41 СТАТЬЯР
«Гузэвэгъуэшхуэм» щыгъуэ Алыхьым хуэпэжу фыкъанэ
«Иеговэ хуэпэжу хъуам, ар фІыуэ флъагъу. Иеговэ хуэпэжхэр къехъумэ» (ПС. 31:23).
126-НЭ УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. 1) Сыт куэд мыщІэу къэралхэм ягъэІунур? 2) Сыт хуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр къэдгъуэтын хуей?
ФИ НЭГУ къыщІэвгъэхьэт «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» псалъэхэр къэралхэм ягъэІуауэ. Иджыпсту щыІэ мамырыгъэм хуэдэ дунейм зэи щымыІауэ жаІэурэ ахэр зыщытхъужу къыщІэкІынщ. Сыт хуэдэ гугъуехьри зэхагъэкІыфыну къэрал унафэщІхэм ди фІэщ ящІыну хэтщ. Ауэ пэжыр жыпІэмэ, абы иужь дунейм къыщыхъунум абыхэм зыри яхуещІэнукъым! Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Библием зэрыжиІэмкІэ абыхэм «гугъуехьышхуэ ямыщІэххэу къатехъуэнущ» икІи «абы фІэкІыпІэ иІэнукъым» (1 Фес. 5:3).
2 Мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм я жэуапхэр къэдгъуэтын хуейщ: «гузэвэгъуэшхуэм» щыгъуэ сыт къэхъунур? СыткІэ Иеговэ къызэрытщыгугъынур? «Гузэвэгъуэшхуэм» щыгъуэ Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ дауэ иджыпсту абы зэрызыхуэдгъэхьэзыр хъунур? (Мт. 24:21).
«ГУЗЭВЭГЪУЭШХУЭМ» ЩЫГЪУЭ СЫТ КЪЭХЪУНУР?
3. Апокалипсис 17:5, 15—18 зэритымкІэ, дапхуэдэу Алыхьым «Бабилэнышхуэр» зэригъэкІуэдынур?
3 Къеджэ Апокалипсис 17:5, 15—18. «Бабилэнышхуэр» зэтракъутэнущ! ИпэкІэ зэрыжытІащи, абы щыгъуэ къэхъунум къэралхэм зыри яхуещІэнукъым. Сыт щхьэкІэ? «Тхьэм и мурадыр ягъэзэщІэну абыхэм я гум» ирилъхьэнущ. Сыт хуэдэ мурад ар? Дин нэпцІу дуней псом тетым я империер, чристэн динри абы хэту зэтракъутэну. А мурадыр Алыхьым «хьэщхьэвылъэм» и «бжьакъуипщІым» я гум ирилъхьэнущ. «Хьэщхьэвылъэр» — Организация Объединенных Наций жыхуэтІэращ. «БжьакъуипщІым» къигъэлъагъуэр «хьэщхьэвылъэм» и Іуэхур дэзыІыгъ къэрал унафэщІхэращ (Апок. 17:3, 11—13; 18:8). Ахэр дин нэпцІым щытеуэм деж гузэвэгъуэшхуэм щІидзэнущ. НапІэзыпІэм къэхъуну а Іуэхугъуэ шынагъуэр щІылъэм тет дэтхэнэ зыми лъэІэсынущ.
4. 1) Къэралхэр Бабилэн къалэшхуэм щІытеуэнум сыт щхьэусыгъуэ хуэхъункІэ хъунур? 2) Дин нэпцІхэм щыщу щыта цІыхухэм дапхуэдэу зэрызащІыну къыщІэкІынур?
4 Дэ тщІэкъым къэралхэр Бабилэн къалэшхуэм щІытеуэнум и щхьэусыгъуэр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъункІэ хъунущ динхэр мамырыгъэ щыІэнум зэран зэрыхуэхъур икІи зэпымыууэ политикэм зэрыхэІэбэр е абыхэм егъэлеяуэ мылъкушхуэ зэрызэхуахьэсар (Апок. 18:3, 7). А къэралхэр дин нэпцІхэм теуа иужь, а динхэм щыщ цІыхухэр псори хэкІуэдэну дегупсысын хуейкъым. Къэралхэм ягъэкІуэдынур езы динхэращ. А динхэр зэтракъута иужь абы щыщу щыта цІыхухэм къагурыІуэнущ дин пашэхэм ахэр къызэрагъэпцІар икІи а динхэм зыкІи пыщІауэ щымытауэ фэ зытрагъэуэну къыщІэкІынщ.
5. Гузэвэгъуэшхуэм теухуауэ Иеговэ сыткІэ дыкъызэригъэгугъар икІи сыт щхьэкІэ?
5 Бабилэн къалэшхуэр щызэтракъутэм деж, ар дапхуэдиз зэманкІэ екІуэкІынуми Библием иткъым, ауэ дэ дощІэ ар куэдрэ зэремыкІуэкІынур (Апок. 18:10, 21). Иеговэ дыкъигъэгугъащ гузэвэгъуэшхуэр зэрекІуэкІыну зэманыр нэхъ мащІэ ищІыну «езым къыхиха цІыхухэр» къелын щхьэкІэ икІи дин пэжыр къэнэн щхьэкІэ (Мк. 13:19, 20). Ауэ сыткІэ Иеговэ къызэрытщыгугъынур гузэвэгъуэшхуэм щыщІэдзауэ Армагеддон зауэм нэсыху?
ДИН ПЭЖЫМ И ЛЪЭНЫКЪУЭР БЫДЭУ ФІЫГЪ
6. Дин нэпцІым пымыщІауэ ущытыныр сыт мащІэу жыпІэ щІэхъунур?
6 Мыбы ипэ дджа статьям зэритамкІэ, Иеговэ щогугъ и лэжьакІуэхэр Бабилэн къалэшхуэм зыкІи пыщІауэ щымытыну. Ауэ дин нэпцІым пымыщІауэ ущытыныр мащІэщ. Дэ быдэу тІыгъын хуейщ дин пэжым и лъэныкъуэр — Иеговэ и лъэныкъуэр. Ар зэрытщІ хъун ІэмалитІ зэпкърытхынщ.
Ди зэІущІэхэр къэдвмыгъэгъанэ, зэманыр гугъуу щыщытым дежи! (7-нэ абзацым феплъ.)f
7. 1) Иеговэ и хабзэхэм утетыным сыт къикІыр? 2) Еврейхэм 10:24, 25 дауэ къыхэщрэ ди зэІущІэхэм мыхьэнэшхуэ зэраІэр, псом хуэмыдэу ди зэманым?
7 Япэрауэ, Иеговэ и хабзэхэм дытетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Мы дунейм иІэ еплъыкІэм хуэдэ дэ къатщтэ хъунукъым. Псалъэм папщІэ, дэ зинэ щІэныр тэмэму къэтлъытэкъым, абы хохьэ цІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэныр икІи нэчыхь ирагъэтхыныр (Мт. 19:4, 5; Рим 1:26, 27). ЕтІуанэрауэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм я гъусэу Иеговэ адэкІи дыхуэлэжьэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, ди зэІущІэхэр щекІуэкІ щІыпІэм емылъытауэ — ар ирехъу дыщызэхуэс Унэрами, ди къуэш, ди шыпхъухэм я унэхэрами е нэгъуэщІхэм ямыщІэ зы щІыпІэ гуэрми. Сыт къэмыхъуами, Алыхьым дыхуэлэжьэн щхьэкІэ дызэхуэсын дэ зэи щыдгъэтынукъым. ИкІи Алыхьым «и махуэр нэхъ» гъунэгъу хъухукІэ а зэІущІэхэм нэхъ мыхьэнэшхуэ яІэнущ. (Къеджэ Еврейхэм 10:24, 25.)
8. Хъыбар дгъэІум дапхуэдэу зэрызихъуэжынур?
8 Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ, дэ дгъэІунур нэгъуэщІ хъыбару къыщІэкІынущ. Иджыпсту дэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр догъэІу икІи Хьисэ и лъэужь иувэну хуейхэр къыдолъыхъуэ. Ауэ а зэманыр къэсмэ, хъыбар шынагъуэ дгъэІунущ. Библием а хъыбарыр уэшхуэ къехым ирегъэщхь (Апок. 16:21). ШейтІаным и дунейм Іэмал имыІэу кІэ къызэрыхуэкІуэнур жытІэну къыщІэкІынщ. А хъыбарыр зытеухуауэ щытынур икІи ар зэрыжытІэну щІыкІэр зэманыр къэсмэ къэтщІэнущ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж илъэсищэ хъуауэ къэдгъэсэбэп Іэмалхэр къэдгъэсэбэпыну пІэрэ абы щыгъуэ? Хьэмэрэ ди бгъэдыхьэкІэм зихъуэжыну? Ар иджыпсту тщІэкъым. Дапхуэдэу мыхъуами, Иеговэ и хьэкумым теухуа хъыбарыр дэ лІыгъэ тхэлъу дгъэІунущ! (Иез. 2:3—5).
9. Хъыбар къетхьэкІым цІыхухэр дапхуэдэу зэрыхущытынкІэ хъунур, ауэ сыт дэ шэч къызытетхьэн хуэмейр?
9 Хъыбар къетхьэкІым цІыхухэр къигъэгубжьу, а хъыбарыр жыдамыгъэІэну ахэр иужь итынкІэ хъунущ. Иджыпсту Иеговэ къыддэмыІэпыкъуу щытамэ, дэ хъыбарыфІыр тхуэгъэІунутэкъым, апхуэдэу а зэманым щыгъуи дэ Иеговэ и дэІэпыкъуэгъум дыхуэныкъуэнущ. Шэч къытедмыхьэми хъунущ Алыхьым и мурадыр дгъэзэщІэн щхьэкІэ къару къызэрыдитынум (Мих. 3:8).
ДЭ КЪЫЗЭРЫТТЕУЭНЫМ ХУЭХЬЭЗЫРУ ФЫЩЫТ
10. Лука 21:25—28 зэрыжиІэмкІэ, гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ къэхъур и нэхъыбэ цІыхухэм дапхуэдэу къазэрыщыхъунур?
10 Къеджэ Лука 21:25—28. Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ цІыхухэр гужьеинущ зыщыгугъыу, дзыхь зыхуащІу щыта псор — политикэ, сатуущІэ икІи мы дунейм и нэгъуэщІ системэхэр — зэрызэтекъутэр щалъагъукІэ. Абыхэм я гъащІэр яфІэкІуэдынкІэ шынэу бэлыхьыр ятелъынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэр дунейм къызэрытехьэрэ щымыІа гузэвэгъуэшхуэ къэхъунущ (Соф. 1:14, 15). Абы щыгъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэри гугъу ехьыну къыщІэкІынущ. Мы дунейм щыщу дызэрыщымытым къыхэкІкІэ, гугъуехьхэм дыпэщІэхуэнкІэ хъунущ. Уеблэмэ, нэхъ дызыхуэныкъуэ дыдэхэри дымыгъуэтынкІэ хъунущ.
11. 1) ЦІыхухэм псоми сыт Иеговэ и Щыхьэтхэм гу щІылъатэнур? 2) Гузэвэгъуэшхуэм сыт дыщышынэн щІыхуэмейр?
11 А псор къыщыхъум, цІыхухэр Алыхьым и лъэпкъым хуэгубжьынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ялъэгъунущ езыхэм яІыгъа динхэр зэрагъэкІуэдам емылъытауэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм я диныр къызэрынар. ИкІи уи нэгу къыщІэбгъэхьэ хъунущ цІыхухэр губжьауэ къызэрыттепсэлъыхьынур, псалъэм папщІэ социальнэ сетьхэр, телевизорыр икІи радиор къагъэсэбэпу. Къэралхэмрэ абыхэм я тепщэ ШейтІанымрэ дыкъалъагъу мыхъуу хъунущ ди дин закъуэр къызэрынам щхьэкІэ. ЦІыхухэм къагурыІуэнущ динхэр псори ягъэкІуэдыну мурад яІар къазэремыхъулІар. Абы къыхэкІкІэ абыхэм псоми дэ гу къытлъатэнущ. А зэманым къэралхэр Магог щІыналъэм щыщ Гог хъунущb. Ахэр зэгухьэнущ Иеговэ и лъэпкъым губжьауэ теуэн щхьэкІэ (Иез. 38:2, 14—16). ДауикІ, абы дыщегупсысым деж дыгузэвэнкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къэхъунухэм теухуауэ дэ псори тщІэкъым. Ауэ дэ фІыуэ къыдгуроІуэ гузэвэгъуэшхуэм дыщышынэн зэрыхуэмейр. Дыкъелын щхьэкІэ дызытетын хуей унафэхэр Иеговэ къыджиІэнущ (Пс. 34:19). Абы щыгъуэ дытэджу, ди щхьэр къэтІэтынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым «гугъуехьыр... [щытщхьэщихыжыну] махуэр къэблэгъащ»c.
12. ЗэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым дапхуэдэу къытпэщылъ Іуэхугъуэхэм дызэрыхуигъэхьэзырыр?
12 Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъун унэІутым нобэ дегъэхьэзыр (Мт. 24:45). Абы дигъэхьэзырын щхьэкІэ куэд къыдет, псалъэм папщІэ зэпкърытхынщ 2016—2018-нэ гъэхэм екІуэкІа региональнэ конгрессхэм я программэхэр. А конгрессхэм къуэшхэм щыжаІа псалъэхэмрэ видео хэтахэмрэ дыхуагъэушащ Иеговэ и махуэм ипэ дызыхуэныкъуэну хьэл-щэнхэм делэжьыну. А хьэл-щэнхэр кІэщІу зэпкърытхынщ.
АЛЫХЬЫМ ФЫЗЭРЫХУЭПЭЖЫМ, ТЕУБЫДАГЪЭМ ИКІИ ЛІЫГЪЭМ ФЕЛЭЖЬ
«Гузэвэгъуэшхуэм» дыкъелын щхьэкІэ абы иджыпсту зыхуэдгъэхьэзырын хуейщ. (13—16-нэ абзацхэм феплъ.)g
13. Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр икІи апхуэдэу тщІэным сыт иджыпсту мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
13 Алыхьым хуэпэжыныр. 2016-нэ гъэм екІуэкІа конгрессым «Будьте преданы Иегове!» и цІэт. А конгрессым дэ къыщытщІащ: Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ абырэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ, зэхущытыкІэ быдэ дэлъын хуейщ. Дэ дигу къагъэкІыжащ Иеговэ ди гум къыбгъэдэкІыу лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр икІи и Псалъэр зэрыдджыр абы гъунэгъу дыхуэхъуну къызэрыддэІэпыкъур. А псом къару къыдат гугъуехьышхуэхэми дыпэлъэщыну. ШейтІаным и дунейм кІэ къыщыхуэкІуэну зэманыр къоблагъэ, абы къыхэкІкІэ кІуэ пэтми нэхъ гугъу хъуну къыщІэкІынщ Алыхьымрэ абы и Пащтыхьыгъуэмрэ дыхуэпэжыну. Дэ цІыхухэр адэкІи къытщыдыхьэшхыу щытыну къыщІэкІынщ (2 Пет. 3:3, 4). Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм щыщ зыщ — ШейтІаным и дунейм и лъэныкъуэ зэрыдмыубыдыр. Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ иджыпсту а хьэл-щэным делэжьын хуейщ.
14. 1) Алыхьым и лъэпкъым унафэ езыт къуэшхэм я Іуэхум дапхуэдэу зэрызихъуэжынур? 2) Абы щыгъуэ Алыхьым хуэпэжу дыщытыну сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэнур?
14 Алыхьым и лъэпкъым унафэ езыт къуэшхэм гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ я Іуэхум зихъуэжынущ. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ дэтхэнэ зыри зы зэман гуэрым деж уафэм дэкІуеинущ, Армагеддон зауэм хэтын щхьэкІэ (Мт. 24:31; Апок. 2:26, 27). Аращи, абы щыгъуэ УнафэщІ гупыр щІылъэм ди гъусэу щыІэжынукъым. Абы емылъытауэ щІылъэм щыІэ цІыху гупышхуэр адэкІи зэкъуэту икІи зэгурыІуэу щытынущ. Иеговэ и Іуэхур фІыуэ зыгъэзащІэ нэгъуэщІ мэлхэм щыщ къуэшхэм унафэр къащтэнущ. Алыхьым къыбгъэдэкІыу а къуэшхэм къыдатыну унафэхэм дызэрытетым къигъэлъэгъуэнущ дэ Алыхьым дызэрыхуэпэжыр. Абы ди гъащІэр елъытауэ щытынущ!
15. Теубыдагъэ нэхъыфІу дгъэлъэгъуэну сыт къыддэІэпыкъунур икІи сыт абы иджыпсту мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
15 Теубыдагъэр. 2017-нэ гъэм екІуэкІа конгрессым «Не сдавайтесь!» и цІэт. А конгрессым дыхуигъэсащ гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж теубыдагъэ тхэлъыну. Дэ къэтщІащ гугъуехь дыщиІэми дыщимыІэми теубыдагъэ зэрытхэлъын хуейр. Теубыдагъэ нэхъыфІу дгъэлъэгъуэн щхьэкІэ Иеговэ дыщыгугъын хуейщ (Рим 12:12). Хьисэ дыкъызэригъэгугъар зыщывмыгъэгъупщэ: «ИкІэм нэсыху теубыдэныгъэ зиІэр Тхьэм мыкІуэду къригъэлынущ» (Мт. 24:13). Абы и псалъэхэм къыхощ сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами Алыхьым хуэпэжу дыкъызэрынэн хуейр. Иджыпсту гъэунэхуапІэ дыпэщІэхуэху теубыдагъэ зэрыдгъэлъагъуэм гузэвэгъуэшхуэр щыщІидзэну зэманым дыхуегъэхьэзыр.
16. ЛІыгъэр сыт зэлъытар икІи дауэ ар иджыпсту нэхъыбэу зэрызыхэтлъхьэнур?
16 ЛІыгъэр. 2018-нэ гъэм екІуэкІа конгрессым «Будьте мужественны!» и цІэт. Абы дигу къигъэкІыжащ лІыгъэр зэфІэкІ диІэхэм елъытауэ зэрыщымытыр. Теубыдагъэм хуэдэу, лІыгъэ нэгъэсар зэлъытар Иеговэ дызэрыщыгугъыращ. Нэхъыбэжу абы дзыхь хуэтщІыну сыт дэ къыддэІэпыкъунур? Махуэ къэс Алыхьым и Псалъэм дызэреджэр икІи япэм Иеговэ и лъэпкъыр къызэрыригъэлу щытам дызэрегупсысыр (Пс. 68:20; 2 Пет. 2:9). Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ къэралхэр къыщыттеуэнум деж, лІыгъэмрэ Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІымрэ зэи хуэмыдэу дыхуэныкъуэнущ (Пс. 112:7, 8; Евр. 13:6). Иджыпсту Иеговэ дзыхь хуэтщІмэ, лІыгъэ зэдгъэгъуэтынущ Гогыр къыщыттеуэм деж дыпэлъэщын щхьэкІэd.
ГУФІЭГЪУЭ ФИ ГУМ ИЛЪУ ФЫКЪЫЩЕЛЫНУ ЗЭМАНЫМ ФЫПЭПЛЪЭ
Куэд мыщІэу Хьисэрэ уафэм щыІэ абы и дзэмрэ Армагеддон зауэр щІадзэнущ, Алыхьым и бийхэр ягъэкІуэдын щхьэкІэ. (17-нэ абзацым феплъ.)
17. Сыт дэ Армагеддоным дыщышынэн щІыхуэмейр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
17 Мыбы ипэ дджа статьям зэритамкІэ, дэ тщыщ и нэхъыбэр къызэралъхурэ иужьрей махуэхэм щопсэу. Ауэ дэ Іэмал диІэщ гузэвэгъуэшхуэм дымылІэу дыпхырыкІыну. Армагеддон зауэр мы дунейм и кІэух шынагъуэ хъунущ. Ауэ дэ дышынэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэщ ар зи зауэр (Прит. 1:33, Гъэсэпэтхыдэхэр; Иез. 38:18—20; Зах. 14:3). Иеговэ унафэ зэриту, Хьисэ Мэссихь уафэм щыІэ дзэхэр зауэм ишэнущ. Абы и гъусэнущ щІылъэм щыпсэуауэ уафэм кІуахэмрэ мин бжыгъэ куэд хъу мелыІычхэмрэ. Ахэр зэгъусэу езэуэнщ ШейтІаным, абы и жин бзаджэхэм икІи щІылъэм щыІэ и дзэхэм (Дан. 12:1; Апок. 6:2; 17:14).
18. 1) Иеговэ сыт хуэдэ псалъэ къыдитар? 2) Апокалипсис 7:9, 13—17 итыр дауэ къызэрыддэІэпыкъур къэкІуэну зэманым гугъэ дахэ диІэу дыпэплъэну?
18 Иеговэ псалъэ къыдитащ: «Уэ къыппэщІэувэн щхьэкІэ ящІа зы Іэщэми ехъулІэныгъэ иІэнукъым» (Ис. 54:17). ЦІыху гупышхуэр «гузэвэгъуэшхуэм къелынущ». Иеговэ хуэпэж и лэжьакІуэхэр абы адэкІи хуэлэжьэнущ. (Къеджэ Апокалипсис 7:9, 13—17.) Библиер къыддоІэпыкъу къэкІуэну зэманым гугъэ диІэу дыпэплъэну! Дэ дощІэ: «Иеговэ хуэпэжхэр къехъумэ» (Пс. 31:23). Иеговэ фІыуэ зылъагъу икІи ар зыгъэлъапІэ дэтхэнэ зыри ину гуфІэнущ абы и цІэ лъапІэр зэригъэкъэбзэжыр щилъагъум деж (Иез. 38:23).
19. Сыт хуэдэ гугъэ дахэ дэ къытпэщылъыр?
19 2 Тимофей 3:2—5 ит псалъэхэр ШейтІаныр зи тепщэу щымыт дунеищІэм щыпсэуну цІыхухэм теухуауэ щытамэ, фи нэгу къыщІэвгъэхьэт сыт хуэдэ псалъэхэр абы итынутэми. («ЦІыхухэр зэрыхъунур» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) УнафэщІ гупым хэта ди къуэш Джордж Га́нгасe абы мыпхуэдэу тепсэлъыхьащ: «Сыту дунейр фІыщэ хъуну псори зэкъуэш икІи зэшыпхъу хъуа иужь! Куэд мыщІэу фэ дунеищІэм фыщыпсэуну апхуэдэ щІыхьышхуэ къыфхуащІынущ. Иеговэ кІэ зэримыІэм хуэдэу, фэри гъащІэ мыухыж фиІэу фыпсэунущ». Ар сыту гугъэ дахэ, пэжкъэ?
128-НЭ УЭРЭДЫР ИкІэм нэс Иеговэ хуэпэжу къанэ
a Дэ дощІэ куэд дэмыкІыу цІыху псоми «гузэвэгъуэшхуэ» къазэрытехъуэнур. Дэ сыт дызыпэщІэхуэнур? СыткІэ Иеговэ къызэрытщыгугъынур? Сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр дэ иджыпсту зыхэтлъхьэн хуей а зэман гугъум щыгъуэ Алыхьым хуэпэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ? Мы упщІэхэм я жэуапхэр мы статьям къыщыдгъуэтынущ.
b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР: Магог щІыналъэм щыщ Гогым (кІэщІу Гог) гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм теуэн щхьэкІэ лъэпкъ зэгухьэнухэр къегъэлъагъуэ.
c Армагеддон зауэм ипэ къэхъунум теухуауэ нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ «Царство Бога правит!» тхылъым и 21-нэ псалъащхьэм. Гогыр къызэрыттеуэнумрэ Иеговэ и лъэпкъыр Армагеддоным щыгъуэ къызэрихъумэнумрэ теухуауэ фыщеджэфынущ 2015-нэ гъэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 14—19-нэ напэкІуэцІхэм, абы нэмыщІ «Чистое поклонение Иегове восстановлено!» тхылъым и 17, 18-нэ псалъащхьэхэм (англ.).
d 2019-нэ гъэм екІуэкІа «Любовь никогда не проходит» жыхуиІэ конгрессым ди фІэщ ещІ лъагъуныгъэ хэлъу Иеговэ дыкъызэрихъумэм щхьэкІэ зы щхьэкІи дызэрымышынэнур (1 Кор. 13:8).
e 1994-нэ гъэм, дыгъэгъазэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Дела его идут вслед за ним» жыхуиІэ статьям феплъ.
f СУРЭТЫР. Гузэвэгъуэшхуэм щыгъуэ лІыгъэ зыхэлъ Иеговэ и Щыхьэтхэм мэзым зэІущІэр гупышхуэ мыхъуу щрагъэкІуэкІ.
g СУРЭТЫР. ЦІыху гупышхуэм хыхьэ Иеговэ хуэпэж и лэжьакІуэхэр гузэвэгъуэшхуэм пхырыкІауэ ину мэгуфІэ!