9 СТАТЬЯР
Иеговэ гупсэхугъуэ къывитыну хуит фщІы
«Сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къыщыстегуплІэм, къызэпт гупсэхугъуэм си гур фІы ищІт» (ПС. 94:19).
44-НЭ УЭРЭДЫР Зи гур къутам и тхьэлъэІур
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. ДыщІэгузавэм сыт щхьэусыгъуэ хуэхъункІэ хъунур икІи абы сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитынкІэ хъуну?
ФЭ ЗЫГУЭР щхьэкІэ фыщыгузэва къэхъуа?b Апхуэдэ гурыщІэ иджыпсту фиІэ? Зыгуэрым и псалъэхэмкІэ е и ІуэхущІафэхэмкІэ фи жагъуэ зэрищІам щхьэкІэ гуныкъуэгъуэ фиІэу къыщІэкІынщ. Е фэ зыгуэрым и жагъуэ зэрыфщІам фригузавэу къыщІэкІынщ. Абы нэмыщІ фэ щыуагъэ гуэр фщІауэ Иеговэ зэи къыфхуимыгъэгъуну фегупсысынкІэ хъунущ. ИкІи фэ къыфщыхъункІэ хъунущ фыщыгузавэкІэ фІэщхъуныгъэ фхуримыкъуу, абы къыхэкІкІэ цІыху мыхьэнэншэу фыщыту фегупсысынкІэ хъунущ. Ауэ пэжу пІэрэ ар?
2. Библием ит сыт хуэдэ щапхъэхэм къагъэлъагъуэрэ дызэрыгузавэм щхьэкІэ фІэщхъуныгъэ тхуримыкъуу жыпІэ зэрымыхъунур?
2 Библием ит щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Аннэ — бегъымбар Самуел и анэм — фІэщхъуныгъэ быдэ иІэт. Ауэ абы емылъытауэ Аннэ гуныкъуэгъуэ иІэт и унагъуэм щыщ зыр Іейуэ къызэрыхущытым щхьэкІэ (1 Сам. 1:7). Апостол Паули фІэщхъуныгъэ быдэ иІэт, ауэ абы мыпхуэдэу итхащ: «Іуэху псоми нэмыщІу, члисэ зэхуэс псоми сахуэгузэващ, махуэ къэси согузавэ» (2 Кор. 11:28). Даут апхуэдизкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ иІэти, Иеговэ абы гурыщІэ ІэфІхэр хуиІэт (Апост. 13:22). Ауэ Даут гупсэхугъуэр фІэзыгъэкІуэда щыуагъэхэр ищІауэ щытащ (Пс. 38:4). Иеговэ и лэжьакІуищми гупсэхугъуэ яритыжащ. Мы щапхъэхэм сытым дыхуагъэсэфынуми адэкІэ зэпкърытхынщ.
АННЭ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
3. НэгъуэщІхэм я псалъэхэм дапхуэдэу ди гур зэрауІэфынур?
3 Пхъашэу къыщыдэпсалъэм деж е ди пщІэр щраудыхым деж, абы гуныкъуэгъуэ къыдитынкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу ди жагъуэ къэзыщІыр ди ныбжьэгъумэ е ди Іыхьлымэ. Ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэрызэІыхьам дригузэвэнкІэ хъунущ. Языныкъуэхэр жаІэм емыгупсысу уи гур яуІэнкІэ хъунущ (Прит. 12:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ языныкъуэхэм ди жагъуэ ящІыну яхуейуэ псалъэ дыджхэр къагъэсэбэп. Ди зы шыпхъу ныбжьыщІэ апхуэдэ Іуэхугъуэм пэщІэхуат. Абы жеІэж: «Илъэс зыбжанэкІэ узэІэбэкІыжмэ, ныбжьэгъуу къэслъытэу щыта хъыджэбзым сэ стеухуауэ пцІы гуэрхэр соцсетьхэм щитхыу щІидзат. Ар сэ зыкІэ си гум щІыхьати! Сэ къызгурыІуэтэкъым абы апхуэдэу къыщІызищІар». Фи ныбжьэгъум е фи Іыхьлым фи жагъуэ къищІауэ щытмэ, Аннэ и щапхъэр сэбэп къыфхуэхъунущ.
4. Аннэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ гугъум ихуат?
4 Аннэ Іуэхугъуэ гугъум ихуат. Илъэс куэдкІэ абы сабий иІакъым (1 Сам. 1:2). Израил лъэпкъым къалъытэт дэкІуа цІыхубзым сабий имыІэу щытмэ, Алыхьым и ней щыхуауэ. Апхуэдэ цІыхубзхэм я пщІэр еудыхауэ къащыхъут (ЩІэдз. 30:1, 2). Абы нэмыщІ Аннэ и щхьэгъусэм иджыри зы фыз иІэт. Абы и цІэр Феннанэт икІи абы сабий иІэт. Феннанэ Аннэ ефыгъуэт икІи сыт щыгъуи ауан ищІт, игъэбампІэт (1 Сам. 1:6). ЯпэщІыкІэ Аннэ и дежкІэ гугъут а Іуэхум пэлъэщыну. Абы и гур апхуэдизкІэ иудати, ар «гъыт икІи шхэтэкъым». Аннэ и гур хуабжьу хэщІт (1 Сам. 1:7, 10). Дапхуэдэу-тІэ Аннэ гупсэхугъуэ зэригъуэтыжар?
5. ТхьэлъэІур Аннэ дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуар?
5 Аннэ и гурыщІэхэр Иеговэ хуиІуэтащ. Абы иужь и Іуэхум теухуауэ дин пашэшхуэ И́лий дэгуэшащ. Илий Аннэ къыжриІащ: «Гъуэгу махуэ, уигу ирезагъэ, Израилым и Алыхьым ущІелъэІуар къыпхурещІэ». Дапхуэдэу Аннэ ар сэбэп къызэрыхуэхъуар? Библием зэритымкІэ ар «и гъуэгу теувэжащ», «шхэн щІидзэжащ икІи афІэкІ нэщхъейуэ щытакъым» (1 Сам. 1:17, 18). ТхьэлъэІур Аннэ къыдэІэпыкъуащ гупсэхугъуэ зригъэгъуэтыжыну.
Дауэ Аннэ и щапхъэр къызэрыддэІэпыкъунур гупсэхугъуэ зэдгъэгъуэтыну икІи ар тфІэмыкІуэдыну? (6—10-нэ абзацхэм феплъ.)
6. Алыхьым дызэрелъэІун хуейм теухуауэ Аннэ и щапхъэмрэ Филиппи 4:6, 7 ит псалъэхэмрэ сытым дыхуагъасэрэ?
6 Дэ мамырыгъэ зэдгъэгъуэтыфынущ Иеговэ лъэІукІэ сыт щыгъуи зыхуэдгъазэмэ. Аннэ уафэм щыІэ и Адэм куэдрэ епсэлъащ (1 Сам. 1:12). Дэри зэманым дыщымысхьу дызыгъэгузавэхэм, дызыгъэшынэхэм икІи ди щыуагъэхэм теухуауэ Иеговэ хуэтІуатэ хъунущ. Абы къытхуигъэувкъым ди лъэІухэр сыт щыгъуи гъэхуауэ икІи дахэу зэхэлъхьауэ щытын хуейуэ. Дызыгъэгузавэхэр дыгъыурэ Иеговэ щыжетІэни къэхъункІэ хъунущ. Апхуэдэхэм дежи Иеговэ къыдэдэІуэн езэшкъым. Алыхьым дыщелъэІум деж ди гугъуехьхэмкІэ дыдэгуэшэн хуей закъуэкъым, атІэ Филиппи 4:6, 7 ит чэнджэщри зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым (къеджэ). Паул къыхигъэщащ Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуэдгъазэм деж, абы фІыщІэ хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Апхуэдэу тщІэну щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Псалъэм папщІэ, дэ абы фІыщІэ хуэтщІ хъунущ дуней дахэ къигъэщІам щхьэкІэ, гъащІэ къызэрыдитам, фІыщэу дызэрилъагъум икІи гугъэ дахэ къызэрыдитым щхьэкІэ. Аннэ и щапхъэм иджыри сытым дыхуигъасэрэ?
7. Аннэрэ и щхьэгъусэмрэ зэпымыууэ дэнэт здэкІуэр?
7 Аннэ гугъуехь иІэхэм емылъытауэ и щхьэгъусэм и гъусэу зэпымыууэ Силом къалэм кІуэт, Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ (1 Сам. 1:1—5). Иеговэ и шэтыр лъапІэм дежщ Илий Аннэ щигъэгушхуар икІи и лъэІум Иеговэ жэуап къызэрыритынур щыжриІар (1 Сам. 1:9, 17).
8. Ди зэІущІэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур?
8 Дэ мамырыгъэ зэдгъэгъуэтыфынущ адэкІи зэхуэсхэм дыкІуэу щытмэ. ЗэІущІэр щІидзэн ипэ дэ сыт щыгъуи Алыхьым лъэІукІэ зыхудогъазэ и къару лъапІэр къыдитын щхьэкІэ. Мамырыгъэр — Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ хьэл-щэнхэм ящыщ зыщ (Гал. 5:22). Гугъуехь диІэхэм емылъытауэ адэкІи зэхуэсхэм дыкІуэмэ, Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ Іэмал ядот дагъэгушхуэну икІи гупсэхугъуэ къыдатыну. ТхьэлъэІухэмрэ зэІущІэхэм кІуэнымрэ мыхьэнэшхуэ яІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэмкІэ Иеговэ дигъэгушхуэфынущ (Евр. 10:24, 25). АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ Аннэ и щапхъэм иджыри сытым дыхуигъасэми.
9. Аннэ и гъащІэм сыт зызымыхъуэжу къэнар, ауэ сытым зихъуэжа?
9 Аннэ и гугъуехьыр асыхьэтым зэхэкІатэкъым. Иеговэ и шэтырым деж Аннэ Илий щепсалъэу унэм кІуэжа иужь, ар адэкІи Феннанэ и гъусэу зы унэм щыпсэуащ. ИкІи Библием зыщІыпІи щыжыІакъым Феннанэ Аннэ зэрыхущытым зихъуэжауэ. АдэкІи Аннэ ишэчын хуейуэ къыщІэкІынт абы псалъэ дыдж къыжриІэхэр. Ауэ иджы Аннэ и гум илъ мамырыгъэр зыфІигъэкІуэдтэкъым. Абы псори Иеговэ и ІэмыщІэм ирилъхьати, гукъеуэ иІэжтэкъым. Абы Иеговэ гупсэхугъуэ къритыну хуит ищІащ. Зэман гуэр дэкІа иужь Аннэ Алыхьым зэрелъэІуар къыхуищІащ — сабий къритащ! (1 Сам. 1:19, 20; 2:21).
10. Аннэ и щапхъэм иджыри сытым дыхуигъасэрэ?
10 Дэ мамырыгъэ зэдгъэгъуэтыфынущ ди гугъуехьхэр зэхэмыкІауэ щытми. Дэ Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуэдгъазэми икІи зэпымыууэ зэІущІэхэм дыкІуэми языныкъуэ гугъуехьхэр зэхэмыкІауэ къонэ. Ауэ Аннэ и щапхъэм къыдгурегъаІуэ: апхуэдэм дежи Иеговэ гупсэхугъуэ къыдитыфынущ. Иеговэ дэ зэи дыщыгъупщэнукъым икІи хуэпэжу дыкъызэрынам щхьэкІэ гува-щІэхами фІыгъуэ къытхуищІэжынущ (Евр. 11:6).
АПОСТОЛ ПАУЛ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
11. Паул щІэгузэвэн сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иІа?
11 Паул щІэгузэвэн щхьэусыгъуэ куэд иІащ. Псалъэм пащІэ, къуэш, шыпхъухэр гугъуехьхэм зэрыпэщІэхуэм щхьэкІэ ар хуабжьу гузавэт, ахэр фІыуэ илъагъути (2 Кор. 2:4; 11:28). Апостол Паул и бийхэм ар мызэ-мытІэу яубэрэжьащ икІи лъэхъуэщми ирагъэтІысхьащ. Абы «тхьэмыщкІагъэр» зищІысыр ищІэт икІи нэгъуэщІ гугъуехь куэди ишэчащ (Флп. 4:12). Ар зэрытІысхьа кхъухьхэм ящыщу щыр псым щІилъэфауэ щытащ. Абы иужь ар псым щытехьэм деж, дауикІ, гузавэу къыщІэкІынт (2 Кор. 11:23—27). Паул зыгъэгузавэ гупсысэхэм пэлъэщыну сытыт къыдэІэпыкъур?
12. Паул нэхъ мащІэу гузэвэну сыт сэбэп къыхуэхъуар?
12 Паул къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ гузавэт, ауэ абыхэм я гугъуехьхэр езым и закъуэ зэхигъэкІыну иужь иттэкъым. Абы и зэфІэкІхэм гъунэ зэриІэр къыгурыІуэти, нэгъуэщІхэм елъэІут зэхуэсым сэбэп хуэхъун щхьэкІэ къыдэІэпыкъуну. Псалъэм папщІэ, езым игъэзащІэу щыта къалэнхэм щыщ куэд узыщыгугъ хъун Тимофейрэ Титрэ яритащ. А къуэшхэр Паул зэрыдэІэпыкъуар сэбэп къыхуэхъуащ нэхъ мащІэу гузэвэну (Флп. 2:19, 20; Тит 1:1, 4, 5).
Дауэ апостол Паул и щапхъэр къызэрыддэІэпыкъунур дызыгъэгузавэхэм дыпэлъэщыну? (13—15-нэ абзацхэм феплъ.)
13. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Паул дауэ щапхъэ зэрытрахыфынур?
13 КъывдэІэпыкъуну нэгъуэщІхэм фелъэІу. Паул хуэдэу къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зылъагъу зэхуэсым и нэхъыжьхэр мэгузавэ ахэр гугъуехь щыпэщІэхуэм деж. Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я зэфІэкІхэм гъунэ иІэщ. Абыхэм я зэфІэкІыр здынэсыр къагуроІуэри абы хуегъэуш я къалэнхэмкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну. ИкІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм ныбжьыщІэ къуэшхэр ягъасэ, Алыхьым и мэл хъушэм ахэри кІэлъыплъын щхьэкІэ (2 Тим. 2:2).
14. Сытыт Паул зыщымышынэр икІи абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
14 Гупсэхугъуэ фызэрыхуэныкъуэр жыфІэ. Паул Іэдэбагъ хэлъти, гупсэхугъуэ иІэн щхьэкІэ нэгъуэщІхэр къызэрыдэІэпыкъун хуейр къыгурыІуэт икІи и ныбжьэгъухэм ар ягъэгушхуэт. И ныбжьэгъухэр зэрызыдигъэІэпыкъум щхьэкІэ гугъуехьхэм езыр пэмылъэщыфу апхуэдэфэ къраплъынкІэ ар шынэтэкъым. Паул Филимон хуитха письмом итащ: «Уи фІылъагъуныгъэмкІэ ину сыбгъэгуфІащ икІи си гур бгъэзэгъащ» (Флм. 7). Абы нэмыщІ гугъуехьхэм щыпэщІэхуэм щыгъуэ абы къыдэІэпыкъуу щыта Алыхьым и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэми я гугъу ищІащ (Кол. 4:7—11). Дэ Іэдэбагъ тхэлъу гупсэхугъуэ дызэрыхуэныкъуэр жытІэу щытмэ, яфІэфІу къуэш, шыпхъухэр къыддэІэпыкъунущ.
15. Паул гугъу щехьым щыгъуэ гупсэхугъуэ зригъэгъуэтыжыну сыт къыдэІэпыкъуар?
15 Алыхьым и Псалъэм фыщыгугъ. Паул ищІэт гупсэхугъуэ зригъэгъуэтыжыну Тхыгъэ ЛъапІэр къызэрыдэІэпыкъуфынур (Рим 15:4). Абы Іущагъ къыхилъхьэфынут сыт хуэдэ гугъуехьми пэлъэщыфын щхьэкІэ (2 Тим. 3:15, 16). Паул яубыдауэ етІуанэу Римым щыщыІам щыгъуэ къыгурыІуэт куэд мыщІэу зэраукІынур. Сыт абы щыгъуэ Паул ищІар? Ар Тимофей елъэІуащ и деж псынщІэу къакІуэу, свитокхэр къыхуихьыну (2 Тим. 4:6, 7, 9, 13). Сыт щхьэкІэ? А свитокхэр ЖуртыбзэкІэ тха Тхыгъэхэрауэ къыщІэкІынут икІи Паул ахэр къигъэсэбэпыфынут Алыхьым и Псалъэр нэхъ куууэ иджын щхьэкІэ. Дэри Паул хуэдэу зэпымыууэ Библием деджэмэ, Иеговэ и Псалъэр къигъэсэбэпу гупсэхугъуэ къыдитыфынущ сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами.
ПАЩТЫХЬ ДАУТ ЩАПХЪЭ ТЕФХ
Дауэ Даут и щапхъэр къызэрыддэІэпыкъунур щыуагъэшхуэ тщІауэ щытмэ? (16—19-нэ абзацхэм феплъ.)
16. Даут щыуагъэ ищІахэр дапхуэдэу зэран къызэрыхуэхъуар?
16 Даут и напэр къеныкъуэкъут икІи абы щхьэусыгъуэ иІэт. Абы Вирсавие зинэ дищІащ, абы и щхьэгъусэр зауэм щригъэукІащ икІи зэман гуэркІэ и къуаншагъэхэр щІихъумэну хэтащ (2 Сам. 12:9). ЯпэщІыкІэ Даут и напэм къыжриІэм едэІуакъым. ИкІэм-икІэжым Иеговэрэ езымрэ я зэхущытыкІэр зэрызэІигъэхьам и мызакъуэу, гупсэхугъуэ фІэкІуэдат икІи сымаджэ ирихъуат (Пс. 32:3, 4). Сыт Даут къыдэІэпыкъуар езым и ягъэкІэ гуныкъуэгъуэ иІэхэм пэлъэщыну, икІи сыт дэ къыддэІэпыкъунур щыуагъэшхуэ тщІауэ щытмэ?
17. Псалом 51:1—4 дапхуэдэу къызэрыхэщыр Даут и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьхэм зэрыхущІегъуэжар?
17 Алыхьым къыфхуигъэгъуну фелъэІу. ИкІэм-икІэжым Даут Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъэзэну мурад ищІащ. Абы и гуэныхьхэр псори Алыхьым жриІащ икІи и гум къыбгъэдэкІыу хущІегъуэжащ. (Къеджэ Псалом 51:1—4c.) ДауикІ, абы гупсэхугъуэ игъуэтыжащ! (Пс. 32:1, 2, 4, 5). Гуэныхьышхуэ фщІамэ, ар щІэфхъумэну фыхэмыт. Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъази, зыри фымыбзыщІу фи гуэныхьым теухуауэ жефІэж. Абы иужь гупсэхугъуэ вгъуэтыжынущ икІи фи напэр япэм хуэдэу къывэныкъуэкъужынукъым. Ауэ Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтевгъэувэжыну фыхуеймэ, фэ иджыри зыгуэр фщІэн хуейщ.
18. Даут тезырым дапхуэдэу зэрыхущытар?
18 Тезырым еплъыкІэ тэмэм хувиІэ. Иеговэ Даут и щыуагъэр жриІэн щхьэкІэ бегъымбар Нафан абы и деж щигъэкІуам, Даут зигъэзахуэну хэтакъым икІи ищІар апхуэдэуи гуэныхьышхуэу щымыту жиІакъым. Абы занщІэу жиІащ Вирсавие и лІым и деж гуэныхь къызэрыщихьар икІи, псом хуэмыдэу, Иеговэ и деж гуэныхь къызэрыщихьар. Даут Алыхьым къыбгъэдэкІ тезырым арэзы техъуащ, икІи Алыхьым абы къыхуигъэгъуащ (2 Сам. 12:10—14). Гуэныхь хьэлъэ тщІамэ, Иеговэ къыддэІэпыкъуну тригъэува зэхуэсым и нэхъыжьхэм депсэлъэн хуейщ (Екъуб 5:14, 15). ИкІи дэ зыдгъэзэхуэну иужь дит хъунукъым. Нэхъ щІэх зэхуэсым и нэхъыжьхэм къыджаІэм дедаІуэу тезырым арэзы дытехъуэмэ, нэхъ щІэх гупсэхугъуэрэ гуфІэгъуэрэ дгъуэтыжынущ.
19. Сыт дэ дызыхущІэкъун хуейр?
19 Фи щыуагъэхэр афІэкІа зэрывмыщІэным фыхущІэкъу. Пащтыхь Даут ищІэт аргуэру гуэныхь имыщІэн щхьэкІэ Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум зэрыхуэныкъуэр (Пс. 51:7, 10, 12). Иеговэ къыхуигъэгъуа иужь, гупсысэ Іейхэм ебэныну абы къару ирихьэлІащ икІи абы и фІыгъэкІэ гупсэхугъуэ игъуэтыжащ.
20. Иеговэ къызэрытхуигъэгъум щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
20 Иеговэ къытхуигъэгъуну девгъэлъэІу, абы къыбгъэдэкІ тезырым арэзы дытевгъахъуэ икІи ди щыуагъэхэр афІэкІа зэрыдмыщІэным иужь дивгъэт. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ къызэрытхуигъэгъум щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къэдгъэлъэгъуэнущ. А лъэбакъуэхэр къыддэІэпыкъунущ гупсэхугъуэ зэдгъэгъуэтыжыну. Апхуэдэу зэрыщытыр гуэныхь хьэлъэ зыщІауэ щыта ди къуэш Джеймс езым и щапхъэмкІэ къыгурыІуащ. Абы жеІэ: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэм псори яжесІэжа иужь хьэлъэ гуэр стехужам хуэдэу къысщыхъуащ. Сэ гупсэхугъуэ згъуэтыжащ». Алыхьым и псалъэм итщ: «Иеговэ зи гур кІуэдахэм пэгъунэгъущ икІи зигу иудахэр абы кърегъэл» (Пс. 34:18). Сыту гупсэхугъуэ ар пщІэну!
21. Иеговэ гупсэхугъуэ къыдитын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
21 Мы дуней Іейм и кІэухыр нэхъ гъунэгъу хъуху, гупсэхугъуэ тфІэзыгъэкІуэд Іуэхугъуэхэр нэхъыбэ мэхъу. Зыгуэрым фигъэгузавэу щІидзэмэ, Иеговэ къывдэІэпыкъуну занщІэу фелъэІу. Библиер куууэ вджы. Аннэ, Паул икІи Даут сымэ щапхъэ тефх. Уафэм щыІэ ди Адэм фыщІэгузавэм и щхьэусыгъуэр къывгурыІуэн щхьэкІэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу (Пс. 139:23). Фи гугъуехьхэр Иеговэ и ІэмыщІэ ифлъхьэ, псом хуэмыдэу фэ езым фызыпэмылъэщынухэр. Абы щыгъуэ фэри Псаломыр зытхам иІа гурыщІэхэм хуэдэ фиІэнущ. Абы Иеговэ теухуауэ мыпхуэдэ уэрэд жиІащ: «Сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къыщыстегуплІэм, къызэпт гупсэхугъуэм си гур фІы ищІт» (Пс. 94:19).
4-НЭ УЭРЭДЫР «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»
a Дэ псори зэман-зэманкІэрэ гугъуехь дызыпэщІэхуэхэм щхьэкІэ дыщыгузавэ къохъу. Мы статьям Иеговэ хуэпэжу щыта цІыхуищым я щапхъэхэр щызэпкърытхынщ. Ахэр Библиер щатха зэманым щыгъуэ псэуащ икІи гупсэхугъуэ яфІэзыгъэкІуэд гугъуехьхэм пэщІэхуащ. Дэ къэтщІэнущ Иеговэ дапхуэдэу абыхэм гупсэхугъуэ яритыжами.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Гузэвэн жиІэм къикІыр зыгуэрым щхьэкІэ гуныкъуэгъуэ уиІэн, гупсэхугъуэ пфІэкІуэдын жиІэу аращ. ДыщІэгузавэм щхьэусыгъуэ хуэхъункІэ хъунущ ахъшэм, узыншагъэм, унагъуэм е нэгъуэщІ гуэрым пыщІа гугъуехьхэр. Абы нэмыщІ япэм тщІа щыуагъэхэм щхьэкІэ гуныкъуэгъуэ диІэнкІэ хъунущ е къэкІуэну зэманым дызыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехьхэм дригузэвэнкІэ хъунущ.
c Псалом 51:1—4: «Уи фІылъагъуныгъэм къыхэкІкІэ, си Алыхь, уи нэфІ къысщыхуэ. Уи гущІэгъум къыхэкІкІэ, си бзаджагъэхэр схуэгъэкІуэд. СкІэрыгъэкъэбзыкІыж хабзэншагъэу злэжьар икІи гуэныхьыр симыІэжу, къабзэ сыщІыж. Сэ бзаджагъэу злэжьар сощІэж икІи си гуэныхьыр си пащхьэ сыт щыгъуи илъщ. Уэ зым, уэ зым уи закъуэщ зи пащхьэ гуэныхь къыщысхьар икІи уэ Іейуэ къэплъытэр зи пащхьэ щысщІар. Аращи, ущыпсалъэм узахуэщ икІи уи хьэкумыр пэжщ».