ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Декабрь н. 16—21
  • «МэлыхъуэфІым и макъым» федаІуэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «МэлыхъуэфІым и макъым» федаІуэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ЕГЪЭЛЕЯУЭ «ФЫМЫГУЗАВЭ»
  • «ХЬЭКУМ ЗЫМИ ТЕВМЫЩІЫХЬ»
  • Иеговэ федаІуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • «Сэ езым си мэлхэр къэслъыхъуэжынущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Декабрь н. 16—21

50 СТАТЬЯР

«МэлыхъуэфІым и макъым» федаІуэ

«Ахэри си макъым къедэІуэнущ» (ИН. 10:16).

3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр мэл цІыкІухэм сыт щІригъэщхьар?

ХЬИСЭ езымрэ и лъэужь ирикІуэхэмрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр мэлыхъуэмрэ мэл цІыкІухэмрэ зэрызэхущытым иригъэщхьащ (Ин. 10:14). ДауикІ, а щапхъэр гурыІуэгъуэщ. Мэлхэм мэлыхъуэр фІыуэ яцІыху икІи абы и макъым йодаІуэ. Зы цІыхухъу гуэрым абы теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «Дэ мэлхэм сурэт ятетхын щхьэкІэ зыбгъэдэтшэну дыкъеджати ди макъыр зэрамыцІыхум къыхэкІкІэ абыхэм загъэхъеякъым. ИужькІэ мэлыхъуэр къыІухьэу абыхэм щеджам щыгъуэ мэлхэр абы занщІэу и ужь иуващ».

2, 3. 1) Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм и макъым зэредаІуэр дапхуэдэу къызэрагъэлъагъуэр? 2) Мы статьямрэ абы къыкІэлъыкІуэмрэ сыт щызэпкърытхынур?

2 А цІыхухъум жиІэжам дигу къегъэкІыж Хьисэ и мэл цІыкІухэм, нэгъуэщІу жыпІэмэ, и лъэужь ирикІуэхэм теухуа псалъэхэр: «Ахэри си макъым къедэІуэнущ» (Ин. 10:16). Ауэ Хьисэ иджыпсту уафэм щыІэщ. Дапхуэдэу дэ къызэрыдгъэлъэгъуэфынур абы и макъым дызэредаІуэр? Хьисэ зыхуригъаджэу щытар куууэ дджымэ икІи къэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпмэ, абы и макъым дедаІуэу жыпІэ хъунущ (Мт. 7:24, 25).

3 Мы статьямрэ абы къыкІэлъыкІуэмрэ Хьисэ къытхуигъэна унафэхэм дыхэплъэнущ. Абы тщІэн хуэмейм икІи дгъэзэщІэн хуейм теухуауэ унафэхэр къытхуигъэнащ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ тщІэн хуэмейуэ зи гугъу ищІа ІуэхугъуитІ.

ЕГЪЭЛЕЯУЭ «ФЫМЫГУЗАВЭ»

4. Лука 12:29 зэритымкІэ, дэ дыщІэгузэвэнкІэ хъунур сыт?

4 Къеджэ Лука 12:29 (Хъыб., 1993). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр я Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэм щхьэкІэ егъэлеяуэ мыгузэвэну къыхуриджэт. ДауикІ, Хьисэ и чэнджэщхэм ди дежкІэ сэбэпынагъ зэрыхэлъыр дэ дощІэ. Ауэ умыгузэвэну щымытынш къохъу. Сыт щхьэкІэ?

5. Языныкъуэхэр я унагъуэр зыхуей зэрыхуагъэзэным теухуауэ щІэгузавэр сыт?

5 ЦІыху куэдыр я щхьэр зэрапІыжынум е я унагъуэр зыхуей зэрыхуагъэзэным егъэгузавэ. Языныкъуэхэр хуэмыщІа къэралхэм щопсэу икІи я унагъуэр зыхуей хуагъэзэн щхьэкІэ гугъу йохь. Хэти COVID-19 пандемием и ягъэкІэ лэжьапІэр фІэкІуэдащ икІи зэрыпсэун ахъшэ иІэкъым. Языныкъуэ унагъуэхэми зыпІын ящхьэщымытыжу къэнащ (Эккл. 9:11). Иджыпсту къедбжэкІа Іуэхухэм щыщ гуэр дыпэщІэхуауэ щытмэ, Хьисэ къытхуигъэна «егъэлеяуэ фымыгузавэ» жыхуиІэ унафэм дытетыну сыт къыддэІэпыкъунур?

Брат тонет. 1. Брат после увольнения забирает вещи с рабочего места. 2. Ему не хватает денег купить в магазине то, о чём просят его дети. 3. Брат с семьёй выселяется из дома.

Фызыхуэныкъуэм теухуауэ егъэлеяуэ фыгузэвэным ипІэкІэ Иеговэ дзыхь хуэфщІыну зевгъасэ (6—8-нэ абзацхэм феплъ.)b

6. Апостол Петр зэгуэр сыт къыщыщІар?

6 Зэгуэр Петррэ нэгъуэщІ апостолхэмрэ кхъуафэжьейм ису Галилей хым тету борэнышхуэм хэхуащ. Абы щыгъуэ Хьисэ псым тету къызэрыкІуэр абыхэм ялъэгъуащ. Петр жиІащ: «Зиусхьэн, ар уэрауэ щытмэ, псы гущІыІум сытету, уи деж сынэкІуэну унафэ щІы». Хьисэ абы жэуап иритыжащ: «КъакІуэ!» Петр «кхъуафэжьейм къикІри, псы гущІыІум тету, Хьисэ деж кІуэну ежьащ». Сыт адэкІэ къэхъуар? «Жьышхуэр къыщыкъуэум, [Петр] гузавэри, къэшынащ. Псым щІилъафэ щыхъум, къэгуоуащ: — Зиусхьэн, сыкъегъэл». Хьисэ и Іэр ишийри, ар къригъэлащ. Гу лъытапхъэщ: Петр Хьисэ еплъыху псы къэукъубеям и гущІыІум тету кІуэфт, ауэ борэнышхуэм еплъу щыщІидзам щыгъуэ къэшынэжри, псым щІилъафэу щІидзащ (Мт. 14:24—31).

7. Петр и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

7 Петр къыщыщІам дэ дерс хэтхыфынущ. Ар кхъуафэжьейм къикІыу Хьисэ деж псым тету щыкІуам, дауикІ, абы и гугъакъым борэным игъэшынэу псым щІилъафэу щІидзэну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и нэр Хьисэ къытригъэкІри, зиплъыхьыу щІидзащ. Псым дытету къызэрыдмыкІухьыфынур гурыІуэгъуэщ, ауэ дэри ди фІэщхъуныгъэр зыгъэунэхуну гугъуехьхэм дыпэщІэхуэнущ. Абы щыгъуэ Иеговэрэ абы и Псалъэмрэ дыщымыгугъыу нэгъуэщІ зыгуэрым дыщыгугъыу щІэддзэмэ, дэ псым дыщІилъафэу щІидзэнущ, е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, ди фІэщхъуныгъэр махэ хъунущ. Сыт хуэдэ гугъуехьхэр ди гъащІэм къыщымыхъуами, Иеговэ и нэІэ къызэрыттригъэтынум дэ шэч къытетхьэ хъунукъым. АдэкІэ абы нэхъ убгъуауэ дытепсэлъыхьынущ.

8. Дызыхуэныкъуэм теухуауэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну сыт къыддэІэпыкъунур?

8 Дэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къыддоІэпыкъу. Уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм дыкъегъэгугъэ: абы и лэжьыгъэм пыщІа Іуэхухэр ди гъащІэм япэ идгъэщу щытмэ, дэ дызыхуэныкъуэр абы къыдитынущ (Мт. 6:32, 33). Ар зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым! Иеговэ жиІэ псалъэхэр сыт щыгъуи егъэзэщІэж (Втор. 8:4, 15, 16; Пс. 37:25). Абы нэмыщІ Алыхьым бзухэр щигъашхэкІэ икІи удз гъэгъахэр щигъэщІэращІэкІэ, дауикІ, дэри дызыхуэныкъуэр къыдитынущ (Мт. 6:26—30; Флп. 4:6, 7). Адэ-анэм лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ я сабийм зыхуей зэрыхуагъазэм хуэдэу, уафэм щыІэ ди Адэми лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ дэри дызыхуэныкъуэр къыдет. Пэжщ, Иеговэ дыкъызэримыгъэнэнур ди фІэщ щІэхъун щхьэусыгъуэ куэд дэ диІэщ!

9. ЗэщхьэгъуситІым къащыщІам сытым дыхуигъасэрэ?

9 Иеговэ дызыхуэныкъуэр къызэрыдитыфынум теухуауэ зы щапхъэ къэтхьынщ. Зэгуэр пионеру лажьэ зэщхьэгъуситІым я машинэ тІорысэмкІэ зи къэралыр зыбгынахэм щыпсэу щІыпІэм кІуэри, абы щыІэ шыпхъухэр зэІущІэм яшащ. Къуэшым жеІэж: «ЗэІущІэ нэужьым а шыпхъухэр пщыхьэщхьэшхэм къедгъэблэгъат, ауэ иужькІэ къыдгурыІуащ абыхэм едгъэшхын дызэримыІэр». Сыт адэкІэ къэхъуар? Къуэшым пещэ: «Унэм дыкъэкІуэжа нэужь дэ гу лъыттащ бжэм деж ерыскъы илъу пакетитІ зэрыщытыр. Дэ ахэр къытхуэзыхьар хэтми къытхуэщІакъым, ауэ дызыхуэныкъуэр апхуэдэу Иеговэ къызэрыдитар къыдгурыІуащ». Зэман гуэр дэкІауэ зэщхьэгъуситІым я машинэр къутащ. ХъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ ахэр а машинэм хуэныкъуэт, ауэ зэрырагъэщІыжын ахъшэ яІэтэкъым. Ахъшэ текІуэдэныр дапщэми къащІэн щхьэкІэ машинэхэр здащІыжым ар ирагъэшащ. Абдежым зы цІыхухъу гуэр абыхэм къабгъэдыхьэри, къеупщІащ: «Мыр хэт зи машинэр?» Къуэшым жиІащ ар абы ейуэ зэрыщытыр икІи щІыжын зэрыхуейр. ЦІыхухъум пищащ: «Ар зэрыщІыжын хуейр Іуэхукъым, си щхьэгъусэр зэхъуапсэр мыпхуэдэ машинэщ икІи мы плъыфэращ зыхуейр. ДапщэкІэ зэрыпщэнур?» А машинэм къыщІэкІа ахъшэр къуэшым нэгъуэщІ машинэ къищэхуну хурикъуащ. Абы жеІэ: «А пщыхьэщхьэм гурыщІэ диІахэр псалъэкІэ пхужыІэнутэкъым! Ар езыр-езыру къэхъуакъым, атІэ Иеговэ тыгъэ къытхуищІауэ аращ».

10. Ди унагъуэр зыхуей зэрыхуэдгъэзэным теухуауэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну Псалом 37:5 итыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

10 Хьисэ «фымыгузавэ» жыхуиІа унафэм дедаІуэу щытмэ, Иеговэ дызыхуейм дызэрыхуигъэзэным шэч къытедмыхьэми хъунущ (Къеджэ Псалом 37:5; 1 Пет. 5:7). Етхуанэ абзацым зи гугъу тщІа гугъуехьхэр ди гум къэдгъэкІыжынщ. Фи унагъуэр зыпІыр къыфщхьэщымытыжмэ е лэжьапІэр ффІэкІуэдауэ щытмэ, абы къикІкъым Иеговэ фызыхуей фыхуимыгъэзэфыну. Иджы, фи гугъуехьхэм фыпэмылъэщыфыну къыфщыхъуми, фымыгузавэ: Иеговэ хэкІыпІэ къыфхуигъуэтыфынущ. Іэмал имыІэу къигъуэтынущ! Иджыри тщІэн хуэмейм теухуауэ «мэлыхъуэфІым» жиІар адэкІэ зэпкърытхынущ.

«ХЬЭКУМ ЗЫМИ ТЕВМЫЩІЫХЬ»

Под неогранённым алмазом изображены молодой брат, опоздавший на встречу в Зале Царства, и брат постарше, который смотрит на него с укором. Под бриллиантом изображены разные эпизоды из жизни этого молодого брата. 1. Он даёт визитную карточку jw.org мужчине в парке. 2. Он приносит пожилой сестре продукты. 3. Он подстригает кусты возле Зала Царства.

НэгъуэщІхэр хьэкум дымыщІын щхьэкІэ абыхэм я Іуэхур зытетыр нэгъэсауэ зэрыдмыщІэр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым (11, 14—16-нэ абзацхэм феплъ.)c

11. Маттэ 7:1, 2 зэритымкІэ, сыт хуэдэ хьэл дэ зыхэднэн хуейр икІи сыт ар щІэгугъур?

11 Къеджэ Маттэ 7:1, 2. Хьисэ къыгурыІуэт абы къедаІуэхэм гуэныхь зэрахэлъыр икІи нэгъуэщІхэм я ныкъусанхэм гу лъатэну хьэл зэраІэр. Аращ абы мыпхуэдэ псалъэхэр щІыжиІар: «Хьэкум зыми тевмыщІыхь». ДауикІ, дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр дгъэкъуэншэну дыхуейкъым, ауэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ зэман-зэманкІэрэ а хьэл Іейм зыкъыдегъащІэ. Сыт апхуэдэм деж тщІэ хъунур? Хьисэ и псалъэхэм девгъэдаІуэ икІи а хьэлыр зэрызыхэднэным дыхущІэвгъэкъу.

12, 13. Иеговэ пащтыхь Даут зэрыхущытам дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

12 Езы Иеговэ и щапхъэм дэ куэдым дыхуигъэсэфынущ. Абы япэу гу зылъитэр цІыхухэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэращ. Пащтыхь Даут къыщыщІар абы щыхьэт тохъуэ. Даут гуэныхь хьэлъэ зыбжанэ ищІащ. Псалъэм папщІэ, абы Вирсавие зинэ дищІащ, уеблэмэ, и щхьэгъусэри иригъэукІащ (2 Сам. 11:2—4, 14, 15, 24). А псом къыхэкІкІэ езы Даути абы и унагъуэми, и щхьэгъусэхэри абыхэм яхэту, гугъуехь куэдым пэщІэхуащ (2 Сам. 12:10, 11). Абы нэмыщІ Даут Алыхьым хуит имыщІауэ Израилым и зауэлІхэр ябжыну унафэ ищІащ. Апхуэдэу абы къигъэлъэгъуащ Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь зэрыхуимыщІыр. Ар абы хуэзыгъэушар пагагъэрауэ е и зауэлІхэм я бжыгъэм щыгугъыу зэрыхъуарауэ къыщІэкІынщ. Даут и зэранкІэ Израил лъэпкъым щыщу цІыху 70 000 уз зэрыцІалэм илІыкІащ (2 Сам. 24:1—4, 10—15).

13 А зэманым Израилым ущыпсэуамэ, Даут ищІам дапхуэдэут узэрыхущытынур? Иеговэ абы гущІэгъу хуищІыну хуэфащэу къэплъытэнут? Иеговэ хуэфащэу къилъытэт. Абы Даут илэжьа ІуэхуфІхэр щыгъупщакъым икІи и гум къыбгъэдэкІыу и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжам гу лъитащ. Абы щхьэкІэ Иеговэ Даут илэжьа гуэныхь хьэлъэхэр хуигъэгъуащ. Иеговэ ищІэт Даут ар фІыуэ зэрилъагъур икІи захуагъэм тетыну зэрыхуеяр. Дэ тхэлъ хьэл-щэныфІхэм Иеговэ гу зэрылъитэр пщІэну сыту гуапэ! (1 Цар. 9:4; 1 Лет. 29:10, 17).

14. НэгъуэщІхэм хьэкум ятедмыщІыхьыну сыт хуэдэ еплъыкІэ дэ къыддэІэпыкъунур?

14 Иеговэ иджыпсту дэ къытщыгугъкъым дагъуэншэу дыщытыну. Абы къыхэкІкІэ дэри нэгъуэщІхэм апхуэдэущ дазэрыхущытын хуейр икІи абыхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъыттэн хуейщ. Пэжу жыпІэмэ, цІыхум и ныкъусанхэм гу лъыптэн икІи утепсэлъыхьын щхьэкІэ къару епхьэлІэн хуейкъым. Ауэ Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхум нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэм и акъылыр тримыухуэу, псоми ядэгъуэгурыкІуэну хущІокъу. Мывэ лъапІэр и теплъэмкІэ нэгъуэщІ мывэхэм къащхьэщыкІкъым, ауэ абы елэжь цІыхур абыкІэ къэбгъэпцІэфынукъым. Абы къыгуроІуэ а мывэм уелэжьу икІи пхъуэуэ щытмэ, налмэс лъапІэ къызэрыхэкІынур. Абы къыхэкІкІэ дэри, Иеговэрэ Хьисэрэ хуэдэу, цІыхум и теплъэм тегъэщІауэ хьэкум тщІыкъым, атІэ абы хэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъыттэну дыхущІокъу.

15. ЦІыхухэм я Іуэхур зыІутым дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

15 Сыт иджыри къыддэІэпыкъунур цІыхухэм я хьэл-щэныфІхэм гу лъыттэну икІи абыхэм хьэкум ятедмыщІыхьыну? ЦІыхухэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэм фегупсыс. Хьисэ къыщыщІа зы Іуэхугъуэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Зэгуэр абы Алыхьым и Унэшхуэм щІэту фызабэ тхьэмыщкІэр илъэгъуащ. А цІыхубзым тыгъэу Алыхьым гъуаплъэ жьгъеитІ къыхуихьащ. Абы теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІакъым: «Сыт абы Алыхьым тыгъэ нэхъыбэу къыщІыхуимыхьар?» Абы ипІэкІэ а тыгъэр ищІыну а цІыхубзыр хуэзыгъэушам икІи и Іуэхур зыІутым Хьисэ гу лъитащ. Абы къыхэкІкІэ фызабэ тхьэмыщкІэм и хьэлэлагъым щхьэкІэ ар щытхъуащ (Лк. 21:1—4).

16. Ди шыпхъу Вероникэ къыщыщІам сытым дыхуигъасэрэ?

16 НэгъуэщІхэм я Іуэхур зыІутым дегупсысыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр ди шыпхъу Вероникэ къыщыщІам къыдгурегъаІуэ. Абы и зэхуэсым зи сабийр и закъуэу зыпІ зы шыпхъу хэтт. Вероникэ къыддогуашэ: «Сэ къысщыхъут абыхэм зэІущІэхэр куэдрэ благъэкІыу икІи хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэмыту. Абы къыхэкІкІэ сэ абыхэм нэмыплъ естт. Ауэ зэгуэр сэ а шыпхъум и гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну сыкІуащ. Абы щыгъуэ сэ къэсщІащ абы и къуэм аутизм жыхуаІэ узыр зэриІэр. А шыпхъум и Іуэхур мытыншу щытми, и унагъуэр ипІын икІи и къуэм Иеговэ фІыуэ илъагъуу игъэсэн щхьэкІэ хузэфІэкІыу хъуар ищІэт. Иджыри сэ къэсщІащ и къуэм и узым къыхэкІкІэ ахэр нэгъуэщІ зэхуэсхэм кІуэн хуей зэрыхъур». Вероникэ къызыхуэкІуа еплъыкІэмкІэ къыддогуашэ: «Сэ си гугъакъым а шыпхъум апхуэдиз гугъуехь иІэу. Иджыпсту сэ абы пщІэшхуэ хузощІ икІи лъапІэу солъытэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Иеговэ и лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ куэд ещІэ!»

17. Екъуб 2:8 итыр сыт икІи а унафэр дапхуэдэу зэрыдгъэзэщІэфынур?

17 Зыгуэрым ІейкІэ дытепсэлъыхьу щІэддзауэ щытмэ, сыт тщІэ хъунур? Апхуэдэм деж зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди гъунэгъур фІыуэ тлъагъуныр ар Иеговэ къыбгъэдэкІ хабзэу зэрыщытыр. (Къеджэ Екъуб 2:8.) Дэ Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ ди гъунэгъухэм хьэкум ятедмыщІыхьын щхьэкІэ къару къыдитыну. Абы нэмыщІ ди лъэІум дытету апхуэдэ цІыхухэр нэхъыфІу зэдгъэцІыхун щхьэкІэ япэ лъэбакъуэр тчы хъунущ. Псалъэм папщІэ, абыхэм ди гъусэу хъыбарыфІыр ягъэІуну е зэгъусэу шэджагъуашхэ тщІыну къедгъэблагъэ хъунущ. Ди къуэшыр е ди шыпхъур нэхъыфІу къэтцІыхуху, Иеговэрэ Хьисэрэ хуэдэу, абыхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэр нэхъ къытхуэлъэгъунущ. Апхуэдэу тщІэмэ, «мэлыхъуэфІым» и макъым дызэредаІуэр къыдогъэлъагъуэ икІи цІыхухэм хьэкум тедмыщІыхьыну къытхуигъэна унафэр догъэзащІэ.

18. «МэлыхъуэфІым» и макъым дызэредаІуэр къэзыгъэлъагъуэр сыт?

18 Мэлхэр я мэлыхъуэм и макъым зэредаІуэм хуэдэу, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри абы и макъым йодаІуэ. Дызыхуэныкъуэм теухуауэ егъэлеяуэ дымыгузэвэн икІи нэгъуэщІхэм хьэкум тедмыщІыхьын щхьэкІэ къару етхьэлІэу щытмэ, Иеговэрэ Хьисэрэ а ІуэхухэмкІэ ехъулІэныгъэ диІэну къыддэІэпыкъунущ. Дэ «гуп мащІэм» дыхэтми е «нэгъуэщІ мэлхэм» дыщыщми, «мэлыхъуэфІым» и макъым девгъэдаІуэ икІи абы жиІэм дытевгъэт (Лк. 12:32; Ин. 10:11, 14, 16). КъыкІэлъыкІуэ статьям Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ягъэзэщІэн хуейм щыщу унафитІ зэпкърытхынущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дызыхуэныкъуэм теухуауэ егъэлеяуэ дымыгузэвэну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • НэгъуэщІхэр хьэкум дымыщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

  • Мы статьяр сыткІэ къыбдэІэпыкъуа?

101-НЭ УЭРЭДЫР Зэкъуэту дызэдолажьэ

a Хьисэ жиІащ и мэлхэр абы и макъым зэредэІуэнур. Сыт абы зи гугъу ищІар? Абы къокІ Хьисэ и гъэсэнхэр и псалъэхэм зэредэІуэнур икІи зыхуригъэджам тету зэрыпсэунур. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Хьисэ зыхуригъэджам щыщу унафитІ: ди Іэпкълъэпкъыр зыхуэныкъуэм дримыгузэвэну икІи нэгъуэщІхэр хьэкум дымыщІыну. Абы нэмыщІ а унафэхэр ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэпыфынум дытепсэлъыхьынущ.

b СУРЭТЫР. Къуэшым лэжьапІэр фІэкІуэдащ, абы нэмыщІ ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр иІэщ икІи и унагъуэр зыщІэсын унэ къигъуэтын хуейщ. А псом къыхэкІкІэ шынагъэ щыІэщ иІэ гугъуехьхэм теухуауэ егъэлеяуэ гузавэу щІидзэну икІи Алыхьым и Іуэхур япэ иримыгъэщыжу хъуну.

c СУРЭТЫР. Къуэшыр зэІущІэм къыкІэрыхуащ, ауэ абы къикІкъым и фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ хъуауэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Іэмал щиІэм деж хъыбарыфІыр егъэІу, зи ныбжь хэкІуэтахэм щІэгъэкъуэн яхуохъу икІи Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэр зрахьэну доІэпыкъу.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын