ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Октябрь н. 20—25
  • Иеговэ и фІыгъэкІэ хэт уэ ухъуфыну?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ и фІыгъэкІэ хэт уэ ухъуфыну?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ДЫЗЭРИГЪЭХЬЭЗЫРЫР
  • ИЕГОВЭ ЦІЫХУХЪУХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ЗЭФІЭКІ ЯРИТА?
  • ИЕГОВЭ ЦІЫХУБЗХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ЗЭФІЭКІ ЯРИТА?
  • ИЕГОВЭ ФЫКЪИГЪЭСЭБЭПЫНУ ХУИТ ФЩІЫ
  • Авигеерэ Даутрэ
    Тхыгъэ ЛъапІэм ит хъыбархэр
  • Ныбжь зиІэ къуэш, шыпхъухэ, зэхуэсым и дежкІэ фэ фылъапІэщ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Иеговэ фІыуэ пцІыхуу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • ПхузэфІэкІым щыщу нэхъыфІыр Иеговэ зэрептым гуфІэгъуэ хэх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Октябрь н. 20—25

42 СТАТЬЯР

Иеговэ и фІыгъэкІэ хэт уэ ухъуфыну?

«Езым игъуэу илъытэ Іуэхухэм фахуеинуи влэжьынуи лъэкІыныгъэ къывэзытыр Тхьэращ» (ФЛП. 2:13).

3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Иеговэ и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ сыт ищІэфынур?

ИЕГОВЭ зэрыхуейм хуэдэу езыр хъуфынущ, и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, ар хъуфынущ ЕгъэджакІуэу, гупсэхугъуэ къыдэзыт ди Адэу, хъыбарыфІ къыджезыІэ Алыхьу икІи нэгъуэщІ куэди къыпхуебжэкІынущ (Ис. 48:17; 2 Кор. 7:6; Гал. 3:8). Абы емылъытауэ, и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ Иеговэ щІэх-щІэхыурэ цІыхухэр зыдегъэІэпыкъу (Мт. 24:14; 28:19, 20; 2 Кор. 1:3, 4). Иеговэ дэтхэнэ зыми Іущагърэ къарурэ къытхилъхьэфынущ езыр зыхуейм хуэдэ дыхъуу и мурадыр дгъэзэщІэн щхьэкІэ. А псор Библиер куууэ зыдж щІэныгъэлІ куэдым зэрыжаІэмкІэ, Иеговэ и цІэм къикІым хуокІуэ.

2. 1) Сыт иныкъуэхэм деж Иеговэ и Іуэхум сэбэп дыхъуну тхузэфІэмыкІыну къыщІытщыхъур? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

2 Дэ псори дыхуейщ Иеговэ и Іуэхум сэбэп дыхъуну, ауэ языныкъуэхэм ар яхузэфІэмыкІыну я гугъэщ я ныбжьыр зэрыхэкІуэтам щхьэкІэ, я Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ е зэфІэкІ гуэрхэр зэрамыІэм щхьэкІэ. НэгъуэщІхэр Иеговэ хуащІэмкІэ арэзыщ икІи нэхъыбэ ящІэну хущІэкъун хуейуэ къалъытэкъым. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ и мурадыр дгъэзэщІэн щхьэкІэ дэтхэнэ зыри дызэригъэхьэзырыфынур. Абы иужь Иеговэ и лэжьакІуэхэм — цІыхухъухэми цІыхубзхэми — езым и мурадым пыщІа Іуэхухэр ящІэну гукъыдэжрэ лъэкІыныгъэрэ зэрыриту щытам теухуауэ Библием ит щапхъэхэм дытепсэлъыхьынщ. ИкІэм деж зэпкърытхынщ Иеговэ дыкъигъэсэбэпыну дапхуэдэу хуит тщІынуми.

ИЕГОВЭ ДЫЗЭРИГЪЭХЬЭЗЫРЫР

3. Филиппи 2:13 зэритымкІэ, Иеговэ езым и мурадым пыщІа Іуэхухэр тщІэну гукъыдэж дапхуэдэу къызэрыдитыфынур?

3 Къеджэ Филиппи 2:13b. Иеговэ езым и мурадым пыщІа Іуэхухэр тщІэну гукъыдэж къыдитыфынущ. Дапхуэдэу? Псалъэм папщІэ, уэ къэпщІащ зэхуэсым щыщ гуэр дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр е зэхуэсым Іуэху гуэр щыщІэн зэрыхуейр. Абы нэмыщІ зэхуэсым и нэхъыжьхэр филиалым къикІа письмом къеджащ икІи абы итщ нэгъуэщІ щІыпІэ гуэр дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр. Аращи, уогупсыс: «СыткІэ сыдэІэпыкъун?» Е лэжьыгъэ гугъу гуэр къыуатыну яхуейщ, ауэ ар пхузэфІэмыкІыну уи гугъэщ. Абы нэмыщІ Библием ит пычыгъуэ гуэрым укъоджэри, упщІэ зыботыж: «Дауэ мы едзыгъуэхэр къызэрызгъэсэбэпынур нэгъуэщІхэм садэІэпыкъун щхьэкІэ?» Иеговэ залымыгъэкІэ дэ зыри дигъэщІэнукъым. Ауэ нэгъуэщІхэм дазэрыдэІэпыкъуным дегупсысу илъагъумэ, дызэгупсысар тщІэну гукъыдэж къыдитыфынущ.

4. Дапхуэдэу Иеговэ къару къызэрыдитыфынур Іуэхугъуэ гуэр тщІэн щхьэкІэ?

4 Иеговэ иджыри къару къыдитыфынущ Іуэхугъуэ гуэр тщІэн щхьэкІэ (Ис. 40:29). Абы и къару лъапІэ лъэщыр къыдитыну хьэзырщ дыкъызэралъхурэ зэфІэкІ тхэлъхэр нэхъыфІыжу къэдгъэсэбэпын щхьэкІэ (Исх. 35:30—35). И организацэр къигъэсэбэпу абы дегъасэ езым и мурадым пыщІа лэжьыгъэхэр дгъэзэщІэну. Лэжьыгъэ къыватар фхуэмыгъэзэщІэну къыфщыхъуу щытмэ, зыгуэрым фелъэІу къывдэІэпыкъуну. ИкІи фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм лъэІукІэ зыхуэвгъазэ «лъэкІыныгъэшхуэ» къывитыну (2 Кор. 4:7; Лк. 11:13). Иеговэ езым и мурадым пыщІа Іуэхухэр ящІэну цІыхухъухэми цІыхубзхэми гукъыдэжрэ лъэкІыныгъэрэ зэрыриту щытам теухуауэ Библием щапхъэ куэд итщ. А щапхъэхэм щыщ зыбжанэ зэпкърытхынщ икІи дегупсысынщ Иеговэ дэри дыкъигъэсэбэпын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми.

ИЕГОВЭ ЦІЫХУХЪУХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ЗЭФІЭКІ ЯРИТА?

5. Иеговэ и лъэпкъыр хуит ищІыжын щхьэкІэ Мусэ къыщигъэсэбэпа зэманымрэ къызэригъэсэбэпа щІыкІэмрэ сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур?

5 Иеговэ Мусэ хуигъэушащ израил лъэпкъым и къегъэлакІуэ хъуну. Ауэ дапщэщ а лэжьыгъэр Иеговэ абы щритар? «Мысыр цІыхухэм акъылыфІагъэу яІэу щыта псори» ирагъэщІа иужь зэфІэкІ иІэу Мусэ щызэхищІам щыгъуэкъым Иеговэ ар къыщигъэсэбэпар (Апост. 7:22—25). АтІэ цІыху щабэ икІи Іэдэб хъуну дэІэпыкъуа иужьщ (Апост. 7:30, 34—36). Иеговэ Мусэ апхуэдизкІэ лІыгъэшхуэ хилъхьати, ар лъэкІыныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Мысырым и пащтыхьым и пащхьэ иувэфащ (Исх. 9:13—19). Иеговэ Мусэ къыщигъэсэбэпа зэманымрэ къызэригъэсэбэпа щІыкІэмрэ сыт хуэдэ дерс хэтхыфынур? Иеговэ къигъэсэбэпыр езыр зыхуей хьэл-щэнхэр зыгъэлъагъуэмрэ и къарур иритыну къелъэІумрэщ (Флп. 4:13).

6. Иеговэ Верзеллий къигъэсэбэпу Даут зэрыдэІэпыкъуам сытым дыхуигъасэрэ?

6 ЛІэщІыгъуэ зыбжанэ дэкІа иужь Иеговэ Верзе́ллий къигъэсэбэпащ пащтыхь Даут дэІэпыкъун щхьэкІэ. Авессалом зыщыфІагъэпщкІум щыгъуэ Даутрэ абы и цІыхухэмрэ мэжэлІат, ешат икІи псы ефэну хуейт. Зи ныбжь хэкІуэта Верзеллий и гъащІэр фІэкІуэдыну шынагъэ щыІэми, адрейхэм я гъусэу Даутрэ абы и цІыхухэмрэ зыхуэныкъуэр яритащ. Ар егупсыстэкъым жьы зэрыхъуам щхьэкІэ Иеговэ зыри хуимыщІэфыну. АтІэ Верзеллий Алыхьым и лэжьакІуэхэм иІэмкІэ хьэлэлу дэгуэшащ (2 Сам. 17:27—29). Дэ сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфыну? Ди ныбжьым емылъытауэ, Иеговэ дыкъигъэсэбэпыфынущ къуэш, шыпхъухэр зыхуэныкъуэр хуэдгъэзэн щхьэкІэ, ахэр ди щІыпІэм щыпсэуми, нэгъуэщІ къэралым щыпсэуми (Прит. 3:27, 28; 19:17, Гъэсэпэтхыдэхэр). Зыхуэныкъуэхэм дадэІэпыкъуну дэ езым Іэмал димыІэми, арэзыуэ ашыкхэм ахъшэ итлъхьэ хъунущ, организацэр къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ, ахэр щыхуэныкъуэ дакъикъэм щыгъуэ (2 Кор. 8:14, 15; 9:11).

7. Иеговэ Симеон дапхуэдэу къызэригъэсэбэпар икІи дэ абы дапхуэдэу дызэригъэгушхуэр?

7 Иеговэ пэжу хуэлажьэ, зи ныбжь хэкІуэта Симеон Ерусалим щыпсэут. Иеговэ ар къигъэгугъат Мэссихь имылъэгъуауэ мылІэну. Иеговэ апхуэдэу къызэригъэгугъам Симеон игъэгушхуауэ къыщІэкІынут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар илъэс куэд щІауэ Мэссихь къызэрыкІуэнум ежьэт. ИкІи Симеон фІэщхъуныгъэрэ теубыдагъэрэ зэриІам фІыгъуэ къыпэкІуащ. Зэгуэрым Алыхьым и къару лъапІэм хуигъэушри, ар Алыхьым и унэм щІыхьащ икІи абы Хьисэ сабийуэ щилъэгъуащ. Иеговэ абы щыгъуэ Симеон къигъэсэбэпри, Мэссихь хъун хуей сабийм теухуауэ къэхъунур жригъэІащ (Лк. 2:25—35). Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІуу щыщІидза зэманым нэсыху Симеон псэуауэ къыщІэкІынукъым, ауэ абы Алыхьым фІыщІэ хуищІу щытащ апхуэдэ щІыхь къызэрыхуищІам щхьэкІэ. ИкІи абы тыгъэ нэхъ лъапІэр иужькІэ къылъысынущ! Симеон, Алыхьым и лэжьакІуэ пэжым, дунеищІэм щилъэгъунущ Хьисэ и пащтыхьыгъуэм «дунейм тет цІыху лъэпкъ псоми» фІыгъуэ къазэрыхуихьынур (ЩІэдз. 12:3). Дэри хъыбарыфІ гъэІуным пыщІауэ Иеговэ къытхузэІуих дэтхэнэ зы Іэмалри лъапІэу тлъытэн хуейщ.

8. Иеговэ япэм Варнавэ къызэригъэсэбэпам хуэдэу, дэри дапхуэдэу дыкъызэригъэсэбэпыфынур?

8 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Иосий цІыху хьэлэлт икІи ар хьэзырт Иеговэ зыхуейр игъэзэщІэну (Апост. 4:36, 37). Апостолхэр абы ВарнавэкІэ еджэт. Варнавэм къикІыр «ЦІыхухэр Зыгъэгушхуэ» жиІэу аращ. Апхуэдэу щІыфІащар Иосий нэгъуэщІхэр игъэгушхуэфу зэрыщытарауэ къыщІэкІынущ. Псалъэм папщІэ, Щаул Хьисэ и лъэужь ирикІуэ хъуа иужь къуэш куэдыр абы щышынэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ япэм Щаул гущІэгъуншэу Алыхьым и лэжьакІуэхэр кърихуэкІыу щытат. Абы щыгъуэ гуапагъэ зыхэлъ икІи нэгъуэщІхэм дэІэпыкъуну хьэзыр Варнавэ Щаул дэІэпыкъуащ икІи Щаул абы, дауикІ, хуабжьу игъэгуфІащ (Апост. 9:21, 26—28). ИужькІэ Ерусалим дэс нэхъыжьхэм мурад ящІащ Антиохием щыпсэу къуэшхэр ягъэгушхуэну. Хэт-тІэ абы ягъэкІуар? Варнавэщ! ИкІи ахэр щыуакъым. Тхыгъэм зэритымкІэ, Варнавэ ахэр хуигъэушащ «емышу Зиусхьэным гурэ псэкІэ хуэпэжыну» (Апост. 11:22—24). Дэри нобэ Иеговэ дэтхэнэ зыми къыддэІэпыкъуфынущ ди къуэш, ди шыпхъухэм «цІыхухэр зыгъэгушхуэ» дахуэхъуну. Псалъэм папщІэ, фІыуэ илъагъу цІыху зыфІэкІуэда ди къуэшыр е ди шыпхъур Иеговэ игъэгушхуэфынущ дэ дыкъигъэсэбэпу. Абы нэмыщІ дыхуигъэушыфынущ сымаджэр е зи гур иудар псалъэ гуапэкІэ дгъэгушхуэну е телефонкІэ депсэлъэну. Аращи, Иеговэ хуит фщІыну апхуэдэ ІуэхуфІкІэ фыкъигъэсэбэпыну, япэм Варнавэ къызэригъэсэбэпам хуэдэу? (1 Фес. 5:14).

9. Иеговэ ди къуэш Василий зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэныр фІыуэ игъэзащІэу зригъэсэну зэрыдэІэпыкъуам сытым дыхуигъасэрэ?

9 Иеговэ ди къуэш Василий дэІэпыкъуащ зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэныр фІыуэ игъэзащІэу зригъэсэну. Ар зэхуэсым и нэхъыжь щащІам илъэс 26 хъут икІи ар шынэт къуэш, шыпхъухэм ядэмыІэпыкъуфыну, псом хуэмыдэу гугъуехьышхуэ зиІэхэм. Ауэ Василий зэхуэсым и нэхъыжьхэм ядэлажьэурэ щІэныгъэфІ зригъэгъуэтащ икІи «Школа священного служения» жыхуиІэм зэрыщеджари сэбэп къыхуэхъуащ. Абы къарууэ иІэр ирихьэлІэурэ зэлэжьыжт. Псалъэм папщІэ, Василий къехъулІэну зыхуей мурад нэхъ цІыкІухэр итхащ. Мурад игъэувахэр чэзуууэ къехъулІэурэ ар шынэм текІуэфащ. Иджы абы жеІэ: «Япэм сызыгъэшынэу щытам иджы гуфІэгъуэшхуэ къысхуехь. Си къуэшыр е си шыпхъур згъэгушхуэн щхьэкІэ Библием щыщ едзыгъуэ гуэр къэзгъуэтыну Иеговэ къыщыздэІэпыкъум деж, си гум гуфІэгъуэр из мэхъу». Къуэшхэ, фэри, Василий хуэдэу, Иеговэ фыкъигъэсэбэпыну хуит фщІымэ, абы къару къывитынущ зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр щывгъэзэщІэфын щхьэкІэ.

ИЕГОВЭ ЦІЫХУБЗХЭМ СЫТ ХУЭДЭ ЗЭФІЭКІ ЯРИТА?

10. Сыт Авигея ищІар икІи абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

10 Даутрэ абы и зауэлІхэмрэ дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэт, ахэр пащтыхь Щаул къыщрихуэкІым щыгъуэ. Даут и цІыхухэр израил лъэпкъым щыщ, мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ Навал елъэІуат шхын тІэкІу къаритыну. Апхуэдэ лъэІукІэ зыхуагъэзэну хуитыныгъэ яІэу абыхэм къалъытащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ япэм губгъуэ нэщІым Навал и мэл хъушэхэр хуахъумауэ щытат. Ауэ щхьэзыфІэфІ Навал идакъым абыхэм ядэІэпыкъуну. Даут къэгубжьри, Навалрэ абы и унэм щыщ цІыхухъухэмрэ иукІыну мурад ищІащ (1 Сам. 25:3—13, 22). Навал и щхьэгъусэ Авигея цІыхубз дахэт икІи Іущагъ хэлът. ЛІыгъэу иІэр зыхилъхьэри, ар Даут деж кІуащ икІи и пащхьэм лъэгуажьэмыщхьэу итІысхьащ. Авигея абы елъэІуу щІидзащ Навал апхуэдэу къызэрырищІам щхьэкІэ лъы имыгъэжэну. Абы Іэдэбагъ хэлъу Даут чэнджэщ иритащ псори Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэну. Авигея Іэдэбагъ хэлъу жиІа псалъэхэмрэ и Іущагъымрэ Даут и гум нэсащ. Абы къыгурыІуащ а цІыхубзыр Иеговэ къызэригъэкІуар (1 Сам. 25:23—28, 32—34). Авигея хьэл-щэныфІхэр зыхилъхьати, Иеговэ ар къигъэсэбэпыфащ. Апхуэдэу ноби щытщ: Іэдэбагърэ Іущагърэ зыхэзылъхьэ шыпхъухэр Иеговэ къегъэсэбэп унагъуэхэр зэкъуэт ищІын щхьэкІэ икІи къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэн щхьэкІэ (Прит. 24:3, Гъэс.; Тит 2:3—5).

11. Шаллум и пхъухэр сыт хуэдэ лэжьыгъэм хэта икІи нобэ хэт абыхэм ебгъэщхь хъунур?

11 ЛІэщІыгъуэ куэд дэкІа иужь Иеговэ и лъэпкъыр хуигъэушащ Ерусалим и блынхэр ягъэувыжыну. А лэжьыгъэр щагъэзащІэм Иеговэ Шаллум и пхъухэр къигъэсэбэпащ (Неем. 2:20; 3:12). Абыхэм я адэ Шаллум пщыуэ щытами, зэшыпхъухэм шынагъэ зыпылъ лэжьыгъэ гугъур хьэзыру ягъэзэщІащ (Неем. 4:15—18). Абыхэм елъытауэ Фекоя къалэм дэс увыпІэ лъагэ зыІыгъхэм ядакъым ухуэныгъэм хэтыну (Неем. 3:5). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Шаллум и пхъухэм гуфІэгъуэ яІар, блынхэр махуэ 52-м и кІуэцІкІэ щагъэувыжам щыгъуэ! (Неем. 6:15). Ноби ди шыпхъухэр псэемыблэжу, гуфІэгъуэ я гум илъу лэжьыгъэ лъапІэм хэтщ — Иеговэ щыдгъэлъапІэ унэхэр яухуэ икІи зрахьэ. А лэжьыгъэр кІуэтэныр куэдкІэ елъытащ абыхэм я зэфІэкІхэм, къару ирахьэлІэм икІи Алыхьым зэрыхуэпэжым.

12. Дапхуэдэу Иеговэ дыкъызэригъэсэбэпыфынур, япэм Тавифэ къызэригъэсэбэпам хуэдэу?

12 Иеговэ Тавифэ хуигъэушащ «фІы куэд» ищІэну, псом хуэмыдэу фызабэхэм щхьэкІэ; Тхыгъэм зэрыжиІэмкІэ, абы «псапэ илэжь зэпытт» (Апост. 9:36). Тавифэ егъэлеяуэ цІыхуфІт икІи гущІэгъушхуэ хэлът, аращ Тавифэ щылІам щыгъуэ ар куэдым хуабжьу я гум къыщІеуар. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт ахэр зэрыгуфІар апостол Петр ар къыщигъэтэджыжам щыгъуэ! (Апост. 9:39—41). Тавифэ и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ? Дэ псоми — щІалэгъуалэми зи ныбжь хэкІуэтахэми, цІыхухъухэми цІыхубзхэми — ди къуэш, ди шыпхъухэм щхьэкІэ ІуэхуфІхэр длэжьыфынущ (Евр. 13:16).

13. Иеговэ укІытэхыу щыт ди шыпхъу Руфь дапхуэдэу къызэригъэсэбэпар икІи а шыпхъур сыт хуэдэ гупсысэм къыхуэкІуа?

13 УкІытэхыу щыт ди шыпхъу Руфь миссионер хъуну ехъуапсэт. Ар щысабийм жыджэру унэ-унэкІэ буклетхэр игуэшт. Руфь игу ирихьт апхуэдэ лэжьыгъэр, ауэ унэм къыщІэкІа цІыхум Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ епсэлъэну абы хуабжьу къегугъуэкІт. УкІытэхыу зэрыщытым емылъытауэ Руфь и ныбжьыр илъэс 18 щрикъуам пионер хъуащ. 1946-нэ гъэм абы Галаад Школыр къиухащ икІи иужькІэ Гавайимрэ Япониемрэ щылэжьащ. Иеговэ ар къигъэсэбэпу хъыбарыфІ гъэІунымкІэ Іуэхугъуэшхуэ куэд ищІащ. Илъэс ищІкІэ хъыбарыфІ гъэІуным хэта иужь ар мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: «Иеговэ сыт щыгъуи къару къызитт. УкІытэхыу сыщымытыну ар къыздэІэпыкъуащ. Сэ шэч къытесхьэкъым: Иеговэ щыгугъ дэтхэнэ зыми ар дэІэпыкъунущ».

ИЕГОВЭ ФЫКЪИГЪЭСЭБЭПЫНУ ХУИТ ФЩІЫ

14. Колоссэ 1:29 зэритымкІэ, Иеговэ дыкъигъэсэбэпыфын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?

14 Тхыдэм ухэплъэжмэ, болъагъу Иеговэ и лэжьакІуэхэм къалэн зэмылІэужьыгъуэхэр ягъэзэщІэну зэрыдэІэпыкъуу щытар. Уэ-щэ? Иеговэ хэт ухъуну къыбдэІэпыкъуфыну? И нэхъыбэм ар зэлъытар уэ къару епхьэлІэну хьэзыру узэрыщытыращ. (Къеджэ Колоссэ 1:29.) ДэІэпыкъуэгъу фыхъуну фыхьэзыру щытмэ, Иеговэ и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ фызэрыщытын хуейм хуэдэ фищІыфынущ. Псалъэм папщІэ, егъэджакІуэфІ, жыджэру хъыбарыфІыр зыгъэІу, нэгъуэщІхэр зыгъэгушхуэф, зи лэжьыгъэр фІыуэ зыгъэзащІэ, ныбжьэгъу пэж фищІыфынущ.

ИЕГОВЭ И МУРАДЫР ВГЪЭЗЭЩІЭН ЩХЬЭКІЭ ГУКЪЫДЭЖРЭ ФЫЗЫХУЭНЫКЪУЭ КЪАРУРЭ КЪЫВИТЫНУЩ ФИЛИППИ 2:13

Христиане разных национальностей и разного возраста готовы проповедовать, учить и строить

ДэІэпыкъуэгъу фыхъуну фыхьэзыру щытмэ, Иеговэ и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ фызэрыщытын хуейм хуэдэ фищІыфынущ. Псалъэм папщІэ, егъэджакІуэфІ, жыджэру хъыбарыфІыр зыгъэІу, нэгъуэщІхэр зыгъэгушхуэф, зи лэжьыгъэр фІыуэ зыгъэзащІэ, ныбжьэгъу пэж фищІыфынущ. (14—16-нэ абзацхэм феплъ.)

15. 1 Тимофей 4:12, 15 зэритымкІэ, къуэш ныбжьыщІэхэр сыткІэ Иеговэ елъэІу хъуну?

15 БалигъыпІэ иувэну зызыгъэхьэзыр щІалэщІэ къуэшхэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Иджыпсту организацэр хуэныкъуэщ жыджэру щыт, зи къару илъыгъуэ щІалэхэм, ахэр зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу хъууэ къалэнхэр ягъэзэщІэфынущ. Зэхуэс куэдым зэхуэсым и нэхъыжьхэр нэхъыбэщ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэм нэхърэ. Фэ, ныбжьыщІэ къуэшхэ, зэхуэсым фыдэІэпыкъуну гукъыдэж фиІэн щхьэкІэ къару евмыхьэлІэфыну пІэрэ? Иныкъуэхэм деж къуэшхэм мыпхуэдэу жаІэу зэхэпхынкІэ хъунущ: «Сэ хъыбарыфІыр згъэІуу Иеговэ сызэрыхуэлажьэмкІэ сыарэзыщ». Уэри апхуэдэу уегупсысмэ, Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуэгъазэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум хэлъын хуей хьэл-щэнхэм хуэдэ зыхэплъхьэну гукъыдэж къыуитын щхьэкІэ икІи гурэ псэкІэ ухуэлэжьэну къару къыпхилъхьэн щхьэкІэ (Эккл. 12:1). Организацэр уэ къыпхуэныкъуэщ! (Къеджэ 1 Тимофей 4:12, 15.)

16. Иеговэ сыткІэ делъэІун хуей икІи сыт щхьэкІэ?

16 Иеговэ дыхуигъэушыфынущ езыр зыхуейм хуэдэ дыхъуну и мурадыр дгъэзэщІэн щхьэкІэ. Аращи, Алыхьым фелъэІу абы и мурадыр вгъэзэщІэн щхьэкІэ гукъыдэжрэ фызыхуэныкъуэ къарурэ къывитыну. ФыщІалэми фи ныбжьыр хэкІуэтами зэманми, мылъкуми, фи къаруми фыщымысхь Иеговэ вгъэлъэпІэн щхьэкІэ! (Эккл. 9:10). Шынэмрэ фызэрытемыгушхуэмрэ зытевмыгъакІуэ, Иеговэ и лэжьыгъэм фыхэтыну Іэмал фиІэм ар зэран хуэмыхъун щхьэкІэ. Зыщывмыгъэгъупщэ, Иеговэ и Іуэхум дызэрыхэтыфыр, ар мащІэу щытми — щІыхьышхуэщ! Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Иеговэ и лэжьыгъэм дызэрыхэтымкІэ дэ ар догъэлъапІэ икІи апхуэдэ щІыхь хуэтщІыну фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм, дауикІ, хуэфащэщ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дауэ Иеговэ дызэригъэхьэзырыр и лэжьыгъэр дгъэзэщІэн щхьэкІэ?

  • Мы статьям къыщыхьа щапхъэхэм щыщу сыт хуэдэра уэ нэхъ пхуэгъэзауэ къэплъытэр икІи сыт щхьэкІэ?

  • НыбжьыщІэ къуэшхэм сытым теухуауэ гукъыдэж зрагъэгъуэтын хуей?

127-НЭ УЭРЭДЫР Сыт хуэдэ цІыхуу сыщытын хуей?

a Иеговэ и лэжьыгъэм куэд щыфхуэмыщІэну къыфщыхъурэ? Сэбэп фызэрыхъур мащІэу фи гугъэ? Е Иеговэ нэхъыбэ хуэфщІэну мыхьэнэ имыІэу къэфлъытэрэ? Мы статьям щызэпкърытхынущ дапхуэдэу Иеговэ гукъыдэжрэ фызыхуэныкъуэ къарурэ къывитынуми, езыр зыхуейм хуэдэ фыхъуу и мурадыр вгъэзэщІэн щхьэкІэ.

b Паул и письмор япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуитхами, а псалъэхэр ди зэманым псэу Иеговэ и лэжьакІуэхэми хуэгъэзащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын