33 СТАТЬЯР
4 УЭРЭДЫР «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ»
Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъур быдэу уи фІэщ щІы
«Сэ... пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэкІэ узэсшэлІащ» (ИЕР. 31:3).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур быдэу ди фІэщ тщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэм икІи абы шэч къытедмыхьэн щхьэкІэ тщІэ хъунум.
1. Иеговэ ухуэлэжьэну сыт унафэ щІэпщІар? (Сурэтми феплъ.)
ИЕГОВЭ игъащІэ псокІэ ухуэлэжьэну псалъэ зэрептауэ щытар уигу къэгъэкІыжыт. А унафэр уэ щІэпщІар Иеговэ къэпцІыхури ар фІыуэ плъэгъуати аращ. Абы тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэри и мурадыр бгъэзэщІэныр уи гъащІэм япэ зэрибгъэщынур икІи уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи, уи къару псомкІи ар фІыуэ зэрыплъагъунур жепІащ (Мк. 12:30). Зэманыр кІуэху абы ухуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу хъуащ. Аращи, «Иеговэ пэж дыдэу фІыуэ плъагъурэ?» — жиІэу зыгуэр къоупщІмэ, уэ шэч лъэпкъ къытомыхьэу жэуап ептыжынущ: «Иеговэ сэ фІыщэу солъагъу икІи абы нэхърэ нэхъ лъапІэ зыри сиІэкъым»
ПщІэжрэ уэ уи гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщыщІэбгъэуам, абы ухуиІауэ щыта лъагъуныгъэ гуащІэр? (1 абзацым феплъ.)
2, 3. Сыт дэ быдэу ди фІэщ тщІын хуейр икІи мы статьям сыт щызэпкърытхынур? (Иеремия 31:3).
2 Ауэ «Иеговэ уэ фІыуэ укъызэрилъагъур уи фІэщ хъурэ?» жиІэу зыгуэр къоупщІмэ-щэ? Абы шэч лъэпкъ къытомыхьэу жэуап ептыжыфыну пІэрэ? Зи сабиигъуэр гугъуу щыта ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «Сэ Иеговэ пэж дыдэу фІыщэу солъагъу, ауэ езым фІыуэ сыкъызэрилъагъум щІэх-щІэхыурэ шэч къыщытесхьэ къохъу». НтІэ, пэж дыдэу Иеговэ уэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыпхуиІэ?
3 Иеговэ хуейщ фІыщэу укъызэрилъагъум уэ шэч лъэпкъ къытомыхьэну. (Къеджэ Иеремия 31:3.) Иеговэ ущІызришэлІар фІыщэу уилъэгъуати аращ. Абы нэмыщІ уи гъащІэр абы и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщыщІэбгъэуам тыгъэ лъапІэу пэжагъ зыхэлъ и лъагъуныгъэр къыуитащ. А лъагъуныгъэр кууущ икІи зэи ужьыхыжынукъым. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм, уэри абыхэм уахэту, «цІыху хэхакІэ» йоджэ (Мал. 3:17). Ар хуейщ апостол Паул иІа гурыщІэхэм хуэдэ уэри уиІэну. Рим 8:38, 39 Паул щыжеІэ: «Тхьэм къытхуиІэ фІылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын зэрылъэмыкІынум шэч къытесхьэркъым; ажалми, гъащІэми, мелыІычхэми, жин пашэхэми, лъэкІыныгъэ зиІэ жинхэми, иджы щыІэ Іуэхугъуэхэми, къэкІуэну зэманым щыІэну Іуэхугъуэхэми, уафэм сыт ищІыс щыІэми, щІы щІагъым сыт ищІыс щыІэми, а фІылъагъуныгъэм дыбгъэдишын зыми хузэфІэкІынукъым». Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур быдэу ди фІэщ тщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр икІи абы шэч къытедмыхьэн щхьэкІэ тщІэ хъунур.
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ДЫКЪЫЗЭРИЛЪАГЪУР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫНЫМ СЫТ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР?
4. ШейтІаным сыт хуэдэ Іэмалыр къигъэсэбэпыну ифІэфІ икІи дауэ абы зэрызыщытхъумэ хъунур?
4 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур быдэу ди фІэщ зэрыхъур къыддэІэпыкъунущ «шейтІаным и гъэпцІагъэ мурадхэм» дыпэщІэтыну (Еф. 6:11). Иеговэ дыхуэлэжьэну щыдигъэгъэтын щхьэкІэ ШейтІаным сытри ищІэну хьэзырщ. Абы ифІэфІу къигъэсэбэп Іэмалхэм ящыщ зыр — Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъуу дригъэгупсысыныращ. Ауэ ар пцІышхуэщ! Библием ШейтІаныр аслъэным ирегъэщхь (1 Пет. 5:8, 9). Аслъэныр зытеуэр махэу щыт икІи нэхъ тыншу къыхуэубыдын псэущхьэхэращ. Апхуэдэ дыдэу, ШейтІанри дэ нэхъ махэ дыщыхъун зэманым поплъэ. Псалъэм папщІэ, гъащІэм дызыхуэзэ гугъуехьхэм, гукъэкІыж хьэлъэхэм е къэкІуэну зэманым теухуауэ дызэрыгузавэм ди къарур тщІихыфынущ икІи ШейтІаным шэч лъэпкъ хэмылъу а Іэмалыр къигъэсэбэпынущ (Прит. 24:10). Абы дыпэщІэтыну сыт къыддэІэпыкъунур? Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум теухуауэ адэкІи ди фІэщхъуныгъэр дгъэбыдэн хуейщ (Екъуб 4:7).
5. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур зыхэтщІэным дыщІыхуэныкъуэр сыт?
5 Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур ди фІэщ зэрыхъур абы гъунэгъу зыхуэтщІыну къыддоІэпыкъу. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Дэ Иеговэ дыкъигъэщІащ зыгуэр фІыуэ тлъагъуным икІи фІыуэ дыкъалъэгъуным дыхуэныкъуэу. Лъагъуныгъэ къыщыпхуагъэлъагъуэм деж уэри ар бгъэлъэгъуэжыну гукъыдэж уиІэ мэхъу. Аращи, Иеговэ и лъагъуныгъэр нэхъыбэу зыхэтщІэху, дэри ар нэхъыфІыжу тлъагъуу дохъу (1 Ин. 4:19). ИкІи абы дыхуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэху, езыми къытхуиІэ лъагъуныгъэр нэхъ гуащІэ мэхъу. Къапщтэмэ, Екъуб 4:8 аращ зи гугъу ищІыр: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ». Ауэ ар пщІэ пэтми, Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъур уи фІэщ пщІыну къогугъуэкІмэ-щэ? Абы фІыуэ укъызэрилъагъур быдэу уи фІэщ пщІыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ УКЪЫЗЭРИЛЪАГЪУР БЫДЭУ УИ ФІЭЩ ПЩІЫНУ СЫТ КЪЫБДЭІЭПЫКЪУНУР?
6. Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум шэч къытепхьэу щытмэ, сыт пщІэ хъунур?
6 Зэпымыууэ Иеговэ елъэІу, абы фІыуэ укъыщІилъагъур къыбгурыІуэну къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ (Лк. 18:1; Рим 12:12). Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, хуей хъумэ, махуэм и кІуэцІым куэдрэ елъэІу абы и нэкІэ узэплъыжыну къыбдэІэпыкъуну. Дэ зыгуэр щхьэкІэ ди щхьэ дгъэкъуэншэжмэ, Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур ди фІэщ тщІыну гугъу хъунущ. Ауэ зыщомыгъэгъупщэ, Иеговэ дигухэм нэхърэ нэхъ инщ (1 Ин. 3:19, 20). Дэ зэрызытцІыхужым нэхърэ абы нэхъыфІу дыкъецІыху икІи тхэлъу димыгугъэххэ хьэл-щэныфІхэми гу лъетэ (1 Сам. 16:7; 2 Лет. 6:30). Аращи, умыукІытэу уи гум илъымкІэ Иеговэ дэгуашэ икІи абы фІыуэ укъызэрилъагъур уи фІэщ пщІыну къыбдэІэпыкъуну елъэІу (Пс. 62:8). Абы иужькІэ мы статьям щызэпкърытхыну чэнджэщхэр къэгъэсэбэп.
7, 8. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур Псалом тхылъым ит псалъэхэм дапхуэдэу ди фІэщ зэращІыр?
7 Иеговэ жиІэр уи фІэщ щІы. Библиер абы и къару лъапІэмкІэ иригъэтхащ, аращи, абы иту хъуар пэжщ. Мис псалъэм папщІэ, Иеговэ щабэу и нэІэ къызэрыттригъэтым теухуауэ Даут жиІауэ щытар: «Зи гур икъутыхьахэм Иеговэ пэгъунэгъущ икІи зигу иудахэр абы кърегъэл» (Пс. 34:18). Уэ хуабжьу къыщыптехьэлъэм деж уи закъуэу укъэнауэ къыпщыхъуфынущ, ауэ ар апхуэдэу щыткъым. Иеговэ уи гъусэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыгуроІуэ апхуэдэ зэман гугъухэм деж, псом хуэмыдэу, ар узэригъусэр зыхэпщІэным узэрыхуэныкъуэр. НэгъуэщІ псаломыми Даут мыпхуэдэу щыжиІат: «Си нэпсхэр уи фэндым щызэхуэхьэс» (Пс. 56:8). Алыхьым ещІэ уэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм упхырыкІми икІи абы хуабжьу и гур мэуз уэ гугъу узэрехьыр щилъагъум деж. Иеговэ уи нэпсхэр зэхуихьэсу, хуэсакъыу ихъумэм хуэдэщ. ПшахъуэщІым иту гъуэгу тет цІыхум и дежкІэ псыр лъапІэу зэрыщытым хуэдэу, абы и дежкІи уи нэпсхэр лъапІэщ. Псалом 139:3 дыкъыщоджэ: «Си гъуэгухэр псори уэ боцІыху». Иеговэ ди гъуэгухэр псори ецІыху, ауэ абы и дежкІэ псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр дэ тщІэ ІуэхуфІхэращ (Евр. 6:10). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар бгъэгуфІэну узэрыхущІэкъур абы и дежкІэ лъапІэщa.
8 Библием иджыри гупсэхугъуэ къозыт едзыгъуэ куэд итщ. АбыхэмкІэ Иеговэ мыпхуэдэу къыджиІэу жыпІэ хъунущ: «Сэ уэ лъапІэу узэрыслъытэр икІи фІыщэу узэрыслъагъур пщІэну сыхуейщ». Ауэ къызэрытщІащи, ШейтІаным ди фІэщ ищІыну хэтщ Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъуу. Аращи, Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум шэч къытепхьэу щІэбдзэмэ, къэувыІи зэупщІыж: «Сыт сэ си фІэщ сщІынур — „пцІыр къызыбгъэдэкІ“ ШейтІаным жиІэра хьэмэрэ „пэжым и Алыхьым“ жиІэра?» (Ин. 8:44; Пс. 31:5).
9. Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр сыткІэ къигъэгугъэрэ? (Исход 20:5, 6).
9 Иеговэ езыр фІыуэ зылъагъухэм дапхуэдэу яхущытми дегупсысынщ. Дигу къэдвгъэгъэкІыж Иеговэ израил лъэпкъымрэ Мусэрэ яжриІауэ щыта псалъэхэр (Къеджэ Исход 20:5, 6.) Алыхьым дыкъегъэгугъэ ар фІыуэ тлъагъумэ езыми фІыуэ дыкъилъагъуну. Ар пэжагъ зыхэлъ Алыхьщ. Уи нэгу къыпхущІэгъэхьэнукъым Иеговэ фІыуэ плъагъуу, ауэ езым фІыуэ укъимылъагъуу (Неем. 1:5). Аращи, Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум шэч къытепхьэу щІэбдзэмэ, къэувыІи зэупщІыж: «Сэ Иеговэ фІыуэ слъагъурэ?» ИужькІэ егупсыс: Иеговэ фІыуэ щыплъагъукІэ икІи ар бгъэгуфІэну ущыхущІэкъукІэ, дауикІ, езыми фІыщэу укъелъагъу (Дан. 9:4; 1 Кор. 8:3). Уэ Иеговэ ухуиІэ гурыщІэхэм шэч къыщытомыхьэкІэ, езым къыпхуиІэ гурыщІэхэм сыт шэч къытепхьэн щІыхуейр? Абы уэ сыт щыгъуи фІыуэ укъилъагъунущ икІи зэи укъигъэнэнукъым.
10, 11. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр? (Галатие 2:20).
10 Щхьэщэхуж къурмэныпхъэм куууэ егупсыс. Хьисэ ита щхьэщэхуж къурмэныпхъэр — Иеговэ цІыхуу хъуам ярита тыгъэшхуэщ (Ин. 3:16). Ауэ Хьисэ и гъащІэр уэ щхьэкІэ итауэ жыпІэ хъуну? Хъунущ. Апостол Паул и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ абы гуэныхь хьэлъэхэр ищІащ. Уеблэмэ, псым зыщІигъэуа иужьи и ныкъусанхэм ар ебэнт (Рим 7:24, 25; 1 Тим. 1:12—14). Ауэ, абы емылъытауэ, Паул щхьэщэхуж къурмэныпхъэр езым щхьэкІи Иеговэ итауэ къилъытэт. (Къеджэ Галатие 2:20.) Иеговэ абы теухуауэ Паул Библием иритхэну щІыхуигъэушар дэ зыгуэрым дыхуигъэсэн щхьэкІэщ (Рим 15:4). Аращи, а щхьэщэхуж къурмэныпхъэр Иеговэ уэ щхьэкІи зэритам уегупсысмэ, ар къыбдэІэпыкъунущ абы фІыуэ укъызэрилъагъур быдэу уи фІэщ пщІыну.
11 Иеговэ Хьисэ щІылъэм къыщІигъэкІуар и псэр дэ щхьэкІэ итын папщІэщ. Абы щхьэкІэ ди Адэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ. Ауэ, Хьисэ иджыри нэгъуэщІ къалэн иІэт: Алыхьым теухуа пэжыр цІыхухэм яжриІэн хуейт (Ин. 18:37). Псалъэм папщІэ, абыхэм къащІэн хуейт Иеговэ цІыхухэр фІыщэу зэрилъагъур.
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ДЫКЪЫЗЭРИЛЪАГЪУР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫНУ ХЬИСЭ ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР?
12. Иеговэ теухуауэ Хьисэ жиІа псалъэхэр сыт ди фІэщ тщІы щІэхъунур?
12 Хьисэ щІылъэм щыпсэуам Иеговэ теухуауэ цІыхухэм яжриІэну игу ирихьт (Лк. 10:22). Абы жиІа псалъэхэр уи фІэщ пщІы хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар Алыхьым и гъусэу илъэс миллиард бжыгъэкІэ уафэм щыпсэуащ (Кол. 1:15). Абы езыми зыхищІэт Иеговэ фІыуэ къызэрилъагъур икІи мелыІычхэми цІыхухэми лъагъуныгъэ хэлъу зэрахущытыр илъагъут. Хьисэ ещІэ Иеговэ къыхуэпэж и бынхэр фІыщэу зэрилъагъур. Дауэ-тІэ Хьисэ къызэрыддэІэпыкъур Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъур ди фІэщ тщІыну?
13. Дапхуэдэу Хьисэ къызэрыддэІэпыкъур Иеговэ ди Алыхьу зэрыщытым нэмыщІ, ди Адэуи зэрыщытыр къэтлъагъуну?
13 Хьисэ хуейщ езыр Иеговэ зэрыхущытым хуэдэу, дэри абы дыхущытыну. Инджылым хыхьэ тхылъхэм Хьисэ Иеговэ и АдэкІэ 160 нэхърэ нэхъыбэкІэ йоджэ. Абы и гъэсэнхэм щепсалъэм «фи Адэ лъапІэм» абы нэмыщІ «уафэм щыІэ фи Адэ лъапІэм» жыхуиІэ псалъэхэр къигъэсэбэпт (Мт. 6:8, 26, ДЩІ). Маттэ 5:16 хуэхьа комментарием «Учебная Библия» жыхуаІэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «Ижь зэманым Алыхьым и лэжьакІуэхэр Иеговэ щытепсэлъыхьым е абы зыщыхуагъазэм деж титул хэІэтыкІахэр къагъэсэбэпт, псалъэм папщІэ, „Псори ЗыхузэфІэкІ“, „Псом нэхърэ нэхъ Лъагэ“ икІи „КъэгъэщІакІуэшхуэ“. Ауэ Хьисэ тыншу икІи гурыІуэгъуэу щыт „Адэ“ псалъэр щІэх-щІэхыурэ къигъэсэбэпт. Абы къегъэлъагъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм гъунэгъуу зэрахущытыр». ГурыІуэгъуэщ Хьисэ зэрыхуейр зи быным и нэІэ тезыгъэт икІи фІыщэу дыкъэзылъагъу Адэу Иеговэ къэтлъытэну. «Адэ» псалъэр Хьисэ къыщигъэсэбэпа ІуэхугъуитІ иджыпсту дыхэплъэнщ.
14. Иеговэ дэтхэнэ зыри лъапІэу дызэрилъытэр Хьисэ сыт хуэдэ щапхъэмкІэ къигъэлъэгъуа? (Маттэ 10:29—31). (Сурэтми феплъ.)
14 Япэ щІыкІэ Хьисэ бзу цІыкІухэм теухуауэ Маттэ 10:29—31 щыжиІа псалъэхэм гу лъыттэнщ (къеджэ). А бзу цІыкІухэм Иеговэ фІыуэ ямылъагъуми икІи хуэмылажьэми, абы дэтхэнэ зыми и нэІэ тригъэтщ. Иеговэ и дежкІэ бзу цІыкІур апхуэдизу лъапІэу щыщыткІэ, ар фІыуэ зылъагъу икІи абы хуэлажьэ цІыхухэр фІыщэу зэрилъагъури и нэІэ зэрытригъэтри быдэу ди фІэщ тщІы хъунущ. А псалъащхьэ дыдэм 30 едзыгъуэм щыжыІащ: «Фи щхьэм тет щхьэц налъэ псори лъытащ». Мы псалъэхэм «Учебная Библия» жыхуаІэм мыпхуэдэ комментарие хуэхьащ: «Апхуэдэуи мыхьэнэ зимыІэу къыпщыхъухэми Иеговэ гу щылъитэкІэ, шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми мыхьэнэшхуэ зэрыритым». Хьисэ хуабжьу хуейщ уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ лъапІэу дызэрилъытэр тщІэну.
Иеговэ бзу цІыкІухэм гулъытэ щахуищІкІэ, уи нэгу къыщІэгъэхьэт, абы и дежкІэ лъапІэу узэрыщытыр! Абы уэ пэжу ухуолажьэ икІи ар фІыуэ уолъагъу (14 абзацым феплъ.)
15. Иуан 6:44 ит Хьисэ и псалъэхэм ди Адэ Иеговэ теухуауэ сыт къыдагъащІэр?
15 «Адэ» псалъэр Хьисэ къыщигъэсэбэпа етІуанэ Іуэхугъуэм дыхэплъэнщ. (Къеджэ Иуан 6:44.) Алыхьым уэ узришалІэри къыбдэІэпыкъуащ ар нэхъыфІу къэпцІыхуну икІи фІыуэ плъагъуну. Абы апхуэдэу щІищІар уи хьэл-щэныфІхэм гу лъитати аращ (Апост. 13:48, ДЩІ). «Учебная Библия» жыхуаІэм Иуан 6:44 хуэхьа комментарием зэритымкІэ, Иеремия 31:3 ит псалъэхэр Хьисэ къигъэсэбэпауэ къыщІэкІынущ. А едзыгъуэм щыжыІащ: «Сэ уэ фІыуэ услъэгъуащ, аращ пэжагъ зыхэлъ лъагъуныгъэкІэ ущІызэсшэлІар». (Евгъапщэ Осия 11:4.) Уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ дэ гу зылъыдмытэ ди хьэл-щэныфІхэм сыт щыгъуи гу лъетэ.
16. 1) Хьисэ сыт зыхуригъаджэу щытар икІи абы жиІэр ди фІэщ тщІыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ? 2) Иеговэ псом нэхърэ нэхъ АдэфІу зэрыщытыр ди фІэщ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур? («Псори дызыхуэныкъуэ Адэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
16 Хьисэ Иеговэ ди Адэщ щыжиІам къригъэкІар мыращ: «Иеговэ си закъуэкъым зи Адэр, атІэ ар уэри уи Адэщ. Быдэу уи фІэщ щІы, абы уэ фІыщэу укъызэрилъагъур». Аращи, Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум шэч къытепхьэу щІэбдзэмэ, Хьисэ зыхуригъаджэу щытар уигу къэгъэкІыж. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы сыт щыгъуи пэжыр жеІэ икІи абы нэхърэ нэхъыфІу ди Адэр зыцІыху зыри щыІэкъым (1 Пет. 2:22).
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ УКЪЫЗЭРИЛЪАГЪУМ ТЕУХУАУЭ УИІЭ ФІЭЩХЪУНЫГЪЭР АДЭКІИ ГЪЭБЫДЭ
17. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр адэкІи сыт дгъэбыдэн щІыхуейр?
17 Дэ Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр дгъэбыдэн хуейщ. ИпэкІэ къызэрытщІащи, Иеговэ дыхуэлэжьэн щыдгъэтын щхьэкІэ ди бийуэ щыт ШейтІаным сытри ищІэну хьэзырщ. Ар хуейщ ди фІэщхъуныгъэр махэ хъууэ, ди Іэр етхьэхыну. Аращи, ар адэкІи хущІэкъунущ Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъуу ди фІэщ ищІыну. Ауэ абы жиІэ пцІыр ди фІэщ тщІыну зыдгъэхьэзыркъым! (Иов 27:5).
18. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум теухуауэ диІэ фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу дгъэбыдэ зэрыхъунур?
18 Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъум теухуауэ уиІэ фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу зэрыбгъэбыдэ хъунур? Зэпымыууэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи абы и нэкІэ узэплъыжыну къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ елъэІу. Иеговэ и лэжьакІуэхэм хуэсакъыу зэрыхущытам теухуауэ Библием ит едзыгъуэхэм еджэ. Уигу къэгъэкІыж Иеговэ уэ фІыуэ плъагъумэ, езыми фІыуэ укъызэрилъагъунур. Щхьэщэхуж къурмэныпхъэр уэр щхьэкІэ ита тыгъэу къэлъытэ. Абы нэмыщІ Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу, Иеговэ уафэм щыІэ уи Адэу зэрыщытыр быдэу уи фІэщ щІы. Абы щыгъуэ «Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъур уи фІэщ хъурэ?» жиІэу уэ зыгуэр къоупщІмэ, шэч лъэпкъ къытомыхьэу абы жэуап ептыжынущ: «Сэ ар быдэу си фІэщ мэхъу! ИкІи махуэ къэс схузэфІэкІыу хъуар сощІэ, Иеговэ фІыуэ зэрыслъагъур езгъэлъэгъун щхьэкІэ»
154 УЭРЭДЫР Лъагъуныгъэ мыкІуэдыж
a Гупсэхугъуэ къозыт едзыгъуэхэр нэхъыбэу къыщыбгъуэтыфынущ «Библейские стихи в помощь христианину» жыхуиІэ тхылъым («Чувство никчёмности» жыхуиІэ псалъащхьэм еплъ).