Иеговэ и гупсысэкІэ, хьэмэрэ мы дунейм и гупсысэкІэ фиІэр?
«Мы лъэхъэнэм и хабзэхэм Іэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу» (РИМ 12:2).
1, 2. 1) Зыщысхьыжыну Петр къыщыжриІам щыгъуэ, Хьисэ сыт хуэдэ жэуап иритыжар? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) Сыт Хьисэ апхуэдэ жэуап щІритыжар?
ХЬИСЭ и лъэужь ирикІуэхэм зэхахар я фІэщ яхуэщІтэкъым. Ахэр щыгугът Хьисэ Израилым и пащтыхьыгъуэр зэтригъэувэжыну. Ауэ Хьисэ абыхэм яжриІащ куэд мыщІэу гугъу зэрехьынур икІи зэрылІэнур. Ар щызэхихым Петр жиІащ: «Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ [«зыщысхьыж», ДЩІ]. Ар къыпщыщІ хъунукъым». Хьисэ Петр зыкъыхуигъазэри жриІащ: «ЗбгъэдэкІ, шейтІан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкІэр Тхьэм и гупсысэкІэу щыткъым, атІэ цІыхум и гупсысэкІэщи» (Мт. 16:21—23; Апост. 1:6).
2 АбыкІэ Хьисэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым и гупсысэкІэмрэ ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ дунейм щыпсэу цІыхухэм я гупсысэкІэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр (1 Ин. 5:19). Петр и псалъэхэм къыхэщт мы дунейм куэдым яІэ щхьэхуещагъэ зыхэлъ гупсысэкІэр. Ауэ Хьисэ ищІэт и Адэм нэгъуэщІ гупсысэкІэ зэриІэр. Алыхьыр хуейт Хьисэ къыпэщылъ гугъуехьхэмрэ лІэныгъэмрэ зыхуигъэхьэзырыну. Хьисэ и жэуапым къигъэлъэгъуащ, абы мы дунейм и гупсысэкІэм зэрызыпыІуидзыр икІи Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ иІэну зэрыхущІэкъур.
3. Мы дунейм и гупсысэкІэм хуэдэ къэпщтэну сыт щІэтыншыр?
3 Дэ ттеухуауэ сыт жыпІэ хъунур? Хэт и еплъыкІэ дэ диІэр — Алыхьым и еплъыкІэ, хьэмэрэ мы дунейм и еплъыкІэ? Дэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэм, къарууэ диІэр идохьэлІэ Алыхьыр зыхуейр дгъэзэщІэн щхьэкІэ. Ауэ сыт хуэдэ гупсысэкІэ дэ диІэр? Иеговэ и еплъыкІэмрэ и гупсысэкІэмрэ хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтыным дыхущІэкъурэ? Абы къаруушхуэ епхьэлІэн хуейщ. Ауэ мы дунейм и гупсысэкІэм хуэдэ къэпщтэну тынш дыдэщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, мы дунейм и гупсысэкІэ Іейм дэни ущрохьэлІэ (Еф. 2:2). Абы нэмыщІ апхуэдэ гупсысэкІэм ди гур зыщІэхъуэпс Іуэхугъуэхэр тщІэну дыхуегъэушри, гугъущ абы упэщІэтыну.
4. 1) Мы дунейм и еплъыкІэр зэран зыхуэдгъэхъумэ, сыт къэхъунур? 2) Мы статьяр сыт зытепсэлъыхьынур?
4 Мы дунейм и еплъыкІэр зэран зыхуэдгъэхъумэ, щхьэхуещэ дыхъунущ икІи дэ езым фІымрэ Іеймрэ зэхэдгъэкІыну дыхуеинкІэ хъунущ (Мк. 7:21, 22). Аращ цІыхухэр зэрыгупсысэм хуэдэу дымыгупсысэу, Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр. Мы статьям щызэпкърытхынур абыкІэ къыддэІэпыкъунущ. Дэ къэтщІэнущ Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтыр ди хуитыныгъэм зэран зэрыхуэмыхъур, атІэ дэ ар сэбэп къызэрытхуэхъур. ИкІи апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур мы статьям къыдгуригъэІуэнущ. Абы нэмыщІ дытепсэлъыхьынущ мы дунейм и гупсысэкІэр зэран зыхуэдмыгъэхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейми. КъыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ Алыхьыр Іуэху зэмылІэужьыгъуэхэм зэреплъыр икІи апхуэдэ еплъыкІэ зэрызэдгъэгъуэтынур.
АЛЫХЬЫМ И ГУПСЫСЭКІЭМ ХУЭДЭ ЗЭДГЪЭГЪУЭТЫНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ИІЭЩ
5. Сыт языныкъуэ цІыхухэм щІафІэмыфІыр я гупсысэкІэр зыгуэрым ихъуэжыну щыхэтым деж?
5 Языныкъуэ цІыхухэм яфІэфІкъым я гупсысэкІэр зыгуэрым ихъуэжыну щыхэтым деж. Абыхэм жаІэ: «Сэ езым щхьэ сфІэтщ». А псалъэхэмкІэ апхуэдэ цІыхухэм жаІэну яхуейуэ къыщІэкІынщ езыхэм унафэ зэращІыжыр икІи апхуэдэ хуитыныгъэ зэраІэр. Ахэр хуейкъым нэгъуэщІхэм унафэ къыхуащІыну икІи псоми ещхьу щымыту, адрейхэм къащхьэщыкІыну хуейщa.
6. 1) Иеговэ сыт хуэдэ хуитыныгъэ къыдитар? 2) А хуитыныгъэм гъунэ имыІэу щыт?
6 Ауэ дэ дышынэн хуейкъым Алыхьым и еплъыкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэта иужь дэ езым ди еплъыкІэ димыІэну. 2 Коринф 3:17 щыжыІащ: «Иеговэ и къару лъапІэр здэщыІэм хуитыныгъэри щыІэщ» (ДЩІ). Сыт хуэдэ цІыхуу дыщытынуми къыхэтхыну дэ хуитыныгъэ диІэщ. Дэтхэнэ зыми дигу ирихьри, тфІэфІри, тфІэгъэщІэгъуэнри зэхуэдэкъым. Апхуэдэ хуитыныгъэ диІэу Иеговэ дыкъигъэщІащ. Ауэ а хуитыныгъэм гъунэ имыІэу щыткъым. (Къеджэ 1 Пет. 2:16.) Іеймрэ фІымрэ щызэхэдгъэкІым деж, Иеговэ хуейщ Библием ит гупсысэхэр къэдгъэсэбэпыну. Апхуэдэу тщІэмэ, ар ди хуитыныгъэм зэран хуэхъурэ, хьэмэрэ и сэбэп къыдэкІрэ?
7, 8. Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтмэ, ар ди хуитыныгъэм зэран хуэхъуну сыт жыпІэ щІэмыхъунур? Щапхъэ къэфхь.
7 Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Адэ-анэхэр хущІокъу я сабийхэм хьэл-щэныфІхэр яхэлъу, цІыху тэмэму дунейм тетын хуэдэу къагъэтэджыну. Ахэр цІыху пэжу щытыну, нэгъуэщІхэм гулъытэ хуащІыну икІи щхьэхынэу щымытыну ягъасэ. Ауэ жыпІэ хъуну апхуэдэу зэрагъасэр сабийхэм я хуитыныгъэм зэран хуэхъуу? Хьэуэ. Адэ-анэм я быныр балигъ хъуа иужь, насыпыфІэу зэрыпсэуным хуагъэхьэзыр. Ахэр щхьэхуэу псэууэ щІадзэмэ, я щхьэ унафэ хуащІыжын хуеинущ. Адэ-анэхэм зыхурагъэсам сабийхэр тетыну хущІэкъумэ, унафэ тэмэм къащтэу, гугъуехь куэдым зыщахъумэфыну къыщІэкІынщ.
Иеговэ хуейщ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ дыпэщІэмыхуами, езым и еплъыкІэм хуэдэ диІэну икІи абы пэжу илъытэм дытетыну
8 ФІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэ Иеговэ хуейщ дэ, абы и бынхэм, мыхьэнэ зиІэ гъащІэ насыпыфІэ етхьэкІыну (Ис. 48:17, 18). Аращ абы принципхэр къыщІыдитар. Ахэр къыддоІэпыкъу Алыхьым и хабзэхэм дытету дыпсэуну икІи цІыхухэм тэмэму дахущытыну. Иеговэ хуейщ сыт хуэдэ Іуэхугъуэ дыпэщІэмыхуами, езым и еплъыкІэм хуэдэ диІэну икІи абы пэжу илъытэм дытетыну. Апхуэдэу тщІэмэ, ар ди хуитыныгъэм зэран хуэхъунукъым, атІэ Іущагъ зыхэлъ унафэ пэжхэр къэтщтэну къыддэІэпыкъунущ (Пс. 92:5; Прит. 2:1—5, Гъэсэпэтхыдэхэр; Ис. 55:9). Абы и фІыгъэкІэ насыпыфІэ дызыщІын унафэхэри къэтщтэнущ икІи дэ езым ди еплъыкІэ диІэжынущ (Пс. 1:2, 3). Пэжщ, Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтмэ, абы фІыгъуэ куэд къытхуихьынущ.
ИЕГОВЭ И ГУПСЫСЭКІЭМ ПЭПЩІЫН ЩЫІЭКЪЫМ
9, 10. Иеговэ и гупсысэкІэр мы дунейм тет цІыхухэм я гупсысэкІэм куэдкІэ къыщхьэщыкІыу сыт жыпІэ щІэхъунур?
9 Алыхьым и лэжьакІуэхэм абы и еплъыкІэм хуэдэ зрагъэгъуэтыну щІыхущІэкъум иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэщ: Иеговэ и гупсысэкІэр мы дунейм тет цІыхухэм я гупсысэкІэм куэдкІэ къыщхьэщокІ. Нобэ мы дунейм сыт хуэдэ цІыхуу ущытынуми, унагъуэр дауэ насыпыфІэ пщІынуми, сыт хуэдэ лэжьыгъэ къыхэпхынуми, нэгъуэщІхэми теухуауэ чэнджэщ куэд къыдет. Ауэ а чэнджэщхэр и нэхъыбэм деж Алыхьым и еплъыкІэм техуэкъым. Псалъэм папщІэ, цІыхухэм зыхуейр зыІэрагъэхьэн щхьэкІэ, нэгъуэщІхэм емыгупсысу езыхэм я щхьэр псом япэ ирагъэщыну мы дунейм хуегъэуш икІи зинэ щІэным зыри Іей хэмылъу ирегъэгупсыс. Унагъуэ зиІэхэм гугъуехь гуэр яІэу щытмэ, щхьэхуэу псэуну е зэбгъэдэкІыжыну чэнджэщ ират, абыхэм щхьэусыгъуэшхуэ ямыІэу щытми. Апхуэдэ чэнджэщхэр Библием итым пэщІоувэ. Ауэ зыгуэр егупсысынкІэ хъунущ: «Библием ит чэнджэщхэм елъытауэ, мы дунейм къыдит чэнджэщхэр ди зэманым нэхъ хуэкІуэу пІэрэ?»
10 Хьисэ зэрыжиІамкІэ цІыхум Іущагъ зэрыхэлъыр и Іуэхухэращ къызыхэщыр (Мт. 11:19). Нобэ наукэмкІи техникэмкІи цІыхухэм ехъулІэныгъэшхуэхэр яІэми, насыпыфІэу дыпсэуну нэхъыбэу зэран къытхуэхъу Іуэхугъуэхэр щымыІэжу яхуэщІакъым — зауэхэр, лъэпкъ зэхэгъэжыр, щІэпхъаджагъэхэр. Языныкъуэ цІыхухэм зинэ щІэным зыри Іей хэмылъу къащыхъуми, куэдым къагуроІуэ абы унагъуэхэр зэрикъутэр, узыншагъэм зэран зэрыхуэхъур икІи нэгъуэщІ гугъуехьхэми узэрыхуишэр. Ауэ Алыхьым и еплъыкІэм тету псэу цІыхухэм я унагъуэхэр нэхъ насыпыфІэщ, зинэ щІэным кърикІуэ узыфэхэр яІэкъым икІи дуней псом тет къуэш, шыпхъухэм я гъусэу мамырыгъэ я зэхуаку дэлъу мэпсэу (Ис. 2:4; Апост. 10:34, 35; 1 Кор. 6:9—11). Абы фІы дыдэу къегъэлъагъуэ Иеговэ и гупсысэкІэм нэхърэ нэхъыфІ зыри зэрыщымыІэр.
11. Мусэ хэт и гупсысэкІэ зригъэгъуэтыну хущІэкъурэт икІи абы сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыхуихьа?
11 Пасэрей зэманым псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэми къагурыІуэт Алыхьым и гупсысэкІэр цІыхухэм я гупсысэкІэм нэхърэ куэдкІэ зэрынэхъыфІыр. Псалъэм папщІэ, «Мысыр цІыхухэм акъылыфІагъэу яІэу щыта псори Мусэ» ирагъэщІами, ар Алыхьым елъэІут и «гур Іущ хъун щхьэкІэ» (Апост. 7:22; Пс. 90:12). Абы нэмыщІ ар мыпхуэдэуи Иеговэ елъэІут: «Уи гъуэгур къысхузэІух» (Исх. 33:13). Мусэ и гупсысэкІэр Иеговэ ихъуэжыну хуит ищІт. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн щхьэкІэ ар къигъэсэбэпащ икІи щІыхьышхуэ хуищІри, фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэу щытахэм яхибжащ (Евр. 11:24—27).
12. Паул унафэ ищІхэм сытыт лъабжьэ хуэхъур?
12 Апостол Паул цІыху губзыгъэт, щІэныгъэшхуэ бгъэдэлът икІи журтыбзэрэ алыджыбзэрэ ищІэт (Апост. 5:34; 21:37, 39; 22:2, 3). Ауэ абы мы дунейм и Іущагъыр ІэщІыб ищІти, Алыхьым и Псалъэм тегъэщІа унафэхэр къищтэт. (Къеджэ Апостолхэм 17:2; 1 Коринф 2:6, 7, 13.) Абы и фІыгъэкІэ Паул хъыбарыфІ гъэІунымкІэ ехъулІэныгъэ куэд иІащ икІи игъащІэкІэ псэуну гугъэ дахэ иІэ хъуащ (2 Тим. 4:8).
13. Иеговэ и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтынрэ зэдмыгъэгъуэтынрэ хэт зэлъытар?
13 Аращи, Алыхьым и гупсысэкІэр цІыхухэм я гупсысэкІэм куэдкІэ къызэрыщхьэщыкІыр наІуэу болъагъу. Иеговэ и хабзэхэм дытету дыщыпсэум деж, насыпыфІэ дыдэ дохъу икІи ехъулІэныгъэ диІэщ. Ауэ Иеговэ езыр зэрыгупсысэм хуэдэу дыгупсысэну дыхигъэзыхькъым. Сыт хуэдэ гупсысэкІэ диІэн хуейми зыми унафэ къытхуищІкъым — зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІутми, зэхуэсым и нэхъыжьхэми (Мт. 24:45; 2 Кор. 1:24). Иеговэ и еплъыкІэ зэдгъэгъуэтынрэ зэдмыгъэгъуэтынрэ дэращ зэлъытар. Ауэ абы щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
МЫ ДУНЕЙМ И ГУПСЫСЭКІЭР ЗЭРАН ЗЫХУЭВМЫГЪЭХЪУ
14, 15. 1) Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ диІэн щхьэкІэ сыт дэ дызэгупсысын хуейр? 2) Рим 12:2 зырыжиІэмкІэ, мы дунейм и гупсысэкІэм дыщІыхуэсакъын хуейр сыт? Щапхъэ къэфхь.
14 Рим 12:2 щыжыІащ: «Мы лъэхъэнэм и хабзэхэм Іэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ, хьэл-щэныфІ фхэлъ хъун щхьэкІэ. Апхуэдэу фщІымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыІуэнущ — фІыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фІыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыІуэнущ». Алыхьым къыбгъэдэкІ мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ: пэжыр къэтщІэн ипэ сыт хуэдэ гупсысэкІэ димыІами ар тхъуэжу, Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыфынущ. ДауикІ, ди гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэмрэ дыкъыщалъхуам хьэл-щэн тхэлъахэмрэ ди гупсысэкІэр елъытауэ щытынкІэ хъунущ. Ауэ дэ ди гупсысэкІэм зихъуэжыфынущ. Абы фІыкІэ е ІейкІэ зихъуэжынуми зэлъытар нэхъыбэу дызэгупсысыращ. Иеговэ Іуэху зэмылІэужьыгъуэхэм зэреплъым дызэрегупсысыр къыддэІэпыкъунущ абы и еплъыкІэр зэрыпэжыр къыдгурыІуэну. Апхуэдэу тщІэмэ, Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыну гукъыдэж диІэнущ.
15 Ауэ Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ дэ мы дунейм и гупсысэкІэр зэран зыхуэдгъэхъу хъунукъым. Абы къыхэкІкІэ дызэплъыр, дызэджэр, дызэдаІуэр Иеговэ и еплъыкІэм пэщІэувэу щытмэ, ар ІэщІыб тщІын хуейщ. Абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым и узыншагъэр нэхъыфІ ищІыну хуейуэ и Іэпкълъэпкъым сэбэп хуэхъуну ерыскъы ишхыну мурад ещІ. Ауэ абы мыхьэнэ лъэпкъ иІэкъым, зэран къыхуэхъу ерыскъыхэр ишхын щимыгъэтмэ. Апхуэдэу дэри Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыну иужь дитми, абы мыхьэнэ лъэпкъ иІэнукъым, мы дунейм и гупсысэкІэр къытхилъхьэну хуит тщІымэ.
16. Дэ сытым зыщытхъумэн хуей?
16 Мы дунейм и гупсысэкІэм дыпэщІэмыхуэххэу дыпсэуфыну пІэрэ? Хьэуэ, дэ мы дунейм дыщыпсэухукІэ апхуэдэ гупсысэкІэм дыІущІэнущ икІи зыгуэри зыхэтлъхьэнкІэ хъунущ (1 Кор. 5:9, 10). ХъыбарыфІыр щыдгъэІум дежи еплъыкІэ нэпцІхэр зиІэ цІыхухэм дрохьэлІэ. Ауэ апхуэдэ еплъыкІэхэм дыпэщІэхуа иужь, ахэр тфІэгъэщІэгъуэн хъууэ адэкІи дегупсыс е зыхэтлъхьэ хъунукъым. ШейтІаным къытхипщэну хуей гупсысэхэр занщІэу ІэщІыб зэрытщІыным иужь дивгъэт. Абы нэмыщІ мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэр зэран зэрызыхуэдмыгъэхъуным дыхущІэвгъэкъу. АбыкІэ Хьисэ щапхъэ тедвгъэх. (Къеджэ Притчи 4:23, Гъэс.)
17. Мы дунейм и гупсысэкІэр зэран къытхуэмыхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
17 Псалъэм папщІэ, дэ егупсысауэ ныбжьэгъу къыхэтхын хуейщ. Библием къыджеІэ Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэр ныбжьэгъу тщІымэ, абыхэм я еплъыкІэр зыхэтлъхьэну шынагъэ зэрыщыІэр (Прит. 13:20, Гъэс.; 1 Кор. 15:12, 32, 33). Абы нэмыщІ зэрызыдгъэпсэхуну щІыкІэр къыщыхэтхым деж фІыуэ дегупсысын хуейщ. Абы эволюцэр, лей зехьэныр икІи зинэ щІэныр къыхэщу щытмэ, дэ апхуэдэ зыгъэпсэхукІэм зыпыІуддзын хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, Алыхьым теухуа щІэныгъэм пэщІэувэ гупсысэхэм ди гупсысэкІэр зэІагъэхьэнукъым (2 Кор. 10:5).
Фи сабийхэм фадэІэпыкъурэ зыгъэпсэхукІэ Іейхэм зыпыІуадзыну? (18, 19-нэ абзацхэм феплъ.)
18, 19. 1) Мы дунейм къыщекІуэкІ гупсысэкІэхэм сыт дыщІыхуэсакъын хуейр икІи а гупсысэкІэхэр сыт къызыхэщынкІэ хъунур? 2) Сыт хуэдэ упщІэхэр зэттыжын хуей икІи сыт щхьэкІэ?
18 Иныкъуэм деж мы дунейм и еплъыкІэр Іуэху гуэрхэм къызэрыхэщым занщІэу гу лъумытэнкІэ хъунущ. Аращи, ар зэхэдгъэкІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, политикэм теухуауэ еплъыкІэ гуэр кІуэцІрагъэкІын щхьэкІэ хъыбарыщІэхэр къыщагъэсэбэп къохъу. ЦІыху цІэрыІуэхэм я гъащІэм теухуауэ щыжаІэжым деж, абыи мы дунейм ехъулІэныгъэу ибжыр къыхэщынкІэ хъунущ. Языныкъуэ фильмхэмрэ тхылъхэмрэ мыпхуэдэ гупсысэ къыхощ: «Сэрэ си унагъуэмрэ псом нэхърэ нэхъапэщ». Ар пэжу икІи абы Іущагъ хэлъу дэ къытщыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэ гупсысэкІэр Библием итым пэщІоувэ. Библием зэрыжиІэмкІэ дэри ди унагъуэри нэгъэсауэ насыпыфІэ дыщыхъунур псом нэхърэ нэхъыфІу Иеговэ тлъагъумэщ (Мт. 22:36—39). Сабийхэм щхьэкІэ къыдагъэкІ языныкъуэ тхылъхэм, фильмхэм икІи мультфильмхэм зыри Іей хэлъкъым, ауэ абыхэми мыхъумыщІагъэ псэукІэр тэмэму къыпщагъэхъункІэ хъунущ.
19 Ауэ абы къикІкъым сыт хуэдэ зыгъэпсэхукІэми зыпыІуддзын хуейуэ. ДызэупщІыж хъунущ: «ЗыгъэпсэхукІэ гуэрым мы дунейм и еплъыкІэр зэрыхэлъыр занщІэу нэрылъагъуу щымытми, гу лъыстэу пІэрэ сэ абы? Сэрэ си сабийхэмрэ дызэплъым икІи дызэджэм сыкІэлъыплъу пІэрэ? Си сабийхэм мы дунейм и еплъыкІэр ІэщІыб ящІыфын щхьэкІэ Иеговэ и еплъыкІэр зырагъэгъуэтыну садэІэпыкъурэ?» Иеговэ и еплъыкІэмрэ мы дунейм и еплъыкІэмрэ зэрызэщхьэщыкІыр къыдгурыІуэмэ, мы дунейр зэран зыхуэдгъэхъунукъым.
ХЭТ И ГУПСЫСЭКІЭ ФЭ ФИІЭР?
20. Сыт хуэдэ гупсысэкІэ диІэнуми сыт зэлъытар?
20 Зыщывмыгъэгъупщэ, дэ ди гупсысэкІэр зыхъуэжыр е Иеговэщ, е ШейтІанымрэ абы и дунеймрэщ. Хэт и гупсысэкІэ диІэнуми зэлъытар а тІум язым дызэдэІуэну къыхэтхыращ. Мы дунейм и гупсысэкІэр къатщтэмэ, ар зэран къытхуэхъуу щхьэхуещэ дыхъунущ. Аращи, дызэгупсысым мыхьэнэшхуэ иІэщ, абы къыхэкІкІэ дызэплъыр, дызэджэр, дызэдаІуэр къыщыхэтхым деж дысакъын хуейщ.
21. Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям дызытепсэлъыхьынур?
21 Мы статьям дэ къыщытщІащ Иеговэ и еплъыкІэм хуэдэ диІэн щхьэкІэ мы дунейм и гупсысэкІэр ІэщІыб тщІын зэрыхуейр. Абы нэмыщІ Иеговэ и гупсысэкІэр зэдгъэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, ар къыддоІэпыкъу абы и еплъыкІэм хуэдэ диІэну. КъыкІэлъыкІуэ статьям Алыхьым и еплъыкІэр зэрызэдгъэгъуэтынум дытепсэлъыхьынущ.
a Зыми и унафэ щІэмыту, щхьэхуиту щыт цІыхуми и гупсысэкІэр нэгъуэщІым яІэ еплъыкІэм елъытауэ щытынкІэ хъунущ. Псалъэм папщІэ, апхуэдэу зэрыщытыр къыхощ цІыхур гъащІэр къызэрыхъуам щегупсысми, щитІэгъэныр къыщыхихым дежи. Ауэ дапхуэдэу щымытми, хэт и гупсысэкІэм хуэдэ диІэнуми зэлъытар дэращ.