ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Февраль н. 8—13
  • Дэ ди Адэ Иеговэ фІыщэу долъагъу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Дэ ди Адэ Иеговэ фІыщэу долъагъу
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭРЭ ФЭРЭ ФИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЗЭХУЩЫТЫКІЭ БЫДЭР ФХЪУМЭ
  • ЖЫІЭДАІУЭНЫГЪЭМКІЭ ДИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ДОГЪЭЛЪАГЪУЭ
  • НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ ДИ АДЭР ФІЫУЭ ЯЛЪАГЪУНУ
  • ДИ АДЭ ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУУ ЩЫТМЭ, НАСЫПЫФІЭ ДЫХЪУНУЩ
  • Ди Адэ Иеговэ дэ фІыщэу делъагъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Иеговэ и унагъуэшхуэм нэхъ гъунэгъу зыхуэфщІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр хъумэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
  • Алыхьым и лъагъуныгъэр зэи кІуэдыжыркъым
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Февраль н. 8—13

7 СТАТЬЯР

Дэ ди Адэ Иеговэ фІыщэу долъагъу

«Тхьэм япэщІыкІэ дэ фІыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкІэ дэ ди гуми фІылъагъуныгъэ илъщ» (1 ИН. 4:19).

3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Иеговэ и унагъуэм дапхуэдэу дызэрыригъэблэгъар икІи сыт щхьэкІэ?

ИЕГОВЭ къыхуэлажьэ и унагъуэм щыщ дыхъуну дыкъригъэблэгъащ. Сыту ар гуфІэгъуэшхуэ! Я гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ изылъхьэу абы и Къуэм къихьа къурмэныпхъэр зи фІэщ хъухэр а унагъуэм хохьэ. Дэ ди унагъуэр насыпыфІэщ. Дэ догуфІэ ди гъащІэм мыхьэнэ зэриІэм щхьэкІэ икІи дыпоплъэ гъащІэ мыухыж диІэу уафэм е щІылъэм дыщыпсэуну зэманым.

2 Иеговэ фІыщэу дызэрилъагъум къыхэкІкІэ и унагъуэм щыщ дыхъуну Іэмал къыдитащ. Ауэ абы щхьэкІэ уасэшхуэ итащ (Ин. 3:16). Библием итщ: «Тхьэм лъы уасэкІэ фищэхужащ» (1 Кор. 6:20). Щхьэщэхужым и фІыгъэкІэ Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъуфынущ. Дэ Иеговэ щІыхьышхуэ къытхуищІащ езым — Дунеишхуэр зи ІэмыщІэ илъ Алыхьым — ди АдэкІэ деджэну. ИкІи мыбы ипэ дджа статьям зэритамкІэ Иеговэ — Адэ нэхъыфІ дыдэщ.

3. Иеговэ къытхуищІэхэм дыщегупсысым деж сыт хуэдэ упщІэхэр диІэнкІэ хъуну? (Абы нэмыщІ «Иеговэ гу къыслъитэу пІэрэ?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

3 Псаломыр зытхам хуэдэу фэри мыпхуэдэ упщІэ зэфтыжу къыщІэкІынщ: «Сыт Иеговэ хуэсщІэжынур фІыгъуэ къысхуищІа псом щхьэкІэ?» (Пс. 116:12). Пэжыр жыпІэмэ, уафэм щыІэ ди Адэм дэ зыри хуэтщІэжыфынукъым. Ауэ абы лъагъуныгъэ къытхуиІэм дыхуегъэуш дэри ар фІыуэ тлъагъуну. Апостол Иуан итхащ: «Тхьэм япэщІыкІэ дэ фІыуэ дызэрилъэгъуам щхьэкІэ дэ ди гуми фІылъагъуныгъэ илъщ» (1 Ин. 4:19). Уафэм щыІэ ди Адэм дауэ зэредгъэлъэгъунур, ар фІыуэ зэрытлъагъур?

Иеговэ гу къыслъитэу пІэрэ?

Женщина стоит посреди улицы, а мимо проходят люди. Она смотрит вверх и спрашивает себя: «Замечает ли меня Бог?»

Мыпхуэдэу зэгуэр фызэупщІыжауэ пІэрэ: «Иеговэ сыт сэ гу къыщІыслъитэр, мы дунейм миллиард бжыгъэкІэ нэгъуэщІ цІыху щытеткІэ?» ФызэупщІыжауэ щытмэ, фэ фи закъуэкъым апхуэдэ упщІэ зэзытыжыр. Пащтыхь Даут итхат: «Уэ, Иеговэ, цІыхур зищІысыр сыт, уэ абы гу лъыптэну, цІыху лІэжыным и къуэр зищІысыр сыт, уэ абы укІэлъыплъыну?» (Пс. 144:3). Даут шэч къытрихьэтэкъым Иеговэ ар фІыуэ къызэрицІыхум (1 Лет. 17:16—18). Иеговэ и Псалъэмрэ и организацэмрэ къегъэсэбэп фэ ар фІыуэ зэрыфлъагъум гу зэрылъитэр къывгуригъэІуэн щхьэкІэ. Иеговэ лъапІэу фызэрилъытэр фи фІэщ зыщІын Библием ит гупсысэ зыбжанэ зэпкърыфх.

  • Фыкъамылъху щІыкІэ Иеговэ фэ фтеухуауэ ищІэт (Пс. 139:16).

  • Иеговэ фи гупсысэхэмрэ фи гурыщІэхэмрэ ещІэ (1 Лет. 28:9).

  • Иеговэ фи лъэІу дэтхэнэми езыр йодаІуэ (Пс. 65:2).

  • Иеговэ фи ІуэхущІафэхэр къыфІэмыІуэхуу щыткъым (Прит. 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр).

  • Иеговэ езым фызыбгъэдишащ (Ин. 6:44).

  • Иеговэ апхуэдизкІэ фІыуэ фецІыхури, фылІэу щытми фыкъигъэтэджыжыфынущ. Абы Іэпкълъэпкъ фиІамрэ акъыл фиІамрэ къывитыжынущ, фи гупсысэхэри фи хьэл-щэнхэри къыфхилъхьэжынущ (Ин. 11:21—26, 39—44; Апост. 24:15).

ИЕГОВЭРЭ ФЭРЭ ФИ ЗЭХУАКУ ДЭЛЪ ЗЭХУЩЫТЫКІЭ БЫДЭР ФХЪУМЭ

1. Сестра сидит за столом с открытой Библией и молится. 2. Молодой брат отказывается от сигареты, которую ему предлагает одноклассник. 3. Брат показывает буклет повару, который работает в ресторане на колесах.

Уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ фІыщэу зэрытлъагъур къэдгъэлъэгъуэн щхьэкІэ, абы зыхуэдгъазэурэ допсалъэ, жиІэм додаІуэ, абы нэмыщІ нэгъуэщІхэм ар фІыуэ ялъагъуну дадоІэпыкъу. (4—14-нэ абзацхэм феплъ.)

4. 1) Екъуб 4:8 зэритымкІэ, Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ сыт къару етхьэлІэн щІыхуейр? 2) Иеговэ дапхуэдэу гъунэгъу зэрызыхуэтщІынур?

4 Иеговэ хуейщ дэ абы гъунэгъу дыхуэхъуну икІи депсэлъэну. (Къеджэ Екъуб 4:8.) Абы дыхуегъэуш зэпымыууэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну. Иеговэ хущІэмыхьэу щыткъым икІи зэи езэшкъым, ар хьэзырщ сыт щыгъуи къыдэдэІуэну (Рим 12:12). Дэ ди лъэныкъуэкІэ Иеговэ жиІэм дедэІуэфынущ, Библиемрэ ар къыдгурыІуэну къыддэІэпыкъу тхыгъэхэмрэ деджэмэ. Абы нэмыщІ дэ абы додаІуэ зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дыщедаІуэм деж. Адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ хуиту я гум илъымкІэ щызэдэгуашэм деж я зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ дэлъщ. Апхуэдэу дэри Иеговэ зэпымыууэ дызэрепсалъэр къыддоІэпыкъу абы пэжыжьэ дыхуэмыхъуну.

Сестра сидит за столом с открытой Библией и молится.

(5-нэ абзацым феплъ.)

5. Ди тхьэлъэІухэр дапхуэдэу нэхъыфІ зэрытщІынур?

5 Алыхьым зэрызыхуэвгъазэ тхьэлъэІухэм фегупсыс. Иеговэ хуейщ ди гум илъу хъуар жетІэну (Пс. 62:8). Аращи, мыпхуэдэу дызэупщІыж хъунущ: «Си тхьэлъэІухэр сыт нэхъ зэщхьыр: открыткэхэм псоми зэщхьу тет псалъэхэм хуэдэ, хьэмэрэ цІыхум и гурыщІэхэр къызыхэщ ІэкІэ тха письмом ит псалъэхэм хуэдэ?» Фэ, дауикІ, Иеговэ фІыуэ фолъагъу икІи фи зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ дэлъыну фыхуейуэ къыщІэкІынщ. Абы щхьэкІэ зэпымыууэ абы фепсэлъэн хуейщ. Иеговэ дзыхь хуэфщІ. ГуфІэгъуэ фиІэми гугъуехь фиІэми фыдэгуашэ. Шэч къытевмыхьэ: Иеговэ къывдэІэпыкъуну дапщэщи зыхуэвгъазэ хъунущ.

6. Уафэм щыІэ ди Адэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ адэкІи дэлъын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

6 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ адэкІи дэлъын щхьэкІэ абы къытхуищІэхэр сыт щыгъуи фІыщІэ тщІыуэ дыщытын хуейщ. Псаломыр зытхам и псалъэхэм дэри арэзы дытохъуэ: «Уэ, Иеговэ, си Алыхь, Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн куэд пщІащ, сыту куэд хъурэ дэ ттеухуауэ уи гупсысэхэр. Уэ пхуэдэ зыри щыІэкъым. Абыхэм теухуауэ жысІэнущ икІи сытепсэлъыхьынущ — апхуэдизкІэ куэдщи ахэр схуэбжынукъым» (Пс. 40:5). Ди гукІэ Иеговэ фІыщІэ зэрыхуэтщІым нэмыщІ ди ІуэхущІафэхэмкІи, ди псалъэхэмкІи ар къыдогъэлъагъуэ. АбыкІэ дэ цІыху куэдым дакъыщхьэщокІ. Нобэ и нэхъыбэ цІыхухэм Алыхьым фІыщІэ хуащІкъым. Мы дунейм и иужьрей махуэхэм и нэщэнэхэм ящыщ зыщ цІыхухэм я гум фІыщІэ зэримылъыр (2 Тим. 3:1, 2). Апхуэдэу дызэрыщымытыным иужь дивгъэт!

7. Иеговэ сыткІэ къытщыгугърэ икІи сыт щхьэкІэ?

7 Адэ-анэм я быныр зэфІэмынэу, атІэ зэгурыІуэу щытыну зэрыхуейм хуэдэу, Иегови хуейщ абы и бынхэр псори зэгурыІуэу псэуну. Ди зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъым къегъэлъагъуэ дэ Алыхьым и лэжьакІуэу дызэрыщытыр (Ин. 13:35). Псаломыр зытхам иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэщ: «Сыту фІы икІи гуапэ къуэшхэр зэгъусэу, зэкъуэту зэрыпсэур!» (Пс. 133:1). Къуэш, шыпхъухэр фІыуэ тлъагъумэ, абыкІэ Иеговэ идогъэлъагъу ар фІыуэ зэрытлъагъур (1 Ин. 4:20). Сыту гуфІэгъуэшхуэ зыр зым гуапэу, гущІэгъу яхэлъу зэхущыт унагъуэм ущыщыну! (Еф. 4:32).

ЖЫІЭДАІУЭНЫГЪЭМКІЭ ДИ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР ДОГЪЭЛЪАГЪУЭ

Молодой брат отказывается от сигареты, которую ему предлагает одноклассник.

(8-нэ абзацым феплъ.)

8. 1 Иуан 5:3 зэритымкІэ, Иеговэ дыщІедаІуэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр сыт хуэдэ?

8 Иеговэ дедэІуэну къытщогугъ, быныр и адэ-анэм зэредаІуэм хуэдэу (Еф. 6:1). Абы дэ дедэІуэну хуэфащэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дыкъигъэщІащ, абы и фІыгъэкІэ допсэу икІи ар псом нэхърэ нэхъ Іущщ. Ауэ Иеговэ дыщІедаІуэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэр, ар фІыуэ зэрытлъагъуращ. (Къеджэ 1 Иуан 5:3.) Иеговэ жиІэм дыщІедэІуэн щхьэусыгъуэ куэд щыІэми, абы дэ дыхигъэзыхькъым. Алыхьым дэ дызыхуейр къыхэтхыну хуитыныгъэ къыдитащ икІи ар мэгуфІэ лъагъуныгъэм къыхэкІыу абы жиІэм дыщедаІуэм деж.

9, 10. Алыхьым къытхуигъэув хабзэхэр тщІэнымрэ, абыхэм дытету дыпсэунымрэ сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

9 Адэ-анэр хуейщ я быныр Іейм щахъумэну. Аращи, абыхэм я сабийхэм хабзэ гуэр хуагъэув. А хабзэхэм сабийхэр щытетым деж, абыкІэ къагъэлъагъуэ адэ-анэм пщІэ икІи дзыхь зэрыхуащІыр. Ауэ уафэм щыІэ ди Адэм къытхуигъэув хабзэхэр тщІэнымрэ, абыхэм дытету дыпсэунымрэ нэхъ мыхьэнэшхуэ иІэщ. АбыкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэ пщІэ зэрыхуэтщІыр икІи фІыуэ зэрытлъагъур. Абы нэмыщІ ди сэбэпынагъ абы хэлъщ (Ис. 48:17, 18). Ауэ Иеговэрэ абы и хабзэхэмрэ ІэщІыб зыщІым и гъащІэр куэдкІэ нэхъ гугъу ещІ (Гал. 6:7, 8).

10 Иеговэ дгъэгуфІэну дыхущІэкъумэ, ди узыншагъэм, ди гурыщІэхэм, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъуфынухэм дыщыхъума хъунущ. Иеговэ ещІэ ди дежкІэ сытыр нэхъыфІми. Америкэм щыпсэу ди шыпхъу Оро́рэ жеІэ: «Сэ шэч къытесхьэкъым: Иеговэ жиІэм уедаІуэмэ, гъащІэ нэхъыфІ дыдэр уиІэнущ». Ар пэж дыдэщ. Фегупсысыт Иеговэ жиІэм фызэредаІуэм дапхуэдиз сэбэпынагъ къыфхуихьми!

11. Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

11 ТхьэлъэІур къыддоІэпыкъу Алыхьым жиІэм дедэІуэну, ар щымытыншым дежи. Иныкъуэхэм деж ди дежкІэ гугъущ Иеговэ жиІэм дедэІуэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ гуэныхь тхэлъщ. Ауэ Иеговэ ифІэмыфІ зэрыдмыщІэным сыт щыгъуи иужь дитын хуейщ. Псаломыр зытхар Алыхьым хуабжьу елъэІут: «ЗэхэщІыкІ сиІэну къыздэІэпыкъу, уи хабзэм сытетын икІи ар гурэ псэкІэ схъумэн щхьэкІэ» (Пс. 119:34). Пионеру лажьэ ди шыпхъу Дени́з жеІэ: «Иеговэ и хабзэ гуэрым сытетыну къыщызэгугъуэкІым деж, сэ абы лъэІукІэ зыхузогъазэ пэжым сытетыну къару къызитын щхьэкІэ». Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ апхуэдэ лъэІухэм Иеговэ Іэмал имыІэу жэуап зэрыритынум (Лк. 11:9—13).

НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ ДИ АДЭР ФІЫУЭ ЯЛЪАГЪУНУ

12. Ефес 5:1 зэритымкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?

12 Къеджэ Ефес 5:1. «Тхьэм фІыуэ илъагъу» бынхэм хуэдэу, абы щапхъэ тетхын щхьэкІэ къарууэ диІэр идохьэлІэ. Абы щапхъэ тетхыу нэгъуэщІхэм лъагъуныгъэрэ, гуапагъэрэ тхэлъу дахущытщ икІи я щыуагъэхэр яхудогъэгъу. Ди хьэл-щэныфІхэм Алыхьым хуэмылажьэхэр хуагъэушынкІэ хъунущ абы теухуауэ нэхъыбэ къащІэну (1 Петр 2:12). Дэ Иеговэ къызэрытхущытым хуэдэу, Алыхьым и лэжьакІуэхэр я бынхэм хущытын хуейщ. Апхуэдэу ящІэмэ, абыхэм я бынхэр хуагъэушынкІэ хъунущ уафэм щыІэ ди Адэр ныбжьэгъу ящІыну.

Брат показывает буклет повару, который работает в ресторане на колесах.

(13-нэ абзацым феплъ.)

13. Тегушхуэныгъэ диІэну сыт къыддэІэпыкъунур?

13 Сабийр и адэм иропагэ икІи абы теухуауэ нэгъуэщІхэм яжриІэн ифІэфІщ. Апхуэдэу дэри ди Адэ Иеговэ дропагэ икІи дыхуейщ нэгъуэщІхэми абы теухуауэ къедгъэщІэну. Пащтыхь Даут иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэщ, абы итхащ: «Си гур Иеговэ ирипэгэнущ» (Пс. 34:2). Ауэ дэ укІытэхыу дыщытмэ-щэ? Дэнэ дэ тегушхуэныгъэ къыздитхынур? Иеговэ зэрыдгъэгуфІэнум икІи абы теухуауэ зыжетІэну цІыхухэм я гъащІэм зэрызихъуэжыфынум дегупсысмэ, дэ тегушхуэныгъэ диІэнущ. Иеговэ лІыгъэ къытхилъхьэнущ. Ар япэ лІэщІыгъуэм псэуа къуэш, шыпхъухэм тегушхуэныгъэ яІэну ядэІэпыкъуащ, дэри къыддэІэпыкъунущ (1 Фес. 2:2).

14. ХъыбарыфІыр дгъэІун икІи Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъун щІыхуейм и щхьэусыгъуэ языныкъуэхэр къыжыфІэ.

14 Иеговэ цІыху зэхэгъэж ищІкъым икІи ар мэгуфІэ дэри нэгъуэщІхэм лъагъуныгъэ тхэлъу дащыхущытым деж, ахэр къызыхэкІа лъэпкъым емылъытауэ (Апост. 10:34, 35). Ди лъагъуныгъэр нэгъуэщІхэм зэредгъэлъэгъуэфыну Іэмалхэм ящыщу нэхъыфІ дыдэр — хъыбарыфІымкІэ абыхэм дадэгуэшэныращ (Мт. 28:19, 20). Дапхуэдэу абыхэм ар сэбэп къазэрыхуэхъунур? Дэ къетхьэкІ хъыбарым едаІуэхэм я гъащІэм фІыкІэ зихъуэжыфынущ икІи гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум ахэр теувэфынущ (1 Тим. 4:16).

ДИ АДЭ ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ТЛЪАГЪУУ ЩЫТМЭ, НАСЫПЫФІЭ ДЫХЪУНУЩ

15, 16. НасыпыфІэу дыщытыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ?

15 Иеговэ — фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэщ икІи ар хуейщ и унагъуэр насыпыфІэу щытыну (Ис. 65:14). Дэ гугъуехь куэдым дыпэщІэхуэу щытми, насыпыфІэу дыщытыну щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Псалъэм папщІэ, дэ шэч къытетхьэкъым уафэм щыІэ ди Адэм фІыщэу дызэрилъагъум. Дэ Алыхьым и Псалъэ Библием ит щІэныгъэ пэжхэр диІэщ (Иер. 15:16). Абы нэмыщІ дэ дрогуфІэ псом нэхърэ нэхъ унагъуэфІым дызэрыщыщым. А унагъуэм исхэм Иеговэрэ абы и хабзэхэмрэ фІыуэ ялъагъу икІи езыхэри фІыуэ зэролъагъу (Пс. 106:4, 5).

16 Дэ сыт щыгъуи насыпыфІэу дыщытыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ шэч къытетхьэкъым: къэкІуэну зэманым ди гъащІэр нэхъыфІыж хъунущ. Дэ дощІэ Иеговэ куэд мыщІэу Іейр зэригъэкІуэдынур икІи и Пащтыхьыгъуэр къигъэсэбэпу щІылъэр жэнэт зэрищІыжынур. Дэ иджыри гугъэ дахэ диІэщ: лІахэр къэтэджыжынурэ я Іыхьлыхэм хуэзэжынущ (Ин. 5:28, 29). Сыту гуфІэгъуэшхуэ щыІэну абы щыгъуэ! Ауэ псом нэхъапэращи, дэ дощІэ уафэми щІылъэми щыІэхэр псори фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм хуэпэжу зэрыщытынур икІи абы къилэжь щІыхьымрэ фІыщІэмрэ зэрыхуащІынур.

СЫТ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР:

  • щІэх-щІэхыурэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъэзэным?

  • Иеговэ жиІэм дедэІуэным?

  • уафэм щыІэ ди Адэм теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэным?

12-НЭ УЭРЭДЫР Ди Алыхьышхуэ Иеговэ

a Дэ дощІэ ди Адэ Иеговэ фІыщэу дызэрилъагъур икІи абы дыкъригъэблэгъащ къыхуэлажьэ и унагъуэм щыщ дыхъуну. Мы статьям щызэпкърытхынущ ди лъагъуныгъэр Иеговэ едгъэлъэгъун щхьэкІэ сыт тщІэ хъунуми.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын