АЛЫХЬЫМ И ПСАЛЪЭМ ИТ ХЪУГЪУЭФІЫГЪУЭХЭР | ЛЕВИТ 8, 9
Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэрыхуэарэзым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр
Хьэрун и унагъуэм щыщ дин пашэхэм япэ дыдэу ягъэс къурмэныпхъэр къыщахьам щыгъуэ, Иеговэ уафэм мафІэ къригъэхри къурмэн щІыпІэм телъар игъэсащ. Апхуэдэу Иеговэ абыхэм арэзы зэрытехъуэр къигъэлъэгъуащ. А Іуэхур зылъэгъуа израил цІыхухэм къагурыІуащ ахэр дин пашэхэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи дэІэпыкъуну Иеговэ зэрыхуейр. Нобэ дэ Дин Пашэшхуэ нэхъ ин дыдэр диІэщ, ар Хьисэ Мэссихьщ (Евр 9:11, 12). 1919 гъэм Хьисэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэ къуэшхэм щыщу гуп цІыкІу «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІуту» хихащ (Мт 24:45). Иеговэ а унэІутым и нэфІ зэрыщыхуэм, абы зэрыдэІэпыкъум икІи зэрыхуэарэзым сыт щыхьэт техъуэр?
Бийхэр сыт щыгъуи къызэрыпэщІэувэм емылъытауэ унэІутым ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІын щхьэкІэ дызыхуэныкъуэ щІэныгъэр адэкІи къыдет.
Библием зэрыщыжыІам хуэдэу хъыбарыфІыр «щІылъэ псом» щагъэІу (Мт 24:14).
ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутым сыт и лъэныкъуэкІи дапхуэдэу дызэрыдэІэпыкъуфынур?