21 Статьяр
«Мы зэманым и цІыхухэм акъылыфІагъэу жыхуаІэр» фи фІэщ фымыщІ
«Мы зэманым и цІыхухэм акъылыфІагъэу жыхуаІэр Тхьэм дежкІэ делагъэщ» (1 КОР. 3:19).
98-НЭ УЭРЭДЫР Писание вдохновлено Богом
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Алыхьым и Псалъэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
ДЭ СЫТ ХУЭДЭ гугъуехьми хэкІыпІэ къыхуэдгъуэтыфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ — ди «УщиякІуэшхуэщ» (Ис. 30:20, 21). Абы и Псалъэм Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр итщ, ахэр къэдгъэсэбэпу щытмэ, дэ тщыщ дэтхэнэ зыри «дэтхэнэ ІуэхуфІми хуэхьэзыру икІи хуэгъэпсауэ щытынущ» (2 Тим. 3:17). Библием ит щІэныгъэхэм мы дунейм и Іущагъыр пэжу къэзылъытэхэм нэхърэ нэхъ Іущ дащІ (1 Кор. 3:19; Пс. 119:97—100).
2. Сыт мы статьям къыщытщІэнур?
2 Мы статьям къыдгуригъэІуэнущ гуэныхь зыхэлъ ди Іэпкълъэпкъым и хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэр зэдгъэгъуэтыну мы дунейм и Іущагъым дызэрыхуигъэушыр. Аращи, дэ къару етхьэлІэн хуейщ и нэхъыбэ цІыхухэм яІэ еплъыкІэр зыхэдмылъхьэн щхьэкІэ икІи абыхэм я дуней тетыкІэм хуэдэ димыІэн щхьэкІэ. Библием ауэ сытми щыжыІакъым: «Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцІымкІэ, цІыхухэр щызыгъауэмкІэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкІыр... мы дунейм теухуауэ цІыхухэм яхэлъ гурыІуэныгъэу нэпцІыращ» (Кол. 2:8). Мы статьям дэ къыщытщІэнущ мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэ нэпцІхэм щыщу тІум дапхуэдэу заубгъуами. Абы нэмыщІ дэ тлъэгъунущ тІум щыгъуэми мы дунейм Іущагъыу илъытэр акъылыншагъэу къызэрыщІэкІар икІи Алыхьым и Іущагъым нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр.
ЗИНЭ ЩІЭНЫМ ТЕУХУАУЭ ЦІЫХУХЭМ ЯІЭ ЕПЛЪЫКІЭМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗИХЪУЭЖАР?
3, 4. XX-нэ лІэщІыгъуэм ипэхэм зинэ щІэным теухуауэ цІыхухэм яІэ еплъыкІэм дапхуэдэу зэрызихъуэжар?
3 XX-нэ лІэщІыгъуэм ипэхэм зинэ щІэным теухуауэ цІыхухэм яІэ еплъыкІэм зихъуэжащ. Япэм цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ нэчыхь яІэу щытмэщ зэгъусэ хъуну ябжу щыщытар икІи а темэм апхуэдэу цІыхухэр тепсэлъыхьтэкъым. Ауэ иужькІэ сытри ящІэ хъуну цІыхухэм апхуэдэ гупсысэкІэ мыхъумыщІэ яІэу хъуащ.
4 1920-нэ гъэхэм цІыхухэм я щытыкІэм куэдкІэ зихъуэжащ. Зы къэхутакІуэ гуэрым зэритхыжамкІэ, «фильмхэр, пьесэхэр, уэрэдхэр, тхылъхэр, рекламэр нэхъыбэу сексым тепсэлъыхьу хъуащ». А зэманым къежьа языныкъуэ къафэхэм цІыхухэр зинэ щІэным иригъэгупсысу икІи я щыгъынхэр нэхъ къемызэгъыу хъуащ. Библием зэритым хуэдэу, иужьрей махуэхэм цІыхухэм «загъэтхъэжыныр нэхъ къащтэу» хъуащ (2 Тим. 3:4).
Иеговэ и лъэпкъым мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэ мыхъумыщІэхэр зыхилъхьэкъым. (5-нэ абзацым феплъ.)c
5. 1960-нэ гъэхэм щыщІэдзауэ зинэ щІэным теухуауэ цІыхухэм яІэ еплъыкІэм дапхуэдэу зэрызихъуэжар?
5 1960-нэ гъэхэм щыщІэдзауэ цІыху нэхъыбэм нэчыхь ямыІэу зэдэпсэууэ щІадзащ, абы нэмыщІ цІыхухъуитІ е цІыхубзитІ зэгъусэныр икІи нэчыхь къутэжыныр тэмэму къалъытэу хъуащ. Иджы цІыхухэр зэплъым, зэджэм, зэдаІуэм икІи зыгъэпсэхукІэхэм зинэ щІэныр нэхъыбэу къыхэщ хъуащ. Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм сыт кърикІуар? Зы тхылъ гуэрым зэритымкІэ унагъуэхэр зэтекъутэу икІи куэдым гукъеуэ нэхъыбэ яІэу хъуащ, абы нэмыщІ щхьэгъусэншэу сабийр и закъуэу зыпІхэмрэ порнографием еплъыныр хьэл зыхуэхъуахэмрэ куэд хъуащ. Зинэ щІэным къыхэкІкІэ уз зэрыцІалэхэм зэрызаубгъум, псалъэм папщІэ СПИД-ым, къегъэлъагъуэ мы дунейм и Іущагъыр акъылыншагъэу зэрыщытыр (2 Пет. 2:19).
6. ШейтІаныр зыхуейр цІыхухэм нобэ ящІэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
6 Нэчыхь зиІэ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэну Алыхьым Іэмал яритащ. Нэчыхьыр Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэщ. Ауэ нобэ а тыгъэм цІыхухэм пщІэ хуащІкъым. Апхуэдэу зэрыщытым ШейтІаныр егъэгуфІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаныр зыхуей дыдэр цІыхухэм ящІэ (Еф. 2:2). ЦІыхухэм сабий яІэфыну Алыхьым тыгъэ яритар зинэ щІэным егъэпуд, абы нэмыщІ гъащІэ мыухыж яІэну цІыхухэм зэран къахуохъу (1 Кор. 6:9, 10).
БИБЛИЕР ЗИНЭ ЩІЭНЫМ ЗЭРЫХУЩЫТЫР
7, 8. Мы дунейм къытхипщэ еплъыкІэм елъытауэ, цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным теухуауэ Библием дызыхуигъасэ еплъыкІэр нэхъыфІу сыт жыпІэ щІэхъунур?
7 Мы дунейм Іущагъыу ибжыр пэжу зылъытэхэр Библием ит хабзэхэм щодыхьэшх, ахэр ди зэманым хуэмыкІуэу жаІэ. Языныкъуэхэм мыпхуэдэу жаІэ: «Зыгуэрым дригъусэну хъуэпсэныгъэ диІэу Алыхьым дыкъыщІигъэщІар сыт ди хъуэпсэныгъэхэм гъуэгу едмытынумэ?» Хъуэпсэныгъэ гуэр яІэмэ, ар ящІэн хуейуэ абыхэм ялъытэ. Ауэ Библием дызыхуригъаджэр нэгъуэщІщ: дэ хъуэпсэныгъэ гуэр диІэмэ, ар Іэмал имыІэу тщІэн хуейкъым икІи хъуэпсэныгъэ мыхъумыщІэхэм дебэныну тхузэфІэкІынущ (Кол. 3:5). Абы нэмыщІ Алыхьым цІыхухэм Іэмал яритащ зыгуэрым иригъусэну я Іэпкълъэпкъыр зыщІэхъуэпсыр зрагъэгъуэтыну — абы щхьэкІэ нэчыхьыр тыгъэу яритащ (1 Кор. 7:8, 9). Зэщхьэгъусэхэр зэгъусэну хуитщ икІи зинэ зыщІэхэм яІэ гурыщІэ Іейхэм хуэдэ яІэкъым, псалъэм папщІэ ящІам хущІегъуэжу, я напэр къеныкъуэкъуу щыткъым.
8 Мы дунейм къытхипщэ еплъыкІэм елъытауэ, цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэным еплъыкІэ тэмэм худиІэу Библием дегъасэ. Библием щыжыІащ цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэрызэгъусэм гуфІэгъуэ зэрыхахыфынур (Прит. 5:18, 19, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ауэ абы Алыхьым и лэжьакІуэхэр къыхуреджэ: «Тхьэр зыхуейр езыр зымыщІэ хамэ лъэпкъхэм ящыщ цІыхуу, зи гур зинэ мыхъумыщІэ Іуэхухэм щІэхъуэпсхэм фахуэмыдэу, гукъабзагъэкІэ, щІыхь хэлъу, фэ фщыщ дэтхэнэми езым и пкъым тепщэныгъэ хуиІэну арщ» (1 Фес. 4:4, 5).
9. 1) XX-нэ лІэщІыгъуэм ипэхэм дауэ Иеговэ и лъэпкъыр зэрыхуигъэушу щытар Тхыгъэ ЛъапІэм ит Іущагъым дзыхь хуищІыну? 2) 1 Иуан 2:15, 16 Іущагъ зыхэлъ сыт хуэдэ чэнджэщ итыр? 3) Рим 1:24—27 зэритымкІэ, дэ сытым зыпыІуддзын хуей?
9 XX-нэ лІэщІыгъуэм ипэхэм цІыхухэм яІэ хъуа еплъыкІэ мыхъумыщІэр Иеговэ и лъэпкъым зыхилъхьакъым (Еф. 4:19). Алыхьым и лэжьакІуэхэр абы и хабзэхэм зэрытетыным иужь итт. 1926-нэ гъэм, накъыгъэм и 15-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» щыжыІат «цІыхухъухэми цІыхубзхэми гупсысэ къабзэхэр яІэн зэрыхуейр икІи щытыкІэ къемызэгъхэр я зэхуаку дэлъын зэрыхуэмейр». Дунейм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр къыщымыхъуами Иеговэ и лъэпкъым абы и Псалъэм ит Іущагъым дзыхь хуищІт. (Къеджэ 1 Иуан 2:15, 16.) Дэ Библиер дызэриІэм щхьэкІэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ! Абы нэмыщІ Алыхьым и зэманым къыдит ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІ шхыныгъуэхэр лъапІэу долъытэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр къыддоІэпыкъу зинэ щІэным теухуауэ мы дунейм иІэ еплъыкІэ нэпцІыр зыхэдмылъхьэнуb. (Къеджэ Рим 1:24—27.)
ЦІЫХУХЭР Я ЩХЬЭМ ЗЭРЫХУЩЫТЫМ ДАПХУЭДЭУ ЗЭРЫЗИХЪУЭЖАР?
10, 11. Иужьрей махуэхэм теухуауэ сытыт Библием щытхауэ щытар?
10 Библием щытхауэ щытащ: «Мы дунейм и иужьрей махуэхэм... ...ЦІыхухэм езыхэм фІыуэ залъагъужынущ» (2 Тим. 3:1, 2). Абы къыхэкІкІэ дэ дгъэщІагъуэкъым цІыхухэм я щхьэр псом япэ ирагъэщыну мы дунейм зэрыхуигъэушыр. Зы энциклопедие гуэрым зэрыжиІэмкІэ, 1970-нэ гъэхэм «Уэ езым зыдэІэпыкъуж» жыхуиІэ тхылъхэр куэд хъуат. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм ухуагъэушт «уэ езым нэхъыфІу зыкъэпцІыхуу, узэрыщытыр тэмэму къэплъытэу, уи щхьэм урипагэну». Апхуэдэ зы тхылъым мыпхуэдэ псалъэхэр итт: «Уи щхьэр фІыуэ лъагъуж, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ псом нэхърэ унэхъыфІщ, унэхъ дахэщ икІи уэ нэхърэ нэхъ пщІэ зыхуэфащэ щыІэкъым». А тхылъым цІыхур къыхуриджэт «щхьэщэ зыхуищІыжыну», нэгъуэщІу жыпІэмэ «адрейхэм жаІэм емыдаІуэу, езым игу ирихьымрэ пэжу къилъытэмрэ тегъэщІауэ» унафэ ищІыну.
11 Абы фэ зыри фигу къигъэкІыжкъэ? ШейтІаным Хьэуа хуигъэушауэ щытащ апхуэдэу ищІэну. Абы Хьэуа жриІащ «Тхьэуэ фІымрэ емрэ зэхэзыщІыкІым хуэдэ» хъуну (ЩІэдз. 3:5). Ди зэманми цІыху куэдым апхуэдизкІэ я щхьэр фІыуэ ялъагъужри, шэч лъэпкъ къытрамыхьэу ахэр йогупсыс сытыр фІыми сытыр Іейми къыжраІэну зыри хуимыту. Уеблэмэ, Алыхьми апхуэдэ хуитыныгъэ имыІэу ялъытэ. Псом хуэмыдэу, ар къыхощ нэчыхьым цІыхухэр зэрыхущытым.
Алыхьым и лэжьакІуэр япэ дыдэу зэгупсысыр нэгъуэщІхэр зыхуэныкъуэращ, псом хуэмыдэу и щхьэгъусэм и Іуэхур япэ ирегъэщ. (12-нэ абзацым феплъ.)d
12. Мы дунейм тет цІыхухэм нэчыхьым теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ яІэр?
12 Алыхьым и Псалъэм зэщхьэгъусэхэм пщІэ зэхуащІыну икІи зэхуэпэжыну псалъэ ятам тетыжыну къыхуреджэ. Библием зэрыжиІэмкІэ, зэщхьэгъусэхэр зэи зэбгъэдэкІыжын хуейкъым. ЩІэдзапІэ 2:24 итщ: «ЛІыр адэ-анэм яхэкІынурэ, и фызым щІыгъуу, тІури зыпкъ хъунущ». Ауэ мы дунейм тет цІыхухэм нэгъуэщІ еплъыкІэщ яІэр: япэ дыдэу уи щхьэращ узэгупсысын хуейр. Зэщхьэгъусэхэр зэрызэбгъэдэкІыжым тепсэлъыхь зы тхылъ гуэрым мыпхуэдэу итщ: «Иныкъуэхэм деж щауэмрэ нысащІэмрэ щызэрышэкІэ зэхуэпэжыну псалъэ щатым деж „лІэныгъэм дызэбгъэдигъэкІыху“ жаІэным и пІэкІэ мыпхуэдэу жаІэ: „Ди лъагъуныгъэр ужьыхыжыху“». ЦІыхухэм нэчыхьым пщІэ зэрыхуамыщІым къыхэкІкІэ унагъуэ куэд мэлъэлъэж икІи куэдыр насыпыншэ мэхъу. Шэч хэмылъу, мы дунейр нэчыхьым зэрыхущытыр — акъылыншагъэщ.
13. Алыхьым цІыху пагэхэм сыт гущыкІ щІахуищІар?
13 Библием щыжыІащ: «Тхьэуэ Зиусхьэным хуищІащ гущыкІ цІыху пагэм» (Прит. 16:5, Гъэс.). Сыт щхьэкІэ? Абы и щхьэусыгъуэхэм щыщ зыщ цІыху пагэм и щхьэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъагъун щІидзэу, ШейтІаным хуэдэу зэрызыкъыфІэщІыжыр. Фегупсысыт: ШейтІаныр щыгугъащ уафэми щІылъэми щыІэ псор Алыхьым къигъэщІыну дэІэпыкъуа Хьисэ щхьэщэ къыхуищІыну (Мт. 4:8, 9; Кол. 1:15, 16). Алыхьым и еплъыкІэмкІэ, ШейтІаным хуэдэу зыкъызыфІэщІыжхэр акъылыншэщ!
ЦІЫХУХЭР Я ЩХЬЭМ ЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙМ ТЕУХУАУЭ БИБЛИЕМ СЫТ ЖИІЭР?
14. Ди щхьэм дызэрыхущытын хуейм теухуауэ Рим 12:3 сыт итыр?
14 Библием къыдгурегъаІуэ ди щхьэм дапхуэдэу дыхущытын хуейми. Абы щыжыІащ уи щхьэр фІыуэ плъагъужыным зыри Іей хэмылъу. Хьисэ жиІауэ щытащ: «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Мт. 19:19). Абы къыдгурегъаІуэ едмыгъэлейуэ ди щхьэр фІыуэ зэрытлъагъужын хуейр. Ауэ Библием итщ нэгъуэщІхэм нэхърэ нэхъыфІу зытлъытэжын хуэмейуэ. Абы щыжыІащ: «Зэщыхьэнми зыкъыфІэщІыжынми къахэкІауэ зыри фымыщІэ, нэгъуэщІ цІыхухэр фи щхьэр зэрыфлъытэжым нэхърэ нэхъ ину флъытэ фымыпагэу» (Флп. 2:3; къеджэ Рим 12:3).
15. Уи щхьэм узэрыхущытын хуейм теухуауэ Библием ит чэнджэщхэм Іущагъ зэрыхэлъыр сыт уи фІэщ зыщІыр?
15 Мы дунейм цІыху Іущу ялъытэхэм щыщ куэдыр уи щхьэм узэрыхущытын хуейм теухуауэ Библием ит чэнджэщхэм щодыхьэшх. Абыхэм я еплъыкІэмкІэ нэгъуэщІхэр дэр нэхърэ нэхъыфІу тлъытэу щытмэ, ираудыхыфын цІыху дохъу икІи адрейхэм зэрахуейм хуэдэу дыкъагъэсэбэпыфынущ. ШейтІаным и дунейм цІыхухэр щхьэхуещэу щытыну зэрыхуигъэушым сыт кърикІуар? Фегупсысыт: я щхьэр псом япэ изыгъэщ цІыхухэр насыпыфІэу пІэрэ? Абыхэм я унагъуэхэр-щэ? Апхуэдэ цІыхухэм ныбжьэгъу пэжхэр яІэ? Ахэр Алыхьым и ныбжьэгъуу щыт? Мы упщІэхэм уегупсыса иужь зэупщІыж: мы дунейм и Іущагъыра хьэмэрэ Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъыра узыщыгугъ хъунур?
16, 17. Сыт дэ Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІыр?
16 Мы дунейм цІыху Іущу ялъытэхэм дзыхь хуэзыщІхэр ебгъэщхь хъунущ гъуэгуанэ тету гъуэща цІыхум, ар езым хуэдэу гъуэща цІыхум здэкІуэнумкІэ йоупщІ. Хьисэ и зэманым псэуа цІыху «Іущхэм» щхьэкІэ жиІащ: «Мы фарисейхэр цІыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тІури мащэм ихуэнущ» (Мт. 15:14). Зэрытлъагъущи, мы дунейм и Іущагъыр Алыхьым и дежкІэ акъылыншагъэщ.
Алыхьым и лэжьакІуэхэм Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхэтар я гуапэу ягу къагъэкІыж. (17-нэ абзацым феплъ.)e
17 Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъ зыхэлъ чэнджэщхэр сытым дежи дэІэпыкъуэгъу хъууэ щытащ икІи ахэр адэкІи къыбдэІэпыкъунущ «цІыхухэм щыпкъагъэр ебгъэщІэнкІи, уегиинкІи, бгъэдэІуэнкІи, щыпкъагъэр зыхэлъ псэукІэр ебгъэщІэнкІи» (2 Тим. 3:16). Иеговэ и организацэр къигъэсэбэпу мы дунейм и Іущагъым дыщымыгугъыну дызэригъасэм щхьэкІэ ди гум фІыщІэшхуэ илъщ! (Еф. 4:14). Библием ит хабзэхэм дытетыну къару къытхэзылъхьэ шхыныгъуэхэр Алыхьым къыдет. Аращи, Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъым ди гъащІэ гъуэгур адэкІи иреунэтІ!
54-НЭ УЭРЭДЫР «Мис гъуэгур»
a Мы статьям нэхъыфІыжу къыдгуригъэІуэнущ псом нэхърэ нэхъыфІ чэнджэщхэр Иеговэ къызэрыдитым шэч къытетхьэн зэрыхуэмейр. Абы нэмыщІ статьям къыдигъэщІэнущ мы дунейм и Іущагъыр зи фІэщ хъу цІыхухэр насыпыншэу зэрыпсэур, ауэ Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъым дзыхь хуэзыщІхэм я гъащІэр насыпыфІэу зэрыщытыр.
c СУРЭТЫР. Мы сурэтхэм Иеговэ и Щыхьэт зы унагъуэм я гъащІэр зэрахьэкІар итщ. 1960-нэ гъэхэм и кІэхэм: къуэшымрэ шыпхъумрэ хъыбарыфІыр ягъэІу.
d СУРЭТЫР. 1980-нэ гъэхэм: цІыхухъур и щхьэгъусэ сымаджэм кІэлъоплъ, абыхэм я пхъу цІыкІур я гъусэщ.
e СУРЭТЫР. Ди зэманым: зи ныбжь хэкІуэта къуэшымрэ шыпхъумрэ Иеговэ зэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ къахуихьауэ щытахэр жраІэж балигъ хъуа я пхъумрэ абы и унагъуэмрэ.