Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зэрызэвгъэгъуэтыным иужь фит?
«Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ, хьэл-щэныфІ фхэлъ хъун щхьэкІэ» (РИМ 12:2).
1, 2. Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэхукІэ, сыт дэ къыдгурыІуэр? Щапхъэ къэфхь.
ФИ НЭГУ КЪЫЩІЭВГЪЭХЬЭТ сабийм тыгъэ гуэр къратауэ. Абы и адэ-анэм жраІэ: «Къозытам „упсэу“ жеІэ». Сабийм жыІэдаІуэу апхуэдэу ещІэ, ауэ къызэрыжраІам щхьэкІэщ ар апхуэдэу щІищІэр. Сабийр нэхъ ин хъухукІэ адэ-анэм я гупсысэкІэр къыгурыІуэу щІедзэ, абы къыхэкІкІэ нэгъуэщІхэм къыхуащІэхэр фІыщІэ зэрыщІын хуейр къыгуроІуэ. Иджы абы и гум къыбгъэдэкІыу фІыщІэ ещІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар абы хьэл хуэхъуащ.
2 Дэри апхуэдэу пэжыр къыщытщІам щыгъуэ, Иеговэ къытхуигъэув хабзэ нэхъыщхьэхэр дгъэзэщІэн зэрыхуейр къыдгурыІуащ. Ауэ Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэхукІэ, дэ абы игу ирихьымрэ иримыхьымрэ къыдгуроІуэ икІи дэтхэнэ зы Іуэхуми ар зэреплъым хуэдэу деплъу щІыдодзэ. Ар зэрыгупсысэм хуэдэу дэри дыгупсысэу зедгъасэмэ икІи ди ІуэхущІафэхэмрэ унафэ къатщтэхэмрэ абы и еплъыкІэм техуэмэ, Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтар къыдогъэлъагъуэ.
3. Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыну сыт иныкъуэхэм деж щІэмытыншыр?
3 Иеговэ и еплъыкІэр зэдгъэгъуэтыну тфІэфІми, гуэныхь зэрытхэлъым щхьэкІэ, иныкъуэхэм деж ар къыдогугъуэкІ. Псалъэм папщІэ, дэ дощІэ Иеговэ зэреплъыр къабзагъэр хъумэным, ахъшэ къэлэжьыным, хъыбарыфІ гъэІуным, лъы къэгъэсэбэпыным, нэгъуэщІхэми. Ауэ дэ нэгъэсауэ къыдгурымыІуэнкІэ хъунущ абы апхуэдэ еплъыкІэ щІиІэр. Сыт-тІэ къыддэІэпыкъунур Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыну? Иджыпстуи къэкІуэну зэманми ар дауэ къызэрыддэІэпыкъунур?
АЛЫХЬЫМ И ГУПСЫСЭКІЭМ ХУЭДЭ ДАУЭ ЗЭРЫЗЭДГЪЭГЪУЭТЫНУР?
4. Паул и чэнджэщым дытету, Тхьэм ди гум илъхэр зэрихъуэкІын щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
4 Къеджэ Рим 12:2. Мы едзыгъуэм итымкІэ апостол Паул къыдгуригъэІуащ Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми. Абы жиІащ: «Мы лъэхъэнэм и хабзэхэм Іэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу». Мы статьям ипэ дызэджам зэритамкІэ а псалъэхэм къикІыр мы дунейм и гупсысэкІэм ди акъылыр щытхъумэн зэрыхуейращ. Абы нэмыщІ Паул жиІащ: «Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкІ, хьэл-щэныфІ фхэлъ хъун щхьэкІэ». Сыт абы щхьэкІэ тщІэн хуейр? Иеговэ и гупсысэкІэр къэтщІэну дыхуейуэ Библиер дджын икІи дызэджам дегупсысын хуейщ. Абы нэмыщІ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтын щхьэкІэ къару етхьэлІэн хуейщ.
5. Библие джынымрэ абы ауэ еджэнымрэ зэрызэщхьэщыкІыр къыдгурывгъаІуэ.
5 Библие джыныр — ар псынщІэ-псынщІэу зыгуэрым еджэныракъым е упщІэхэм я жэуапхэр щІэтхъэныракъым. Дыщеджэм деж Иеговэ теухуауэ, абы нэмыщІ и ІуэхущІафэхэм икІи и гупсысэкІэм теухуауэ къатщІэхэм догупсыс. Алыхьым зыгуэр тщІэну е дымыщІэну къыщІыдэлъэІум и щхьэусэгъуэр къызэрытщІэным иужь дитщ. Абы нэмыщІ дэ иджыри догупсыс ди гъащІэм икІи ди гупсысэкІэм сыт тхъуэжын хуейми. Дыщеджэм деж а псоми зэуэ дегупсысыну тхузэфІэмыкІынкІэ хъунущ. Ауэ Библие джыным хухэтха зэманым и ныкъуэр егупсысыным едгъэхьмэ нэхъыфІщ (Пс. 119:97; 1 Тим. 4:15).
6. Алыхьым и Псалъэм итым дызэрегупсысыр сыткІэ къыддэІэпыкъурэ?
6 Алыхьым и Псалъэм итым зэпымыууэ дызэрегупсысыр гъэщІэгъуэныщэу къыддоІэпыкъу. Дэ Алыхьым и гупсысэкІэм ныкъусаныгъэ зэрыхэмылъыр къыдгуроІуэ икІи ар ди фІэщ мэхъу. Псоми Иеговэ и нэкІэ деплъу щІыдодзэ икІи абы и еплъыкІэр зэрыпэжым арэзы дытохъуэ. Ди гупсысэкІэм зехъуэжри нэгъуэщІ еплъыкІэ диІэ мэхъу. ИкІэм-икІэжым Алыхьым и гупсысэкІэм хуэдэ зыдогъэгъуэт.
ДИ ГУПСЫСЭХЭМРЭ ДИ ІУЭХУЩІАФЭХЭМРЭ СЫТКІЭ ЗЭПХА?
7, 8. 1) Иеговэ мылъкум дауэ зэрыхущытыр? (Статьям ипэм ит сурэтхэм феплъ.) 2) Алыхьым и еплъыкІэм хуэдэ диІэу щытмэ, сыт ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу щытынур?
7 Ди гупсысэкІэр ди гурыщІэхэмрэ ди ІуэхущІафэхэмрэ епхащ (Мк. 7:21—23; Екъуб 2:17). Ар нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ щапхъэхэр зэпкърытхынщ. Хьисэ дунейм къызэрытехьа хъыбарым дэ къыдгурегъаІуэ Иеговэ мылъкум дауэ хущытми. Исуфрэ Мэриемрэ мылъку щІагъуэ ябгъэдэмылъу щытами, ахэр Алыхьым къыхихат и Къуэр яригъэпІыну (Лев. 12:8; Лк. 2:24). Мэрием Хьисэ къыщилъхуам щыгъуэ «хьэщІэщым пэш нэщІ зэрыщамыгъуэтам къыхэкІкІэ, Іуэм ит шхалъэм сабийр дилъхьащ» (Лк. 2:7). Иеговэ хуейуэ щытамэ, и Къуэр щІыпІэ нэхъыфІ гуэрым къыщалъхуну ищІыфынут. Ауэ ар хуейт Алыхьым хуэлэжьэныр псом япэ изыгъэщ унагъуэм Хьисэ щапІыну. Арат Иеговэ и дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр.
8 Хьисэ дунейм къызэрытехьа хъыбарым дыщегупсысым деж, дэ къыдгуроІуэ Иеговэ мылъкум дауэ хущытми. Языныкъуэ адэ-анэхэр хуейщ я бынхэм псом я нэхъыфІыр яІэну, сабиймрэ Алыхьымрэ я зэхущытыкІэм ар зэран хуэхъунуми. Ауэ Иеговэ псом нэхърэ нэхъапэу илъытэр езымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэращ. Фэри апхуэдэ еплъыкІэ фиІэ? Сыт фи ІуэхущІафэхэм къагъэлъагъуэр? (Къеджэ Еврейхэм 13:5.)
9, 10. НэгъуэщІхэм я гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тезылъхьэхэм я ІуэхущІафэхэм Иеговэ зэрыхущытым хуэдэу дэри дызэрыхущытыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэнур?
9 Абы нэмыщІ дегупсыс хъунущ и къуэшым и гъуэгум зыгъэлъэпэрэпэн мывэ тезылъхьэ цІыхум Алыхьыр зэрыхущытыр. Хьисэ апхуэдэ цІыхум щхьэкІэ жиІащ: «СэркІэ фІэщхъуныгъэ зиІэм гуэныхь ищІэну дезыгъэхьэх дэтхэнэми и пщэм щхьэл мывэ кІэращІэу, хым хадзатэмэ, абы дежкІэ нэхъыфІт» (Мк. 9:42). Мы едзыгъуэм къызэрыхэщымкІэ, апхуэдэ цІыхум ищІэ Іуэхур Хьисэ илъагъу хъукъым. Дэ дощІэ Хьисэ и адэм псомкІи нэгъэсауэ щапхъэ зэрытрихыр. Аращи, нэгъуэщІхэм яІэ гурыщІэхэм емыгупсысу езыр зыхуейр зыгуэрым щищІэм деж, апхуэдэ щытыкІэр Иеговэ илъагъу хъукъым (Ин. 14:9).
10 А Іуэхум Иеговэрэ Хьисэрэ зэреплъым хуэдэу фэри феплъу пІэрэ? Сыт фи ІуэхущІафэхэм къагъэлъагъуэр? Псалъэм папщІэ, щыттІэгъэныр къыщыхэтхым деж нэгъуэщІхэм я напэм дегупсысрэ? Ахэр ди щыгъыным е ди теплъэм зэгуигъэпмэ е гурыщІэ къемызэгъхэр яІэ хъумэ-щэ? Къуэш, шыпхъухэм худиІэ лъагъуныгъэм дыхуигъэушыну пІэрэ дигу ирихь гуэр къэдгъэнэну? (1 Тим. 2:9, 10).
11, 12. МыхъумыщІагъэм Иеговэ зэреплъым хуэдэу дэри деплъмэ икІи зышыІэныгъэ зыхэдгъэлъмэ, дауэ абы гуэныхьым дызэрыщихъумэнур?
11 Иджыри зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Иеговэ мыхъумыщІагъэр илъагъу хъукъым (Ис. 61:8). ДауикІ, Алыхьым ещІэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ пэжым сыт щыгъуи дытетыну ди дежкІэ зэрыгугъур. Ауэ ар хуейщ езым хуэдэу дэри Іейр тлъагъу мыхъуу дыщытыну. (Къеджэ Псалом 97:10a.) Иеговэ мыхъумыщІагъэр илъагъу мыхъуу щІыщытым и щхьэусыгъуэхэм дегупсысмэ, Алыхьым и еплъыкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтыфынущ икІи Іейм дыпэщІэтыну дыхуигъэушынущ.
Языныкъуэ Іуэхугъуэхэм теухуауэ Библием зыри щыжымыІами, ахэр къемызэгъыу щытынкІэ хъунущ
12 Абы нэмыщІ Иеговэ хуэдэу дэри мыхъумыщІагъэр тлъагъу мыхъуу щытмэ, языныкъуэ Іуэхугъуэхэм теухуауэ Библием зыри щыжымыІами, ахэр къемызэгъыу зэрыщытыр дэ къыдгурыІуэнущ. Псалъэм папщІэ, мы дунейм къафэ мыхъумыщІэхэм Іейуэ зыщаубгъу. Языныкъуэ къафэхэм щыгъын къиха е мащІэ дыдэ зыщыгъ цІыхур нэгъуэщІ цІыхум и куэщІым ису къофэ, къемызэгъыу зещІ. Абы хэтхэм зинэ щамыщІэкІэ, языныкъуэхэм апхуэдэ къафэхэр гуэныхьу ялъытэкъымb. Ауэ Иеговэ абы дауэ зэреплъыр? Сыт хуэдэ мыхъумыщІагъэри абы илъагъу хъукъым. Аращи, зышыІэныгъэ тхэлъу дэтхэнэ зы мыхъумыщІагъэми пэІэщІэ зыхуэдвгъэщІ икІи Иеговэ илъагъу мыхъум дэри гущыкІ хуэдвгъэщІ (Рим 12:9).
УЗЫПЭЩІЭХУЭНКІЭ ХЪУНУ ІУЭХУГЪУЭХЭМ ИПЭІУЭКІЭ ЕГУПСЫС
13. Іуэхугъуэ дызыпэщІэхуэнкІэ хъунум теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр ипэІуэкІэ къэтщІауэ щытыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
13 Библиер щыбджым деж Иеговэ сыт хуэдэ гупсысэкІэ иІэми егупсыс, ар къыбдэІэпыкъунущ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэпщтэну. Апхуэдэу пщІэмэ, Іуэхугъуэ гуэр упэщІэхуэу, псынщІэу унафэ къэпщтэн хуей хъумэ, угужьеинукъым (Прит. 22:3, Гъэс.). Библием ит щапхъэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
14. Исуф Потифар и щхьэгъусэм жриІам сытым дыхуигъасэрэ?
14 Потифар и щхьэгъусэм Исуф къыдихьэхыну щыкІэрыхъыжьам щыгъуэ, Исуф теубыдагъэ хэлъу абы пэщІэтыфащ. А Іуэхум пэщІэмыхуэ щІыкІэ Исуф, дауикІ, егупсысауэ къыщІэкІынщ нэчыхьым теухуауэ Иеговэ иІэ еплъыкІэм. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 39:8, 9.) Исуф Потифар и щхьэгъусэм жриІащ: «Сэ дауэ злэжьын а Іеягъэ ин дыдэр, дауэ гуэныхьи къыщысхьын Тхьэм и пащхьэ?» Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ абы Алыхьым и еплъыкІэм хуэдэ зэрызригъэгъуэтар. Сыт дэр щхьэкІэ жыпІэ хъунур? Псалъэм папщІэ, лэжьапІэм зыгуэрым зыкъыфпригъэхыу щІидзэмэ, сыт фщІэнур? Е зыгуэрым порнографие зэрыт сообщение е сурэт къыфхуригъэхьмэ-щэ?c Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм Иеговэ зэреплъыр ипэІуэкІэ къатщІэу, абы арэзы дытехъуэу, зэрызытщІыным теухуауэ мурад тщІымэ, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну нэхъ тынш хъунущ.
15. Седрах, Мисах, Авденаго сымэ хуэдэу, дэри Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну сыт къыддэІэпыкъунур?
15 Иджы журт лъэпкъым щыщ Седрах, Мисах, Авденаго сымэ я щапхъэр зэпкърытхынщ. Пащтыхь Навуходоносор дыщэм къыхэщІыкІа тхьэпэлъытэу игъэувам щхьэщэ хуащІыну абыхэм ядакъым. Абыхэм ІупщІу пащтыхьым ирата жэуапым къыхощ Иеговэ пэжу къыхуэнэну унафэ быдэ зэращІауэ щытар (Исх. 20:4, 5; Дан. 3:4—6, 12, 16—18). Фи нэгу къыщІэвгъэхьэ, дин нэпцІым пыщІа махуэшхуэ гуэр фи лэжьапІэм щагъэлъэпІэну мурад ящІауэ. Фызыгъэлажьэр къыволъэІу фэри абы ахъшэ хэфлъхьэну. Сытыт фэ фщІэнур? Апхуэдэ къэхъуху фемыжьэу, Иеговэ абы теухуауэ иІэ еплъыкІэр иджыпсту зэхэвгъэкІ. Апхуэдэу фщІэмэ, фэри Седрах, Мисах, Авденаго сымэ хуэдэу, фи еплъыкІэр нэгъуэщІхэм къагурывгъэІуэну икІи абы фытетыжыну нэхъ тынш хъунущ.
16. Сымаджэщым дыщІэмыхуэ щІыкІэ Иеговэ и еплъыкІэр къэтщІэным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
16 Иеговэ и еплъыкІэм иджыпсту дызэрегупсысыр къыддэІэпыкъунущ сымаджэщым дыщІэхуауэ ди гъащІэр тфІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыщыІэм деж Алыхьым пэжу дыкъыхуэнэну. ДауикІ, дэ лъымрэ абы и Іыхьэ нэхъыщхьиплІымрэ зыхэткІэнукъым. Ауэ лъыр къагъэсэбэпу зэрагъэхъуж Іэмалхэм теухуауэ Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэми езым унафэ ищІын хуейщ. ИкІи Иеговэ и еплъыкІэр къызыхэщ Библием ит принципхэм а унафэр тегъэщІауэ щытын хуейщ (Апост. 15:28, 29). Дапщэщ а унафэр щытщІын хуейр? Сымаджэщым дыщІэхуауэ, узыр къыдэныкъуэкъуу, дохутырхэми унафэ тщІыну дагъэпІащІэу щыщытым деж? Хьэуэ. А Іуэхум теухуауэ псори къатщІэу, унафэ тщІар ттхыуэ Іэ щІэддзыжу, ди дохутырым иджыпсту депсалъэмэ нэхъыфІщd.
ФызыпэщІэхуэнкІэ хъуну Іуэхугъуэхэм зыхуэвгъэхьэзыра? Абы щхьэкІэ а Іуэхум теухуауэ псори къатщІэу, унафэ тщІар ттхыуэ Іэ щІэддзыжу, ди дохутырым депсэлъэн хуейщ (16-нэ абзацым феплъ.)
17—19. Иджыпсту Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтыр сыткІэ къыддэІэпыкъуну? Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм зыхуэдгъэхьэзыр хъуну?
17 Петр емыгупсысу Хьисэ жриІауэ щытащ: «Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ [«зыщысхьыж», ДЩІ]. Ар къыпщыщІ хъунукъым». Абы Хьисэ жэуап иритыжам дегупсысынщ. Хьисэ куэдрэ егупсысауэ къыщІэкІынщ Алыхьыр сыткІэ абы къыщыгугъми икІи и гъащІэмрэ зэрылІэнымрэ теухуауэ бегъымбархэм жаІахэми. А псом зэрегупсысым Хьисэ къару къритащ Алыхьым пэжу къыхуэнэну икІи и гъащІэр цІыхухэм щхьэкІэ итыну. (Къеджэ Маттэ 16:21—23.)
18 Нобэ Иеговэ хуейщ дэ абы и ныбжьэгъуу дыщытыну икІи ди зэманри ди къарури хъыбарыфІ гъэІуным тедгъэкІуэдэну (Мт. 6:33; 28:19, 20; Екъуб 4:8). Ауэ, Петр Хьисэ зэрызыхуигъэзам хуэдэу, языныкъуэ цІыхухэм фІы къытхуащІэ я гугъэу къытпэщІэувэнкІэ хъунущ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, фызыгъэлажьэм ахъшэ нэхъыбэ къывитыну фыкъегъэгугъэ, ауэ фэ иджы нэхъыбэрэ фылэжьэнущ икІи зэхуэсми фыкІуэну хъыбарыфІ гъэІунми фыхэтыну зэман мащІэщ къыфхуэнэнур. Е феджэу щытмэ, фи унэм пэжыжьэу щІэныгъэ нэхъыбэ зэвгъэгъуэтыну Іэмал фиІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэ Іуэхугъуэ гуэрым фыпэщІэхуэмэ, унафэ тэмэм къэфщтэн щхьэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэу, а Іуэхум теухуауэ нэхъыбэ къэфщІэну къыщІэкІынщ икІи фи унагъуэм щыщхэм е, хуей хъумэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм фабгъэдыхьэну къыщІэкІынщ. Апхуэдэ гуэрым дыпэщІэмыхуэ щІыкІэ, Иеговэ и еплъыкІэр къатщІэу, иджыпсту апхуэдэ еплъыкІэ зэдгъэгъуэтмэ нэхъыфІщ. Абы и фІыгъэкІэ гъэунэхуапІэ фихуа иужькІэ Иеговэ пэжу фыкъыхуэнэнущ. Фэ фызыпэщІэхуа Іуэхум фызэрыхущытын хуейр фщІэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мурад быдэ фщІащ Иеговэ и лэжьыгъэр псом япэ ивгъэщыну.
19 ДымыщІэххэу иджыри дызыІущІэнкІэ хъуну Іуэхугъуэхэм дегупсыс хъунущ. ДауикІ, дэ дэтхэнэ зы Іуэхугъуэми зыхуэдгъэхьэзырыфыну къыщІэкІынкъым. Ауэ Библиер щыдджым деж Иеговэ и еплъыкІэм дегупсысмэ, Іуэхугъуэ гуэр дихуа иужь дызэджахэр дигу къэкІыжу, унафэ пэж къэтщтэну къыщІэкІынщ. Аращи, Библием дыщеджэм деж Иеговэ сыт хуэдэ еплъыкІэ иІэми девгъэгупсыси, абы и гупсысэкІэм хуэдэ зэрызэдгъэгъуэтынум иужь дивгъэт. Абы нэмыщІ девгъэгупсыс ноби къэкІуэну зэманми Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэну апхуэдэ гупсысэкІэр къызэрыддэІэпыкъунум.
АЛЫХЬЫМ И ЕПЛЪЫКІЭ ФИІЭМЭ, ГЪАЩІЭ ДАХЭ КЪЫФПЭЩЫЛЪЩ
20, 21. 1) ДунеищІэм сыт хуэдэ хуитыныгъэ диІэнур? 2) Иджыпсту насыпыфІэу дыпсэуну сыт къыддэІэпыкъунур?
20 Дэ къытхуэмыгъэсу дунеищІэм дыпоплъэ. Дэ тщыщ и нэхъыбэм гъащІэ мыухыж диІэу щІылъэм щыІэну жэнэтым дыщыпсэуну гугъэ диІэщ. ДунеищІэм дэ хуит дыхъужынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и фІыгъэкІэ гуауэмрэ гугъуехьымрэ щыІэжынукъым. Абы нэмыщІ дызыхуейр къыхэтхыну иджыпсту хуитыныгъэ диІэр абы щыгъуи диІэнущ икІи дэтхэнэ зыми дигу ирихьым, тфІэфІым, тфІэгъэщІэгъуэным тегъэщІауэ унафэ къытхуэщтэнущ.
21 ДауикІ, ди хуитыныгъэм гъунэ иІэнущ. Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхухэм унафэ ящІхэр Иеговэ и хабзэхэмрэ абы и еплъыкІэмрэ тегъэщІауэ щытынущ (Пс. 37:11). Ауэ а зэманыр къэсыхукІэ, иджыпсту Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ зэдгъэгъуэтмэ, насыпыфІэу дыпсэуфынущ.
a Псалом 97:10: «Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм Іейр флъагъу мыхъуу фыщыт. Абы хуэпэжхэм я гъащІэр къехъумэ, ахэр гуэныхьщІакІуэхэм къыІэщІехыж».
b Иеговэ и Щыхьэтыр апхуэдэ къафэм хэтамэ, ар зинэ щІэным хуэбгъадэ хъунущ икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм комитет зэхуашэсынкІэ хъунущ а Іуэхур зэхагъэкІын щхьэкІэ. Апхуэдэм хэта цІыхум зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуигъазэмэ нэхъыфІщ (Екъуб 5:14, 15).
c Порнографие зэрыт сообщение, сурэт е видео зыр зым телефонкІэ щыхурагъэхьым деж, абы секстингкІэ йоджэ. Зэхуэсым апхуэдэ къыщыхъумэ, къэхъуа Іуэхугъуэм елъытауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм комитет ящІынкІэ хъунущ. ИкІи секстингым хэта ныбжьыщІэхэр судым щрата къэхъуащ. Нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, jw.org/ru сайтым ихьи, «Вопросы молодежи» рубрикэм ит «Что мне нужно знать о секстинге?» жыхуиІэ статьям онлайну еджэ. (БИБЛЕЙСКИЕ УЧЕНИЯ > ПОДРОСТКИ вкладкэм еплъ.) Абы нэмыщІ 2013 гъэм, щэкІуэгъуэм къыдэкІа «Фыкъызэщыу!» журналым и 4—5-нэ напэкІуэцІхэм ит «Как поговорить со своим ребенком-подростком о секстинге?» жыхуиІэ статьям феплъ.
d Библием ит принцип къывдэІэпыкъунухэм теухуауэ ди тхыгъэхэм нэхъыбэ къыщыфщІэфынущ. Псалъэм папщІэ, «Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ» жыхуиІэ тхылъым и 246—249-нэ напэкІуэцІхэм феплъ.