ДИ ГЪАЩІЭР
ХъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуу зыдогъасэ. ЦІыхум и деж етІуанэу тыдогъэзэж
АБЫ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР: Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарым едаІуэ цІыху куэдым Алыхьым теухуа пэжыр къащІэну хуейщ (Иса 55:6). Апхуэдэ цІыхухэм удэІэпыкъун щхьэкІэ абыхэм я деж мызэ-мытІэу тебгъэзэжын хуейщ. ЦІыхухэм я Іуэхур зэрыхуэкІуэр зэщхькъым, абы щхьэкІэ дэ цІыхухэм я Іуэхум зытедгъэхуэн хуейщ. Дэ ехъулІэныгъэ диІэнущ, цІыхум и деж тедгъэзэжын ипэ сыт щыгъуи фІыуэ зыдгъэхьэзырмэ, упщІэ дызытепсэлъыхьынум дегупсысмэ, икІи Библие едгъэджэну мурад дгъэувмэ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ЦІыхум и деж нэхъ псынщІэу зэрытебгъэзэжыным хущІэкъу, псалъэм папщІэ махуитІ-щы дэкІауэ (Мт 13:19).
ЦІыхум гуапэу, щабэу хущыт.
ЯпэщІыкІэ цІыхум сэлам гуапэ ех. Абы и цІэмкІэ зыхуэгъазэ. УкъыщІэкІуар игу къэгъэкІыж. Ар къэбгъэгугъауэ щытауэ къыщІэкІынщ зы упщІэ гуэрым жэуап ептыну, абы хуэкІуэ статья къыхуэбгъэнэну, видеоролик ебгъэплъыну е Библие джыныр зэрекІуэкІыр ебгъэлъэгъуну. ЦІыхум нэгъуэщІ упщІэ къиІэтмэ, ар дэпІыгъыну хьэзыру щыт (Фп 2:4).
ЦІыхум и гум пэжыр лъэІэсын щхьэкІэ, Библием ит гупсысэхэмкІэ е нэгъуэщІ информацие гуэрхэмкІэ дэгуашэ (1Кр 3:6). Ар нэхъыфІу зэрызэбгъэцІыхуным иужь ит.
Къытебгъэзэжыну гурыІуэ.