8 СТАТЬЯР
Мамырыгъэм фыхущІэкъу — фыгъуэныр зытевмыгъакІуэ
«Аращи, зэгурыІуэныгъэ къэзыхь Іуэхухэми гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ зэрыдгъуэт Іуэхухэми я ужь дивгъэт» (РИМ 14:19).
106-НЭ УЭРЭДЫР Лъагъуныгъэр хыдогъахъуэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Исуф и къуэшхэр абы зэрефыгъуэу щытам къыхэкІкІэ, я унагъуэм сыт хуэдэ гуауэ къыхуихьа?
ЕКЪУБ и къуэхэр псори фІыуэ илъагъут, ауэ илъэс 17 хъу Исуф нэхъ гурыщІэ ІэфІхэр хуиІэт. Исуф и къуэшхэр а Іуэхум дапхуэдэут зэрыхущытыр? Ахэр абы ефыгъуэу щІадзащ икІи зэрефыгъуэм къыхэкІкІэ ар ялъагъу мыхъуу хъуащ. Апхуэдэу къыщІыхущытын щхьэусыгъуэ щыІэтэкъым, Исуф абыхэм зыри ярищІатэкъым. Абы емылъытауэ зэкъуэшхэм Исуф пщылІыну ящащ, ауэ я адэм жраІащ фІыуэ илъагъу и къуэр хьэкІэкхъуэкІэ бзаджэм ишхауэ. Абыхэм фыгъуэр зытрагъакІуэри я унагъуэм мамырыгъэр ирахащ, я адэми и гур хуабжьу хагъэщІащ (ЩІэдз. 37:3, 4, 27—34).
2. Галатие 5:19—21 зэритымкІэ, фыгъуэныр сыт апхуэдизу щІэшынагъуэр?
2 Фыгъуэнырb «цІыхум и гуэныхьыщІэ щэныжьым къыхэкІ Іейхэм» ящыщ зыуэ Библием жеІэ икІи «апхуэдэ икІагъэхэр зылэжьхэм Тхьэм и ТепщэныгъэшхуэмкІэ Іыхьэ къалъысынукъым». (Къеджэ Галатие 5:19—21.) Щхъухьым ебгъэщхь хъуну Іуэхугъуэхэр фыгъуэным щІэх-щІэхыурэ къыпокІуэ, псалъэм папщІэ зэгурымыІуэныгъэр, лъагъумыхъуныгъэр икІи губжьыр.
3. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
3 Исуф и къуэшхэм я щапхъэм къегъэлъагъуэ фыгъуэным цІыхухэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэрызэтрикъутэфынур икІи унагъуэм илъ мамырыгъэр зэригъэкІуэдыфынур. Дэ зэи Исуф и къуэшхэм ящІам хуэдэ тщІэнутэкъым, ауэ зыщыдгъэгъупщэнкъым дэ гуэныхь зэрытхэлъыр, абы къыхэкІкІэ псоми ди гур зэрыбзаджэр (Иер. 17:9). Аращи, гъэщІэгъуэнкъым иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм дазэрефыгъуэр. АдэкІэ Библием ит щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ. Ахэр къыддэІэпыкъунущ къыдгурыІуэну фыгъуэным ди гум дапхуэдэу лъабжьэ щищІыфынуми. Абы иужькІэ дытепсэлъыхьынщ фыгъуэныр зытедмыгъэкІуэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми икІи дапхуэдэу мамырыгъэм дыхущІэкъунуми.
ФЫГЪУЭНЫР СЫТЫМ КЪЫХЭКІЫНКІЭ ХЪУНУ
4. Филистимлянхэр сытыт Исхьэкъ щІефыгъуэр?
4 Зыгуэрым мылъкушхуэ щыбгъэдэлъым деж. Исхьэкъ мылъкушхуэ бгъэдэлът, абы къыхэкІкІэ филистимлянхэр абы ефыгъуэт (ЩІэдз. 26:12—14). Исхьэкъ и хъушэхэр псы иригъэфэн щхьэкІэ къигъэсэбэп псыкъуийхэр абыхэм иратхъуэжат (ЩІэдз. 26:15, 16, 27). Филистимлянхэм хуэдэу нобэ языныкъуэ цІыхухэр ахъшэ е мылъку нэхъыбэ зиІэхэм йофыгъуэ. НэгъуэщІым иІэм хуэдэ зыІэрагъэхьэну ахэр зэрыхущІэкъум нэмыщІ, абы иІэр фІэкІуэдыну щІохъуэпс.
5. Сытыт дин пашэхэр Хьисэ щІефыгъуэр?
5 НэгъуэщІыр адрейхэм фІыуэ щалъагъум деж. Иудей дин пашэхэр Хьисэ Мэссихь ефыгъуэт, цІыхухэм ар фІыуэ зэралъагъум щхьэкІэ (Мт. 7:28, 29). Хьисэ Алыхьым и лІыкІуэт икІи абы цІыхухэр пэжым хуригъаджэт. Ауэ дин пашэхэм абы теухуауэ пцІы ягъэІут икІи и цІэр ягъэпудт (Мк. 15:10; Ин. 11:47, 48; 12:12, 13, 19). Абы сытым дыхуигъасэрэ? Дэ дыхуэсакъын хуейщ я хьэл-щэныфІхэм щхьэкІэ нэгъуэщІхэм фІыуэ ялъагъу къуэш, шыпхъухэм дефыгъуэу щІэдмыдзэн щхьэкІэ. Абы ипІэкІэ дэ езым фІыуэ дыщІалъагъун хьэл-щэнхэр зыхэтлъхьэн хуейщ (1 Кор. 11:1; 3 Ин. 11).
6. Диотреф фыгъуэу зэрыщытыр сытым къыхэщрэт?
6 Зыгуэрым зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэн щигъэзащІэмэ. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Диотреф ефыгъуэт зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр щызыгъэзащІэ къуэшхэм. Диотреф зэхуэсым «пашэ яхуэхъуну хуейт», абы къыхэкІкІэ апостол Иуанрэ нэгъуэщІ къуэшхэмрэ я пщІэр езудых хъыбархэр зэхуэсым хихьэт (3 Ин. 9, 10). ДауикІ, дэ Диотреф ищІам хуэдэ дыдэ тщІэну къыщІэкІынкъым, ауэ дэри дыфыгъуэу щІэддзэнкІэ хъунущ зыгуэрым пщІэ зыпылъ къалэнхэр игъэзэщІэну щратым деж. Апхуэдэу хъуфынущ, псом хуэмыдэу дэ езым къыдатыну дызыщыгугъа е дэри тхуэгъэзэщІэну ди гугъэ къалэнхэр нэгъуэщІым щыхуагъэфащэм деж.
Дэ ди гур щІыгулъым ебгъэщхь хъунущ, хьэл-щэныфІхэр удз гъэгъа дахэм ещхьщ. Фыгъуэныр удзыжьым хуэдэщ. Удзыжьым удз гъэгъар зэригъэгъужым хуэдэу, фыгъуэм нэгъуэщІ хьэл-щэныфІхэр, псалъэм папщІэ лъагъуныгъэр, гущІэгъур икІи гуапагъэр игъэкІуэдыжыфынущ. (7-нэ абзацым феплъ.)
7. Фыгъуэныр дапхуэдэу зэран къызэрытхуэхъуфынур?
7 Фыгъуэныр удзыжьым хуэдэщ. Абы ди гум лъабжьэ щищІмэ, иужькІэ ар дгъэкІуэдыну егъэлеяуэ гугъу хъунущ. НэгъуэщІ хьэл Іейхэм фыгъуэныр хагъэхъуэфынущ, псалъэм папщІэ пагагъэм, зэпеуэныгъэм икІи щхьэхуещагъэм. Фыгъуэм нэгъуэщІ хьэл-щэныфІхэр, псалъэм папщІэ лъагъуныгъэр, гущІэгъур икІи гуапагъэр игъэкІуэдыфынущ. Фыгъуэр зэщІэгъэгъэхукІэ фемыжьэ, ар къэкІыу зэрыфлъагъуу занщІэу къифтхъ. Дауэ-тІэ ар зэрытщІ хъунур?
ІЭДЭБАГЪ ЗЫХЭФЛЪХЬЭ ИКІИ АРЭЗЫУЭ ФЫЩЫТ
Удзыжьым хуэбгъадэ хъуну фыгъуэм дапхуэдэу дызэрыпэлъэщынур? Алыхьым и къару лъапІэр къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ фыгъуэныр и лъабжьэр и гъусэу ди гум къиттхъыфынущ икІи абы и пІэкІэ Іэдэбагъымрэ арэзыныгъэмрэ къыщыдгъэкІыфынущ. (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)
8. Фыгъуэным дыпэлъэщыну сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр къыддэІэпыкъуну?
8 Іэдэбагъ зыхэтлъхьэмэ икІи арэзыуэ дыщытмэ, фыгъуэным дыпэлъэщыфынущ. А хьэл-щэнхэр ди гум изу щытмэ, фыгъуэным абы лъабжьэ щищІыфынукъым. Іэдэбагъыр къыддэІэпыкъунущ ди щхьэр дымыІэтыну. Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхур егупсыскъым нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу езым къыхущытын хуейуэ (Гал. 6:3, 4). Арэзыуэ щыт цІыхум иІэр фІыщІэ ещІ икІи нэгъуэщІхэм зригъапщэкъым (1 Тим. 6:7, 8). Іэдэбагъ зыхэлъ икІи арэзыуэ щыт цІыхухэр нэгъуэщІхэм ехъулІэныгъэ щаІэм деж мэгуфІэ.
9. Галатие 5:16, абы нэмыщІ Филиппи 2:3, 4 зэритымкІэ, дапхуэдэу Алыхьым и къару лъапІэр къызэрыддэІэпыкъур?
9 Фыгъуэныр зытедмыгъакІуэу, Іэдэбагъ зыхэтлъхьэн икІи арэзыуэ дыщытын щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэм дыхуэныкъуэщ. (Къеджэ Галатие 5:16; Филиппи 2:3, 4.) Алыхьым и къару лъапІэр къыддоІэпыкъу ди гурыщІэхэр къыдгурыІуэну икІи зыгуэр тщІэну дыхуэзыгъэушыр сытми зэхэдгъэкІыну. Алыхьыр зыдэдгъэІэпыкъумэ, зэран къытхуэхъу гупсысэхэмрэ гурыщІэхэмрэ дгъэкІуэдыфынущ икІи ахэр фІыкІэ тхуэхъуэжынущ (Пс. 26:2; 51:10). Мусэрэ Паулрэ я щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абыхэм яхузэфІэкІащ фыгъуэным и къапхъэным имыхуэну.
Израилым щыщ ныбжьыщІэр Мусэрэ Нун и къуэ Ехьошуарэ деж мажэ лагерым щыщ цІыхуитІым бегъымбархэм хуэдэу зэрызащІыр яжриІэну. Нун и къуэ Ехьошуа Мусэ йолъэІу ахэр къигъэувыІэну, ауэ Мусэ ар идэкъым. Абы Нун и къуэ Ехьошуа жреІэ Иеговэ и къару лъапІэр а цІыхуитІым зэрыритам щхьэкІэ зэрыгуфІэр. (10-нэ абзацым феплъ.)
10. Мусэ и Іэдэбагъым сыт гъэунэхуапІэ хуэхъуауэ къыщІэкІынур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
10 Мусэ Алыхьым и лъэпкъым тепщэныгъэшхуэ щиІэт, ауэ ар иужь иттэкъым и увыпІэр дапхуэдэу мыхъуами имыутІыпщу иІыгъыну. Псалъэм папщІэ, зэгуэрым Иеговэ Мусэ ирита и къару лъапІэм щыщ къищтэри, шэтырым деж щыта лъэпкъым и нэхъыжьхэм яритащ. Абы иужь, куэд мыщІэу Мусэ къищІащ шэтырым деж къэмыкІуа нэхъыжьитІми Алыхьым и къару лъапІэр къазэрылъысар икІи абыхэм бегъымбархэм хуэдэу защІу зэрыщІадзар. Сыт Мусэ ищІар Нун и Къуэ Ехьошуа ахэр къигъэувыІэну къыщыжриІам щыгъуэ? Абыхэм апхуэдэ гулъытэ Иеговэ зэрахуищІам щхьэкІэ Мусэ фыгъуэу щІидзакъым. Абы и пІэкІэ Мусэ Іэдэбагъ хэлъу щыгуфІыкІащ абыхэми Алыхьым и къару лъапІэр къазэрыІэрыхьам щхьэкІэ (Чис. 11:24—29). Мусэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу Мусэ и Іэдэбагъым щапхъэ зэрытрахыфынур? (11, 12-нэ абзацхэм феплъ.)c
11. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу Мусэ щапхъэ зэрытрахыфынур?
11 Зэхуэсым и нэхъыжьу фыщытмэ, зэгуэр къывэлъэІуауэ пІэрэ нэгъуэщІ къуэшым фыдэІэпыкъуну, фэ фигу ирихьу вгъэзащІэ къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ? Псалъэм папщІэ, фэ фи къалэнщ тхьэмахуэ къэс «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит статья джыныр евгъэкІуэкІыну икІи а къалэныр фэ хуабжьу фигу ирохь. Мусэ хуэдэу Іэдэбагъ зыхэвгъэлъмэ, фэ фегупсысынукъым лъапІэу фамылъытэжу, нэгъуэщІ къуэшыр вгъэсэну къызэрывэлъэІуам щхьэкІэ. Абы и пІэкІэ а къуэшым фызэрыдэІэпыкъум щхьэкІэ фыгуфІэнущ.
12. Дауэ къуэш, шыпхъу куэдым къызэрагъэлъагъуэр ахэр Іэдэбу икІи арэзыуэ зэрыщытыр?
12 Иджы зэпкърытхынщ зи ныбжь хэкІуэта къуэшхэр зыпэщІэхуэ Іуэхугъуэр. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр илъэс куэдкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я координатору щытащ. Ауэ я ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа иужь абыхэм я къалэныр хьэзыру нэгъуэщІхэм ират. Районым и нэхъыжьхэми я ныбжьыр илъэс 70 ирикъуа иужь Іэдэбагъ яхэлъу я къалэнхэр къуэш нэхъ щІалэхэм ират икІи Иеговэ и организацэм нэгъуэщІ къалэнхэр щагъэзэщІэну хьэзырщ. Вефилым щылажьэ куэдри хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну иужьрей илъэсхэм ягъэкІуащ. Пэжагъ зыгъэлъагъуэ а къуэш, шыпхъухэм загъэгусэкъым езыхэм ягъэзащІэу щыта къалэнхэр нэгъуэщІхэм зэрыратам щхьэкІэ.
13. Паул апостол 12-м ефыгъуэну сытыт хуэзыгъэушынкІэ хъунур?
13 Апостол Паули щапхъэфІ къытхуигъэнащ, ар цІыху Іэдэбу икІи арэзыуэ щытащ. Абы фыгъуэным и гум лъабжьэ щригъэщІакъым. Паул хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтт, ауэ Іэдэбагъ хэлъу жиІащ: «Апостолхэм ящыщу нэхъ цІыкІур сэращ, апостол къызжаІэнуи схуэфащэкъым» (1 Кор. 15:9, 10). Хьисэ щІылъэм хъыбарыфІыр щигъэІуам щыгъуэ апостол 12-р абы и гъусащ. Абыхэм елъытауэ Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэ щыхъуар Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужьщ. ИужькІэ Паул «хамэ лъэпкъхэм» я апостол хъуами, ар зэи апостол 12-м я бжыгъэм хыхьэу щытакъым (Рим 11:13; Апост. 1:21—26). Паул абыхэм ефыгъуэтэкъым. Апостол 12-мрэ Хьисэрэ зэныбжьэгъуу зэрыщытам щхьэкІи фыгъуэу щыттэкъым. Абы иІэр лъапІэу илъытэт.
14. Іэдэбагъ зыхэдгъэлъмэ икІи арэзыуэ дыщытмэ, сыт тщІэнур?
14 Іэдэбагъ зыхэдгъэлъмэ икІи арэзыуэ дыщытмэ, дэри Паул хуэдэу Иеговэ нэгъуэщІхэм тепщэныгъэ яритам пщІэ хуэтщІынущ (Апост. 21:20—26). ПщІэ зыпылъ къалэн зыгъэзащІэ къуэшхэр Алыхьым тригъэуващ зэхуэсым унафэ щащІыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм гуэныхь яхэлъми, ахэр Алыхьым тыгъэу къыдитащ (Еф. 4:8, 11). Дэ а къуэшхэм пщІэ яхуэтщІмэ икІи я унафэм Іэдэбагъ тхэлъу дедаІуэмэ, Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ, абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэр тхуэхъумэжынущ.
«ЗЭГУРЫІУЭНЫГЪЭ КЪЭЗЫХЬ ІУЭХУХЭМ» ДЫХУЩІЭВГЪЭКЪУ
15. Сыт дэ тщІэн хуейр?
15 Фыгъуэр къыщыкІым деж, къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку дэлъ мамырыгъэр мэгъуж. Фыгъуэр ди гум къыхэттхъын хуейщ и лъабжьэр и гъусэу икІи ар нэгъуэщІхэм я гум щыхэтсэн хуейкъым. Ар дэ зыщыдмыгъэгъупщэну ди къалэнщ Иеговэ и унафэм дедэІуэфын щхьэкІэ: «ЗэгурыІуэныгъэ къэзыхь Іуэхухэми гурэ псэкІэ нэхъ лъэкІыныгъэ зэрыдгъуэт Іуэхухэми я ужь дивгъэт» (Рим 14:19). Ауэ сыт тщІэн хуейр фыгъуэм пэщІэтыну нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ икІи мамырыгъэм дапхуэдэу дызэрыхущІэкъунур?
16. Фыгъуэм пэщІэтыну дапхуэдэу нэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?
16 Ди ІуэхущІафэхэмрэ ди еплъыкІэмрэ къаруушхуэ яІэщ, ахэр нэгъуэщІхэм зэран е сэбэп хуэхъуфынущ. Мы дунейм дыхуегъэуш «цІыхухэр зэрыпагэ Іуэхугъуэхэм» дэри дрипэгэну (1 Ин. 2:16). Апхуэдэу тщІэмэ, фыгъуэным ди гум лъабжьэ щищІыфынущ. Фыгъуэм пэщІэтыну нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъунущ хьэпшып диІэхэм е къэтщэхуну ди гугъэхэм зэпымыууэ дытемыпсэлъыхьмэ. Абы нэмыщІ зэхуэсым щыдгъэзащІэ къалэнхэм Іэдэбагъ тхэлъу дыхущытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Къалэн диІэхэм теухуауэ зэпымыууэ дытепсэлъыхьмэ, фыгъуэр нэхъыфІу къэкІын щхьэкІэ щІыр дгъэщабэу жыпІэ хъунущ. Ауэ къуэш, шыпхъухэм ди гум къыбгъэдэкІыу гулъытэ яхуэтщІмэ икІи дащытхъумэ, дэ абыхэм дадоІэпыкъу арэзыуэ щытыну. Абы нэмыщІ апхуэдэу тщІэмэ, зэхуэсым мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ илъыну дыхущІокъу.
17. Исуф и къуэшхэм дапхуэдэу зэрызахъуэжар икІи ар дауэ я унагъуэм сэбэп зэрыхуэхъуар?
17 Дэ фыгъуэм дытекІуэфынущ! Исуф и къуэшхэм я щапхъэм дгъэзэжынщ. Абыхэм Исуф пщылІыну зэращэрэ илъэс куэд дэкІат. Исуф абыхэм Мысырым щыхуэзам щыгъуэ, абы мурад ищІащ занщІэу закъримыгъэцІыхуу, и къуэшхэм захъуэжарэ замыхъуэжарэ зэхигъэкІыну. Абы ахэр шэджагъуашхэ къригъэблэгъащ икІи я къуэш нэхъыщІэ Биниамин адрейхэм нэхърэ гулъытэ нэхъыбэ хуищІащ (ЩІэдз. 43:33, 34). Ауэ абы щхьэкІэ Биниамин и къуэшхэр къефыгъуакъым. Абы и пІэкІэ я къуэш нэхъыщІэмрэ я адэмрэ щхьэкІэ хуабжьу зэрыгузавэр къагъэлъэгъуащ (ЩІэдз. 44:30—34). Исуф и къуэшхэр фыгъуэм зэрыпэлъэщам и фІыгъэкІэ я унагъуэм мамырыгъэр къихьэжащ (ЩІэдз. 45:4, 15). Апхуэдэу дэри фыгъуэм ухуэзышэну гурыщІэхэр дгъэкІуэдмэ, унагъуэмрэ зэхуэсымрэ мамырыгъэ илъыну дыхущІокъу.
18. Екъуб 3:17, 18 зэритымкІэ, мамырыгъэм дызэрыхущІэкъум сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуэну?
18 Иеговэ хуейщ дэ фыгъуэным дыпэщІэтыну икІи мамырыгъэм дыхущІэкъуну. Къарууэ диІэр етхьэлІэн хуейщ а ІуэхугъуитІри тщІэн щхьэкІэ. ЗэрыжытІащи, фыгъуэныр дэтхэнэ зыми ди гум къэкІыфынущ (Екъуб 4:5). Щхъухьым хуэбгъадэ хъуну а хьэл-щэн Іейр цІыхухэм я гум къэкІыну дыщыпсэу дунейм хуегъэуш. Ауэ дэ Іэдэбагъ зыхэдгъэлъмэ, арэзыуэ дыщытмэ икІи диІэр фІыщІэ тщІымэ, фыгъуэным ди гум лъабжьэ щищІыфынукъым. Абы ипІэкІэ нэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхуаку мамырыгъэ дэлъынущ. Мамырыгъэ ди зэхуаку дэлъу щытмэ, лъагъуныгъэр, гущІэгъур икІи гуапагъэр дгъэлъэгъуэфынущ. (Къеджэ Екъуб 3:17, 18.)
130-НЭ УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу
a Иеговэ и организацэм мамырыгъэ илъщ, ауэ фыгъуэныр абы зэран хуэхъуфынущ. Мы статьям щызэпкърытхынущ фыгъуэныр сытым къыхэкІыфынуми, абы нэмыщІ а хьэл-щэным дыпэлъэщыну икІи мамырыгъэм дыхущІэкъуну къыддэІэпыкъунур сытми къэтщІэнущ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Библием зэрыжиІэмкІэ, фыгъуэным нэгъуэщІым иІэм хуэдэ зыІэригъэхьэну цІыхур зэрыхуигъэушыфынум имызакъуэу, нэгъуэщІым иІэр фІэкІуэдыну хуейуэ ищІынкІэ мэхъу.
c СУРЭТХЭР. Зэхуэсым и нэхъыжь гупым зэІущІэ ирагъэкІуэкІ. «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статья джыныр езыгъэкІуэкІ зи ныбжьыр хэкІуэта къуэшым ахэр йолъэІу а къалэныр къуэш нэхъ щІалэм игъэзэщІэфу иригъэсэну. Зи ныбжьыр хэкІуэта къуэшым а къалэныр игу ирихьми икІи ар къигъэнэну абы и дежкІэ гугъуми, къуэшым и гум къыбгъэдэкІыу зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ ящІар ядиІыгъщ: а къалэныр зэрыгъэзэщІэн хуейм теухуауэ щІэныгъэ иІэхэмкІэ къуэш нэхъ щІалэм догуашэ икІи и гум къыбгъэдэкІыу щотхъу.