ЯтІагъуэм къыхэщІыкІа цилиндрым тетхам Валтасар и цІэр хэтщ
ПщІэуэ пІэрэ?
Валтасар зэрыщыІам икІи ар Бабилэным и пащтыхьу зэрыщытам архиологиер дапхуэдэу щыхьэт зэрытехъуэр?
БИБЛИЕМ дзыхь хуэзымыщІхэм илъэс куэдкІэ жаІащ Даниил тхылъым зи гугъу ищІ пащтыхь Валтасар зэи щымыІауэ (Дан. 5:1). Абыхэм апхуэдэ гупсысэкІэ яІащ археологхэм Валтасар зэрыщыІам щыхьэт техъуэ гуэр къызэрамыгъуэтам къыхэкІкІэ. Ауэ 1854-нэ гъэм псоми зихъуэжащ. Сыт къэхъуар?
А илъэсым Британием и консул Джон Тейлор пасэрей Ур къалэм и къутахуэхэм елэжьащ, а къалэр иджырей Иракым ипщэ лъэныкъуэмкІэ щыІащ. Абы чэщанэшхуэ гуэрым ятІагъуэм къыхэщІыкІа цилиндр зыбжанэ къыщигъуэтат. А цилиндрхэм сантиметрипщІ хуэдиз я кІыхьагът икІи клинописькІэ зыгуэрхэр тетхат. А цилиндрхэм ящыщ зым Бабилэным и пащтыхь Набонидрэ абы и къуэ нэхъыжь Валтасаррэ илъэс куэдкІэ псэун щхьэкІэ тхьэлъэІу тетхат. Абы теухуауэ Библием итым шэч къытезыхьэу щытахэр иджы арэзы техъуэн хуей хъуащ Валтасар пэжу зэрыщыІам.
Ауэ Библием зэритымкІэ, Валтасар щыІа закъуэу аракъым, атІэ ар пащтыхьу щытащ. Библием дзыхь хуэзымыщІхэм ари я фІэщ хъутэкъым. Псалъэм папщІэ, XIX-нэ лІэщІыгъуэм Англием щыпсэуа щІэныгъэлІ Уильям То́лбот итхащ: «Языныкъуэ тхакІуэхэм ябж... [Валтасар] и адэ Набонид и пащтыхьыгъуэр диІыгъауэ, ауэ абы щыхьэт техъуэ зыри щыІэкъым».
Валтасар и адэ пащтыхь Набонид илъэс зыбжанэкІэ къалащхьэр къигъанэу зыщІыпІэ зэрыкІуар ятІагъуэм къыхэщІыкІа нэгъуэщІ цилиндрхэм тету къыщагъуэтам щыгъуэ псори и пІэ иувэжащ. Хэтыт-тІэ ар щымыІэхукІэ къэралым и тепщэу щытар? «Британская энциклопедия» жыхуиІэм итщ: «Набонид ирахужа иужь, абы и тахътэмрэ и дзэм и Іыхьэ нэхъыбэмрэ и къуэ Валтасар иритащ». Абы къыдгурегъаІуэ Набонид щымыІэхукІэ Валтасар абы и тепщэныгъэр диІыгъыу зэрыщытар. Абы къыхэкІкІэ археолог икІи бзэхэм елэжь А́лан Ми́ллард итхащ Даниил тхылъым Валтасар «пащтыхьу» зэритыр хуэкІуэу жыпІэ хъуну.
Даниил и тхылъым дзыхь хуэпщІ зэрыхъунум икІи ар Алыхьым зэрыригъэтхам щыхьэт тохъуэ а тхылъыр Библием щыщ Іыхьэу зэрыщытыр икІи Библием щыщ нэгъуэщІ тхылъхэр бегъымбар Даниил теухуауэ зэрытепсэлъыхьыр (2 Тим. 3:16).