ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w20 Январь н. 8—13
  • Адрейхэм дэІэпыкъуэгъу фахуэхъуфынущ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Адрейхэм дэІэпыкъуэгъу фахуэхъуфынущ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АРИСТАРХ ХУЭДЭУ НЫБЖЬЭГЪУ ПЭЖУ ФЫЩЫТ
  • ТИХИК ХУЭДЭУ УЗЫЩЫГУГЪ ХЪУН ЦІЫХУУ ФЫЩЫТ
  • МАРК ХУЭДЭУ НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУНУ ХЬЭЗЫРУ ФЫЩЫТ
  • НЭГЪУЭЩІХЭР ДГЪЭГУШХУЭНУ ДЫХЬЭЗЫРЩ
  • Гупсэхугъуэ къыдэзыт Алыхьым и деж зыщывгъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Фымышынэ! Иеговэ фэ къывдэІэпыкъунущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
w20 Январь н. 8—13

2 СТАТЬЯР

Адрейхэм дэІэпыкъуэгъу фахуэхъуфынущ

«Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм пыщІа лэжьыгъэм хэтынымкІэ дэІэпыкъуэгъуу ахэращ сэ сиІэр. Абыхэм ину сагъэгушхуащ» (КОЛ. 4:11, ДЩІ).

90-НЭ УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?

ДУНЕЙ псом Иеговэ и Щыхьэт куэдыр зыгъэгузавэ, уеблэмэ, гуауэ къахуэзыхь гугъуехь куэдым пэщІохуэ. Апхуэдэ гугъуехь зиІэ къуэш, шыпхъухэри фи зэхуэсым хэту къыщІэкІынщ. Языныкъуэхэр уз хьэлъэм йобэн. Зыгуэрым фІыуэ илъагъу цІыхур лІэныгъэм ІэщІихащ. Хэти хуабжьу и гум къоуэ и унагъуэм щыщ гуэрым е и ныбжьэгъум пэжыр къызэригъэнам щхьэкІэ. Языныкъуэхэм гузэвэгъуэшхуэм кърикІуа гугъуехьхэр яІэщ. Абыхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъунур?

2. Сытыт Апостол Паули дэІэпыкъуэгъу щІыхуэныкъуэу щытар?

2 Паул мызэ-мытІэу и гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІащ (2 Кор. 11:23—28). Абы нэмыщІ абы и пкъым «банэ» хэлъым гугъуехь куэд иригъэшэчт, ар и узыншагъэм пыщІа гугъуехьу къыщІэкІынут (2 Кор. 12:7). Паул иджыри хуабжьу и гум къеуащ и дэІэпыкъуэгъуу щыта Дима́с ар къыщигъэнам щыгъуэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Димас «дунейр фІыуэ илъэгъуат» (2 Тим. 4:10). Паул уафэм кІуэну гугъэ иІэт, ар лІыгъэ зыхэлъ Алыхьым и лэжьакІуэу щытт икІи псэемыблэжу нэгъуэщІхэм дэІэпыкъут, ауэ абыи и лъэр щыщІэхуи къэхъут (Рим 9:1, 2).

3. Иеговэ дапхуэдэут Паул гупсэхугъуэ ириту икІи дэІэпыкъуу зэрыщытар?

3 Паул зыхуэныкъуэ гупсэхугъуэрэ дэІэпыкъуэгъурэ игъуэта? Игъуэтащ. Иеговэ и къару лъапІэмкІэ ар игъэбыдащ (2 Кор. 4:7; Флп. 4:13). Иеговэ адрей и лэжьакІуэхэмкІи Паул гупсэхугъуэ иритт. Паул и дэІэпыкъуэгъу языныкъуэхэм щхьэкІэ итхат: «Абыхэм ину сагъэгушхуащ» (Кол. 4:11). Зи цІэ къриІуахэм ящыщт Аристарх, Тихик, Марк. Абыхэм Паул ягъэгушхуэт икІи и гугъуехьхэм пэлъэщыну дэІэпыкъут. А цІыхуищым сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр къадэІэпыкъуа Паул щІэгъэкъуэн хуэхъуну? Абыхэм дауэ щапхъэ ятетхыфыну зыр зым гупсэхугъуэ еттыну икІи дгъэгушхуэну иужь дыщитым деж?

АРИСТАРХ ХУЭДЭУ НЫБЖЬЭГЪУ ПЭЖУ ФЫЩЫТ

Верные друзья поддерживают друг друга: 1. Аристарх и апостол Павел во время сильного шторма держатся за обломки корабля. Аристарх хватает Павла за одежду, чтобы его не смыло волной. 2. Более взрослая сестра утешает молодую, которая плачет и держит в руках фотографию умершего отца.

Аристарх хуэдэу ди къуэш, ди шыпхъухэм ныбжьэгъу пэж дахуэхъуфынущ, зэман гугъум деж дадэІэпыкъуу щытмэ. (4, 5-нэ абзацхэм феплъ.)d

4. Аристарх нэгъэсауэ Паул и ныбжьэгъу пэжу щытауэ жыпІэ щІэхъунур сыт?

4 Фессалоникэ къалэм щыщ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ Аристарх Паул и ныбжьэгъу пэжу щытащ. Паул миссионер лэжьыгъэр ещанэу игъэзащІэу Ефес къалэм щыкІуам щыгъуэ Аристархи абы и гъусащ. Абы щыгъуэщ Библием япэ дыдэу Аристарх и гугъу щищІыр. Ефес къалэм цІыху гупым Аристарх щаубыдауэ щытащ (Апост. 19:29). ИужькІэ ар къыщаутІыпщыжам щыгъуэ шынагъэ здэщымыІэ щІыпІэ гуэрым мыкІуэу, Паул и гъусэу къэнащ. Мазэ зыбжанэ дэкІа иужьи Грецием Аристарх Паул и гъусэу щыІащ, жагъуэгъухэм апостолхэр яукІыну иужь зэритым емылъытауэ (Апост. 20:2—4). Ди эрэм и 58-нэ гъэм Паул яубыдауэ Римым щашэм, а гъуэгуанэ кІыхьым Аристарх абы и гъусащ. А гъуэгуанэм щытетым ахэр зэрыса кхъухьыр псым щІилъэфауэ щытащ (Апост. 27:1, 2, 41). ИужькІэ Рим къалэм Аристарх Паул и гъусэу зэман гуэркІэ лъэхъуэщым исащ (Кол. 4:10). ГъэщІэгъуэнкъым Паул хуабжьу зыхуэныкъуэ гупсэхугъуэмрэ гушхуэныгъэмрэ и ныбжьэгъу пэжым и фІыгъэкІэ зэригъуэтар.

5. Притчи 17:17 зэритымкІэ, ныбжьэгъу пэжыр дапхуэдэу зэрыщытыр?

5 Аристарх хуэдэу дэри ди къуэш, ди шыпхъухэм ныбжьэгъу пэж дахуэхъуфынущ зэманыр щыгугъуми щымыгугъум дежи. (Къеджэ Притчи 17:17b.) Гугъуехьыр ящхьэщыкІа иужьи ахэр иджыри гупсэхугъуэ хуэныкъуэнкІэ хъунущ. Фра́нсесc и адэр рак узым илІыкІащ, абы иужь мазищ дэкІри и анэр лІащ. Франсес жеІэ: «ГъэунэхуапІэ дызыпэщІэхуэм зэман куэд дэкІа иужьи ди гур хигъэщІынкІэ хъунущ. Си адэ-анэр зэрылІэрэ зэман куэд дэкІами, ар сэ иджыри къызэрыстехьэлъэр къызыгурыІуэ си ныбжьэгъу пэжхэр лъапІэу солъытэ».

6. Ныбжьэгъу пэжу дызэрыщытым сытым дыхуигъэушрэ?

6 Ныбжьэгъухэм дазэрыхуэпэжым дыхуегъэуш абыхэм щхьэкІэ ди зэманри ди къарури дгъэкІуэдыну. Зы щапхъэ деплъынщ. Ди къуэш Питер пхуэмыгъэхъужын уз хэтІасэ иІэу къагъуэтат. Абы и щхьэгъусэ Кэ́трин жеІэж: «Ди зэхуэсым щыщ зэщхьэгъуситІым дохутырым дашащ. Абы щыгъуэ Питер узыфэ иІэр къэтщІащ. А зэщхьэгъуситІым абы щыгъуэ занщІэу къыджаІауэ щытащ узым дебэныну щІэгъэкъуэн къытхуэхъун щхьэкІэ сыт щыгъуи ахэр зэрыдигъусэнур икІи дащыгугъ зэрыхъунур». Сыту гуфІэгъуэшхуэ гугъуехьхэм упэлъэщыну дэІэпыкъуэгъу къыпхуэхъу ныбжьэгъухэр уиІэну!

ТИХИК ХУЭДЭУ УЗЫЩЫГУГЪ ХЪУН ЦІЫХУУ ФЫЩЫТ

Верные друзья помогают друг другу: 1. Находящийся в заключении Павел передает Тихику письмо. 2. Молодой брат помогает пожилому брату, который находится в больнице.

Тихик хуэдэу узыщыгугъ хъун ныбжьэгъуу дыщытыфынущ къуэш, шыпхъухэм гугъуехь щыпэщІэхуам деж дадэІэпыкъумэ. (7—9-нэ абзацхэм феплъ.)e

7, 8. Колоссэ 4:7—9 зэритымкІэ, Тихик узыщыгугъ хъун ныбжьэгъу пэжу щытауэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

7 Асие хэкум щыщ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ Тихик Паул и дэІэпыкъуэгъу пэжу щытащ (Апост. 20:4). Ди эрэм 55-нэ гъэм хуэзэу, Паул зэхуэсхэм дэІэпыкъуащ Иудэм щыпсэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щІэгъэкъуэн яхуэхъун щхьэкІэ ахъшэ зэхуахьэсыну. А мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэмкІэ Тихик Паул дэІэпыкъуу щытащ (2 Кор. 8:18—20). ИужькІэ Паул яубыдауэ япэ дыдэу Римым щашам щыгъуэ Тихик къалэн хуищІащ Асием щыІэ зэхуэсыр игъэгушхуэн щхьэкІэ и письмохэр ихьыну (Кол. 4:7—9).

8 Тихик Паул и ныбжьэгъу пэжу сыт щыгъуи щытащ (Тит 3:12). А зэманым Тихик хуэдэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэу хъуам уащыгугъ хъунутэкъым. Ди эрэм и 65–нэ гъэм хуэзэу, Паул етІуанэу щаубыдам щыгъуэ итхауэ щытащ Асие хэкум щыпсэу къуэш куэдым абы зыпыІуадзу зэрыщытыр. Ахэр жагъуэгъухэм щышынэу къыщІэкІынт (2 Тим. 1:15). Ауэ Паул ищІэт Тихик ущыгугъ зэрыхъунури, абы иджыри зы къалэн иритащ (2 Тим. 4:12). Шэч хэмылъу, Паул апхуэдэ ныбжьэгъур лъапІэу илъытэт.

9. Тихик дапхуэдэу щапхъэ зэрытетхыфынур?

9 Тихик хуэдэу дэри узыщыгугъ хъун ныбжьэгъу пэжу дыщытыфынущ. Псалъэм папщІэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм дадэІэпыкъуну къэдгъэгугъэ закъуэу щымыту, къызэрыдгъэгугъар догъэзэщІэж (Мт. 5:37; Лк. 16:10). Дэ къытщыгугъ зэрыхъунур дэІэпыкъуэгъу зыхуэныкъуэхэм зэращІэм гупсэхугъуэ къаритыфынущ. Ди зы шыпхъум абы и щхьэусыгъуэр къыдгурегъаІуэ: «ЗыгуэркІэ укъэзыгъэгугъа цІыхум жиІар Іэмал имыІэу зэригъэзэщІэнур щыпщІэм деж нэхъ умыгузавэу ущытщ».

10. Притчи 18:24 зэритымкІэ, гъэунэхуапІэ пэщІэхуа икІи зи гур зэщыуа цІыхум хэт дэІэпыкъуэгъу хуэхъуфынур?

10 ГъэунэхуапІэ пэщІэхуа икІи зи гур зэщыуа цІыхум ныбжьэгъу пэжым щыгугъ зэрыхъунур ищІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. (Къеджэ Притчи 18:24, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Ди къуэш Би́джей и къуэр зэхуэсым щыхагъэкІам хуабжьу гузавэт. Абы жеІэ: «Сэ си гурыщІэхэмкІэ дзыхь зыхуэсщІ гуэрым сыдэгуэшэну сыхуейт». НэгъуэщІ ди къуэш Ка́рлос езым и щыуагъэ гуэр щхьэкІэ зэхуэсым къалэн щигъэзащІэхэр фІэкІуэдат. Абы жеІэ: «Сэ сыхуэныкъуэт сигъэкъуэншэнкІэ сымыгузавэу си гум илъхэр зыхуэсІуатэ, дзыхь зыхуэсщІ хъун цІыхухэм». Карлос апхуэдэ цІыхухэр къигъуэтащ — и гугъуехьым пэлъэщын щхьэкІэ къыдэІэпыкъуа зэхуэсым и нэхъыжьхэр. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр щабэу къызэрепсалъэм икІи абы жиІэр нэгъуэщІым зыми зэрыжамыІэжым абы гупсэхугъуэ къритт.

11. Дзыхь зыхуэпщІ икІи узыщыгугъ хъун ныбжьэгъуу дауэ узэрыхъуфынур?

11 Дзыхь зыхуэпщІ икІи узыщыгугъ хъун ныбжьэгъуу ущытын щхьэкІэ шыІэныгъэ зыхэбгъэлъын хуейщ. Жаннэ и щхьэгъусэр щыбгъэдэкІам щыгъуэ и гурыщІэхэмкІэ и ныбжьэгъухэм зэрыдэгуэшар къыдэІэпыкъуащ гупсэхугъуэ зригъэгъуэтыжыну. Абы и гум къегъэкІыж: «Къытезгъэзэжурэ си гукъеуэхэр жысІэми, шыІэныгъэ яхэлъу ахэр къызэдаІуэт». Фэри цІыхум жиІэм федэІуэфу щытмэ, ныбжьэгъуфІ фыхъунущ.

МАРК ХУЭДЭУ НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУНУ ХЬЭЗЫРУ ФЫЩЫТ

Братья и сестры оказывают другим практическую помощь: 1. Марк приносит еду апостолу Павлу. 2. Супруги приносят брату и сестре воду и еду.

Марк ІуэхуфІ ищІахэмкІэ Паул Алыхьым пэжу къыхуэнэну дэІэпыкъуащ. Дэри къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъуфынущ гузэвэгъуэ гуэр къыщыхъуам деж. (12—14-нэ абзацхэм феплъ.)f

12. Хэту щыта Марк икІи ар нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуну хьэзыру зэрыщытар сытым къыхэщрэ?

12 Марк Хьисэ и лъэужь ирикІуэ журтхэм ящыщт. Ар Ерусалим щыпсэут. Абы и Іыхьлы Варнавэ миссионер лэжьыгъэр игъэзащІэт (Кол. 4:10). Марк унагъуэ зыхузэфІэкІым къыхэкІауэ къыщІэкІынут, ауэ ахъшэмрэ мылъкумрэ и гъащІэм япэ увыпІэр ириттэкъым. Марк псэуху нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуну хьэзыру икІи ифІэфІу щытащ. Псалъэм папщІэ, ар апостол Паулрэ Петррэ я гъусэу Алыхьым и лэжьыгъэм хэтащ. Марк абыхэм шхын къахуищэхуу, жэщкІэ здэщыІэн къахуигъуэту, нэгъуэщІ Іуэхухэри ищІэу щытауэ къыщІэкІынщ (Апост. 13:2—5; 1 Пет. 5:13). ХъыбарыфІ гъэІунымкІэ Паул дэІэпыкъуэгъу иІэхэм я гугъу щищІым Марк и цІэри къыхигъэщащ (Кол. 4:10, 11).

13. 2 Тимофей 4:11 ит псалъэхэм дауэ къызэрыхэщыр Паул Марк къыхуищІауэ хъуар фІыщІэ ищІу зэрыщытар?

13 Марк Паул и ныбжьэгъу нэхъыфІ дыдэхэм ящыщ зыт. Ди эрэм 65-нэ гъэм хуэзэу, Паул иужь дыдэу Римым щаубыдам щыгъуэ Тимофей етІуанэ письмо хуитхащ. Паул Тимофей Римым къэкІуэну икІи Марки къыздишэну елъэІуащ (2 Тим. 4:11). Абы, дауикІ, фІыщІэ ищІт Марк къыхуищІауэ хъуар. Паул куэд мыщІэу зэраукІынур къыгурыІуэу къыщІэкІынти, Марк а зэман гугъум и гъусэну елъэІуащ. Марк, дауикІ, Паул зыхуэныкъуэхэмкІэ дэІэпыкъуащ: ишхынумрэ, абы нэмыщІ письмо итхын щхьэкІэ шэкъэрэ свитокрэ хуихьауэ къыщІэкІынщ. Паул щаукІынум ипэ къихуэ махуэхэм щІэгъэкъуэнрэ гушхуэныгъэрэ зэригъуэтар къыдэІэпыкъуауэ къыщІэкІынщ Алыхьым пэжу къыхуэнэну.

14, 15. ІуэхукІэ нэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъуным теухуауэ Маттэ 7:12 итым сытым дыхуигъасэрэ?

14 Къеджэ Маттэ 7:12. Гугъуехь дыщыпэщІэхуам деж ІуэхукІэ къыддэІэпыкъуну хьэзыр къуэш, шыпхъухэм дэ фІыщІэ яхудощІ. «Гугъуехь гуэр ущыпэщІэхуэм деж, махуэ къэс пщІэн хуей Іуэхухэр пщІэну пхузэфІэкІыжкъым,— къыддогуашэ зи адэр дунейм ехыжа Ра́йан.— зыгуэр ІуэхукІэ къызэрыбдэІэпыкъум, ар мащІэ дыдэу щытми, мыхьэнэшхуэ иІэщ».

15 Дэ набдзэгубдзаплъэу дыщытмэ, нэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъуфыну щІыкІэр къыдгурыІуэфынущ. Псалъэм папщІэ, деплъынщ ди зы шыпхъур ипэкІэ зи гугъу тщІа Питеррэ Кэтринрэ зэрыдэІэпыкъуам. Питери Кетрини машинэ кърахуэкІыжыфтэкъыми, ди шыпхъум график ищІащ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм ахэр сымаджэщым яшэн папщІэ. Абы ищІар сыткІэ сэбэп хъуа? Кэтрин жеІэ: «Хьэлъэ ттелъыр ттехужауэ къытщыхъуащ». Аращи, дэІэпыкъуэгъу ухъун щхьэкІэ Іуэху пщІэм мыхьэнэшхуэ иІэщ, ар мащІэу къыпщыхъуу щытми. Абы нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ иритыфынущ икІи игъэгушхуэфынущ.

16. НэгъуэщІхэр зэрыдгъэгушхуэным теухуауэ Марк и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

16 Марк, шэч хэмылъу хъыбарыфІ гъэІуным зэман куэд тригъэкІуадэт. Абы зэхуэсым пыщІа мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэнхэр игъэзащІэт, езым и цІэр зезыхьэ ХъыбарыфІ тхылъри итхащ. Къалэн куэд зэриІэм емылъытауэ, Паул дэІэпыкъун щхьэкІэ абы зэман къигъуэтащ. ИкІи Паул ищІэт абы ущыгугъ зэрыхъунур. Зи анэшхуэр яукІа Анджелэ къуэш, шыпхъухэм фІыщІэ яхуещІ, ахэр къызэрыдэІэпыкъуам щхьэкІэ. Ар къыддогуашэ: «Я гум къыбгъэдэкІыу ныбжьэгъухэр къыбдэІэпыкъуну зэрахуейр щыпщІэм деж, абыхэм захуэбгъэзэну нэхъ тыншщ. Абыхэм уелъэІун хуейкъым — ахэр къыбдэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ». Дэри дызэупщІыж хъунущ: «Дапхуэдэу нэгъуэщІхэм сызэрацІыхур — къуэш, шыпхъухэр згъэгушхуэу икІи ІуэхукІэ садэІэпыкъуу?»

НЭГЪУЭЩІХЭР ДГЪЭГУШХУЭНУ ДЫХЬЭЗЫРЩ

17. 2 Коринф 1:3, 4 ит псалъэхэм дызэрегупсысым нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну дапхуэдэу дызэрыхуигъэушыр?

17 Къуэш, шыпхъухэм ящыщу гушхуэныгъэрэ дэІэпыкъуэгъурэ хэт хуэныкъуэми гу лъыттэну гугъукъым. Абыхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ дэ нэгъуэщІхэм дызэрагъэгушхуа гупсысэхэр къэдгъэсэбэп хъунущ. Зи анэшхуэр лІа Ни́но жеІэ: «Иеговэ дэ дыкъигъэсэбэпу нэгъуэщІхэр игъэгушхуэфынущ, ауэ абы щхьэкІэ Иеговэ дыкъигъэсэбэпыну хуит тщІын хуейщ». (Къеджэ 2 Коринф 1:3, 4.) ИпэкІэ зи гугъу тщІа Франсес жеІэ: «2 Коринф 1:4 ит псалъэхэм сэ арэзы сытохъуэ. НэгъуэщІхэм дигу зэрагъэзагъэм хуэдэу, гугъуехь зиІэ цІыхухэм ягу дгъэзэгъэн дэри тлъэкІынущ».

18. 1) НэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ иратыну сыт языныкъуэхэр щІытемыгушхуэр? 2) ЦІыхур дгъэгушхуэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Щапхъэ къэфхь.

18 Дышынэу щытми, нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ зэреттыным дыхущІэкъун хуейщ. Псалъэм папщІэ, дэ дыгузэвэнкІэ хъунущ гугъуехь зиІэм дыдэІэпыкъун щхьэкІэ жытІэн хуей псалъэхэр къытхуэмыгъуэтыну, абы нэмыщІ дапхуэдэу зытщІынуми дымыщІэнкІэ хъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжь Пол игу къегъэкІыж и адэр лІа иужь дэІэпыкъуэгъу хъун щхьэкІэ языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдиз къару ирахьэлІами. Абы жеІэ: «Абыхэм я дежкІэ тынш хъунтэкъым сэ къызбгъэдыхьэу сагъэгушхуэну икІи псалъэ къызжаІэнухэр къагъуэтыну. Ауэ сэ лъапІэу слъытэт къыздэІэпыкъуну абыхэм гукъыдэж зэраІэр». Апхуэдэу ди къуэш Та́джон гупсэхугъуэ игъуэтащ. Ар щыпсэу щІыпІэм егъэлеяуэ щІыр щыхъеят. Абы жеІэж: «ДауикІ, телефонкІэ къысхуэзыщІахэмрэ къысхуэтхахэмрэ къызжаІахэр сэ псори сщІэжкъым, ауэ сэ фІыуэ сощІэж щІыр хъея иужь си Іуэхур зыІутыр къащІэн щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэр къызэрысщІэупщІар икІи сэр щхьэкІэ зэрыгузэвар». ЦІыхур дгъэгушхуэн щхьэкІэ ар ди дежкІэ лъапІэу зэрыщытыр зыхедгъэщІэн хуейщ.

19. Къуэш, шыпхъухэм фадэІэпыкъуну сыт фыщІыхуейр?

19 Мы дунейм и кІэр къэблэгъэху дунейр нэхъ Іей хъунущ ди гъащІэри нэхъ гугъу хъунущ (2 Тим. 3:13). Абы щыгъуи къуэш, шыпхъухэм я дэІэпыкъуэгъум дыхуэныкъуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ гуэныхь тхэлъщ икІи щІэх-щІэхыурэ дыщоуэ. Апостол Паул Алыхьым хуэпэжу къэнэну щІыхузэфІэкІам и щхьэусыгъуэхэм ящыщ зыщ — Алыхьым хуэлажьэ и ныбжьэгъухэр зэригъусар. Аращи, Аристарх хуэдэу ныбжьэгъу пэжу, Тихик хуэдэу узыщыгугъ хъун цІыхуу, Марк хуэдэу нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну дыхьэзыру дэри дыщывгъэт. Апхуэдэу дыщытмэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм дадэІэпыкъуфынущ адэкІи Иеговэ пэжу ахэр хуэлэжьэну (1 Фес. 3:2, 3).

a Паул гугъуехь куэдым пэщІэхуащ. Ауэ и Іуэхур щыгугъум щыгъуэ абы и ныбжьэгъухэр къыдэІэпыкъут. Мы статьям щызэпкърытхынущ Паул къыдэІэпыкъуахэм яхэлъа хьэл-щэнищыр. Абы нэмыщІ деплъынущ дапхуэдэу абыхэм щапхъэ ятетхыфынуми.

b Притчи 17:17: «Ныбжьэгъу пэжым сыт щыгъуи фІыуэ уелъагъу, ар гузэвэгъуэ ущихуам къыбдэІэпыкъу къуэшщ».

c Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

ДАУЭ АДРЕЙХЭМ ГУПСЭХУГЪУЭ ЗЭРЕФТЫФЫНУР...

  • Аристарх ныбжьэгъу пэжу зэрыщытам щапхъэ тефхмэ?

  • Тихик узыщыгугъ хъун цІыхуу зэрыщытам щапхъэ тефхмэ?

  • Марк нэгъуэщІхэм ІуэхукІэ дэІэпыкъуну хьэзыру зэрыщытам щапхъэ тефхмэ?

111-НЭ УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр

d СУРЭТЫР. Аристархрэ Паулрэ зэрыса кхъухьыр псым щІилъэфауэ щытащ.

e СУРЭТЫР. Паул Тихик къалэн хуищІащ и письмохэр зэхуэсхэм хуихьыну.

f СУРЭТЫР. Марк Паул ІуэхукІэ дэІэпыкъуу щытащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын