ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w17 Ноябрь н. 21—26
  • Мы дунейм еплъыкІэ иІэхэм зыпыІувдз

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Мы дунейм еплъыкІэ иІэхэм зыпыІувдз
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ІЭМАЛ ИМЫІЭУ АЛЫХЬЫР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫН ХУЕЙ?
  • ДЭ ДИНЫМ ДЫХУЭНЫКЪУЭУ ПІЭРЭ?
  • ЗИНЭ ПЩІЭ ЗЭРЫМЫХЪУНЫМ ТЕУХУА ХАБЗЭМ ДЫТЕТЫН ХУЕЙУЭ ПІЭРЭ?
  • МЫ ДУНЕЙМ КЪУЛЫКЪУКІЭ УДЭКІУЕИНУ МЫХЬЭНЭ ИІЭ?
  • ЦІЫХУБЭР Я ГУГЪУЕХЬХЭМ ПЭЛЪЭЩЫФЫНУ ПІЭРЭ?
  • «ХЭТИ ЖЭУАП ЗЭРЕФТЫН ХУЕЙР ЗЭВГЪАЩІЭ»
  • Иеговэ и гупсысэкІэ, хьэмэрэ мы дунейм и гупсысэкІэ фиІэр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Уэ нэгъэсауэ насыпыфІэу ущытыфынущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • «Зинэ щІэным пэІэщІэ зыфщІ!»
    Алыхьым и лъагъуныгъэм фыщІэту фыкъанэ
  • «Мы зэманым и цІыхухэм акъылыфІагъэу жыхуаІэр» фи фІэщ фымыщІ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
w17 Ноябрь н. 21—26
Христиане из собрания в Колоссах обсуждают письмо, которое им написал Павел

Мы дунейм еплъыкІэ иІэхэм зыпыІувдз

«Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцІымкІэ, цІыхухэр щызыгъауэмкІэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкІыр... мы дунейм теухуауэ цІыхухэм яхэлъ гурыІуэныгъэ нэпцІыращ» (КОЛ. 2:8).

УЭРЭДХЭР: 38, 31

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Паул мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэхэм теухуауэ сыт хуэдэ чэнджэщ ита?

  • Мы дунейм къекІуэкІ еплъыкІэхэм теухуауэ щапхъэ къэфхь. Абыхэм дыпэщІэтыну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • Мы статьяр фэ дауэ къызэрывдэІэпыкъуар?

1. Паул Колоссэ дэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыт хуэдэ чэнджэщ ярита? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

АПОСТОЛ Паул япэу Римым щагъэтІысам Колоссэ дэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм письмо яхуитхауэ щытащ, хуэгъэфэщауэ 60-м е 61 гъэм. Абыхэм къагуригъэІуащ Алыхьым и къару лъапІэм къыбгъэдэкІ «гурыІуэныгъэ псори» зрагъэгъуэтыну мыхьэнэшхуэ зэриІэр (Кол. 1:9). АдэкІэ Паул къыхигъэщащ: «Ар щІыжысІэр гъэпцІагъэ зыхэлъ псалъэхэмкІэ зыми фыдимыхьэхын щхьэкІэщ. Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцІымкІэ, цІыхухэр щызыгъауэмкІэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкІыр Мэссихькъым, атІэ ди адэжьхэм къащІэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цІыхухэм яхэлъ гурыІуэныгъэу нэпцІымрэщ» (Кол. 2:4, 8). Паул къагуригъэІуащ мы дунейм къекІуэкІ языныкъуэ гупсысэхэр зэрымыпэжыр икІи абы ущІыдихьэхынкІэ хъунур. Псалъэм папщІэ, апхуэдэ еплъыкІэхэм цІыхухэр хуигъэушынкІэ хъунущ адрейхэм нэхърэ нэхъ губзыгъэу икІи зыгуэркІэ нэхъыфІу зыкъалъытэжыну. Паул Колоссэ дэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуитха письмор къадэІэпыкъун хуейт мы дунейм и еплъыкІэмрэ и ІуэхущІафэхэмрэ зыпыІуадзыну (Кол. 2:16, 17, 23).

2. Мы дунейм къыщекІуэкІ еплъыкІэхэр сыт щІызэпкърытхынур?

2 Мы дунейм и еплъыкІэм хуэдэ зиІэ цІыхухэм Алыхьым и хабзэхэм мыхьэнэ лъэпкъ имыІэу къалъытэ икІи дэри дыхуэмысакъыу щытмэ апхуэдэ гупсысэкІэр къатщтэу ди фІэщхъуныгъэр тфІэкІуэдынкІэ хъунущ. Дэ дыхуейми-дыхуэмейми апхуэдэ еплъыкІэхэм дыпэщІохуэ телевидением, интернетым, еджапІэм, лэжьапІэм. Мы статьям дэ дригъэгупсысынущ апхуэдэ еплъыкІэхэр ди гупсысэкІэм зэран хуэмыхъун папщІэ сыт тщІэ хъунуми. Дэ зэпкърытхынущ мы дунейм къыщекІуэкІ гупсыситху икІи дауэ апхуэдэ еплъыкІэхэм зыпыІуддз хъунуми дытепсэлъыхьынущ.

ІЭМАЛ ИМЫІЭУ АЛЫХЬЫР ДИ ФІЭЩ ТЩІЫН ХУЕЙ?

3. ЦІыху куэдым сыт хуэдэ гупсысэкІэ яІэ икІи сыт абы и щхьэусыгъуэр?

3 «Алыхьыр си фІэщ мыхъуми сэ цІыхуфІу сыщытыфынущ». Нобэ къэрал куэдым кІуэ пэтми нэхъыбэрэ цІыхухэм жаІэу хъуащ Алыхьыр я фІэщ мыхъуу икІи дин ямыІыгъыу. Апхуэдэу жызыІэ цІыхухэр Алыхьыр зэрыщыІэм куууэ емыгупсысауэ къыщІэкІынкІи хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм зыхуейр ящІэу псэуну ягу ирохьыр. (Къеджэ Псалом 10:4a.) Иныкъуэхэм я Іущагъым щыгугъыжу мыпхуэдэу жаІэ: «ЦІыху тэмэму дунейм утетын щхьэкІэ Іэмал имыІэу Алыхьыр уи фІэщ хъун хуейкъым».

4. Алыхьыр щымыІэу жызыІэ цІыхум сыт хуэдэ жэуап епт хъунур?

4 Акъыл хэлъу пІэрэ дунейр зыми къимыгъэщІауэ уегупсысыным? Дунейр къызэрыхъуамкІэ щІэныгъэлІхэм уеупщІмэ ухагъэзэрыхьыж фІэкІа ІупщІу, зэхэхауэ жэуап къыуатыфкъым. Ауэ абы и жэуапыр тыншщ. Унэр зыми имыухуауэ жыпІэ зэрымыхъуным хуэдэу дунейри зыми къимыгъэщІауэ жыпІэ хъунукъым. Псалъэм папщІэ, ди Іэм уІэгъэ иІэмэ ар зэман гуэркІэ езыр-езыру мэкІыж. Ауэ унэм къэча иІэу щытмэ езыр-езыру зищІыжкъым. Ди Іэпкълъэпкъым апхуэдэ зэрыхузэфІэкІым къегъэлъагъуэ дэ Алыхьым дыкъызэригъэщІар. Библиеми итщ: «ЦІыху гуэрым имыщІа унэ щыІэкъым, ауэ псори зыщІар Тхьэращ» (Евр. 3:4).

5. Алыхьыр и фІэщ мыхъуми Іеймрэ фІымрэ зэхигъэкІыфыну зи гугъэ цІыхур сытым егупсысын хуей?

5 Алыхьыр и фІэщ мыхъуми Іеймрэ фІымрэ зэхигъэкІыфыну зи гугъэ цІыхур сыт зэдгъэгупсыс хъуныр? Пэжщ, Алыхьым и Псалъэми щыжеІэ Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэри хабзэфІхэм тету зэрыпсэуфынур (Рим 2:14, 15). Псалъэм папщІэ, абыхэм я адэ-анэхэр фІыуэ ялъагъу икІи пщІэ хуащІ. Ауэ цІыхур Иеговэ и хабзэхэм темытмэ, щыуагъэшхуэхэр ищІэнкІэ хъунущ (Ис. 33:22). Гупсысэ цІыху куэдым къагуроІуэ мы дуней зэхэзэрыхьар Алыхьыншэу зэрыпхузэхэмыхыжынур. (Къеджэ Иеремия 10:23b.) Аращи, дэ зэикІ дегупсысын хуейкъым Алыхьыр ди фІэщ мыхъумэ икІи и хабзэхэр дымыщІэмэ фІымрэ Іеймрэ зэхэдгъэкІыфыну (Пс. 146:3).

ДЭ ДИНЫМ ДЫХУЭНЫКЪУЭУ ПІЭРЭ?

6. ЦІыху куэдыр диным дауэ хущыт?

6 «НасыпыфІэу ущытын щхьэкІэ диным ухуэныкъуэкъым». Нобэ цІыху куэдым къалъытэ диныр зэшыгъуэу икІи мыхьэнэ имыІэу. Абы нэмыщІ динхэм жыхьэнмэ щыІэу хурагъаджэу, ахъшэ хахыу, политикэм хэІэбэу зэрыщытым щхьэкІэ куэдым абы гущыкІ хуащІ. ГъэщІэгъуэнкъым кІуэ пэтми цІыху куэдым диныр ямыІыгъми насыпыфІэу псэуфыну егупсысу зэрыхъуар. Абыхэм жаІэфынущ: «Алыхьыр си фІэщ мэхъур, ауэ дин гуэрым сыхэтыну сыхуейкъым».

7. Дауэ дин пэжыр цІыхухэм зэрыдэІэпыкъур ахэр насыпыфІэу щытын папщІэ?

7 ЦІыхур дин нэпцІым темытмэ насыпыфІэу псэуфынущ. Ауэ цІыхур нэгъэсауэ насыпыфІэу щытынукъым ар «Алыхь насыпыфІэ» Иеговэ и ныбжьэгъуу щымытмэ (1 Тим. 1:11, ДЩІ). Алыхьым и ІуэхущІафэхэм псоми сэбэп къахуехь. Абы и лэжьакІуэхэр насыпыфІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэм зэрыдэІэпыкъуным иужь итщ (Апост. 20:35). Псалъэм папщІэ, фегупсыс Иеговэ дызэрыхуэлажьэм унагъуэр насыпыфІэ зэрищІым. Зэщхьэгъусэхэм загъасэ фІыуэ зэрылъагъуу, пщІэ зыхуащІу зыхуэпэжу щытыну икІи я сабийхэм гъэсэныгъэ тэмэм бгъэдалъхьэну. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм и лъэпкъыр зэкъуэт ещІ, абы и фІыгъэкІэ дуней псом щыІэ зэхуэсхэм илъщ мамырыгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ. (Къеджэ Исаия 65:13, 14 и япэ Іыхьэмc.)

8. Насыпыр сытым елъытами Маттэ 5:3 итым дауэ къыдгуригъаІуэрэ?

8 ЦІыхур Алыхьым хуэмылажьэми нэгъэсауэ насыпыфІэу щытыфыну пІэрэ? Насыпыр сытым елъыта? Языныкъуэхэм къулыкъукІэ зэрыдэкІуейм, спортым зэрыхэтым е хобби яІэм гуфІэгъуэ хах. НэгъуэщІхэм унагъуэ е ныбжьэгъу зэраІэр насыпу къалъытэ. ДауикІ, а псоми ди гъащІэр насыпыфІэ ещІыр, ауэ ди гъащІэм нэхъ мыхьэнэ зиІэ Іуэху щыІэщ икІи аращ насып нэгъэсар зэлъытар. Псэущхьэхэм елъытауэ дэ ДыкъэзыгъэщІам ныбжьэгъу дыхуэхъуну икІи пэжу дыхуэлэжьэну Іэмал диІэщ. Аращ дэ нэгъэсауэ насыпыфІэ дызыщІыфыныр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу Алыхьым дыкъигъэщІащ. (Къеджэ Маттэ 5:3, сноскэ) Псалъэм папщІэ, Иеговэ дыхуэлэжьэну дыщызэхуэсхэм деж гуфІэгъуэрэ гушхуэныгъэрэ догъуэт (Пс. 133:1). Дэ дегъэгуфІэ дуней псом щыІэ Иеговэ и лъэпкъым дызэрыхэтым, гугъэ дахэ икІи мыхьэнэ зиІэ гъащІэ дызэриІэм.

ЗИНЭ ПЩІЭ ЗЭРЫМЫХЪУНЫМ ТЕУХУА ХАБЗЭМ ДЫТЕТЫН ХУЕЙУЭ ПІЭРЭ?

9. 1) Янэхъыбэ цІыхухэм зинэ щІэным теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ яІэ? 2) Зинэ щІэныр гуэныхьышхуэу Алыхьым и Псалъэм сыт щІыжиІэр?

9 «ЦІыхухъумрэ цІыхубзымрэ нэчыхь щаІэ закъуэм деж-тІэ щызэгъусэ хъунур?» ЦІыхухэм дэ къыджаІэ: «Сыт абы Іейуэ хэлъыр? Зыбгъэтхъэжу упсэум нэхъыфІщ». Ауэ Алыхьым и Псалъэм зэритымкІэ зинэ пщІэ хъунукъымd. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 4:3—8.) Иеговэ дэ дыкъигъэщІащи хабзэ тхуигъэувыну хуитыныгъэ иІэщ. Алыхьым цІыхухъумрэ цІыхубзымрэ зэгъусэну хуит ищІащ, нэчыхь яІэу щытмэ. Иеговэ и хабзэхэр лъагъуныгъэм къыхэкІыущ икІи фІым дыхуэзэну хуейуэ аращ къыщІыдитар. Алыхьым и хабзэхэм тет унагъуэхэм лъагъуныгъэр илъщ икІи пщІэрэ дзыхьрэ зыхуащІ. Алыхьым тезыр ятрилъхьэнущ ящІэр къагурыІуэу абы и хабзэм ебакъуэхэм (Евр. 13:4).

10. Алыхьым и лэжьакІуэм зинэ щІэным и къапхъэным имыхуэн щхьэкІэ сыт къыдэІэпыкъунур?

10 Зинэ щІэным и къапхъэным дызэримыхуэным Алыхьым и Псалъэм дыхуегъасэ. Абы щхьэкІэ ди нэр здэплъэм дыкІэлъыплъын хуейщ. Хьисэ жиІащ: «ЦІыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукІэ зинэ ищІакІэщ. Аращи, гуэныхь пщІэну удригъэхьэхмэ, уи нэ ижьыр къитхъыжи, хыфІэдзэ» (Мт. 5:28, 29). Абы къыхэкІыу Алыхьым и лэжьакІуэхэр порнографие еплъын е къемызэгъ псалъэ зыхэт уэрэдхэм едэІуэн хуейкъым. Паул итхащ: «Фи щэныжь бзаджэм и Іуэхухэр вгъэкІуэд: Зинэ щІэныр» (Кол. 3:5). Абы нэмыщІ ди гупсысэхэми псалъэ жытІэхэми дыкІэлъыплъыжын хуейщ (Еф. 5:3—5).

МЫ ДУНЕЙМ КЪУЛЫКЪУКІЭ УДЭКІУЕИНУ МЫХЬЭНЭ ИІЭ?

11. КъулыкъукІэ дэкІуеиным мыхьэнэшхуэ иІэу сыт куэдым къыщІалъытэр?

11 «КъулыкъукІэ ехъулІэныгъэ уиІэну — аращ насыпыр». ЦІыху куэдым я гугъэщ уи къарури уи зэманри къулыкъукІэ удэкІуеиным тебгъэкІуэдэн хуейуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы цІэрыІуэ урихъуфынущ икІи лъэкІыныгъэрэ мылъкурэ къыуитыфынущ. Апхуэдэу куэдым зэрагугъэм щхьэкІэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм а еплъыкІэр къащтэнкІэ хъунущ.

12. КъулыкъукІэ ехъулІэныгъэ уиІэным цІыхур насыпыфІэ ищІу жыпІэ хъуну?

12 Псалъэм папщІэ, къулыкъу зэзыгъэгъуэтауэ лъэкІыныгъэ, пщІэ иІэу хъуа цІыхур нэгъэсауэ насыпыфІэ хъуауэ жыпІэ хъуну? Хьэуэ. Фигу къэвгъэкІыж ШейтІаным къыщыщІар. Ари хуабжьу хущІэкъут тепщэныгъэрэ щІыхьрэ зригъэгъуэтыну. Ауэ ар насыпыфІэ хъуа? Хьэуэ хъуакъым, абы и гур губжьышхуэкІэ гъэнщІащ (Мт. 4:8, 9; Апок. 12:12). НытІэ, иджы фегупсысыт сыт хуэдиз гуфІэгъуэ зыхэфщІэрэ фэ Алыхьым теухуауэ икІи абы дыкъызэригъэгугъэ къэкІуэну зэманым теухуауэ цІыхухэм фащыдэгуашэкІэ. Апхуэдэ насып сыт хуэдэ къулыкъу уиІэми къыуитыфынукъым. А псом нэмыщІ мы дунейм цІыхухэр гущІэгъуншэ ещІ икІи хуегъэуш зэпеуэну, зэныкъуэкъуну, зыр зым ефыгъуэну. Ауэ пэжыр жыпІэмэ, а псом къикІыр «жьым укІэлъыжэу аращ» (Эккл. 4:4).

13. 1) Дауэ дэ лэжьыгъэм дызэрыхущытын хуейр? 2) Паул сыт насыпыфІэ зыщІар?

13 ДауикІ, дэ дыпсэун щхьэкІэ дылэжьэн хуейщ икІи уи лэжьыгъэр уигу ирихьмэ, абы зыри Іей хэлъкъым. Ауэ лэжьыгъэр псом нэхъ япэ идгъэщу щытын хуейкъым. Хьисэ жиІащ: «ЗиусхьэнитІым хуэлэжьэн зыми лъэкІынукъым, е зым жагъуэгъу хуэхъунурэ, адрейр фІыуэ илъагъунущ, е зым пэжу хущытынурэ, адрейм нэмыплъ иритынущ. Тхьэми ахъшэми фахуэлэжьэн флъэкІынукъым фэ» (Мт. 6:24). Иеговэ жыджэру дызэрыхуэлажьэм икІи Библием итыр цІыхухэм къызэредгъащІэм дэ гуфІэгъуэ куэд къытхуехь. Апостол Паул апхуэдэ гурыщІэхэр иІащ. Абы Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ диным пыщІа къулыкъу ищІыну хэтащ. Ауэ Паул Алыхьым и Псалъэм цІыхухэр щыхуригъаджэкІэ я гъащІэр фІыкІэ абы зэрихъуэжыр зэрилъагъурат ар насыпыфІэ зыщІар. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 2:13, 19, 20.) Алыхьым дызэрыхуэлажьэм къыдит гуфІэгъуэм хуэдэ нэгъуэщІ зы Іуэхуми къыдитыфынукъым.

Сестра готовится к библейскому изучению, проповедует женщине и посещает вместе с ней встречу собрания

Алыхьым теухуауэ нэгъуэщІхэм дащыдэгуашэкІэ дэ абы гуфІэгъуэ хыдох. (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)

ЦІЫХУБЭР Я ГУГЪУЕХЬХЭМ ПЭЛЪЭЩЫФЫНУ ПІЭРЭ?

14. ЦІыхухэм я гугъуехьхэм пэлъэщыфыну сыт куэдым я фІэщ щІэхъур?

14 «ЦІыхухэм езыхэм яхузэфІэкІынущ я гугъуехьхэм пэлъэщыну». Куэдым ягу ирохь а гупсысэр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар пэжу щытамэ, Алыхьым и унафэм цІыхухэр щІэтын хуейтэкъым икІи зыхуейр ящІэу дунейм тетыфынут. Зауэхэр, щІэпхъэджагъэр, узыфэхэр, тхьэмыщкІагъэр нэхъ мащІэ хъууэ цІыхухэм жаІэу дэ куэдрэ зэхэтхыу къыщІэкІынщ. Зы статья гуэрым къыщыхьауэ щытащ: «Гугъуехьхэр нэхъ мащІэ мэхъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ цІыхухэм дунейр нэхъыфІ ящІыну мурад ящІащ». Пэжу пІэрэ ар? Гугъуехьхэм зэрыпэлъэщын Іэмал цІыхухэм къагъуэтауэ ара? Абы и жэуапыр къэтщІэнщ адэкІэ.

15. Мы дунейм щыІэ гугъуехьхэр нэхъ Іей зэрыхъур сыт къэзыгъэлъагъуэр?

15 Зауэхэр. Япэ икІи ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэхэм цІыху гъащІэу мелуан 60-м хуэдиз ихьащ. Иджыри къыздэсым зауэхэр увыІэкъым. 2015 гъэм ирихьэлІэу зауэм щхьэкІэ зи щІыпІэр къэзыгъэна цІыхухэр мелуан 65 хуэдиз хъуащ. 2015 гъэм и закъуэ къапщтэмэ, апхуэдэ цІыхухэм я бжыгъэр мелуан пщыкІутІрэ мин щиплІым нэблэгъащ. ЩІэпхъэджагъэр. Языныкъуэ щІэпхъэджагъэхэр къэрал зыбжанэм нэхъ мащІэ хъуами терроризмыр, унагъуэм залымыгъэ щызэрахьэр, интернетыр къагъэсэбэпу щІэпхъэджагъэ ящІэр, коррупциер нэхъыбэ мэхъу. ЦІыхухэм яхузэфІэкІынукъым щІэпхъэджагъэр ягъэкІуэдыну. Узыфэхэр. Иджыпсту языныкъуэ узыфэхэр ягъэхъужыфыр. Ауэ 2013 гъэм дохутырхэм къызэрахутамкІэ илъэс къэсыху гу узым, инсультым, рак узыфэм, диабетым цІыху мелуанибгъу хуэдиз йолІыкІ я ныбжьыр илъэс 60-м нэмысу. ТхьэмыщкІагъэр. «Всемирный банк»-м зэрыжиІэмкІэ Африкэм и закъуэ къапщтэмэ къулейсыз дыдэу псэу цІыхухэр 1990 гъэм мелуан 280 щытамэ 2012-гъэм мелуан 330 хуэдиз хъуащ.

16. 1) Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІа зыри гугъуехьхэм щІыпэмылъэщыфынур сыт? 2) Исаия тхылъым икІи 72-нэ Псаломым зэритымкІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъабжьэ щІэтхэм сыт худэ гъащІэ яІэну?

16 Экономикэмрэ политикэмрэ я щІыбагъ дэтыр щхьэхуещэу щыт цІыхухэращ. Аращ цІыхухэр щІыпэмылъэщыр зауэхэм, щІэпхъэджагъэм, узыфэхэм, тхьэмыщкІагъэм. Апхуэдэ зэфІэкІ зиІэр Алыхьым и Пащтыхьыгъуэращ. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт дэ Иеговэ къытхуищІэнур. Зауэхэр. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зауэхэм лъабжьэ хуэхъур Іуихынущ — щхьэхуещагъэр, коррупциер, лъэпкъ зэхэгъэж щІыныр, дин нэпцІыр, уеблэмэ Иблисри (Пс. 46:8, 9). ЩІэпхъэджагъэр. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм мелуан зыбжанэ хъу цІыхухэр фІыуэ зэрылъагъуу икІи дзыхь зыхуащІу игъэсащ. Къэрал унэфэщІхэм ар яхузэфІэкІынукъым (Ис. 11:9). Узыфэхэр. Иеговэ и лэжьакІуэхэм узыншагъэ быдэ яритынущ (Ис. 35:5, 6). ТхьэмыщкІагъэр. Иеговэ тхьэмыщкІагъэм кІэ иритынущ. ЦІыхухэр насыпыфІэу щытын щхьэкІэ зыхуэныкъуэ псори яІэнущ икІи Алыхьыр я ныбжьэгъуу щытыфынущ, аращ псом нэхърэ нэхъ лъапІэр (Пс. 72:12, 13).

«ХЭТИ ЖЭУАП ЗЭРЕФТЫН ХУЕЙР ЗЭВГЪАЩІЭ»

17. Мы дунейм къекІуэкІ еплъыкІэхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур?

17 Мы дунейм къекІуэкІ еплъыкІэ гуэр уи фІэщхъуныгъэм темыхуэмэ абы теухуауэ Тхыгъэ ЛъапІэм жиІэр къащІэ икІи Иеговэ пэжу хуэлажьэ цІыхум епсалъэ. ЗэхэгъэкІ а еплъыкІэр пфІэгъэщІэгъуэн щІэхъуар, ар пцІыуэ зэрыщытыр икІи ар къызэрыщІэбгъэщыфынур. Мы дунейм иІэ гупсысэкІэм зыщытхъумэфынущ Колоссэ къалэм дэсхэм апостол Паул яхуитха тхылъым ит чэнджэщым дытетмэ: «Фэ къыфщымыщ цІыхухэм акъылыфІагъэкІэ фахущыт. [...] Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащІэ» (Кол. 4:5, 6).

a Псалом 10:4: «Пэгагъэм къыхэкІыу цІыху мыхъумыщІэм Алыхьыр къилъыхъуэркъым. И гупсысэхэм Алыхьыр хэткъым».

b Иеремия 10:23: «СощІэ, Иеговэ, цІыхур и гъуэгум зэрыхуимытыр, цІыху кІуэм и лъэр иунэтІыну зэрыхузэфІэмыкІыр».

c Исаия 65:13, 14 и япэ Іыхьэр: «Абы щхьэкІэ Зиусхьэн Иеговэ мыпхуэдэу жеІэ: „Сэ си лэжьакІуэхэр шхэнущ, ауэ фэ фымэжэлІэнущ. Сэ си лэжьакІуэхэм псы яІэнущ, ауэ фэ псы фыхуэлІэнущ. Сэ си лэжьакІуэхэм гуфІэгъуэ яІэнущ, ауэ фэ фи напэр сынущ. Сэ си лэжьакІуэхэр я гум илъ гуфІэгъуэм щхьэкІэ хэІэтыкІауэ гуфІэнущ“».

d Языныкъуэ цІыхухэм Иуан 7:53—8:11 итым къеджа иужь зинэ зыщІар зыгъэкъуэншэну хуитыныгъэ зиІэр гуэныхьыншэу езыр щытын хуейуэ къагуроІуэ. Мы пычыгъуэр изыныкъуэ зэдзэкІа Библиехэм къыщыхьауэ щытми, куэдым ящІэкъым Алыхьым и къару лъапІэмкІэ иригъэтха Инджылым ар зэрыхэмытыр икІи иужькІэ зэрыхагъэувэжар. Абы нэмыщІ израил цІыхухэм Алыхьым ярита Хабзэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «ЦІыхухъур щхьэгъусэ зиІэ цІыхубзым игъусауэ къыщІэщмэ, тІури лІэн хуейщ» (Втор. 22:22).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын