6 СТАТЬЯР
Ди Адэ Иеговэ дэ фІыщэу делъагъу
«Тхьэм мыпхуэдэу фелъэІу: «Уэ ди Адэ лъапІэу уафэм щыІэ!» (МТ. 6:9).
135-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ укъыхуреджэ: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ»
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. ЦІыхум сытыт ищІэн хуейр Персием и пащтыхьым хуэзэн ипэ?
УИ НЭГУ къыщІэгъэхьэт ди эрэм ипэ V-нэ лІэщІыгъуэм щыІа Персием ущыпсэууэ. Уэ мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэ пащтыхьым жепІэн щхьэкІэ Персие пащтыхьыгъуэм и къалащхьэ Сузы укІуэн хуейщ. Ауэ пащтыхьым ухуэзэн ипэ, абы хуит уищІын хуейщ и деж ущІыхьэну. Армыхъумэ, уи гъащІэр пфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэщ! (Эсф. 4:11).
2. Иеговэ зыхуэбгъэзэну гугъуу пІэрэ?
2 Сыту гуфІэгъуэшхуэ Персием и пащтыхьым хуэдэу Иеговэ зэрыщымытыр! Ди Алыхьыр цІыху пащтыхьхэм нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъагэщ, ауэ абы емылъытауэ дэ абы сыт щыгъуи зыхуэдгъэзэфынущ. Ар хуейщ дэ дымышынэу ди гурыщІэхэмкІэ дыдэгуэшэну. Псалъэм папщІэ, Иеговэ Дунеишхуэр къигъэщІащ, ар ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьу щытщ, абы нэмыщІ Дуней псор абы и ІэмыщІэ илъщ, а псом емылъытауэ ар хуейщ дэ гурыщІэ ІэфІхэр къыдэзыт «Адэ» псалъэмкІэ абы зыхуэдгъэзэну (Мт. 6:9). Сыту гуапэ Иеговэ апхуэдэ гурыщІэхэр худиІэну зэрыхуейр!
3. Иеговэ ди АдэкІэ деджэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ диІэр икІи мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Дэ щхьэусыгъуэшхуэ диІэщ Иеговэ ди АдэкІэ деджэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ аращ ди гъащІэр къызыбгъэдэкІыр (Пс. 36:9). Ар ди Адэу щыщыткІэ, абы жиІэм дедэІуэн хуейщ. Абы къыджиІэхэр дгъэзащІэмэ, тыгъэхэр къызэрытхуищІынум шэч къытетхьэн хуейкъым (Евр. 12:9). А тыгъэхэм ящыщ зыщ гъащІэ мыухыж диІэу уафэм е щІылъэм дыщыпсэуну гугъэ къызэрыдитыр. Ауэ языныкъуэ тыгъэхэр дэ иджыпсту къытІэрохьэ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ лъагъуныгъэ зыхэлъ адэм хуэдэу къызэрытхущытыр икІи дытепсэлъыхьынущ абы зэи дыкъызэримыгъэнэнур ди фІэщ щІэтщІын хуейм. ЯпэщІыкІэ деплъынщ уафэм щыІэ ди Адэм фІыуэ дыкъызэрилъагъум икІи дызыхуэныкъуэр къызэрыдитым шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сытми.
ИЕГОВЭ — ФІЫУЭ ДЫКЪЭЗЫЛЪАГЪУ ИКІИ ДЫЗЫХУЭНЫКЪУЭР КЪЫДЭЗЫТ ДИ АДЭЩ
Иеговэ хуейщ лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ адэмрэ абы и бынхэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ зэрыдэлъым хуэдэу, абырэ дэрэ апхуэдэ зэхущытыкІэ диІэну. (4-нэ абзацым феплъ.)
4. Алыхьыр я Адэу ялъытэну сыт языныкъуэхэм я дежкІэ щІэгугъур?
4 Фи дежкІэ гугъуу пІэрэ Алыхьыр фи Адэу флъытэну? Языныкъуэхэм зэрабжымкІэ, Иеговэ апхуэдизкІэ лъагэщи, абы елъытауэ езыхэр зыри ищІыскъым. Абыхэм я фІэщ ящІыну гугъущ ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхьым ахэр къызэрыфІэІуэхур. Ауэ лъагъуныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ ди Адэр хуейкъым дэ апхуэдэу дегупсысыну. Абы дэ гъащІэ къыдитащ икІи ар хуейщ езыр къэтлъыхъуэу къэдгъуэтыну. А гупсысэр къыхигъэщри, апостол Паул Афинэ къалэм дэс цІыхухэм яжриІащ: «Тхьэр дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым» (Апост. 17:24—29). Алыхьыр хуейщ сабийр фІыуэ къэзылъагъу икІи зыхуэныкъуэр къезыт и адэм зэрыхущытым хуэдэу дэтхэнэ зыри абы дыхущытыну.
5. Ди зы шыпхъум и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
5 Иеговэ я Адэу ялъытэну нэгъуэщІхэм я дежкІэ гугъущ, зыпІа я адэр лъагъуныгъэ хэлъу зэи къазэрыхущымытам щхьэкІэ. Ди зы шыпхъум и щапхъэм деплъынщ. «Си адэр Іейуэ пхъашэу къысхущытт,— жеІэ абы.— Библиер джын щыщІэздзам щыгъуэ сэ къызэгугъуэкІт Иеговэ уафэм щыІэ си Адэу слъытэну. Ар нэхъыфІу къэсцІыхуа иужьщ си еплъыкІэм зыщихъуэжар». Фи дежкІэ гугъуу пІэрэ Алыхьыр фи Адэу флъытэну? Апхуэдэу щытмэ, фи Іэр евмыхьэх икІи шэч къытевмыхьэ: фэри зыхэфщІэфынущ Иеговэ псом нэхърэ нэхъ адэфІу зэрыщытыр.
6. Маттэ 11:27 зэритымкІэ, дауэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуар фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэу зэрыщытыр къыдгурыІуэну?
6 Иеговэ къыддэІэпыкъуащ фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэу ар тлъытэну. Абы Библием ирыригъэтхащ и Къуэм ищІамрэ жиІамрэ. (Къеджэ Маттэ 11:27.) Хьисэ апхуэдизкІэ нэгъэсауэ и Адэм и хьэл-щэнхэм щапхъэ трихти, мыпхуэдэу жиІэфащ: «Сэ сыкъэзылъэгъуам Адэ лъапІэри илъэгъуащ» (Ин. 14:9). Хьисэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ и АдэкІэ еджэт. Хьисэ и гъащІэм тепсэлъыхьыж тхылъиплІым Хьисэ Иеговэ АдэкІэ зыхуигъэзауэ 200 хуэдизрэ итщ. Сыт Хьисэ Иеговэ и АдэкІэ апхуэдизрэ щІеджар? Абы и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыр — цІыхухэм я фІэщ ищІыну хуейт Иеговэ лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ Адэу зэрыщытыр (Ин. 17:25, 26).
7. Иеговэ и Къуэм зэрыхущытам езым теухуауэ сыт къыдигъащІэр?
7 Иеговэ и Къуэ Хьисэ зэрыхущытам езым теухуауэ сыт къыдигъащІэр? Хьисэ и лъэІухэм Иеговэ сыт щыгъуи едаІуэт икІи жэуап иритт (Ин. 11:41, 42). Сыт хуэдэ гугъуехьхэм Хьисэ пэщІэмыхуами, абы сыт щыгъуи зыхищІэт и Адэр къызэрыдэІэпыкъур икІи фІыуэ къызэрилъагъур (Лк. 22:42, 43).
8. Дапхуэдэу Иеговэ Хьисэ зэрыдэІэпыкъуу щытар?
8 Хьисэ къыгурыІуэт и гъащІэр и Адэм къызэрыритар икІи абы и фІыгъэкІэ зэрыпсэур. Абы Иеговэ щхьэкІэ жиІащ: «Си гъащІэр абы... [къыбгъэдокІ]» (Ин. 6:57). Хьисэ и Адэм нэгъэсауэ дзыхь хуищІти, псэун щхьэкІэ зыхуэныкъуэу хъуар Иеговэ абы къритт. ИкІи, псом нэхъапэрауэ, Иеговэ Хьисэ къару иритт пэжу къыхуэнэн щхьэкІэ (Мт. 4:4).
9. Дапхуэдэу Иеговэ Хьисэ къызэрыгуригъэІуар фІыуэ къэзылъагъу икІи зыхуэныкъуэр къезыт и Адэу зэрыщытыр?
9 ФІыуэ зылъагъу Адэм хуэдэу, Иеговэ Хьисэ къыгуригъэІуащ сыт щыгъуи къызэрыщыгугъ хъунур (Мт. 26:53; Ин. 8:16). Иеговэ гугъуехь псоми Хьисэ щихъумэу щымытами, гъэунэхуапІэ зыпэщІэхуахэм псоми пэлъэщыну дэІэпыкъуащ. Хьисэ и гугъуехьхэм кІэ зэраІэнур ищІэт (Евр. 12:2). Иеговэ ІупщІу игъэлъэгъуащ Хьисэ фІыуэ зэрилъагъур: ар и Къуэм жиІэм едаІуэт, зыхуэныкъуэр иритт, игъасэт икІи дэІэпыкъут (Ин. 5:20; 8:28). Деплъынщ уафэм щыІэ ди Адэм и лъагъуныгъэр дэри зэрыдигъэлъагъум.
УАФЭМ ЩЫІЭ ДИ АДЭМ ФІЫУЭ ДЫЗЭРИЛЪАГЪУР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРИГЪЭЛЪАГЪУЭР?
Лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ адэр: 1) и бынхэм жаІэм йодаІуэ, 2) зыхуэныкъуэр ярет, 3) егъасэ икІи 4) ахэр къехъумэ. Уафэм щыІэ ди Адэм и лъагъуныгъэр апхуэдэ дыдэу дегъэлъагъу. (10—15-нэ абзацхэм феплъ.)b
10. 1 Петр 3:12 зэритымкІэ, дапхуэдэу Иеговэ и лъагъуныгъэр зэрыдигъэлъагъур?
10 Иеговэ ди тхьэлъэІухэм йодаІуэ. (Къеджэ 1 Петр 3:12.) Ар хуейщ ди гум илъ псом теухуауэ, дапхуэдизрэ дыхуейми икІи зэман дапхуэдизкІэ дыхуейми абы делъэІуну; абы дыхуегъэуш зэрыхъукІэ нэхъыбэрэ лъэІукІэ зыхуэдгъэзэну (1 Фес. 5:17). Дэ ди Алыхьым дыщыхуей зэманым дежи дэнэ дыщымыІами делъэІу хъунущ. Иеговэ жытІэм къедэІуэну хущІэмыхьэу зэи щыткъым, атІэ ди лъэІухэм едэІуэну ар сыт щыгъуи хьэзырщ. Ар къыдгурыІуа иужь Алыхьыр нэхъыфІыжу тлъагъуу дохъу. Псаломыр зытхам жиІауэ щытащ: «Иеговэ сэ фІыщэу солъагъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхех Иеговэ си макъыр» (Пс. 116:1).
11. Иеговэ ди лъэІухэм дапхуэдэу жэуап зэрыритыр?
11 Уафэм щыІэ ди Адэр ди лъэІухэм едаІуэ закъуэу щымыту, жэуапи къыдет. Апостол Иуан жиІащ: «Тхьэр зэрыхуейм тету Іуэхугъуэ гуэркІэ делъэІумэ, дызэрызэхихынур дощІэ» (1 Ин. 5:14, 15). ДауикІ, абы къикІкъым ди лъэІум дызэрыхуейм хуэдэу Иеговэ жэуап иритыну. Ди дежкІэ нэхъыфІыр Алыхьым ещІэ, абы къыхэкІкІэ абы зыгуэркІэ делъэІуа иужь, дыщІелъэІуам теухуауэ иныкъуэхэм деж «хьэуэ» къыджиІэфынущ, иныкъуэхэм деж ар хуейщ абы дыпэплъэну (2 Кор. 12:7—9).
12, 13. Дапхуэдэу уафэм щыІэ ди Адэм дызыхуэныкъуэр къызэрыдитыр?
12 Иеговэ дызыхуэныкъуэр къыдет. Адэхэм ягъэзэщІэну яхуигъэувыр абы езым егъэзащІэ (1 Тим. 5:8). Абы и бынхэм псэун щхьэкІэ зыхуэныкъуэ псор ярет. Ар хуейкъым тшхыным, щыттІэгъэным икІи дызыщІэсыным теухуауэ дыгузэвэну (Мт. 6:32, 33; 7:11). ФІыуэ дызылъагъу ди Адэм хуэдэу, Иеговэ къэкІуэну зэманми зыми дыхуэмыныкъуэу дыпсэун щхьэкІэ къару ирихьэлІащ.
13 Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр, Иеговэ къыддоІэпыкъу езымрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ дэлъыну. И ПсалъэмкІэ абы езымрэ и мурадымрэ теухуа пэжыр къытхузэІуихащ, гъащІэм и мыхьэнэр къыдгуригъэІуащ икІи къэкІуэну зэманым сыт хуэдэ гъащІэ щыІэнуми къыджиІащ. Абы дэ гулъытэ къытхуищІащ япэ дыдэу пэжыр щызэхэтхам щыгъуэ,— ди адэ-анэхэр е нэгъуэщІ зыгуэр къигъэсэбэпу зыкъыщыдигъэцІыхуам щыгъуэ. ИкІи ар адэкІи къыддоІэпыкъу лъагъуныгъэ зыхэлъ зэхуэсым и нэхъыжьхэр икІи нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу. Абы нэмыщІ Иеговэ дызыхуэныкъуэ чэнджэщхэр ди зэхуэсхэм къыщыдет. Ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу апхуэдэ зэІущІэхэм дэ зыщыдогъасэ. Зи гугъу тщІа Іэмалхэр, абы нэмыщІ нэгъуэщІ Іэмалхэри къигъэсэбэпурэ Иеговэ Адэм хуэдэу фІыуэ дызэрилъагъур дэ псоми зыхыдегъащІэ (Пс. 32:8).
14. Сыт Иеговэ дыщІигъасэр икІи дапхуэдэу абы ар зэрищІыр?
14 Иеговэ дегъасэ. Хьисэ елъытауэ дэ гуэныхь тхэлъщ. Абы къыхэкІкІэ ди Адэм дегъасэ икІи хуей хъумэ, ди щыуагъэхэр къыдгурегъэІуэж. Библием щыжыІащ: «Зиусхьэным фІыуэ илъагъу цІыхур ІурыщІэ ещІ» (Евр. 12:6, 7). Ди щыуагъэхэр Иеговэ Іэмал зыбжанэкІэ къыдгуригъэІуэжыфынущ. Псалъэм папщІэ, Библием дыщеджэм е зэхуэсым щыжаІэм дыщедаІуэм деж, дэ къыдгурыІуэжынкІэ хъунущ ди гупсысэкІэр е ди щытыкІэр тхъуэжын зэрыхуейр. Е зэхуэсым и нэхъыжьхэр абыкІэ къыддэІэпыкъункІэ хъунущ. Ди щыуагъэхэр къыдгуригъэІуэжын щхьэкІэ сыт хуэдэ Іэмал Иеговэ къимыгъэсэбэпами, апхуэдэу ищІэну сыт щыгъуи лъагъуныгъэращ ар хуэзыгъэушыр (Иер. 30:11).
15. Дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?
15 Гугъуехь дыщиІэм деж Иеговэ къыддоІэпыкъу. Сабийхэм гугъуехь щаІэм деж адэр абыхэм зэрадэІэпыкъум хуэдэу, уафэм щыІэ ди Адэр дэри гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж абыхэм дыпэлъэщыну къыддоІэпыкъу. Абы и къару лъапІэр къыдет. Ар къыддоІэпыкъу абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зыри зэран хуэмыхъун щхьэкІэ (Лк. 11:13). Абы нэмыщІ фІыуэ дызылъагъу ди Адэр къыддоІэпыкъу зыгуэрым дыщигъэгузавэм деж. Псалъэм папщІэ, къэкІуэну зэманым теухуауэ гугъэ дахэ къыдет. А гугъэм къару къытхелъхьэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыну. Фегупсысыт, сыт хуэдэ гугъуехь фимыІами, абы къыфхуихьа зэрану хъуар Иеговэ Іуихынущ. Ди гугъуехьхэм кІэ яІэнущ, ауэ Иеговэ къыбгъэдэкІ фІыгъуэхэр игъащІэкІэ щыІэнущ! (2 Кор. 4:16—18).
ДИ АДЭМ ЗЭИ ДЫКЪИГЪЭНЭНУКЪЫМ
16. Сыт къэхъуар Іэдэм фІыуэ къэзылъагъу и Адэм пэщІэува иужь?
16 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур къыхощ Іэдэм абы къыщемыдэІуам щыгъуэ ищІам. И Адэм пэщІэувэри, Іэдэм Иеговэ и унагъуэ насыпыфІэм щымыщыж хъуащ икІи и щІэблэхэми а Іэмалыр къаІэщІихащ (Рим 5:12; 7:14). Ауэ Иеговэ цІыхухэр къигъэнакъым.
17. Сыт Иеговэ занщІэу ищІар Іэдэм къыпэщІэува иужь?
17 Иеговэ Іэдэм тезыр трилъхьащ, ауэ абы къытехъукІыну цІыхухэм дэІэпыкъуну мурад ищІащ. Алыхьым занщІэу псалъэ итащ абы къедаІуэ цІыхухэр Іэмал имыІэу и унагъуэм щыщ ищІыжыну (ЩІэдз. 3:15; Рим 8:20, 21). ЦІыхухэр и унагъуэм щыщ хъужын щхьэкІэ Иеговэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэ игъэхьэзыращ, а къурмэныпхъэр фІыуэ илъагъу и Къуэ Хьисэ къихьын хуейт. Иеговэ дэ фІыщэу дызэрилъагъур игъэлъэгъуащ и Къуэр дэр щхьэкІэ зэритамкІэ (Ин. 3:16).
Иеговэ пэжыжьэ зыхуэтщІамэ, ауэ иужькІэ дыхущІегъуэжамэ, лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ ди Адэм ифІэфІу и деж дыкъригъэблэгъэжынущ. (18-нэ абзацым феплъ.)
18. Дэ Иеговэ пэжыжьэ зыхуэтщІауэ щытми, дэнэ дэ щытщІэр и унагъуэм дыщыщыну ар зэрыхуейр?
18 Дэ гуэныхь тхэлъми, Иеговэ и унагъуэм дыщыщыну хуейщ икІи дыкъытехьэлъэу, гугъу едгъэхьу ибжкъым. Иныкъуэхэм деж дэ абы и жагъуэ дощІ е пэжыжьэ зыхудощІ, ауэ абы зэи гугъэ хихыжкъым — и деж къэдгъэзэжыну щогугъ. Хьисэ Иеговэ и лъагъуныгъэм и кууагъыр дигъэлъэгъуащ, зи адэр къэзыгъэна къуэм теухуа хъыбар щыжиІэжам щыгъуэ (Лк. 15:11—32). А адэм зэи гугъэ хихыжтэкъым, ар щыгугът и къуэм зэгуэр къигъэзэжыну. Къуэм къыщигъэзэжам щыгъуэ, адэр абы и деж жэри быдэу ІэплІэ хуищІащ. Дэ Иеговэ пэжыжьэ зыхуэтщІамэ, ауэ иужькІэ дыхущІегъуэжамэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ фІыуэ дызылъагъу ди Адэм дыкъригъэблэгъэжыну зэрыхуейм.
19. Іэдэм и гуэныхьым къытхуихьа зэраныр ди Адэм дапхуэдэу зэрыІуихыжынур?
19 Іэдэм и гуэныхьым къытхуихьа зэраныр ди Адэм Іуихыжынущ. Іэдэм къыпэщІэува иужь, Иеговэ мурад ищІащ и унагъуэм цІыху 144 000 хигъэхьэну, ахэр и Къуэм и гъусэу пащтыхьу икІи дин пашэу щытынущ. ДунеищІэм Хьисэрэ абы и тепщэныгъэр дэзыІыгъынухэмрэ Алыхьым едаІуэ цІыхухэм дэІэпыкъунущ дагъуэншэ хъужыну. Алыхьым зэрыхуэпэжыр иужь дыдэу къагъэлъэгъуа иужь, Алыхьым абыхэм гъащІэ мыухыжыр тыгъэу яритынущ. Сыту ди Адэр гуфІэну, щІылъэ псом и къуэ икІи и пхъу дагъуэншэхэр тез хъуауэ илъагъумэ! Ар зэманыфІ дыдэу щытынущ.
20. Иеговэ и лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрыдигъэлъагъур? Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям щызэпкърытхынур?
20 Иеговэ фІыщэу делъагъу. Ар Адэ нэхъыфІ дыдэщ. Ар ди лъэІухэм йодаІуэ икІи дызыхуэныкъуэ псор къыдет — дыпсэун щхьэкІи абы пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІи. Иеговэ дегъасэ икІи къыддоІэпыкъу. Абы нэмыщІ тыгъэфІ куэд тхуигъэхьэзыращ. Сыту гуапэ пщІэну Иеговэ фІыуэ дызэрилъагъур икІи дызыхуэныкъуэр къызэрыдитыр! КъыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ дэ, абы и бынхэм, Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур зэрыдгъэлъэгъуэфынур.
107-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и лъагъуныгъэм щапхъэ тыдох
a Дэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ Дунеишхуэр зи ІэмыщІэ илъ Алыхьу зэрыщытым догупсыс. Ауэ дэ щхьэусыгъуэ куэд диІэщ Иеговэ фІыуэ дыкъэзылъагъу икІи дызыхуэныкъуэр къыдэзыт ди Адэу тлъытэну. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ диІэхэр? Ахэр мы статьям щызэпкърытхынщ. Абы нэмыщІ къэтщІэнщ Иеговэ зэи дыкъызэримыгъэнэным шэч къытетхьэн щІыхуэмейр.
b СУРЭТХЭР. СурэтиплІми адэхэр я бынхэм я гъусэу къыщыгъэлъэгъуащ: япэ адэр и къуэм жиІэм фІыуэ йодаІуэ, етІуанэм — и пхъур егъашхэ, ещанэм — и къуэр егъасэ, еплІанэм — и къуэр трегъэу. Сурэтым и щІыбагъымкІэ Иеговэ и Іэр къыщыгъэлъэгъуащ. Абы дигу къегъэкІыж Иегови апхуэдэ щІыкІэкІэ къызэрыддэІэпыкъур.