ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • mwb21 Ноябрь н. 7
  • ЗэІущІэ кІэщІыр нэхъыфІу зэребгъэкІуэкІ хъунур

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЗэІущІэ кІэщІыр нэхъыфІу зэребгъэкІуэкІ хъунур
  • Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
  • Мыбы ещхь материал
  • Пэжым хуевгъаджэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2021
mwb21 Ноябрь н. 7

ДИ ГЪАЩІЭР

ЗэІущІэ кІэщІыр нэхъыфІу зэребгъэкІуэкІ хъунур

ХъыбарыфІ гъэІуным теухуа зэІущІэ кІэщІхэр, адрей ди зэІущІэхэми хуэдэу, Иеговэ къыщІыдитар «ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэн» щхьэкІэщ (Евр 10:24, 25). А зэІущІэхэр зэрекІуэкІын хуейр дакъикъитху-блыщ. (Ар нэгъуэщІ зэІущІэм иужь екІуэкІыу щытмэ, нэхъ кІэщІыжу егъэкІуэкІын хуейщ.) А зэманым къриубыдэу, къуэшым хъыбарыфІыр зыгъэІуну хуейхэр цІыхуитІурэ е гуп-гупурэ игуэшын хуейщ, участокхэри яриту, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзэн хуейщ. А зэІущІэр езыгъэкІуэкІ къуэшым хъыбарыфІыр зыгъэІунухэм занщІэу къагъэсэбэпыфын материал игъэхьэзырын хуейщ. Псалъэм папщІэ, щэбэтхэм а зэІущІэм къекІуалІэ къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІыр зэрагъэІурэ тхьэмахуэ дэкІауэ щытынкІэ хъунущ. Абы къыхэкІкІэ цІыхухэм щепсалъэкІэ псалъэмакъыр зэрыщІадзэ хъун зы Іэмал ебгъэлъагъумэ фІы дыдэ хъунущ. А зэІущІэм сыт иджыри щызэпкърыпх хъуну?

  • «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым ит цІыхухэм узэрепсалъэ хъун планхэм ит зы щапхъэ;

  • хъыбарыщІэ е къэхъукъащІэ гуэрым и гугъу пщІыуэ, псалъэмакъыр зэрыщІэбдзэ хъунур;

  • ущызэпаудым деж псалъэмакъым зэрыпыпщэ хъунур;

  • Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхум, эволюцэр зи фІэщ хъум, нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэхэм е фи щІыпІэм щымыІэ нэгъуэщІ дин зыІыгъхэм узэрепсалъэ хъунур;

  • jw.org сайтыр, JW Library® приложениер, Библиер къызэрыбгъэсэбэп хъунур;

  • хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмэпсымэхэр къызэрыдгъэсэбэп хъунур;

  • хъыбарыфІыр Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ бгъэІуу дауэ зебгъасэ хъунуми, псалъэм папщІэ, телефонкІэ, письмохэмкІэ, стендымкІэ; дауэ цІыхум и деж етІуанэу тебгъэзэж икІи цІыхур Библие ебгъаджэ хъунуми;

  • хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ узэрысакъынур, хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм узэрыхуиІэнур икІи гуфІэгъуэр зэрызыфІомыгъэкІуэдынур, цІыхум зыдебгъэкІуфу узэрыщытынур, гуапагъэ зэрыбгъэлъагъуэ хъунур е нэгъуэщІ зыгуэр;

  • «Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэм и зы урок е видео;

  • хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ уи гъусэм дауэ сэбэп ухуэхъуфынуми;

  • хъыбарыфІ гъэІуным епха едзыгъуэ гуэр е къэхъуа Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн гуэр.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын