ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Апрель н. 8—13
  • ХъыбарыфІыр зыжефІэ цІыхухэм дапхуэдэу фазэрыхущытыр?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ХъыбарыфІыр зыжефІэ цІыхухэм дапхуэдэу фазэрыхущытыр?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АБЫХЭМ Я ФІЭЩ ХЪУР
  • АБЫХЭМ ЯФІЭГЪЭЩІЭГЪУЭНЫР
  • ДЫЗЭПСАЛЪЭХЭМ АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭ ХЪУФЫНУ ЦІЫХУУ ДЕПЛЪЫН ХУЕЙЩ
  • «Бог сделал это, чтобы люди настойчиво искали его и нашли»
    Проповедуйте Царство Бога!
  • ПщІэ хэлъу псалъэ
    ЦІыхухэр фІыуэ флъагъу — Хьисэ и лъэужь иувэну фадэІэпыкъу
  • Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырын лэжьыгъэм фыхэтыфыну?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Павел «рассуждал с людьми с помощью Писания»
    Проповедуйте Царство Бога!
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Апрель н. 8—13

15 СТАТЬЯР

ХъыбарыфІыр зыжефІэ цІыхухэм дапхуэдэу фазэрыхущытыр?

«Фи напІэр къэфІэти, губгъуэхэм фиплъэ! Гъавэр гъуэжьыбзэ хъури, я Іухыжыгъуэр къэсащ» (ИН. 4:35).

64-НЭ УЭРЭДЫР ДыгуфІэу гъавэр Іудохыж

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Иуан 4:35, 36 ит псалъэхэр щыжиІам Хьисэ сыт зи гугъу ищІар?

ХЬИСЭ губгъуэ удзыфэм и бгъум Іуту кІуэт, абы щыгъуэ гъавэхэм къэкІыу щІадза къудейуэ арат (Ин. 4:3—6). Гъавэ Іухыжыгъуэр къэсыным иджыри мазиплІ хуэдиз иІэт. Абы къыхэкІкІэ Хьисэ и псалъэхэр абы и лъэужь ирикІуэхэм хуабжьу ягъэщІэгъуащ. Хьисэ жиІат: «Фи напІэр къэфІэти, губгъуэхэм фиплъэ! Гъавэр гъуэжьыбзэ хъури, я Іухыжыгъуэр къэсащ». (Къеджэ Иуан 4:35, 36.) Сытыт абы зи гугъу ищІар?

2 Хьисэ гъавэ Іухыжыгъуэм щытепсэлъыхьам зи гугъу ищІар пэжыр зи фІэщ хъууэ цІыху къекІуалІэхэращ. Абы ипэ къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Хьисэ Самарие щыщ цІыхубзым хъыбарыфІымкІэ дэгуэшащ (иудейхэр самарие цІыхухэм зэремыпсалъэм емылъытауэ), икІи а цІыхубзым зэхиха хъыбарыр и фІэщ хъуащ. Хьисэ гъавэ Іухыжыгъуэр къэсащ щыжиІам щыгъуэ езым теухуауэ зэхэзыха самарие цІыхухэр абы и деж пІащІэу къакІуэт нэхъыбэ къащІэн щхьэкІэ. Абыхэм Хьисэ теухуауэ жезыІар Самарие щыщ цІыхубзырат (Ин. 4:9, 39—42). Библиер зыдж щІэныгъэлІ гуэрым абы щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэм мыпхуэдэу топсэлъыхьыж: «Гушхуэныгъэ яІэу пэжыр къызэращтам... къигъэлъагъуэт ахэр Іухыжыгъуэм нэса гъавэм хуэдэу зэрыщытыр».

Иисус разговаривает со своими учениками у ячменного поля.

Сыт дэ тщІэнур гъавэ Іухыжыгъуэр къызэрысар къыдгурыІуэу щытмэ? (3-нэ абзацым феплъ.)

3. Хьисэ хуэдэу цІыхухэм фахущытмэ, хъыбарыфІыр зэрывгъэІум дапхуэдэу зэрызихъуэжынур?

3 ХъыбарыфІыр зыхуэфІуатэ цІыхухэм фэ дапхуэдэу фазэрыхущытыр? Іухыжыгъуэм нэса гъавэу ахэр къэфлъытэрэ? Къэфлъытэу щытмэ, хъыбарыфІыр щывгъэІукІэ къыкІэлъыкІуэ Іуэхугъуищыр фщІэнущ. Япэрауэ, хъыбарыфІ гъэІуным нэхъ жыджэру фыхэтынущ. Гъавэ Іухыжыгъуэ зэманыр кІэщІщи, зэман дгъэкІуэд хъунукъым! ЕтІуанэрауэ, гъавэр щыІуфхыжкІэ гуфІэгъуэшхуэ фиІэу абы фыхэтынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библием щыжыІащ цІыхухэр «гъавэ щыІуахыжым деж» зэрыгуфІэр (Ис. 9:3). Ещанэрауэ, фэ цІыху фызэпсалъэхэр псори фи къуэш, фи шыпхъу зэрыхъуфынур фи фІэщ хъууэ щытынущ, абы къыхэкІкІэ дэтхэнэ зыми бгъэдыхьэкІэ къыхуэвгъуэтынущ.

4. Апостол Паул и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфыну?

4 Хьисэ и лъэужь ирикІуэ языныкъуэхэм ябжу къыщІэкІынт самарие цІыхухэр зэи абы и лъэужь имыувэну. Ауэ Хьисэ апхуэдэ еплъыкІэ иІэтэкъым. Ар самарие цІыхухэм и лъэужь иувэфын цІыхухэм хуэдэу еплът. Дэри дызыхуэзэхэм Алыхьым и лэжьакІуэ хъуфыну цІыхуу деплъын хуейщ. АбыкІэ апостол Паул щапхъэфІ дыдэ къытхуигъэнащ. Абы и щапхъэм сытым дыхуигъэсэфыну? Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Паул: 1) цІыхухэм я фІэщ хъум тегъэщІауэ зэрепсалъэу щытар, 2) абыхэм яфІэгъэщІэгъуэныр къызэрищІэу щытар икІи 3) зэпсалъэхэм Хьисэ и лъэужь иувэфын цІыхуу зэрыхущытар.

АБЫХЭМ Я ФІЭЩ ХЪУР

5. Паул иудейхэм къагурыІуэн псалъэхэр сытыт тыншу къыщІыхуэгъуэтыр?

5 Паул щІэх-щІэхыурэ иудейхэм я синэгуэгум хъыбарыфІыр щигъэІут. Псалъэм папщІэ, Фессалоникэ дэт синэгуэгум «Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэурэ, щэбэт махуищкІэ» иудейхэм ар щепсэлъащ (Апост. 17:1, 2). Паул тегушхуэныгъэ иІэу синэгуэгум щыпсалъэу къыщІэкІынт. Ар езыр иудейт (Апост. 26:4, 5). Паул ищІэт иудейхэр дапхуэдэу гупсысэми, абы къыхэкІкІэ абыхэм къагурыІуэн псалъэхэр тыншу къигъуэтт (Флп. 3:4, 5).

6. Паул синэгуэгум зэпсэлъа цІыхухэмрэ Афинэ бэзэрым зыхуэза цІыхухэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэт?

6 Пэжым пэщІэувэхэм щхьэкІэ Паул Фессалоникэ къалэми, абы иужь Верие къалэми къыдэкІын хуей хъуати, Афинэ кІуащ. Аргуэру «Паул журтхэмрэ Тхьэр зыгъэлъапІэхэмрэ синэгуэгум щепсалъэрт» (Апост. 17:17). Ауэ Паул бэзэрым хъыбарыфІыр щигъэІум щыгъуэ абы къедаІуэхэр нэгъуэщІ цІыхут. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр философт. Абыхэм я дежкІи журт лъэпкъым щымыщ нэгъуэщІ цІыхухэм я дежкІи Паул и псалъэхэр «ІуэхущІэ» гуэрт. Абыхэм Паул къыжраІэт: «Псалъэ гъэщІэгъуэнхэр къыджыбоІэ» (Апост. 17:18—20).

7. Апостолхэм 17:22, 23 зэритымкІэ, Паул дапхуэдэу Афинэ къалэм дэсхэм хъыбарыфІыр зэражриІар?

7 Къеджэ Апостолхэм 17:22, 23. Паул Афинэ къалэм щыщыІэм нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм зэрепсалъэр къыщхьэщыкІт синэгуэгум щыІэ иудейхэм зэрепсалъэм. Афинэ къалэм дэсхэм я фІэщ хъум егупсысауэ къыщІэкІынщ ар. Паул зиплъыхьащ икІи диным пыщІа сыт хуэдэ хабзэхэм тетми къищІэн щхьэкІэ цІыхухэм кІэлъыплъащ. Абы иужь абыхэм я фІэщ хъумрэ Тхыгъэм итымрэ зэрызэпыпщІэ хъун гуэр къызэригъуэтыным иужь итащ. Библиер зыдж щІэныгъэлІ гуэрым абы теухуауэ мыпхуэдэу жеІэ: «Паул журт лъэпкъым къыхэкІа Хьисэ и лъэужь ирикІуэу щытти, къыгурыІуэт иудейхэм икІи Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я Алыхь „пэжыр“ тхьэ куэд зыгъэлъапІэ алыджхэм зэрамыгъэлъапІэр. Ауэ абы емылъытауэ Паул абыхэм къагуригъэІуэну хуейт ар зытепсэлъыхь Алыхьыр Афинэ къалэм дэсхэм апхуэдэуи ямыцІыхуу зэрыщымытыр». Абы къыхэкІкІэ Паул хьэзырт абыхэм нэгъуэщІ бгъэдыхьэкІэ къахуигъуэтыну. Абы Афинэ дэсхэм яжриІащ игъэІу хъыбарыр «ДымыщІэ Тхьэм щхьэкІэ» жаІэу зыхуэлажьэ Алыхьым къыбгъэдэкІыу. НэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщ цІыхухэм Тхыгъэ ЛъапІэм итыр ямыщІэми, Паул а цІыхухэм пэжыр я фІэщ мыхъуну къилъытакъым. АтІэ, абы илъагъут ахэр Іухыжыгъуэм нэса гъавэм хуэдэу зэрыщытыр. Паул и бгъэдыхьэкІэр ихъуэжри, абыхэм къагурыІуэ псалъэхэмкІэ хъыбарыфІыр яхуиІуатэу щІидзащ.

Муж с женой проявляют наблюдательность в служении. 1. Они стоят у аккуратного дома, украшенного цветами. 2. В окно видно, как отец играет со своей дочерью. У крыльца стоит детский велосипед. 3. Неухоженный дом. В окне видны сломанные жалюзи. Мусорные баки переполнены, на земле лежит мусор. 4. На входной двери висит крест, а рядом стоит статуя Девы Марии. 5. По тротуару идет женщина с собакой.

Паул хуэдэу набдзэгубдзаплъэу фыщыт, цІыхухэм фепсэлъэн щхьэкІэ хуэкІуэ темэ къыхэфх икІи цІыху псоми Алыхьым и лэжьакІуэ хъуфыну цІыхуу феплъ. (8, 12, 18-нэ абзацхэм феплъ.)c

8. 1) ХъыбарыфІыр щывгъэІу щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм сыт я фІэщ хъуми дауэ къызэрыфщІэнур? 2) ЦІыхум дин гуэр иІыгъыу жиІэмэ, сыт жепІэ хъунур?

8 Паул хуэдэу, набдзэгубдзаплъэу фыщыт. ХъыбарыфІыр щывгъэІу щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм сыт я фІэщ хъуми къызэрыфщІэным иужь фит. Псалъэм папщІэ, гу лъыптэ хъунущ цІыхум и унэм и теплъэм е и машинэм фІищІахэм. ЦІыхум и цІэм, и щыгъыным, и щхьэцыр зэрыщІам е псалъэ жиІэхэм сыт къыдгурагъаІуэр? А нэщэнэхэмкІэ къыпхуэщІэну пІэрэ цІыхум сыт хуэдэ дин иІыгъми? Ауэ цІыхум дин иІыгъыр езым жиІэмэ-щэ? Апхуэдэм деж специальнэ пионеру лажьэ ди зы шыпхъум мыпхуэдэу жеІэ: «Сэ сыкъыщІэкІуар си диныр къывэзгъэщтэну аракъым. Сэ сынывэпсэлъэну сыхуейуэ арат мыбы теухуауэ...»

9. Дин гуэр зыІыгъ цІыхум сыт хуэдэ темэхэм ухутепсэлъыхь хъуну?

9 Дин гуэр зыІыгъ цІыхум сыт хуэдэ темэхэм ухутепсэлъыхь хъуну? ТІури арэзы фызытехъуэн гупсысэ къэгъуэт. Абы и фІэщ хъууэ къыщІэкІынщ Алыхьыр закъуэу зэрыщытыр, Хьисэ зэрыбегъымбарыр е Іейм куэд дэмыкІыу кІэ къызэрыхуэкІуэнур. ТІури арэзы фызытехъуэ гупсысэ къэбгъуэта иужь, Библием ит хъыбарымкІэ цІыхум дэгуашэ. Апхуэдэу пщІэмэ, жыпІэр фІэгъэщІэгъуэну ар къодэІуэну къыщІэкІынщ.

10. ЦІыху дызэпсалъэм теухуауэ сыт къэтщІэну дызыхущІэкъун хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

10 ЦІыхум дин иІыгъым зыхуригъаджэу хъуар псори и фІэщ мыхъункІэ хъунущ. Аращи, цІыхум сыт хуэдэ дин иІыгъми къывгурыІуа иужь, абы езым сыт и фІэщ хъуми къафщІэ. Австралием щыпсэу специальнэ пионеру лажьэ ди къуэш Дэвид жеІэ: «Нобэ куэдым философиемрэ динымрэ зэхапщэ». Албанием щыпсэу Дона́льтэ къыддогуашэ: «Дэ щІэх-щІэхыурэ дин зыІыгъыу жызыІэ цІыхухэм дахуозэ, ауэ иужькІэ къызэрыщІэкІымкІэ абыхэм Алыхьыр я фІэщ хъуххэкъым». Аргентинэм щыщ ди зы къуэш миссионерым гу зэрылъитамкІэ языныкъуэхэм Тхьэнапищыр я фІэщ хъууэ жаІэ, ауэ Адэр, Къуэр икІи Алыхьым и къару лъапІэр зы Алыхьу щыту абыхэм я фІэщ хъукъым. «Ар щыпщІэм деж узэпсалъэмрэ уэрэ тІури арэзы фызытехъуэ гупсысэ къэбгъуэтыну куэдкІэ нэхъ тыншщ»,— жеІэ а къуэшым. Абы къыхэкІкІэ фызэпсалъэ цІыхум и фІэщ хъур, езым и еплъыкІэр къызэрыфщІэнум иужь фит. Апхуэдэу фщІэмэ, апостол Паул хуэдэу фэри «лъэныкъуэ псомкІи цІыху псоми хуэдэу» фыхъуфынущ (1 Кор. 9:19—23).

АБЫХЭМ ЯФІЭГЪЭЩІЭГЪУЭНЫР

11. Апостолхэм 14:14—17 зэритымкІэ, Листрэ къалэм дэс цІыхухэм хъыбарыфІыр яфІэгъэщІэгъуэн хъун щхьэкІэ сыт Паул ищІар?

11 Къеджэ Апостолхэм 14:14—17. Паул зэпсалъэхэм яфІэгъэщІэгъуэныр къищІэт икІи къищІам елъытат жиІэ псалъэхэр. Псалъэм папщІэ, Листрэ къалэм дэсхэм Тхыгъэ ЛъапІэм теухуауэ зыри ящІэтэкъым. Абы къыхэкІкІэ абыхэм къагурыІуэным тепсэлъыхьт: гъавэ бэвым икІи гуфІэгъуэ къыпхуэзыхь Іуэхухэм. Абы и псалъэхэмрэ щапхъэ къихьхэмрэ Листрэ къалэм дэсхэм къагурыІуэну тыншт.

12. ЦІыхум фІэгъэщІэгъуэн хъунур дапхуэдэу къызэрыпщІэнур икІи абы хуэкІуэ темэ къыхэпхыу дапхуэдэу узэрепсэлъэнур?

12 ХъыбарыфІыр щывгъэІу щІыпІэм цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэныр къафщІэ икІи абы хуэкІуэ темэ къыхэфх цІыхухэм фепсэлъэн щхьэкІэ. Ауэ цІыхум фІэгъэщІэгъуэныр дауэ къызэрыпщІэнур? Абы и Іэмалыр ар дыдэращ: набдзэгубдзаплъэу ущытын хуейщ. Псалъэм папщІэ, цІыхур хадэм щолажьэ, тхылъ йоджэ, машинэ ещІыж е нэгъуэщІ зы Іуэху гуэр ещІэ. Къезэгъыу щытмэ, абы ищІэ Іуэхум теухуауэ уепсалъэ хъунущ (Ин. 4:7). ЦІыхум и щыгъынми куэд къыдгуригъэІуэнкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ къызыхэкІа лъэпкъыр, и лэжьыгъэр е нэхъ игу ирихь спортивнэ командэр. Густа́во зи цІэ ди къуэшым жеІэж: «Сэ илъэс 19 хъу щІалэ гуэрым епсэлъэн щІэздзат, абы и щыгъыным уэрэд жыІакІуэ цІэрыІуэм и сурэтыр тетт. Абы теухуауэ сыщеупщІам, ар къыздэгуэшащ а уэрэд жыІакІуэр игу щІрихьымкІэ. Дызэпсэлъа иужь а щІалэм Библиер джын щІидзащ, иджы ар ди къуэшщ».

13. Библие джыныр цІыхум фІэгъэщІэгъуэн хъун щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?

13 ЦІыхур Библие евгъэджэну фызэрыхуейр щыжефІэм деж, абы фІэгъэщІэгъуэным фегупсыс икІи еджэн щІидзэу щытмэ, ар дапхуэдэу сэбэп къыхуэхъунуми евгъэлъагъу (Ин. 4:13—15). Зэгуэр ди зы шыпхъур цІыхубз гуэрым хъыбарыфІымкІэ дэгуэшащ икІи а цІыхубзым ар фІэгъэщІэгъуэн хъуати, и деж щІыхьэну ди шыпхъур къригъэблэгъащ. Унэм щІыхьа иужь ди шыпхъум къилъэгъуащ цІыхубзыр университетым и профессору зэрыщытыр къэзыгъэлъагъуэ аттестат блыным фІэлъу. Ар щилъэгъуам цІыхубзым гу лъригъэтащ дэри цІыхухэр зэредгъаджэм, псалъэм папщІэ я гъусэу Библиер щыдджым деж икІи ди зэІущІэхэм къыщыкІуэм деж. ЦІыхубзым абдежым Библиер джын щІидзащ, етІуанэ махуэм зэІущІэм къэкІуащ икІи куэд дэмыкІыу районнэ конгрессым кІуащ. Илъэс дэкІри абы псым зыщІигъэуащ. Аращи, фызэупщІыж: «ЕтІуанэу зытезгъэзэж цІыхухэм сыт яфІэгъэщІэгъуэныр? Абыхэм яфІэгъэщІэгъуэныр дапхуэдэу къызэрызгъэсэбэпынур Библием езгъэджэну сызэрыхуейр щажесІэм деж?»

14. ЦІыхухэр Библием щедгъаджэм деж дэтхэнэ зыри зыхуэныкъуэм дауэ дызэрегупсысыфынур?

14 Зыгуэр Библием евгъаджэу щІэвдзауэ щытмэ, еджэгъуэ къэс зывгъэхьэзыр. ЗыщывгъэхьэзыркІэ фегупсыс цІыхур зэрагъэсам, щІэныгъэ иІэм, и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм икІи фІэгъэщІэгъуэным. Абы нэмыщІ фегупсыс фыкъызэджэну едзыгъуэхэм, видеоролик евгъэлъэгъунухэм икІи Библием ит пэжыр къыгурыІуэн щхьэкІэ щапхъэ къэфхьынухэм. ФызэупщІыж: «Езгъаджэм и гум псом хуэмыдэу сыт нэсынкІэ хъунур?» (Прит. 16:23, Гъэсэпэтхыдэхэр). Пионеру лажьэ ди шыпхъу Фло́рэ Албанием щыщ зы цІыхубз иригъаджэт. Абы лІахэр къызэрытэджыжынур и фІэщ хуэщІтэкъым. Ауэ Флорэ абы трикъузакъым. Абы игу къегъэкІыж: «Сэ къызгурыІуащ лІахэр къигъэтэджыжыну дыкъэзыгъэгугъэ Алыхьыр а цІыхубзым япэщІыкІэ фІыуэ къицІыхун зэрыхуейр». Абы лъандэрэ Флорэ еджэгъуэ къэс а цІыхубзым Иеговэ и лъагъуныгъэм, и Іущагъым икІи и къарум гу лъригъатэт. Зэман гуэр дэкІа иужь а цІыхубзым шэч къытрихьэжтэкъым Алыхьым лІахэр къызэригъэтэджыжынум. Иджыпсту ар гурэ псэкІэ Иеговэ хуолажьэ.

ДЫЗЭПСАЛЪЭХЭМ АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭ ХЪУФЫНУ ЦІЫХУУ ДЕПЛЪЫН ХУЕЙЩ

15. Апостолхэм 17:16—18 зэритымкІэ, Паул Афинэ къалэм щыщыІэм сытым пэщІэхуа икІи а къалэм дэсхэм хъыбарыфІыр яжриІэну мыхьэнэ имыІэу сыт абы щІимылъытар?

15 Къеджэ Апостолхэм 17:16—18. Паул Афинэ къалэм дэс цІыхухэм хъыбарыфІыр яжриІэну мыхьэнэ имыІэу илъытакъым, ахэр тхьэ нэпцІхэм хуэлажьэу, зинэ ящІэу икІи тхьэ нэпцІхэм пыщІа философиер я фІэщ хъууэ щытми. Абыхэм псалъэ Іейхэр къыжраІэу щытми, абы Паул къигъэувыІакъым. Езы Паули Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ мыхъумыщІагъэ куэд ищІэу щытат. Абы езым итхыжащ: «Сэ ар [Алыхьыр] згъэпцІу, абы и цІыхухэм гугъуехь езгъэшэчу икІи абы сыхущІэджэу щытащ» (1 Тим. 1:13). Хьисэ илъагъут Паул абы и лъэужь зэриувэфынур. Абы хуэдэу Паули Афинэ къалэм дэсхэр и къуэш, и шыпхъу зэрыхъуфынур илъэгъуащ. ИкІи ар щыуакъым (Апост. 9:13—15; 17:34).

16, 17. Дэтхэнэ зы цІыхури Хьисэ и лъэужь иувэфыну сыт жыпІэ щІэхъунур? Щапхъэ къэфхь.

16 Япэ лІэщІыгъуэм цІыху зэмылІэужьыгъуэ куэд Хьисэ и лъэужь иувэт. Алыдж къалэ Коринфым дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Паул письмо щахуитхам щыгъуэ, къыхигъэщащ абыхэм щыщ языныкъуэхэр япэм щІэпхъаджащІэу икІи зинэ щІэным пыщІа Іуэху фІейхэр ящІэу щытауэ. Ауэ Паул пищащ: «Тхьэм фи гуэныхьхэр фи гум иригъэкъэбзыкІыжащ» (1 Кор. 6:9—11). Фэ фи фІэщ хъуну пІэрэт апхуэдэ цІыхухэм захъуэжу, Хьисэ и лъэужь иувэну?

17 Нобэ цІыху куэдым захъуэжыну хуейщ Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ. Австралием специальнэ пионеру щылажьэ ди шыпхъу Ю́кинэ ІупщІу къыгурыІуащ Библием ит пэжыр дэтхэнэ зы цІыхуми къызэрищтэфынур. Зэгуэрым ар «агентсво недвижимости» жыхуиІэм щыІэу хъыджэбз гуэр илъэгъуащ. А хъыджэбзым хуэбыхъуу, къыщылэлу щыгъын щыгът икІи татуировкэ зыбжанэ и щІыфэм тетт. «Сэ а хъыджэбзым сыбгъэдыхьэн сытемыгушхуэу секунд зыбжанэкІэ сыщытащ,— жеІэж Юкинэ,— ауэ сытегушхуэри епсэлъэн щІэздзащ. Абы Библиер фІэгъэщІэгъуэну къыщІэкІащ, уеблэмэ, Псаломым ит псалъэхэр татуировкэ ищІауэ и щІыфэм тетт!» Хъыджэбзым Библиер джын щІидзащ икІи зэІущІэхэм кІуэуэ хъуащb.

18. ЦІыхум пэжыр къимыщтэну сыт дегупсысын щІыхуэмейр?

18 Гъавэ Іухыжыгъуэр къэсауэ Хьисэ щыжиІам щыгъуэ, ар щыгугъыу пІэрэт и нэхъыбэ цІыхухэм пэжыр къащтэну? Хьэуэ. Тхыгъэм щыжыІат абы жиІэр зи фІэщ хъунур цІыху куэду зэрыщымытынур (Ин. 12:37, 38). Абы нэмыщІ Хьисэ цІыхум и гум илъыр илъагъут, абы къыхэкІкІэ абы ищІэт абы жиІэр куэдым я фІэщ зэрымыхъунур (Мт. 9:4). Хьисэ жиІэр зи фІэщ хъунухэм, дауикІ, гулъытэ нэхъыбэ яхуищІу щытащ, ауэ абы емылъытауэ ар и къарум щымысхьу цІыху псоми хъыбарыфІыр яхуиІуатэт. Дэ Хьисэ хуэдэу цІыхум и гум илъыр тлъагъукъым. Абы къыхэкІкІэ хъыбарыфІыр щыдгъэІу щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр къыдэмыдэІуэну е зы цІыху гуэрым пэжыр къимыщтэну демыгупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ! ЦІыху псоми Алыхьым и лэжьакІуэ хъуфыну цІыхуу деплъын хуейщ. Буркина́-Фасо́ миссионеру щылажьэ ди къуэш Марк абы теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «ЩІэх-щІэхыурэ мыпхуэдэу къэхъут: Алыхьым и лэжьакІуэ хъуну си гугъэхэм Библие джыныр къагъанэт, ауэ зыри къызыхэмыкІыну си гугъэхэр Алыхьым и лэжьакІуэ хъут. Абы къыхэкІкІэ сэ къызгурыІуащ си акъылым сыщымыгугъыу, Иеговэ и къару лъапІэм сыщыгугъмэ зэрынэхъыфІыр».

19. ХъыбарыфІымкІэ дызыдэгуашэ цІыхухэм дапхуэдэу дазэрыхущытын хуейр?

19 Дэ къытщыхъункІэ хъунущ хъыбарыфІыр щыдгъэІу щІыпІэм Іухыжыгъуэм нэса гъавэм ебгъэщхь хъуну цІыху куэд щымыІэу. Ауэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІар фигу къэвгъэкІыж. Гъавэ Іухыжыгъуэр къэсащ. ХъыбарыфІыр зыжетІэ цІыхухэм захъуэжу, Хьисэ и лъэужь иувэфынущ. Иеговэ ахэр ирегъэщхь «зыщІэхъуэпс налкъутналмэсхэм» (Агг. 2:7). Иеговэрэ Хьисэрэ цІыхухэм зэрахущытым хуэдэу дэри дахущытмэ, дэ ахэр зэхэтщІыкІынущ икІи абыхэм яфІэгъэщІэгъуэныр къэтщІэну иужь дитынущ. Дэ абыхэм Алыхьым и лэжьакІуэ хъуфыну цІыхуу деплъынущ.

ДАУЭ ФЭ ПАУЛ ЩАПХЪЭ ЗЭРЫТЕФХЫФЫНУР:

  • цІыхухэм я фІэщ хъум тегъэщІауэ зэрепсалъэу щытам?

  • цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэныр къызэрищІэу щытам?

  • хъыбарыфІыр зыжриІэ цІыхухэм зэрыхущыту щытам?

57-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми ялъыдогъэІэс

a ЦІыхухэм дазэрыхущытыр хъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу зэрыпыщІар? Мы статьям Хьисэрэ апостол Паулрэ я щапхъэхэр щызэпкърытхынущ: ахэр зэпсалъэ цІыхухэм я фІэщ хъумрэ яфІэгъэщІэгъуэнымрэ тегъэщІауэ епсалъэт, абы нэмыщІ Хьисэ и лъэужь иувэфын цІыхуу хущытт. Абыхэм дапхуэдэу щапхъэ тетхыфынуми дытепсэлъыхьынщ.

b Хьисэ и лъэужь иува цІыхухэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьахэм теухуауэ «ХъумакІуэ чэщанэм» япэм къытрадзэу щыта «Библия меняет жизнь» жыхуиІэ рубрикэм нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ; 2018-нэ гъэм щыщІэдзауэ ахэр jw.org® сайтым къралъхьэ. (О НАС > СЛУЧАИ ИЗ ЖИЗНИ вкладкэм феплъ.)

c СУРЭТЫР. ХъыбарыфІыр щагъэІум зэщхьэгъусэхэм гу лъатэ: 1) удз гъэгъахэмкІэ гъэщІэрэщІа унэ зэщІэкъуам; 2) сабий зиІэ унагъуэ зыщІэс унэм; 3) и кІуэцІымкІи и щІыбымкІи фІей икІи зыкІэлъымыплъ унэм; 4) дин зыІыгъ цІыхухэр щыпсэу унэм. Дауэ феплърэ, ди къуэш, ди шыпхъу хъуфыну цІыхухэр дэнэ абыхэм нэхъ къыщагъуэтынур?

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын