Иеговэ и Щыхьэтхэм цІыхухэр зэІущІэм кърагъэблагъэ
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«ИИСУС ХРИСТОС — ИСТОРИЧЕСКАЯ ЛИЧНОСТЬ?» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Языныкъуэхэм Хьисэ Мэссихь пэжу псэуауэ жаІэ, ауэ адрейхэм абы шэч къытрахьэ. ИкІи абы и пэжыпІэр къыпхуэмыщІэну зылъыти щыІэщ. Уэ абы дауэ уеплърэ?
Публикациер: Мы брошюрэм абы теухуауэ пэжыр къыщыпщІэнущ.
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: ЦІыхум лІа иужь сыт къыщыщІыр?
Едзыгъуэхэр: Ин 11:11—14
Пэжыр: ЦІыхур лІа иужь абыкІэ псори еух. Абы къыхэкІкІэ, дылІа иужь, зы Іей гуэр къытщыщІыну дышынэн хуейкъым. Хьисэ Мэссихь лІэныгъэр жей куум иригъэщхьащ. Хьисэ фІыуэ тлъагъу ди лІахэр Лазар хуэдэу къигъэушыжыфынущ, ахэр щІылъэм щыпсэун щхьэкІэ (Иуан 11:25).
ЗЭІУЩІЭХЭМ КЪЫЗЭРЕДГЪЭБЛАГЪЭ ТХЫЛЪЫМПІЭ (inv)
Публикациер: Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм щыжаІэну Тхыгъэ ЛъапІэм тегъэщІа псалъэм уедэІуэну укъызогъэблагъэ. ЩІыхьэпщІэ лъэпкъ хахкъым. [ЗэІущІэхэм къызэредгъэблагъэ тхылъымпІэр ети, ар щекІуэкІыну зэманымрэ щІыпІэмрэ цІыхум гу лъегъатэ. ЖаІэну псалъэм и цІэр жеІэ.]
УпщІэр: Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм зэгуэр ущыІауэ пІэрэ? [Къезэгъмэ, «Сыт къыщекІуэкІыр Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм?» жыхуиІэ видеороликым егъэплъ.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.