ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Март н. 8—13
  • Иеговэрэ Хьисэрэ хуэдэу фыгупсысэу зевгъасэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэрэ Хьисэрэ хуэдэу фыгупсысэу зевгъасэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ХУЭДЭУ ФЫГУПСЫСЭУ ЗЕВГЪАСЭ
  • ІЭДЭБУ ЩЫТ
  • «ЗЭХЭЩІЫКІ ЗИВГЪЭІЭ»
  • Иеговэ и Іэдэбагъым щапхъэ тефх
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Петр пэжу Алыхьым хуэлэжьащ, уэри ар пхузэфІэкІынущ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр адэкІи гъэбыдэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Март н. 8—13

10 СТАТЬЯР

31 УЭРЭДЫР Алыхьым и гъусэу къэкІухь!

Иеговэрэ Хьисэрэ хуэдэу фыгупсысэу зевгъасэ

«Фэри абы [Мэссихь] и гупсысэкІэкІэ фигу вгъэбыдэн хуейщ» (1 ПЕТ. 4:1).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Петр Хьисэ зэрыригъусар Иеговэ и гупсысэкІэр къыгурыІуэну дауэ къыдэІэпыкъуами икІи сыт хуэдэ дерс абы хэтх хъунуми.

1, 2. 1) Алыхьыр фІыуэ плъагъуным сыт хыхьэр? 2) Дапхуэдэу Хьисэ къызэригъэлъэгъуар и акъыл псомкІэ Иеговэ фІыуэ зэрилъагъур?

«УЭ УИГУ псомкІи, уи псэ псомкІи, уи къару псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (Лк. 10:27). Хьисэ жиІащ Торэт хабзэм щыщу а псалъэхэм псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зэраІэр. А псалъэхэм къагъэлъагъуэ дэ дигу псомкІэ Иеговэ фІыуэ тлъагъун зэрыхуейр. Дэ ди гурыщІэхэри, дызыхуейри, дызэгупсысри къыздикІыр ди гуращ. Иджыри дэ сыт и лъэныкъуэкІи Иеговэ хуэпэжу дыщытын икІи къарууэ диІэр абы еттын хуейщ. Абы нэмыщІ ди акъылри къызэрыдгъэсэбэпым мыхьэнэшхуэ иІэщ. ДауикІ, дэ Иеговэ и гупсысэкІэр и кІэм нэс къыдгурыІуэнукъым. Ауэ Мэссихь и гупсысэкІэм куууэ дыхэплъэмэ, Алыхьыр зэрыгупсысэр нэхъыфІу къыдгурыІуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэрэ Хьисэрэ я гупсысэкІэр нэгъэсауэ зэтохуэ (1 Кор. 2:16).

2 Хьисэ и акъыл псомкІэ Иеговэ фІыуэ илъагъут. Абы ищІэт Иеговэ сыткІэ къыщыгугъми икІи гугъуехьхэм зэрыпэщІэхуэнум емылъытауэ Алыхьым и Іэмырыр игъэзэщІэну хьэзырт. Хьисэ и мурад нэхъыщхьэу щытар и Адэр зэригъэгуфІэнырат икІи абы нэгъуэщІ Іуэхухэр зэи япэ иригъэщтэкъым.

3. Петр Хьисэ щигъусэм щыгъуэ сытым зыхуигъэса икІи къуэш, шыпхъухэр сытым хуигъэуша? (1 Петр 4:1).

3 Петри адрей апостолхэми Хьисэ и гъусэу зэман куэд ягъакІуэт. Абыхэм ІэмалыфІ яІащ Хьисэ зэрыгупсысэр ялъэгъуну икІи и еплъыкІэм хуэдэ яІэу зрагъэсэну. Петр и япэ письмомкІэ къуэш, шыпхъухэр хуигъэушащ Хьисэ и гупсысэкІэмкІэa зызыщІаузэдэну. (Къеджэ 1 Петр 4:1.) «ЗыщІэузэдэн» жиІэу Петр къигъэсэбэпа псалъэр зауэм хуэхьауэ щытщ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм абы и гупсысэкІэм щапхъэ трахыу щытмэ, Іэщэ лъэщ яІэщІэлъу жыпІэ хъунущ. А Іэщэр абыхэм къадэІэпыкъунущ я хьэл-щэн мыхъумыщІэхэмрэ ШейтІаным и дунеймрэ пэщІэтыну (2 Кор. 10:3—5; Еф. 6:12).

4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

4 Мы статьям дэ нэхъыфІу къыщытщІэнущ Хьисэ и гупсысэкІэр. Ар дэ къыддэІэпыкъунущ: 1) Иеговэ хуэдэу дыгупсысэу зедгъэсэну, 2) Іэдэбу дыщытыну, 3) зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэну.

ИЕГОВЭ ХУЭДЭУ ФЫГУПСЫСЭУ ЗЕВГЪАСЭ

5. Зы Іуэхугъуэ гуэрым теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэм хуэдэ Петр зэримыІар къыжыфІэ.

5 Петр зы Іуэхугъуэ гуэрым Иеговэ и нэкІэ зэремыплъам гу лъыттэнщ. Хьисэ апостолхэм яжриІащ, ар Ерусалим къалэм кІуэуэ, яубыду, гущІэгъуншэу лей къытехьэу зэраукІынур (Мт. 16:21). Петр ищІэт Хьисэ Алыхьым и лъэпкъыр къезыгъэлын Мэссихьу зэрыщытыр. Абы къыхэкІкІэ Петр и акъылым хуигъэзагъэтэкъым Хьисэ яукІыну Иеговэ хуит зэрищІынур (Мт. 16:16). Аращ Петр Хьисэ лъэныкъуэкІэ Іуишу мыпхуэдэу щІыжриІар: «Зиусхьэн, Тхьэм ар иремыдэ. Ар къыпщыщІ хъунукъым» (Мт. 16:22). Петррэ Хьисэрэ я гупсысэкІэр зэтехуэтэкъым. Сытыт абы и щхьэусыгъуэр? Петр Иеговэ и гупсысэкІэр иІэтэкъым, аращ Хьисэрэ абырэ я еплъыкІэр а ІуэхумкІэ щІызэтемыхуар.

6. Иеговэ и гупсысэкІэм хуэдэ Хьисэ зэриІар сытыт къызыхэщыр?

6 Хьисэ сыт щыгъуи уафэм щыІэ и Адэм хуэдэу гупсысэт. Абы Петр жриІащ: «ЗбгъэдэкІ, шейтІан. Уэ пэрыуэгъу укъысхуохъу, уэ уи гупсысэкІэр Тхьэм и гупсысэкІэу щыткъым, атІэ цІыхум и гупсысэкІэщи» (Мт. 16:23). Хьисэ ищІэт Иеговэ и Іэмырыр игъэзэщІэн щхьэкІэ гугъуехьхэм пхыкІыу, лІэн зэрыхуейр. Петр а псалъэхэр щІыжиІар фІы ищІэ и гугъэу арат, ауэ абы и чэнджэщыр Хьисэ ІэщІыб ищІащ. Петр а Іуэхугъуэм сыт хуэдэ дерс хихар? Абы къыгурыІуащ Иеговэ зэрыгупсысэр къищІэу, апхуэдэ гупсысэкІэ зригъэгъуэтыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. Ди дежкІи ар щапхъэшхуэщ.

7. Алыхьыр зэрыгупсысэм техуэн щхьэкІэ Петр и гупсысэкІэр ихъуэжыну хьэзыру зэрыщытар сытыт къызыхэщыр? (Сурэтым феплъ.)

7 ИужькІэ Петр къигъэлъэгъуащ Иеговэ хуэдэу гупсысэу зригъэсэну зэрыхуейр. Алыхьым журт лъэпкъым щымыщ цІыхухэр и лъэпкъым къыхигъэхьэну унафэ щищІам, абы Петр жриІащ Корнелий деж кІуэуэ, хъыбарыфІыр хуиІуэтэну. Журтхэр нэгъуэщІ лъэпкъым щыщхэм епсалъэу щыттэкъым. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым кърита къалэныр игъэзэщІэн щхьэкІэ Петр и гупсысэкІэр ихъуэжын хуейт. Иеговэ адрей лъэпкъхэм зэрахущытыр Петр къыщыгурыІуам, а цІыхухэм нэгъуэщІ еплъыкІэ хуиІэ хъуащ. Арати, Петр «хьэуэ» жимыІэу Иеговэ здиунэтІам кІуащ (Апост. 10:28, 29). Ар хъыбарыфІымкІэ Корнелийрэ абы и унагъуэмрэ дэгуашэри, абыхэм псым зыщІагъэуащ. Журт лъэпкъым щымыщу ахэращ япэ дыдэу Хьисэ и лъэужь иувар (Апост. 10:21—23, 34, 35, 44—48).

Корнелий и унэм и щхьэ къатым Петррэ абы и гъусэхэмрэ дрешей.

Петр Корнелий и унэм щІохьэ (7 абзацым феплъ.)


8. Иеговэ хуэдэу дызэрыгупсысэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэфынур? (1 Петр 3:8).

8 Илъэс бжыгъэ дэкІауэ Петр къуэш, шыпхъухэм яхуитхащ: «Зэнэзэпсэу фызэдэпсэу». НэгъуэщІу жыпІэмэ, Петр дыхуегъэуш зы гупсысэкІэ диІэну. (Къеджэ 1 Петр 3:8.) Дэ псоми зы гупсысэкІэ диІэнущ Алыхьым и гупсысэкІэм щапхъэ тетхмэ. Абы и гупсысэкІэр дэ Библием къыщыдощІэ. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж зы гупсысэкІэ диІэным мыхьэнэшхуэ щиІэр? Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушауэ щытащ я гъащІэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм япэ увыпІэр иратыну (Мт. 6:33, ДЩІ). Псалъэм папщІэ, уи зэхуэсым щыщ гуэрым полновременнэу лэжьэну мурад ещІ. Абы щыгъуэ «Апхуэдизу гугъу зумыгъэхь» жумыІэу, цІыхум узэрыщытхъуным икІи зэрыхъукІэ щІэгъэкъуэн узэрыхуэхъуным хэт.

ІЭДЭБУ ЩЫТ

9, 10. Дапхуэдэу Хьисэ Іэдэбагъ зэригъэлъэгъуар?

9 ЩаукІынум ипэ къихуэ жэщым Хьисэ Петррэ адрей апостолхэмрэ Іэдэбу ущытын зэрыхуейм теухуа щапхъэ яригъэлъэгъуащ. Ар къыщыхъуар абыхэм иужьрейуэ зэгъусэу пщыхьэщхьэшхэ щыздащІаращ. Сыхьэт зыбжанэ ипэкІэ Хьисэ Петррэ Иуанрэ яжриІат псори ягъэхьэзырыну. Абыхэм тасымрэ напэІэлъэщІымрэ ягъэхьэзырауэ къыщІэкІынщ. Зыгуэрым хьэщІэхэм я лъакъуэр итхьэщІын хуейт. Хэтыт-тІэ щІыхь зыпымылъ а лэжьыгъэр зыгъэзэщІэнур?

10 Хьисэ и щыгъын щІыІутелъыр щихщ, напэІэлъэщІыр и бгым щІипхэщ, тасым псы ирикІэри, апостолхэм я лъакъуэр итхьэщІу щІидзащ. Хьисэ апхуэдэу ищІэну абыхэм я нэгу къыщІагъэхьэххэтэкъым (Ин. 13:4, 5). Я лъакъуэр зэритхьэщІамкІэ абы Іэдэбагъ игъэлъэгъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а лэжьыгъэр зыгъэзащІэ хабзэр унэІутырат. Апхуэдэу Хьисэ апостол пщыкІутІым я лъакъуэр зырызыххэу яхуитхьэщІащ. ДауикІ, зэман мащІэкъым абы ихьар, ауэ Хьисэ Іэдэбагъ хэлъу а лэжьыгъэр и кІэм нэс ищІащ. ГъэщІэгъуэныращи, къепцІыжыну зызыгъэхьэзыр Иудэ Искариот и лъакъуэри абы итхьэщІащ. ИужькІэ Хьисэ шыІэныгъэ хэлъу абыхэм къагуригъэІуащ: «ФхуэсщІар къывгурыІуэрэ? Фэ „Дин егъэджакІуэкІэ“ икІи „ЗиусхьэнкІэ“ фыкъызоджэ; жыфІэр пэжщ, апхуэдэуи сыщытщ. Сэ фи Зиусхьэну икІи фи дин егъэджакІуэу сыщыт пэтми, фи лъакъуэхэр фхуэстхьэщІащ. Фэри зым адрейм и лъакъуэхэр хуэфтхьэщІын хуейщ» (Ин. 13:12—14).

Іэдэбагъыр... къыщежьэр ди гупсысэхэращ

11. Петр Іэдэбагъым зэрызыхуигъэсар сыт къызыхэщыр? (1 Петр 5:5). (Сурэтми феплъ.)

11 Петр Хьисэ деж Іэдэбагъым зыщригъэсащ. Абы щыхьэт тохъуэ Хьисэ уафэм дэкІуеижа иужь, зэман гуэр дэкІауэ Петр зыпэщІэхуа Іуэхугъуэр. Къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщІэмыувэ лІы гуэр абы игъэхъужат (Апост. 1:8, 9; 3:2, 6—8). ГъэщІэгъуэнтэкъым а телъыджэм еплъыну цІыху куэд къызэрызэхуэсар (Апост. 3:11). Гу лъытапхъэщ а зэманым щыгъуэ цІыхум иІыгъ увыпІэм мыхьэнэшхуэ ирату зэрыщытар. Петр гулъытэшхуэ къызэрыхуащІым зыкъыфІигъэщІыжыну пІэрэт? Абы Іэдэбагъ игъэлъагъуэри, щІыхьыр Иеговэрэ Хьисэрэ зэрахуэфащэм гу лъаригъэтащ. Петр мыпхуэдэу жиІащ: «Мы лІы флъагъум икІи фцІыхум Хьисэ и цІэм дзыхь зэрыхуищІам щхьэкІэ къару иІэ хъужащ» (Апост. 3:12—16). ИужькІэ Петр къуэш, шыпхъухэм письмо яхуитхри, Іэдэбагъ ягъэлъэгъуэну хуигъэушащ икІи ар бгырыпхыр зэрызыщІапхэм иригъэщхьащ. Абы занщІэу ди нэгу къыщІегъэхьэ Хьисэ напэІэлъэщІыр зыщІипхэу апостолхэм я лъакъуэр зэритхьэщІар. (Къеджэ 1 Петр 5:5.)

Петррэ Иуанрэ Иеговэ и унэшхуэм щІэтщ. Петр и Іэр уафэмкІэ шиящ, къызэралъху лъандэрэ зи лъэр къыщІэмыувэу щыта ягъэхъужа лІыр апостолхэм я гъунэгъуу щытщ.

Петр Іуэху телъыджэ щищІам щыгъуэ Іэдэбагъ хэлъу жиІащ ар Иеговэрэ Хьисэрэ я фІыщІэу зэрыщытыр. Дэри Іэдэбагъ зэрытхэлъыр къыхэщынущ ІуэхуфІхэр щытщІэм деж пщІэрэ щытхъурэ къэдмылъыхъуэмэ (11, 12 абзацхэм феплъ.)


12. Іэдэбагъым хэдгъэхъуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

12 Дэри, Петр щапхъэ тетхыу, Іэдэбагъ нэхъыбэу дгъэлъагъуэу зедгъэсэфынущ. Зыщумыгъэгъупщэ: нэгъэсауэ Іэдэбу ущытыныр ар Іэдэбагъ зыхэлъ псалъэхэр къызэрыбгъэсэбэпыракъым. Іэдэбагъ нэгъэсам и къежьапІэр ди гупсысэхэращ: ар къыхощ ди щхьэмрэ адрейхэмрэ дазэрыхущытым. Дэ зыгуэр щІэтщІэр нэгъуэщІхэр зыщыдгъэтхъуну аракъым, атІэ Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ долъагъури аращ. Аращи, Іэдэбагъ тхэлъмэ, Иеговэрэ къуэш, шыпхъухэмрэ яхуэтщІэм гуфІэгъуэ хэтхынущ, нэгъуэщІхэм абы гу лъатэми лъамытэми (Мт. 6:1—4, ДЩІ).

«ЗЭХЭЩІЫКІ ЗИВГЪЭІЭ»

13. ЗэхэщІыкІ пхэлъыным сыт къикІыр?

13 ЗэхэщІыкІ пхэлъыным сыт къикІыр? (1 Пет. 4:7). ЗэхэщІыкІ зиІэ цІыхум унафэ ищІын ипэ Алыхьым и еплъыкІэр къещІэ. Абы и дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэращ. Апхуэдэ цІыхум и зэфІэкІыр здынэсыр ещІэж, упщІэ псоми я жэуапхэр зэримыщІэри къыгуроІуэ. Абы нэмыщІ а цІыхум щІэх-щІэхыурэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуегъазэ. Апхуэдэу абы къегъэлъагъуэ Алыхьым дзыхь зэрыхуищІыр икІи сыт щыгъуи и чэнджэщ къызэрилъыхъуэрb.

14. Зэгуэр Петр зэхэщІыкІ зэрыхуримыкъуар сыт хуэдэ Іуэхугъуэм къигъэлъагъуэрэ?

14 Хьисэ щаубыдыну жэщым и апостолхэм яжриІащ: «Фэ псоми си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ ныжэбэ». Петр шэч лъэпкъ къытримыхьэу жиІащ: «Утыкум псоми укъранэми, сэ зэикІ укъизнэнукъым». ИужькІэ Хьисэ и гъэсэнхэм щыщу языныкъуэхэр хуигъэушащ: «Фымыжейуэ фысакъ, гуэныхь щІэным фыдимыхьэхын щхьэкІэ Тхьэм фелъэІу» (Мт. 26:31, 33, 41). Ауэ Петр а псалъэхэм мыхьэнэ иритакъым. Арауэ къыщІэкІынщ иужькІэ абы лІыгъэ щІыхуримыкъуар Хьисэ и гъэсэну зэрыщытыр жиІэну. Петр Хьисэ имыцІыхуу зэрыжиІам щхьэкІэ и гур хэщІу гъащ (Мт. 26:69—75).

15. Хьисэ зэхэщІыкІ зэрыхэлъыр щаубыдыну жэщым сыт къызыхэщар?

15 Хьисэ цІыху дагъуэншэу щытами, и щхьэм зэи щыгугъыжтэкъым. Абы нэгъэсауэ Иеговэ дзыхь хуищІт икІи щаубыдыну жэщым куэдрэ Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуигъэзащ. Аращ абы лІыгъэ хэлъу и Адэм и Іэмырыр щІигъэзэщІэфар (Мт. 26:39, 42, 44; Ин. 18:4, 5). Хьисэ тхьэлъэІум мыхьэнэшхуэ ириту зэрыщытар, шэч хэмылъу, Петр и гъащІэ псокІэ игу къинэжащ.

16. Петр зэхэщІыкІ иІэ зэрыхъуар сытым къыхэщрэ? (1 Петр 4:7).

16 Зэман дэкІри Петр къыгурыІуащ сыт хуэдэ Іуэхуми ипэ къихуэу Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэу и унафэр къэплъыхъуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. ЛІахэм къахэтэджыкІыжа Хьисэ, Петри адрей апостолхэри къигъэгугъащ Алыхьым и къару лъапІэр къаритыну, абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІуфын щхьэкІэ. А зэманыр къэсыху ахэр Ерусалим дэсын хуейт (Лк. 24:49; Апост. 1:4, 5). Петр а зэманыр дауэ къигъэсэбэпа? Езымрэ адрей Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ сыт щыгъуи зэхуэсурэ «Тхьэм зэпымыууэ елъэІурт» (Апост. 1:13, 14). ИужькІэ Петр и япэ тхылъыр щитхам щыгъуэ, къуэш, шыпхъухэр хуигъэушащ зэхэщІыкІ яхэлъыну икІи Алыхьым сыт щыгъуи тхьэлъэІукІэ зыхуагъэзэну. (Къеджэ 1 Петр 4:7.) Зэрытлъагъущи, Петр Иеговэ щыгугъыу зригъэсащ икІи зэхуэсым щІэгъэкъуэн хуэхъуащ (Гал. 2:9).

17. Сыт дэ зэпымыууэ тщІэн хуейр? (Сурэтми феплъ.)

17 Дэ зэхэщІыкІ тхэлъмэ, ди зэфІэкІхэм емылъытауэ, сыт щыгъуи Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэнущ. Псом хуэмыдэу, мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къыщытщтэм деж дэ Иеговэ и чэнджэщ къыдолъыхъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэркІэ сытыр нэхъыфІми абы ещІэ.

Петр къыгурыІуащ уи щхьэ ущымыгугъыжу Иеговэ и чэнджэщ сыт щыгъуи къэплъыхъуэн зэрыхуейр. Дэри дыхуейщ зэхэщІыкІ тхэлъыну икІи сыт щыгъуи Алыхьым зыхуэдгъэзэну, псом хуэмыдэу, мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэхэр къыщытщтэм деж (17 абзацым феплъ.)c


18. Иеговэ и гупсысэкІэр нэхъыфІу къыдгурыІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

18 Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ, езым хэлъ хьэл-щэнхэм хуэдэ къызэрытхилъхьам щхьэкІэ (ЩІэдз. 1:26). ДауикІ, дэ ахэр нэгъэсауэ дгъэлъэгъуэну тхузэфІэкІкъым (Ис. 55:9). Ауэ Петр хуэдэу дэри Иеговэ и гупсысэкІэр нэхъыфІу къыдгурыІуэу зытхуегъэсэнущ. Ар дэ къыдэхъулІэнущ Іэдэбагърэ зэхэщІыкІрэ тхэлъмэ икІи ди гупсысэкІэр Алыхьым и гупсысэкІэм техуэу зэрыщытыным зэпымыууэ дыкІэлъыплъмэ.

СЫТ ДЭ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР...

  • Иеговэ хуэдэу дыгупсысэу зедгъэсэну?

  • Іэдэбу дыщытыну?

  • зэхэщІыкІ тхэлъыну?

30 УЭРЭДЫР Си Алыхь, си Адэ, си Ныбжьэгъу!

a 1 Петр 4:1 ит «гупсысэкІэ» псалъэр иджыри «акъылыр зытеухуар; зэрыгупсысэ щІыкІэр» жыпІэу зэбдзэкІ хъунущ.

b ЗэхэщІыкІым теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэн щхьэкІэ «2 Тимофею 1:7. „Ибо дал нам Бог духа не боязни“» жыхуиІэ статьям еплъ. Ар къыщыбгъуэтынущ jw.org сайтым е JW Library® приложением илъ «Объяснение библейских стихов» жыхуиІэ рубрикэм.

c СУРЭТЫМ ИТЫР. Шыпхъур лэжьапІэщІэ увыну къэкІуащ. Къепсэлъэным пэплъэхукІэ абы игукІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуегъазэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын