ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w24 Декабрь н. 20—25
  • Уэ нэпсу щІэбгъэкІауэ хъуар Иеговэ ещІэж

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Уэ нэпсу щІэбгъэкІауэ хъуар Иеговэ ещІэж
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУ ГУЭР ЛІЭНЫГЪЭМ ТІЭЩІИХАУЭ ДЫЩЫГЪЫМ ДЕЖ
  • ЗЫГУЭР КЪЫЗЭРЫДЭПЦІЫЖАМ ЩХЬЭКІЭ ДЫЩЫГЪЫМ ДЕЖ
  • ДИ ІУЭХУМ ХЭКІЫПІЭ ИМЫІЭ ДИ ГУГЪЭУ ДЫЩЫГЪЫМ ДЕЖ
  • Иеговэ гупсэхугъуэ къывитыну хуит фщІы
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Иеговэ «зигу иудахэм гупсэхугъуэ ярет»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Уи гупсысэхэри уи гурыщІэхэри Иеговэ къыхузэІупхыу зегъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Зэман гугъухэм Иеговэ къывдэІэпыкъунущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
w24 Декабрь н. 20—25

51 СТАТЬЯР

3 УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр

Уэ нэпсу щІэбгъэкІауэ хъуар Иеговэ ещІэж

«Си нэпсхэр уи фэндым щызэхуэхьэс. Уи тхылъым итхакъэ ахэр?» (ПС. 56:8).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ ди гурыщІэхэр фІыуэ къыгуроІуэ икІи гупсэхугъуэ къызэрыдитыну щІыкІэр ещІэ.

1, 2. Сыт дэ дыщІэгъынкІэ хъунур?

ДЭ ТЩЫЩ дэтхэнэ зыри и гъащІэм къриубыдэу зэ нэхъ мыхъуми гъащ. Зы гуфІэгъуэ гуэр къыщыхъум деж дэ гуфІэгъуэ нэпс щІыдогъэкІ. Псалъэм папщІэ, сабий къыщалъхуам е илъэс куэд хъуауэ дымылъэгъуа ди ныбжьэгъум дыщыхуэзэм деж. Зы фІы гуэр дигу къыщыкІыжкІи ди нэпсым къызэпижыхьынкІэ хъунущ.

2 Ауэ и нэхъыбэм дэ дыщІэгъыр гукъеуэ гуэр дызэриІэм щхьэкІэщ. Псалъэм папщІэ, дзыхь зыхуэтщІ цІыхур дызэрыщыгугъам хуэдэу къыщІэмыкІамэ е дысымаджэу зыгуэр Іейуэ къыщыдэузым деж. ФІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм щытІэщІихкІи дэ дымыгъыу тхуэшэчынукъым. Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж Иеремие иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэфынущ. Бабилэн цІыхухэм Ерусалим щызэтракъутам щыгъуэ абы жиІауэ щытащ: «Си нэпсхэр псы ежэххэм хуэдэу къыщІож... Сэ сыгъуэгынущ, си гъынри увыІэнукъым» (Плач 3:48, 49).

3. И лэжьакІуэхэр гугъу щехьым деж сыт Иеговэ зыхищІэр? (Исайя 63:9).

3 Гукъеуэ е гугъуехь гуэрым щхьэкІэ нэпсу щІэдгъэкІар Иеговэ ещІэ. Библием жеІэ апхуэдэ Іуэхугъуэ дыпэщІэхуэху сытым дыпхыкІми Алыхьым зэрищІэр икІи къыддэІэпыкъуну дызэрелъэІур зэрызэхихыр (Пс. 34:15). Ауэ Иеговэ ди тхьэлъэІухэм едаІуэ къудейуэ икІи гугъу дызэрехьым ауэ сытми кІэлъыплъу щыткъым. Дэ абы дрибынщи фІыуэ делъагъу. Дэ дыщыгъым деж абы и гур хощІ икІи къыддэІэпыкъуну мэпІащІэ. (Къеджэ Исайя 63:9.)

4. Пасэрей зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэм щыщу хэт дызытепсэлъыхьынур икІи Иеговэ теухуауэ сыт къэтщІэнур?

4 Иеговэ и ПсалъэмкІэ къытхузэІуихащ и лэжьакІуэхэр щыгъым деж сыт зыхищІэми икІи абыхэм дапхуэдэу ядэІэпыкъуми. Аннэ, Даут, Езекие сымэ я гъащІэм сыт къыщыхъуами деплъынщ. Сытыт ахэр щІэгъар икІи дапхуэдэу Иеговэ абыхэм гупсэхугъуэ зэраритар? Абы иужь дэ зэпкърытхынущ фІыуэ тлъагъу гуэр лІауэ, зыгуэрым дыкъимыгъэпэжауэ е ди Іуэхум хэкІыпІэ имыІэ ди гугъэу дыщыгъым деж Иеговэ дапхуэдэу гупсэхугъуэ къыдитми.

ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУ ГУЭР ЛІЭНЫГЪЭМ ТІЭЩІИХАУЭ ДЫЩЫГЪЫМ ДЕЖ

5. Аннэ сыт хуэдэ гугъуехь иІар икІи сытыт абы зыхищІэр?

5 Аннэ щІэгъын щхьэусыгъуэ зыбжанэ щыІэт. Абы и лІым Пениннэ и цІэу иджыри зы щхьэгъусэ иІэт. Абы Аннэ илъагъу хъутэкъым. Гукъеуэ уиІэну а зыри пхурикъунт. Абы нэмыщІ Пениннэ бын иІэт, ауэ Аннэ иІэтэкъым (1 Сам. 1:1, 2). Абы щхьэкІэ Пениннэ сыт щыгъуи Аннэ щыдыхьэшхт, и пщІэри ириудыхт. Аннэ и пІэм фитамэ, сытыт зыхэфщІэнур? Библием щыжыІащ: «Аннэ и гум хьэлъэ телът», «ар гъыт икІи шхэтэкъым» (1 Сам. 1:6, 7, 10).

6. Аннэ гупсэхугъуэ игъуэтыжын щхьэкІэ сыт ищІар?

6 Аннэ гупсэхугъуэ игъуэтыжыну сыт къыдэІэпыкъуар? Ар Иеговэ и шэтыр лъапІэм кІуащ. Аннэ здэкІуам пщІантІэ дыхьэпІэм пэмыжыжьэу увауэ къыщІэкІынщ. Абдежым Аннэ «зэщыджэу гъыуэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъазэу щІидзащ». Ар Алыхьым елъэІут и Іуэхур зыІутым гу лъитэу къыдэІэпыкъуну (1 Сам. 1:10, етІуанэ Іыхьэр, 11). Аннэ и гукъеуэу хъуар Иеговэ хуиІуэтащ. Иеговэ фІыуэ илъагъу и пхъум нэпс щІигъэкІхэр щилъагъум и гур хэщІт икІи абы гупсэхугъуэ иригъэгъуэтыжыну хуейт.

7. Аннэ и гугъуехьымкІэ Иеговэ щыдэгуэшам сыт зыхищІар?

7 Дин пашэшхуэ И́лий Аннэ жриІащ и тхьэлъэІум Иеговэ жэуап къызэрыритынур. НтІэ, абы жиІар дапхуэдэу Аннэ къызэрыдэІэпыкъуар? Библием щыжыІащ: «Ар и гъуэгу теувэжащ, шхэн щІидзэжащ икІи афІэкІ нэщхъейуэ щытакъым» (1 Сам. 1:17, 18). Аннэ и Іуэхум зимыхъуэжами, гупсэхугъуэ игъуэтыжащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы и гум телъа хьэлъэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьащ. Дапхуэдэу Иеговэ Аннэ зэрыдэІэпыкъуар? Иеговэ Аннэ и тхьэлъэІум едэІуащ, и гурыщІэхэр зыхищІыкІащ икІи и нэфІ щыхуэри, абы сабий игъуэтащ (1 Сам. 1:19, 20; 2:21).

8, 9. Ди зэІущІэхэм дыкІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? (Еврейхэм 10:24, 25). (Сурэтми феплъ.)

8 Дерсхэр. Уэри иджыпсту ущІэгъын гугъуехь гуэр уиІэу пІэрэ? Псалъэм папщІэ, уи ныбжьэгъу е уи Іыхьлы гуэр дунейм зэрехыжам уигъэгуІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэм деж уи закъуэу укъэнэну ухуеинкІэ хъунущ икІи абы зыри Іей хэлъкъым. Ауэ Аннэ ищІар уигу къэгъэкІыж. Ар шэтыр лъапІэм кІуэри, абдеж Иеговэ гупсэхугъуэ къритащ. Аращи, къару лъэпкъ уимыІэу, уи гур иудауэ щытми, зэІущІэм кІуэ. (Къеджэ Еврейхэм 10:24, 25.) Уэ абы Иеговэ гупсэхугъуэ къыщыуитынущ, къаруи къыпхилъхьэжынущ. ЗэІущІэхэм дэ Библием ит едзыгъуэхэр щызэхыдох икІи абыхэм дыщегупсысым деж ди гупсысэ хьэлъэхэр тщхьэщоу. Апхуэдэу дэ Иеговэ къыддоІэпыкъу ди акъылыр фІым тедухуэну. Абы и фІыгъэкІэ ди Іуэхум иджыри зимыхъуэжами, дэ гупсэхугъуэ догъуэт.

9 Абы нэмыщІ ди зэІущІэхэм дыщыкІуэм деж къуэш, шыпхъухэм дагъэгушхуэ икІи абыхэм я лъагъуныгъэр зыхыдощІэ. Абыхэм дащригъусэм деж ди гукъеуэр тщхьэщоу (1 Фес. 5:11, 14). Специальнэ пионеру лажьэ ди зы къуэшым и щхьэгъусэр лІащ. Ар и гурыщІэхэмкІэ къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж сэ си закъуэ сыкъэнэну сыхуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдизу си щхьэгъусэр сигу къокІри, зысхуэмыІыгъыу согъ. Ауэ ди зэІущІэхэм сэ сыкърагъэлу жыпІэ хъунущ. Къуэш, шыпхъухэм зэІущІэм щыжаІэ жэуапхэмрэ я псалъэ гуапэхэмрэ хущхъуэм хуэдэу къыздоІэпыкъу. ЗэІущІэм ипэ си гум хьэлъэ телъами, абы гупсэхугъуэ щызогъуэтыж». Дэ зэІущІэхэм дыщыкІуэм деж Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэр къегъэсэбэп.

ЗэІущІэм щыІэу къуэш, шыпхъухэм гуауэ зиІэ зи ныбжь хэкІуэта къуэшым и гур фІы хуащІыж.

Къуэш, шыпхъухэм я псалъэ гуапэхэм гупсэхугъуэ къыдатыжыфынущ (8, 9 абзацхэм феплъ.)


10. Гукъеуэ дыщиІэм деж дапхуэдэу Аннэ щапхъэ зэрытетхыфынур?

10 Иеговэ гупсэхугъуэ къритын щхьэкІэ сыт иджыри Аннэ ищІар? Ар зыгъэгузавэ псомкІэ Иеговэ дэгуэшащ. Аращи, уэри уи гукъеуэр уи закъуэ умыгъэву Иеговэ ет, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Іэмал имыІэу къодэІуэнущ икІи къыбдэІэпыкъунущ (1 Пет. 5:7). Ди зы шыпхъум и лІыр хъунщІакІуэхэм яукІащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ си гур апхуэдизкІэ икъутыхьати, афІэкІа зэи сымыгуфІэжыну къысщыхъут. Сэ уафэм щыІэ си Адэм тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэти, абы гупсэхугъуэ къызитт. Иныкъуэхэм деж сэ си гурыщІэхэр псалъэкІэ къыщысхуэмыІуатэ къэхъут, ауэ абы сыкъыгурыІуэт. Си гукъеуэм сыщыпэмылъэщым деж сэ Алыхьым си гум мамырыгъэ кърилъхьэну селъэІути, абы иужь занщІэу мамырыгъэ зыхэсщІэт». Дэ дыщыгъым икІи ди гум илъу хъуар Алыхьым щыхуэтІуатэм деж, абы ди гурыщІэхэр фІыуэ къыгуроІуэ икІи ди гъусэу гъыуэ жыпІэ хъунущ. Апхуэдэу ди гугъуехьыр иджыри ІумыкІами, Иеговэ ди гум мамырыгъэ кърилъхьэнущ (Пс. 94:19; Флп. 4:6, 7). ИкІи фІэщхъуныгъэрэ теубыдагъэрэ зэрыдгъэлъагъуэм щхьэкІэ и нэфІ къытщыхуэнущ (Евр. 11:6).

ЗЫГУЭР КЪЫЗЭРЫДЭПЦІЫЖАМ ЩХЬЭКІЭ ДЫЩЫГЪЫМ ДЕЖ

11. Даут сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа икІи сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІа?

11 Даути щІэгъын щхьэусыгъуэ иІащ. Куэдым ар ялъагъу хъутэкъым. Иджыри абы дзыхь зыхуищІу щыта цІыхухэм щыщ гуэрхэр къепцІыжауэ щытащ (1 Сам. 19:10, 11; 2 Сам. 15:10—14, 30). Гугъуехь щиІам щыгъуэ абы мыпхуэдэу итхащ: «СызэрыщэІум къару къысхинэжакъым. Жэщ псом си тепІэным нэпс щыщІызогъэкІ, ар си нэпсхэмкІэ гъэнщІащ». Даут апхуэдэ гурыщІэ хьэлъэхэр щІиІэр сытыт? Абы жеІэ: «Си бийхэм я ягъэкІэ» (Пс. 6:6, 7). ЦІыхухэм Даут апхуэдиз гукъеуэ къратти, ар къэмыувыІэу гъыт.

12. Даут Иеговэ теухуауэ Псалом 56:8 сыт щитхар?

12 Даут и гъащІэр гугъуехькІэ гъэнщІауэ щытами Иеговэ фІыуэ къызэрилъагъум абы шэч къытрихьэтэкъым. Зэгуэр абы мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ си гъы макъыр зэхихынущ» (Пс. 6:8). Иджыри Псалом 56:8 абы Иеговэ теухуауэ гупсысэ хьэлэмэт иритхащ (къеджэ). Мы псалъэхэм къыдгурагъаІуэ Иеговэ щабагъэ хэлъу, хуэсакъыу и лэжьакІуэхэм зэрахущытыр. Даут жиІащ и нэпсхэр Иеговэ фэндым щызэхуихьэсу икІи ахэр и тхылъым иритхэу. Абы шэч къытрихьэтэкъым гугъуехь зыпэщІэхуауэ хъуар Иеговэ зэрищІэм икІи ахэр зэрыщымыгъупщэнум. Даут зыпэщІэхуа гугъуехьхэр Иеговэ зэрищІэм нэмыщІ абыхэм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къратами къыгурыІуэт.

13. Зыгуэр узэригугъам хуэдэу къыщІэмыкІамэ е къопцІыжамэ, сыт зыщыбгъэгъупщэн хуэмейр? (Сурэтми феплъ.)

13 Дерсхэр. Уэ иджыпсту уи гур иудауэ щытынкІэ хъунущ, дзыхь зыхуэпщІ цІыхур узэригугъам хуэдэу къызэрыщІэмыкІам е къызэропцІыжам щхьэкІэ. Уэ узэпсалъэм умыщІэххэу укъигъэнауэ, е уи щхьэгъусэм ухыфІидзауэ, е фІыуэ плъагъу гуэрым Иеговэ хуэлэжьэн щигъэтауэ щытынкІэ хъунущ. Ди зы къуэшым и щхьэгъусэр къепцІыжри къыхыфІидзащ. А къуэшыр къыддогуашэ: «Апхуэдэ сэ къысщыщІауэ си фІэщ хъутэкъым. Сэ зыри сримыщІысу къысщыхъут, сынэщхъейт икІи егъэлеяуэ сыбампІэт». ЦІыху гуэр узэригугъам хуэдэу къыщІэмыкІамэ е къопцІыжамэ, Иеговэ зэи укъызэримыгъэнэнум уегупсысмэ, абы гупсэхугъуэ къыуитынущ. А къуэшым жиІащ: «Сэ къызгурыІуащ цІыхухэр къызэропцІыжыфынур, ауэ Иеговэ апхуэдэ зэи ищІэнукъым. Ар дэ ди Къырщ. Сыт къэмыхъуами, ар дэ ди гъусэщ. Абы къыхуэпэжхэр зэи къигъэнэнукъым» (Пс. 37:28). Зыщумыгъэгъупщэ: Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум хуэдэу дыкъилъагъуну зы цІыхуми хузэфІэкІынукъым. Уэ къыпщыщІам къигъэлъагъуэкъым Иеговэ лъапІэу уимылъытэу (Рим 8:38, 39). Уигу игъэлъ: цІыхухэр дапхуэдэу Іейуэ къыпхущымытами, Иеговэ сыт щыгъуи фІыуэ уилъагъунущ.

Гукъеуэ зиІэ къуэшым Іэрылъ Іэлъыныр игъэкІэрахъуэу пащтыхь Даут и гъащІэм йогупсыс.

Псалом тхылъым къегъэлъагъуэ зигу иудахэм Иеговэ зэрапэгъунэгъур (13 абзацым феплъ.)


14. Псалом 34:18 ит псалъэхэм сыткІэ дыкъагъэгугъэрэ?

14 Дэ зыгуэр къыдэпцІыжамэ, Псалом 34:18 ит Даут и псалъэхэми гупсэхугъуэ къыдатыфынущ (къеджэ). Зы справочник гуэрым щыжыІащ «зигу иудахэр» жыхуиІэ псалъэхэм зи гугъу ищІу къыщІэкІынур «къэкІуэну зэманым фІыкІэ щымыгугъ цІыхухэращ». Иеговэ абыхэм дапхуэдэу зэрадэІэпыкъур? Алыхьыр апхуэдэ цІыхухэм «пэгъунэгъущ». Ар ебгъэщхь хъунущ сабий гъыр ІэплІэкІэ къэзыщтэ адэм е анэм. Зыгуэр къызэрыдэпцІыжам е ди щхьэгъусэм дызэрыхыфІидзам щхьэкІэ гурыщІэ хьэлъэхэр дыщиІэм деж Иеговэ ар къыгуроІуэ, ди узыр зыхещІэ, къыддэІэпыкъунуи мэпІащІэ. Ди гур икъутыхьауэ щыщытым икІи зыри дримыщІысу къыщытщыхъум деж Иеговэ гупсэхугъуэ къыдет, мамырыгъи ди гум кърелъхьэ. Иджыпсту диІэ гугъуехьым нэхъ тыншу дыпэщІэтын щхьэкІэ къэкІуэну зэманым къытпэщылъ фІыгъуэхэр Иеговэ дигу къегъэкІыж (Ис. 65:17).

ДИ ІУЭХУМ ХЭКІЫПІЭ ИМЫІЭ ДИ ГУГЪЭУ ДЫЩЫГЪЫМ ДЕЖ

15. Езекие гущІыхьэу щІэгъар сыт?

15 Иудэм и пащтыхь Езекие илъэс 39 щыхъум щыгъуэ уз хьэлъэ къеуэлІащ. А узым зэрилІыкІынум теухуауэ бегъымбар Ешайа пащтыхьым жриІащ. А хъыбарыр Иеговэ къыбгъэдэкІт (2 Цар. 20:1). Езекие ар щызэхихым гущІыхьэу гъащ икІи лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуигъэзащ (2 Цар. 20:2, 3).

16. Иеговэ Езекие и тхьэлъэІу гуащІэм сыт хуэдэ жэуап иритар?

16 Езекие и тхьэлъэІу гуащІэр Иеговэ и гум хыхьэри, щабэу жэуап къритащ: «Сэ уи тхьэлъэІур зэхэсхащ, уи нэпсхэри слъэгъуащ. Сэ уэ узгъэхъужынущ». Иеговэ пащтыхьым гущІэгъу хуищІащ икІи Ешайа бегъымбарым жригъэІащ абы и гъащІэм къызэрыхупищэнур, Ерусалим къалэри ассирие цІыхухэм зэрыримыгъэубыдынур (2 Цар. 20:4—6).

17. Дыщысымаджэм деж Иеговэ дапхуэдэу щІэгъэкъуэн къызэрытхуэхъур? (Псалом 41:3). (Сурэтми феплъ.)

17 Дерсхэр. Уэри уи узыншагъэм теухуауэ уи лъэр щІэзых хъыбар къэпщІамэ, уи гурыщІэхэр Иеговэ хуэІуатэ. Алыхьым лъэІукІэ зыщыхуэбгъазэм деж умыгъыу пхуэмышэчмэ, гъы. Библием итщ: «ГущІэгъуныгъэшхуэ зиІэ Адэ лъапІэу, гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ Тхьэм» сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами гупсэхугъуэ къыдитынущ (2 Кор. 1:3, 4). Нобэ дэ телъыджэ щІыкІэкІэ ди гугъуехьхэр псори Иеговэ Іуихыну дыщыгугъын хуейкъым, ауэ ди гугъуехьхэм дыпэщІэтыну къызэрыддэІэпыкъуным дыщыгугъ хъунущ. (Къеджэ Псалом 41:3.) Дэ къару, Іущагъ диІэн икІи ди гум мамырыгъэ илъын щхьэкІэ Алыхьым и къару лъапІэр къыдет (Прит. 18:14; Флп. 4:13). Абы нэмыщІ къэкІуэну зэманым узыфэхэр зыри зэрыщымыІэжынур зэрытщІэм дэ къару къытхелъхьэ (Ис. 33:24).

Коллаж: 1) шыпхъур химиотерапие ящІыу Алыхьым лъэІу гуащІэкІэ зыхуегъазэ; 2) уз хьэлъэ къызэуэлІа пащтыхь Езекие пІэм хэлъу Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуегъазэ.

Иеговэ ди тхьэлъэІум жэуап къритынущ, къарурэ Іущагърэ къытхилъхьэнущ икІи ди гум мамырыгъэ кърилъхьэнущ (17 абзацым феплъ.)


18. Уи Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къыщыпщыхъум деж сыт хуэдэ едзыгъуэ къыбдэІэпыкъур? («Дыщыгъым деж гупсэхугъуэ къыдэзытыфын Библием ит псалъэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

18 Иеговэ и псалъэхэм Езекие гузэгъэгъуэ иратащ. Дэри Алыхьым БиблиемкІэ гузэгъэгъуэ къыдитыфынущ. Иеговэ абы ирыригъэтхащ гугъуехь дыщиІэм деж къаруи, гупсэхугъуи къыдэзытын псалъэ куэд (Рим 15:4). КъухьэпІэ Африкэм щыпсэу ди зы шыпхъум рак зэриІэр къыщищІам ар куэдрэ гъащ. Абы жеІэ: «Исайя 26:3 итыр сэ псом хуэмыдэу сэбэп къысхуохъу. Иныкъуэхэм деж дэ дыпэщІохуэ зыри зэдмыщІэфын Іуэхугъуэхэм. Ауэ а едзыгъуэм ит псалъэхэм сэ къызгурагъаІуэ Иеговэ гупсэхугъуэ къызэрызитынур икІи сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми сыпэщІэтыну къызэрыздэІэпыкъунур». Уи Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къыщыпщыхъум деж къару къозыт едзыгъуэ уэри уиІэ?

Дыщыгъым деж гупсэхугъуэ къыдэзытыфын Библием ит псалъэхэр

Иеговэ ди нэпсхэм гу зэрылъитэр икІи гущІэгъу къызэрытхуищІыр къэзыгъэлъагъуэ едзыгъуэ куэд Библием итщ. Мис абыхэм щыщ языныкъуэхэр:

  • Исход 3:7;

  • Псалом 39:12;

  • Исайя 57:15;

  • Иеремия 31:16.

19. Сыт хуэдэ гъащІэ дэ къытпэщылъыр?

19 Мы дунейм и кІэр нэхъ къэблэгъэху дэ дыщІэгъын щхьэусыгъуэ нэхъыбэ диІэнущ. Аннэ, Даут, Езекие сымэ я гъащІэм сыт къыщыхъуами дэ зэпкърытхащ икІи тлъэгъуащ Иеговэ и лэжьакІуэхэм я нэпсым гу зэрылъитэр, гущІэгъуи зэрахуищІыр. Уэри нэпс щІэбгъэкІауэ хъуар абы ещІэж. Аращи, гугъуехь узэрыпэщІэхуэу уи гурыщІэхэр Иеговэ хуэІуатэ. Къуэш, шыпхъухэм пэІэщІэ захуумыщІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм уэ фІыуэ укъалъагъу. Абы нэмыщІ гупсэхугъуэ къозытыфын псалъэ куэд зэрыт Библием еджэ. Теубыдагъэ зэрыдгъэлъагъуэм щхьэкІэ Іэмал имыІэу Иеговэ фІыгъуэ къытхуищІэжынущ. Абы хохьэ лІэныгъэм, зыгуэр къызэрыдэпцІыжам икІи ди Іуэхум хэкІыпІэ имыІэу къызэрытщыхъум къыхэкІкІэ нэпс щІэдгъэкІхэр Иеговэ зэрыщІилъэщІыкІыжынур (Апок. 21:4). Дэ дыгъыу щытми, ар гуфІэгъуэ нэпсу щытынущ.

ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ...

  • Аннэ гупсэхугъуэ зэрыритар?

  • Даут гупсэхугъуэ зэрыритар?

  • Езекие гупсэхугъуэ зэрыритар?

4 УЭРЭДЫР «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын