Италием хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ щагъэІу
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
ЯПЭУ ЕПСЭЛЪЭН
УпщІэр: Гу лъыпта хъунщ нобэ цІыху куэдым псалъэ фІейхэр къызэрагъэсэбэпым. Уэ ар тэмэму къэплъытэрэ?
Едзыгъуэр: Еф 4:29
Зэрыпыпщэ хъуныр: Алыхьым и Псалъэм еджэ цІыхухэр я псэлъэкІэм кІэлъоплъ икІи фІы зэрыжаІэным иужь итщ. Абы нэмыщІ Тхыгъэ ЛъапІэр къыддоІэпыкъу нэгъуэщІ гугъуехь куэдым дыпэлъэщыну. [Къезэгъмэ, видеролик егъэплъ.]
ПЭЖЫМ ХУЕВГЪАДЖЭ
УпщІэр: Сыт мы дунейм апхуэдиз гуауэрэ гузэвэгъуэрэ щІыщыІэр?
Едзыгъуэр: 1Ин 5:19
Пэжыр: ШейтІаныр мы дунейм и тепщэу щытщ.
ЕТІУАНЭУ КЪЫТЕГЪЭЗЭЖЫН (ПАРКЫМ)
ЗэрыщІэбдзэ хъуныр: Си гуапэщ иджыри зэ сыпхуэзэну. Зэхэпхауэ пІэрэ, мы дызэрыт гъэр Урысейм экологием и илъэсу къызэрыхахар? Дауэ уеплърэ, цІыхухэм яхузэфІэкІыну пІэрэ дунейм и щытыкІэр нэхъыфІ ящІыжыну?
Едзыгъуэхэр: Апок 21:3, 4
Зэрыпыпщэ хъуныр: Къапщтэмэ, ар цІыху къарукІэ пхузэфІэкІынукъым. Сыхуейт уэзгъэлъэгъуну сигу ирихьауэ щыта Тхыгъэ ЛъапІэм ит зы пычыгъуэ. ЦІыхухэр иныкъуэхэм деж нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуну хуейщ, ауэ яхузэфІэкІкъым, е яхузэфІэкІми дэІэпыкъуну хуейкъым. Ауэ, цІыхухэм елъытауэ, Алыхьыр хуейщ икІи къару иІэщ ди гугъуехьхэр псори тщхьэщихыну. Зы статья гуэрым интернетым иджы дыдэ сыщрихьэлІат Тхыгъэ ЛъапІэм зэритымкІэ, Алыхьым дунейм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр ищІынуми. [Къезэгъмэ, абы теухуауэ зыгуэр къыхуэбгъанэ хъунущ.]
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.