ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Май н. 14—20
  • Лей зрахахэм уазэрыдэІэпыкъу хъунур

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Лей зрахахэм уазэрыдэІэпыкъу хъунур
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • СЫТ АХЭР ГУПСЭХУГЪУЭ ЩІЫХУЭНЫКЪУЭР?
  • ХЭТ АБЫХЭМ ГУПСЭХУГЪУЭ ЕЗЫТЫФЫНУР?
  • ДАПХУЭДЭУ АБЫХЭМ УАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУ ХЪУНУР?
  • Гупсэхугъуэ къыдэзыт Алыхьым и деж зыщывгъасэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Дауэ лъагъуныгъэрэ захуагъэрэ зэрыбгъэлъагъуэ хъунур зыгуэрым гуэныхь хьэлъэ щищІам деж?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Май н. 14—20

20 СТАТЬЯР

Лей зрахахэм уазэрыдэІэпыкъу хъунур (ІыхьиплІым и еплІанэр)

«Гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ Тхьэр арщ. Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ» (2 КОР. 1:3, 4).

134-НЭ УЭРЭДЫР Быныр — Иеговэ и тыгъэщ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) Дэ псори гупсэхугъуэ дызэрыхуэныкъуэр икІи нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ зэреттыфынур сыт хуэдэ щапхъэм къыхэщрэ? 2) Языныкъуэ сабийхэм сыт я нэгу щІэкІар?

ДЭ ПСОРИ гупсэхугъуэ дыхуэныкъуэщ икІи нэгъуэщІхэм гупсэхугъуэ еттыфыну Алыхьым дыкъигъэщІащ. Псалъэм папщІэ, сабийр джалэу и лъэгуажьэр триудыжамэ, ар гъыуэ и анэм е и адэм деж мажэ. Адэ-анэм сабийм и уІэгъэр занщІэу хуамыгъэхъужыфынуми, абы гупсэхугъуэ иратыфынущ. Абы къэхъуамкІэ йоупщІ, и нэпсхэр хуалъэщІ, ІэплІэ хуащІ, псалъэ ІэфІхэр, гуапэхэр жраІэ икІи и уІэгъэр хуагъэкъабзэри, хуапхэж. Иджы сабийр гъыжкъым, атІэ джэгун пещэж. Зэман докІри, уІэгъэр мэхъуж, пІэи къытенэжкъым.

2 Ауэ абы нэхърэ нэхъ уІэгъэшхуэхэри щыІэщ: языныкъуэ сабийхэм лей щрах къохъу. Апхуэдэу сабийм зэ къыщыщІынкІэ хъунущ, ауэ иныкъуэхэм деж илъэс бжыгъэкІэ сабийм лей щрах къохъу. Дауэ мыхъуами, лей зраха сабийм и гум уІэгъэшхуэ къытонэ. Иныкъуэхэм деж щІэпхъаджагъэ зыщІар къаубыдри ягъэтІыс. Ауэ абы тезыр къыщытемыхуи къохъу. ЩІэпхъаджагъэ зыщІар занщІэу яубыду ягъэтІысми, абы ищІа Іуэхугъуэм кърикІуа Іейм сабийм илъэс бжыгъэкІи зыкъригъэщІэнкІэ хъунущ, ар балигъ хъуа иужьи.

3. 2 Коринф 1:3, 4, зэритымкІэ, сыт Иеговэ и лэжьакІуэхэм яритыну зыхуейр? Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?

3 Сабийуэ лей зраха Алыхьым и лэжьакІуэхэм къащыщІам иджыри къыздэсым я гур щыхигъэщІ къохъу. Дапхуэдэу абыхэм дазэрыдэІэпыкъу хъунур? (Къеджэ 2 Коринф 1:3, 4.) Иеговэ и лэжьакІуэхэр лъапІэу елъытэ икІи ахэр зыхуэныкъуэ лъагъуныгъэмрэ дэІэпыкъуэгъумрэ яритыну хуейщ. Мы статьям упщІищ щызэпкърытхынщ: 1) Щысабийм лей къызытехьа цІыхур сыт гупсэхугъуэ щІыхуэныкъуэр? 2) Хэт абыхэм дэІэпыкъуфынур? 3) Дауэ абыхэм гупсэхугъуэ зэрептыфынур?

СЫТ АХЭР ГУПСЭХУГЪУЭ ЩІЫХУЭНЫКЪУЭР?

4, 5. 1) Сыт зыщыдгъэгъупщэ щІэмыхъунур лей къызэрырахам сабийр зэрыхущытымрэ лей къызэрырахам балигъыр зэрыхущытымрэ зэрызэмыщхьыр? 2) Сабийм лей къызэрырахам сыт кърикІуэнкІэ хъунур?

4 Сабийуэ лей зрахахэр илъэс бжыгъэ дэкІа иужьи гупсэхугъуэ щыхуэныкъуэ щыІэщ. Апхуэдэу щІыщытыр къыдгурыІуэн щхьэкІэ, лей къызэрырахам сабийр зэрыхущытымрэ лей къызэрырахам балигъыр зэрыхущытымрэ зэрызэмыщхьыр тщІэн хуейщ. АдэкІэ абы и щхьэусыгъуэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

5 ФІыуэ къызэралъагъур сабийхэм зыхащІэн хуейщ икІи зыпІхэм дзыхь хуащІу щытын хуейщ. Апхуэдэу щытмэ, ахэр къызэрахъумэр зыхащІэ икІи фІыуэ къэзылъагъухэм дзыхь хуащІу зрагъасэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, сабийм лей щрахыр и нэхъыбэм унагъуэращ икІи апхуэдэ щІэпхъаджагъэ зыщІэр и Іыхьлыхэм щыщ е унагъуэм и ныбжьэгъу гуэрщ. Абы къыхэкІкІэ сабийм зэи зыми дзыхь хуимыщІыжу хъункІэ хъунущ.

6. Сабийм лей къызэрырахар дапхуэдэу зэран къызэрыхуэхъур?

6 Сабийхэм захъумэжыну яхузэфІэкІкъым икІи сабийм лей ехыныр абы зэранышхуэ къыхуэхъу щІэпхъаджагъэ гущыкІыгъуэщ. Сабийр балигъ хъууэ унагъуэ зригъэгъуэтмэ, ар хуэхьэзырынущ и щхьэгъусэм иригъусэну. Ауэ щысабийм щыгъуэ, ар акъылкІи ІэпкълъэпкъкІи абы зэрыхуэмыхьэзырым къыхэкІкІэ, сабийм зинэ ищІэну е абы пыщІа Іуэху гуэрхэр ищІэну хэзыгъэзыхь цІыхум сабийм зэранышхуэ къыхуехь. Абы нэмыщІ сексым теухуауэ еплъыкІэ мытэмэм иІэу, езыр зыри иримыщІысу икІи цІыхухэми дзыхь яхуимыщІу къэтэджынкІэ хъунущ.

7. 1) ЩІэпхъаджагъэ зыщІэ цІыхухэм я дежкІэ сыт щІэмыгугъур сабийр къагъэпцІэну икІи дапхуэдэу абыхэм сабийхэр къызэрагъапцІэр? 2) Апхуэдэ пцІым сыт хуэдэ зэран къикІынкІэ хъунур?

7 Сабийхэм балигъхэм хуэдэу къэхъур къагурыІуэу, унафэ тэмэм ящІу, абы нэмыщІ зэран къахуэхъунур къагурыІуэу абы пэІэщІэ зыхуащІыфу щыткъым (1 Кор. 13:11). Абы къыхэкІкІэ щІэпхъаджагъэ зыщІэ цІыхухэм я дежкІэ гугъукъым сабийр къагъэпцІэну. Абыхэм сабийхэр езыхэр къуаншэу ирагъэгупсыс, къэхъуар абыхэм я щэхуу жраІэ, зыгуэрым жраІэжмэ, зыми и фІэщ мыхъуну икІи къыдэмыІэпыкъуну я фІэщ ящІыну хэтщ икІи балигъымрэ сабиймрэ апхуэдэ зэхущытыкІэ яку дэлъыныр къезэгъыу, абыкІэ ахэр фІыуэ зэрызэрылъагъур къагъэлъагъуэу жраІэ. Сабийм илъэс куэд хуеинкІэ хъунущ лей къезыхам жиІауэ хъуар пцІыуэ зэрыщытыр къыгурыІуэн щхьэкІэ. КъыщыщІам къыхэкІкІэ зыри иримыщІысу, фІейуэ, фІыуэ къалъагъуну икІи гупсэхугъуэ къратыну хуэмыфащэу егупсысу сабийр къэтэджынкІэ хъунущ.

8. Сыт дэ шэч къыщІытедмыхьэр гупсэхугъуэ хуэныкъуэхэм Иеговэ зэрыдэІэпыкъуфынум?

8 ГъэщІэгъуэнкъым сабийм лей кърахар зэман куэдкІэ иджыри зэран къызэрыхуэхъуфынур. А щІэпхъаджагъэ шынагъуэр дуней псом сабийхэм къащощІ. Абы къегъэлъагъуэ дэ мы дунейм и иужьрей махуэхэм дызэрыщыпсэур: Іыхьлыхэм «фІылъагъуныгъэ яІэжкъым» икІи «цІыху бзаджэхэми гъэпцІакІуэхэми я бзаджагъэм хагъахъуэ» (2 Тим. 3:1—5, 13). ШейтІаным и мурадхэр Іей дыдэщ икІи шынагъуэщ, цІыхухэм абы игу ирихьыр зэращІэр зэрытлъагъум ди гур хегъэщІ. Ауэ ШейтІанымрэ абы и лъабжьэ щІэтхэмрэ нэхърэ Иеговэ куэдкІэ нэхъ лъэщщ. Абы ШейтІаным ищІэ псор елъагъу. Шэч къытедмыхьэми хъунущ дэ гугъу дызэрехьыр Иеговэ къызэрыгурыІуэм икІи гупсэхугъуэ къызэрыдитыфынум. Дэ икъукІэ догуфІэ «гу зыгъэзагъэ псори къызыбгъэдэкІ Тхьэм» дызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ. «Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ дыхэтми, абы дигу егъэзагъэ. Тхьэм дигу зэригъэзагъэм хуэдабзэу, сыт хуэдэ гузэвэгъуэм хэт цІыхухэм ягу дгъэзэгъэн тлъэкІынущ дэри» (2 Кор. 1:3, 4). Хэт Иеговэ къигъэсэбэпыр гупсэхугъуэ хуэныкъуэхэм дэІэпыкъун щхьэкІэ?

ХЭТ АБЫХЭМ ГУПСЭХУГЪУЭ ЕЗЫТЫФЫНУР?

9. Псалом 27:10 къызэрыхэщымкІэ, адэ-анэхэм щІэпхъаджагъэм щамыхъума сабийхэм, дауэ Иеговэ зэрыдэІэпыкъур?

9 Иныкъуэхэм деж адэ-анэхэм къэхъур ящІэми, сабийр щІэпхъаджагъэм щахъумэну хэткъым икІи ипэкІэ зэрыжытІащи, сабийм фІыуэ ицІыху, дзыхь зыхуищІ гуэрым лей къыщрих къохъу. Апхуэдэм пэщІэхуахэр дгъэгушхуэну, псом хуэмыдэу хуэныкъуэщ. Псаломыр зытха Даут ищІэт Иеговэ зыми хуэмыдэу гупсэхугъуэ къызэрыритыфынур. (Къеджэ Псалом 27:10b.) Даут быдэу и фІэщ хъут унагъуэм лей къызытехьахэм Иеговэ адэ зэрыхуэхъур. Дауэ Иеговэ апхуэдэ цІыхухэм гупсэхугъуэ зэрыритыр? И лэжьакІуэ пэжхэр къегъэсэбэп. Зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр унагъуэ тхуохъу. Хьисэ жиІауэ щытащ: «Си Адэу уафэм щыІэр зыхуейр зыгъэзащІэр арщ сэ си къуэшри, си шыпхъури, си анэри» (Мт. 12:48—50).

10. Паул зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэныр езым зэригъэзащІэм теухуауэ сыт итхар?

10 Зэхуэсыр унагъуэм дапхуэдэу зэрещхьыр? Апостол Паул зэхуэсым и нэхъыжьу щытт икІи абы и къалэныр Алыхьым хуэпэжу, къарууэ иІэр ирихьэлІэу игъэзащІэт. Абы адрейхэм щапхъэфІ яригъэлъагъут, уеблэмэ, ар Алыхьым хуигъэушащ мыпхуэдэу зэхуэсым хуитхыну: «Мэссихь и лъэужьым сызэрырикІуэм хуэдэу, фэри си лъэужьым фрикІуэ» (1 Кор. 11:1). Гу лъыптэ хъунущ Паул зэхуэсым и нэхъыжьым и къалэныр езым зэригъэзащІэм теухуауэ итхам: «Анэр и сабийхэм фІыкІэ зэрадэгъуэгурыкІуэм хуэдэу, дэри фІыкІэ дывдэгъуэгурыкІуащ» (1 Фес. 2:7). Анэм и сабийр фІыуэ зэрилъагъум хуэдэу, ди зэманми зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библиер къагъэсэбэпурэ гупсэхугъуэ зыхуэныкъуэхэм гуапэу, щабэу доІэпыкъу.

Духовно зрелая христианка утешает сестру, которая страдает от душевной боли

Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъухэр гугъу ехьхэм дэІэпыкъуфынущ. (11-нэ абзацым феплъ.)e

11. Лей зраха цІыхум зэхуэсым и нэхъыжьхэм нэмыщІ нэгъуэщІхэми гупсэхугъуэ иратыфыну сыт жыпІэ щІэхъунур?

11 Лей зраха цІыхум зэхуэсым и нэхъыжьхэм я закъуэкъым гупсэхугъуэ езытыфынур. Ар дэ псоми ди къалэнщ, Библием итщ: «Зым адрейр ирегъэгушхуэ» (1 Фес. 4:18). Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъухэр гупсэхугъуэ зыхуэныкъуэ шыпхъухэм дэІэпыкъуфынущ. Гу лъыптэ хъунущ: Иеговэ зригъэщхьащ зи къуэр тезыгъэу анэм (Ис. 66:13). Библием итщ гупсэхугъуэ хуэныкъуэхэм дэІэпыкъуу щыта цІыхубзхэм я щапхъэ (Иов 42:11). Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъухэр гуныкъуэгъуэ зиІэ шыпхъухэм зэрыдэІэпыкъур Иеговэ щилъагъум деж, хуабжьу мэгуфІэ! Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъум елъэІункІэ хъунущ гупсэхугъуэ зыхуэныкъуэ шыпхъум дэІэпыкъунуc.

ДАПХУЭДЭУ АБЫХЭМ УАЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУ ХЪУНУР?

12. Сыт дызыхуэсакъын хуейр?

12 ДауикІ, дэ дысакъын хуейщ цІыхум жиІэну зыхуэмей, ди Іуэху зыхэмылъ гуэрымкІэ демыупщІын щхьэкІэ (1 Фес. 4:11). Ауэ гупсэхугъуэ зыхуэныкъуэхэм дэ дадэІэпыкъуфынущ. Дапхуэдэу? Библием тегъэщІауэ чэнджэщитху зэпкърытхынщ.

13. 1 Царей 19:5—8 зэритымкІэ, сыт Иеговэ и мелыІычым Иляс щхьэкІэ ищІар икІи дауэ дэ абы щапхъэ зэрытетх хъунур?

13 ІуэхукІэ фадэІэпыкъу. Иляс бегъымбарыр яукІыну къызэралъыхъуэм щхьэкІэ зигъэпщкІун хуей хъуат. Абы и гур апхуэдизкІэ иудати, ар лІэну хуейт. Иеговэ зэфІэкІышхуэ зиІэ мелыІыч и бегъымбарым хуигъэкІуащ ар зыхуэныкъуэр хуищІэну. МелыІычым Иляс шхын хуабэ хуигъэхьэзырри, шхэну жриІащ. (Къеджэ 1 Царей 19:5—8d.) Мы Іуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ зиІэ зы гупсысэ къыдгурегъаІуэ: иныкъуэм деж фІы тщІар мащІэ дыдэу щытми, абы цІыхум и деж мыхьэнэшхуэ иІэнкІэ хъунущ. ЦІыхум шхын хуэтпщэфІ хъунущ, зы тыгъэ гуэр е открыткэ гуэр етт хъунущ. Абы и фІыгъэкІэ гупсэхугъуэ зыфІэкІуэда ди къуэшым е ди шыпхъум фІыуэ зэрытлъагъур икІи дыдэІэпыкъуну дызэрыхуейр зыхищІэнущ. ЦІыхум и гум илъым, и гурыщІэхэм теухуауэ депсэлъэну ди дежкІэ мытыншу щытмэ, дэ абы ІуэхукІэ дыдэІэпыкъуфынущ.

14. Иляс къыщыщІам сытым дыхуигъасэрэ?

14 Зы щхьэкІи мышынэну икІи мыгузэвэну фадэІэпыкъу. Иляс къыщыщІам дэ иджыри зыгуэрым дыхуегъасэ. Иеговэ и къару лъапІэмкІэ абы дэІэпыкъуащ Хорив бгым нэс дэлъ гъуэгуанэ кІыхьыр зэпичыну. ЛІэщІыгъуэ куэд ипэ, а щІыпІэм Иеговэ и лъэпкъым зэгурыІуэныгъэ щрищІылІауэ къыщІэкІынщ. А щІыпІэ жыжьэм кІуа иужь Иляс и жагъуэгъухэм пэжыжьэ хуэхъуати, зы щхьэкІи шынэжтэкъым. Сытым абы дыхуигъасэрэ? Лей зраха цІыхум гупсэхугъуэ еттыну дыхуеймэ, япэщІыкІэ ар зы щхьэкІи мышынэну икІи мыгузэвэну дыдэІэпыкъун хуейщ. Псалъэм папщІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыщагъэгъупщэн хуейкъым языныкъуэхэм я дежкІэ нэхъ тыншу зэрыщытыр дыщызэхуэс Унэм щызэмыпсалъэу, езым и унэм шей ефэу щызэпсалъэмэ. Ауэ нэгъуэщІым дыщызэхуэс Унэм щызэпсэлъэну нэхъ къищтэнкІэ хъунущ.

Двое старейшин навещают удрученную сестру. По ее просьбе на встречу пришла христианка, которая ее поддерживает

Уи гум къыбгъэдэкІыу гулъытэ пщІымэ, Алыхьым лъэІу гуащІэкІэ зыхуэбгъазэмэ, фІыуэ узэгупсыса псалъэхэр жыпІэмэ, зигу иудахэм гупсэхугъуэ ептыжыфынущ. (15—20-нэ абзацхэм феплъ.)f

15, 16. ЦІыхум фІыуэ дызэредаІуэр дауэ зэредгъэлъэгъуфынур?

15 ЖаІэм фІыуэ федаІуэ. Библием итщ: «ДэІуэнкІэ хэти щІэхыу ирехьэзыр, ауэ щІэх иремыпсалъэ» (Екъуб 1:19). ЦІыхум жиІэм фІыуэ дедэІуэфу пІэрэ? Дэ ди гугъэнкІэ хъунущ цІыхум и гъусэу ущысмэ, абы уеплъмэ икІи зыри жомыІэу жиІэм уедаІуэмэ, абыкІэ зэфІэкІауэ. Ауэ цІыхум жиІэм фІыуэ уедэІуэным нэхъыбэ хохьэ. Псалъэм папщІэ, Иляс и гурыщІэхэр Иеговэ щыхуиІуэтам щыгъуэ, ар абы фІыуэ едэІуащ. Иеговэ къыгурыІуэт Иляс зэрышынэр, и закъуэу къызэрыщыхъур икІи Алыхьым зэрыхуэлажьэм мыхьэнэ имыІэу зэригугъэр. Лъагъуныгъэ хэлъу Алыхьыр абы дэІэпыкъуащ и гурыщІэхэм пэлъэщыну. Иеговэ Иляс и псалъэхэр къызэрыгурыІуэр къигъэлъэгъуащ (1 Цар. 19:9—11, 15—18).

16 И гум илъымкІэ зыгуэр къыщыддэгуашэм деж, абы гущІэгъу зэрыхуэтщІыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур? Иныкъуэм деж куэд жыдмыІэми, гуапэу, щабэу жытІэ псалъэхэм къагъэлъэгъуэнущ цІыхум и гурыщІэхэр къызэрыдгурыІуэр. Мыпхуэдэу жыпІэ хъунущ: «ЖыпІэхэм си гур егъэуз! Іей дыдэщ сабийм апхуэдэу къыщыщыщІым деж!» ЦІыхум жиІэр тэмэму къыбгурыІуэрэ къыбгурымыІуэрэ зэхэбгъэкІын щхьэкІэ упщІэ епт хъунущ. Псалъэм папщІэ: «КъомыхьэлъэкІмэ, кхъыІэ къызгурыгъаІуэ зи гугъу пщІыр» е «Пэжу къызгурыІуауэ пІэрэ, уэ зи гугъу пщІыр мыра?..» Апхуэдэ псалъэхэм я фІыгъэкІэ цІыхум зыхищІэнущ абы фІыуэ дызэредаІуэр икІи и гурыщІэхэр къыдгурыІуэну дызэрыхуейр (1 Кор. 13:4, 7).

17. Зэпыдмыуду, шыІэныгъэ тхэлъу цІыхум дыщІедэІуэн хуейр сыт?

17 ЦІыхур зэпывмыуд чэнджэщ ефтын щхьэкІэ е зырыщыуэр къыгурывгъэІуэн щхьэкІэ. ШыІэныгъэ фхэлъу федаІуэ! Иляс и гурыщІэхэр Иеговэ щыхуиІуатэм щыгъуэ и гум илъ узыр, и гуауэр къызыхэщ псалъэхэр жиІащ. Абдежым Иеговэ Иляс и фІэщхъуныгъэр игъэбыдащ. Абы иужь бегъымбарым аргуэру и гурыщІэхэр Алыхьым хуиІуэтащ — къытригъэзэжри а псалъэ дыдэхэр иджыри зэ жиІэжащ (1 Цар. 19:9, 10, 13, 14). Сытым абы дыхуигъасэрэ? ЦІыхум мызэ-мытІэу къытригъэзэжурэ жиІа псалъэхэр аргуэру къыджиІэжмэ, Иеговэ щапхъэ тетхыу, шыІэныгъэ тхэлъу абы дедэІуэн хуейщ. Гугъуехьым зэрыпэлъэщын чэнджэщхэр епт нэхърэ и гуауэр зэрызыхэпщІэр икІи гущІэгъу зэрыхуэпщІыр къыгурыбгъаІуэмэ нэхъыфІщ (1 Пет. 3:8).

Старейшина молится за сестру, которая страдает от душевной боли; другой старейшина и духовно зрелая сестра слушают его молитву

18. Гупсэхугъуэ зыхуэныкъуэхэм ди тхьэлъэІухэр дауэ дэІэпыкъуэгъу зэрахуэхъуфынур?

18 Я гъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. ЦІыхум и гур иудауэ щыщытым деж, къегугъуэкІынкІэ хъунущ Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзэну. Иеговэ епсэлъэну хуэмыфащэу къыщыхъункІэ хъунущ абы. Апхуэдэ цІыхум гупсэхугъуэ игъуэтыжын щхьэкІэ, и гъусэу Алыхьым лъэІукІэ зыхуэбгъазэ хъунущ икІи а цІыхум и цІэр лъэІум хэбгъэхьэ хъунущ. Иеговэ жепІэ хъунущ а цІыхур уэри зэІущІэми фІыуэ зэрыфлъагъур. Абы нэмыщІ Иеговэ иджыри уелъэІу хъунущ и лэжьакІуэ лъапІэм гупсэхугъуэ иритыну. ЦІыхум и гукъеуэр апхуэдэ тхьэлъэІум щхьэщихыфынущ (Екъуб 5:16).

19. ЦІыхум гупсэхугъуэ къезытыжын псалъэхэр къэдгъуэтын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

19 ЦІыхум гупсэхугъуэ ефтын щхьэкІэ жыфІэну псалъэхэм фегупсыс. Узэмыгупсыса псалъэм уеуІэ, псалъэ гуапэм уегъэхъуж (Прит. 12:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Аращи, Иеговэ фелъэІу гупсэхугъуэ къозытыж псалъэ гуапэхэр къэвгъуэтыну. Зыщывмыгъэгъупщэ: Библием ит Иеговэ жиІа псалъэхэм нэхърэ нэхъ къару зыщІэлъ зыри щыІэкъым (Евр. 4:12).

20. Лей зраха языныкъуэ цІыхухэм сыт хуэдэ гупсысэхэр ягу къэкІрэ икІи дауэ абыхэм дазэрыдэІэпыкъуфынур?

20 Лей зрахар егупсысынкІэ хъунущ зыри иримыщІысу, фІейуэ, зыми фІыуэ къамылъагъуу икІи фІыуэ къалъагъуну хуэмыфащэу. Ауэ ар пцІыщ! Библием итыр къэвгъэсэбэпурэ, Иеговэ фІыщэу зэрилъагъур абыхэм къагурывгъаІуэ. («Гупсэхугъуэ къозытыж Тхыгъэ ЛъапІэм ит пычыгъуэхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) ФщІэжрэ, Даниил бегъымбарым и гур иудауэ къару щимыІэжым щыгъуэ, Алыхьым и мелыІычыр къызэрыдэІэпыкъуауэ щытар? Иеговэ хуейт абы и дежкІэ Даниил цІыху лъапІэу зэрыщытыр къригъэщІэну (Дан. 10:2, 11, 19). Зи гур иуда къуэш, шыпхъухэри Иеговэ и дежкІэ лъапІэщ!

Гупсэхугъуэ къозытыж Тхыгъэ ЛъапІэм ит пычыгъуэхэр

Лей зраха цІыхум гупсэхугъуэ ептыну къыбдэІэпыкъун едзыгъуэ куэд Библием итщ. ИщІагъымкІэ абыхэм щыщ языныкъуэхэр къыщыхьащ. Библием щыщ пычыгъуэхэм иужь ар къыбгурызыгъаІуэ псалъэуха е зыгуэрым и псалъэ итщ. Ахэр къыбдэІэпыкъунущ цІыхум гупсэхугъуэ зэрептынур къыбгурыІуэну.

Сестра читает Библию

ИОВ 34:22—28

Иныкъуэхэм деж дэ къытщыхъункІэ хъунущ щІэпхъаджагъэ зыщІам псори къыхуэгъуу. Ауэ щІэпхъаджагъэ зыщІам Алыхьым зыщигъэпщкІуфынукъым икІи лей зрахахэм я гум илъ узыр Иеговэ елъагъу. Иеговэ захуагъэр зэрызэтригъэувэжынум шэч къызэрытедмыхьэр къыддэІэпыкъунущ гупсэхугъуэ зэдгъэгъуэтыжыну.

ПСАЛОМ 62:8

«Мы едзыгъуэм зэритым хуэдэу, сэ Иеговэ си гум илъыр хуэсІуэтащ, гупсэхугъуэ къызитыну икІи си гупсысэхэмрэ си гурыщІэхэмрэ сыпэлъэщыну къыздэІэпыкъуну селъэІуащ. Зэпымыууэ Иеговэ лъэІукІэ зэрызыхуэзгъазэм и фІыгъэкІэ гупсэхугъуэрэ гузэгъэгъуэрэ сиІэ хъуащ» (илъэсибгъу щыхъум лей зраха зэхуэсым и нэхъыжь). (Абы нэмыщІ феплъ Псалом 56:8—13.)

ИСАИЯ 41:10, 13

Мы едзыгъуэхэм къыдгурагъаІуэ Иеговэ лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ, къытхуэсакъ ди Адэу зэрыщытыр икІи ар гугъу ехь и лэжьакІуэхэм дэІэпыкъуну зэрыхьэзырыр. Дуней псом тет Алыхьым и лэжьакІуэхэм Иеговэ апхуэдэу зэрыщытыр ягъэунэхуащ, лей зрахахэри абыхэм яхэту.

ИСАИЯ 32:1, 2

«Сэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм къыздэІэпыкъуну захуэзгъэзат. Ахэр мызэ-мытІэу къызэпсэлъащ, гулъытэ къысхуащІащ икІи жысІэм фІыуэ едэІуащ. Си гъусэу икІи сэр щхьэкІэ абыхэм Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэт» (илъэсих щыхъум лей зраха ди шыпхъу).

1 КОРИНФ 13:4, 7

Мы едзыгъуэхэр фи гум ивгъэлъ цІыхум лей зэрырахар къыщывжиІэжым деж. Абы жиІэр фи фІэщ мыхъуу е шэч къытефхьэу къыщызыгъэхъун псалъэхэр жывмыІэ. ЩІэпхъаджагъэ зыщІа языныкъуэхэм сабийхэм я фІэщ ящІ къэхъуар зыгуэрым жраІэжу щытми, зыми и фІэщ мыхъуну. ИкІи языныкъуэ сабийхэм апхуэдэ гупсысэкІэ яІэу къотэдж. Аращи, цІыхум и гурыщІэхэр къызэрывгурыІуэным икІи гупсэхугъуэ зэрефтыжыным иужь фит.

2 КОРИНФ 10:4, 5

ЩІэпхъаджагъэ зыщІам жиІа псалъэхэр сабийм и фІэщ хъункІэ хъунущ, ауэ цІыхум куууэ и гум илъ ШейтІаным къыбгъэдэкІ пцІыр Алыхьым и Псалъэм зэтрикъутэфынущ.

1 ИУАН 3:19, 20

Ди гум дигъэкъуаншэу щытмэ, зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: «Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ икІи псори ещІэ». Библием къыдгурегъаІуэ Иеговэ дэ лъапІэу дызэрилъытэр.

«Приближайся к Иегове» тхылъым и 24-нэ псалъащхьэм феплъ.

21. Зи гуэныхьым хущІемыгъуэжхэм сыт къащыщІынур икІи а зэманыр къэсыху сыт дэ тщІэ хъунур?

21 Къуэш, шыпхъухэр щыдгъэгушхуэм деж, Иеговэ ахэр фІыуэ зэрилъагъур къагурыдогъаІуэ. Абы нэмыщІ зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Иеговэ — захуагъэр зэтезыгъэувэж Алыхьу зэрыщытыр. Иеговэ гу зылъимытэ зы щІэпхъаджагъи къэхъукъым. Абы псори елъагъу икІи зи гуэныхьым хущІемыгъуэжхэм тезыр ятримылъхьэу къигъэнэнукъым (Чис. 14:18). Аращи, а зэманыр къэсыху лей зрахахэм дадэІэпыкъун хуейщ. ШейтІанымрэ абы и дунеймрэ я зэран зэкІахэм я гум телъ уІэгъэхэр Иеговэ зэригъэхъужынур пщІэну сыту гупсэхугъуэ! Куэд мыщІэу ди гур зыгъэуз гукъэкІыжхэр ди гуми ди акъылми илъыжынукъым (Ис. 65:17).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Сабийуэ лей зрахахэр илъэс бжыгъэ дэкІа иужьи сыт гупсэхугъуэ щІыхуэныкъуэр?

  • Хэт абыхэм дэІэпыкъуфынур?

  • Дауэ абыхэм гупсэхугъуэ зэрептыфынур?

109-НЭ УЭРЭДЫР «Гу къабзагъэкІэ фІыуэ фызэрылъагъу»

a Сабийуэ лей зрахахэр илъэс бжыгъэ дэкІа иужьи гупсэхугъуэ щыхуэныкъуэ щыІэщ. Апхуэдэу щІыщытыр мы статьям къыдгуригъэІуэнущ. Абы нэмыщІ дэ дытепсэлъыхьынущ лей зрахахэм гупсэхугъуэ хэт иритыжыфынуми икІи дапхуэдэу абыхэм дадэІэпыкъу хъунуми.

b Псалом 27:10: «Си адэми си анэми сыкъагъанэми, Иеговэ зэи сыкъигъэнэнукъым».

c Лей зраха цІыхум гупсэхугъуэ зримыгъэгъуэтыжыфу щытмэ, дохутырым зыхуигъэзэнрэ зыхуимыгъэзэнрэ езым унафэ ещІыж.

d 1 Царей 19:5—8: «ИкІэм-икІэжым ар гъуэлъри ракитник щІагъым щыжеящ. Ауэ абдежым мелыІычыр абы еІусэри жриІащ: „Къэтэдж, шхэ“. Иляс плъэри илъэгъуащ — и щхьэм и гъунэгъуу мывэ плъахэм щІакхъуэ телът, кхъуэщыным псы иту абы къыбгъэдэтт. Ар шхэщ, ефэри аргуэру гъуэлъыжащ. Зэман гуэр дэкІа иужь Иеговэ и мелыІычыр етІуанэу къэкІуащ, абы еІусэри жриІащ: „Къэтэдж, шхэ, армыхъумэ гъуэгуанэ утеувэну къару уиІэнукъым“. Абдежым Иляс къэтэджащ, шхащ икІи ефащ. А ерыскъымкІэ абы къару зригъэгъуэтыжри Алыхь пэжым и бгы Хоривым нэсыху махуэ плІыщІрэ жэщ плІыщІкІэ кІуащ».

e СУРЭТЫР. Зи гур иуда шыпхъур Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ шыпхъум егъэгушхуэ.

f СУРЭТЫР. Зигу къыдэмыж шыпхъум деж зэхуэсым и нэхъыжь къуэшитІ къэкІуащ. Хъыджэбзыр къыдэІэпыкъу шыпхъум елъэІури, я гъусэу щысыну къигъэкІуащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын