48 СТАТЬЯР
БлэкІа Іуэхухэм фыхуемыплъэкІыж — ипэкІэ фыплъэ!
«УтемыплъэкъукІыу япэкІэ плъэ зэпыт, щрет уи гур хуэгъэзауэ а лъэныкъуэм» (ПРИТ. 4:25, Гъэсэпэтхыдэхэр).
77-НЭ УЭРЭДЫР КІыфІыгъэм къыхэщ нэхур
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Притчи 4:25 ит чэнджэщым дапхуэдэу дызэрытетынур? Щапхъэ къэфхь.
ЩАПХЪЭ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Зи ныбжьыр хэкІуэта Алыхьым и лэжьакІуэ ди шыпхъум зэманыфІхэр игу къегъэкІыж. Иджыпсту ар нэхъ гугъу ехьми Иеговэ адэкІэ хуэлэжьэн щхьэкІэ къарууэ иІэр ирехьэлІэ (1 Кор. 15:58). Махуэ къэс абы и нэгу къыщІегъэхьэ и Іыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ и гъусэу дунеищІэм щыІэу. НэгъуэщІ ди шыпхъум зэхуэсым щыщ гуэрым и жагъуэ къищІат, ауэ абы гужьгъэжь хуимыщІыну шыпхъум мурад ищІащ (Кол. 3:13). Къуэшым япэм ищІауэ щыта щыуагъэхэр щыгъупщэкъым, ауэ и акъылыр абыхэм теухуауэ щыткъым, атІэ Иеговэ хуэпэжу къэнэн щхьэкІэ хузэфІэкІыр ещІэ (Пс. 51:10).
2 Зи гугъу тщІа Алыхьым и лэжьакІуэхэм я Іуэхур сыткІэ зэщхь? Абыхэм псоми япэм къащыщІар ящІэж, ауэ блэкІа ІуэхугъуэхэмкІэ псэукъым. Ахэр «ипэкІэ маплъэ» — къэкІуэну зэманым. (Къеджэ Притчи 4:25, Гъэс.)
3. ИпэкІэ дыплъэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
3 ИпэкІэ дыплъэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Сыт щыгъуи зэплъэкІ цІыхур ипэкІэ кІуэфынукъым. Апхуэдэ дыдэу блэкІа зэманым къытщыщІахэм сыт щыгъуи дегупсысмэ, ди къарум къызэрихькІэ Иеговэ дыхуэлэжьэфынукъым (Лк. 9:62).
4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
4 Мы статьям щызэпкърытхынущ блэкІа ІуэхухэмкІэ дыщІэпсэункІэ хъунум и щхьэусыгъуищb: 1) блэкІа Іуэхухэм хуэзэшыныр, 2) гужьгъэжь щІыныр, 3) егъэлеяуэ зыгъэкъуэншэжыныр. Мы щхьэусыгъуэхэр щызэпкърытхкІэ дэ къэтлъэгъунущ «блэкІа Іуэхухэм» ди акъылыр тедмыухуэу ипэкІэ дыплъэну Библием ит принципхэр дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми (Флп. 3:13).
БЛЭКІА ІУЭХУХЭМ ХУЭЗЭШЫН
ИпэкІэ дыплъэну сыт зэран къытхуэхъур? (5, 9, 13-нэ абзацхэм феплъ.)h
5. Экклезиаст 7:10 ит псалъэхэм сытым дыщахъумэрэ?
5 Къеджэ Экклезиаст 7:10c. Гу лъыфтэ, едзыгъуэм щыжыІакъым мыпхуэдэу ущІэупщІэ мыхъуну: «БлэкІа зэманхэр фІыуэ щхьэ щыта?» Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гукъэкІыжыфІхэр Иеговэ и тыгъэщ. Едзыгъуэм щыжыІащ: «ЖумыІэ: „БлэкІа зэманхэр иджырей зэманхэм нэхърэ щхьэ нэхъыфІ?“» НэгъуэщІу жыпІэмэ, блэкІа зэманымрэ иджырей зэманымрэ зэдгъапщэрэ иджыпсту нэхъ Іей хъуауэ апхуэдэ гупсысэм дыкъыхуэкІуэмэ, абы шынагъэ пылъщ.
Мысыр пщылІыпІэм къикІыжа иужь израил цІыхухэм сыт хуэдэ щыуагъэ ящІа? (6-нэ абзацым феплъ.)
6. Иджыпсту нэхърэ япэм гъащІэр нэхъыфІу щытауэ сыт щыгъуи уегупсысыным Іущагъ щІыхэмылъыр сыт? Щапхъэ къэфхь.
6 Иджыпсту нэхърэ япэм гъащІэр нэхъыфІу щытауэ сыт щыгъуи уегупсысыным Іущагъ щІыхэмылъыр сыт? БлэкІа Іуэхухэм дыхуэзэшу щІэддзэмэ, фІыращ дигу къэкІыжыр, Іейр щымыІэххауэ къытщохъу. Дигу къэдгъэкІыжынщ Мысырым къикІыжа иужь израил цІыхухэм къащыщІар. Абыхэм занщІэу ящыгъупщэжащ гугъу ехьу зэрыпсэуар икІи ящІэжыр зыт — абы щыгъуэ ерыскъы ІэфІ яІарат. Абыхэм жаІэт: «Дэ дощІэж Мысырым пщІэншэу щытшха бдзэжьейр, нащэхэр, хъарбызхэр, бжьын цІынэр, бжьыныр икІи бжьыныхур!» (Чис. 11:5). Ауэ а псор абыхэм «пщІэншэу» яшхырэт? ДауикІ, хьэуэ. Израил цІыхухэм абы уасэшхуэ щІатт — ахэр гъэру щытт икІи мысыр цІыхухэм егъэлеяуэ гугъу ирагъэхьт (Исх. 1:13, 14; 3:6—9). Дапхуэдэу щымытами, абыхэм гугъуехь яІахэр ящыгъупщэжри «а зэманыфІхэм» хуэзэшу щІадзат икІи Иеговэ къахуищІэ псом гу лъатэххэтэкъым. АбыкІэ абыхэм Алыхьыр къагъэгубжьащ (Чис. 11:10).
7. БлэкІа Іуэхухэм хуэмызэшыну ди зы шыпхъум сыт къыдэІэпыкъуар?
7 БлэкІа Іуэхухэм дызэрыхуэзэшым дызэщІимыубыдэну сыт къыдэІэпыкъунур? Ди зы шыпхъум и щапхъэ зэпкърытхынщ. Абы 1945-нэ гъэм Бру́клин щыІэ Вефилым щылэжьэн щІидзащ, илъэс зыбжанэ дэкІри Вефилым щылажьэ къуэшым ар дэкІуащ. Ахэр зэгъусэу Вефилым илъэс куэдкІэ щылэжьащ. Ауэ 1976-нэ гъэм ди шыпхъум и щхьэгъусэр сымаджэ хьэлъэ хъуат. Куэд мыщІэу зэрылІэнур къуэшым къыгурыІуэти, а гуауэм пэлъэщыну дэІэпыкъун щхьэкІэ ди шыпхъум чэнджэщ зыбжанэ къритащ. Абы жиІащ: «Дэ насыпыфІэу дызэдэпсэуащ, куэдым мыпхуэдэ зыхащІакъым». ИкІи щІигъуащ: «ГукъэкІыжыфІхэр уиІэнущ, ауэ блэкІа ІуэхухэмкІэ умыпсэу. Зэман дэкІмэ, уи гум илъ гуауэр нэхъ мащІэ хъунущ. Укъэмыгубжь икІи уи щхьэм мыгъуагъэ хуумыхьыж. Дызэгъусэу Иеговэ дыщыхуэлэжьа зэманыфІхэм щыгуфІыкІ. [...] ГукъэкІыжхэр — ар Алыхьым и тыгъэщ». ЧэнджэщыфІщ, пэжкъэ?
8. БлэкІа ІуэхухэмкІэ мыпсэуну ди шыпхъум кърата чэнджэщыр дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?
8 Ди шыпхъум и щхьэгъусэм кърита Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр къигъэсэбэпащ. Ар псэуху Иеговэ хуэлэжьащ икІи илъэс 92 хъууэ дунейм ехыжащ. Ар дунейм ехыжыну илъэс зыбжанэ иІэжу мыпхуэдэу жиІат: «Иеговэ полновременнэу сызэрыхуэлэжьа илъэс 63-р сигу къэзгъэкІыжмэ, гъащІэ насыпыфІэ зэресхьэкІар сэ схужыІэнущ». Абы и щхьэусыгъуэр абы къыдгурегъаІуэ: «Дэ нэгъэсауэ насыпыфІэу дыщытыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дуней псом тет къуэш, шыпхъухэм дащыщщ. ИкІи дэ гугъэ диІэщ дыкъэзыгъэщІа Алыхь закъуэ, Алыхь пэж Иеговэ игъащІэ псокІэ дыхуэлажьэу жэнэт хъужа щІылъэм къуэш, шыпхъухэм я гъусэу дыщыпсэуну»d. БлэкІа ІуэхухэмкІэ дымыпсэууэ ипэкІэ дыплъэну мыр щапхъэфІ тхуохъу.
ГУЖЬГЪЭЖЬ ЩІЫНЫР
9. Левит 19:18 зэритымкІэ, ди жагъуэ зэращІар дгъэгъуну дапщэщ щынэхъ гугъур?
9 Къеджэ Левит 19:18e. Ди жагъуэ къэзыщІар ди ныбжьэгъумэ, ди Іыхьлымэ е зэхуэсым щыщ гуэрмэ, абы къыхуэдгъэгъуну иныкъуэм деж нэхъ гугъущ. Ди зы шыпхъум къыщыщІам деплъынщ. Зэгуэр зэхуэсым щыщ ди зы шыпхъум ар игъэкъуэншат, ахъшэ къыфІидыгъуауэ жиІэри. ИужькІэ ар зэрыщыуар къыгурыІуэжри, къыхуигъэгъуну шыпхъум елъэІуащ. Ауэ пцІы зытралъхьа шыпхъум апхуэдизкІэ и жагъуэ хъуати, къэхъуар и щхьэм хуигъэкІтэкъым. Апхуэдэ гурыщІэхэр фэри фиІауэ пІэрэ? Апхуэдэ Іуэхугъуэ дыдэ зэи фимыхуами, зыгуэрым фи жагъуэ къыщищІа къэхъуауэ къыщІэкІынущ икІи фи жагъуэ къэзыщІам зэи хуэвмыгъэгъуфыну фегупсысагъэнкІэ хъунущ.
10. Ди жагъуэ къащІауэ гуныкъуэгъуэ диІэмэ, сыт къыддэІэпыкъунур?
10 Ди жагъуэ къащІауэ гуныкъуэгъуэ диІэмэ, сыт къыддэІэпыкъунур? Иеговэ псори зэрилъагъур зыщывмыгъэгъупщэ. Дэ къытщыщІу хъуар псори абы елъагъу икІи захуагъэ хэмылъу зыгуэр къызэрытхущытари ещІэ (Евр. 4:13). Дэ гукъеуэ дыщиІэм деж ди Адэм ар зыхещІэ (Ис. 63:9). Абы нэмыщІ дэ абы дыкъегъэгугъэ къэкІуэну зэманым захуагъэ хэмылъу зыгуэр къызэрытхущытам къытхуихьа гукъеуэр Іуихыжыну (Апок. 21:3, 4).
11. Ди жагъуэ къэзыщІам зэрыхуэдгъэгъум сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыр?
11 Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: ди жагъуэ къэзыщІам къыхуэдгъэгъумэ, абы ди сэбэпынагъ хэлъщ. Ахъшэ къидыгъуауэ пцІы зытралъхьа шыпхъуми ар къыгурыІуащ. Зэман дэкІа иужь и жагъуэ къэзыщІам хуигъэгъуфащ. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? Абы мыхьэнэшхуэ зиІэ зы гупсысэ къыгурыІуащ: дэ нэгъуэщІхэм къахуэдгъэгъумэ, Иеговэ дэри къытхуигъэгъунущ (Мт. 6:14). Абы пцІы къызэрытралъхьам зэран къыхуихьам апхуэдэуи мыхьэнэ имыІэу къилъытакъым икІи шыпхъум пцІы къызэрытрилъхьар игъэзэхуакъым, ауэ, абы емылъытауэ, хуигъэгъуащ. Абы къыхэкІкІэ шыпхъум нэхъ гуфІэгъуэ иІэ хъуащ икІи Алыхьым хуэлэжьэным и акъылыр триухуэфащ.
ЕГЪЭЛЕЯУЭ ЗЫГЪЭКЪУЭНШЭЖЫНЫР
12. 1 Иуан 3:19, 20 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
12 Къеджэ 1 Иуан 3:19, 20. Дэ псоми зыгуэр щхьэкІэ зыщыдгъэкъуэншэж къохъу. Псалъэм папщІэ, языныкъуэхэм загъэкъуэншэж Алыхьым теухуа пэжыр къащІэн ипэ ящІа щыуагъэхэм щхьэкІэ. Языныкъуэхэми псым зыщІагъэуа иужь ящІа щыуагъэхэм щхьэкІэ загъэкъуэншэж (Рим 3:23). ДауикІ, дэ щыуагъэ тщІэну дыхуейкъым. Ауэ «дэ псоми Іуэхугъуэ куэдкІэ гуэныхь дощІэ» (Екъуб 3:2; Рим 7:21—23). Зыщыдгъэкъуэншэжым деж абы гурыщІэ къыдитхэр дигу ирихькъым, ауэ абы ди сэбэпынагъ хэлъщ. Зытхъуэжыну икІи апхуэдэ щыуагъэ зэи дымыщІэну зызэрыдгъэкъуэншэжым дыхуигъэушыфынущ (Евр. 12:12, 13).
13. Егъэлеяуэ зыдгъэкъуэншэжын щІыхуэмейр сыт?
13 Ауэ дэ егъэлеяуэ зыдгъэкъуэншэжынкІэ хъунущ: апхуэдэм деж дэ дыщІегъуэжами, Иеговэ къытхуигъэгъуами итІанэми зыдгъэкъуэншэжынкІэ хъунущ. Ар зэран къытхуэхъуфынущ (Пс. 31:10; 38:3, 4). Сыт щхьэкІэ? Ди зы шыпхъум и щапхъэ зэпкърытхынщ. Абы япэм ищІа щыуагъэхэм щхьэкІэ зигъэкъуэншэжт. Ар къыддогуашэ: «Сэ Иеговэ и лэжьыгъэм къару есхьэлІэным мыхьэнэ имыІэу сегупсыст, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ къысхуимыгъэгъуну къысщыхъут». Апхуэдэ гурыщІэхэр куэдым яІауэ къыщІэкІынущ. Ауэ дэ егъэлеяуэ зыдгъэкъуэншэж хъунукъым. Иеговэ къытхуигъэгъуауэ фІыуэ дыкъилъагъуми, абы дыхуэлэжьэну тхуэмыфащэу дегупсысмэ, ШейтІаныр абыкІэ дгъэгуфІэнуращ! (Евгъапщэ 2 Коринф 2:5—7, 11.)
14. Иеговэ къызэрытхуигъэгъуар къыдгурыІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?
14 ИтІанэми мыпхуэдэ упщІэ диІэнкІэ хъунущ: «Иеговэ къысхуигъэгъуарэ къысхуимыгъэгъуарэ зэхэзгъэкІыну сыт къыздэІэпыкъунур?» Мыпхуэдэ упщІэ зэттыжамэ, абы и жэуапыр тщІэуэ жыпІэ хъунущ. Илъэс тІощІ нэхърэ нэхъыбэкІэ узэІэбэкІыжмэ, «ХъумакІуэ чэщанэм» мыпхуэдэу итащ: «Дэ мызэ-мытІэу а зы щыуагъэр тщІэнкІэ хъунущ икІи Алыхьым и лэжьакІуэ дыхъун ипэ хьэл-щэн Іей диІахэр тхузэхэмынауэ щытынкІэ хъунущ... Фи Іэр евмыхьэх. Иеговэ зэи къыфхуимыгъэгъун гуэныхь фщІауэ фемыгупсыс. Апхуэдэ гупсысэкІэ фиІэ хъумэ, ШейтІаныр зыхуей дыдэр фщІэуэ аращ. Фэ ар фи гум къызэреуэр икІи фи гур иудауэ зэрыщытым къегъэлъагъуэ цІыху Іейуэ фызэрыщымытыр икІи Иеговэ къыфхуигъэгъуну зэрыхьэзырыр. Іэдэбагъ фхэлъу икІи фи гум къыбгъэдэкІыу Алыхьым зыхуэвгъэзэн щывмыгъэт, абы къыфхуигъэгъуну, фигъэкъэбзэжыну, къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Сабийм зыгуэр къыщыщІа иужь и адэм деж зэрыкІуэм хуэдэу, Алыхьым и деж фыкІуэ, зы щыуагъэм щхьэкІэ мызэ-мытІэу абы зыхуэвгъэзэн хуей хъуми. ИкІи Иеговэ и лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ ифІэфІу къывдэІэпыкъунущ»f.
15, 16. Языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм сыт зыхащІар Иеговэ и щІыбыр абыхэм зэрыхуимыгъэзар къащыгурыІуам щыгъуэ?
15 Алыхьым и лэжьакІуэ куэдым гупсэхугъуэ зыхащІащ Иеговэ и щІыбыр абыхэм зэрыхуимыгъэзар къащыгурыІуам щыгъуэ. Псалъэм папщІэ, илъэс зыбжанэкІэ узэІэбэкІыжмэ, ди зы къуэшым «Библия меняет жизнь» жыхуиІэ рубрикэм ит статьяр и гум нэсащ. А статьям ди зы шыпхъум щыжиІэжащ и гъащІэр гугъуу зэрыщытам къыхэкІкІэ Иеговэ фІыуэ къызэрилъагъур и фІэщ хъуну къегугъуэкІыу зэрыщытар. Абы псым зыщІигъэуа иужьи а гурыщІэхэм илъэс бжыгъэкІэ ебэнащ. Ауэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм куууэ зэрегупсысыр шыпхъум къыдэІэпыкъуащ Иеговэ фІыуэ къызэрилъагъур и фІэщ хъунуg.
16 Ди шыпхъум жиІэжар къуэшым дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар. Абы итхащ: «СыщыныбжьыщІэм порнографие еплъыным сыдихьэхати, а хьэл мыхъумыщІэм себэнт. Ауэ зэман гуэр ипэ сэ аргуэру порнографие сеплъащ. Сэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэзгъэзащ ахэр къыздэІэпыкъун щхьэкІэ икІи а гугъуехьым ехъулІэныгъэ сиІэу собэн. Алыхьым фІыуэ сыкъызэрилъагъур икІи гущІэгъу къызэрысхуищІыр къызгурыІуэну зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыздэІэпыкъуащ. ИтІанэми иныкъуэхэм деж сэ зыри сыримыщІысу зыкъысщохъуж икІи Иеговэ фІыуэ слъагъуну схуэмыфащэу къысщохъу. Сэ хуабжьу къыздэІэпыкъуащ... [шыпхъум теухуауэ] сызэджар. Сэ иджыпсту къызгуроІуэ: Иеговэ къысхуимыгъэгъуфыну сегупсысмэ, абы и Къуэм ита щхьэщэхуж къурмэныпхъэм сэ си гуэныхьхэр къызэрищэхужыфынум шэч къытесхьэу аращ. А статьяр сэ къыхэзгъэжащ зыри сыримыщІысу сигу къыщыкІым деж абы седжэжурэ сегупсысын щхьэкІэ».
17. Апостол Паул егъэлеяуэ зимыгъэкъуэншэжыну сыт къыдэІэпыкъуар?
17 Апостол Паул Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ гуэныхьышхуэ куэд ищІат. Абы япэм ищІа щыуагъэхэр щыгъупщэжатэкъым, ауэ абыхэм егупсысурэ а щыуагъэхэр зэран зыхуигъэхъутэкъым (1 Тим. 1:12—15). Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэр Алыхьым езым кърита тыгъэу Паул къилъытэт (Гал. 2:20). Абы къыхэкІкІэ Паул егъэлеяуэ зигъэкъуэншэжтэкъым икІи абы и акъылыр триухуат хузэфІэкІыр Иеговэ хуищІэну.
ИПЭКІЭ ФЫПЛЪЭ!
ИпэкІэ дыплъэнщ! (18, 19-нэ абзацхэм феплъ.)i
18. Мы статьям дэ сытым дыхуигъэса?
18 Мы статьям дэ сытым дыхуигъэса? 1) ГукъэкІыжыфІхэр — ар Иеговэ и тыгъэщ, ауэ блэкІа зэманым дапхуэдэу фІыуэ дымыпсэуами, дунеищІэм щыІэну гъащІэр куэдкІэ нэхъыфІщ. 2) НэгъуэщІхэм ди жагъуэ къащІыфынущ, ауэ дэ абыхэм гужьгъэжь яхуэтщІ хъунукъым — абы щыгъуэ къарууэ диІэр етхьэлІэу Иеговэ дыхуэлэжьэфынущ. 3) Егъэлеяуэ зыдгъэкъуэншэжмэ, Иеговэ дызэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ хэдмыхыжу дыхъуфынущ. Абы къыхэкІкІэ Паул хуэдэу Иеговэ ди щыуагъэхэр къызэрытхуигъэгъуар ди фІэщ хъун хуейщ.
19. ДунеищІэм дигу хэзыгъэщІ гукъэкІыжхэр дызэримыІэнум сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр?
19 Иеговэ дыкъегъэгугъэ гъащІэ мыухыж диІэу дунеищІэм дыщыпсэуну. Абы щыгъуэ гукъэкІыж Іейхэм ди гур хагъэщІынукъым. Библием абы теухуауэ щыжыІащ: «БлэкІа Іуэхухэр афІэкІа ягу къэкІыжынукъым» (Ис. 65:17). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт: Иеговэ игъащІэ псокІэ хуэлэжьа зи ныбжь хэкІуэта къуэш, шыпхъухэр щІалэ хъужынущ (Иов 33:25). Абы къыхэкІкІэ блэкІа ІуэхухэмкІэ дывмыгъэпсэу. Аращи, къэкІуэну зэман дахэм дыпэплъэнщ икІи дунеищІэм дыщыпсэун щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІэнщ!
142-НЭ УЭРЭДЫР Ди гугъапІэм быдэу дэ дытетщ
a Иныкъуэхэм деж блэкІа Іуэхухэм уегупсысыным сэбэпынагъ пылъщ. Ауэ дэ дыхуейкъым блэкІа Іуэхухэм дызэрегупсысыр иджырей зэманми къэкІуэну зэманми дегупсысыну зэран къытхуэхъуну. БлэкІа ІуэхухэмкІэ дыщІэпсэункІэ хъуным и щхьэусыгъуищ мы статьям щызэпкърытхынущ. Дэ иджыри дытепсэлъыхьынущ Библием ит принципхэмрэ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэхэмрэ ипэкІэ дыплъэну дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Мы статьям зи гугъу ищІ «блэкІа ІуэхухэмкІэ псэуным» къикІыр блэкІа Іуэхухэм сыт щыгъуи егупсысыныращ: сыт щыгъуи абы тепсэлъыхьын, уи гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэр къытебгъэзэжурэ уи гум къэбгъэкІыжын е иджыпсту нэхърэ япэм гъащІэр нэхъыфІу щытауэ егупсысын.
c Экклезиаст 7:10: «ЖумыІэ: „БлэкІа зэманхэр иджырей зэманхэм нэхърэ щхьэ нэхъыфІ?“ — сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ущІэупщІэным Іущагъ хэлъкъым».
e Левит 19:18: «Зыгуэрым бзаджагъэ къыуищІэмэ, бзаджагъэ йомыщІэж икІи уи лъэпкъым и къуэхэм гужьгъэжь хуумыщІ. Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу. Сэ сы-Иеговэщ».
h СУРЭТЫР. БлэкІа Іуэхухэм хуэзэшыныр, гужьгъэжь щІыныр, егъэлеяуэ зыгъэкъуэншэжыныр гъащІэм дыхуэзышэ гъуэгум дытетыну зэран къытхуэхъуу здэтлъэф хьэлъэ гуэрым хуэдэщ.
i СУРЭТЫР. ГурыщІэ хьэлъэхэр къэдгъанэмэ, гупсэхугъуэ дгъуэтыжынурэ, нэхъ насыпыфІи дыхъунущ къаруи зэдгъэгъуэтыжынущ. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ ипэкІэ дыплъэфынущ.