14 СТАТЬЯР
Ахэр ищхъэрэ щІыпІэм къикІынурэ теуэнущ!
«Сэ си щІыналъэм бжыгъэ зимыІэ лъэпкъ лъэщ къэкІуащ» (ИОИЛЬ 1:6).
95-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыгъэр нэхъ нэху мэхъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Расселлрэ абы и гъусэхэмрэ сыт хуэдэ Іэмал къагъэсэбэпар Библием ит пэжыр къагурыІуэн щхьэкІэ? Ар ІэмалыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур?
XIX ЛІЭЩІЫГЪУЭМ и кІэхэм ди къуэш Чарлз Тейз Расселлрэ абы еплъыкІэ иІэм хуэдэ зиІэ нэгъуэщІ цІыхухэмрэ Алыхьым и Псалъэм итыр нэхъыфІу къащІэн щхьэкІэ зэхуэсу щІадзащ. Абыхэм мурад ящІащ Алыхь Иеговэ, Хьисэ Мэссихь, щхьэщэхужым икІи цІыхум лІа иужь къыщыщІым теухуауэ пэжыр Библием къыщагъуэтыну. Абы щхьэкІэ абыхэм Іэмал къагъэсэбэпыр тыншт. Зыгуэрым упщІэ къиІэтт. Зэхуэсахэм а упщІэр зэпкърахт, абы теухуауэ Библием ит едзыгъуэхэр къызэІуахыурэ. А едзыгъуэхэр зэрызэхуэкІуэр къагурыІуа иужь къызыхуэкІуа гупсысэр ятхт. А лэжьыгъэм къару езыхьэлІа цІыхухэм Иеговэ и нэфІ ящыхуащ: абыхэм къагурыІуащ нобэ къыздэсым дэ лъапІэу тлъытэ Библием ит щІэныгъэ пэжхэр.
2. Къэхъун хуейуэ бегъымбархэм ятха псалъэхэр сыт пцІыуэ къыдгурыІуэнкІэ щІэхъунур?
2 Ауэ куэд мыщІэу Библием итыр къэзыщІэну хуей а гупым къагурыІуащ: Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр къыбгурыІуэнымрэ къэхъун хуейуэ бегъымбархэм жаІа псалъэхэр къыбгурыІуэнымрэ зыкъым. Сыт щхьэкІэ? Япэрауэ, къэхъун хуейуэ бегъымбархэм жаІа псалъэхэр и нэхъыбэм ІупщІу къыщыбгурыІуэр ахэр къыщыхъум дежщ е къэхъуа иужьщ. ЕтІуанэрауэ, ар пэжу къыбгурыІуэн щхьэкІэ контекстым и гъусэу зэпкърыхын хуейщ. Бегъымбархэм жаІам ущыхэплъэм деж зы Іуэхугъуэм фІэкІа гу лъумытэу мыдрейхэр къэбгъанэмэ, зи гугъу ищІыр нэгъуэщІу къыбгурыІуэнкІэ хъунущ. Арауэ къыщІэкІынщ къэхъун хуейуэ Иоиль тхылъым ит псалъэхэр щызэпкърытхым къэхъуар. Дигу къэдгъэкІыжынщ Иоил бегъымбар итхар икІи дытепсэлъыхьынщ а псалъэхэр нэгъуэщІу къыдгурыІуэн щІыхуейм и щхьэусыгъуэр.
3, 4. Иоиль 2:7—9 ит псалъэхэр дапхуэдэу иджыри къэс къызэрыдгурыІуар?
3 Къеджэ Иоиль 2:7—9b. Иоил жеІэ щІылъэр зыунэщІ мацІэхэр (саранчар) израил щІыналъэм къызэрытеуэр. А мацІэр адрейхэм ещхькъым: абы «и дзэхэр аслъэным и дзэхэм хуэдэщ икІи абы и жьэпкъыр аслъэным и жьэпкъым хуэдэщ». Абы къыпэщІэхуэ псори нэпсейуэ зэтрешхыхь (Иоиль 1:4, 6). Дэ илъэс куэдкІэ ди гугъащ къыпхуэмыгъэувыІэ мацІэхэм хъыбарыфІыр зыгъэІу Иеговэ и лъэпкъыр къагъэлъагъуэу. Дэ ди гугъэт хъыбарыфІ дгъэІум Иоиль 1:6 зи гугъу ищІ «щІыналъэр» иунэщІу, нэгъуэщІу жыпІэмэ дин пашэхэм я лъабжьэ щІэт цІыхухэр Іэнкун ищІу — дин пашэхэм зыхурагъаджэр зэрыпцІыр къыщІигъэщуc.
4 Иоиль 2:7—9 ит псалъэхэм фІэкІ нэгъуэщІым зыми уемыплъмэ, а псалъэхэм зи гугъу ящІыр къызэрыдгурыІуэу щытар пэжу къыпщыхъунущ. Ауэ контекстым и гъусэу зэпкърытхмэ, дэ къэтлъэгъунущ а псалъэхэр нэгъуэщІу къыдгурыІуэн зэрыхуейр икІи абы щхьэусыгъуиплІ иІэщ.
ИОИЛ И ПСАЛЪЭХЭР НЭГЪУЭЩІУ КЪЫДГУРЫІУЭН ЩІЫХУЕЙМ И ЩХЬЭУСЫГЪУИПЛІЫР
5, 6. Сыт хуэдэ упщІэхэр диІэ хъурэ мы едзыгъуэхэм дыкъеджа иужь: 1) Иоиль 2:20? 2) Иоиль 2:25?
5 Япэ щхьэусыгъуэр къэтщІэн щхьэкІэ мацІэхэм теухуауэ Иеговэ жиІа псалъэхэм деплъынщ: «ИщхъэрэмкІэ къикІар [мацІэр] фэ къывбгъэдэсхунурэ, есхужьэжынущ» (Иоиль 2:20). МацІэм къигъэлъагъуэр Хьисэ и унафэр ягъэзащІэу, хъыбарыфІыр зыгъэІу икІи абы и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дэІэпыкъу Иеговэ и Щыхьэтхэрауэ щытмэ, сыт Иеговэ ахэр ирихужьэжыну щІыжиІэр? (Иез. 33:7—9; Мт. 28:19, 20). ГурыІуэгъуэщ: Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэракъым ирихужьэжыр, атІэ абы и лъэпкъым къыпэув гуэрщ.
6 ЕтІуанэ щхьэусыгъуэр къэтщІэнущ Иоиль 2:25 дыкъеджэу щытмэ. Иеговэ жеІэ: «МацІэм, мацІэм къришам, тараканым икІи гусеницэм — фи деж нэзгъэкІуа си дзэшхуэм — илъэс бжыгъэкІэ зэран къыфхуихьар сэ згъэзэкІуэжынущ». Гу лъыфтэт, Иеговэ мацІэм къихьа зэраныр игъэзэкІуэжыну жеІэ. МацІэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр зыгъэІухэр къигъэлъагъуэу щытатэмэ, абыхэм хъыбар ягъэІум зэран къихьын хуейт. Ауэ а хъыбарым гъащІэр кърегъэл икІи гуэныхь зыщІэхэр щІегъуэжыну хуегъэуш (Иез. 33:8, 19). Ар зэрану жыпІэ хъуну-тІэ? Хьэуэ. А хъыбарыр абыхэм я дежкІэ фІыгъуэу аращ!
7. Иоиль 2:28, 29 «абы иужь» жиІэу ит псалъэхэм сытым гу лъыдагъатэрэ?
7 Къеджэ Иоиль 2:28, 29d. Иджы ещанэ щхьэусыгъуэр зэпкърытхынщ — Иоил зи гугъу ищІа Іуэхугъуэхэр зэрызэкІэлъыкІуэр. Гу лъыфтэ: Иеговэ жиІащ и къару лъапІэр яритыну «абы иужь», нэгъуэщІу жыпІэмэ, мацІэм и къалэныр игъэзэщІа иужь. МацІэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр зыгъэІухэр къигъэлъагъуэу щытатэмэ, сыт Иеговэ щІыжиІар и къару лъапІэр а лэжьыгъэр яуха иужь яритыну? Пэжу жыпІэмэ, Алыхьым и къару лъапІэ лъэщыр хэмыту абыхэм илъэс бжыгъэ куэдкІэ хъыбарыфІыр яхуэгъэІунутэкъым, къызэрыпэщІэувэм икІи зэрызэхуащІым емылъытауэ.
Ди къуэш Джозеф Рутерфордрэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ нэгъуэщІхэмрэ мы дуней Іейм Алыхьым трилъхьэну тезырхэр лІыгъэ яхэлъу ягъэІу. (8-нэ абзацым феплъ.)
8. Апокалипсис 9:1—11 зи гугъу ищІ мацІэм хэт къигъэлъагъуэр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
8 Къеджэ Апокалипсис 9:1—11. ЕплІанэ щхьэусыгъуэр зэпкърытхыжынщ. МацІэм теухуауэ Иоиль тхылъым ит псалъэхэр япэм хъыбарыфІ гъэІуным етпхыу щытащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ещхь псалъэхэр Апокалипсис тхылъым итщ. Апокалипсисым зи гугъу ищІ мацІэхэм «дыщэм къыхэщІыкІа тажхэм хуэдэхэр ящхьэрыгът, я нэкІухэри цІыхухэм я нэкІухэм хуэдэт» (Апок. 9:7). Абыхэм «Тхьэм и мыхъурыр зи натІэ темыгъэуа цІыхухэм [Иеговэ и бийхэм]» хьэзаб ирагъэшэч. Ар мазитхукІэ йокІуэкІ — апхуэдизщ мацІэр зэрыпсэур (Апок. 9:4, 5). А мацІэм теухуауэ итыр фІыуэ хуокІуэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм. Абыхэм лІыгъэ яхэлъу мы дуней Іейм Алыхьым трилъхьэну тезырыр ягъэІу, икІи мы дунейм и лъэныкъуэр зыІыгъхэм ар хуабжьу ягу ирихькъым.
9. Иоил илъэгъуа мацІэмрэ Иуан илъэгъуа мацІэмрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?
9 Пэжщ, Апокалипсис тхылъым итымрэ Иоиль тхылъым итымрэ куэдкІэ зэтохуэ. Ауэ ахэр куэдкІи зэщхьэщокІ. СыткІэ? Иоиль тхылъым зи гугъу ищІ мацІэм къэкІыгъэ къыпэщІэхуэу хъуар ешх (Иоиль 1:4, 6, 7). Иуан илъэгъуа мацІэхэм «щІылъэм... и къэкІыгъэхэм ягъэ ирамыгъэкІыну Тхьэм яжриІащ» (Апок. 9:4). Иоил илъэгъуа мацІэр ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ къикІащ (Иоиль 2:20). Ауэ Иуан илъэгъуар «щІылъэм и кууупІэу щІэ зимыІэм» къикІащ (Апок. 9:2, 3). Иоил бегъымбарым зи гугъу ищІ мацІэр Иеговэ ирехужьэж. Ауэ Апокалипсис тхылъым зи гугъу ищІ мацІэр Иеговэ ирихужьэжкъым, атІэ иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр икІэм нигъэсыну хуит ещІ. А мацІэмкІэ Алыхьыр мыарэзыуэ зыщІыпІи къыщыхэщкъым. («МацІэм теухуауэ бегъымбархэм ятхахэр. СыткІэ зэщхьэщыкІрэ ахэр?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
10. 1) Иоил илъэгъуа мацІэмрэ Апокалипсис тхылъым зи гугъу ищІ мацІэмрэ къагъэлъагъуэр зы? 2) Библием ит зы псалъэм къикІыр зэмыщхьу зэрыщытыфынур къэзыгъэлъагъуэ щапхъэ къэфхь.
10 Иоил илъэгъуамрэ Иуан илъэгъуамрэ зэрызэщхьэщыкІым къыдгурегъаІуэ ахэр зэрызэпымыщІар. Аращи, Иоил илъэгъуа мацІэмрэ Апокалипсис тхылъым зи гугъу ищІ мацІэмрэ къагъэлъагъуэр зыуэ щымыту жыпІэ хъуну? НтІэ, хъунущ. ИкІи абы зыри гъэщІэгъуэн хэлъкъым. Библием ит зы псалъэм къикІыр зэмыщхьынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Апокалипсис 5:5 Хьисэ «Иудэ унагъуэ лъэпкъым щыщ аслъэнкІэ» йоджэ, ауэ 1 Петр 5:8 Иблисыр «аслъэн гъуахъуэм» ирегъэщхь. Иоиль тхылъым ит псалъэхэр къызэрыдгурыІуэу щытам теухуауэ упщІэ къэхъейхэм къыдгурегъаІуэ абы къикІыр къэтлъыхъуэн зэрыхуейр. Сыт-тІэ абы къикІыр?
ИОИЛ ИЛЪЭГЪУАМ СЫТ КЪИКІЫР?
11. Иоиль 1:6; 2:1, 8, 11 ит псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур мацІэм къигъэлъагъуэр хэтми къыдгурыІуэну?
11 Иоиль тхылъым ит нэгъуэщІ едзыгъуэхэм ухэплъэмэ къыбгуроІуэ: зи гугъу ищІыр дзэшхуэ гуп зыгуэрым зэрытеуэращ (Иоиль 1:6; 2:1, 8, 11). Иеговэ жиІащ жыІэмыдаІуэ израил цІыхухэм тезыр ятрилъхьэн щхьэкІэ и «дзэшхуэр» (бабилэн зауэлІхэр) зэригъэкІуэнур (Иоиль 2:25). Иеговэ а дзэшхуэр «ищхъэрэмкІэ къикІауэ» жеІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ бабилэн зауэлІхэр а лъэныкъуэмкІэ къикІыу Израилым теуэн хуейт (Иоиль 2:20). Бабилэн зауэлІхэр фІыуэ зэгъэпэща мацІэхэм ещхьщ. Иоил бабилэн зауэлІхэм щхьэкІэ мыпхуэдэу жеІэ: «Ахэр зыр зым жьэхэуэкъым, лІы къарууфІэр и гъуэгум тету зэрыкІуэм хуэдэу макІуэ. [...] Ахэр къалэм долъадэ, блыным дожей, унэхэм допщей, щхьэгъубжэхэм допщ дыгъуэгъуакІуэхэм хуэдэу» (Иоиль 2:8, 9). А Іуэхугъуэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. Бабилэн зауэлІхэр дэни щыІэщ. Абыхэм зафІэбгъэпщкІуфынукъым. Абыхэм я джатэхэм зыри къелынукъым!
12. МацІэм теухуауэ Иоил жиІар дауэ къызэрыхъуар?
12 Ди эрэм ипэ 607-нэ гъэм бабилэн зауэлІхэр (нэгъуэщІу жыпІэмэ халдейхэр) мацІэм хуэдэу Ерусалим дэлъэдащ. А Іуэхугъуэм Библиер мыпхуэдэу топсэлъыхь: «Абы [Иеговэ] халдейхэм я пащтыхьыр абыхэм япэщІэувэн щхьэкІэ къишащ, абыхэм я щІалэхэр Алыхьым и Унэшхуэм джатэкІэ щиукІащ абы [халдейхэм я пащтыхьым] икІи щІалэми, хъыджэбзми, жьы хъуами, лъэрымыхьми гущІэгъу яхуищІакъым. Алыхьым абы и ІэмыщІэ псори ирилъхьащ. Абы Алыхь пэжым и Унэшхуэр игъэсащ икІи Ерусалим и блынхэр зэтрикъутащ. ЦІыхухэр щыпсэу чэщанэхэр псори, мыхьэнэ зиІэ псори мафІэкІэ ягъэсащ — псори зэтракъутащ» (2 Лет. 36:17, 19). Къэхъуа псор зылъэгъуам нэщІ хъуа щІылъэм теухуауэ жиІэфынур зыт: «Мы щІылъэр нэщІ хъуащ, цІыхуи унагъуэ псэущхьи щыІэкъым. Ар халдейхэм я ІэмыщІэ иралъхьащ» (Иер. 32:43).
13. Иеремия 16:16, 18 ит псалъэхэм къикІыр къыдгурывгъаІуэ.
13 МацІэм теухуауэ Иоил итха иужь илъэс 200 хуэдиз дэкІауэ, Иеговэ Иеремие къигъэсэбэпу бабилэн зауэлІхэр Израилым зэрытеуэнум теухуауэ нэхъыбэ къызэІуихащ. Абы жиІащ зауэлІхэм Іей зыщІэ израил цІыхухэр къызэралъыхъуэнур икІи ахэр гъэру зэраубыдынур. Иеремия 16:16, 18 щыжыІащ: «Мис сэ согъакІуэ бдзэжьеящэ куэд къашэн щхьэкІэ,— жеІэ Иеговэ,— икІи абыхэм ахэр къаубыдынущ, абы иужь щакІуэ куэд къашэну згъэкІуэнущ, икІи бгыуэ хъуам, Іуащхьэу хъуам, къыр зэхуакуу хъуам ахэр абыхэм щещэкІуэнущ. ...Абыхэм щІэпхъаджагъэ икІи гуэныхь ящІауэ хъуам къыпэкІуэр езгъэгъуэтыжынущ». Зи гуэныхьым хущІемыгъуэж израил цІыхухэм тенджыз кууми мэз Іувми бабилэн дзэхэм зыщыфІагъэпщкІуфынукъым.
ЩІЫЛЪЭР ЗЭЩІЭГЪЭГЪЭЖЫНУЩ
14. Иоиль 2:28, 29 ит псалъэхэр дапщэщ къыщыхъуар?
14 Иоиль тхылъым хъыбарыфІи итщ. ЩІылъэр зэщІэгъэгъэжынущ (Иоиль 2:23—26). ИтІанэ цІыху куэдым Алыхьым теухуа щІэныгъэ пэжхэр къащІэнущ. Иеговэ псалъэ итащ: «Си къару лъапІэр цІыху псоми естынущ, икІи фи къуэхэмрэ фипхъухэмрэ си псалъэхэр я гум ислъхьэнурэ, жезгъэІэнущ. [...] Уеблэмэ, унэІут цІыхухъухэми цІыхубзхэми си къару лъапІэр естынущ» (Иоиль 2:28, 29). Алыхьым и къару лъапІэр щаритар израил цІыхухэр Бабилэным къикІыжу, я щІыналъэм ягъэзэжа иужькъым, атІэ зэман куэд дэкІа иужьщ — ди эрэм 33-нэ гъэм Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэщ. Дэнэ дэ ар щытщІэр?
15. Апостолхэм 2:16, 17 зэритымкІэ, Петр Иоиль 2:28 ит псалъэхэр дапхуэдэу зэрихъуэжар икІи сыт абы къыдгуригъаІуэр?
15 Алыхьым и къару лъапІэмкІэ Петр хуигъэушащ Иоиль 2:28, 29 ит псалъэхэр ди эрэм 33-нэ гъэм Пэнтэкост махуэшхуэм къэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэным хуихьыну. А махуэ дыдэм пщэдджыжьым, хуэгъэфэщауэ сыхьэтибгъум, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Алыхьым и къару лъапІэр яритащ икІи абы иужь «Тхьэм илэжьа Іуэхушхуэхэм я хъыбарыр» жаІэу щІадзащ (Апост. 2:11). Иеговэ Петр хуигъэушащ Иоил итха псалъэхэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр хилъхьэну. (Къеджэ Апостолхэм 2:16, 17.) Петр итхамрэ Иоил итхамрэ сыткІэ зэщхьэщыкІми гу лъыфта? «Абы иужь къэхъунущ» псалъэхэм и пІэкІэ Петр «дунейм и иужьрей махуэхэм» жыхуиІэ псалъэхэр къигъэсэбэпащ. Абы жиІащ «дунейм и иужьрей махуэхэм» Алыхьым и «къару лъапІэр псоми» иритыну («дунейм и иужьрей махуэхэм» жыхуиІэр ди эрэм 70-нэ гъэм Ерусалим къалэр зэтракъутэн ипэ къэна зэманыращ). Аращи, Иоил жиІа псалъэхэр къыщыхъуар лІэщІыгъуэ зыбжанэ дэкІа иужьщ.
16. Япэ лІэщІыгъуэм хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр кІуэтэн щхьэкІэ дауэ Алыхьым и къару лъапІэр дэІэпыкъуэгъу зэрыхъуу щытар икІи ди зэманми а лэжьыгъэмкІэ ар дауэ дэІэпыкъуэгъу зэрыхъур?
16 Япэ лІэщІыгъуэм Алыхьым и къару лъапІэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ярита иужь, абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІуу щІадзащ икІи дуней псом а лэжьыгъэр щагъэзащІэ хъуащ. Апостол Паул Колоссэ къалэм дэсхэм письмо щахуитха зэманым (хуэгъэфэщауэ ди эрэм 61-нэ гъэм) «хъыбарыфІыр уафэм и щІагъым щыпсэу цІыху псоми хуаІуэтауэ» жыпІэ хъунут (Кол. 1:23). Паул «ЦІыху псоми хуаІуэтащ» щыжиІам щыгъуэ зи гугъу ищІар а зэманым щыІа дунейращ. Иеговэ и къару лъапІэ лъэщым и фІыгъэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным ди зэманым зэи къэмыхъуауэ зиубгъуащ — хъыбарыфІыр «щІым и гъунэхэм нэсыху» щагъэІу! (Апост. 13:47). («Си къару лъапІэр... естынущ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
СЫТЫМ ЗИХЪУЭЖА?
17. МацІэм теухуауэ Иоил итха псалъэхэр къызэрыдгурыІуэм дапхуэдэу зэрызихъуэжар?
17 Сытым зихъуэжа? Иоиль 2:7—9 ит псалъэхэр иджы нэхъыфІу къыдгуроІуэ. Мы едзыгъуэхэм зи гугъу ищІыр дэ жыджэру хъыбарыфІыр зэрыдгъэІуракъым, атІэ бабилэн зауэлІхэр ди эрэм ипэ 607-нэ гъэм Ерусалим зэрытеуаращ.
18. Иеговэ и лэжьакІуэхэм ягъэзащІэ лэжьыгъэм теухуауэ сытым зимыхъуэжу къэна?
18 Сытым зимыхъуэжу къэна? Иеговэ и лэжьакІуэхэм адэкІи хъыбарыфІыр дэни щагъэІу икІи абы щхьэкІэ Іэмал яІэу хъуар къагъэсэбэп (Мт. 24:14). Дапхуэдэу къэрал унафэщІхэр къытпэщІэмыувами дэ зыми дыкъыхуэгъэувыІэнукъым. Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэ нобэ, зэи хуэмыдэу Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІ гъэІуным лІыгъэ тхэлъу дыхэтщ! Япэм хуэдэуи дэ нобэ Іэдэбагъ тхэлъу къыдгуроІуэ: къэхъун хуейуэ Библием итхэр Иеговэ къыддэмыІэпыкъумэ къыдгурыІуэнукъым. ИкІи шэч къытетхьэкъым и зэманым «пэжыгъэ псори» Иеговэ къызэрытхузэІуихынум (Ин. 16:13, Хъыб., 1993).
97-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым къыбгъэдэкІ псалъэкІэ допсэу
a Иоиль тхылъым и 1, 2-нэ псалъащхьэхэм ит псалъэхэр ди зэманым екІуэкІ хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ илъэс куэдкІэ ди гугъэу щытащ. Ауэ а псалъэхэр нэгъуэщІу къыдгурыІуэн щІыхуейм щхьэусыгъуиплІ иІэщ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ ахэр?
b Иоиль 2:7—9: «Ахэр цІыху къарууфІэхэм хуэдэу мажэ, икІи зауэлІхэм хуэдэу блыным допщей. Ахэр щхьэж езым и гъуэгу тету макІуэ, и гъуэгуми текІкъым. Ахэр зыр зым жьэхэуэкъым, лІы къарууфІэр и гъуэгум тету зэрыкІуэм хуэдэу макІуэ. Языныкъуэхэр шабзэм игъэджалэми, адрейхэр къэмыувыІэу я гъуэгум тету макІуэ. Ахэр къалэм долъадэ, блыным дожей, унэхэм допщей, щхьэгъубжэхэм допщ дыгъуэгъуакІуэхэм хуэдэу».
c Псалъэм папщІэ, феплъ 2009-нэ гъэм, мэлыжьыхьым и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Мудрость Иеговы видна в творении» жыхуиІэ статьям и 14—16-нэ абзацхэм.
d Иоиль 2:28, 29: «Абы иужь мыпхуэдэу къэхъунущ: си къару лъапІэр цІыху псоми естынущ, икІи фи къуэхэмрэ фипхъухэмрэ си псалъэхэр я гум ислъхьэнурэ, жезгъэІэнущ. Фи нэхъыжьхэми пщІыхьэпІэхэр езгъэлъэгъунущ, фи щІалэхэми къэхъуну Іуэхухэр къахуэзгъэлъэгъуэнущ. Уеблэмэ, унэІут цІыхухъухэми цІыхубзхэми си къару лъапІэр естынущ а махуэхэм».