Германием щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэм Хьисэ и лІэныгъэр ягу къагъэкІыж
КъызэрыщІэбдзэ хъун псалъэхэр
«ПОЧЕМУ ХРИСТОС ПОСТРАДАЛ И УМЕР?» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР
УпщІэр: Мы псалъэхэр зэгуэр зэхэпхауэ пІэрэ?
Едзыгъуэр: Ин 3:16
Публикациер: Хьисэ гугъуехь зэришэчамрэ и лІэныгъэмрэ уэр щхьэкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми мы брошюрэм итщ.
«ПОЧЕМУ ХРИСТОС ПОСТРАДАЛ И УМЕР?» ЖЫХУИІЭ БРОШЮРЭР (иужьрей напэкІуэцІыр)
УпщІэр: Мы упщІэмрэ икІи куэдым абы жэуап иратхэмрэ уезгъэплъыну сыхуейт. [Япэ упщІэмрэ абы и жэуапхэмрэ къеджэ.] Уэ абы дауэ уеплърэ?
Едзыгъуэр: Лк 4:1—4
Публикациер: Иблисыр Хьисэ щепсэлъакІэ икІи гуэныхь иригъэлэжьыну щыхэтакІэ, ар пэж дыдэу щыІэ, Іей къызыбгъэдэкІ мелыІыч бзаджэщ. Иблисым теухуауэ сыт иджыри Библием итми мы статьям къыщыпщІэнущ.
ХЬИСЭ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ КЪЫЗЭРЕДГЪЭБЛАГЪЭР
Публикациер: Нобэ цІыхухэр мыхьэнэшхуэ зиІэ зэІущІэм къыдогъэблагъэ. [Абы теухуа тхылъымпІэр цІыхум ет.] ЦІыху мелуан куэд гъатхэпэ мазэм и 23-м дуней псом щызэхуэсынущ, Хьисэ и лІэныгъэр ягу къагъэкІыжын щхьэкІэ. Ахэр едэІуэнущ Хьисэ и лІэныгъэм къытхуихь фІыгъуэхэм теухуауэ Библием тегъэщІа псалъэ. А зэІущІэр ди деж щекІуэкІыну зэманымрэ щІыпІэмрэ мы тхылъымпІэм итщ. Ди гуапэщ абы ущытлъэгъуну.
СЭ КЪЫЗЭРЫЩІЭЗДЗЭНУ ПСАЛЪЭХЭР
Къэхьа щапхъэр къэбгъэсэбэпу, къызэрыщІэбдзэн псалъэхэр уэ езым къэгупсыс.