ДИ ГЪАЩІЭР
jw.org сайтым и напэкІуэцІ нэхъыщхьэм итыр хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ къэгъэсэбэп
Ди сайтым и напэкІуэцІ нэхъыщхьэм «пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэм» яфІэгъэщІэгъуэн хъуну статьяхэр, видеохэр итщ (Апост 13:48, ДЩІ). И нэхъыбэм абы къралъхьэр зыпыщІар хъыбарыщІэхэмрэ цІыхухэр зыгъэпІейтей темэхэмрэщ.
jw.org сайтым и напэкІуэцІ нэхъыщхьэр хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ дапхуэдэу къызэрыбгъэсэбэп хъуныр?
Сайтым щІэх-щІэхыурэ ихьэ. Сайтым и напэкІуэцІ нэхъыщхьэм ит «Къыхэхахэр» жыхуиІэ разделым ит статьяхэм гу лъытэ икІи абыхэм щыщу пэжым теухуауэ узэпсалъэ цІыхухэм дэтхэнэр яфІэгъэщІэгъуэн хъунуми егупсыс. Абы и фІыгъэкІэ хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ узытепсэлъыхьын темэ сыт щыгъуи уиІэнущ. (Мы разделым щІэуэ къралъхьа материалхэр къэбгъуэтын щхьэкІэ «Нэхъыбэ еплъын» жыхуиІэм ихьэ.)
НапэкІуэцІ нэхъыщхьэм ит статьяхэмрэ видеохэмрэ цІыхухэм епсэлъэн щыщІэбдзэкІэ къэгъэсэбэп. Абы къыщыхьа темэхэр уи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэн хъуну къыщІэкІынущ.
НапэкІуэцІ нэхъыщхьэр цІыхухэм егъэлъагъу. Узэпсалъэ цІыхум напэкІуэцІ нэхъыщхьэм къыщыхьа темэ зэмылІэужьыгъуэхэм гу лъегъатэ икІи езым фІэгъэщІэгъуэн упщІэхэр къызэригъуэт хъуныр егъэлъагъу.
«Хуегъэхьын» жыхуиІэр къэгъэсэбэп. Языныкъуэ цІыхухэр къытхуэзэу къыдэпсэлъэну хуэмейми, ди сайтым ихьэну хуеинкІэ хъунущ. Ди сайтым и напэкІуэцІ нэхъыщхьэм е абы къыщыхьа статья, видео гуэрым и ссылкэр апхуэдэ цІыхум хуомыгъэхьыфыну пІэрэ?