Иеговэ и Щыхьэтхэм цІыхухъур зэІущІэм кърагъэблагъэ (Кука хытІыгухэр)
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
ЯПЭУ ЕПСЭЛЪЭН
УпщІэр: УрихьэлІауэ къыщІэкІынщ цІыху гуэрхэм фадэкІэ зэрырагъэлейм. Дауэ уеплърэ, фадэм гур игъэтыншу жыпІэ хъуну?
Едзыгъуэхэр: Пр 23:31, 32
Зэрыпыпщэ хъуныр: Тхыгъэ ЛъапІэм фадэ дефэну хуит дищІми, абы жеІэ фадэкІэ егъэлеиным фІы лъэпкъ къызэримыкІыр. ИужькІэ сыкъакІуэмэ сыхуейт уэзгъэлъэгъуну апхуэдэ гугъуехьым пэлъэщыну цІыху куэдым сыт къадэІэпыкъуами.
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: Библием дзыхь хуэпщІ хъуну наукэм къигъэлъагъуэрэ?
Едзыгъуэр: Иса 40:22
Пэжыр: Библием наукэм пыщІа упщІэхэм и гугъу щищІым деж, абы итыр пэжщ.
ЕТІУАНЭУ КЪЫТЕГЪЭЗЭЖЫН
КъызэрыщІэбдзэ хъуныр: Япэм щыгъуэ дытепсэлъыхьауэ щытащ фадэкІэ егъэлеиным фІы лъэпкъ къызэримыкІым. Тхыгъэ ЛъапІэм фадэ дефэ хъуну итми, абыкІэ едмыгъэлеину дыкъыхуреджэ.
Едзыгъуэр: 1Тм 5:23
Зэрыпыпщэ хъуныр: Мы едзыгъуэм «тІэкІу» жыхуиІэм къикІыр ар цІыхум и гупсысэхэм, жиІэм, ищІэм щыкІэлъыплъыжыфыращ. Игъуэу укъэувыІэжын щхьэкІэ зышыІэныгъэ уиІэн хуейщ. ИужькІэ сыкъакІуэмэ, а хьэл-щэныр зыхэтлъхьэну Тхыгъэ ЛъапІэр къызэрыддэІэпыкъум дытепсэлъыхьынщ. Нобэ зы статья къыпхуэзгъэнэну сыхуейт фадэ уефэну къыщемызэгъ зэманым теухуауэ. [«Допустимо ли пить алкогольные напитки?» жыхуиІэ статьям еджэну хуеймэ, къыхуэгъанэ.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.