Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
Сэ щапхъэфІхэмкІэ зызгъасэти, Иеговэ фІы къысхуищІэжащ
СЫЩЫЩІАЛЭМ хъыбарыфІ гъэІуныр къызэгугъуэкІыу щытащ. Ин сыхъуа иужь схуэмыгъэзэщІэну къысщыхъу къалэнхэр къызатт. Си шынэхэм сытекІуэну икІи полновременнэ лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хэсхыу илъэс 58-кІэ сыхэтыну Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэр къызэрыздэІэпыкъуар вжесІэжыну хуит сыфщІ.
Канадэм и Квебе́к провинцием и нэхъыбэ цІыхухэр французыбзэкІэ щыпсалъэ Квебе́к къалэм сыкъыщалъхуащ. Си адэ Луи́рэ си анэ Зе́лиерэ фІыуэ салъагъуу икІи сызыхуэныкъуэр къысхуащІэу сапІащ. Си адэр укІытэхыу икІи еджэн ифІэфІу щытащ. Сэ тхэн сфІэфІт икІи журналист сыхъуну сыхуейт.
Илъэс 12 сыщыхъум си адэм къыдэлажьэ Родо́льф Суси́ и ныбжьэгъур и гъусэу ди деж къэкІуат. Ахэр Иеговэ и Щыхьэтт. Сэ Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ мащІэт сщІэр икІи абыхэм я фІэщ хъур сытми сфІэгъэщІэгъуэну зэи щытакъым. Ауэ сэ сигу ирихьащ Библиер къагъэсэбэпурэ гурыІуэгъуэу икІи псори зэхуэкІуэу ди упщІэхэм жэуап зэрыратар. Си адэ-анэми ар ягу ирихьати, дэ Библиер дджын щІэддзащ.
Сэ католикхэм я школым сыщеджэт. ИкІи Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер щызджым деж къасщІэхэмкІэ иныкъуэхэм деж къыздеджэхэм садэгуашэт. ИкІэм-икІэжым егъэджакІуэхэм ар къащІащ. Ахэр священникт. Тхыгъэ ЛъапІэр къигъэсэбэпу си псалъэхэр пцІыуэ къыщІилъытэр сигъэлъэгъуным и пІэкІэ абыхэм щыщ зым классым и пащхьэм щыжиІащ псори къызэщІэзгъэсту икІи сыжыІэмыдаІуэу! Ар си дежкІэ тынштэкъым, ауэ апхуэдэу къызэрызэпсэлъам къызгуригъэІуащ школым дызыхурагъаджэ члисэм и щІэныгъэр Библием итым зэрытемыхуэр. Сэ къызгурыІуащ абы сыщемыджэмэ зэрынэхъыфІыр икІи си адэ-анэр арэзыуэ нэгъуэщІ школ сыкІуащ.
ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫР СЭ ФІЫУЭ ЗЭРЫСЛЪАГЪУАР
Сэ Библиер адэкІи зджыт, ауэ унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр згъэІуну сызэрышынэм къыхэкІкІэ лъэбакъуэхэр счытэкъым. Католикхэм я члисэм куэд и ІэмыщІэ илът икІи абы къаруушхуэ иІэт. Ар хуабжьу хъыбарыфІ гъэІуным пэщІэувэт. Квебекым и премьер-министр Мори́с Дюплесси́ члисэм и Іуэхухэр ядиІыгът. Абы и унафэкІэ цІыхухэм Иеговэ и Щыхьэтхэр кърахуэкІт икІи къащытеуи къэхъут. А зэманым хъыбарыфІыр бгъэІун щхьэкІэ егъэлеяуэ лІыгъэшхуэ пхэлъын хуейт.
Шынэм сытекІуэну къыздэІэпыкъуащ Галаад Школым и ебгъуанэ классыр къэзыуха Джон Рей. Джон ехъулІэныгъэ иІэу хъыбарыфІ гъэІуным хэтт, ауэ ар цІыху Іэдэбу, щабэу щытт икІи абы зыхуэбгъэзэну тыншт. Абы си щыуагъэхэр къызгуригъэІуэн щхьэкІэ чэнджэщхэр щІэх-щІэхыурэ къызиту щыттэкъым, атІэ езым и щапхъэм сэ куэдым сыхуигъасэт. Джон французыбзэр къегугъуэкІти сэ щІэх-щІэхыурэ хъыбарыфІ гъэІуным сыкъыздищтэт икІи а бзэмкІэ псэлъэну сэ абы сыдэІэпыкъут. Джон сызэригъусэр къыздэІэпыкъуащ пэжым и лъэныкъуэр субыдыну икІи 1951-нэ гъэм, накъыгъэм и 26-м, япэ дыдэу Иеговэ и Щыхьэтхэм сазэрыхуэзэрэ илъэсипщІ дэкІауэ, сэ псым зыщІэзгъэуащ.
Джон Рей (1) игъэлъэгъуа щапхъэфІым и фІыгъэкІэ сэ (2) хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ згъэІуну шынэ сиІам сытекІуащ
Квебек щыІэ ди зэхуэс цІыкІум и нэхъыбэр пионерт. Абыхэм я щапхъэм сыхуигъэушащ сэри пионер сыхъуну. А зэманым хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ Библием фІэкІ нэгъуэщІ тхыгъэхэр тІыгътэкъым, абы къыхэкІкІэ ар фІыуэ къэдгъэсэбэпу зедгъэсэн хуейт. Сэ Библиер нэхъыфІу къэсцІыхуну сыхущІэкъут икІи пэжыр цІыхухэм къагурызгъэІуэн щхьэкІэ едзыгъуэ нэхъ хуэкІуэхэр къэзгъуэтыну сыхэтт. Ауэ куэдым ядэтэкъым Библием ит едзыгъуэм дакъыхуеджэну, дыкъызэджэ Библиер католикхэм я члисэм хуит имыщІамэ.
1952-нэ гъэм Симо́нэ Патри́ къэсшащ. Ар сэ сыздэкІуэ зэхуэсым щыщт икІи абы фІэщхъуныгъэ быдэ иІэт. Дэ Монреа́ль дыІэпхъуащ икІи дызэрыша иужь илъэс дэкІри ди пхъу Лизэ дунейм къытехьащ. Дызэрышэн ипэ сэ пионер лэжьыгъэр къэзгъэнами, Симонэрэ сэрэ мылъку зэгъэпэщыным дыхущІэмыкъуу дызэрыпсэуным иужь дитт, хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхъукІэ нэхъыбэрэ дыхэтын щхьэкІэ.
ИлъэсипщІ дэкІа иужь сэ пионер лэжьыгъэр аргуэру къызэрысщтэжыным сегупсысу щІэздзащ. 1962-нэ гъэм зэхуэсым и нэхъыжьхэм щхьэкІэ мазэкІэ екІуэкІ «Школа священного служения» жыхуиІэм сыщеджащ. Ар Канадэм и Вефилым щекІуэкІат икІи абы щыгъуэ сэ Ками́лль Уэлле́тт къуэшым и гъусэу зы пэшым сыщІагъэтІысхьащ. Камилль сэ хуэдэу унагъуэ иІэми хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтыну гукъыдэж иІэт. Ар сэ хуабжьу згъэщІэгъуащ. А зэманым щыгъуэ Квебек къалэм сабий зиІэхэм щыщу пионер лэжьыгъэр зыгъэзащІэр мащІэ дыдэт. Ауэ Камилль полновременнэ лэжьыгъэм хэтыну хуейт. Абы сэ мызэ-мытІэу сыхуигъэушащ пионеру сылэжьэфынрэ сымылэжьэфынрэ сегупсысыну. Мазэ зыбжанэ фІэкІа дэмыкІыу сэ пионер лэжьыгъэр къызэрысхуэщтэнур къызгурыІуащ. Языныкъуэхэм мурад сщІам Іущагъ хэмылъу къалъытэт, ауэ сэ шэч къытесхьэтэкъым Иеговэ къызэрыздэІэпыкъунум.
СПЕЦИАЛЬНЭ ПИОНЕРУ КВЕБЕК ДЫЩОЛАЖЬЭ
1964-нэ гъэм Симонэрэ сэрэ специальнэ пионеру дыщылэжьэну дыкъыщыхъуа Квебек къалэм дагъэкІуащ икІи абы илъэс зыбжанэкІэ хъыбарыфІыр щыдгъэІуащ. Абы щыгъуэ хъыбарыфІыр бгъэІуну нэхъ тынш хъуат, ауэ дэ иджыри зэран къытхуэхъун щхьэкІэ цІыхухэр къыщытпэщІэувэ къэхъут.
Зэгуэрым щэбэт махуэм Квебек пэгъунэгъуу щыт Сент-Мари́ къалэ цІыкІум полицэм саубыдащ. Сэ участокым сашэри камерэм срагъэтІысхьащ, хуит самыщІауэ хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ зэрызгъэІум щхьэкІэ. ИужькІэ бзаджафэ зытет Байяржо́н зи унэцІэ судьям и пащхьэм срашащ. Ар къызэупщІащ хэт си адвокату щытынуми. «Глен Хауa» — жесІащ сэ абы. Ар щызэхихым губжьауэ судьям жиІащ: «Ари? Уэдыдыд!» Ди къуэш Глен Хау адвокат цІэрыІуэт икІи ехъулІэныгъэ иІэу Иеговэ и Щыхьэтхэм ар къащхьэщыжт. Куэд дэмыкІыу хъыбар сагъэщІащ сызэрагъэкъуаншэхэр псори судым стрихыжауэ.
ЦІыхухэр къызэрытпэщІэувэм къыхэкІкІэ Квебек къалэм зэІущІэр щедгъэкІуэкІын щІыпІэ къыщыдгъуэтыну гугъут. Ди зэхуэсыр цІыкІут икІи зэІущІэр щедгъэкІуэкІыну къэдгъуэтар ямыгъэплъ гаражыжь гуэрт. ЩІымахуэ уаем ар дгъэплъын щхьэкІэ дагъэкІэ лажьэ радиатор къэдгъэсэбэпт. ЗэІущІэр щІидзэн ипэ сыхьэт зыбжанэ иІэжу абы ихъуреягъкІэ дыкъетІысэкІти, зым зыр дгъэгушхуэн щхьэкІэ къэхъуа Іуэхугъуэхэр жытІэжт.
ГуфІэгъуэшхуэщ плъэгъуну хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтам къыпэкІуа фІыгъуэхэр. 1960-нэ гъэм Квебек къалэм, Кот-Нор регионым, абы нэмыщІ Гаспе́ полуостровым зэхуэс цІыкІу зыбжанэ фІэкІ щыІэтэкъым. Ауэ нобэ абы зэхуэс куэд къыщыунэхуащ икІи Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэ дахэхэм зэІущІэхэр щокІуэкІ.
РАЙОНЫМ И НЭХЪЫЖЬУ АБЫ ИУЖЬ ОБЛАСТЫМ И НЭХЪЫЖЬУ СОЛАЖЬЭ
1977-нэ гъэм районым и нэхъыжьхэмрэ областым и нэхъыжьхэмрэ щхьэкІэ Торонто (Канадэ) щекІуэкІа зэІущІэм сыщыІащ
1970-нэ гъэм Симонэрэ сэрэ районнэ лэжьыгъэм дыхэтыну дыкърагъэблэгъащ, 1973-нэ гъэм областной лэжьыгъэм дыхэтыну къыджаІащ. А илъэсхэм щІэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Лорье́ Сомю́ррэb Дейвид Сплэйнрэc куэдым сыхуагъэсащ. Конгресс къэс Дейвидрэ сэрэ къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу зэредгъэджэным теухуауэ гупсысэ диІэхэмкІэ дызэдэгуашэт. СощІэж Дейвид мыпхуэдэу къызэрызжиІар: «Лео́нс, сэ сигу ирихьащ къуэш, шыпхъухэм я пащхьэм иужь дыдэу щыжыпІа псалъэр. ФІы дыдэу пщІащ! Ауэ материал къэбгъэсэбэпар апхуэдизкІэ куэд хъути, псалъэ гъэхьэзырауэ щы сщІыну срикъунут!» Сэ си псалъэм гупсысэ куэд хэзгъэхьэну си хьэлт. Гупсысэ гуэр щыжысІэкІэ информацие нэхъ мащІэ жысІэу зезгъэсэн хуейт.
Канадэм и къуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ къалэ куэдым хъыбарыфІыр щызгъэІуащ
Квебек къалэм дэс къуэш, шыпхъухэм сэ фІыуэ сыкъацІыхути, абыхэм я районым сыщыкІуэм деж, ахэр хуейт си гъусэу хъыбарыфІыр щІэх-щІэхыурэ ягъэІуну. Сэри абыхэм саригъусэну хуабжьу сфІэфІт. Абыхэм я гъусэу хъыбарыфІыр зэрызгъэІум къыхэкІкІэ районым и нэхъыжьым сыдэлэжьэну зэман мащІэт къысхуэнэжыр. Ауэ областым и нэхъыжьым и къалэн нэхъыщхьэу щытыр районым и нэхъыжьыр гъэгушхуэнырат. Зэгуэрым абыхэм ящыщ зым гуапэу къызжиІащ: «Щытхъу пхуэфащэщ уэ къуэш, шыпхъухэм зэман куэд зэрытебгъэкІуадэм щхьэкІэ, ауэ зыщумыгъэгъупщэ мыр сэ си тхьэмахуэу зэрыщытыр. Сэри гушхуэныгъэ сыхуэныкъуэщ!» А чэнджэщыр къыздэІэпыкъуащ си къалэн нэхъыщхьэр зыщызмыгъэгъупщэну.
1976-нэ гъэм сызыхуэмыхьэзыр гуауэшхуэ къэхъуащ. Сэ фІыщэу слъагъу си щхьэгъусэ Симонэ сымаджэ хъури лІащ. Ар псэемыблэжу зэрыщытыр икІи Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур лъапІэу слъытэт, ар ныбжьэгъуфІт икІи си дэІэпыкъуэгъут. А гуауэм сыпэлъэщыну сэ къыздэІэпыкъуащ хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру сызэрыхэтар. Сэ Иеговэ фІыщІэ хузощІ а зэман гугъум щыгъуэ и лъагъуныгъэр зэрызигъэлъэгъуам икІи къызэрыздэІэпыкъуам щхьэкІэ. ИужькІэ английскэбзэкІэ псалъэ Кэ́ролин Э́ллиотт къэсшащ. Абы жыджэру пионер лэжьыгъэр игъэзащІэт икІи ар хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу хэтын щхьэкІэ Квебек къалэм къэкІуат. Кэролин цІыхухэм епсэлъэну ифІэфІщ икІи абыхэм гулъытэ яхуещІ, псом хуэмыдэу укІытэххэм икІи закъуэныгъэ зыхэзыщІэхэм. Иеговэ и лэжьыгъэр щызгъэзащІэм ар дэІэпыкъуэгъушхуэ къысхуэхъуащ.
МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗИІЭ ГЪЭ
1978-нэ гъэм, щІышылэм «Школа пионерского служения» жыхуиІэр Квебек япэ дыдэу щекІуэкІам щыгъуэ къуэш, шыпхъухэр езгъэджэну къызэлъэІуат. Сэ егъэлеяуэ сыгузавэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ школ зэи езгъэкІуэкІатэкъым, абы щеджэ къуэш, шыпхъухэм дежи ар щІэ гуэрт. Сыту фІыт а япэ классым куэд щІауэ пионер лэжьыгъэм хэт къуэш, шыпхъухэр зэрыщеджар, сэ егъэджакІуэу сыщытами, абыхэм куэдым сыхуагъэсащ!
ИужькІэ а гъэ дыдэм къэрал куэдым къикІа Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгресс Монреаль дэт Олимпийскэ стадионым щекІуэкІат. А конгрессым «Победоносная вера» и цІэт. Квебек щекІуэкІа конгрессхэм ар псом нэхърэ нэхъ ин дыдэт. Абы 80 000-м нэхърэ нэхъыбэ цІыху щыІащ. Сэ журналистхэм сепсэлъэну си къалэнт. А конгрессым теухуауэ фІы куэд зэратхыр хуабжьу ди гуапэ хъут. ТелевизорымкІэ икІи радиомкІэ а конгрессым теухуауэ сыхьэт 20-м нэхърэ нэхъыбэкІэ тепсэлъыхьащ, газетым щэ бжыгъэкІэ статьяхэр къытрадзащ. Абы къыхэкІкІэ цІыху куэдым Иеговэрэ абы и Щыхьэтхэмрэ теухуауэ къащІащ!
НЭГЪУЭЩІЫБЗЭКІЭ ХЪЫБАРЫФІЫР СОГЪЭІУ
1996-нэ гъэм си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэ къыхыхьащ. Псым зэрызыщІэзгъауэрэ французыбзэкІэ Квебек къалэм хъыбарыфІыр щызгъэІут, ауэ иджы Торо́нто къалэм английскэбзэкІэ щыпсалъэ щІыпІэм сагъэкІуащ. А лэжьыгъэр схуэмыгъэзэщІэну къысщыхъут икІи тэмэму сымыщІэ английскэбзэкІэ псалъэ зэрыжысІэн хуейм сигъэшынэт. Сэ нэхъыбэжрэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъэзэн хуейт икІи абы нэхъыбэу сыщыгугъын хуейт.
Торонто сызэрыщыІа илъэситІыр хуабжьу сигу ирихьат. Кэролин шыІэныгъэ хэлъу къыздэІэпыкъут английскэбзэкІэ нэхъыфІу сыпсэлъэну, къуэшхэри дэІэпыкъуэгъу къысхуэхъут икІи сагъэгушхуэт. Куэд дэмыкІыу ныбжьэгъуфІ куэд диІэ хъуащ.
Мэрем махуэхэм районнэ конгрессым пыщІа къалэн куэд сиІэт, ауэ пщыхьэщхьэм унэ-унэкІэ хъыбарыфІ гъэІуным зы сыхьэт хуэдиз хухэсхт. Зыгуэр егупсысынкІэ хъунут: «Лэжьыгъэ куэд щыбгъэзэщІэн хуей махуэхэм ипэ сыт Іэмал имыІэу хъыбарыфІ гъэІуным ущІыхэтын хуейр?» Ауэ сэ хъыбарыфІ гъэІуным сыщыхэткІэ цІыхухэм фІыуэ сызэрепсалъэм къару къызитт. Иджыпстуи хъыбарыфІыр щызгъэІукІэ сэ гушхуэныгъэ согъуэт.
1998-нэ гъэм Кэролинрэ сэрэ специальнэ пионеру Монреаль дагъэкІуащ. Илъэс зыбжанэкІэ цІыху куэд здэщыІэ щІыпІэхэм хъыбарыфІ гъэІуныр зэгъэпэщыным сыхэтащ, абы нэмыщІ Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ еплъыкІэ пэж цІыхухэм яІэн щхьэкІэ СМИ-м и лэжьакІуэхэм сепсалъэт. Иджыпсту Кэролинрэ сэрэ нэгъуэщІ къэралхэм къикІауэ куэд мыщІэу Канадэм къэІэпхъуа цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадогуашэ, абыхэм щыщ куэдыр хуейщ Библием итым теухуауэ нэхъыбэ къащІэну.
Си щхьэгъусэ Кэролин си гъусэу
Сэ псым зэрызыщІэзгъауэрэ илъэс 68-рэ дэкІащ. Зэман блэкІахэр сигу къыщызгъэкІыжкІэ сэ къызгуроІуэ гъащІэ насыпыфІэ зэресхьэкІар. ГуфІэгъуэ нэхъыбэ дыдэ къысхуэзыхьар хъыбарыфІ гъэІуныр фІыуэ зэрыслъагъуаращ икІи пэжыр къащІэну цІыху куэдым сазэрыдэІэпыкъуаращ. Си пхъу Лизэрэ абы и щхьэгъусэмрэ я бынхэр къагъэхъури, пионер лэжьыгъэр щІадзащ. Лизэ и гум къыбгъэдэкІыу Алыхьым хуолажьэ икІи сэ абы хуабжьу си гур егъэгуфІэ. Сэ псом хуэмыдэу Алыхьым хуэпэж си ныбжьэгъухэм фІыщІэ яхузощІ, абыхэм я щапхъэфІхэмкІэ икІи Іущагъ зыхэлъ я чэнджэщхэмкІэ къыздэІэпыкъуащ Алыхьым и еплъыкІэ зэзгъэгъуэтыну икІи Иеговэ и организацэм къалэн зэмылІэужьыгъуэхэр щызгъэзэщІэну. Сэ къызгурыІуащ: Иеговэ и организацэм къалэн къыдитхэр адэкІи дгъэзэщІэн щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэ лъэщым дыщыгугъын хуейщ (Пс. 51:11). Сэ зэпымыууэ Иеговэ фІыщІэ хузощІ и цІэр згъэлъэпІэну апхуэдэ пщІэшхуэ къызэрысхуищІам щхьэкІэ! (Пс. 54:6).
a 2000 гъэм, мэлыжьыхьым и 22-м къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым ит «Не ваша война, а Божия» жыхуиІэ статьям Глен Хау и гъащІэм теухуауэ жиІэжам фыщеджэфынущ.
b 1976-нэ гъэм, щэкІуэгъуэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» Лорье Сомюр и гъащІэм теухуауэ жиІэжам фыщеджэфынущ (англ.).
c Дейвид Сплэйн Иеговэ и Щыхьэтхэм я УнафэщІ гупым хэтщ.