ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Август н. 9—14
  • ЦІыхум дызэрыхущытыр сытым елъыта?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ЦІыхум дызэрыхущытыр сытым елъыта?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЦІЫХУР КЪЫЗЫХЭКІА РАСЭР Е ЛЪЭПКЪЫР
  • ЦІЫХУМ МЫЛЪКУ БГЪЭДЭЛЪЫР
  • ЦІЫХУМ И НЫБЖЬЫР
  • НЭФІ-НЕЙ ФЫМЫЩІ
  • «Бог беспристрастен»
    Проповедуйте Царство Бога!
  • «МэлыхъуэфІым и макъым» федаІуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Иеговэрэ Хьисэрэ зэрызэкъуэтым хуэдэу дэри зэкъуэту дыщывгъэт
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Петр итха письмохэм хэлъ дерсхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Август н. 9—14

ЦІыхум дызэрыхущытыр сытым елъыта?

«Щхьэтелъэфу [«цІыхум и теплъэм елъытауэ», ДЩІ] хьэкум фымыщІ, щыпкъагъэм тету фщІы хьэкум» (ИН. 7:24).

УЭРЭДХЭР: 142, 123

НЭГЪУЭЩІХЭМ ДАЗЭРЫХУЩЫТЫН ХУЕЙМ ТЕУХУАУЭ СЫТ МЫ ЕДЗЫГЪУЭХЭМ КЪЫДАГЪАЩІЭР?

  • Апостолхэм 10:34, 35

  • Левит 19:15

  • 1 Тимофей 4:12

1. Бегъымбар Ешайа Хьисэ теухуауэ сыт жиІар икІи сыт абы дыщІигъэгушхуэр?

БЕГЪЫМБАР Ешайа (Исаия) Хьисэ Мэссихь теухуауэ жиІа псалъэхэм гугъэ къыдат. Абы жиІауэ щытащ: «Абы и нэм илъагъу закъуэмкІэ хьэкум ищІынукъым икІи и тхьэкІумэм зэхих закъуэмкІэ зыми егиинукъым. Абы тхьэмыщкІэхэм хьэкум пэж ятрищІыхьынущ» (Ис. 11:3, 4). Сыт абы дыщІигъэгушхуэр? Дэ нобэ дыщыпсэу дунейм нэфІ-ней щІыныр тез хъуащ икІи цІыхухэр нэгъуэщІхэм я теплъэм елъытауэщ зэрахущытыр. Аращи, шэч лъэпкъ хэлъкъым гуэныхь зыхэмылъ хеящІэ, Хьисэ, дызэрыхуэныкъуэм, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы зэи «и нэм илъагъу закъуэмкІэ хьэкум ищІынукъым»!

2. Хьисэ сытым дыкъыхуриджа? Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

2 Махуэ къэс дэ нэгъуэщІхэм теухуауэ еплъыкІэ гуэр диІэ мэхъу. Ауэ Хьисэ хуэдэу дэ гуэныхь тхэмылъу дыщыткъыми, щІэх-щІэхыурэ дыщоуэ. Иныкъуэм деж цІыхум дызэрыхущытыр и теплъэм елъытащ. Ауэ Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ жиІауэ щытащ: «Щхьэтелъэфу [«цІыхум и теплъэм елъытауэ», ДЩІ] хьэкум фымыщІ, щыпкъагъэм тету фщІы хьэкум» (Ин. 7:24). А псалъэхэмкІэ Хьисэ дыкъыхуриджащ езым щапхъэ тетхыу, цІыху зэхэгъэж дымыщІыну. Мы статьям цІыхухэм дазэрыхущытыр зэлъыта Іуэхугъуищым дыщытепсэлъыхьынщ: цІыхур къызыхэкІа расэм е лъэпкъым, мылъку бгъэдэлъым икІи и ныбжьым. Іуэхугъуэ къэс щызэпкърытхкІэ дегупсысынщ Хьисэ и псалъэхэм дызэрытетыфынум.

ЦІЫХУР КЪЫЗЫХЭКІА РАСЭР Е ЛЪЭПКЪЫР

3, 4. 1) Сыт Петр къыдэІэпыкъуар нэгъуэщІ лъэпкъхэм яхуиІэ еплъыкІэр ихъуэжыну? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.) 2) Иеговэ и фІыгъэкІэ сыт Петр къыгурыІуар?

3 Петр Кесарие къалэм дэс Корнелий и унэм кІуэн хуейуэ Алыхьым къалэн къыщритам, ар куэдым егупсысауэ къыщІэкІынщ (Апост. 10:17—29). НэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщхэр мыкъабзэу жаІэурэ, апхуэдэ гупсысэм Петр щІапІыкІат. Ауэ абы и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм и еплъыкІэр ирагъэхъуэжащ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым Петр Іуэхугъуэ гъэщІэгъуэн гуэр иригъэлъэгъуащ (Апост. 10:9—16). Абы щэкІ иным ещхь гуэр къехыу илъэгъуащ. А щэкІым мыкъабзэ псэущхьэхэр кІуэцІылът. Абдежым Петр уафэм къиІукІ макъ гуэр зэхихащ: «Петр, къэтэдж. ФІэгъэжи, шхы!» Ауэ Петр ар идакъым. Апхуэдэу щыхъум уафэм къиІукІ макъым къыжриІащ: «Тхьэм хьэлэлу икІи шхыпхъэу жыхуиІар уэ хьэрэму умылъытэ». А псор илъэгъуа иужь Петр уафэм къиІукІа макъым жиІэну зыхуеям егупсысу здэщысым, Корнелий и цІыхухэр къыхуэкІуащ. Алыхьым и къару лъапІэм ар хуигъэушащ абыхэм я гъусэу Корнелий и унэм кІуэну.

4 Петр цІыхухэм зэрахущытыр я теплъэм е къызыхэкІа лъэпкъым елъытауэ щытамэ, Корнелий и деж зэи кІуэну къыщІэкІынтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ журтхэр нэгъуэщІ лъэпкъым щыщхэм я унэ зэи щІыхьэнутэкъым. Сыт-тІэ Петр къыдэІэпыкъуар нэфІ-ней щІыныр зыхинэну? Абы илъэгъуамрэ Алыхьым и къару лъапІэм къыжриІамрэ и гум хыхьат. Корнелий и псалъэхэр зэхиха иужь Петр жиІащ: «Тхьэр цІыхум и фэм емыплъу, цІыху псори и зэхуэдэу зэрыщытыр къызгурыІуащ. Сыт хуэдэ лъэпкъым къыхэкІауи щрет, Тхьэм и фІэлІыкІыр зи гум илъыр икІи щыпкъагъэр зыгъэзащІэ дэтхэнэри Тхьэм ещтэ» (Апост. 10:34, 35). А мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэр къыщищІам Петр Іейуэ игъэщІэгъуащ! Дауэ ар Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми зэрехьэлІар?

Фэ нэфІ-ней фхэмылъу икІи цІыху зэхэгъэж фымыщІу фигугъэми, а хьэл Іейхэр къыфхэнауэ фхэлъынкІэ хъунущ

5. 1) Иеговэ и дэтхэнэ лэжьакІуэми сыт къыгуригъэІуэну зыхуейр? 2) Дэ пэжыр тщІэуэ щытми, сыт хуэдэ хьэлхэр къытхэнауэ щытынкІэ хъуну?

5 Петр и щапхъэмкІэ Иеговэ цІыху зэхэгъэж зэримыщІыр и дэтхэнэ лэжьакІуэми иригъэлъэгъуащ. Иеговэ цІыхум зэрыхущытыр елъытакъым ар къызыхэкІа расэм, лъэпкъым икІи зэрыпсалъэ бзэм. Ар Алыхь фІэлІыкІ зиІэ икІи пэжым тет дэтхэнэ цІыхуми арэзы хуохъу (Гал. 3:26—28; Апок. 7:9, 10). Фэ, дауикІ, фощІэ Алыхьыр апхуэдэу зэрыщытыр. Ауэ фыкъыщыхъуа щІыпІэм е фыщапІа унагъуэм цІыху зэхэгъэж ящІу щытамэ-щэ? Фэ нэфІ-ней фхэмылъу икІи цІыху зэхэгъэж фымыщІу фигугъэми, а хьэл Іейхэр къыфхэнауэ фхэлъынкІэ хъунущ. Уеблэмэ, Иеговэ зэхэгъэж зэримыщІыр Петр адрейхэм къагуригъаІуэу щытами, иужькІэ езым нэфІ-ней ищІу щІидзащ (Гал. 2:11—14). Аращи, сыт къыддэІэпыкъунур Хьисэ жиІар дгъэзэщІэну икІи нэгъуэщІхэм дазэрыхущытыр я теплъэм елъытауэ щымытыну?

6. 1) НэфІ-ней щІыныр ди гум итхыну сыт къыддэІэпыкъунур? 2) Ди зы къуэшым письмо итхам езым теухуауэ сыт къигъэлъэгъуар?

6 ЦІыху зэхэгъэж щІыныр ди гум къинарэ къимынарэ зэхэдгъэкІын щхьэкІэ, дэ еплъыкІэ диІэмрэ Алыхьым и Псалъэм итымрэ зэхуэдгъадэу зыдгъэунэхужын хуейщ (Пс. 119:105). Апхуэдэ гуэр тхэлъу зыдэдмылъэгъужмэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм делъэІу хъунущ нэфІ-ней тщІырэ дымыщІрэ къыджаІэну (Гал. 2:11, 14). Иныкъуэм деж абы апхуэдизкІэ ди гум лъабжьэ щещІри, гу лъыттэжкъым апхуэдэ хьэл Іей дызэриІэм. Аращ къыщыщІар зэхуэсым и нэхъыжь ди зы къуэшым. Абы полновременнэу лажьэ зэщхьэгъуситІым я лэжьыгъэр зэрагъэзащІэм теухуауэ филиалым письмо итхын хуейт. ЛІыр лъэпкъ зыщыщыр куэдым мыхьэнэншэу ябж. Къуэшым езым къыгурыІуэжу къыщІэкІынутэкъым а лъэпкъым щыщхэм нэфІ-ней хэлъу зэрахущытыр. Абы письмо итхам лІым хьэл-щэн дахэ куэд зэрыхэлъыр къыхигъэщащ, ауэ мыпхуэдэуи щІигъуащ: «Ар... [мыпхуэдэ лъэпкъым щыщми], и хьэл-щэнхэм икІи и дуней тетыкІэм я фІыгъэкІэ нэгъуэщІхэм къагуроІуэ... [а лъэпкъым щыщхэр] мыкъабзэлъабзэу, хьэлыншэу щытми, псори апхуэдэу зэрыщымытыр». Сыт хуэдэ дерс дэ абы хэтхыфынур? Иеговэ и организацэм сыт хуэдэ къалэн щыдмыгъэзащІэми, дэ зыдгъэунэхужын хуейщ икІи адрейхэр зыдэдгъэІэпыкъуу цІыху зэхэгъэж щІыныр ди гум къинарэ къимынарэ зэхэдгъэкІын хуейщ. Абы нэмыщІ сыт иджыри тщІэ хъунур?

7. Ди гур цІыхухэм щхьэкІэ зэІухауэ зэрыщытыр дауэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур?

7 ЦІыхухэм ди гур къахузэІутхмэ, нэфІ-ней щІыныр лъагъуныгъэм иригъэкъэбзыкІынущ (2 Кор. 6:11—13). ФыкъызыхэкІа расэм, лъэпкъым щыщ цІыхум е фи бзэкІэ псалъэ цІыхум фыригъусэну нэхъ къафщтэрэ? Апхуэдэу щытмэ, нэгъуэщІ цІыхухэми фазэрепсэлъэным иужь фит. Псалъэм папщІэ, расэкІэ, лъэпкъкІэ е бзэкІэ зэмыщхь къуэш, шыпхъухэми я гъусэу хъыбарыфІыр вгъэІу хъунущ икІи ахэр фи деж хьэщІэу къевгъэблагъэ хъунущ (Апост. 16:14, 15). Апхуэдэу фщІэмэ, фи гум лъагъуныгъэ из хъунурэ, абы цІыху зэхэгъэж щІыныр ирихынущ. Ауэ цІыхум еплъыкІэ худиІэм иджыри зы Іуэхугъуэ зэран хуэхъуфынущ — мылъку бгъэдэлъыр.

ЦІЫХУМ МЫЛЪКУ БГЪЭДЭЛЪЫР

8. Левит 19:15 зэритымкІэ, цІыхум дызэрыхущытыр абы мылъку бгъэдэлъым дауэ зэрепхар?

8 ЦІыхум теухуауэ еплъыкІэ диІэм зэран хуэхъуфынущ абы мылъку бгъэдэлъыр. Левит 19:15 щыжыІащ: «НэфІ-ней пхэлъу тхьэмыщкІэм ухущымыт икІи къулейм щІыхь нэхъ хуомыщІ. Уи гъунэгъум захуагъэ хэлъу хьэкум тещІыхь».

9. Сыт Сэлмэн гуэныхьыщІэ цІыхухэм теухуауэ итхар икІи сытым абы дыхуигъасэрэ?

9 Ауэ дауэ цІыхум мылъку бгъэдэлъыр абы теухуауэ еплъыкІэ диІэм зэран зэрыхуэхъуфынур? Алыхьым и къару лъапІэмкІэ Сэлмэн гуэныхьыщІэ цІыхухэм теухуауэ мыпхуэдэу иригъэтхащ: «ТхьэмыщкІэри гъунэгъурэ пэт я жагъуэщ, щопэкІу хуэщІам и унэ ныбжьэгъубэр» (Прит. 14:20, Гъэсэпэтхыдэхэр). Мы псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ? Дымысакъмэ, къулейхэр ныбжьэгъу тщІыуэ, тхьэмыщкІэхэр ІэщІыб тщІынкІэ хъунущ. Сыт-тІэ шынагъэу хэлъыр цІыхум ухуиІэ еплъыкІэр мылъку иІэ закъуэм тегъэщІауэ щытыным?

10. Екъуб зэритхамкІэ япэ лІэщІыгъуэм языныкъуэ зэхуэсхэр сытым кІэлъыплъын хуейт?

10 ЦІыхум дызэрыхущытыр мылъку бгъэдэлъым елъытауэ щытмэ, зэхуэсыр гуп-гупурэ гуэша хъункІэ хъунущ. Япэ лІэщІыгъуэм языныкъуэ зэхуэсхэм апхуэдэ къыщыхъуауэ щытащ икІи абы теухуауэ Екъуб итхыжащ. (Къеджэ Екъуб 2:1—4.) Дэри дыкІэлъыплъын хуейщ апхуэдэ ди зэхуэсхэм къыщымыхъун щхьэкІэ. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт къыддэІэпыкъунур цІыхум худиІэ еплъыкІэр мылъку иІэм тегъэщІауэ щымытыну?

Дэ адрейхэр зыдэдгъэІэпыкъуу цІыху зэхэгъэж щІыныр ди гум къинарэ къимынарэ зэхэдгъэкІын хуейщ

11. ЦІыхум мылъку бгъэдэлъым елъытауэ пІэрэ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр? КъыдгурывгъаІуэ.

11 Ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ зэреплъым хуэдэу деплъын хуейщ. Иеговэ дэ фІыуэ дыщІилъагъур дызэрыкъулейракъым е дызэрытхьэмыщкІэракъым. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр мылъку диІэм елъытакъым. Хьисэ жиІауэ щытащ: «Тхьэуэ уафэм щыІэм и Тепщэныгъэшхуэм щІыхьэныр бейм дежкІэ гугъущ» (Мт. 19:23). Ауэ абы и псалъэхэм къикІкъым къулейм ар хузэфІэмыкІыххэну. Абы нэмыщІ Хьисэ жиІауэ щытащ: «Фэ, тхьэмыщкІэхэр,гъуэгу махуэ фытеуващ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщІэтщи» (Лк. 6:20). Ауэ мы псалъэхэми къикІкъым тхьэмыщкІэхэр псори Хьисэ едаІуэу, Алыхьым и нэфІ щыхуэныгъэр къалъысауэ. ТхьэмыщкІэ куэдыр Хьисэ и лъэужь иувакъым. Зэрытлъагъущи, цІыхум мылъку бгъэдэлъым елъытакъым Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр.

12. Тхыгъэ ЛъапІэм къулейхэри къулейсызхэри сытым къыхуриджэрэ?

12 Иеговэ и лъэпкъым къулей икІи тхьэмыщкІэ къуэш, шыпхъу куэд хэтщ. Ауэ абыхэм псоми Иеговэ фІыуэ ялъагъу икІи гурэ псэкІэ хуолажьэ. Тхыгъэ ЛъапІэм къулейхэр къыхуреджэ «мылъку нэпцІым щымыгугъыну, атІэ Тхьэм нэхъ щыгугъыну». (Къеджэ 1 Тимофей 6:17—19.) Абы нэмыщІ Алыхьым и Псалъэм итщ Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэми, къулейми къулейсызми, ахъшэр фІыуэ илъагъун зэрыхуэмейр (1 Тим. 6:9, 10). Ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ и нэкІэ деплъмэ, абыхэм яІэм е ямыІэм елъытауэ щытынукъым дазэрыхущытыр. Ауэ ныбжьым теухуауэ жыпІэмэ-щэ? ЦІыхум худиІэ еплъыкІэр абы елъытауэ щытын хуей? АдэкІэ къэтщІэнщ.

ЦІЫХУМ И НЫБЖЬЫР

13. Библием зэрыжиІэмкІэ, нэхъыжьхэм дауэ дазэрыхущытын хуейр?

13 Библием мызэ-мытІэу итщ нэхъыжьхэм пщІэ зэрыхуэщІын хуейр. Левит 19:32 щыжыІащ: «Зи щхьэцыр тхъуам и пащхьэ къыщытэдж икІи зи ныбжь хэкІуэтам пщІэ хуэщІ. Уи Алыхьым щышынэ». Апхуэдэ гупсысэ итщ Притчи 16:31: «Тхъугъэм цІыхур егъэдахэ, ар гъуэгу пэжым тету щытмэ». Апостол Паул Тимофей къыхуриджэу щытащ езым нэхърэ нэхъыжь къуэшхэм ткІийуэ хущымытыну (1 Тим. 5:1, 2). Апхуэдэ къуэшхэм Тимофей унафэ гуэрхэр яхуищІын хуейми, абыхэм щабэу икІи пщІэ яхуищІу хущытын хуейт.

14. Сытым деж дэр нэхърэ нэхъыжьым чэнджэщ щеттын хуейр?

14 НтІэ, дэр нэхърэ нэхъыжь цІыхум хуейуэ гуэныхь ищІэмэ е Иеговэ ифІэмыфІ гуэрхэр кІуэцІригъэкІыну хэтмэ, сыт тщІэнур? Хуейуэ гуэныхь зыщІэ цІыхум Иеговэ нэхъ нэ лейкІэ еплъкъым, абы ныбжь зэриІэм щхьэкІэ. Гу лъыфтэ Исаия 65:20 ит принципым: «ГуныхьщІакІуэм нэлат ирахынущ, ар илъэсищэ хъуми». Апхуэдэ принцип Алыхьым Иезекииль иригъэлъэгъуами къыщыхощ (Иез. 9:5—7). Псом япэу дэ пщІэ зыхуэтщІын хуейр, псом нэхърэ нэхъыжь Иеговэщ (Дан. 7:9, 10, 13, 14). Абы щыгъуэ дэ дышынэнукъым цІыхур дэр нэхърэ нэхъыжьми, хуей хъумэ, чэнджэщ еттыну (Гал. 6:1).

Къуэш нэхъ щІалэхэм пщІэ яхуэфщІрэ? (15-нэ абзацым феплъ.)

15. Паул и псалъэхэм къызэрыхэщымкІэ къуэш нэхъ щІалэхэм дауэ дазэрыхущытын хуейр?

15 Къуэшыр щІалэу щытмэ-щэ? Абыи пщІэ хуэфщІрэ? Апостол Паул щІалэщІэ Тимофей хуитхат: «Уи ныбжьыщІагъэм щхьэкІэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт, ауэ псалъэхэмкІэ, псэукІэмкІэ, фІылъагъуныгъэмкІэ, фІэщхъуныгъэмкІэ, гукъабзагъэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэхэм щапхъэ яхуэхъу» (1 Тим. 4:12). Абы щыгъуэ Тимофей илъэс 30-м тІэкІу щІигъуауэ къыщІэкІынт. Ауэ Паул абы пщІэшхуэ зыпылъ къалэнхэр игъэзэщІэну дзыхь хуищІат. Сыт хуэдэ дерс дэ абы хэтхыфынур? Къуэш нэхъ щІалэхэм дазэрыхущытыр я ныбжьым елъытауэ щытын хуейкъым. Хьисэ Мэссихьи хъыбарыфІыр щигъэІуам щыгъуэ илъэс 30-м куэдкІэ щІигъуатэкъым.

16, 17. 1) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжь е и дэІэпыкъуэгъу ящІынрэ ямыщІынрэ унафэ щащІым деж, ар сытым тегъэщІауэ щытын хуей? 2) Дауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ щащІым деж, щыпсэу щІыпІэм хабзэ къыщекІуэкІхэр е езыхэм яІэ еплъыкІэр зэран къазэрыхуэхъуфынур?

16 Языныкъуэ щІыпІэхэм цІыхухъу нэхъ щІалэхэм пщІэ хуащІыну я хабзэкъым. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр пІащІэкъым къуэш нэхъ щІалэхэр зэхуэсым и нэхъыжь е и дэІэпыкъуэгъу ящІыну, апхуэдэ къалэнхэр ягъэзэщІэну ахэр хьэзырми. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым: Библием зыщІыпІи щыжыІакъым къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжь е и дэІэпыкъуэгъу ящІын щхьэкІэ ныбжь гуэрым нэсын хуейуэ (1 Тим. 3:1—10, 12, 13; Тит 1:5—9). Абы теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм хабзэ гуэрхэр езыхэм ягъэувмэ, ар Тхыгъэм итым пэщІоувэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэшхэм апхуэдэ къалэнхэр ягъэзэщІэну хьэзыррэ мыхьэзыррэ унафэ ящІ хъунукъым щыпсэу щІыпІэм хабзэ къыщекІуэкІхэм е езыхэм яІэ еплъыкІэм тегъэщІауэ. А унафэр Тхыгъэ лъапІэм ит принципхэм тегъэщІауэщ зэрыщытын хуейр (2 Тим. 3:16, 17).

17 Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Зы къэрал гуэрым зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум кърата къалэнхэр фІыуэ игъэзащІэт. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ялъагъут а къуэшым зэхуэсым и нэхъыжьыр зэрыщытын хуейм теухуауэ Библием итыр зэригъэзащІэр. Ауэ ар теплъэкІэ щІалэІуэу зэрыщытым щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжь нэхъ ныбжь зиІэхэм абы жиІэр нэгъуэщІхэм зыуи кърамыдзэну къащыхъут. Ди жагъуэ зэрыхъущи, а къуэшыр и теплъэм щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжь ящІакъым. ИкІи апхуэдэ еплъыкІэр щІыпІэ куэдым къыщокІуэкІ. Аращи, мыхьэнэшхуэ иІэщ дыщыпсэу щІыпІэм хабзэ къыщекІуэкІхэр е диІэ еплъыкІэхэр унафэ тщІыхэм лъабжьэ хуэмыхъуу, ахэр Библием тегъэщІауэ щытыным. Апхуэдэу щытмэ, Хьисэ жиІар догъэзащІэ икІи нэгъуэщІхэм дазэрыхущытыр я теплъэм елъытауэ щыткъым.

НЭФІ-НЕЙ ФЫМЫЩІ

18, 19. Сыт къыддэІэпыкъунур Иеговэ и нэкІэ адрейхэм деплъыну?

18 Гуэныхь зэрытхэлъым емылъытауэ, Иеговэ хуэдэу дэри цІыху зэхэгъэж дымыщІу дыщытыфынущ (Апост. 10:34, 35). Ауэ абы щхьэкІэ Алыхьым и псалъэм дызыхуригъасэхэр дигу къэдгъэкІыжурэ, сыт щыгъуи абыхэм дытетын хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, Хьисэ и псалъэхэм дытету жыпІэ хъунущ (Ин. 7:24).

19 Куэд мыщІэу ди Пащтыхь, Хьисэ Мэссихь, и нэм илъагъу закъуэмкІэ икІи и тхьэкІумэм зэхих закъуэмкІэ хьэкум имыщІу, захуагъэм тету хьэкум ищІынущ (Ис. 11:3, 4). Сыту зэманыфІу щытыну ар!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын