ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Апрель н. 14—19
  • Иеговэ хуэдэу къуэш, шыпхъухэм фахущыт

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ хуэдэу къуэш, шыпхъухэм фахущыт
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ФІЫУЭ ФЕДАІУЭ
  • КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР НЭХЪЫФІУ КЪЭФЦІЫХУ
  • КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФЩІ
  • Иеговэ Инус шыІэныгъэ хуигъэлъэгъуащ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
  • Инусрэ бдзэжьей инымрэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Иеговэ уэ къару къыпхилъхьэнущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Гугъуехь зиІэхэм фадэІэпыкъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Апрель н. 14—19

16 СТАТЬЯР

Иеговэ хуэдэу къуэш, шыпхъухэм фахущыт

«Щхьэтелъэфу хьэкум фымыщІ, щыпкъагъэм тету фщІы хьэкум» (ИН. 7:24).

100 УЭРЭДЫР ХьэщІагъэ зыхэгъэлъ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ цІыхухэм дапхуэдэу зэреплъыр икІи сыт абы дыщІигъэгушхуэр?

ЦІЫХУХЭР фэ къызэрыфхущытыр фи теплъэм, фи фэм е фи Іэпкълъэпкъым тегъэщІауэ щытамэ, ар фигу ирихьыну пІэрэт? Ирихьыну къыщІэкІынтэкъым. Иеговэ дэ къызэрытхущытыр ди теплъэм елъытауэ щыткъым, сыту гуапэ ар пщІэну! Псалъэм папщІэ, Самуел Иессе и къуэхэм щеплъам щыгъуэ абы Иеговэ илъагъур илъагъутэкъым. Алыхьым Самуел жриІат Иессе и къуэхэм щыщ зыр Израилым и пащтыхь хъуну. Ауэ дэтхэнэра? Самуел Иессе и къуэ нэхъыжь Елиав щилъэгъуам щыгъуэ мыпхуэдэу егупсысащ: «Мырауэ къыщІэкІынщ Иеговэ къыхихар». Елиав щІалэ екІут, абы къыхэкІкІэ Самуел егупсысащ Алыхьым ар къыхихауэ, пащтыхь хъун щхьэкІэ. Ауэ Иеговэ Самуел жриІащ: «Уемыплъ абы и теплъэмрэ и инагъымрэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ сэ ар ІэщІыб сщІащ». Сытым абы дыхуигъасэрэ? Иеговэ къыдгурегъаІуэ: «ЦІыхум илъагъур нэм илъагъуращ, ауэ Иеговэ гур елъагъу» (1 Сам. 16:1, 6, 7).

2. Иуан 7:24 ит псалъэхэм сыт дытетын щІыхуейр? Щапхъэ къэфхь.

2 Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ цІыхум дызэрыхущытыр иныкъуэхэм деж и теплъэм елъытащ. (Къеджэ Иуан 7:24.) Ауэ тлъагъу закъуэмкІэ цІыхум теухуауэ куэд къыдгурыІуэнукъым. Щапхъэ къэтхьынщ. Дохутырым и лэжьыгъэм фІыуэ хищІыкІми икІи куэд щІауэ лажьэми, сымаджэм и теплъэ закъуэмкІэ и лажьэр къыгурыІуэнукъым. Ар сымаджэм жиІэм фІыуэ едэІуэн хуейщ япэм сыт къеузами къищІэн щхьэкІэ, абы нэмыщІ иджыпсту сытым игъэгузавэми икІи сыт къеныкъуэкъуми къыгурыІуэн щхьэкІэ. Рентген ищІынуи жриІэнкІэ хъунущ. Дохутырым апхуэдэу имыщІмэ, сымаджэм и лажьэр нэгъуэщІу къыгурыІуэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу дэри ди къуэш, ди шыпхъухэр къыдгурыІуэнукъым тлъагъу закъуэм фІэкІа нэгъуэщІым гу лъыдмытэмэ. Дэ дыхущІэкъун хуейщ езы цІыхур нэхъыфІу къэтцІыхуну. ДауикІ, цІыхум и гум илъыр дэ тщІэкъым, абы къыхэкІкІэ дэ Иеговэ хуэдэу цІыхур фІыуэ зэи къыдгурыІуэнукъым. Ауэ, дапхуэдэу щымытми, дэ Иеговэ щапхъэ тетхыфынущ. Дапхуэдэу?

3. Мы статьям щызэпкърытхыну Библием ит щапхъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур Иеговэ щапхъэ тетхыну?

3 Иеговэ и лэжьакІуэхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр? Ар абыхэм жаІэм йодаІуэ. Абыхэм я гъащІэм япэм къыщыхъуахэм икІи иджыпсту зыпэщІэхуэхэм гу лъетэ. Абы нэмыщІ гущІэгъу яхуещІ. Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ япэм Иеговэ и лэжьакІуэхэм апхуэдэу зэрыхущытам, псалъэм папщІэ Инус, Иляс, Хьэджэр, ЛутІ сымэ. ИкІи дегупсысынщ ди къуэш, ди шыпхъухэм дазэрыхущытын хуейм теухуауэ дапхуэдэу Алыхьым щапхъэ тетхынуми.

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ФІЫУЭ ФЕДАІУЭ

4. Сыт Инус теухуауэ еплъыкІэ мытэмэм ущІиІэнкІэ хъунур?

4 Іуэхум теухуауэ псори умыщІэмэ, Инус дзыхь хуэпщІ мыхъуну икІи ар Алыхьым хуэмыпэжауэ къыпщыхъункІэ хъунущ. Иеговэ абы унафэ гурыІуэгъуэ иритат: Нинуй къалэм дэсхэм Алыхьым ятрилъхьа тезырыр яжриІэн хуейт. Ауэ апхуэдэу ищІэным и пІэкІэ, «Инус Зиусхьэным ІэщІэкІыну мурад» ищІри, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ кІуэ кхъухьым итІысхьащ (Инус 1:1—3). А къалэныр игъэзэщІэну Инус иджыри зы Іэмал фэ ефтынут? Ефтыну хъунтэкъым. Ауэ Иеговэ нэгъуэщІ еплъыкІэт иІэр (Инус 3:1, 2).

5. Инус 2:1—3, 10 ит тхьэлъэІум Инус теухуауэ сыт къыдигъащІэр?

5 Инус сыт хуэдэ цІыхуу щытами и тхьэлъэІум къегъэлъагъуэ. (Къеджэ Инус 2:1—3, 10.) Инус къалэн игъэзэщІэн хуейм щышынэу щІэпхъуэжами, абы и лъэІум (апхуэдэ лъэІу куэд жиІауэ къыщІэкІынущ абы) езым теухуауэ нэхъыбэ къыдегъащІэ. Абы и псалъэхэм къыдгурагъаІуэ ар Іэдэбагъ зыхэлъ, фІыщІэ зыщІ икІи Иеговэ едэІуэну хуей цІыхуу зэрыщытар. Аращи, гъэщІэгъуэнкъым Инус щыуагъэ зэрищІам емылъытауэ Иеговэ абы и лъэІум жэуап зэрыритар икІи адэкІи бегъымбару къыхуэлэжьэну хуит зэрищІар.

1. Брат опоздал на встречу и находит себе место на последнем ряду. Пожилой брат смотрит на часы; ему не нравится, что брат опоздал. 2. После встречи брат, который опоздал, показывает пожилому брату вмятину на своей машине и объясняет, что попал в аварию по дороге на встречу собрания.

ЦІыхум и Іуэхур зыІутыр къыдгурыІуэмэ, ди дежкІэ нэхъ тынш хъунущ абы гущІэгъу хуэтщІыну. (6-нэ абзацым феплъ.)b

6. НэгъуэщІхэм фІыуэ дедэІуэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

6 НэгъуэщІхэм фІыуэ дедэІуэн щхьэкІэ Іэдэбагърэ шыІэныгъэрэ тхэлъын хуейщ икІи абы къару етхьэлІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу жыпІэ щІэхъуныр къэзыгъэлъагъуэ щхьэусыгъуищ адэкІэ зэпкърытхынщ. Япэрауэ, ар къыддэІэпыкъунущ цІыхум и ІуэхущІафэхэм мурад Іей гуэр щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ демыгупсысыну. ЕтІуанэрауэ, цІыхум и гурыщІэхэр къэтлъэгъунущ икІи зыгуэр ищІэну сытым хуигъэушми къыдгурыІуэнущ, абы къыхэкІкІэ нэхъыбэу гущІэгъу хуэтщІынущ. Ещанэрауэ, цІыхум жиІэм фІыуэ дыщедаІуэм деж абы езым и гурыщІэхэр нэхъыфІу къыгурыІуэжыну дыдэІэпыкъунущ. Иныкъуэм деж дэ езым ди гурыщІэхэр къыдгурыІуэжкъым, ахэр псалъэкІэ жыдмыІауэ (Прит. 20:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). Азием щыщ ди зы къуэшым жеІэж: «СощІэж зы шыпхъу гуэрым жиІэм семыдэІуауэ чэнджэщ есту зэрыщІэздзауэ щытар. Сэ абы жесІат зэІущІэхэм щит жэуапхэр нэхъыфІ ищІын хуейуэ. ИужькІэ къэсщІащ абы тэмэму еджэкІэ зэримыщІэр икІи зэІущІэхэм зыхуигъэхьэзырын щхьэкІэ къару куэд зэрытригъэкІуадэр». Зэрытлъагъущи, зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщ гуэр ятын ипэ къуэш, шыпхъухэм жаІэм фІыуэ едэІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ! (Прит. 18:13, Гъэс.).

7. Иеговэ Иляс зэрыхущытам сытым дыхуигъасэрэ?

7 Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм я дежкІэ гугъущ я гурыщІэхэмкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ зэрагъэсар, я хьэлыр е къыщыхъуа лъэпкъым и культурэр. Дапхуэдэу абыхэм уазэрыдэІэпыкъу хъунур? Иляс Иезавель зыщыфІигъэпщкІум щыгъуэ Иеговэ ищІар фигу къэвгъэкІыж. Махуэ куэд дэкІын хуей хъуащ Иляс и гурыщІэхэр уафэм щыІэ и Адэм къыхузэІуихыфын ипэ. Иеговэ абы фІыуэ едэІуащ. ИужькІэ Алыхьым Иляс игъэгушхуэри мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн иритащ (1 Цар. 19:1—18). Къуэш, шыпхъухэм дзыхь къытхуащІу хъун ипэ зэман яхуеинкІэ хъунущ, ауэ езыхэр къыддэмыгуэшауэ абыхэм я гум илъыр къытхуэщІэнукъым. Иеговэ щапхъэ тетхыу шыІэныгъэ зыхэдгъэлъмэ, абыхэм дзыхь къытхуащІу хъуфынущ. ИкІи я гурыщІэхэмкІэ къыддэгуэшэну ахэр хьэзыр хъуа иужь, дэ абыхэм жаІэм фІыуэ дедэІуэн хуейщ.

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР НЭХЪЫФІУ КЪЭФЦІЫХУ

8. ЩІэдзапІэ 16:7—13 зэритымкІэ, дапхуэдэу Иеговэ Хьэджэр зэрыхущытар?

8 Хьэджэр Сарай и унэІут цІыхубзт. Ар Ибрам и щхьэгъусэ хъуа иужь и щытыкІэм зихъуэжащ. Хьэджэр «лъэщыджэ зэрыхъуам гу щылъитэжым, абы и зиусхьэн гуащэм нэмыплъ ириту щІидзащ» сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Сарай сабий иІэтэкъым. ИкІэм-икІэжым «Сарай дикъузэу щІидзати, Хьэджэр щІэпхъуэжащ» (ЩІэдз. 16:4—6). ЦІыху еплъыкІэкІэ уеплъмэ, Хьэджэр цІыхубз бзаджэу щытауэ, абы къыхэкІкІэ хуэфащэр игъуэтыжауэ уегупсысыфынущ. Ауэ Иеговэ а Іуэхум нэхъ куууэ хэплъэт. Абы Хьэджэр и деж мелыІыч игъэкІуащ. МелыІычым ар къыщигъуэтам и еплъыкІэр ихъуэжыну дэІэпыкъуащ икІи Алыхьым и нэфІ къызэрыщыхуар жриІащ. Хьэджэр къыгурыІуащ Иеговэ псори зэрилъагъур икІи и Іуэхур фІыуэ къызэрыгурыІуэр. Уеблэмэ, абы Иеговэ мыпхуэдэу жриІащ: «Сэ сыкъэзылъагъу Тхьэр Уэрщ». (Къеджэ ЩІэдзапІэ 16:7—13.)

9. Алыхьыр Хьэджэр зэрыхущытам сыт щхьэусыгъуэ хуэхъуар?

9 Сыт Иеговэ Хьэджэр хилъэгъуар? Хьэджэр и гъащІэм къыщыхъуар икІи ар зыпэщІэхуа псор Иеговэ ищІэт (Прит. 15:3, Гъэс.). Хьэджэр журт унагъуэм щыпсэу мысыр цІыхубзт. Иныкъуэхэм деж абы хамэу зыкъилъытэж хъунт, абы нэмыщІ ар и унагъуэм хуэзэшу, къыздикІа щІыпІэри игу къэкІыу къыщІэкІынт. ИкІи Ибрам щхьэгъусэу а зыратэкъым иІэр. А зэманым Алыхьым хуэпэжу хуэлажьэ языныкъуэ цІыхухъухэм щхьэгъусэ зыбжанэ яІэт. Ауэ апхуэдэу зэрыщытыр техуэтэкъым Иеговэ цІыхухэр къыщигъэщІам иІа мурадым (Мт. 19:4—6). ГъэщІэгъуэнкъым щхьэгъусэ зыбжанэ зэраІэм къыхэкІкІэ унагъуэм исхэр зыр зым ефыгъуэу, зэрылъагъу мыхъуу зэрыщытар. Хьэджэр Сарай пщІэ зэрыхуимыщІыр Иеговэ захуэу къимылъытами, шэч къытедмыхьэми хъунущ абы и гурыщІэхэмрэ и Іуэхур зыІутымрэ къыгурыІуэу зэрыщытам.

1. Кажется, сестре не очень понравилась встреча для проповеди, хотя остальные рады тому, что на ней узнали. 2. Двое старейшин пришли к той сестре и внимательно ее слушают.

Къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу къэфцІыху. (10—12-нэ абзацхэм феплъ.)c

10. Ди къуэш, ди шыпхъухэр нэхъыфІу къэтцІыхун щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

10 Иеговэ цІыхухэр фІыуэ къыгуроІуэ. Дэ абы щапхъэ тетх хъунущ. Абы щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу къызэрыфцІыхуным иужь фит. ЗэІущІэр щІидзэн ипэ икІи иуха иужь абыхэм фепсалъэ, хъыбарыфІыр я гъусэу вгъэІу, хъууэ щытмэ, фи деж хьэщІапІэ къевгъэблагъэ. Апхуэдэу фщІэмэ, къуэш, шыпхъухэм фахуиІэ еплъыкІэм зихъуэжыну къыщІэкІынщ: гуапэу щымыту къыпщыхъу шыпхъур укІытэхыу аращ; ахъшэ куэд къэзылэжь къуэшыр мылъку зэгъэпэщыным хущІэкъуу аракъым, атІэ ар цІыху хьэлэлщ; и сабийхэр и гъусэу щІэх-щІэхыурэ зэІущІэм къыкІэрыху шыпхъум и унагъуэр къыпэщІоувэ (Иов 6:29). ДауикІ, ди «Іуэху зыхэмылъым» дыхэІэбэн хуейкъым (1 Тим. 5:13). Ауэ ди къуэш, ди шыпхъухэм теухуауэ, абы нэмыщІ абыхэм я Іуэхур зыІутым теухуауэ нэхъыбэ къатщІэмэ нэхъыфІщ.

11. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм мэл цІыкІухэр сыт фІыуэ щІацІыхун хуейр?

11 Псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр фІыуэ яцІыхун хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм дэІэпыкъун хуейуэ Иеговэ я ІэмыщІэ ирилъхьащ. Районым и нэхъыжьу щыт Артур и щапхъэм деплъынщ. Ар зэхуэсым и нэхъыжь къуэшым и гъусэу ди зы шыпхъум деж щІэупщІэну хьэщІапІэ кІуат. А шыпхъур цІыхухэм яхыхьэну хуэмейуэ, укІытэхыу щыту къыпщыхъут. Артур жеІэж: «КъызэрыщІэкІамкІэ, абы и щхьэгъусэр лІат, зэрыша иужь куэд дэмыкІыу. Гугъуехь зыпэщІэхуэхэм емылъытауэ, абы и пхъуитІыр ипІащ икІи Иеговэ фІыуэ ялъагъуну абыхэм дэІэпыкъуащ. Ауэ иужькІэ абы и нэм кІэричу щІидзащ икІи депрессием ихуат. Дапхуэдэу абы и Іуэхур мыхъуами, Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэмрэ фІэщхъуныгъэмрэ нэхъ мащІэ хъуакъым. Дэ къэтщІащ ар шыпхъуфІу зэрыщытыр икІи абы и щапхъэфІым дэ дерс куэд хэтхыфынущ» (Флп. 2:3). Районым и нэхъыжьу щыт а ди къуэшым Иеговэ щапхъэ трихт. Иеговэ и мэл цІыкІухэр псори фІыуэ ецІыху икІи я гукъеуэхэр ещІэ (Исх. 3:7). Мэл цІыкІухэр фІыуэ зыцІыху зэхуэсым и нэхъыжьхэр къуэш, шыпхъухэм нэхъыфІу дэІэпыкъуфынущ.

12. Азием щыпсэу ди зы шыпхъум и зэхуэсым щыщ шыпхъур нэхъыфІу къызэрицІыхуар дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?

12 Фэ къуэш е шыпхъу гуэрым и щытыкІэр фигу иримыхьмэ, ар нэхъыфІу къызэрыфцІыхуным иужь фит. Апхуэдэу фщІэмэ, абы гущІэгъу хуэфщІыну нэхъ тынш хъунущ. Азием щыпсэу ди зы шыпхъум жеІэ: «Зэхуэс сыздэкІуэм щыщ ди зы шыпхъур иныІуэу псалъэт. Ар цІыху мыгъасэу сэ къэслъытэт. Ауэ абы и гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну сыщыкІуам сэ къэсщІащ ар япэм и адэ-анэм дэІэпыкъуу зэрыщытар бэзэрым бдзэжьей щащэну. Ину джэурэ щэхуакІуэхэр абы къришэлІэн хуейт. Сэ къызгурыІуащ: къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу къызгурыІуэн щхьэкІэ абыхэм теухуауэ нэхъыбэ къэсщІэн хуейщ». ДауикІ, абы къару епхьэлІэн хуейщ. Ауэ Библием ит «фэри фигухэр къытхузэІуфх» чэнджэщым дытету, «цІыху псори» къелыну хуей Алыхьым дэ щапхъэ тыдох (2 Кор. 6:11—13; 1 Тим. 2:3, 4).

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ГУЩІЭГЪУ ЯХУЭФЩІ

13. ЩІэдзапІэ 19:15, 16 зэритымкІэ, сыт мелыІычхэм ящІар ЛутІ щызиІэжьэм щыгъуэ икІи сыт щхьэкІэ?

13 Іуэхугъуэ гугъу щихуам ЛутІ зимыІэжьэу Иеговэ и унафэр игъэзэщІэн хуейт. Абы и деж мелыІычитІ къакІуэри и унагъуэр Содомым къыдишыну къыжраІат. Сыт щхьэкІэ? МелыІычхэм жаІащ: «Мы къалэр дэ дгъэкІуэдынущ» (ЩІэдз. 19:12, 13). Ауэ пщэдджыжьым ЛутІрэ абы и унагъуэмрэ унэм иджыри щІэст. МелыІычхэм ЛутІ аргуэру жраІащ ар къалэм къыдэкІын зэрыхуейр. Ауэ абы зиІэжьэт. Дэ ди гугъэнкІэ хъунут ЛутІ къыжраІар къыфІэмыІуэхуу икІи жыІэмыдаІуэу. Ауэ Иеговэ и щІыбыр абы хуигъэзакъым. Иеговэ ЛутІ «гущІэгъу» хуищІати, мелыІычхэм ЛутІрэ и унагъуэмрэ я Іэр яубыдри къалэм къыдашащ. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 19:15, 16.)

14. Иеговэ ЛутІ гущІэгъу хуищІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иІэт?

14 Иеговэ ЛутІ гущІэгъу щІыхуищІын щхьэусыгъуэ зыбжанэ щыІэт. ЛутІ и унэр къигъэнэну пІащІэу къыщІэкІынтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ здэщыІэ щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм щышынэ хъунт. НэгъуэщІ шынагъэхэри щыІэт. ЛутІ ищІэу къыщІэкІынт пэмыжыжьэу щыІэ аузым асфальт зэрыт кумбхэм пащтыхьитІ зэрихуар (ЩІэдз. 14:8—12). Ар и бынхэмрэ и щхьэгъусэмрэ щхьэкІэ гузавэт. Абы нэмыщІ ЛутІ цІыху къулейти, Содом къалэм унэфІ щиІэу къыщІэкІынт (ЩІэдз. 13:5, 6). ДауикІ, ЛутІ Иеговэ жиІам занщІэу зэремыдэІуар а щхьэусыгъуэхэм ягъэзахуэтэкъым. Ауэ ЛутІ и щыуагъэм емылъытауэ Иеговэ ар цІыху пэжу илъытэт (2 Пет. 2:7, 8).

1. После встречи собрания сестра стоит у стойки для литературы и замечает, что у другой сестры плохое настроение. 2. В тот же день сестры пьют кофе и непринужденно общаются.

ЦІыхум жиІэм уедэІуа иужь гущІэгъу зэрыхуэпщІынур нэхъыфІу къыбгурыІуэнущ. (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)d

15. ЦІыхум и щытыкІэм теухуауэ зыгуэр хужытІэн ипІэкІэ сыт тщІэн хуейр?

15 ЦІыхум и щытыкІэм теухуауэ зыгуэр хужыфІэн ипІэкІэ, абы и гурыщІэхэр къызэрывгурыІуэным иужь фит. Европэм щыщ ди шыпхъу Вероникэ апхуэдэу ищІащ. Абы игу къегъэкІыж: «Зы шыпхъу гуэр сыт щыгъуи нэщхъейуэ икІи адрейхэм яхэмыхьэу щытт. Иныкъуэхэм деж абы сыбгъэдыхьэну сышынэт. Ауэ сэ сегупсысащ: „Сэ абы ипІэм ситамэ, ныбжьэгъу сыхуэныкъуэнут“. Абы къыхэкІкІэ а шыпхъум и гум илъыр къэсщІэну сэ мурад сщІащ. ИкІи ар и гурыщІэхэмкІэ къыздэгуэшащ! Иджы сэ ар нэхъыфІу къызгуроІуэ».

16. НэгъуэщІхэм гущІэгъу яхуэтщІыфу дыщытын щхьэкІэ сыт Иеговэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэн щІыхуейр?

16 Иеговэ закъуэщ дэ нэгъэсауэ дыкъызыгурыІуэр (Прит. 15:11, Гъэс.). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ фелъэІу къывдэІэпыкъуну нэгъуэщІхэм яхилъагъуэр фэри флъагъуну икІи абыхэм дапхуэдэу гущІэгъу яхуэфщІ хъунуми къывгурыІуэну. Ди шыпхъу Анжелэ Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуигъэзар къыдэІэпыкъуащ цІыхухэм гущІэгъу нэхъыбэ яхуищІыну. Ар здэкІуэ зэхуэсым щыщ зы шыпхъум езэгъыну гугъу хъуат. Анжелэ къыддогуашэ: «Тыншт а шыпхъур бгъэкъуаншэу, Іуэхум уи Іэр хэптхьэщІыкІыжыну. Ауэ сэ Иеговэ селъэІуащ а шыпхъум и гурыщІэхэр къызгурыІуэну къыздэІэпыкъуну». Анжелэ и лъэІум Иеговэ жэуап ирита? Шыпхъум пещэ: «Сэ абы и гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуа иужь, сыхьэт зыбжанэкІэ абырэ сэрэ дызэпсэлъащ. Сэ абы гущІэгъу хуэсщІу седэІуащ. Иджы сэ ар нэхъыфІыжу слъагъуу сыхъуащ икІи сыдэІэпыкъуну хуабжьу сыхуейщ».

17. Сыт тщІэну ди мурадыр?

17 Дэ унафэ тщІыну дыхуиткъым ди къуэш, ди шыпхъухэм щыщу гущІэгъу хуэтщІыну хэт хуэфащэми, хэт хуэмыфащэми. Ахэр псори Инус, Иляс, Хьэджэр, ЛутІ сымэ хуэдэу гугъуехьхэм пэщІохуэ. Иныкъуэм деж гугъуехь щІаІэр езыхэм я ягъэщ. Ауэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: дэ псоми унафэ мытэмэм тщІахэм щхьэкІэ дэ езым гугъуехь щытшэчыж къохъу. Аращ Иеговэ дыщІыхуигъэушыр гущІэгъу зыхэдгъэлъэну (1 Пет. 3:8). Иеговэ жиІэм дыщедаІуэм деж хьэлкІэ зэхуэмыдэ къуэш, шыпхъу куэд зыхэт дуней псом тет ди унагъуэшхуэм илъ зэкъуэтыныгъэр нэхъ быдэ дощІ. Аращи, къару едвгъэхьэлІэ ди къуэш, ди шыпхъухэм фІыуэ дедэІуэн щхьэкІэ, ахэр нэхъыфІу къэтцІыхун щхьэкІэ икІи гущІэгъу яхуэтщІын щхьэкІэ.

ДАУЭ ДЭ ЩАПХЪЭ ЗЭРЫТЕТХЫФЫНУР:

  • Иеговэ Инусрэ Илясрэ жаІэм фІыуэ зэредэІуам?

  • Хьэджэр Іуэхугъуэ зэрыхуар Иеговэ къыгурыІуэу зэрыщытам?

  • Иеговэ ЛутІ гущІэгъу зэрыхуищІам?

90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ

a Гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ езы цІыхумрэ абы зыгуэр ищІэну хуэзыгъэушамрэ теухуауэ унафэ псынщІэу тщІыну ди хьэлщ. Ауэ «Иеговэ гур елъагъу» (1 Сам. 16:7). Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ лъагъуныгъэ хэлъу Инус, Иляс, Хьэджэр, ЛутІ сымэ зэрыдэІэпыкъуар. Ар къыддэІэпыкъунущ Иеговэ хуэдэу ди къуэш, ди шыпхъухэм дахущытыну.

b СУРЭТХЭР. Зи ныбжь хэкІуэта ди къуэшым зэран къыхуохъу къуэш нэхъ щІалэр зэхуэсым къыкІэрыхуауэ къызэрыкІуар. ИужькІэ абы къещІэ къуэшыр аварие зэрыхэхуам щхьэкІэ къызэрыкІэрыхуар.

c СУРЭТХЭР. ХъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІыр езыгъэкІуэкІ къуэшым къыщохъу шыпхъур адрейхэм яхыхьэну хуэмейуэ, ауэ иужькІэ абы къыгуроІуэ а шыпхъур укІытэхыу зэрыщытыр икІи фІыуэ имыцІыху цІыхухэм яхэтыну къызэрегугъуэкІыр.

d СУРЭТХЭР. Зы шыпхъум нэгъуэщІ шыпхъур дыщызэхуэс Унэм япэу къыщилъэгъуам и гугъащ ар цІыху щІыІэу икІи нэщхъейуэ щыту, ауэ а шыпхъур нэхъыфІу къицІыхун щхьэкІэ хьэщІапІэ къыщригъэблэгъам, абы къыгурыІуащ апхуэдэу зэрыщымытыр.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын