ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w18 Август н. 15—20
  • Хьэлэлагъ зыхэлъхэр цІыху насыпыфІэщ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Хьэлэлагъ зыхэлъхэр цІыху насыпыфІэщ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЬЭЛЭЛАГЪ ТХЭЛЪУ ДЫЩЫТМЭ, АЛЫХЬЫР ДОГЪЭГУФІЭ
  • АЛЫХЬЫМ КЪЫДИТА КЪАЛЭНЫР ДОГЪЭЗАЩІЭ
  • ДАУЭ НАСЫПЫФІЭ ДЫЗЭРЫХЪУФЫНУР?
  • АДЭКІИ ХЬЭЛЭЛУ ФЫЩЫТ
  • «Птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
w18 Август н. 15—20

Хьэлэлагъ зыхэлъхэр цІыху насыпыфІэщ

«Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (АПОСТ. 20:35).

УЭРЭДХЭР: 76, 110

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Сыт жыпІэ щІэхъунур хьэлэлу дыщытыфыну Алыхьым дыкъигъэщІауэ?

  • ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ хьэлэлу дызэрыщытым сыт насыпыфІэ дыщІищІыр?

  • Библием зэритымкІэ, сыт хьэлэлагъ тхэлъын щІыхуейр?

1. Иеговэ хьэлэлу зэрыщытыр сытым къигъэлъагъуэрэ?

ИЕГОВЭ зыри къимыгъэщІ щІыкІэ езым и закъуэу щытащ. Ауэ абы мурад ищІащ уафэми щІылъэми щыпсэунухэр къигъэщІу гъащІэр тыгъэу яритыну. Иеговэ «Алыхь насыпыфІэщ» икІи абы ифІэфІщ нэгъуэщІхэм тыгъэхэр яхуищІыну (1 Тим. 1:11, ДЩІ; Екъуб 1:17). Ар хуейщ дэри насыпыфІэу дыщытыну, абы къыхэкІкІэ хьэлэлагъ тхэлъыну дегъасэ (Рим 1:20).

2, 3. 1) Хьэлэлагъ зэрытхэлъым сыт насыпыфІэ дыщІищІыр? 2) Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?

2 Библием щыжыІащ: «Езым ещхьу къигъэщІащ Тхьэм цІыхур» (ЩІэдз. 1:27). Абы къикІыр езым хьэл-щэн иІэхэм хуэдэ тхэлъу дыкъызэригъэщІаращ. НасыпыфІэ дыхъун щхьэкІэ Иеговэ щапхъэ тетхыу, цІыхухэм гулъытэ яхуэтщІын хуейщ икІи хьэлэлагъ тхэлъын хуейщ (Флп. 2:3, 4; Екъуб 1:5). Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Иеговэ дэ апхуэдэу дыкъигъэщІащ. Гуэныхь тхэлъми, Иеговэ щапхъэ тетхыу дэри хьэлэлу дыщытыфынущ.

3 Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ хьэлэлагъ тхэлъыну къыддэІэпыкъуну Библием ит чэнджэщхэм. Абы нэмыщІ зэпкърытхынущ хьэлэлагъ зэрытхэлъым Иеговэ зэригъэгуфІэр икІи абы къыдита къалэнхэр дгъэзэщІэну къызэрыддэІэпыкъур. Дэ иджыри къэтщІэнущ хьэлэлагъ зыхэлъ цІыхухэр насыпыфІэу щІыщытыр сытми икІи а хьэл-щэныр сыт щыгъуи бгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр.

ХЬЭЛЭЛАГЪ ТХЭЛЪУ ДЫЩЫТМЭ, АЛЫХЬЫР ДОГЪЭГУФІЭ

4, 5. Хьэлэлу дызэрыщытын хуейм теухуауэ Иеговэрэ Хьисэрэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуагъэнар?

4 Иеговэ хуейщ цІыхухэм абы щапхъэ трахыну, абы къыхэкІкІэ хьэлэлагъ щытхэлъым деж ар мэгуфІэ (Еф. 5:1). Абы нэмыщІ Иеговэ хуейщ дэ насыпыфІэу дыщытыну. Ар къыхощ дэ гъэщІэгъуэныщэу дызэрызэхилъхьам икІи щІылъэри дыкъэзыухъуреихь псори Иеговэ дахащэу къызэригъэщІам (Пс. 104:24; 139:13—16). Аращи, хьэлэлагъ щытхэлъым икІи нэгъуэщІхэр щыдгъэгуфІэм деж Алыхьыр догъэлъапІэ.

5 Иеговэ и лэжьакІуэхэм хьэлэлагъым теухуауэ Хьиси щапхъэ трах хъунущ. Дэ абы щапхъэфІ дыдэ къытхуигъэнащ. Хьисэ жиІауэ щытащ: «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр къыщІэкІуар цІыхухэм я сэбэп зригъэкІын щхьэкІэкъым, атІэ езым и сэбэп цІыхухэм яригъэкІын икІи цІыху куэдым щхьэкІэ и псэр щхьэщэхужу итын папщІэщ» (Мт. 20:28). Апостол Паули къуэшхэр къыхуриджащ: «Фи гупсысэкІэр Мэссихь Хьисэ и гупсысэкІэм хуэдэ ирехъу... ...езым зигъэцІыкІури, ІуэхутхьэбзащІэм и щытыкІэ иІэ хъуащ. ЦІыхум хуэдэ хъуащ, и теплъэри цІыхухэм я теплъэм хуэдэу щытащ» (Флп. 2:5, 7). Дэтхэнэ зыми упщІэ зэттыж хъунущ: «Хьисэ щапхъэ нэхъыфІыжу схутехыну пІэрэ?» (Къеджэ 1 Петр 2:21.)

6. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр сытым хуигъэсэну хуейт Самарие хэкум щыщу, гущІэгъу зыхэлъ цІыхум теухуа ущие хъыбарыр щыжиІэжам щыгъуэ? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)

6 Иеговэ мэгуфІэ езымрэ Хьисэрэ щапхъэ щытетхым деж. Псалъэм папщІэ, нэгъуэщІхэм яфІ къыщытлъыхъуэм икІи дадэІэпыкъуну дыщыхущІэкъум деж. Абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр Хьисэ къигъэлъэгъуащ Самарие хэкум щыщу, гущІэгъу зыхэлъ цІыхум теухуа ущие хъыбарыр щыжиІэжам щыгъуэ. (Къеджэ Лука 10:29—37.) АбыкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яригъэлъэгъуащ дэтхэнэ цІыхуми, хэтуи ирехъу ар, дэІэпыкъун зэрыхуейр. ФщІэжрэ а ущие хъыбарыр Хьисэ жиІэжын хуей щІэхъуар? Журт лъэпкъым щыщу зы лІы гуэр къеупщІат абы: «Хэт сэ си гъунэгъур?» Хьисэ и жэуапым дыхуегъасэ Иеговэ дгъэгуфІэну дыхуеймэ, Самарие хэкум щыщ цІыхухъум хуэдэу дэри хьэлэлагъ тхэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм.

7. ШейтІаным Іэдэн жыг хадэм сыт хуэдэ упщІэ къыщиІэтар икІи Иеговэ жиІэм едэІуэныр псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр дауэ къызэрыдгъэлъагъуэр?

7 Хьэлэлагъ щІытхэлъын хуейм иджыри и зы щхьэусыгъуэр ШейтІаным Іэдэн жыг хадэм къыщиІэта упщІэм епхащ. Абы жиІат Іэдэми Хьэуаи, къапщтэу щытмэ, цІыхухэр псори, Алыхьым жиІэм емыдаІуэу я щхьэм фІэкІа зыми емыгупсысу зыхуейр япэ ирагъэщмэ, нэхъ насыпыфІэ хъуну. Хьэуа щхьэхуещагъэм къыхэкІкІэ Алыхьым хуэдэ хъуну хуейт. Іэдэм щхьэхуещагъэм къыхэкІкІэ Иеговэ арэзы ищІыным нэхърэ Хьэуа арэзы ищІыну нэхъ къищтащ (ЩІэдз. 3:4—6). Псоми дощІэж абыхэм унафэ ящІам гузэвэгъуэшхуэ къызэрихьар. Зэрытлъагъущи, и щхьэм фІэкІа нэгъуэщІым зыми емыгупсыс цІыхур насыпыфІэ хъуфынукъым. Ауэ хьэлэлу дыщыщытым деж, дэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэ жиІэм дедэІуэну дызэрыхуейр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къыдгуроІуэ ар псом нэхърэ зэрынэхъыфІыр.

АЛЫХЬЫМ КЪЫДИТА КЪАЛЭНЫР ДОГЪЭЗАЩІЭ

8. Іэдэмрэ Хьэуарэ нэгъуэщІ цІыхухэм сытыт егупсысын щІыхуейр?

8 Іэдэн жыг хадэм Іэдэмрэ Хьэуарэ нэмыщІ нэгъуэщІ зыри щымыпсэуами, ахэр нэгъуэщІ цІыхухэми егупсысын хуейт. Сыт щхьэкІэ? Иеговэ абыхэм къалэн яхуищІат: «Фылъхуэ-фыпІэ, фыбагъуэ, щІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ» (ЩІэдз. 1:28). Іэдэмрэ Хьэуарэ къащІэхъуэну бынхэм я насыпым егупсысын хуейт. Абыхэм абыкІэ цІыху псори насыпыфІэ хъуну хуей Иеговэ щапхъэ трах хъунут. Іэдэмрэ Хьэуарэ я бынхэр я гъусэу щІылъэ псор жэнэт ящІыну къапэщылът. ДауикІ ар лэжьыгъэшхуэт икІи ар ягъэзэщІэн щхьэкІэ псори зэдэлэжьэн хуейт.

9. ЦІыхухэм щІылъэр жэнэт зэращІым сытыт гуфІэгъуэ къащІыхуихьынур?

9 Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым жиІэм едэІуамэ, гуэныхь зыхэмылъ цІыхухэр щІылъэм тез хъунут. Иеговэ и мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, гуэныхь зыхэмылъ цІыхухэр абы дэлэжьэн хуейт. Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт апхуэдэ лэжьыгъэ гъэщІэгъуэным сыт хуэдиз гуфІэгъуэ абыхэм къахуихьынутэми! Псэемыблэжу цІыхухэр адрейхэм дэІэпыкъуу щытамэ, Иеговэ фІыгъуэ куэд яхуищІэнут икІи насыпыфІэ хъунут.

10, 11. ХъыбарыфІыр дгъэІуну сыт къыддэІэпыкъунур?

10 Нобэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэми ягъэзэщІэн хуей къалэн яритащ. Ар хуейщ дэ хъыбарыфІыр дгъэІуну икІи цІыхухэр и лэжьакІуэ хъуну дадэІэпыкъуну. Абы щхьэкІэ цІыхухэм яфІ къызэрытлъыхъуэным дыхущІэкъун хуейщ. А лэжьыгъэр дэ щытхуэгъэзэщІэнур Иеговэрэ цІыхухэмрэ фІыуэ тлъагъуу щытмэщ.

11 Апостол Паул жиІащ езымрэ нэгъуэщІ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ и ныбжьэгъухэмрэ Алыхьым дэлажьэу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и жылэхэр хасэт икІи псы щІакІэт (1 Кор. 3:6, 9). Дэри нобэ Алыхьым дыдэлажьэфынущ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр дгъэІун щхьэкІэ хьэлэлагъ тхэлъу ди зэманыр, къарур икІи мылъкур къэдгъэсэбэпмэ. Ар дэркІэ пщІэшхуэщ!

ЦІыхухэм пэжыр къебгъэщІэну уазэрыдэІэпыкъум гуфІэгъуэшхуэ къыпхуехь. (12-нэ абзацым феплъ.)

12, 13. ХъыбарыфІ гъэІуным фызэрыхэтым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыфхуихьрэ?

12 Псэемыблэжу хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум икІи цІыхухэм Алыхьым и лэжьакІуэ хъуну дазэрыдэІэпыкъум гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь. Апхуэдэу зэрыщытым щыхьэт техъуэфынущ цІыхухэр Библием ирагъэджэну Іэмал зиІа къуэш, шыпхъу куэдыр. Дэ гуфІэгъуэшхуэ зыхыдощІэ едгъаджэхэм Библием итыр къащыгурыІуэм я гур къызэригуфІыкІыр, я фІэщхъуныгъэр зэрыхэхъуэр, я гъащІэм зэрызихъуэжыр икІи къащІамкІэ нэгъуэщІхэми зэрыдэгуашэр щытлъагъум деж. Хьиси гуфІауэ щытащ хъыбарыфІыр ягъэІуну игъэкІуа «и гъуэгу ирикІуэ цІыху блыщІым гуфІэгъуэр яІэу» къыщагъэзэжам щыгъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ехъулІэныгъэ яІат (Лк. 10:17—21).

13 Дуней псом тет ди къуэш, ди шыпхъухэр мэгуфІэ цІыхухэм я гъащІэр хъыбарыфІым нэхъыфІ зэрищІыр щалъагъум деж. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Аннэa и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар щІалэщ икІи щхьэгъусэ иІэкъым. Аннэ хуейт Иеговэ нэхъыбэ хуищІэну, абы къыхэкІкІэ Европэм Іэпхъуащ, хъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм. Абы етх: «Мыбы тыншу къыщыбгъуэтыфынущ Библием еджэну хуей цІыхухэр, икІи ар Іейуэ сигу ирохь! Сэ хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэшхуэ хызох. Унэм сыкъэкІуэжа иужь си гугъуехьхэм сегупсысыну зэман къысхуэнэжкъым. Сэ согупсыс Библием езгъаджэхэм гугъуехь яІэхэм, ахэр зэрызгъэгушхуэфынум икІи ІуэхукІэ сазэрыдэІэпыкъунум. Иджы сэ къызгуроІуэ: „къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ“» (Апост. 20:35).

ЦІыхухэр къыдэдаІуэми къыдэмыдаІуэми дэ хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь

ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж унэ къэс дызэрыІухьэмкІэ цІыхухэм Іэмал ядот Пащтыхьыгъуэм теухуа пэжыр къащІэну. (14-нэ абзацым феплъ.)

14. Зыри къывэмыдаІуэми хъыбарыфІ гъэІуным хэфх гуфІэгъуэр зыфІэвмыгъэкІуэдыну сыт къывдэІэпыкъур?

14 ХъыбарыфІыр щыдгъэІум деж цІыхухэр къыдэдаІуэми къыдэмыдаІуэми пэжыр къащІэну Іэмал зареттым щхьэкІэ дэ гуфІэгъуэшхуэ зыхыдощІэ. Дэ етхьэкІ лэжьыгъэр бегъымбар Иезекииль игъэзащІэу щытам ебгъэщхь хъунущ. Иеговэ абы жриІат: «ЯжеІэ абыхэм си псалъэхэр ахэр къодаІуэми къомыдаІуэми» (Иез. 2:7; Ис. 43:10). Хъыбар дгъэІум зыри къемыдаІуэми, абы къару етхьэлІэр Иеговэ лъапІэу елъытэ. (Къеджэ Еврейхэм 6:10.) Ди зы къуэшым хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «Дэ хыдосэ, псы щІыдокІэ икІи Иеговэ ар хигъэхъуэну гугъэ диІэу лъэІукІэ зыхудогъазэ» (1 Кор. 3:6).

ДАУЭ НАСЫПЫФІЭ ДЫЗЭРЫХЪУФЫНУР?

15. Хьэлэлу дызыхущытын хуейр ар фІыщІэ зыщІ закъуэхэра? КъыдгурывгъаІуэ.

15 Хьисэ хуейщ дэ хьэлэлу дыщытыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы насыпыфІэ дещІ. Хьэлэлагъ щытхэлъым деж дэ нэгъуэщІхэри хуэдгъэушынкІэ хъунущ ахэри хьэлэлу щытыну. Хьисэ жиІауэ щытащ: «ЦІыхухэм фетэмэ, Тхьэри фэ къывэтэнущ. Фи пщалъэр зэщыхъу хъуауэ, иубауэ, изу, щхьэІум къыщхьэпрылъэлъу, Тхьэм къыфхуищІэжынщ; фэ зэрыфпщ пщалъэм хуэдэ дыдэкІэ Тхьэм фэ къыфхуипщыжынущи» (Лк. 6:38). ДауикІ, хьэлэлу дызэрыщытыр псоми фІыщІэ ямыщІынкІэ хъунщ. Апхуэдэу щытми, адэкІи хьэлэлагъ фхэлъу фыщыт. Зэи къыпхуэщІэнукъым хьэлэлагъ тхэлъу зыгуэрым дызэрыхущытам сыт хуэдиз фІыгъуэ къыпэкІуэнуми.

16. Хьэлэлагъ щІытхэлъым сыт и щхьэусыгъуэу щытын хуэмейр?

16 Гурэ псэкІэ хьэлэлу щыт цІыхухэм ящІар къыхуащІэжыну щыгугъкъым. А гупсысэр къыдгурыІуэн щхьэкІэ Хьисэ жиІауэ щытащ: «Гухэхъуэ Іэнэ щытебгъэувэкІэ, тхьэмыщкІэхэр, ныкъуэдыкъуэхэр, лъашэхэр, нэфхэр къегъэблагъэ. ЯхуэпщІар абыхэм къызэрыпхуамыщІэжыфынум щхьэкІэ, гъуэгу махуэ утеуващ» (Лк. 14:13, 14). Абы нэмыщІ Библием мыпхуэдэу итщ: «ЦІыху хьэлэлыр теувэнщ гъуэгу махуэ» икІи «ТхьэмыщкІэм дэІэпыкъу цІыхур насыпыфІэщ» (Прит. 22:9, Гъэсэпэтхыдэхэр; Пс. 41:1). Аращи, нэгъуэщІхэм дэІэпыкъу цІыхур насыпыфІэ дыдэщ.

17. Хьэлэлагъ зэрытхэлъыр дауэ зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

17 «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» жиІэу Паул Хьисэ и псалъэхэр къыщихьам щыгъуэ, абы зи гугъу ищІар нэгъуэщІым мылъкукІэ удэІэпыкъуным нэмыщІ, ахэр гъэгушхуэн, Библием ит чэнджэщхэр етын икІи сыт и лъэныкъуэкІи дэІэпыкъун зэрыхуейращ (Апост. 20:31—35). Паул псалъэкІи ІуэхукІи дигъэлъэгъуащ нэгъуэщІхэм псэемыблэжу ди зэманри ди къарури тедгъэкІуэдэным икІи гулъытэ яхуэтщІу лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.

18. Хьэлэлагъым теухуауэ щІэныгъэлІхэм сыт жаІэр?

18 ЩІэныгъэлІхэм къызэрахутамкІэ хьэлэлагъ зыхэлъ цІыхухэр нэхъ насыпыфІэщ. Зы статья гуэрым зэрыщатхамкІэ, «нэгъуэщІхэм фІы хуэзыщІэхэм нэхъ насыпыфІэ зэрыхъуар зыхащІэ». ЩІэныгъэлІхэм зэрыжаІэмкІэ, нэгъуэщІхэм дащыдэІэпыкъум деж ди гъащІэм мыхьэнэ иІэу икІи дызыхущІэкъун диІэу мэхъу. Абы къыхэкІкІэ абыхэм чэнджэщ ят, ди узыншагъэр нэхъыфІ тщІын щхьэкІэ икІи насыпыфІэ дыхъун щхьэкІэ цІыхухэм нэхъыбэрэ дадэІэпыкъуну. ДауикІ, дэ хьэлэлагъымрэ насыпымрэ зэрызэпыщІар дгъэщІагъуэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу зэрыщытыр Алыхьым и Псалъэм куэд щІауэ итщ (2 Тим. 3:16, 17).

АДЭКІИ ХЬЭЛЭЛУ ФЫЩЫТ

19, 20. Хьэлэлу фыщытыну сыт фыщІыхуейр?

19 Щхьэхуещэу щыт цІыхухэм уащыхэтым деж, хьэлэлу ущытыну гугъущ. Ауэ Хьисэ жиІащ хабзэ нэхъ ин дыдэхэу щытыр: «Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи, уи къару псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» икІи «Уи щхьэр фІыуэ зэрыплъагъум хуэдэу, уи гъунэгъури фІыуэ лъагъу» (Мк. 12:28—31). Мы статьям дэ къыщытщІащ Иеговэ фІыуэ зылъагъухэр абы щапхъэ трахыну зэрыхущІэкъур. Иеговэрэ Хьисэрэ хьэлэлу щытщи, дэри хьэлэлагъ тхэлъыну яхуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ящІэ хьэлэлагъым насыпыфІэ дыдэ дызэрищІынур. Хьэлэлагъ тхэлъу Иеговэ щхьэкІи цІыхухэм щхьэкІи зыгуэр щытщІэм деж, дэ Иеговэ догъэлъапІэ, нэгъуэщІхэм дадоІэпыкъу икІи нэхъ насыпыфІэ дохъу.

20 Шэч хэмылъу фэ адрейхэм псэемыблэжу фадоІэпыкъу, псом хуэмыдэу зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм (Гал. 6:10). АдэкІи апхуэдэу фщІэмэ, Іэмал имыІэу цІыхухэм фІыуэ фалъэгъунущ, пщІэи къыфхуащІынущ, фэри насыпыфІэ фыхъунущ. Библием итщ: «Унэнущ цІыху жумартыр, псы хуэлІэм и псы хуэлІэр изыгъэкІым ищІэнкъым зэикІ ар зищІысыр» (Прит. 11:25, Гъэс.). Іэмал куэд щыІэщ ди гъащІэми Иеговэ дыщыхуэлажьэкІи гуапагъэрэ хьэлэлагърэ тхэлъу псэемыблэжу нэгъуэщІхэм дахущытыну. КъыкІэлъыкІуэ статьям дэ щызэпкърытхынущ языныкъуэ Іэмалхэр.

a ЦІэр зэхъуэкІащ.

ЯЗЫНЫКЪУЭ ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР

  • ЦІыху хьэлэлым нэгъуэщІхэр фІыуэ елъагъу икІи гулъытэ яхуещ. Ар нэгъуэщІхэм и гум къыбгъэдэкІыу мылъкукІэ доІэпыкъу икІи и зэманри и къарури трегъэкІуадэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын