ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Сентябрь н. 8—13
  • ФыгуфІэ: Армагеддоныр къос!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ФыгуфІэ: Армагеддоныр къос!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • АРМАГЕДДОНЫР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?
  • АРМАГЕДДОНЫР СЫТ ХУЭДЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ИУЖЬ КЪЭХЪУНУ?
  • АРМАГЕДДОНЫМ ДЫКЪЕЛЫН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?
  • МЫ ДУНЕЙМ И ИУЖЬРЕЙ МАХУЭХЭМ АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖУ ДЫКЪЭНЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Сентябрь н. 8—13

36 СТАТЬЯР

ФыгуфІэ: Армагеддоныр къос!

«Армагеддон зи цІэ щІыпІэм а жин бзаджэхэм пащтыхьхэр щызэхуашэсащ» (АПОК. 16:16).

148-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ сыт щыгъуи дыкърегъэл

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) Армагеддоныр дыщІэгуфІэн Іуэхугъуэу сыт жыпІэ щІэхъунур? 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

«АРМАГЕДДОН» псалъэр щызэхахым деж цІыхухэм ядернэ зауэшхуэ е гузэвэгъуэшхуэ къэхъуу, цІыхухэри щІыри хэкІуадэу я нэгу къыщІагъэхьэ. Ауэ Библием зэрыжиІэмкІэ, Армагеддоныр дыщІэгуфІэн Іуэхугъуэщ (Апок. 1:3). А зауэм цІыхухэр псори щІылъэм тригъэкІуэдыкІынуракъым, атІэ къригъэлыну аращ!

2 Библием зэрыжиІэмкІэ, Армагеддоным цІыхухэр къригъэлынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы цІыхум и тепщэныгъэм кІэ иритынущ. А зауэм Алыхьым жиІэм едэІуэну хуэмей цІыху бзаджэхэр дунейм тригъэкъэбзыкІынущ, щІылъэм къытенэнур Алыхьым жиІэм едаІуэхэращ. Абы нэмыщІ Армагеддоным ди щІылъэри мыкІуэду къригъэлынущ (Апок. 11:18). А псор нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ упщІиплІ зэпкърытхынщ: Армагеддоныр сыт зищІысыр? Армагеддоныр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм иужь къыщыхъунур? Дыкъелын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр? Мы дунейм и иужьрей махуэхэм Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

АРМАГЕДДОНЫР СЫТ ЗИЩІЫСЫР?

3. 1) «Армагеддон» псалъэм сыт къикІыр? 2) Армагеддоныр щІылъэм щыІэ щІыпІэ гуэру зэрыщымытыр Апокалипсис 16:14, 16 итым дауэ къызэрыхэщыр?

3 Къеджэ Апокалипсис 16:14, 16. «Армагеддон» псалъэр Библием зэ фІэкІ иткъым икІи ар журтыбзэм хэт псалъэ зэпхахэм къытехъукІауэ аращ, а псалъэхэм «Мегиддо къалэм и Іуащхьэр» е «Мегиддо бгыр» къикІыу аращ (Апок. 16:16, сноскэ). Мегиддо къалэу щытащ, ар пасэрей Израилым щыщт (Иис. Н. 17:11). Ауэ Армагеддоныр щІылъэм щыІэ щІыпІэ гуэркъым. «Дуней псом я пащтыхьхэр» зэхуэсу Иеговэ пэува иужь къэхъуну зауэм «АрмагеддонкІэ» йоджэ (Апок. 16:14). Дэнэ дэ щытщІэр Армагеддоныр щІылъэм щыІэ щІыпІэ гуэру зэрыщымытыр? Япэрауэ, Мегиддо бгы щыІэкъым. ЕтІуанэрауэ, Мегиддо къалэр здэщыІа щІыпІэр цІыкІущ икІи «дуней псом я пащтыхьхэр», абыхэм я дзэхэр икІи я Іэщэхэр а щІыпІэм ихуэнукъым. Ещанэрауэ, мы статьям къызэрыхэщынумкІэ, Армагеддон зауэр щыщІидзэнур дуней псом я пащтыхьхэр Алыхьым и лэжьакІуэхэм щытеуэнум щыгъуэщ, ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр зы щІыпІэ гуэрым деж щыпсэукъым, атІэ щІылъэ псом тегуэшащ. Аращ Армагеддоныр щІылъэм щыІэ щІыпІэ гуэру жыпІэ щІэмыхъунур.

4. Иеговэ и иужьрей зауэшхуэр сыт Мегиддо щІыпищІар?

4 Иеговэ и иужьрей зауэшхуэр сыт Мегиддо щІыпищІар? Пасэрей зэманым Мегиддо икІи абы и гъунэгъуу щыІэ Изреель аузым зауэ куэд щекІуэкІыу щытащ. Абдеж щекІуэкІа зауэм езы Иеговэ мызэ-мытІэу хэІэбащ. Псалъэм папщІэ, «Мегиддо псыхэм деж» Иеговэ израилым и хеящІэ Варак дэІэпыкъуащ Сисарэ зи пашэу щыт ханаан дзэм текІуэну. Варакрэ бегъымбар цІыхубз Деворэрэ Иеговэ фІыщІэ хуащІащ, ар къадэІэпыкъуу телъыджэкІэ текІуэныгъэ къызэрахьам щхьэкІэ. Абыхэм мыпхуэдэу уэрэд жаІащ: «Уафэм ит вагъуэхэр Сесарэ къезэуащ... Киссон уэрым ахэр ирихащ» (Суд. 5:19—21).

5. Армагеддон зауэр Варак зыхэта зауэм сыткІэ къыщхьэщыкІрэ?

5 Варакрэ Деворэрэ я уэрэдыр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ яухащ: «Уэ, Иеговэ, уи бийхэр псори хырекІуадэ, ауэ фІыуэ укъэзылъагъухэр къаруушхуэ зиІэ дыгъэ къыкъуэкІым хуэдэу щрет!» (Суд. 5:31). Армагеддоным Иеговэ и бийхэр хэкІуэдэнурэ, ар фІыуэ зылъагъухэр къелынущ. Ауэ Варак зыхэта зауэмрэ Армагеддон зауэмрэ зыгуэркІэ зэщхьэщокІ. Армагеддоным щыгъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр зэуэнукъым. Уеблэмэ, абыхэм Іэщи яІыгъынукъым! Абыхэм я къарум лъабжьэ хуэхъунур «мыгузавэу зэрыщытыр» икІи Иеговэрэ уафэм щыІэ абы и дзэмрэ «дзыхь зэрыхуащІыращ» (Ис. 30:15; Апок. 19:11—15).

6. Армагеддоным щыгъуэ Алыхьым дауэ и бийхэр зэригъэкІуэдынур?

6 Армагеддоным щыгъуэ Алыхьым дауэ и бийхэр зэригъэкІуэдынур? Абы Іэмал куэд иІэщ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым щІыр игъэхъейуэ, уэ къригъэхыу икІи щыблэр къигъэсэбэпу и бийхэр игъэкІуэдыфынущ (Иов 38:22, 23; Иез. 38:19—22). Абы нэмыщІ и бийхэр зыр зым пэщІигъэувэжыфынущ (2 Лет. 20:17, 22, 23). Иеговэ и мелыІычхэри къигъэсэбэпыфынущ (Ис. 37:36). Дапхуэдэ щІыкІэкІэ зауэр Иеговэ иримыгъэкІуэкІами, абы текІуэныгъэр къихьынущ. И бийуэ хъуар псори хэкІуэдэнущ. Ауэ Алыхьым хуэпэжхэр къелынущ (Прит. 3:25, 26, Гъэсэпэтхыдэхэр).

Армагеддоным иджыпсту зыхуэвгъэхьэзыр

КъэкІуэну зэманым къэхъуну Іуэхугъуэхэр къыдгурыІуэну Библиер къыддоІэпыкъу. Дунейм тет цІыхухэм ар къазэрыщыхъунур ди нэгу къытхущІэгъэхьэнущ. Ауэ а Іуэхугъуэхэр къэхъуу щІидзэмэ, абыхэм узэрыхущытынум уегупсысауэ пІэрэ?

Шесть иллюстраций, на которых показано, как на события, происходящие перед Армагеддоном, реагируют люди в мире и как — служители Иеговы

(7—15-нэ абзацхэм феплъ.)d

АРМАГЕДДОНЫР СЫТ ХУЭДЭ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ИУЖЬ КЪЭХЪУНУ?

7, 8. 1) 1 Фессалоникэ 5:1—6 зэритымкІэ, дуней псом я пащтыхьхэм сыт ягъэІунур? 2) Абыхэм ягъэІуа пцІым цІыхухэм зэранышхуэ къахуихьыну сыт жыпІэ щІэхъунур?

7 Иеговэ и махуэр щІидзэн ипэ, «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэнущ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 5:1—6.) 1 Фессалоникэ 5:2 «Иеговэ и махуэ» (ДЩІ) жиІэу зи гугъу ищІыр «гузэвэгъуэшхуэращ» (Апок. 7:14). Гузэвэгъуэшхуэр къызэрысыпам сыт и нэщэнэу щытынур? Библием къызэрыхэщымкІэ, а гузэвэгъуэшхуэм ипэ къихуэу гъэщІэгъуэн гуэр ягъэІунущ. Абы къыдгуригъэІуэнущ гузэвэгъуэшхуэр зэрыщІидзэнур.

«ИДЖЫ ГУЗЭГЪЭГЪУЭ ДИІЭЩ, ШЫНАГЪУЭ ЗЫРИ ЩЫІЭКЪЫМ» ЖАІЭ

ДУНЕЙМ ТЕТ ЦІЫХУХЭМ ЯЩІЭНУР

Мировые лидеры готовы подписать документ

(8-нэ абзацым феплъ.)

ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭМ ЯЩІЭНУР

Семейная пара стоит рядом с тележкой для литературы

(8-нэ абзацым феплъ.)

8 ЖаІэн хуейуэ Библием ита псалъэхэращ абы щыгъуэ ягъэІунур: «Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым». Сыт дуней псом я пащтыхьхэм а псалъэхэр щІыжаІэнур? Абы и жэуапыр тщІэкъым. А псалъэхэр щыжаІэм деж дин пашэхэр абыхэм яхэтыну? ЯхэтынкІэ хъунущ. Дапхуэдэу мыхъуами, «иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» псалъэхэр жин бзаджэхэм къабгъэдэкІ пцІыуэ щытынущ. Ауэ абыхэм къабгъэдэкІ пцІыхэм щыщу мы пцІыр псом хуэмыдэу цІыхухэм зэранышхуэ къахуэзыхьыну пцІыуэ щытынущ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Зэи къэмыхъуа гузэвэгъуэшхуэр къыщыхъуну зэманым а пцІым цІыхухэм къащигъэхъунущ шынагъэ щымыІэу, псори мамыру. Библием зэрыжиІэмкІэ, абыхэм «гугъуехьышхуэ ямыщІэххэу къатехъуэнущ, фыз лъэщыджэм лъхугъэр къызэрытелъадэм хуэдэу». Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр-щэ? Абыхэм ягъэщІэгъуэну къыщІэкІынщ Иеговэ и махуэр напІэзыпІэм зэрыщІидзар, ауэ ахэр абы хуэхьэзыру щытынущ.

9. Иеговэ дапхуэдэу ШейтІаным и дунейр зэригъэкІуэдынур?

9 Иеговэ ШейтІаным и дунейр зэуэ игъэкІуэдынукъым, Нухь и зэманым зэрищІам хуэдэу, атІэ ар ІуэхугъуитІу гуэшауэ щытынущ. ЯпэщІыкІэ абы Бабилэн къалэшхуэр — дин нэпцІу дуней псом тетым я империер — игъэкІуэдынущ. ИужькІэ Армагеддон зауэм хигъэкІуэдэнущ ШейтІаным и дунейм и Іыхьэ къэнахэр — политикэ, военнэ, сатуущІэ системэхэр. А ІуэхугъуитІыр адэкІэ зэпкърытхынщ.

10. Апокалипсис 17:1, 6, абы нэмыщІ 18:24 зэритымкІэ, Бабилэн къалэшхуэр Иеговэ сыт щІигъэкІуэдынур?

10 «Псэжьышхуэм Тхьэм трилъхьэну тезырыр». (Къеджэ Апокалипсис 17:1, 6; 18:24.) Бабилэн къалэшхуэм Алыхьым и цІэр егъэулъий. Абы Алыхьым теухуауэ пцІым хурегъаджэ. А «псэжьышхуэм», нэгъуэщІу жыпІэмэ къэхьпагъэ зезыхьэ цІыхубзым Алыхьым и жыІэм щІэмыту, дуней псом я пащтыхьхэм зинэ ядещІэ — къэрал унафэщІхэм я Іуэхухэр ядиІыгъщ. Абы и зэфІэкІыр къигъэсэбэпурэ цІыхухэр къегъапцІэ — увыпІэ иІыгъыр мылъку хэхыпІэ ищІащ. Сыту лъы куэд игъэжа абы, Алыхьым и лэжьакІуэ дапхуэдизи иукІа! (Апок. 19:2). Бабилэн къалэшхуэр Иеговэ дапхуэдэу зэригъэкІуэдынур?

«ПСЭЖЬЫШХУЭМ ТХЬЭМ ТРИЛЪХЬЭНУ ТЕЗЫРЫР» КЪЫЛЪОС

ДУНЕЙМ ТЕТ ЦІЫХУХЭМ ЯЩІЭНУР

Солдаты рушат религиозные здания

(11-нэ абзацым феплъ.)

ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭМ ЯЩІЭНУР

Семья вместе читает Библию

(12-нэ абзацым феплъ.)

11. «Хьэщхьэвылъэ плъыжь-фІыцІафэм» хэт къигъэлъагъуэр икІи Иеговэ дапхуэдэу ар къызэригъэсэбэпынур Бабилэн къалэшхуэм тезыр трилъхьэн щхьэкІэ?

11 «Псэжьышхуэр» игъэкІуэдын щхьэкІэ Иеговэ «хьэщхьэвылъэ плъыжь-фІыцІафэм» и «бжьакъуипщІыр» къигъэсэбэпынущ. «Хьэщхьэвылъэр» — Организация Объединенных Наций жыхуаІэращ, «бжьакъуипщІыр» — а организацэм и Іуэхухэр дэзыІыгъ тепщэныгъэ зиІэ къэрал унафэщІхэращ. Алыхьым триухуа зэманыр къэсмэ, а къэрал унафэщІхэр Бабилэн къалэшхуэм, нэгъуэщІу жыпІэмэ «псэжьышхуэм» теуэнущ. «Абы иІэ псори трахынурэ, пцІанэу къагъэнэнущ», и мылъкур зэхадыгъуэнущ икІи бзаджагъэ ищІэхэр къыщІагъэщынущ (Апок. 17:3, 16). Ар апхуэдизкІэ псынщІэу зэтракъутэнущи, абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэм къэхъуар гущІыхьэшхуэ яхуэхъунурэ, гузэвэгъуэм хидзэнущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, ар куэд щІауэ мыпхуэдэу жиІэу зыщотхъуж: «Сэ пащтыхь цІыхубзу мыбдеж сыщысщ. Сэ сыфызабэкъым икІи сыщыгъуэну зэи къысхуихуэнукъым» (Апок. 18:7, 8).

12. Сыт Иеговэ къэхъуну хуит имыщІынур икІи сыт щхьэкІэ?

12 Алыхьым езым и лэжьакІуэхэр къэрал унафэщІхэм ягъэкІуэдыну яхуидэнукъым. Иеговэ хуэлажьэхэр абы и цІэр зэрызэрахьэм иропагэ икІи Бабилэн къалэшхуэм къыдэкІын хуейуэ унафэ яхуищІам йодаІуэ (Апост. 15:16, 17; Апок. 18:4). Абы нэмыщІ псэемыблэжу ахэр нэгъуэщІхэм ядоІэпыкъу дин нэпцІым къыхэкІыну. Аращи, Бабилэн къалэшхуэм къылъысыну гугъуехьышхуэхэм хуэдэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм яІэнукъым. Ауэ абыхэм я фІэщхъуныгъэр гъэунэхуапІэ ихуэнущ.

Ангелы наблюдают за тем, как полицейские подбегают к дому, где за столом собралась семья Свидетелей Иеговы

Иеговэ и лэжьакІуэхэр дэнэ щымыІами, Гогыр къащытеуэм деж, Алыхьым щыгугъынущ. (13-нэ абзацым феплъ.)e

13. 1) Гогым сыт къигъэлъагъуэр? 2) Иезекииль 38:2, 8, 9 зэритымкІэ, дапщэщ Армагеддон зауэр щыщІидзэнур?

13 Гогыр Алыхьым и лэжьакІуэхэм зэрытеуэнур. (Къеджэ Иезекииль 38:2b, 8, 9c.) Дин нэпцІхэр псори кІуэда иужь Алыхьым и лъэпкъращ къэнэнур, ар борэнышхуэм къела зы жыг закъуэм хуэдэнущ. Абы ШейтІаныр хуабжьу къигъэгубжьынущ. Иблисым и губжьыр Алыхьым и лэжьакІуэхэм ятрикъутэнущ жин бзаджэхэр къигъэсэбэпу. А жин бзаджэхэм пцІы къабгъэдэкІынущ, а пцІым лъэпкъ зэгухьэнухэр хуигъэушынущ Иеговэ и лэжьакІуэхэм теуэну (Апок. 16:13, 14). Библием зэрыжиІэмкІэ, лъэпкъ зэгухьэнухэр (коалиция наций) — ар «Магог щІыналъэм щыщ Гогыращ». Лъэпкъ зэгухьэнухэр Иеговэ и лъэпкъым теуа иужь Армагеддоныр щІидзэнущ (Апок. 16:16).

«МАГОГ ЩІЫНАЛЪЭМ ЩЫЩ ГОГЫР» КЪЫТТОУЭ

ДУНЕЙМ ТЕТ ЦІЫХУХЭМ ЯЩІЭНУР

Солдаты во время нападения Гога из Магога

(14-нэ абзацым феплъ.)

ИЕГОВЭ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭМ ЯЩІЭНУР

Во время нападения ангел защищает служителей Иеговы

(15-нэ абзацым феплъ.)

14. Гогым сыт къыгурыІуэнур?

14 Гогыр Іэщэ иІэмрэ и лъэщагъымрэ щыгугъынущ (2 Лет. 32:8). Ауэ дэ ди Алыхь Иеговэщ дызыщыгугъынур. Ар лъэпкъхэм акъылыншагъэу къащыхъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ялъэгъунущ лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Бабилэн къалэшхуэр «хьэщхьэвылъэмрэ» «бжьакъуипщІымрэ» зэрызэтракъутар икІи Бабилэным и тхьэхэм ар къызэрамыхъумэфар (Апок. 17:16). Абы къыхэкІкІэ Гогым и гугъэнущ тыншу текІуэныгъэр къихьыну. Ар Иеговэ и лъэпкъым «пшэ фІыцІэм хуэдэу» къыщхьэщыхьэнущ (Иез. 38:16). Ауэ куэд дэмыкІыу Гогым къыгурыІуэнущ къапхъэным зэрызригъэхуэжар, абы нэмыщІ езы Иеговэ зэрыпэщІэувар, япэм Хы Плъыжьым деж фирхьэуным ар къызэрыгурыІуам хуэдэу (Исх. 14:1—4; Иез. 38:3, 4, 18, 21—23).

15. Армагеддоным щыгъуэ сыт Хьисэ ищІэнур?

15 Хьисэрэ уафэм щыІэ и дзэмрэ Иеговэ и лъэпкъыр къахъумэнущ, абыхэм Гогым и дзэшхуэм кІэ къыхуагъэкІуэнущ (Апок. 19:11, 14, 15). Иеговэ и бий нэхъыщхьэр-щэ? Армагеддоным щыгъуэ лъэпкъхэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм теуэну хуэзыгъэушыну ШейтІаным сыт къыщыщІынур? Хьисэ ШейтІанымрэ жин бзаджэхэмрэ «щІылъэм и кууупІэу щІэ зимыІэм» щІидзэнущ икІи «илъэс миныр иухыху» щІигъэсынущ (Апок. 20:1—3).

АРМАГЕДДОНЫМ ДЫКЪЕЛЫН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

16. 1) Алыхьыр зэрытцІыхур дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур? 2) Иеговэ зэрытцІыхур Армагеддоным щыгъуэ дауэ сэбэп къызэрытхуэхъунур?

16 Пэжыр зэрытщІэрэ илъэс куэд щІами иджы дыдэ пэжыр къэтщІами, Армагеддоным дыкъелын щхьэкІэ Алыхьыр зэрытцІыхур икІи «Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфІым» дызэредаІуэр ІуэхукІэ къэдгъэлъэгъуэн хуейщ (2 Фес. 1:7—9). Алыхьыр пцІыхуным къикІыр — абы фІыуэ илъагъури, илъагъу мыхъури, къытхуигъэуври къыбгурыІуэныращ. Абы нэмыщІ абы хохьэ ар фІыуэ лъагъуныр, жиІэм едэІуэныр икІи абы фІэкІ нэгъуэщІым хуэмылэжьэныр (1 Ин. 2:3—5; 5:3). Алыхьыр зэрытцІыхур ІуэхукІэ къэдгъэлъагъуэу щытмэ, шэч къытедмыхьэми хъунущ езыми дыкъызэрицІыхум икІи къызэрытхуэарэзым (1 Кор. 8:3). Алыхьыр арэзы къытхуэхъумэ, дэ дыхэмыкІуадэу Армагеддоным дыкъелынущ.

17. «Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфІым» едэІуэным сыт къикІыр?

17 «Зиусхьэну Хьисэ теухуа хъыбарыфІым» хохьэ Хьисэ зыхуригъаджэу щыта псор (ахэр Алыхьым и Псалъэм итщ). Дэ а хъыбарыфІым додаІуэ Хьисэ зыхуригъаджэу щытам дытету дыпсэумэ. Дэ абы дызэредаІуэр къыдогъэлъагъуэ Иеговэ хуэлэжьэныр псом япэ идгъэщмэ, и хабзэхэр дгъэзащІэмэ икІи Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр дгъэІумэ (Мт. 6:33; 24:14). Абы нэмыщІ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм ирахьэкІ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэр ядэтІыгъын хуейщ (Мт. 25:31—40).

18. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм «нэгъуэщІ мэлхэр» къазэрыдэІэпыкъуам щхьэкІэ, фІыгъуэ хуащІэжыну дапщэщ Іэмал щаІэнур?

18 Куэд мыщІэу уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэм Іэмал яІэ хъунущ «нэгъуэщІ мэлхэр» къазэрыдэІэпыкъуам щхьэкІэ, фІыгъуэ хуащІэжыну (Ин. 10:16). Дапхуэдэу? Армагеддон зауэр щІидзэн ипэ 144 000-м щыщу къэнахэр Алыхьым уафэм дришеижынущ зэи мылІэжу игъащІэкІэ щыпсэун щхьэкІэ. Уафэм дришеижауэ хъуар уафэм щыІэ дзэм щыщ хъунущ икІи абыхэм Гогыр ягъэкІуэдынурэ, Алыхьым и лэжьакІуэ «пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІейр» къахъумэнущ (Апок. 2:26, 27; 7:9, 10). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ щІылъэм щыпсэуну къуэш, шыпхъухэр зэрыщыгуфІыкІыжынур уафэм дэкІуеижахэм зэрадэІэпыкъуауэ щытам!

МЫ ДУНЕЙМ И ИУЖЬРЕЙ МАХУЭХЭМ АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖУ ДЫКЪЭНЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭН ХУЕЙР?

19, 20. Армагеддоныр къэсыным дыпэплъэхукІэ, гъэунэхуапІэ дызыпэщІэхуэхэм емылъытауэ Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

19 Мы иужьрей махуэ гугъухэм Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр гъэунэхуапІэхэм пэщІохуэ. Ауэ дэ Алыхьым хуэпэжу дыкъанэу, гуфІэгъуэр тхъумэжыфынущ (Екъуб 1:2—4). Сыт дэ абыкІэ къыддэІэпыкъунур? ТхьэлъэІу гуащІэр (Лк. 21:36). Абы нэмыщІ махуэ къэс Библием дызэреджэр, дызэджам дызэрегупсысыр икІи куэд мыщІэу къэхъуну Библием итхэм куууэ дызэрегупсысыр (Пс. 77:12). А Іуэхугъуэхэр зэрытщІэр икІи хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру дызэрыхэтыр къыддэІэпыкъунущ ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну, гугъэри тфІэмыкІуэдыну.

20 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт Бабилэн къалэшхуэр зэтракъутэу, Армагеддоныр блэкІа иужь фэ гуфІэгъуэшхуэ фиІэнур! Абы нэмыщІ Алыхьым и цІэр гъэкъэбзэжа хъуа иужь икІи Алыхьым и тепщэныгъэр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр наІуэ хъуа иужь фызэрыгуфІэнум фегупсыс! (Иез. 38:23). Зэрытлъэгъуащи, Алыхьыр тцІыхумэ, и Къуэм дедаІуэмэ икІи икІэм нэс пэжу дыкъанэмэ, Армагеддоныр дыщІэгуфІэн Іуэхугъуэу щытынущ (Мт. 24:13).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Армагеддоныр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм иужь къыщыхъунур?

  • «Иджы гузэгъэгъуэ диІэщ, шынагъуэ зыри щыІэкъым» жаІэу ягъэІуну псалъэхэр цІыхухэм зэранышхуэ къахуэзыхьыну пцІыуэ сыт жыпІэ щІэхъунур?

  • Армагеддоныр къэсыным дыпэплъэхукІэ, Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

143-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр вгъэІу, Иеговэ фыпэплъэ

a Иеговэ и лэжьакІуэхэр куэд щІауэ Армагеддоным поплъэ. Мы статьям мыпхуэдэ упщІэхэм я жэуапхэр къыщытщІэнущ: Армагеддоныр сыт зищІысыр? Армагеддоныр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм иужь къэхъуну? Мы дунейм и иужьрей махуэхэм Алыхьым хуэпэжу дыкъэнэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

b Иезекииль 38:2: «ЦІыху лъэпкъым и къуэ, Меше́хрэ Фува́лрэ я пашэ нэхъыщхьэм, Магог щІыналъэм щыщ Гогым, зыхуэгъази къыщыщІынур жеІэ».

c Иезекииль 38:8, 9: «Махуэ куэд дэкІа иужь уэ гу къыплъатэнущ. Джатэм щыхъумауэ щыт, лъэпкъ куэдым къыхаша икІи куэд щІауэ нэщІу щыта Израилым и бгыхэм щызэхуашэса лъэпкъым и къэралым иужьрей илъэсхэм уэ укІуэнущ. А къэралым и лъэпкъыр нэгъуэщІ лъэпкъхэм къыхашащ икІи зы щхьэкІи мышынэу мэпсэу. Уэ Іэмал имыІэу укъэкІуэнущ. Борэнышхуэм хуэдэу укъэкІуэнущ. ЩІыр щІэзыхъума пшэ фІыцІэм ухуэдэнущ, уэри, уи дзэри, лъэпкъ куэд уигъусэхэри».

d СУРЭТЫР. Мы дунейм къыщыхъуну Іуэхугъуэхэр. Абы щыгъуэ дэ: 1) Іэмал диІэхукІэ хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтынущ, 2) адэкІи Библиер дджынущ, 3) Алыхьым дыщыгугъынущ.

e СУРЭТЫР. Алыхьым хуэлажьэ унагъуэр зыщІэс унэм полицэр щІэлъэдэну хьэзырщ. А унагъуэм щыщхэм быдэу я фІэщ мэхъу къэхъур Хьисэрэ и мелыІычхэмрэ зэращІэр.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын