, 42.) Дэри а гупсысэхэм ди фІэщ ящІ лІахэр къэтэджыжыну зэрыжаІэрэ илъэс куэд дэкІауэ щытми, ар къызэрыхъунур.
ЛІАХЭР ДАПЩЭЩ КЪЫЩЫТЭДЖЫЖЫНУР?
13. ЛІахэр къызэрытэджыжынум теухуауэ сыт хуэдэ упщІэхэр къэхъеинкІэ хъуну?
13 ЛІахэр къэтэджыжыну зэрыжаІэрэ илъэс куэд дэкІауэ щытми, ар къызэрыхъунум дегъэгушхуэ. Ауэ дэ мыпхуэдэ упщІэхэр диІэнкІэ хъунущ: «ФІыуэ тлъагъу дунейм ехыжа ди ныбжьэгъухэмрэ Іыхьлыхэмрэ къыщытэджыжыну зэманым иджыри куэдрэ дыпэплъэн хуейуэ пІэрэ? Апхуэдизу псоми къытхуэмыгъэсу дызыпэплъэ Іуэхугъуэр дапщэщ къыщыхъунур?» Хьисэ и апостолхэм яжриІащ: «Адэ лъапІэм езым и тепщэныгъэкІэ пІалъэрэ лъэхъэнэу игъэувахэмрэ фэ фщІэну фыхуиткъым» (Апост. 1:6, 7; Ин. 16:12). Ауэ абы къикІкъым дэ лІахэр къыщытэджыжыну зэманым теухуауэ зыри дымыщІэу.
14. Хьисэ къызэрытэджыжар абы ипэ къэтэджыжа цІыхухэм сыткІэ къыщхьэщыкІрэт?
14 Хьисэ Мэссихь къызэрытэджыжам дэр щхьэкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар къэмытэджыжауэ щытамэ зыми ди лІахэм дыхуэзэжыну гугъэ диІэнутэкъым. Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ Илясрэ Елисейрэ къагъэтэджыжа цІыхухэр икІэм-икІэжым лІэжащ. Ауэ «Мэссихь зэрымылІэжынур дощІэ. ЛІэныгъэм тепщэныгъэ къыхуиІэжкъым абы». Абы езым жеІэ: «ИгъащІэкІи сыпсэунущ» (Рим 6:9; Апок. 1:5, 18; Кол. 1:18; 1 Пет. 3:18).
15. Сыт Паул Хьисэ япэу къэтэджыжауэ щІыжиІар?
15 Хьисэщ уафэм щыпсэун щхьэкІэ япэу къэтэджыжар икІи ар лІэуэ къызэрытэджыжаращ псом нэхъ мыхьэнэ зиІэр (Апост. 26:23). Ауэ Хьисэ и закъуэкъым уафэм щыпсэун щхьэкІэ къэтэджыжын хуеяр. И апостол пэжхэм Хьисэ яжриІауэ щытащ абыхэм абы и Пащтыхьыгъуэр зэрыдаІыгъынур (Лк. 22:28—30) А тыгъэр къалъысын ипэ ахэр лІэуэ Хьисэ хуэдэу уафэм зэрыщыпсэуфын Іэпкълъэпкъ яІэу къэтэджыжын хуейт. Апостол Паул Коринф дэс Алыхьым и лэжьакІуэхэм яхуитхат Хьисэ лІахэм япэу къызэрыхэтэджыкІыжар. ИкІи Паул абыхэм къагуригъэІуащ уафэм щыпсэун щхьэкІэ нэгъуэщІхэри къызэрытэджыжынур. Абы итхащ: «А Іуэхур къызэрыхъунур хэти щичэзум дежщ: лІахэм япэ къахэтэджыкІыжар Мэссихьщ. Абы дунейм къыщигъэзэжкІэ [Пащтыхьыгъуэм теува иужь, ДЩІ], и цІыхухэр къэтэджыжынущ» (1 Кор. 15:20, 23).
16. Уафэм щыпсэунухэр къыщытэджыжыну зэманыр щыщІидзар къэтщІэну сыт къыддэІэпыкъур?
16 Паул и псалъэхэм къыдгурагъаІуэ уафэм щыпсэунухэр къыщытэджыжыну зэманыр. Ар къэхъун хуейт Хьисэ Пащтыхьыгъуэм теува иужь. Иеговэ и Щыхьэтхэм, Библиер къагъэсэбэпу, цІыхухэм куэд щІауэ къыгурагъаІуэ а Іуэхугъуэр 1914 гъэм зэрыщІидзар икІи иджыри къыздэсым зэрекІуэкІыр, абы нэмыщІ мы дуней Іейм и кІэр къызэрыблэгъар.
17, 18. Хьисэ Пащтыхьыгъуэм щытеткІэ уафэм кІуэжын хуей языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт къащыщІынур?
17 Уафэм щыпсэун щхьэкІэ къэтэджыжынухэм теухуауэ Библием иджыри мыпхуэдэу итщ: «ЛІахэм я Іуэхур зытетыр фымыщІэу фыкъэдгъэнэну дыхуейкъым... Хьисэ лІэуэ, лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжамкІэ фІэщхъуныгъэ диІэщ. Аращи, ХьисэкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэу лІахэр абы щІыгъуу Тхьэм езым и деж зэришэнур ди фІэщ мэхъу. ...Зиусхьэныр дунейм къыщыкІуэжкІэ [Пащтыхьыгъуэм теува иужь, ДЩІ], дэ, псэууэ къэнахэр, лІахэм япэ дищынукъым. ...езы Зиусхьэныр уафэм къехыжынущ. МэссихькІэ фІэщхъуныгъэ зиІэу лІахэр япэ къэтэджыжынущ абы щыгъуэ. ИтІанэ дэ, псэууэ къэнахэр, абыхэм дащІыгъуу Тхьэм уафэм дыдрихьеинущ, пшэхэм дахэту, хьэуам хэту Зиусхьэным дыщыІущІэн щхьэкІэ. Зиусхьэным сыт щыгъуи дригъусэнущ итІанэ» (1 Фес. 4:13—17).
18 Уафэм щыпсэунухэр къыщытэджыжынур Хьисэ Пащтыхьыгъуэм теувэу зы зэман гуэр дэкІа иужьщ. Гузэвэгъуэшхуэ зэманым щІылъэм щыпсэууэ уафэм дэкІуеижын хуейхэр Алыхьым уафэм дришеижынущ. Паул итхащ Алыхьым уафэм «дрихьеинухэр» мылІэну. А псалъэхэм къагъэлъагъуэр, ахэр къызэрытэджыжынум куэдрэ зэремыжьэныращ. Ахэр лІа иужь «занщІэу, напІэзыпІэм, дунейм и кІэухым деж бжьамиишхуэм и макъыр къыщыІукІэ», псоми захъуэжынущ (1 Кор. 15:51, 52; Мт. 24:31).
19. Сыт хуэдэ «гъащІэфІ» дызыпэплъэр?
19 Нобэ Алыхьым хуэлажьэ и нэхъыбэ цІыхухэм уафэм дэкІуэижыну гугъэ яІэкъым. Ахэр йожьэ Иеговэ и махуэшхуэр къэсу мы дуней Іейм кІэ къыщыхуэкІуэнум. Дэ тщІэкъым ар къыщыхъунур, ауэ нэщэнэхэмкІэ къызэрысыпар къыдгуроІуэ (1 Фес. 5:1—3). Абы иужь жэнэт хъужыну щІылъэм щыпсэунухэр къэтэджыжынущ. Библием итщ абыхэм «нэхъ гъащІэфІ ягъуэтыну», сыт щхьэкІэ жыпІэмэ япэм къэтэджыжахэр лІэжащ, ауэ а зэманым къэтэджыжынухэм дагъуэншэ хъужу зэикІ мылІэжыну Іэмал яІэнущ (Евр. 11:35).
20. ЩІылъэм щыпсэунухэр щхьэж и чэзум къызэрытэджыжынур ди фІэщ щІэхъур сыт?
20 Библием зэрыжиІэмкІэ уафэм дэкІуэижынухэр «хэти щичэзум деж» къэтэджыжынущ (1 Кор. 15:23). Апхуэдэу щІылъэм щыпсэунухэри щхьэж и чэзум къызэрытэджыжынур ди фІэщ тщІы хъунущ. Къытхуэмыгъэсу а зэманым дэ дыпоплъэ. Ауэ куэд мыщІэу лІахэр, Хьисэ илъэс минкІэ тепщэу щыщытыну зэманыр зэрыщІидзэу, къэтэджыжыну пІэрэ? Гузэвэгъуэшхуэм пхырыкІахэр абыхэм, дауикІ, хуабжьу ежьэнущ. Япэ дыдэу Иеговэ къигъэтэджыжыну пІэрэ япэм хуэпэжу хуэлажьэу щыта, Іуэхур фІыуэ зэзыгъэпэщыф цІыхухэр, Алыхьым и унафэр и лъэпкъым игъэзэщІэну дэІэпыкъун щхьэкІэ? Иеговэ хуэмылажьэу щытахэр дауэ къызэригъэтэджыжынур икІи дэнэ къыщигъэтэджыжынур? Апхуэдэ упщІэ куэд диІэу къыщІэкІынщ. Ауэ егъэлеяуэ а упщІэхэм дригузэвэн хуейуэ пІэрэ? ТІэкІу дежьэмэ, дэ езым ди нэкІэ псори тлъагъунущ. Шэч хэмылъу, дэ тфІэгъэщІэгъуэну дыкІэлъыплъынущ Иеговэ псори зэрызригъэзэхуэнум.
21. Сыт хуэдэ гугъэ фэ фиІэр?
21 Дэ иджыпсту Иеговэ худиІэ фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын хуейщ. Хьисэ жиІауэ щытащ лІахэр Иеговэ зэрыщымыгъупщэжар икІи ахэр къызэригъэтэджыжынур (Ин. 5:28, 29; 11:23). Иеговэ лІахэр къигъэтэджыжыну къару зэриІэр игъэлъэгъуэн щхьэкІэ Хьисэ жиІащ Ибрэхьим, Исхьэкъ, Екъуб сымэ Алыхьым псэууэ зэрилъытэр (Лк. 20:37, 38). Аращи, дэри щхьэусыгъуэ диІэщ Паул хуэдэу жытІэну: «[ЛІахэр] Тхьэм къызэригъэтэджыжынум... сэри Тхьэм сыщогугъ» (Апост. 24:15).