1 СТАТЬЯР
«ЦІыхухэр си лъэужь иувэн щхьэкІэ вгъэхьэзыр»
2020-НЭ ГЪЭМ ХУХАХА ПЫЧЫГЪУЭР: «ФыкІуи... цІыхухэр си лъэужь иувэн щхьэкІэ вгъэхьэзыр икІи псым щІэвгъауэ» (МТ. 28:19, ДЩІ).
79-НЭ УЭРЭДЫР ЦІыхухэм теубыдагъэ яІэну дэІэпыкъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Кхъэлэгъунэм къэкІуа цІыхубзхэм сыт мелыІычым яжриІар икІи езы Хьисэ абыхэм сыткІэ зэрелъэІуар?
НЭХУЩЫМ, 33-нэ гъэм, нисаным и 16-м Хьисэ Мэссихь махуитІ ипэ зыщІалъхьа кхъэлэгъунэмкІэ гуауэ зиІэ цІыхубз зыбжанэ макІуэ. Ахэр хуейщ «мэ ІэфІ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапІэхэмрэ» абы щахуэну. Ауэ ахэр кхъэлэгъунэм щынэсам абы зыри щІэлътэкъым икІи ар абыхэм хуабжьу ягъэщІэгъуащ! МелыІычым цІыхубзхэм хъыбар ярегъащІэ Хьисэ лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжар, абы нэмыщІ къажреІэ: «Фэ фяпэ ар Галилейм кІуэнущ. Абдеж ар щыфлъагъунущ» (Мт. 28:1—7; Лк. 23:56; 24:10).
2 ЦІыхубзхэр щыкІуэжым Хьисэ абыхэм яхуозэ икІи яжреІэ: «ФыкІуи, си къуэшхэм Галилейм кІуэну яжефІэ. Абдеж сыщалъагъунущ» (Мт. 28:10). Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь япэ дыдэу ищІар — и лъэужь ирикІуэхэм Галилейм щахуэзэну триухуащ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ гуэр яжриІэн хуейт.
А КЪАЛЭНЫР ХЭТ ЗЫГЪЭЗЭЩІЭН ХУЕЙР?
Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь и апостолхэмрэ нэгъуэщІ и лъэужь ирикІуэхэмрэ Галилей хэкум щыхуэзащ. Абыхэм къалэн яритащ: «ФыкІуи... цІыхухэр си лъэужь иувэн щхьэкІэ вгъэхьэзыр». (3, 4-нэ абзацхэм феплъ.)
3, 4. Маттэ 28:19, 20 ит унафэр зыхуэгъэзар апостолхэм я закъуэу щымыту сыт жыпІэ щІэхъунур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
3 Къеджэ Маттэ 28:16—20. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Галилейм щахуэзам щыгъуэ, абыхэм яжриІащ япэ лІэщІыгъуэм ягъэзэщІэн хуей мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэм теухуауэ. Ар дэ нобэ дгъэзащІэ лэжьыгъэращ. Хьисэ жиІащ: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. ...Унафэу нывжесІа псори ягъэзэщІэну яхуэвгъэув».
4 Хьисэ хуейщ и лъэужь ит дэтхэнэ зыми хъыбарыфІыр игъэІуну. Дэнэ дэ щытщІэр а лэжьыгъэр зритар и апостол 11-м я закъуэу зэрыщымытыр? Девгъэгупсыс. Галилейм щызэхуэзам щыгъуэ апостолхэм я закъуэт щыІар? МелыІычым цІыхубзхэм яжриІат: «Абдеж [Галилейм] ар щыфлъагъунущ». Аращи, Алыхьым хуэлажьэ а цІыхубзхэри а зэхуэсым щыІауэ къыщІэкІынущ. Абы нэмыщІ апостол Паул итхат Хьисэ «къуэш щитху нэхърэ нэхъыбэм закъригъэлъэгъуауэ» (1 Кор. 15:6). Дэнэ ар къыщыхъуар?
5. 1 Коринф 15:6 итым сыт къыдгуригъаІуэр?
5 1 Коринф 15:6 зи гугъу ищІ зэІущІэр Маттэ 28-нэ псалъащхьэр зытепсэлъыхь Галилейм щыІа зэІущІэ дыдэрауэ дегупсысыну щхьэусыгъуэ диІэщ. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ? Япэрауэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящыщу нэхъыбэр Галилейм дэст. Абы къыхэкІкІэ апхуэдиз цІыху къыздекІуэлІэну зэІущІэр щебгъэкІуэкІыну Галилейм щыІэ бгыр нэхъ хуэкІуэт (Ерусалимым дэт унэхэм елъытауэ). ЕтІуанэрауэ, и лъэужь ирикІуэхэм Галилейм щыхуэзэн ипэ, лІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ и апостол 11-м Ерусалим дэт унэм щыхуэзат. Хьисэ а къалэныр — хъыбарыфІ гъэІунымрэ цІыхухэр и лъэужь иувэну гъэхьэзырынымрэ — апостолхэм я закъуэ яритыну хуеямэ, Ерусалим щыщыІам щыгъуэ яритыфынут. Апхуэдэу щытатэмэ, апостолхэр, цІыхубзхэр икІи нэгъуэщІ и лъэужь ирикІуэхэр Галилейм кІуэну ириджэнут? (Лк. 24:33, 36).
6. Маттэ 28:20 итым дапхуэдэу къызэрыдгуригъаІуэр Хьисэ и унафэр дэри дэхьэлІауэ зэрыщытыр? А лэжьыгъэм нобэ дапхуэдэу зиубгъуа?
6 Ещанэ щхьэусыгъуэм и гугъу тщІынщ. Хьисэ япэ лІэщІыгъуэм псэуахэм я закъуэкъым унафэ зритар цІыхухэр и лъэужь иувэн щхьэкІэ ягъэхьэзырыну. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Хьисэ унафэ ярита иужь мыпхуэдэу жиІащ: «Дунейм и кІэухым нэсыху сыт щыгъуи сывигъусэнущ сэ» (Мт. 28:20). Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу, нобэ а лэжьыгъэр дуней псом щокІуэкІ. Фегупсысыт: илъэс къэс цІыху 300 000 хуэдизым псым зыщІагъауэ, Хьисэ и лъэужь йоувэ икІи Иеговэ и организацэм щыщ мэхъу!
7. Сыт дэ иджыпсту дызытепсэлъыхьынур икІи сыт щхьэкІэ?
7 Библием едгъаджэ цІыху куэдым Алыхьым и еплъыкІэ зрагъэгъуэтри, псым зыщІагъауэ. Ауэ языныкъуэ едгъаджэхэр Хьисэ и лъэужь иувэну хущІэкъукъым. Зэрырагъаджэр абыхэм ягу ирохь, ауэ псым зыщІагъэуэн щхьэкІэ зыри ящІэкъым. Фэ зыгуэр Библием евгъаджэу щытмэ, дауикІ, фыхуейщ абы къищІэхэр зыхилъхьэу, Хьисэ и лъэужь иувэну. Мы статьям дэ къыщытщІэнущ Библием едгъаджэхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуну икІи абы и еплъыкІэм хуэдэ зрагъэгъуэтыну дапхуэдэу дадэІэпыкъунуми. Сыт абы дыщІытепсэлъыхьын хуейр? Гува-щІэхами дегупсысын хуей хъунущ цІыхур Библием едгъэджэн щыдгъэтынрэ щыдмыгъэтынрэ.
ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ЯЛЪАГЪУН ЩХЬЭКІЭ АБЫХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ
8. ЦІыхум Иеговэ фІыуэ илъагъуну сыт къыщІегугъуэкІынкІэ хъунур?
8 Иеговэ хуейщ цІыхухэр лъагъуныгъэм къыхэкІыу къыхуэлэжьэну. Аращи, дэ ди къалэнщ Библием едгъаджэ цІыхум къыгурыдгъэІуэну Иеговэ дэтхэнэ зы цІыхури лъапІэу зэрилъытэр икІи фІыщэу зэрилъагъур. Дэ цІыхухэм дадэІэпыкъуну дыхуейщ Иеговэ «зеиншэхэм я адэу икІи фызабэхэм я къыщхьэщыжакІуэу» зэрыщытыр зыхащІэн щхьэкІэ (Пс. 68:5). Библием едгъаджэм Алыхьым фІыуэ езыр къызэрилъагъур къыгурыІуа иужь, езыми Алыхьыр фІыуэ илъагъуну къыщІэкІынщ. Ауэ языныкъуэ цІыхухэм я дежкІэ гугъущ Иеговэ фІыуэ къэзылъагъу я Адэм хуэдэу хущытыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр къыщыхъуа унагъуэм я адэр лъагъуныгъэ хэлъу икІи гуапэу къахущытакъым (2 Тим. 3:1—3). Аращи, цІыхур щевгъаджэм деж Иеговэ хьэл-щэн дахэ хэлъхэм гу лъевгъатэ. Абы къыгурыІуэну фыдэІэпыкъу фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Алыхь Иеговэ гъащІэ мыухыжыр тыгъэу иритыну зэрыхуейр икІи ар зригъэгъуэтын щхьэкІэ дэІэпыкъуну зэрыхьэзырыр. Сыт дэ иджыри тщІэ хъунур?
9, 10. Сыт хуэдэ тхылъхэмкІэ цІыхур едгъэджэн хуей икІи а тхылъхэмкІэ едгъэджэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
9 ЦІыхур Библием евгъаджэ «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?» тхылъымрэ «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ» тхылъымрэ къэвгъэсэбэпу. А тхылъхэр къыщІыдагъэкІам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — цІыхум Иеговэ фІыуэ илъагъуну дыдэІэпыкъуфын щхьэкІэщ. Псалъэм папщІэ, «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр» тхылъым и япэ псалъащхьэм мыпхуэдэ упщІэхэм жэуап ирет: «Алыхьыр гущІэгъуншэ хьэмэрэ абы фІыуэ дыкъилъагъурэ?», «ЦІыхухэм яшэч гузэвэгъуэхэр щилъагъум деж, Алыхьым и гум сыт щыщІэр?», «Алыхьым и ныбжьэгъу ухъуфыну пІэрэ?». «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэт» тхылъыр Библием еджэ цІыхум къыдоІэпыкъу къыгурыІуэну Библием ит принципхэм и гъащІэр фІыкІэ зэрахъуэжынур икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу зэрыхуащІынур. А тхылъхэмкІэ фэ нэгъуэщІхэр мызэ-мытІэу евгъэджауэ щытми, цІыхур евгъэджэну фыкІуэн ипэ фІыуэ зывгъэхьэзыр икІи евгъаджэр зыхуэныкъуэм фегупсыс.
10 Едгъаджэ цІыхум «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр» тхылъымрэ «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэт» тхылъымрэ имыт темэ гуэр фІэгъэщІэгъуэну щытмэ-щэ? Абы и упщІэм жэуап езыт тхыгъэм езыр еджэну жепІэу, зи гугъу тщІа тхылъитІым язымкІэ ебгъэджэн пыпщэж хъунущ.
Библиер вджын ипэ евгъаджэм и гъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. (11-нэ абзацым феплъ.)
11. ЦІыхур Библием щедгъаджэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэдгъазэу дапщэщ щІэддзэмэ нэхъыфІ икІи тхьэлъэІум мыхьэнэшхуэ зэриІэр дауэ цІыхум къызэрыгурыдгъэІуэнур?
11 Евгъаджэм и гъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Библиер вджын ипэ икІи вджа иужь евгъаджэм и гъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэу нэхъ щІэх зэрыщІэвдзэным иужь фит. ЦІыхур евгъаджэу щІэвдза иужь япэ тхьэмахуэхэм Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъэзэн щІэвдзэмэ нэхъыфІщ. Едгъаджэм къыгурыдгъэІуэн хуейщ Алыхьым и къару лъапІэр къыддэмыІэпыкъумэ, абы и Псалъэр къызэрыдгурымыІуэнур. ТхьэлъэІум мыхьэнэшхуэ зэриІэр цІыхум къыгурагъэІуэн щхьэкІэ языныкъуэхэм Екъуб 1:5 итыр къагъэсэбэп. Абы щыжыІащ: «Фэ фщыщ гуэрым и акъылыфІагъэ хуримыкъумэ, Тхьэм ирелъэІу». Мы едзыгъуэм къеджа иужь мыпхуэдэ упщІэ ират: «Іущагъ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?» Едгъаджэр арэзы техъуэну къыщІэкІынщ Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуэдгъэзэн хуейм.
12. Псалом 139:2—4 итыр къэвгъэсэбэпу дапхуэдэу Библием евгъаджэр зэрыхуэвгъэуш хъунур Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъэзэну?
12 Евгъаджэр Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъазэу евгъасэ. Иеговэ хуейщ цІыхум и гум къыбгъэдэкІ тхьэлъэІухэм едэІуэну. А гупсысэр евгъаджэм и гум нэсыну фыдэІэпыкъу. Абы къыгурывгъаІуэ езым Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуигъазэкІэ и гум илъу хъуар зэрыжриІэфынур — нэгъуэщІым зыми жриІэну зытемыгушхуа гурыщІэхэр. Иеговэ армырми ди гум илъыр ещІэ. (Къеджэ Псалом 139:2—4b.) Абы нэмыщІ Библием едгъаджэр хуэдгъэуш хъунущ гупсысэ Іейхэмрэ хьэл мыхъумыщІэхэмрэ зыхинэн щхьэкІэ Алыхьым къару къритыну елъэІуну. Псалъэм папщІэ, цІыхур Библием едгъаджэу зэрыщІэддзэрэ зэман гуэр дэкІащ, ауэ абы Алыхьым игу иримыхь махуэшхуэ гуэр игъэлъэпІэну ифІэфІщ. Едгъаджэм къыгуроІуэ а махуэшхуэр гъэлъэпІэн зэрыхуэмейр, ауэ абы ар хуабжьу игу ирохь. Ар тевгъэгушхуэ и гурыщІэхэмкІэ Иеговэ дэгуэшэну. Абы нэмыщІ Иеговэ игу ирихьыр езыми игу ирихьу игъэсэн щхьэкІэ Алыхьым лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъазэу елъэІуну хуэвгъэуш (Пс. 97:10).
Библием евгъаджэр зэІущІэхэм къызэревгъэблэгъэным иужь фит. (13-нэ абзацым феплъ.)
13. 1) Библием едгъаджэр зэрыхъукІэ нэхъ щІэх зэІущІэхэм къедгъэблэгъэн щІыхуейр сыт? 2) Едгъаджэр зэхуэсым къэкІуа иужь нэхъ мыукІытэу щІэсын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
13 Библием евгъаджэр зэрыхъукІэ нэхъ щІэх зэІущІэхэм къызэревгъэблэгъэным иужь фит. Абы щилъагъунумрэ щызэхихынумрэ и гум нэсу хуагъэушынкІэ хъунущ Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуищІыну. Евгъаджэ цІыхум евгъэлъагъу «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» жыхуиІэ видеороликыр икІи гуапэу къевгъэблагъэ фи гъусэу зэхуэсым кІуэну. Хъууэ щытмэ, дыщызэхуэс Унэм машинэкІэ фшэ. ЦІыхур щевгъаджэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэр къевгъэблагъэмэ нэхъыфІщ. Апхуэдэу фщІэмэ, евгъаджэм Іэмал иІэнущ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр къицІыхуну. Абы и фІыгъэкІэ ар зэхуэсым къэкІуа иужь нэхъ мыукІытэу щІэсынущ.
АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭМ ХУЭДЭ ЗРАГЪЭГЪУЭТЫНУ ФАДЭІЭПЫКЪУ
14. Библием едгъаджэм Алыхьым и еплъыкІэм хуэдэ зригъэгъуэтыну сыт хуэзыгъэушыфынур?
14 Дэ ди къалэныр — Библием едгъаджэм Алыхьым и еплъыкІэм хуэдэ зригъэгъуэтыну дыдэІэпыкъуныращ (Еф. 4:13). ЦІыхум Библием еджэн щыщІидзэм деж, ар япэрауэ зэгупсысыр зэреджэр езым къызэрыдэІэпыкъуныращ. Ауэ Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэр хэхъуа иужь, ар нэгъуэщІхэм, къуэш, шыпхъухэри абыхэм яхэту, зэрадэІэпыкъуным егупсысу щІидзэну къыщІэкІынщ (Мт. 22:37—39). Арэзыуэ тты ахъшэхэмкІэ Пащтыхьыгъуэм и Іуэхур дэтІыгъыну Іэмал дызэриІэр щыхуэкІуэм деж жефІэну фымыукІытэ.
Библием евгъаджэр гугъуехьхэм пэлъэщыфу евгъасэ. (15-нэ абзацым феплъ.)
15. Библием евгъаджэр гугъуехьхэм пэлъэщыфу дауэ зэревгъэсэфынур?
15 Библием евгъаджэр гугъуехьхэм пэлъэщыфу евгъасэ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ: хъыбарыфІыр игъэІуу щІэзыдза Библием евгъаджэ цІыхур фэ къывдогуашэ зэхуэсым щыщ гуэрым и жагъуэ къызэрищІамкІэ. Зыми и лъэныкъуэр фымыубыду, абы къыгурывгъаІуэ апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж Библием сыт пщІэн хуейуэ жиІэми. Абы и жагъуэ къэзыщІам хуигъэгъуу, къэхъуар зыщигъэгъупщэ хъунущ. Апхуэдэу хуэмыщІэу щытмэ, и жагъуэ къэзыщІам бгъэдыхьэу гуапэу епсэлъэн хуейщ, я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыну и мураду. (Евгъапщэ Маттэ 18:15.) Евгъаджэм фыдэІэпыкъу абы зэрепсэлъэнум зыхуигъэхьэзырыну. JW Library® приложениер, «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуаІэр, абы нэмыщІ jw.org® сайтыр къызэригъэсэбэпынур евгъэлъагъу, зыгуэрым уи жагъуэ къыщищІам деж пщІэн хуейм теухуауэ чэнджэщхэр къигъуэтын щхьэкІэ. Евгъаджэм псым зыщІигъэуэн ипэ и гугъуехьхэм пэлъэщу зригъасэмэ, псым зыщІигъэуа иужькІи къуэш, шыпхъухэмрэ езымрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъыным хущІэкъуну къыщІэкІынщ.
16. Библием щевгъаджэм деж зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр къевгъэблагъэмэ сыт щІэнэхъыфІыр?
16 ЦІыхур Библием щевгъаджэм деж зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр, абы нэмыщІ районым и нэхъыжьыр къевгъэблагъэ. Сыт щхьэкІэ? Ахэр къедгъэблэгъэн щІыхуейм и щхьэусыгъуэу дызытепсэлъыхьахэм нэмыщІ евгъаджэм фэ фызэрыдэмыІэпыкъуф гуэркІэ ахэр дэІэпыкъуфынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, Библием евгъаджэм тутын ефэныр хыфІидзэжыну иужь итщ, ауэ хухыфІэдзэжкъым. Апхуэдэ гугъуехь зиІа Иеговэ и Щыхьэт къевгъэблагъэ. Евгъаджэм тутын ефэныр хыфІидзэжын щхьэкІэ сэбэп къыхуэхъун гупсысэ гуэр абы къыжриІэнкІэ хъунущ. Библие егъэджэныр нэхъыфІу езыгъэкІуэкІ гуэр фи гъусэу цІыхур евгъэджэну фытемыгушхуэмэ, абы иригъэкІуэкІыну фелъэІу хъунущ. Дапхуэдэу щымытми, къуэш, шыпхъухэр зыдэвгъэІэпыкъу. Зыщывмыгъэгъупщэ: дэ ди къалэныр — Библием едгъаджэм Алыхьым и еплъыкІэм хуэдэ зригъэгъуэтыну дыдэІэпыкъуныращ.
ЦІЫХУР БИБЛИЕМ ЕГЪЭДЖЭН ЩЫЗГЪЭТЫН ХУЕЙ?
17, 18. ЦІыхур Библием егъэджэн щывгъэтын хуейрэ хуэмейрэ щызэхэвгъэкІым деж сыт фызэгупсысын хуейр?
17 Библием евгъаджэм и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ химылъхьэу щытмэ, гува-щІэхами мыпхуэдэ упщІэ зэфтыжын хуеинущ: «ЦІыхур Библием егъэджэн щызгъэтын хуэмейуэ пІэрэ?» Апхуэдэм деж Библием едгъаджэ цІыхум и зэфІэкІым дегупсысын хуейщ. Языныкъуэ цІыхухэм зэман нэхъыбэ яхуейщ Иеговэ фІыуэ ялъагъун щхьэкІэ. ФызэупщІыж: «Езгъаджэм и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэрэ? ЗэхъуэкІыныгъэ ищІхэр и Іуэхур зыІутым хуэкІуэрэ? КъищІахэр къигъэсэбэпу щІидзауэ пІэрэ?» (Мт. 28:20). ЦІыхум Алыхьым и еплъыкІэр хуэму зригъэгъуэтынкІэ хъунущ, ауэ дапхуэдэу щымытми, абы и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хилъхьэн хуейщ.
18 ЦІыхур Библием евгъаджэу зэрыщІэвдзэрэ зэман гуэр дэкІамэ, ауэ абы Библие джыныр лъапІэу имылъытэмэ-щэ? Псалъэм папщІэ, абы «Тхыгъэ ЛъапІэм итыр» жыхуиІэ тхылъыр джын иухащ икІи «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэт» тхылъыр джын щІидзауэ къыщІэкІынщ, ауэ ди зы зэІущІэми ар къэкІуакъым, уеблэмэ, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэми. Фи гъусэу Библие джыныр щІэх-щІэхыурэ абы дегъэху, щхьэусыгъуэшхуэ имыІэу. Апхуэдэу щытмэ, евгъаджэм фепсэлъэн хуейщc.
19. ЦІыхум Библие джыныр лъапІэу имылъытэу ди гугъэмэ, сыт хуэдэ упщІэ етт хъуну? ИкІи едгъаджэм и жэуапыр дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъунур абы дыдэІэпыкъуну?
19 Библием евгъаджэм фыщепсэлъэнум деж мыпхуэдэ упщІэкІэ къыщІэвдзэ хъунущ: «Дауэ уеплърэ, Иеговэ и Щыхьэт ухъуну сыт зэран къыпхуэхъур?» Абы жиІэну къыщІэкІынщ: «Сэ сигу ирохь Библиер зджыну, ауэ Иеговэ и Щыхьэт сэ зэи сыхъунукъым!» Дэ ар куэд щІауэ зэредгъаджэм емылъытауэ, абы мыпхуэдэ еплъыкІэ иІэмэ, адэкІэ едгъэджэну мыхьэнэ иІэу пІэрэ? Ауэ евгъаджэ цІыхум Иеговэ и Щыхьэт хъуну зэран къыхуэхъум теухуауэ япэ дыдэу къывжиІамэ-щэ? Псалъэм папщІэ, унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр гъэІун зэрыхуейм щышынэнкІэ хъунущ. Иджы ар щыфщІэкІэ, фэ абы фызэрыдэІэпыкъунур нэхъыфІу къывгурыІуэнущ.
Зызыхъуэжыну хуэмей цІыхухэр евгъаджэу зэманыр фымыгъэкІуэд. (20-нэ абзацым феплъ.)
20. Апостолхэм 13:48 итыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур цІыхур Библием адэкІэ едгъэджэнрэ едмыгъэджэнрэ зэхэдгъэкІыну?
20 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Библием едгъаджэ языныкъуэ цІыхухэм я гупсысэкІэр Иезекииль и зэманым псэуа израил цІыхухэм я гупсысэкІэм ещхьщ. Иеговэ абыхэм теухуауэ и бегъымбарым мыпхуэдэу жриІат: «Уэ абыхэм я дежкІэ лъагъуныгъэ уэрэдым ухуэдэщ, макъ дахэ зиІэ икІи макъамэ къызэрыкІ Іэмэпсымэм еуэ цІыхум ухуэдэщ. Абыхэм уи псалъэхэр зэхах, ауэ зыми ахэр игъэзащІэкъым» (Иез. 33:32). ДауикІ, тыншкъым афІэкІа зэромыгъэджэжынур цІыхум жепІэну. Ауэ зыщывмыгъэгъупщэ: «Къэнэжа зэманыр мащІэщ» (1 Кор. 7:29). Зызыхъуэжыну хуэмей цІыхухэр едгъаджэ нэхърэ «пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэр» къэтлъыхъуэмэ нэхъыфІщ. (Къеджэ Апостолхэм 13:48, ДЩІd.)
Алыхьыр къадэІэпыкъун щхьэкІэ абы лъэІукІэ зыхуэзыгъазэ цІыхухэр фыщыпсэу щІыпІэм щыІэу къыщІэкІынщ. (20-нэ абзацым феплъ.)
21. 2020-нэ гъэм сыт хуэдэ пычыгъуэ хухахар икІи ар дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?
21 2020-нэ гъэм хухаха пычыгъуэр къыддэІэпыкъунущ цІыхухэр нэхъыфІу едгъэджэну дыхущІэкъуну. Галилейм щыІэ бгым щекІуэкІа мыхьэнэшхуэ зиІэ зэІущІэм мы псалъэхэр Хьисэ щыжиІауэ щытащ: «ФыкІуи... цІыхухэр си лъэужь иувэн щхьэкІэ вгъэхьэзыр икІи псым щІэвгъауэ» (Мт. 28:19, ДЩІ).
ЦІыхухэр нэхъыфІу едгъэджэну дыхущІэкъуну икІи псым зыщІагъэуэным хуэхьэзыр хъун щхьэкІэ дадэІэпыкъуну мурад дывгъэщІ. (21-нэ абзацым феплъ.)
70-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым хуэфащэхэр къэфлъыхъуэ
a 2020-нэ гъэм хухаха пычыгъуэм дыхуегъэуш Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъуну. Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэми ар и къалэнщ. Библием едгъаджэхэр Хьисэ и лъэужь иувэну дапхуэдэу зэрыхуэдгъэушынур? Ахэр Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъун щхьэкІэ дапхуэдэу дадэІэпыкъунуми мы статьям къыдгуригъэІэнущ. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ цІыхур Библием егъэджэн дапщэщ щыдгъэтын хуейми.
b Псалом 139:2—4: «СыщытІыси сыкъыщытэджи уэ болъагъу, си гупсысэхэр жыжьэу къыбощІэ. Уэ укъыскІэлъоплъ сэ къыщыскІухьми сыщыгъуэлъыжми. Си гъуэгухэр псори уэ боцІыху. Си бзэгупэм псалъэр къэмыс щІыкІэ уэ, Иеговэ, ар бощІэ».
c JW Broadcasting® ит «Едгъаджэхэм лъэбакъуэ ямычмэ, Библиер я гъусэу дджын щыдогъэт» жыхуиІэ видеороликым феплъ.
d Апостолхэм 13:48: «Хамэ лъэпкъым щыщхэм ар щызэхахым, гуфІэри, Иеговэ и псалъэр ягъэлъапІэу щІадзащ, икІи гъащІэ мыухыжыр къозыт пэжыр къэзыщІэну хуей цІыху псоми фІэщхъуныгъэ яІэ хъуащ».