ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. ТелефонкІэ хъыбарыфІыр догъэІу
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Телефоныр — хъыбарыфІыр нэгъэсауэ зэрыдгъэІу хъуну Іэмалхэм ящыщ зыщa (Апост 20:24). Телефоным и фІыгъэкІэ дэ Іэмал диІэщ дызыхуэмызэф цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
Зыгъэхьэзыр. ЦІыху куэдым яфІэгъэщІэгъуэн хъуну темэр къыхэх. Узытепсэлъыхьыну узыхуейм и планыр тхы. Уэ узыхуэныкъуэну Іэмэпсымэхэр бгъэхьэзырауэ пІыгъмэ, уи дежкІэ нэхъ тынш хъунущ. JW Library® приложениер е jw.org® сайтыр къызэІухауэ Іыгъ.
Умыгузавэ. Езы цІыхум и пащхьэ уиту щытамэ, узэрепсэлъэнум хуэдэу псалъэ. НэфІэгуфІэу щыт икІи уи Іэхэр зэрыпщІ хабзэм хуэдэу щІы. УщыпсалъэкІэ уи псалъэр лейуэ зэпомыгъэу.
ЕтІуанэу тебгъэзэжа иужь фызытепсэлъыхьыну темэр къыхэфх. ЦІыхум и фІэгъэщІэгъуэнмэ, иужькІэ фызытепсэлъыхьыну темэр къызэІухауэ къэбгъанэ хъунущ. Абы нэмыщІ узэпсалъэ цІыхум публикацие гуэр почтэкІэ е электроннэ почтэкІэ хуебгъэхьыну е уэ езым Іэрыбгъэхьэну Іэмал зэрыщыІэр жеІэ. Статья е видеоролик гуэрым и ссылкэр, хуейуэ щытмэ, электроннэ почтэкІэ е мессенджеркІэ хуегъэхь. Е ди сайтым ит нэгъуэщІ гуэрым гу лъегъатэ.
a ЕтІуанэу щытебгъэзэжкІэ цІыхухэм теухуа информациер къэзыхъумэ законхэм утетын зэрыхуейр зыщомыгъэгъупщэ.